ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Апрель н. 20—25
  • Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУМ ШЭЧ КЪЫТЕТХЬЭНЫР — ШЫНАГЪУЭЩ
  • АПОСТОЛ ПАУЛ И ЩАПХЪЭР СЭБЭП КЪЫЗЭРЫТХУЭХЪУР
  • БИБЛИЕР ЗЭРЫДДЖЫР, АЛЫХЬЫМ ЛЪЭІУКІЭ ЗЭРЫЗЫХУЭДГЪАЗЭР ИКІИ ДИ НЫБЖЬЭГЪУ ПЭЖХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР?
  • ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ФЫЩІЭТУ ФЫКЪАНЭ
  • Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур быдэу уи фІэщ щІы
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Лъагъуныгъэм сыт щыгъуи хэвгъахъуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Дэ ди Адэ Иеговэ фІыщэу долъагъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Иеговэ фІыуэ фыкъелъагъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Апрель н. 20—25

17 СТАТЬЯР

Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ!

«Иеговэ лъапІэу фызэрилъытэр къигъэлъэгъуащ» (ВТОР. 7:7).

108-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым къыбгъэдэкІ лъагъуныгъэ пэжыр

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

Радостно улыбающиеся люди из разных культур.

Уафэм щыІэ ди Адэм дэтхэнэ зыри лъапІэу делъытэ (1 абзацым феплъ.)

1. Иеговэ и лэжьакІуэхэм щеплъым деж, сыт абы гу зылъитэр?

«ИЕГОВЭ лъапІэу фызэрилъытэр къигъэлъэгъуащ» (Втор. 7:7). Библием ит мы псалъэхэм Алыхьым и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри къеджэну икъукІэ и гуапэщ! Иеговэ ди хьэл-щэныфІхэм гу лъетэ, абы нэмыщІ сыт хуэдэ цІыху дыхъуфынуми ещІэ икІи абы ныбжьэгъу дыхуэхъуну езыр къыддоІэпыкъу. Дэ ди лъэныкъуэкІи Иеговэ дыхуэпэжу дыщытмэ, абы зэикІ дыкъигъэнэнукъым (Ин. 6:44).

2. Языныкъуэхэм Иеговэ ахэр фІыуэ зэрилъагъур я фІэщ ящІыну щІэгугъур сыт?

2 Зыгуэрым жиІэфынущ: «Сэ сощІэ Иеговэ и лъэпкъ псор фІыуэ зэрилъагъур. Ауэ сэ сыкъапщтэмэ, абы лъапІэу сыкъызэрилъытэр дауэ зэрызыхэсщІэнур?» Иныкъуэхэм апхуэдэ упщІэ щІаІэм щхьэусыгъуэ хуэхъуфынур сыт? Зи сабиигъуэм гугъуехь куэд зылъэгъуа Оксанэb жеІэж: «Сэ псым зыщыщІэзгъэуам икІи пионер сыщыхъуам щыгъуэ, дуней гуфІэгъуэр сиІэт. Ауэ илъэс пщыкІутху дэкІри, сыщыцІыкІум къэхъуа Іуэху шынагъуэхэр си нэгу къыщІыхьэжу щІидзащ. Абы си гупсэхугъуэр сфІигъэкІуэдащ икІи Иеговэ и щІыбыр къысхуигъэзауэ и лъагъуныгъэри схуэмыфащэу сегупсыст». Зи сабиигъуэр тыншу щымыта, иджы пионеру лажьэ ди зы шыпхъу Ю́а къыджеІэж: «Иеговэ згъэгуфІэну сыхуейти, сэ си гъащІэр абы и ІэмыщІэ ислъхьащ. Ауэ сэ абы зэгуэр фІыуэ сыкъилъагъуфыну си фІэщ хъутэкъым».

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Зи гугъу тщІа ди шыпхъухэм хуэдэу, уэри уигу псомкІэ Иеговэ фІыуэ плъагъуу, ауэ абы фІыуэ укъызэрилъагъум шэч къытепхьэу щытынкІэ хъунущ. Иеговэ лъапІэу узэрилъытэр уи фІэщ хъууэ щІыщытын хуейр сыт? Иеговэ фІыуэ укъимылъагъу хуэдэу къыщыпщыхъум деж сыт пщІэ хъунур? А упщІэхэр зэпкърытхынщ.

ИЕГОВЭ ФІЫУЭ ДЫКЪЫЗЭРИЛЪАГЪУМ ШЭЧ КЪЫТЕТХЬЭНЫР — ШЫНАГЪУЭЩ

4. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэмэ, сыт къытщыщІынкІэ хъунур?

4 Лъагъуныгъэм къаруушхуэ иІэщ икІи абы и фІыгъэкІэ цІыхум куэд хузэфІэкІынущ. Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи дэІэпыкъуэгъу къызэрытхуэхъур быдэу ди фІэщ хъумэ, дэ ди гъащІэм сыт хуэдэ гугъуехь къэмыхъуми, ди гум къыбгъэдэкІыу абы адэкІи дыхуэлэжьэнущ. Ауэ Иеговэ лъапІэу дызэрилъытэм шэч къытетхьэмэ, «абы къарууншэ дыдэ [д]ищІынущ» (Прит. 24:10, Гъэс.). Ди фІэщхъуныгъэр махэ хъууэ, Алыхьым фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытетхьэу щІэддзэмэ, ар ди тІасхъапІэ хъунурэ ШейтІаным дыпэщІэтыну зэран къытхуэхъунущ (Еф. 6:16).

5. Алыхьым и лъагъуныгъэм шэч къытепхьэныр зэран къызэрыпхуэхъум теухуауэ языныкъуэхэм сыт жаІэжыр?

5 Алыхьым хуэпэж языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм шэч къытехьэныгъэм и зэранкІэ я фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ хъури Иеговэ нэхъ жыжьэ хуэхъуащ. Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Джеймс жеІэж: «Сэ Вефилым сыщылажьэт икІи нэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ зэхуэсым сызэрыхэтым гуфІэгъуэ хэсхт, ауэ си лэжьыгъэр Иеговэ игу иримыхь хуэдэу сегупсысу щІэздзащ. Иеговэ си тхьэлъэІухэм зэредаІуэми зы зэман сэ шэч къытесхьэу сыхъуащ». Полновременнэу лажьэ ди шыпхъу Евэ къыддогуашэ: «Сэ къызгурыІуащ Иеговэ и лъагъуныгъэм шэч къытепхьэным шынагъэ зэрыхэлъыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы щыхупІэм ухуешэ икІи псори егъэлъэлъэж. Абы нэмыщІ Алыхьым и лэжьыгъэм ухэтыну гукъыдэж уимыІэжу икІи абы гуфІэгъуэ къыпхуимыхьыжу уохъу». Общэ пионеру икІи зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ Майкл мыпхуэдэу жеІэ: «Алыхьым лъапІэу узэрилъытэр уи фІэщ мыхъумэ, абы жыжьэ ухуэхъунущ».

6. Сыт дэ тщІэн хуейр Иеговэ и лъагъуныгъэм шэч къытетхьэу щІэддзэмэ?

6 Ди къуэш, ди шыпхъухэм къащыщІам къегъэлъагъуэ гупсысэ Іейхэр ди фІэщхъуныгъэм зэран зэрыхуэхъуфынур. Апхуэдэ гупсысэхэр ди щхьэм къыщытфІихьэм деж сыт дэ тщІэ хъунур? Дэ абыхэм демыгупсысу ди щхьэм ахэр занщІэу итхужын хуейщ. Иеговэ елъэІу абы «къыбгъэдэкІ гузэгъэгъуэу цІыхухэм къагурыІуэфынум нэхърэ куэдкІэ нэхъ иным» хуэдэ къыуитыну икІи узыгъэгузавэ гупсысэхэр уи гуми уи щхьэми ирихыну (Пс. 139:23; Флп. 4:6, 7). Зэи зыщумыгъэгъупщэ уэ узэримызакъуэр икІи Алыхьым хуэпэж адрей ди къуэш, ди шыпхъухэри апхуэдэ гупсысэхэм зэребэныр. Япэм псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэми апхуэдэ гугъуехьхэр яІэу щытащ. Апостол Паули абыхэм яхэтащ. Абы и щапхъэр сыткІэ сэбэп къытхуэхъуфынуми девгъэгупсыс.

АПОСТОЛ ПАУЛ И ЩАПХЪЭР СЭБЭП КЪЫЗЭРЫТХУЭХЪУР

7. Паул сыт хуэдэ гугъуехьхэр иІа?

7 Уи къалэнхэр бгъэзэщІэну къару уимыІэжу къыщыпщыхъу къэхъуа? Апхуэдэу къыпщыщІамэ, апостол Паул и гум щыщІар уэ къыбгурыІуэнущ. Зы зэхуэс закъуэу щымыту, атІэ «зэхуэс псоми сахуэгузэващ, махуэ къэси согузавэ» жиІэу Паул итхауэ щытащ (2 Кор. 11:23—28). Е уз хэтІэса уиІэмэ, абы уи гуфІэгъуэр пфІигъэкІуэду къыщІэкІынщ. Паули апхуэдэ гугъуехь иІащ икІи ар и узыншагъэм пыщІауэ къыщІэкІынт. Абы жиІэт ар банэм хуэдэу къызэрыхэуэр икІи Паул Иеговэ мызэ-мытІэу елъэІут и гугъуехьыр Іуихыу гупсэхугъуэ къритыжыну (2 Кор. 12:7—10). Уи ныкъусанхэр щыплъагъукІэ абы уи къарур щІихыу щыт? Паули апхуэдэу щытащ. Ар и ныкъусанхэм сыт щыгъуи ебэнын зэрыхуейм щхьэкІэ цІыху тхьэмыщкІэу зилъытэжт, ауэ абы и Іэр иримыхьэхыу фІы щІэным хущІэкъут (Рим 7:21—24).

8. Паул гугъу зэрехьым емылъытауэ, Иеговэ хуэпэжу къыхуэнэну сыт къыдэІэпыкъуар?

8 Паул сыт хуэдэ гугъуехь имыІами, Иеговэ хуэлэжьэн къигъанэтэкъым. Сытыт абы къару къезытыр? Паул ныкъусан хэлъхэр фІыуэ зэрищІэжым нэмыщІ абы иджыри щхьэщэхужыр быдэу и фІэщ хъут. Абы ищІэжт Хьисэ жиІа псалъэхэр: «Тхьэм дунейм и цІыхухэр апхуэдизкІэ фІыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэми... мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Ин. 3:16; Рим 6:23). Шэч хэмылъу, Паул апхуэдэ фІэщхъуныгъэ зиІахэм ящыщт. Абы быдэу и фІэщ хъут цІыхум гуэныхь хьэлъэ ищІами, ар абы хущІегъуэжмэ, Иеговэ абы къыхуигъэгъуну сыт щыгъуи зэрыхьэзырыр (Пс. 86:5).

9. Галатие 2:20 ит Паул и псалъэхэм дэ сытым дыхуагъасэрэ?

9 Паул Алыхьым и лъагъуныгъэм и къарур здынэсыр ищІэт икІи къыгурыІуэт Иеговэ и Къуэ закъуэр езым щхьэкІэ зэритам а лъагъуныгъэр къызэрыхэщыр. (Къеджэ Галатие 2:20.) Гу лъыттэнщ мы едзыгъуэм и кІэм деж уи гур хэзыгъахъуэ Паул жиІа псалъэхэм: «[Тхьэм и Къуэм] фІыуэ силъагъури, и псэр сэр щхьэкІэ итащ». Абы Алыхьым и лъагъуныгъэм гъунэ зэримыІэр къыгурыІуэт икІи мыпхуэдэу ар егупсыстэкъым: «Сэ къызгуроІуэ Иеговэ адрейхэр фІыуэ щІилъагъур, ауэ сэ фІыуэ сыщІэплъагъун лъэпкъ схэлъкъым». Паул Рим къалэм дэс Хьисэ и лъэужь итхэм ягу къигъэкІыжащ: «Дэ иджыри дыгуэныхьыщІэми, Мэссихь дэр щхьэкІэ лІащ» (Рим 5:8). Иеговэ дэтхэнэ зыми къытхуиІэ лъагъуныгъэм зэран хуэхъуфын зыри щыІэкъым!

10. Рим 8:38, 39 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?

10 Къеджэ Рим 8:38, 39. Паул Алыхьым и лъагъуныгъэм къаруушхуэ зэриІэм икІи «Тхьэм къытхуиІэ фІылъагъуныгъэм зыми дыбгъэдишын зэрылъэмыкІынум» шэч къытрихьэтэкъым. Абы ищІэт Иеговэ шыІэныгъэ хэлъу и лъэпкъым зэрыхущытар, езы Паули зыхищІэт Иеговэ абы гущІэгъу къызэрыхуищІыр. НэгъуэщІу жыпІэмэ, Паул мыпхуэдэу жиІащ: «Иеговэ и Къуэ закъуэр сэр щхьэкІэ итащ. НтІэ, абы фІыуэ сыкъызэрилъагъум шэч къыщІытесхьэн щхьэусыгъуэ сиІэу пІэрэ?» (Рим 8:32).

1. Фарисей Павел приказывает арестовать христианина. 2. Христианин Павел ободряет молодого брата.

Иеговэ и дежкІэ мыхьэнэ зиІэр дэ япэм тщІа щыуагъэхэракъым, атІэ нобэ тщІэмрэ къэкІуэну зэманым тщІэнумрэщ (11-нэ абзацым феплъ.)c

11. 1 Тимофей 1:12—15 Паул къыщрибжэкІ и щыуагъэхэм емылъытауэ, Алыхьым ар фІыуэ зэрилъагъум сытыт шэч къыщІытримыхьэр?

11 Къеджэ 1 Тимофей 1:12—15. Паул Хьисэ и гъэсэн хъун ипэ ищІа Іуэхухэр къыщищІэжкІэ ар хуабжьу игу къеуэт. Гуэныхь зыщІэхэм япэу итыр езырауэ жиІэт. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Паул зы къалэм икІыурэ адрей къалэм кІуэурэ Хьисэ и гъэсэнхэр гущІэгъуншэу кърихуэкІыу щытащ. Абы и ягъэкІэ хэти лъэхъуэщым ирадзащ, хэти яукІыпащ (Апост. 26:10, 11). Паул и гум щыщІэфынур фи нэгу къыщІэвгъэхьэт абы и зэранкІэ зи адэ-анэ зыфІэкІуэда къуэш ныбжьыщІэм ар хуэзатэмэ. Паул ищІахэм хущІегъуэжт, ауэ абы ищІэт блэкІам къебгъэгъэзэжыну Іэмал зэрыщымыІэр. Паул и фІэщ хъут Хьисэ абы щхьэкІэ зэрылІар икІи абы мыпхуэдэу итхащ: «Тхьэм и нэфІ къызэрысщыхуам къыхэкІкІэ иджы сызэрыщытым хуэдэ сыхъуащ» (1 Кор. 15:3, 10). Дэ сытым абы дыхуигъасэрэ? Уэ быдэу уи фІэщ хъун хуейщ Хьисэ уэр щхьэкІэ и псэр зэритар икІи абы и фІыгъэкІэ Иеговэ ныбжьэгъу ухуэхъуну Іэмал узэриІэр (Апост. 3:19). Иеговэ зэплъыр япэм тщІа щыуагъэхэракъым, а зэманым Иеговэ и Щыхьэту дыщытауи дыщымытауи ирехъу. Иеговэ мыхьэнэ зритыр дэ нобэ тщІэмрэ къэкІуэну зэманым тщІэнумрэщ (Ис. 1:18).

12. Зыри къытхуэмейуэ икІи лъагъуныгъи тхуэмыфащэу къытщыхъумэ, 1 Иуан 3:19, 20 ит псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъуфынур?

12 Уэ мыпхуэдэу уегупсысынкІэ хъунущ: «Хьисэ и псэр сэр щхьэкІэ зэритар сощІэ, ауэ апхуэдэ тыгъэ лъапІэ сэ схуэфащэкъым». Апхуэдэ гупсысэхэр къыздикІыр дэнэ? Дигу бзаджэм дыкъигъэпцІэфынущ икІи къытщигъэхъуфынущ зыри къытхуэмейуэ, лъагъуныгъи тхуэмыфащэу. (Къеджэ 1 Иуан 3:19, 20.) Апхуэдэ гупсысэ дигу къэкІмэ, «Тхьэр дигухэм нэхъри нэхъ инщ» жиІэу дыкъызэджа псалъэхэр зыщыдгъэгъупщэнкъым. Уафэм щыІэ ди Адэм фІыуэ дыкъызэрилъагъур икІи гуэныхь тщІамэ, къытхуигъэгъуну зэрыхуейр къэтщІэжурэ, ди гухэр дгъэзэгъэжын хуейщ. Алыхьым и Псалъэр щІэх-щІэхыурэ зэрыдджыр, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм сыт щыгъуи дазэригъусэр къыдэІэпыкъунущ Иеговэ къызэрытхущытыр наІуэу къэтлъэгъуну. Абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

БИБЛИЕР ЗЭРЫДДЖЫР, АЛЫХЬЫМ ЛЪЭІУКІЭ ЗЭРЫЗЫХУЭДГЪАЗЭР ИКІИ ДИ НЫБЖЬЭГЪУ ПЭЖХЭР ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР?

13. Алыхьым и Псалъэр зэрыдджыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Абы нэмыщІ «Къуэш, шыпхъухэм Алыхьым и Псалъэр къадоІэпыкъу» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

13 Алыхьым и Псалъэр махуэ къэс куууэ бджымэ, Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэр нэхъыфІу къыпхуэцІыхунущ икІи Алыхьым и лъагъуныгъэм и инагъыр зыхэпщІэнущ. Тхыгъэ ЛъапІэм итыр махуэ къэс зэрыбджыр уэ къыбдэІэпыкъунущ гупсысэкІэ тэмэм уиІэну икІи уэ зэран къыпхуэхъуфыну гупсысэхэмрэ гурыщІэхэмрэ уатекІуэфынущ (2 Тим. 3:16). Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ зи щхьэ пщІэ хуэзымыщІыжу щыта Кевин жеІэж: «Иеговэ и нэкІэ сызэплъыжыну икІи ар къызэрысхущыт дыдэр къызгурыІуэну 103-нэ Псаломым итым куууэ сызэрегупсысар къыздэІэпыкъуащ». Мыбы ипэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Евэ къыддогуашэ: «Махуэм и кІэм деж сэ зэман къыхызох Иеговэ и гурыщІэхэмрэ абы мыхьэнэ зритымрэ сегупсысыну. Абы сэ гупсэхугъэ къызет икІи си фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ещІ».

Къуэш, шыпхъухэм Алыхьым и Псалъэр къадоІэпыкъу

Сестра едет в автобусе и читает Библию.
  • «Сыдихьэхауэ Библиер куууэ щызджым деж, сэ Иеговэрэ адрей цІыхухэмрэ сегупсысын щІызодзэ» (Майкл).

  • «Библиер зэрыздж графикыр зэтеухуауэ щытмэ, сэ ар къыздоІэпыкъу гупсысэ Іейхэр зытезмыгъэкІуэну. Библием седжэну е сытІысу зджыну гукъыдэж сыщимыІи къохъу, ауэ ар сщІэмэ, сэ Иеговэ Іэмал изот абы къысхуиІэ лъагъуныгъэр зыхызигъэщІэну» (Кевин).

  • «Сэ псаломхэм седжэн сфІэфІщ. 27-нэ Псаломыр псом нэхърэ нэхъ сигу ирохь. Сэ 1—6, 10, 12—14 едзыгъуэхэм къытезгъэзэжурэ соджэ икІи куууэ согупсыс» (Оксанэ).

  • «Сэ сыхущІокъу пщэдджыжь къэс Библием щыщ пычыгъуэ седжэну икІи сымыпІащІэу Иеговэ сепсэлъэну зэман къыдызогъэкІ. Сызэджэм сэбэп къысхуэхъуфын гуэр сэ сыт щыгъуи къыщызогъуэт» (Джеймс).

  • «Библиер куууэ зджа иужь, сэ Иеговэ нэхъ гъунэгъу сызэрыхуэхъур зыхызощІэ. Иеговэ къару къызет икІи си гум мамырыгъэ кърелъхьэ. Абы сыту гупсэхугъуэ къызитрэ! Алыхьым и Псалъэр зэрызджыр къыздоІэпыкъу Иеговэ зэи сызэрыщымыгъупщэнум шэч къытезмыхьэну» (Сейджи).

14. Алыхьым тхьэлъэІукІэ зырызыхуэдгъазэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

14 Алыхьым тхьэлъэІукІэ щІэх-щІэхыурэ зыхуэвгъазэ (1 Фес. 5:17). Зыгуэр ныбжьэгъу пщІыну ухуеймэ, Іэмал зэриІэкІэ абы уепсэлъэну икІи уи гурыщІэхэмкІэ удэгуэшэну ухущІэкъунущ. Апхуэдэу Алыхьми ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ. Дэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэу ди гурыщІэхэр, ди гупсысэхэр икІи ди гукъеуэхэр щыхуэтІуатэм деж, абы дзыхь зэрыхуэтщІыр икІи фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къызэрытедмыхьэр къыдогъэлъагъуэ (Пс. 94:17—19; 1 Ин. 5:14, 15). ИпэІуэкІэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Юа мыпхуэдэу жеІэж: «Сэ Иеговэ тхъэлъэІукІэ зыщыхуэзгъазэкІэ абы си махуэр зэрекІуэкІар зэрыжесІэжым нэмыщІ си гур къыхузэІузохри зыри къэзмыгъанэу си гурыщІэу хъуар хузоІуэтэж. Абы и фІыгъэкІэ сэ Иеговэ хузиІэ еплъыкІэм зихъуэжащ. Иджы ар цІыху куэд зыгъэлажьэ унафэщІу къысщыхъукъым, атІэ зи сабийхэр фІы дыдэу зылъагъу Адэу солъытэ». («Мы тхылъым уеджауэ пІэрэ?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

Мы тхылъым уеджауэ пІэрэ?

«Приближайся к Иегове» жыхуиІэ тхылъым уеджа? Уемыджамэ, уэ езым бджыну хэпха материалхэм ар хэбгъэхьэ хъунущ. Калифорние (США) щыпсэу ди зы шыпхъум жеІэж: «А тхылъым сызэреджар икІи куууэ сызэрегупсысар икъукІэ къыздэІэпыкъуащ. Абы и фІыгъэкІэ си гъащІэм фІыкІэ зихъуэжащ икІи Иеговэрэ сэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ хъуащ. Иджы ар си ныбжьэгъуу зэрыщытыр зыхызощІэ. Апхуэдэ гурыщІэхэр сызэриІэр а тхылъми и фІыгъэщ».

15. Иеговэ дэ лъапІэу дызэрилъытэр сыт ди фІэщ зыщІыр?

15 Ныбжьэгъу пэжхэр зыдэгъэІэпыкъу. Ахэр Алыхьым къыдита тыгъэщ (Екъуб 1:17). Иеговэ дэ унагъуэшхуэ къызэрыдитам икІи сыт щыгъуи фІыуэ дыкъэзылъагъу къуэш, шыпхъухэр дызэриІэм ди фІэщ ещІ дэтхэнэ зыри Алыхьым лъапІэу дызэрилъытэр (Прит. 17:17). Паул дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэм щыгъуэ, языныкъуэ Хьисэ и гъэсэнхэр абы щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъуар икІи зэрагъэгушхуар Колоссэ дэсхэм яхуитха письмом щыжеІэж (Кол. 4:10, 11). Уеблэмэ, Хьисэ Мэссихьи дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэ къэхъут икІи цІыхухэми, мелыІычхэми щыщ и ныбжьэгъухэр щІэгъэкъуэн къызэрыхуэхъуар абы фІыщІэ ищІт (Лк. 22:28, 43).

16. Иеговэ нэхъ гъунэгъу дыхуэхъуну ди ныбжьэгъу пэжхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъуфынур?

16 Зэхуэсым щыщ ныбжьэгъу пэжхэр фи гугъуехьхэмкІэ зыдэвгъэІэпыкъурэ? Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ ди ныбжьэгъухэм ди гукъеуэхэмкІэ дазэрыдэгуашэм къикІкъым ди фІэщхъуныгъэр махэ хъуауэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм дэ Іейм дыщахъумэфынущ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Джеймс жеІэж: «Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ си ныбжьэгъухэм зэман гугъум зыкъысщІамыгъэкъуауэ щытамэ, сщІэтэкъым сызэрыхъунур. Гупсысэ Іейхэр къыщыстегуплІэм деж си ныбжьэгъу лъапІэхэр шыІэныгъэ хэлъу къызодаІуэ икІи фІыуэ сыкъызэралъагъур къызжаІэ. Ахэр къызэрыздэІэпыкъум сэ къызгурегъаІуэ Иеговэ фІыуэ сыкъызэрилъагъур икІи абы и нэІэ къызэрыстригъэтыр». Зэкъуэш, зэшыпхъухэм дызэхуиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІыным икІи а ныбжьэгъугъэр тхъумэным сыту мыхьэнэшхуэ иІэ!

ИЕГОВЭ И ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ФЫЩІЭТУ ФЫКЪАНЭ

17, 18. Хэт дэ дызэдэІуэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

17 ШейтІаныр хуейщ дэ ди Іэр етхьэхыу, Иеговэ пэжу къилъытэ Іуэхухэм дыхущІэкъун щыдгъэтыну. Абы ди фІэщ ищІыну хуейщ Иеговэ фІыуэ дыкъимылъагъуу икІи дыкъригъэлыну тхуэмыфащэу. Сыту пцІышхуэ ар!

18 Иеговэ уэ фІыуэ уелъагъу икІи лъапІэу уелъытэ. Иеговэ ухуэжыІэдаІуэмэ, абы и лъагъуныгъэм Хьисэ хуэдэу игъащІэкІэ ущІэтыфынущ (Ин. 15:10). Аращи, ШейтІаным жиІэми, узыгъэкъуаншэ уигу бзаджэм жиІэми уемыдаІуэ. Абы ипІэкІэ Иеговэ едаІуэ — аращ фІыуэ тхэлъу хъуар зылъагъур. Иеговэ и лъэпкъри уэри лъапІэу зэрилъытэм зэи шэч къытумыхьэ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ фІыуэ дыкъызэрилъагъум шэч къытепхьэным сыт хуэдэ шынагъэ пылъыр?

  • Апостол Паул икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм я щапхъэхэр дауэ дэ сэбэп къызэрытхуэхъур?

  • Библиер зэрыдджыр, Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуэдгъазэр икІи ди ныбжьэгъу пэжхэр дауэ дэ къызэрыддэІэпыкъур?

141-НЭ УЭРЭДЫР ГъащІэр — тыгъэ лъапІэщ

a Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм Иеговэ ахэр фІыуэ зэрилъагъуфынур я фІэщ ящІыну къогугъуэкІ. Иеговэ дэтхэнэ зыри фІыуэ дыкъызэрилъагъумкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ диІэн щІыхуейм мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ. Ауэ дэ абы шэч къытетхьэу щІэддзэмэ, сыт тщІэ хъунуми мы статьям щызэпкърытхынущ.

b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

c СУРЭТЫР. Япэм апостол Паул Хьисэ и гъэсэнхэр лъэхъуэщым иридзэу щытащ. Ауэ Хьисэ абы щхьэкІэ ищІар къыщыгурыІуам щыгъуэ, Паул зихъуэжащ икІи къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэу щІидзащ (абыхэм кърихуэкІыу щытахэм я благъи хэтауэ къыщІэкІынут).

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын