Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэтебгъэувэжын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
ИЛЪЭС КЪЭС Иеговэ и мэл цІыкІу куэдым абы и деж къагъэзэж икІи апхуэдэ къыщыхъум деж уафэм гуфІэгъуэшхуэ щыІэщ! (Лк. 15:7, 10). Уэ зэхуэсым къызэрыбгъэзэжрэ куэд дэмыкІауэ щытмэ, Хьиси, мелыІычхэри, езы Иегови а зэманыр къахуэмыгъэсу зэрыпэплъам шэч къытомыхьэ. Ауэ, абы емылъытауэ, Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэтебгъэувэжыну тыншу щымытынкІэ хъунущ. А Іуэхум теухуауэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм упэщІэхуэфыну икІи абыхэм упэлъэщыну сыт уэ къыбдэІэпыкъунур?
СЫТ ХУЭДЭ ГУГЪУЕХЬХЭМ УПЭЩІЭХУЭФЫНУ?
Зэхуэсым къэзыгъэзэжа куэдыр гурыщІэ Іейхэм ебэнын хуей мэхъу. Псалъэм пащІэ, пащтыхь Даут Иеговэ абы и гуэныхьхэр къыхуигъэгъуа иужьи мыпхуэдэ псалъэхэр жиІауэ щытат: «Си щыуагъэхэр хуабжьу къыстохьэлъэ» (Пс. 65:3; 40:12). Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ. Зэхуэсым къагъэзэжа иужь къуэш, шыпхъу куэдым илъэс ІэджэкІэ загъэкъуэншэж икІи ящІам щхьэкІэ мэукІытэ. Илъэс тІощІым щІигъукІэ зэхуэсым хагъэкІауэ щыта Изабельa жеІэж: «Иеговэ къызэрысхуигъэгъуар си фІэщ хъуну си дежкІэ гугъут». Апхуэдэ гурыщІэхэр зытебгъакІуэу щытмэ, аргуэру Иеговэ пэжыжьэ ухуэхъуфынущ (Прит. 24:10). Апхуэдэу къыпщымыщІын щхьэкІэ къарууэ уиІэр ехьэлІэ.
НэгъуэщІ гугъуехьи щыІэщ: языныкъуэхэр Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр щІэрыщІэу зэтрагъэувэжын щхьэкІэ къару куэд ехьэлІэн зэрыхуейм щошынэ. Ди къуэш Антуа́н зэхуэсым хыхьэжа иужь мыпхуэдэу жиІащ: «Япэм сщІэуэ щытам щыщ куэд сщыгъупщащ икІи сиІа зэфІэкІхэр сиІэжкъым». Апхуэдэ гурыщІэхэр къуэш, шыпхъу куэдым зэран яхуохъу ахэр жыджэру зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтын щхьэкІэ.
Зи унэр борэнышхуэм зэтрикъута цІыхур уи нэгу къыщІэгъэхьэт. А унэр зэтегъэувэжын зэрыхуейм щегупсысым деж абы и лъэр щІоху. Уэри апхуэдэ гурыщІэхэр зыхэпщІэу къыщІэкІынщ. Гуэныхь хьэлъэм и ягъэкІэ уэрэ Иеговэрэ фи зэхуаку дэлъа зэхущытыкІэр зэтекъутащ икІи уэ къыпщыхъункІэ хъунущ ар зэтебгъэувэжын щхьэкІэ къаруушхуэрэ зэман куэдрэ тебгъэкІуэдэн хуейуэ. Ауэ умыгузавэ: уи закъуэу а Іуэхум уелэжьын хуей хъунукъым.
Иеговэ мыпхуэдэу зыкъыпхуигъазэу жыпІэ хъунущ: «КъакІуи, ди Іуэхухэр зэхэдгъэкІынщ» (Ис. 1:18). Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтебгъэувэжын щхьэкІэ уэ куэд пщІащ икІи абы ар лъапІэу елъытэ. Егупсысыт: Иеговэ и деж къызэрыбгъэзэжам и фІыгъэкІэ абы Іэмал иІэ мэхъу ШейтІаным жэуап иритыжыну! (Прит. 27:11).
А лъэбакъуэр зэрыпчам и фІыгъэкІэ уэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу ухуэхъуащ икІи абы езыми нэхъ гъунэгъу зыкъыпхуищІыну укъегъэгугъэ (Екъуб 4:8). Ауэ зэхуэсым къызэрыбгъэзэжамкІэ псори зэфІэкІкъым. Уи Адэу икІи уи Ныбжьэгъуу щыт Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм адэкІэ хэбгъэхъуэну хущІэкъу. Дауэ ар зэрыпщІ хъунур?
БГЪЭЗЭЩІЭФЫНУ МУРАДХЭР ГЪЭУВ
БгъэзэщІэфыну мурадхэр зыхуэбгъэувыну хущІэкъу. Уи фІэщхъуныгъэм и лъабжьэр мыхъейуэ къэнауэ къыщІэкІынщ, псалъэм папщІэ, Иеговэ теухуа щІэныгъэхэмрэ абы къыдит гугъэмрэ. Ауэ адрей лъэныкъуэхэмкІэ зэхъуэкІыныгъэ гуэр уи гъащІэм хэплъхьэн хуеинущ, псалъэм папщІэ, хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм хэтыным, зэІущІэхэм кІуэным икІи къуэш, шыпхъухэм нэхъ гъунэгъу зыхуэпщІыным теухуауэ. АдэкІэ сыт хуэдэ мурадхэр зыхуэбгъэув хъунуми дыхэплъэнщ.
Иеговэ щІэх-щІэхыурэ епсалъэ. Уэ уи Адэм къыгуроІуэ уи гум егъэлеяуэ узэригъэкъуаншэм къыхэкІкІэ абы уепсэлъэну къызэрыптехьэлъэр (Рим 8:26). Абы емылъытауэ, зэпымыууэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи абырэ уэрэ фи зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэтебгъэувэжыну узэрыхуейр жеІэ (Рим 12:12). Андрей игу къегъэкІыж: «Сэ си гум хуабжьу сигъэкъуаншэт икІи си напэр къызэныкъуэкъут, ауэ Иеговэ зыхуэзгъэза иужь а гурыщІэхэр къыстехьэлъэжтэкъым икІи си гум мамырыгъэ къихьэт». Уи тхьэлъэІум хэбгъэхьэ хъунур сытми умыщІэу щытмэ, зи гуэныхьхэм хущІегъуэжа пащтыхь Даут и тхьэлъэІухэм уеплъ хъунущ. Ахэр 51-нэ икІи 65-нэ Псаломхэм къыщыбгъуэтыфынущ.
Библиер зэпымыууэ джы. Апхуэдэу зэрыпщІэм уи фІэщхъуныгъэмрэ Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэмрэ хигъэхъуэнущ (Пс. 19:7—11). Фели́пе жеІэж: «Библием седжэну икІи ар куууэ зэпкърысхыну хьэл зэрысхуэмыхъуам къыхэкІкІэ си фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ хъури Иеговэ и жагъуэ сщІащ. А къапхъэным аргуэру симыхуэн щхьэкІэ сэ мурад сщІащ Библиер куууэ зэрызджыр зэтезухуэну». Уэри апхуэдэу пщІэ хъунущ. Ауэ Библиер щыбджкІэ зэпкърыпхыну темэхэр къыхэпхыну къогугъуэкІмэ, фІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ уи ныбжьэгъум къыбдэІэпыкъуну елъэІу.
Къуэш, шыпхъухэр щІэрыщІэу ныбжьэгъу щІы. Зэхуэсым къэзыгъэзэжахэр щыгузавэ къохъу къуэш, шыпхъухэр абыхэм къазэрыхущытынум теухуауэ. Ларисэ къыддогуашэ: «Сэ си напэр къызэныкъуэкъут, къуэш, шыпхъухэм сепцІыжауэ къэслъытэт икІи а гурыщІэхэр зэман куэдкІэ сиІащ». Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ къуэш, шыпхъухэмрэ уэ Иеговэ гъунэгъу ухуэхъужыну къыбдэІэпыкъуну зэрыхуейм шэч къытомыхьэ. («Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэ хъунур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) Уэ къызэрыбгъэзэжам щхьэкІэ ахэр хуабжьу мэгуфІэ икІи а ІуэхумкІэ ехъулІэныгъэ уиІэну хуейщ! (Прит. 17:17).
Къуэш, шыпхъухэм гъунэгъу уахуэхъужыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Зы зэІущІи бломыгъэкІ икІи зэхуэсым и гъусэу щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІыр гъэІу. Сыт абы мыхьэнэ щІиІэр? Феликс къыддогуашэ: «Къыщызгъэзэжыну зэманым зэхуэс псор ежьэт. Сэ гуапэу срагъэблэгъэжащ. Алыхьым и унагъуэм щыщ сызэрыхъужар зыхэсщІэну, Иеговэ си гуэныхьыр къызэрысхуигъэгъуар къызгурыІуэну икІи блэкІа Іуэхум сыхуемыплъэкІыну къызэрыздэІэпыкъунум дэтхэнэ зыри хущІэкъут». («Сыт уэ пщІэ хъунур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
УИ ІЭР ЙОМЫХЬЭХ!
Иеговэ гъунэгъу зэрызыхуэпщІыр ШейтІаным щилъагъукІэ абы и Іэр зэтедзауэ щысынукъым икІи борэнышхуэм ещхь гугъуехьхэм упэщІигъэхуэнущ (Лк. 4:13). Уэ зэтебгъэувэж «унэр» зэтемыкъутэн щхьэкІэ адэкІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу зыхуэщІ.
Иеговэ и мэл цІыкІухэм щхьэкІэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «КІуэдар къэслъыхъуэжынущ, ядыгъуар къэсхьыжынущ, уІэгъэ хъуар сыпхэжынущ икІи сымаджэм къару езгъэгъуэтыжынущ» (Иез. 34:16). Борэнышхуэм зэтрикъута унэм хуэдэу, зи фІэщхъуныгъэр зэтекъутауэ щытахэм ар зэтрагъэувэжыну Иеговэ ядэІэпыкъуащ. Аращи, уэри Иеговэ гъунэгъу зыхуэпщІыжыну къызэрыбдэІэпыкъунум шэч къытомыхьэ.
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.