23 СТАТЬЯР
Уэ уи закъуэкъым, Иеговэ сыт щыгъуи уи гъусэщ!
«Иеговэ къезыджэ псоми япэгъунэгъущ» (ПС. 145:18).
28-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ и лэжьакІуэхэм закъуэныгъэ сыт щызыхащІэфынур?
КУЭДЫМ зэман-зэманкІэрэ закъуэныгъэ зыхащІэ. Языныкъуэхэм апхуэдэ гурыщІэр зэман кІэщІкІэщ зэрызыхащІэр, адрейхэр абы илъэс куэдкІэ ебэнын хуейщ. Хэти, цІыху гупышхуэм зэрыхэтым емылъытауэ, закъуэныгъэр зыхищІэфынущ. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым зэхуэсыщІэм ныбжьэгъухэр къыщигъуэтыну къогугъуэкІ. Хэти унагъуэ зэкъуэтым къыщыхъуащ, ауэ нэгъуэщІ щІыпІэм зэрыІэпхъуам къыхэкІкІэ и унагъуэм щыщхэм хуабжьу хуозэш. Е фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм тІэщІихамэ, дэ закъуэныгъэр хуабжьу къыттехьэлъэнкІэ хъунущ. НэгъуэщІхэм, псом хуэмыдэу пэжыр куэд мыщІэу къэзыщІахэм, ахэр хыфІадза хуэдэу къащыхъуфынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ зи фІэщ мыхъу я Іыхьлыхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ абыхэм къапэщІоувэ.
2. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?
2 Иеговэ дэ ттеухуауэ псори ещІэ икІи ди гурыщІэхэр фІыуэ къыгуроІуэ. Закъуэныгъэ щызыхэтщІэм деж Иеговэ абы гу зэрылъитэм нэмыщІ а гурыщІэм дыпэлъэщыну къыддэІэпыкъунуи хуейщ. Дауэ дэ ар къызэрыддэІэпыкъур? Дэ езым сыт тщІэфынур а гурыщІэм дыпэлъэщын щхьэкІэ? ИкІи ди зэхуэсым щыщ закъуэныгъэ зыхэзыщІэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? Мы упщІэхэм я жэуапхэр къэтщІэнщ.
ИЕГОВЭ ДИ ГУРЫЩІЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУЕЩІ
Иеговэ Иляс мелыІыч къыхуигъэкІуащ зэримызакъуэр жригъэІэн щхьэкІэ (3-нэ абзацым феплъ.)
3. Иеговэ Иляс и гурыщІэхэм дапхуэдэу гу зэрылъитар?
3 Иеговэ хуейщ абы и лэжьакІуэ псори насыпыфІэу щытыну. Ар дэтхэнэ зыми тпэгъунэгъущ икІи занщІэу гу лъетэ гурыщІэ гуэр къыщыттехьэлъэм деж (Пс. 145:18, 19). Дигу къэдгъэкІыжынщ Иляс бегъымбарым и гурыщІэхэм Иеговэ зэрыхущытар. А цІыхухъу пэжыр зэман гугъум щыпсэуащ. Абы щыгъуэ Алыхьым и бийхэм Иеговэ и лэжьакІуэхэр гущІэгъуншэу кърахуэкІт икІи псом хуэмыдэу Иляс яукІыну иужь итт (1 Цар. 19:1, 2). Абы нэмыщІ Иляс и гугъэт Алыхьым хуэпэж бегъымбархэм щыщу ар и закъуэу къэнауэ икІи ар абы игу къеуэт (1 Цар. 19:10). Иеговэ занщІэу абы гу лъитащ икІи Иляс зэримызакъуэр жрыригъэІэн щхьэкІэ мелыІыч къыхуигъэкІуащ — Алыхьым хуэпэжу къэна цІыху куэд Израилым иджыри щыІэт (1 Цар. 19:5, 18).
4. Унагъуэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я дэІэпыкъуэгъур зыфІэкІуэдахэм Иеговэ и нэІэ зэрытригъэтыр Марк 10:29, 30 итым дауэ къызэрыхэщыр?
4 Иеговэ къыгуроІуэ языныкъуэхэм абы хуэлэжьэн щхьэкІэ куэд къызэрагъэнар. Псалъэм папщІэ, зыгуэрым и унагъуэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ я дэІэпыкъуэгъур фІокІуэд. Зэгуэр апостол Петр Хьисэ еупщІащ: «Мис, дэ диІа псори къэдгъанэри, уи ужь дыкъиуващ... Абы щхьэкІэ дэ ІыхьэфІу къэдгъуэтынур сыт?» (Мт. 19:27). Хьисэ ар зэрыгузавэм гу лъитэри и гъэсэнхэм гуапэу яжриІащ зэхуэсым щыщхэр абыхэм унагъуэ къазэрыхуэхъунур. (Къеджэ Марк 10:29, 30.) Абы нэмыщІ уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ абы хуэлэжьэну хуей дэтхэнэ зыри къимыгъэнэну къегъэгугъэ (Пс. 9:10). Закъуэныгъэм дыщебэнкІэ Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэ хъунуми иджыпсту деплъынщ.
ЗАКЪУЭНЫГЪЭМ ДЕБЭНЫН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
5. Иеговэ къызэрыбдэІэпыкъум уегупсысыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
5 Иеговэ къызэрывдэІэпыкъум гу лъыфтэ (Пс. 55:22). Абы и фІыгъэкІэ фи закъуэу фызэрыщымытыр къэфлъэгъунущ. Щхьэгъусэ зимыІэ ди шыпхъу Кэролb и унагъуэм щыщ зыри Иеговэ хуэлажьэкъым. Ар къыддогуашэ: «Зэман гугъухэм Иеговэ къызэрыздэІэпыкъуар сигу къыщызгъэкІыжым деж сэ си закъуэу сызэрыщымытыр зыхызощІэ. Абы си фІэщ ещІ къэкІуэну зэманми Иеговэ сыкъызэримыгъэнэнур».
6. Закъуэныгъэм дебэныну 1 Петр 5:9, 10 ит псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
6 Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэм зэрыдэІэпыкъум фегупсыс. (Къеджэ 1 Петр 5:9, 10.) Хиро́си и унагъуэм щыщхэм Иеговэ я фІэщ мыхъуми, езыр илъэс куэд щІауэ Алыхьым пэжу хуолажьэ. Абы жеІэ: «Уегупсысу щытмэ, зэхуэсым гугъуехь зимыІэ зыри хэткъым. Ауэ абы щхьэкІэ къэмынэу дэтхэнэ зыми Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ къарууэ иІэр ирехьэлІэ. Мы гупсысэм Иеговэ хуэлажьэ Іыхьлы зимыІэ къуэш, шыпхъухэм къару къахилъхьэфынущ».
7. ТхьэлъэІур дапхуэдэу уэ къызэрыбдэІэпыкъур?
7 Зэпымыууэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ, Библием феджэ икІи зэІущІэхэм фыкІуэ. Иеговэ лъэІукІэ зыщыхуэвгъазэкІэ фи гурыщІэхэмкІэ фыдэгуашэ (1 Пет. 5:7). Ма́сиель зи цІэ хъыджэбзыр Иеговэ и Щыхьэт щыхъуам щыгъуэ и унагъуэм щыщхэм я щІыбыр абы къыхуагъэзащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ лъэІу гуащІэкІэ Иеговэ зыхуэзгъазэу зэрыщытар закъуэныгъэм сыпэлъэщыну къыздэІэпыкъут. Ар сэ Адэ схуэхъуащ икІи махуэ къэс куэдрэ сепсалъэурэ си гурыщІэ псори абы хуэсІуатэт».
Ди сайтым илъ аудиозаписьхэм щедаІуэм деж куэдым закъуэныгъэр апхуэдэу зыхащІэкъым (8-нэ абзацым феплъ.)c
8. Библием узэреджэр икІи узэджам узэрегупсысыр дауэ уэ къызэрыбдэІэпыкъур?
8 Алыхьым и Псалъэм зэпымыууэ еджэ икІи Иеговэ уэ фІыуэ укъызэрилъагъум щыхьэт техъуэ пычыгъуэхэм гу лъытэ. Бьянкэ зи цІэ ди шыпхъур и унагъуэм щыщхэм я псалъэ дыджхэм сыт щыгъуи едэІуэн хуей мэхъу. Абы жеІэ: «Пасэрей зэманым псэуа икІи ди зэманым псэу Алыхьым и лэжьакІуэхэм я гъащІэм теухуауэ седжэну икІи сегупсысыну си фІэфІщ. Абыхэм я щыщ куэдыр сэ сызыпэщІэхуэ Іуэхугъуэхэм хуэдэ пэщІэхуащ. Абыхэм я щапхъэхэр сэ икъукІэ къыздоІэпыкъу». Языныкъуэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм гупсэхугъуэ къезыт Библием щыщ едзыгъуэхэр гукІэ зрагъащІэ, псалъэм папщІэ, Псалом 27:10 икІи Исаия 41:10. Адрейхэм закъуэныгъэр зыхамыщІэну къадоІэпыкъу зэІущІэхэм зыщыхуагъэхьэзырым е Библием щеджэм деж аудиозаписьхэр къызэрагъэсэбэпыр.
9. ЗэІущІэхэм уэ сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуахьрэ?
9 ЗэІущІэхэм щыщ зыри бломыгъэкІын щхьэкІэ къару ехьэлІэ. Абы щызэхэпхынум уэ уигъэгушхуэнущ икІи къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къэпцІыхунущ (Евр. 10:24, 25). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Масиель жеІэ: «Сэ егъэлеяуэ сызэрыукІытэхым щхьэкІэ къэмынэу зэІущІэхэм псоми сыкІуэну икІи абыхэм сыхэтыну мурад сщІащ. Ар сэ къыздэІэпыкъуащ зэхуэсым щыщ дэлъху, шыпхъухэм нэхъ гъунэгъу сахуэхъуну».
10. Алыхьым пэжу хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэр ныбжьэгъу пщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
10 Алыхьым пэжу хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэр ныбжьэгъу фщІы. Щапхъэ зытепхыфын ныбжьэгъухэр зэхуэсым къыщылъыхъуэ, фи ныбжьыр икІи фызыщІапІыкІа хабзэхэр зэтемыхуэу щытми. Библием дигу къегъэкІыж ныбжь зиІэхэм гъащІэм нэхъыбэ зэрыхащІыкІыр (Иов 12:12). Ауэ, апхуэдэу щытми, ныбжь зиІэхэми щІалэгъуалэм я деж куэдым зыщрагъэсэфынущ. Даут Ионафан нэхърэ куэдкІэ нэхъыщІэт, ауэ ар зэран къахуэхъуакъым ахэр зэныбжьэгъуфІу щытыну (1 Сам. 18:1). Зэман гугъухэм деж Иеговэ хуэпэжу къэнэн щхьэкІэ ахэр зэдэІэпыкъут (1 Сам. 23:16—18). Ди шыпхъу Иринэ и унагъуэм щыщхэр зэкІэ Иеговэ хуэлажьэкъым. Абы жеІэ: «Зэхуэсым щыщ ныбжьэгъухэр ди адэ-анэм е ди Іыхьлыхэм хуэдэу гъунэгъу къытхуэхъуфынущ. Апхуэдэу Иеговэ дызыхуримыкъур ирегъэкъуж».
11. Ныбжьэгъугъэ быдэм лъабжьэ хуэхъур сыт?
11 НыбжьэгъущІэхэр къэбгъуэтыну тыншкъым, псом хуэмыдэу ущыукІытэхым деж. Апхуэдэ хьэл-щэн зыхэлъ ди шыпхъу Ра́тнэ, нэгъуэщІхэр къызэрыпэщІэувэм емылъытауэ, Иеговэ и Щыхьэт хъуащ. Абы жеІэж: «Сэ къызгурыІуащ зэхуэсым щыщхэм я дэІэпыкъуэгъум икъукІэ сызэрыхуэныкъуэр». Уи гурыщІэхэмкІэ зыгуэрым удэгуэшэну тыншу щымытынкІэ хъунущ, ауэ ныбжьэгъу пэжхэр хуиту я гум илъымкІэ зэдогуашэ. Уи ныбжьэгъухэр щІэгъэкъуэн къыпхуэхъуну икІи уагъэгушхуэну сыт щыгъуи хьэзырщ, ауэ уи Іуэхур зытетыр абыхэм яжомыІэмэ, дауэ ахэр къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
12. Зэхуэсым ныбжьэгъухэр къыщыбгъуэтыну сыт къыбдэІэпыкъунур?
12 НыбжьэгъуфІ къызэрыбгъуэтын Іэмалхэм ящыщ зыр — ар хъыбарыфІыр зэгъусэу бгъэІуныращ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Кэрол къыддогуашэ: «Си гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным икІи нэгъуэщІ теократическэ Іуэхухэм хэта шыпхъу куэдыр ныбжьэгъуфІ схуэхъуащ. Илъэс куэдым и кІуэцІым къриубыдэу Иеговэ ахэр къигъэсэбэпурэ сэ къыздоІэпыкъу». ДауикІ, Иеговэ хуэпэж къуэш, шыпхъухэр ныбжьэгъу пщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Апхуэдэу дэ Иеговэ иджыри зы Іэмал идот закъуэныгъэм дебэнын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну (Прит. 17:17).
ДИ УНАГЪУЭМ ЗЭРЫЩЫЩЫР ЗЫХАЩІЭНУ НЭГЪУЭЩІХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
13. Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ къалэн иІэ?
13 Дэтхэнэ зыми къару етхьэлІэн хуейщ зэхуэсым щыщхэм я зэхуаку мамырыгъэрэ лъагъуныгъэрэ дэлъын щхьэкІэ (Ин. 13:35). Абы и фІыгъэкІэ зыми закъуэныгъэ зыхищІэнукъым. Зыгуэрым псалъэ гуапэ жетІэмэ е фІы гуэр хуэтщІэмэ, абы ар хуабжьу игъэгушхуэфынущ! Ди зы шыпхъум мыпхуэдэу жеІэж: «Библиер зджын щыщІэздзам щыгъуэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр сэ унагъуэ схуэхъуащ. Ахэр къыздэмыІэпыкъуу щытамэ, Иеговэ хуэлэжьэн сэ зэи щІэздзэфынутэкъым». Иеговэ хуэлажьэ Іыхьлы зимыІэ къуэш, шыпхъухэм ахэр фІыуэ зэралъагъур зыхащІэн щхьэкІэ сыт уэ пщІэ хъунур?
14. Зэхуэсым щІэуэ къыхыхьахэм ныбжьэгъу уахуэхъун щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
14 Ныбжьэгъу къэвгъуэтын щхьэкІэ япэу лъэбакъуэ фчы. Зэхуэсым щІэуэ къыхыхьахэр гуапэу къевгъэблагъэ (Рим 15:7). Ауэ ар псалъэ гуапэ къудейкІэ зэфІэкІын хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ныбжьэгъуфІ дахуэхъуну мурад диІэщ. Аращи, фи гум къыбгъэдэкІыу абыхэм гулъытэ яхуэфщІ икІи Іэнкун зыщІын упщІэхэр евмыту, я Іуэхур зытетыр къызэрыфщІэнум фыхущІэкъу. Зыщывмыгъэгъупщэ: языныкъуэхэм я дежкІэ тыншкъым я гурыщІэхэмкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну, абы къыхэкІкІэ я гум илъыр къывжаІэну хэвмыгъэзыхь. Абы ипІэкІэ фызэгупсыса упщІэхэр абыхэм ефт икІи я жэуапхэм фІыуэ федаІуэ. Псалъэм папщІэ, абыхэм пэжыр къызэращІам теухуауэ феупщІ хъунущ.
15. ФІэщхъуныгъэ быдэ зиІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуфынур?
15 Къуэш, шыпхъухэм я гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ зэхуащІу щытмэ, дэтхэнэ зыми и фІэщхъуныгъэр хохъуэ. Япэрауэ, апхуэдэу нэгъуэщІхэм яхущытын хуейр Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэращ, псом хуэмыдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэр. И анэм и фІыгъэкІэ пэжыр къэзыщІа ди шыпхъу Мели́ссэ къыддогуашэ: «Илъэс куэдым къриубыдэу зэхуэсым щыщ дэлъхухэр адэм хуэдэу къысхущытащ икІи сэр щхьэкІэ сыт щыгъуи зэман къагъуэтт. Сыщыхуэныкъуэм деж ахэр къызэдэІуэну хьэзырт. Сэ абыхэм фІыщІэ зэрахуэсщІыр псалъэкІэ пхужыІэнукъым!» Маури́сио зи цІэ ди къуэш ныбжьыщІэм закъуэныгъэ зыхищІащ ар езыгъэджа къуэшым хъыбарыфІ гъэІуныр къыщигъэнам щыгъуэ. Абы жеІэ: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэр сэ икъукІэ къыздэІэпыкъуащ. Ахэр щІэх-щІэхыурэ къызэпсалъэт, хъыбарыфІыр зэгъусэу дгъэІуну сыкърагъэблагъэт икІи Библием къыщагъуэта налкъутхэмкІэ къыздэгуашэт. Уеблэмэ, зэгъусэуи ди нэгу зедгъэужьт». Иджыпсту Мелиссэрэ Маурисиорэ полновременнэ лэжьыгъэм хэтщ.
Гулъытэ хуэныкъуэ къуэш, шыпхъухэр фи зэхуэсым хэту пІэрэ? (16—19-нэ абзацхэм феплъ.)d
16, 17. НэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну иджыри сыт хуэдэ Іэмалхэр диІэ?
16 Къуэш, шыпхъухэм ІуэхукІэ фадэІэпыкъу (Гал. 6:10). Ди къуэш Лео къыщыхъуа щІыпІэм пэжыжьэу миссионеру щолажьэ. Абы жеІэж: «Гугъуехь гуэр дыщиІэм деж и нэхъыбэм дэ дызыхуэныкъуэр — ар зыгуэр гуапэу къытхущытыныращ. Сигу къокІыж аварие сыщыхъуар. Унэм сыщынэсыжам щыгъуэ къару лъэпкъ сиІэжтэкъым. Ауэ абы щыгъуэ зэщхьэгъуситІым садэшхэну я деж сыкърагъэблэгъат. А махуэм тшхар сщІэжкъым, ауэ нобэр къыздэсым си гум илъщ ахэр гуапэу къызэрысхущытар икІи фІыуэ къызэрызэдэІуар. Сыту ахэр къыздэІэпыкъуат!»
17 Дэ псоми конгрессхэр дигу ирохь. Абыхэм дэ Іэмал къыдат ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр тлъагъуну икІи зэгъусэу программэм гушхуэныгъэ хэтхыну. Ауэ ипэкІэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Кэрол апхуэдэ махуэхэр къытохьэлъэ. Абы къыдгурегъаІуэ: «Апхуэдиз цІыхум сахэту щытми, абыхэм я нэхъыбэр я щхьэгъусэхэм е я Іыхьлыхэм я гъусэу щыслъагъум деж, сэ закъуэныгъэ зыхызощІэ». Куэд мыщІауэ зи щхьэгъусэ зыфІэкІуэда къуэш, шыпхъухэми апхуэдэ зэІущІэхэм къекІуэлІэну къегугъуэкІынкІэ хъунущ, псом хуэмыдэу ахэр япэу я закъуэу къыщыкІуэм деж. Апхуэдэ е нэгъуэщІ щхьэусыгъуэхэм къыхэкІкІэ конгрессхэм кІуэну къызэгугъуэкІ гуэр пцІыхуу пІэрэ? ПцІыхуу щытмэ, ар уи унагъуэм и гъусэу конгрессым нэкІуэну къебгъэблагъэ хъунущ.
18. Зыгуэр къедгъэблэгъэну дыщыхуейм деж 2 Коринф 6:11—13 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыдгъэсэбэп хъунур?
18 Зэгъусэу зэманыр вгъакІуэ. Зывгъэпсэхуну фыщыхуейм деж къуэш, шыпхъу зэмылІэужьыгъуэхэр къевгъэблагъэ, псом хуэмыдэу закъуэныгъэ зыхэзыщІэхэр. НэгъуэщІу жыпІэмэ, абыхэм фигухэр яхузэІуфх. (Къеджэ 2 Коринф 6:11—13.) ИпэкІэ зи гугъу тщІа Мелиссэ игу къегъэкІыж: «Си анэмрэ сэрэ хьэщІапІэ е зэгъусэу ди нэгу зедгъэужьыну ныбжьэгъухэм дыкъыщрагъэблагъэм деж икъукІэ си гуапэ хъут». Апхуэдэ гулъытэ зыхуэпщІ хъун къуэш е шыпхъу фи зэхуэсым хэту пІэрэ?
19. Зэхуэсым щыщхэм гулъытэ хэт нэхъ хуэныкъуэр икІи дапщэщ?
19 Иныкъуэхэм деж къуэш, шыпхъухэм гулъытэ яхуэпщІыным нэхъ щыхуэныкъуэ къохъу. Хэти махуэшхуэхэр къыщысым Иеговэ зи фІэщ мыхъу Іыхьлыхэм яхэтыну къытохьэлъэ. Хэти закъуэныгъэр нэхъ гуащІэу зыхещІэ фІыуэ илъагъу цІыхур щыфІэкІуэда махуэр къыщысым деж. Апхуэдэ гугъуехьхэр зиІэ къуэш, шыпхъухэр къыщедгъэблагъэм деж дэ къыдогъэлъагъуэ ахэр фІыуэ зэрытлъагъур (Флп. 2:20).
20. Закъуэныгъэ щызыхэтщІэм деж Маттэ 12:48—50 ит Хьисэ и псалъэхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
20 Иеговэ и лэжьакІуэхэм закъуэныгъэ щызыхащІэ щыІэщ икІи абы щхьэусыгъуэ куэд иІэфынущ. Ауэ Иеговэ ди гурыщІэхэр фІыуэ къызэрыгурыІуэр зыщыдгъэгъупщэнкъым. Абы гупсэхугъуэ къыдет икІи абы щхьэкІэ и нэхъыбэм ди къуэш, ди шыпхъухэр къегъэсэбэп. (Къеджэ Маттэ 12:48—50.) Дэри закъуэныгъэ зыхэзыщІэ къуэш, шыпхъухэм дащыдэІэпыкъум деж зэхуэсым щхьэкІэ фІыщІэ зэрыхуэтщІыр Иеговэ идогъэлъагъу. Сыт хуэдэ гурыщІэхэр димыІэми, ди закъуэу зэи дыкъэнэнукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ сыт щыгъуи ди гъусэщ!
46-НЭ УЭРЭДЫР ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ
a Закъуэныгъэ щызыхэпщІэ къэхъуу пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, шэч къытумыхьэ: Иеговэ уи гурыщІэхэр фІыуэ къыгуроІуэ икІи къыбдэІэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзырщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ а гурыщІэм дыпэлъэщыфын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунуми икІи закъуэныгъэ зыхэзыщІэ къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу щІэгъэкъуэн дахуэхъуфынуми.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c СУРЭТЫР. Щхьэгъусэ зыфІэкІуэда къуэшым закъуэныгъэр апхуэдэу зыхищІэкъым ди сайтым илъ аудиозаписьхэм щедаІуэм деж.
d СУРЭТЫР. Зэадэзэпхъур ныбжь зиІэ къуэшым и деж щІэупщІакІуэ къэкІуащ икІи я гум къыбгъэдэкІыу щІэщыгъуэ шхын къыхуахьащ.