ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Сентябрь н. 2—7
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэвгъэІэпыкъу

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэвгъэІэпыкъу
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДАПЩЭЩ ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ЗАХУЭДГЪЭЗЭН ЩЫХУЕЙР?
  • СЫТ ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ЗАХУЭДГЪЭЗЭН ЩІЫХУЕЙР?
  • ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР?
  • ДЭ ДИ КЪАЛЭНУ ЩЫТЫР
  • Дапхуэдэу гуэныхь зыщІам лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зэрыхуэбгъэлъагъуэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Зэхуэсыр зэрызэгъэпэща щІыкІэр
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Къуэшхэ, зэхуэсым и нэхъыжь фыхъуну мурад фиІэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и лъэпкъыр фІым хуагъэзэн щхьэкІэ яхузэфІэкІ къагъанэкъым
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Сентябрь н. 2—7

36 СТАТЬЯР

103 УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэвгъэІэпыкъу

«Зэхуэсым и нэхъыжьхэр кърыреджэ» (ЕКЪУБ 5:14).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэдгъэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэм и щхьэусыгъуэм.

1. Иеговэ дапхуэдэу и лэжьакІуэхэм и нэІэ зэратригъэтыр?

ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэр псори фІыуэ елъагъу. Мэлыхъуэр и мэл цІыкІухэм зэрыхущытым хуэдэу, Иеговэ и лэжьакІуэхэми яхущытщ. Алыхьым ахэр Хьисэ и лъы лъапІэмкІэ къищэхужащ икІи абыхэм я нэІэ трагъэтыну зэхуэсым и нэхъыжьхэм къалэн яхуищІащ (Апост. 20:28). Иеговэ хуейщ ахэр и мэл цІыкІухэм щабэу яхущытыну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Хьисэ и унафэм щІэту, Иеговэ гъунэгъу хуэхъуну къуэш, шыпхъухэм ядоІэпыкъу (Ис. 32:1, 2).

2. Иезекииль 34:15, 16 зэритымкІэ, Иеговэ, псом хуэмыдэу, хэт зыдэІэпыкъуну хуейр?

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэр псори фІы хуигъэзэну хуейщ, ауэ гугъуехь пэщІэхуахэм щхьэкІэ ар, псом хуэмыдэу, мэгузавэ. Языныкъуэхэр ящІа щыуагъэхэм щхьэкІэ гугъу йохь икІи Алыхьыр абыхэм дэІэпыкъуну хьэзырщ. (Къеджэ Иезекииль 34:15, 16.) Ауэ апхуэдэ гугъуехь зиІэхэр Иеговэ зэрелъэІум нэмыщІ, зэхуэсым и нэхъыжьхэми зыхуагъэзэн хуейщ (Еф. 4:11, 12).

3. Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къигъэсэбэпу, и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъур дэ псоми тщІэн щІыхуейр сыт?

3 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къигъэсэбэпурэ зи фІэщхъуныгъэр махэ хъуахэм зэрыдэІэпыкъур. Дэ мыпхуэдэ упщІэхэм дыхэплъэнущ: Дапщэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуэдгъэзэн щыхуейр? Сыт апхуэдэу тщІэн щІыхуейр? Дапхуэдэу ахэр къызэрыддэІэпыкъур? Иджыпсту апхуэдэ гугъуехь димыІэми, а упщІэхэм я жэуапхэр къыддэІэпыкъунущ Иеговэрэ а къуэшхэмрэ я нэІэ къызэрыттрагъэтыр лъапІэу тлъытэну. ИужькІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм я дэІэпыкъуэгъу дыхуей хъумэ, дэ тщІэн хуейр къыдгурыІуэнущ.

ДАПЩЭЩ ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ЗАХУЭДГЪЭЗЭН ЩЫХУЕЙР?

4. Дэнэ дэ щытщІэр Екъуб 5:14—16, 19, 20 итым зи гугъу ищІыр Іэпкълъэпкъ узу зэрыщымытыр? (Сурэтхэми феплъ.)

4 Екъуб итхыжа письмом дэ къыщыдощІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къигъэсэбэпу, Иеговэ дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми. Абы щыжыІащ: «Фщыщ гуэр сымаджэмэ... зэхуэсым и нэхъыжьхэр кърыреджэ». (Къеджэ Екъуб 5:14—16, 19, 20.) Екъуб зи гугъу ищІар Іэпкълъэпкъ уз зиІэракъым, атІэ зи фІэщхъуныгъэр махэ хъуаращ. Апхуэдэ цІыхум зызыхуигъэзэн хуейр зэхуэсым и нэхъыжьхэращ икІи Иеговэ гъунэгъу хуэхъужын щхьэкІэ, ар и гуэныхьым хущІегъуэжын хуейщ. Псалъэм папщІэ, дыщысымаджэм деж сыт дэ тщІэр? Дэ дохутырым деж докІуэ, къыдэузыр жыдоІэ икІи абы къыдит чэнджэщхэм дытетщ. Апхуэдэ дыдэу, ди фІэщхъуныгъэр махэ хъуамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъазэу, диІэ гугъуехьым теухуауэ яжетІэу, Библием тегъэщІауэ абыхэм къыдат чэнджэщхэм дытетын хуейщ.

Коллаж: 1) цІыхухъум и дамэр къызэреузыр дохутырым жреІэ; 2) къуэшым и гугъуехьым теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьым жреІэ; ахэр паркым щыІэу, тетІысхьэпІэм тесщ.

Дэ зыгуэр къыщыдэузым деж дохутырым зыхудогъазэ. Ауэ ди фІэщхъуныгъэр махэ щыхъум деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм депсэлъэн хуейщ (4 абзацым феплъ.)


5. Ди фІэщхъуныгъэр махэ зэрыхъуар сыт хуэдэ Іуэхухэм къагъэлъэгъуэну?

5 Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм теухуауэ дэ сыт хуэдэ упщІэкІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъазэ хъунущ. Иеговэ худиІэ ныбжьэгъугъэр тфІэмыкІуэд щІыкІэ, абыхэм захуэдгъэзэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Библием щыжыІащ дэ дыбэлэрыгъыу щытмэ, ди щхьэр къызэрыдгъэпцІэжыфынур (Екъуб 1:22). Сардис къалэ щыщ Алыхьым и лэжьакІуэ языныкъуэхэм апхуэдэ щыуагъэ ящІауэ щытащ. Абыхэм я гугъэт фІэщхъуныгъэ быдэ яІэу, ауэ Хьисэ зэрыжиІамкІэ ар апхуэдэу щыттэкъым (Апок. 3:1, 2). НтІэ, дэ дапхуэдэу къызэрытщІэнур фІэщхъуныгъэ быдэ диІэрэ димыІэрэ? Псалъэм папщІэ, псым зыщыщІэдгъэуам щыгъуэ, Иеговэ худиІа гурыщІэхэмрэ иджыпсту худиІэмрэ зэдгъапщэ хъунущ (Апок. 2:4, 5). Абы нэмыщІ мыпхуэдэ упщІэхэр зэттыж хъунущ: «Библием сыщеджэм икІи абы куууэ сыщегупсысым деж япэм къызиту щыта гуфІэгъуэм хуэдиз ноби къызиту пІэрэ? ЗэІущІэхэр блэзгъэкІыу икІи абыхэм тэмэму зыхуэзмыгъэхьэзырыжу сыхъуауэ пІэрэ? Иджыпстуи си гъащІэм хъыбарыфІ гъэІуным япэ увыпІэр щиІыгъ? Ахъшэмрэ мылъкумрэ нэхъыбэу сегупсысу сымыхъуауэ пІэрэ?» Мы упщІэхэм уегупсыса иужь Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ махэ зэрыхъуар къыбгурыІуамэ, ар Іэпэдэгъэлэл умыщІ, уи Іуэхур нэхъ Іей мыхъун щхьэкІэ. А гугъуехьым уи закъуэ узэрыпэмылъэщыфынур къыбгурыІуамэ е Алыхьым и хабзэм уебэкъуамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэбгъэзэным игъуэ дыдэщ.

6. Гуэныхь хьэлъэ зыщІам сыт ищІэн хуейр?

6 Языныкъуэ гуэныхьхэм щхьэкІэ цІыхур зэхуэсым хагъэкІыфынущ (1 Кор. 5:11—13). Апхуэдэ гуэныхь тщІауэ щытмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыхуэдгъэзэн хуейщ. Иеговэ гъунэгъу дыхуэхъужын щхьэкІэ, Іэмал имыІэу, ахэр зыдэдгъэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Алыхьым къыщытхуигъэгъунур ди гум къыбгъэдэкІыу тщІа гуэныхьым дыхущІегъуэжрэ, ар ІуэхукІэ къэдгъэлъагъуэмэщ (Апост. 26:20). Апхуэдэ Іуэхухэм щыщ зыр — ар зэхуэсым и нэхъыжьхэм я пащхьэ зыщыдыумысыжыныращ.

7. Иджыри сыт хуэдэ гугъуехьхэм щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъазэ хъуну?

7 Гуэныхь хьэлъэ зыщІам и закъуэкъым зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэІэпыкъур, атІэ хъуэпсэныгъэ Іейм ебэнхэми ядоІэпыкъу (Апост. 20:35). Уэ угузэвэнкІэ хъунущ хъуэпсэныгъэ Іейхэм упэщІэмытыфын уи гугъэу. Ар уи дежкІэ гъэунэхуапІэ хьэлъэу щытыфынущ япэм щыгъуэ наркотик зэпхьэлІэу, порнографие уеплъу е зинэ пщІэуэ щытамэ. Апхуэдэ хъуэпсэныгъэхэм уи закъуэу уебэнын хуейуэ уимыгугъэ икІи умышынэ зэхуэсым и нэхъыжь нэхъ дзыхь зыхуэпщІым зыхуэбгъазэу, уи Іуэхур зытетыр жепІэну. Ар фІыуэ къодэІуэнурэ, адэкІэ пщІэ хъунум теухуауэ чэнджэщ къыуитынущ. Абы гу лъыуигъэтэнущ уэ уи хъуэпсэныгъэхэм узэрыпэщІэтыр Иеговэ зэрилъагъум икІи абы щхьэкІэ зэрыгуфІэм (Эккл. 4:12). Хъуэпсэныгъэ Іейхэм къызэрытрагъэзэжым щхьэкІэ уэ уи лъэр щІэхуфынущ. Абы щыгъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыбдэІэпыкъунущ нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ узэплъыжыну. Псалъэм папщІэ, дэІэпыкъуэгъу къызэрыплъыхъуэм къегъэлъагъуэ уэ Іэдэбу узэрыщытыр. Уэ адэкІи гуэныхьым узэрыпэщІэтым къокІ Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр лъапІэу зэрыплъытэр (1 Кор. 10:12).

8. Ди щыуагъэ псом щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн хуейуэ щыт?

8 Дэ ди щыуагъэ псом щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн хуейуэ щыткъым. Псалъэм папщІэ, ди пІэм дыкъикІыу, къуэшым е шыпхъум и жагъуэ хъун гуэр жетІауэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Апхуэдэм деж дэ зызыхуэдгъэзэн хуейр зэхуэсым и нэхъыжьхэракъым, атІэ зи жагъуэ тщІаращ. Абы и деж дыкІуэу, къытхуигъэгъуну делъэІун хуейщ. Апхуэдэу тщІэмэ, Маттэ 5:23, 24, (ДЩІ) ит Хьисэ и чэнджэщым дытету мамырыгъэр зытедгъэувэжыфынущ. Абы нэмыщІ ди публикациехэр къэдгъэсэбэпу, Іэдэбагъымрэ зышыІэныгъэмрэ теухуауэ нэхъ куууэ зэпкърытхмэ, адэкІи а хьэл-щэнхэр нэхъыфІыжу тхуэгъэлъэгъуэнущ. Дэ тхузэфІэкІыу хъуар тщІамэ, ауэ мамырыгъэр тхузэтемыгъэувэжамэ, дауикІ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн хуейщ. Еводиерэ Синтихиерэ я зэхуаку къыдыхьа зэгурымыІуэныгъэр езыхэм зэхагъэкІыфтэкъыми, Паул абыхэм я зэхуэсым щыщ зы къуэшым елъэІуащ ядэІэпыкъуну. Апхуэдэ дыдэу дэри ди зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыддэІэпыкъуфынущ (Флп. 4:2, 3).

СЫТ ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭМ ЗАХУЭДГЪЭЗЭН ЩІЫХУЕЙР?

9. Сыт дэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн щІыхуейр, дыукІытэу щытми? (Притчи 28:13).

9 Иныкъуэхэм деж зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн щхьэкІэ фІэщхъуныгъэрэ лІыгъэрэ дыхуейщ. Псалъэм папщІэ, гуэныхь хьэлъэ тщІамэ е хъуэпсэныгъэ Іейхэм дыпэщІэтыну къыдэгугъуэкІмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм ар яжетІэну дыукІытэнкІэ хъунущ. Ауэ, абы емылъытауэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн хуейщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди фІэщхъуныгъэр тхъумэну къыддэІэпыкъуну Иеговэ абыхэм къалэн яхуищІащ. Аращи, дэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъазэмэ, Алыхьым дзыхь зэрыхуэтщІыр икІи абы и унафэхэм дызэрытетыр къыдогъэлъагъуэ. Дэ быдэу ди фІэщ мэхъу хъуэпсэныгъэ Іейхэм дыпэщІэтыну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунур (Пс. 94:18). Абы нэмыщІ ди гуэныхьым теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм яжетІамэ икІи а щыуагъэр афІэкІа дымыщІэу щытмэ, Иеговэ къызэрытхуигъэгъунум дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым (Къеджэ Притчи 28:13.)

10. Ди гуэныхьыр щІэтхъумэну дыхэтмэ, сыт къэхъуфынур?

10 Ди гуэныхьыр щІэтхъумэну дыхэтмэ-щэ? Абы щыгъуэ дэ ди щхьэм зэран дыхуэхъужу аращ. Пащтыхь Даут и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы зэман гуэркІэ и гуэныхьхэр щІихъумащ. Ауэ Даут къыгурыІуэт Иеговэрэ абырэ я зэхущытыкІэр зэрызэтрикъутар икІи и напэр къызэреныкъуэкъум хуабжьу и лъэр щІихт (Пс. 32:3—5). Уи нэгу къыщІэгъэхьэт сымаджэ ухъуауэ е уІэгъэ гуэр уиІэу. Абы зыри йомыщІэмэ, уи гъащІэр пфІэкІуэдынкІэ хъунущ. Алыхьым дызэрыхуэлажьэм теухуауи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм депсэлъэн щхьэкІэ зытІэжьэмэ, ди узыр нэхъ Іей тщІыуэ аращ. Иеговэ хуейщ дэ абы худиІэ ныбжьэгъугъэр тхъумэну, абы къыхэкІкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэну дыхуегъэуш. Апхуэдэущ Иеговэрэ дэрэ ди зэхущытыкІэр зэрызытедгъэувэжыфынур (Ис. 1:5, 6, 18).

11. Гуэныхь хьэлъэхэр щІэтхъумэу щытмэ, сыт иджыри къэхъуфынур?

11 Дэ ди гуэныхьыр щІэтхъумэмэ, ар къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ мамырыгъэм зэран хуэхъуфынущ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ и къару лъапІэр япэм зэхуэсым зэрыриту щытам хуэдэу, иримытыжынкІэ хъунущ (Еф. 4:30). Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь зэрищІар тщІэуэ, ар щІэтхъумэмэ, Иеговэ и нэкІэ дэри дыгуэныхьыщІэщ (Лев. 5:1). Аращи, дэ гуэныхь зыщІа цІыхур хуэдгъэушын хуейщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъазэу, зиумысыжыну. Ар абы и зэманым имыщІэмэ, дэ абыхэм дабгъэдыхьэу, Іуэхур зытетыр яжетІэн хуейщ. Апхуэдэу дэ къэдгъэлъэгъуэнущ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи дызэрыхуэпэжыр. Абы нэмыщІ зэхуэсым илъ къабзагъэр тхъумэнущ икІи гуэныхь зыщІам дыдэІэпыкъуфынущ, Иеговэрэ абырэ я зэхущытыкІэр зэтригъэувэжыну.

ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР?

12. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу зи фІэщхъуныгъэ махэ хъуам зэрыдэІэпыкъур?

12 Библием зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зи фІэщхъуныгъэ махэ хъуам дэІэпыкъуну я къалэнщ (1 Фес. 5:14). Аращи, уэ гуэныхь пщІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм уи Іуэхур зытетыр нэхъыфІу къагурыІуэн щхьэкІэ упщІэхэр къыуатынкІэ хъунущ (Прит. 20:5). УзыщІапІыкІа хабзэм, уи хьэл-щэнхэм, укъызыхэкІа лъэпкъым икІи пщІам щхьэкІэ узэрыукІытэм емылъытауэ, уи гурыщІэхэри уи гупсысэхэри зэхуэсым и нэхъыжьхэм яхуэІуатэ. Къемызэгъ гуэр жыпІэнкІэ умышынэ (Иов 6:3). Зэхуэсым и нэхъыжьхэр пІэщІэнукъым унафэ ящІыну. Ахэр жыпІэм фІыуэ едэІуэнущ икІи Іуэхур зытетыр и кІэм нэсу зэхагъэкІынурэ, итІанэщ чэнджэщ къыщыуатынур (Прит. 18:13, Гъэсэпэтхыдэхэр). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къагуроІуэ къуэшым, е шыпхъум дэІэпыкъун щхьэкІэ зэман зэрыхуейр. Іуэхур гугъуу щытмэ, ахэр мызэ-мытІэу зэхуэсу зэпсэлъэн хуей хъунущ.

13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библием тегъэщІауэ къыдат чэнджэщхэмрэ абыхэм я тхьэлъэІухэмрэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Сурэтхэми феплъ.)

13 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хуейкъым, уэ абыхэм уепсэлъа иужь, нэхъ Іеижу зыбгъэкъуэншэжыну. Ахэр уи гъусэу икІи уэ щхьэкІэ Алыхьым елъэІунущ. Абыхэм я тхьэлъэІум къаруушхуэ зэрыщІэлъыр уэ бгъэщІэгъуэнкІэ хъунущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр цІыхум зэрыдэІэпыкъум теухуауэ Екъуб мыпхуэдэу итхащ: «Зиусхьэным и цІэкІэ сымаджэм дагъэ щрехуи, хурелъаІуэ» (Екъуб 5:14—16). «Дагъэ» жыхуиІэ псалъэм къикІыр Алыхьым и Псалъэм ит пэжхэращ. Абы къыхэкІкІэ, гупсэхугъуэ къозытыжын икІи Иеговэ гъунэгъу ухуэхъужыну къыбдэІэпыкъун Библием ит едзыгъуэхэр зэхуэсым и нэхъыжьхэм уи гъусэу зэпкърахынущ (Ис. 57:18). Библием тегъэщІауэ абыхэм къыуатыну чэнджэщхэр къыбдэІэпыкъунущ Иеговэ жиІэр бгъэзэщІэну. Апхуэдэу Иеговэ мы псалъэхэр къыбжиІэу жыпІэ хъунущ: «Мис гъуэгур, фрикІуэ абы фытету» (Ис. 30:21).

Коллаж: 1) ипэ сурэтым хэта дохутырыр цІыхухъум и дамэм йоплъ; цІыхухъум и дамэм траха рентген сурэтхэр блыным кІэрылъщ; 2) ипэ сурэтым хэта зэхуэсым и нэхъыжьым иджыри зы къуэш и гъусэу, къуэшым и деж кІуахэщ, Библием ит гупсысэхэмкІэ ягъэгушхуэн щхьэкІэ; къуэшыр абыхэм жаІэм фІыуэ йодаІуэ икІи ахэр мэгуфІэ.

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библиер къагъэсэбэпурэ, гупсэхугъуэ хуэныкъуэхэм ядоІэпыкъу (13, 14 абзацхэм феплъ.)


14. Галатие 6:1 зэритымкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр «гуэныхь» зыщІам дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур? (Сурэтхэми феплъ.)

14 Къеджэ Галатие 6:1. Мы едзыгъуэм ит «гуэныхь» жыхуиІэ псалъэм къикІыфынущ цІыхум Іущагъ зыхэмылъ унафэ къызэрищтар е гуэныхь хьэлъэ зэрищІар. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр лъагъуныгъэм къыхэкІыу хущІокъу щыуагъэ зыщІа къуэшыр е шыпхъур гъуэгу захуэм трагъэувэжыну икІи ар «гущабагъэкІэ» ящІэну хэтщ. «Гъуэгу захуэм тевгъэхьэж» жаІэу зэрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм иджыри къокІ къупщхьэ ипкІар дохутырым и пІэм зэрыригъэувэжыр, фэбжь зыгъуэта цІыхур узыншэ хъужын щхьэкІэ. Сымаджэм узыр Іеищэу зыхимыщІэн щхьэкІэ дохутырыфІым хуэсакъыурэ къупщхьэр иригъэпкІэжынущ. Апхуэдэ дыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэри зи фІэщхъуныгъэр махэ хъуа къуэшым е шыпхъум дэІэпыкъунущ. Галатие 6:1 иджыри щыжыІащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыкІэлъыплъыжын зэрыхуейр. Гъуэгу захуэм къытехьэжыну цІыхум щыдэІэпыкъум деж абыхэм зыщагъэгъупщэкъым езыхэми гуэныхь зэрахэлъыр икІи зэрыщыуэфынур. Абы къыхэкІкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм щыуагъэ зыщІам нэхърэ зыгуэркІэ нэхъыфІу е нэхъ цІыху пэжу зыкъалъытэжынукъым, атІэ Іэдэбагърэ гущІэгъурэ хэлъу абы хущытынущ (1 Пет. 3:8).

15. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыддэІэпыкъуфын щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр?

15 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дзыхь хуэпщІ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къызэрыддэІэпыкъу хъунум теухуауэ ахэр Иеговэ егъасэ. Абыхэм къуэш, шыпхъухэм я щэхухэр зыми жраІэкъым икІи чэнджэщ щатым деж езыхэм я еплъыкІэракъым жаІэр, атІэ Алыхьым и псалъэм итыращ. Иджыри абыхэм ди закъуэу дыкъагъанэкъым, атІэ ди гугъуехьым дыпэлъэщыху къыддоІэпыкъу (Прит. 11:13; Гал. 6:2). Абыхэм псоми хьэл зырыз яІэщ икІи опыт яІэр зэтехуэкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, ди гугъуехьым теухуауэ абыхэм щыщ дэтхэнэ зыми депсалъэ хъунущ. ДауикІ, узыхуейр зэхэпхын щхьэкІэ зы къуэшым деж уикІыу, нэгъуэщІ къуэшым деж укІуэныр тэмэмкъым. Апхуэдэм деж дэ къэтлъыхъуэр Алыхьым и Псалъэм ит Іущагъыракъым, атІэ дэ дызыхуейращ (2 Тим. 4:3). Дэ зэхуэсым и нэхъыжьым зыхуэдгъэза иужь, ар къыдэупщІынкІэ хъунущ ди гугъуехьым теухуауэ нэгъуэщІ къуэшым дыбгъэдыхьарэ дыбгъэдэмыхьарэ икІи абы сыт хуэдэ чэнджэщ къыдитами. Абы нэмыщІ жэуап къыдитын ипэ, ар нэгъуэщІ къуэшым ечэнджэщынкІэ хъунущ. Апхуэдэу абы и зэфІэкІыр здынэсыр зэрищІэжыр къигъэлъэгъуэнущ (Прит. 13:10).

ДЭ ДИ КЪАЛЭНУ ЩЫТЫР

16. Дэтхэнэ зыми Алыхьым и пащхьэ сыт хуэдэ къалэн щыдиІэр?

16 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм чэнджэщхэр къыдатми, ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъуми, абыхэм зэи ди пІэкІэ унафэ къащтэкъым. Дэ псоми ди гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ итлъхьащи, абы и хабзэхэм дытетыну ди къалэнщ. Дэтхэнэ зыми жытІэмкІи тщІэмкІи щхьэж абы жэуап еттыжынущ (Рим 14:12). Иегови къыддэІэпыкъуну хьэзырщ, абы пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ. Аращи, зэхуэсым и нэхъыжьхэм езыхэм я еплъыкІэр кІуэцІрагъэкІынукъым, атІэ Библиер къагъэсэбэпу Иеговэ и еплъыкІэр къыдгурагъэІуэнущ. Абыхэм я чэнджэщхэм дедаІуэмэ, Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къатщтэу зедгъэсэфынущ (Евр. 5:14).

17. Иеговэ къыддэІэпыкъуну дыхуеймэ, сыт тщІэн хуейр?

17 Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, лъагъуныгъэшхуэ хэлъу и мэл цІыкІухэм и нэІэ зэратригъэтым щхьэкІэ. Абы «мэлыхъуэфІу» щыт Хьисэ Мэссихь къигъэкІуащ, и гъащІэр къурмэныпхъэу иту, гъащІэ мыухыж диІэу дыпсэуфын щхьэкІэ (Ин. 10:11). Иеговэ жиІащ: «Сэ си Іэмырыр зыгъэзэщІэн мэлыхъуэхэр фэстынущ икІи абыхэм щІэныгъэ къывбгъэдалъхьэнущ, зэхэщІыкІми фыхуагъэсэнущ» (Иер. 3:15). Алыхьым зэхуэсым и нэхъыжьхэр къызэрыдитамкІэ а псалъэхэр игъэзэщІащ. Ди фІэщхъуныгъэр махэ зэрыхъур щызыхэтщІэм е Иеговэ гъунэгъу зыхуэтщІыжын щыхуейм деж, дымыукІытэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдвгъэгъазэ. ИтІанэ дэ, Іэмал имыІэу, къэтлъэгъунущ ахэр къигъэсэбэпу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дапщэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн щыхуейр?

  • Сыт зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуэдгъэзэн щІыхуейр?

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?

31 УЭРЭДЫР Алыхьым и гъусэу къэкІухь!

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын