42 СТАТЬЯР
Пэжым быдэу фытет икІи абы шэч къытевмыхьэ!
«Іуэху псоми я щыпкъагъэр вгъэунэху, фІым фытет» (1 ФЕС. 5:21).
142-НЭ УЭРЭДЫР Ди гугъапІэм быдэу дэ дытетщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. ЦІыху куэдыр Іэнкун зыщІыр сыт?
ХЬИСЭ и гъуэгу ирикІуэу икІи Алыхьым пэжу хуэлажьэу дин куэдым жаІэ. Абы къыхэкІкІэ упщІэ къохъей: Алыхьым и дежкІэ мыхьэнэ иІэу пІэрэ цІыхур абы зэрыхуэлажьэ щІыкІэм, хьэмэрэ абы дин псори къищтэрэ? ЦІыху куэдыр а упщІэм Іэнкун зэрищІыр гъэщІэгъуэнкъым. Ауэ дэ езым быдэу ди фІэщ хъууэ пІэрэ Иеговэ и Щыхьэтхэм пэжым зэрыхурагъаджэр икІи ахэр Алыхьыр зэрыхуейм хуэдэу зэрыхуэлажьэр? Абы шэч къыщІытетхьэн щхьэусыгъуэ гуэр диІэу пІэрэ? АдэкІэ мы упщІэхэр зэпкърытхынщ.
2. Апостол Паул пэжыр къызэригъуэтам шэч къыщІытримыхьэр сытыт? (1 Фессалоникэ 1:5).
2 Апостол Паул пэжыр къызэригъуэтам шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 1:5.) Абы ар и фІэщ щІэхъуар ауэ игу ирихьу зэрыщытаракъым. Паул «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори» куууэ зэпкърихт икІи ар Алыхьым къызэрыбгъэдэкІыр абы и фІэщ хъут (2 Тим. 3:16). Сыт абы къыпэкІуар? Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр Паул Тхыгъэ ЛъапІэм къыщигъуэтащ. Ауэ иудей дин пашэхэм абы гу лъатэну хуеякъым. А бзитІщхьитІхэм Алыхьым хуэлажьэу жаІэт, ауэ я ІуэхухэмкІэ абы епцІыжт (Тит 1:16). Апостол Паул Тхыгъэ ЛъапІэм зэрыхущытыр нэгъуэщІут. Абы сыт и фІэщ ищІынми, сыт имыщІынми къыхихакъым. Паул еш имыщІэу «Тхьэр зыхуей псори» цІыхухэм яригъэщІэну хущІэкъут (Апост. 20:27).
3. Пэжыр быдэу ди фІэщ хъун щхьэкІэ ди упщІэу хъуам я жэуапхэр диІэн хуейуэ пІэрэ? (Абы нэмыщІ «ЦІыхухэм „Алыхь пэжым илэжь Іуэхухэр икІэм нэс зэи къагурыІуэнукъым“» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
3 Языныкъуэхэм я гугъэщ я упщІэу хъуам я жэуапхэр дин пэжым иритын хуейуэ, абыхэм теухуауэ пыухыкІа жэуап Библием имыту щытми. Ауэ апхуэдэу уегупсысыным Іущагъ хэлъу пІэрэ? Апостол Паул и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы къуэш, шыпхъухэр хуигъэушт «Іуэху псоми я щыпкъагъэр» ягъэунэхуну (1 Фес. 5:21). Ауэ Паул куэд къызэрыгурымыІуэм арэзы техъуэт. Абы итхащ: «Іуэху псори ІупщІу уэзымыгъэлъагъу гъуджэм диплъэм хуэдэщ иджыпстукІэ» (1 Кор. 13:9, 12). Пэжщ, Паул псори къыгурыІуэтэкъым, дэри апхуэдэущ ди Іуэхур зэрыщытыр. Ауэ абы Иеговэ теухуа щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр фІыуэ ищІэт икІи и фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ ахэр хурикъут.
4. Пэжыр къызэрыдгъуэтар сыт ди фІэщ зыщІынур икІи Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм теухуауэ мы статьям сыт къыщытщІэнур?
4 Пэжыр къызэрыдгъуэтам шэч къытедмыхьэн щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэтхэм зыхурагъаджэмрэ зэрыпсэумрэ Хьисэ Мэссихь къытхуигъэна щапхъэмрэ зэдгъэпщэнщ. Мы статьям къыдгуригъэІуэнущ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм: 1) тхьэ напэхэр зэрамыгъэлъапІэр; 2) Алыхьым и цІэм пщІэ зэрыхуащІыр; 3) пэжыр фІыуэ зэралъагъур; 4) я зэхуаку лъагъуныгъэ зэрыдэлъыр.
ДЭ ТХЬЭ НАПЭХЭР ДГЪЭЛЪАПІЭКЪЫМ
5. Алыхьым пэжу узэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ Хьисэ сыт къыдигъащІэр икІи абы и лъэужь ирикІуэхэм сыт ящІэн хуейр?
5 Хьисэ Иеговэ фІыщэу елъагъу икІи щІылъэм щыщыІам щыгъуи абы фІэкІа зыми хуэлэжьакъым. Уафэми ар апхуэдэущ зэрыщытыр (Лк. 4:8). Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри игъасэт Иеговэ фІэкІа зыми хуэмылэжьэну. Хьиси и гъэсэнхэми Алыхьыр щагъэлъапІэкІэ зэи тхьэ напэхэр къагъэсэбэпу щытакъым. Алыхьыр нэрымылъагъущ икІи цІыхум и ІэдакъэщІэкІым ар хуэбгъэдэну зы Іэмали щыІэххэкъым (Ис. 46:5). Ауэ пасэу псэуа лъапІэу ялъытэ цІыхухэм я сурэтыр къэбгъэсэбэп икІи лъэІукІэ захуэбгъазэ хъуну пІэрэ? Иеговэ Мусэ кърита хабзипщІым и етІуанэм мыпхуэдэу щыжыІат: «Уэгум щыІэхэри, щІылъэм тетхэри... къыхомыбзыкІ икІи я сурэт умыщІ. Щхьэщэ яхуомыщІ икІи уахуэмылажьэ абыхэм» (Исх. 20:4, 5). Иеговэ арэзы зыщІыну хуейхэм я дежкІэ ар гурыІуэгъуэщ.
6. Алыхьым зэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ Иеговэ и Щыхьэтхэр сыт хуэдэ щапхъэм тет?
6 Тхыдэм елэжьхэр щыхьэт тохъуэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Алыхьым фІэкІа зыми хуэлажьэу зэрыщымытам. Чристэн диным и тхыдэм тепсэлъыхьыж зы тхылъым щыжыІащ абыхэм я дежкІэ Алыхьым щыхуэлажьэ щІыпІэхэм тхьэ напэхэр къыщагъэсэбэпыну гущыкІыгъуэу зэрыщытар (History of the Christian Church). Ди зэманми Иеговэ и Щыхьэтхэм апхуэдэ еплъыкІэщ яІэр. ЛъапІэу ялъытэ цІыхухэм я сурэтхэм, мелыІычхэм, уеблэмэ, Хьисэ Мэссихьи дэ лъэІукІэ зыхуэдгъазэкъым. Абы нэмыщІ дыщыпсэу къэралымрэ абы и дамыгъэхэмрэ Алыхьым хуэфащэ пщІэр етткъым. Ди дежкІэ дапхуэдэу гугъуу щымытами, дэ Хьисэ жиІа мы псалъэхэм дытету допсэу: «Зиусхьэну уи Тхьэр гъэлъапІэ» (Мт. 4:10).
7. Иеговэ и Щыхьэтхэр нэгъуэщІ динхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ?
7 Ди зэманым цІыху куэдым дин пашэхэр хуабжьу ягъэлъапІэ икІи абы жаІэхэм яфІэгъэщІэгъуэну зэредаІуэмкІэ ахэр тхьэ пэлъытэу ябжу жыпІэ хъунущ. ЦІыхухэр члисэхэм щІэмыхуэу макІуэ, дин пашэхэм къыдагъэкІ тхылъхэр къащэху икІи ахъшэшхуэхэр хурагъэхь. Абыхэм дин пашэхэм къыжраІэ псор я фІэщ мэхъу икІи ахэр щалъагъум деж егъэлеяуэ щогуфІыкІ. Езы Хьисэ Мэссихь я пащхьэ къиувауэ щытамэ, апхуэдэ дыдэу защІыну къыщІэкІынтэкъым. Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм щхьэкІэ сыт жыпІэ хъунур? Дэ дин пашэхэр къытхэткъым. Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм пщІэ яхуэтщІми, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм гурыІуэгъуэу яжриІащ: «Фэ псори фызэкъуэшщ» (Мт. 23:8—10). Аращ дэ цІыхухэм пщІэ лей ящІыхуэдмыщІыр, дин пашэхэри къэрал унафэщІхэри абыхэм яхэту. Абыхэм я мурадхэр ядэтІыгъкъым икІи я организацэхэм дадэІэпыкъукъым. Дэ политикэм теухуауэ нейтралитетыр дохъумэ икІи мы дунейм и Іуэхугъуэхэм дыхэІэбэкъым. АбыкІэ чристэн дину хъуам дакъыщхьэщокІ (Ин. 18:36).
ДЭ АЛЫХЬЫМ И ЦІЭМ ПЩІЭ ХУДОЩІ
Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм Иеговэ и цІэм теухуауэ нэгъуэщІхэм жраІэну яІэ Іэмалыр лъапІэу ялъытэ (8—10-нэ абзацхэм феплъ.)d
8. Иеговэ и цІэр псоми къацІыхуну икІи ягъэлъэпІэну зэрыхуейр дэнэ дэ щытщІэр?
8 Зэгуэр Хьисэ Алыхьым мыпхуэдэу елъэІуат: «Си Адэ, уи цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм егъэлъагъу». Езы Иеговэ и макъыр уафэм къиІукІри, абы жэуап къритащ: «Си цІэм и щІыхьышхуэр цІыхухэм езгъэлъэгъуащ, дяпэкІи езгъэлъагъунущ» (Ин. 12:28). Хьисэ щІылъэм тетыху сыт щыгъуи и Адэм и цІэр игъэлъэпІащ (Ин. 17:26). Сыт абы къыдгуригъаІуэр? Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэм абы и цІэр къагъэсэбэпыну икІи нэгъуэщІхэм кърагъэцІыхуну яІэ Іэмалыр пщІэшхуэу къалъытэн хуейщ.
9. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм абы и цІэм пщІэ зэрыхуащІыр дапхуэдэу къызэрагъэлъэгъуар?
9 Япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэхуэс хъуа иужь, Иеговэ «езым и цІэкІэ зэджэну лъэпкъыр къыхихын щхьэкІэ, хамэ лъэпкъ щыщхэм» гу ялъитащ (Апост. 15:14). А зэманым псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм нэгъуэщІ цІыхухэм Алыхьым и цІэм теухуауэ жраІэну яІа Іэмалыр лъапІэу ялъытэт. ИужькІэ Библием хыхьа тхылъхэр щатхым щыгъуи абыхэм Алыхьым и цІэр къагъэсэбэптb. Апхуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагъэлъэгъуащ ахэр Алыхьым и цІэ зезыхьэ лъэпкъыу зэрыщытыр (Апост. 2:14, 21).
10. Иеговэ и Щыхьэтхэр Алыхьым и цІэр зезыхьэ лъэпкъыу зэрыщытым сыт щыхьэт техъуэр?
10 Иеговэ и Щыхьэтхэр Алыхьым и цІэр зезыхьэ лъэпкъыу щыту пІэрэ? Абы щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм гу лъыттэнщ. Ди зэманым дин пашэ куэдым Алыхьым и цІэр щІахъумэн щхьэкІэ яхузэфІэкІыу хъуар ящІэ. Абыхэм Библиер щызэрадзэкІым деж Алыхьым и цІэр иратхэкъым икІи Алыхьым щыхуэлажьэкІэ а цІэр цІыхухэм къагъэсэбэпыну хуит ящІкъымc. Иеговэ и Щыхьэтхэм нэмыщІ нэгъуэщІ гуэрым Алыхьым и цІэм хуэфащэ пщІэр хуищІу хэт иджыри жызыІэфынур? Алыхьым и цІэр цІыхухэм ирагъэщІэн щхьэкІэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэ езыгъэкІуэкІ нэгъуэщІ дин гуэр щыІэу пІэрэ? «Иеговэ и Щыхьэт» жыхуиІэ цІэр зетхьэн щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ (Ис. 43:10—12). Псалъэм папщІэ, дэ Иеговэ и цІэр здэщытын хуейм деж хэгъэувэжауэ ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библиер мелуан 240-м нэхърэ нэхъыбэкІэ къыдэдгъэкІащ. Абы нэмыщІ Иеговэ и цІэр къыщагъэсэбэп Библием тегъэщІа тхыгъэхэр бзэ миным щІигъукІэ зэдзэкІауэ къыдыдогъэкІ!
ДЭ ПЭЖЫР ФІЫУЭ ДОЛЪАГЪУ
11. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэм пэжыр фІыуэ зэралъагъур сытыт къызыхэщыр?
11 Алыхьымрэ абы и мурадымрэ теухуа пэжыр Хьисэ фІыуэ илъагъут. Езыри абы тету псэут, нэгъуэщІхэми абы теухуауэ яжриІэт (Ин. 18:37). Хьисэ и лъэужь иувахэми пэжыр фІыщэу ялъагъут (Ин. 4:23, 24). Уеблэмэ, апостол Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэныр «щыпкъагъэм и гъуэгукІэ» еджащ (2 Пет. 2:2). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр пэжыр фІыуэ зэралъагъум хуигъэушт абы пэщІэувэ псор ІэщІыб ящІыну, псалъэм папщІэ, диным пыщІа Іуэхугъуэхэр, лъэпкъ хабзэхэр е езыхэм фІыуэ ялъагъу гуэрхэр (Кол. 2:8). Апхуэдэ дыдэу ноби Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр «щыпкъагъэм тету» псэуну хущІокъу, нэгъуэщІу жыпІэмэ, я фІэщ хъури я дуней тетыкІэри Иеговэ и Псалъэм тегъэщІауэ щытщ (3 Ин. 3, 4).
12. Пэжыр къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ гуэр хэлъхьэн зэрыхуейр УнафэщІ гупым щилъагъум деж сыт абы ищІэр икІи сыт щхьэкІэ?
12 Иеговэ и Щыхьэтхэм жаІэкъым Библием итыр псори нэгъэсауэ къагурыІуэу. Библием зыхуригъаджэм икІи зэхуэсыр зэрылэжьэн хуейм теухуауэ ахэр щыщыуаи къэхъуащ. Дэ ар дгъэщІэгъуэн хуейкъым. Библием зэритымкІэ, Алыхьым и лъэпкъым пэжыр нэхъыфІу къыгурыІуэу хъуурэ кІуэнущ (Кол. 1:9, 10). Иеговэ пэжыр тІэкІу-тІэкІуурэ къытхузэІуех икІи пэжым и нурыр нэхъ ину къызэщІэблэху дэ шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ (Прит. 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр). Пэжым теухуауэ зыгуэр къызэрыдгурыІуэм зэхъуэкІыныгъэ хэлъхьэн хуейуэ УнафэщІ гупым щилъагъум деж, абы ар занщІэу ещІ. Дин куэдым нобэ зыхурагъаджэм зэхъуэкІыныгъэ щІыхалъхьэр цІыхухэм ягу дыхьэн икІи мы дунейм къыщекІуэкІым зыдрагъэкІун щхьэкІэщ. Ауэ Иеговэ и Щыхьэтхэм зыгуэр щІахъуэжым и щхьэусыгъуэр ар Алыхьыр арэзы ящІын икІи Хьисэ къигъэна щапхъэм нэхъыфІу тетын щхьэкІэщ (Екъуб 4:4). Апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэм лъабжьэ хуэхъур пэжыр нэхъыфІу къыдгурыІуэу зэрыхъуаращ. ПцІы хэмылъу, дэ пэжыр фІыщэу долъагъу! (1 Фес. 2:3, 4).
ДИ ЗЭХУАКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ ДЭЛЪЩ
13. Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэр сыт хуэдэ хьэл-щэнкІэ къэпцІыхуфыну икІи Иеговэ и Щыхьэтхэм а хьэл-щэныр дауэ зэрагъэлъагъуэр?
13 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Алыхьым и лэжьакІуэхэр я зэхуаку дэлъа лъагъуныгъэмкІэ къэпцІыхут. Хьисэ жиІащ: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:34, 35). Ди зэманми дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэр зэкъуэт зыщІыр лъагъуныгъэращ. НэгъуэщІ динхэм елъытауэ, лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм дыкъызэрыхэкІар икІи хабзэ зэмыщхьхэм дызэрыщІапІыкІар ди зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъукъым. Ди зэІущІэхэмрэ ди конгрессхэмрэ къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр фІы дыдэу щыболъагъу. Иеговэ дызэрыхуэлажьэр игу зэрырихьыр абы ди фІэщ ещІ.
14. Ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр нэрылъагъу зыщІыр сыт? (Ефес 4:32).
14 Библием дыкъыхуреджэ: «Фи фІэщу фІыуэ фызэрылъагъу» (1 Пет. 4:8). Къуэш, шыпхъухэр фІыуэ зэрытлъагъум къыхэкІкІэ абыхэм я щыуагъэхэр фІэгъэнапІэ дымыщІу яхудогъэгъу. Абы нэмыщІ дэ дыхущІокъу зэхуэсым щыщ псоми хьэлэлу дахущытыну икІи хьэщІагъэ етхыну, ди жагъуэ къэзыщІахэри абыхэм яхэту. (Къеджэ Ефес 4:32.) Дэ зэкъуэт дызыщІ лъагъуныгъэр щыхьэт тохъуэ Алыхьым и лэжьакІуэ пэжу дызэрыщытым.
ДИ «ФІЭЩХЪУНЫГЪЭРИ ЗЫЩ»
15. Алыхьым дызэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагъэна щапхъэм дызэрытетым сыт иджыри щыхьэт техъуэр?
15 Алыхьым дызэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къагъэна щапхъэм дызэрытетым сыт иджыри щыхьэт техъуэр? Псалъэм папщІэ, апостолхэм ягъэува хабзэхэм нобэрей ди зэхуэсхэр тетщ: районым и нэхъыжьхэр, зэхуэсым и нэхъыжьхэр, зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр дэ диІэщ (Флп. 1:1; Тит 1:5). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм къыкІэлъыкІуэ Іуэхухэм теухуауэ яІа еплъыкІэхэм хуэдэ дэри диІэщ: сексым, нэчыхьым, лъым и лъапІагъым, гуэныхьым хущІемыгъуэжхэм зэрызыщытхъумэн хуейм теухуауэ (Апост. 15:28, 29; 1 Кор. 5:11—13; 6:9, 10; Евр. 13:4).
16. Ефес 4:4—6 ит псалъэхэм сытым дыхуагъасэрэ?
16 Хьисэ жиІауэ щытащ куэдым абы и гъуэгу ирикІуэу зэрыжаІэнур, ауэ и пэжыпІэкІэ ар апхуэдэу зэрыщымытынур (Мт. 7:21—23). Библием и нэгъуэщІ Іыхьэми щыжыІащ иужьрей махуэхэм «цІыхухэм Тхьэм и фІэлІыкІ ягу илъ хуэдэу» фэ зэрызытрагъэуэнур (2 Тим. 3:1, 5). Абы иджыри итщ Алыхьым игу ирихь «фІэщхъуныгъэри зыуэ» щытын зэрыхуейр. (Къеджэ Ефес 4:4—6.)
17. Хэт нобэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэр икІи фІэщхъуныгъэ пэж зиІэр?
17 Хэт нобэ дин пэжыр зыІыгъыр? Хьисэ Мэссихьрэ япэ лІэщІыгъуэм псэуа абы и гъуэгу ирикІуэхэмрэ къагъэна щапхъэм хэт нобэ тетыр? А упщІэхэр зэпкърытхащ икІи ар Иеговэ и Щыхьэтхэрауэ зэрыщытыр гурыІуэгъуэ хъуащ. Сыту щІыхьышхуэ Иеговэ и лъэпкъым ухэтыныр икІи Алыхьымрэ абы и мурадхэмрэ теухуа пэжыр пщІэныр! Аращи, адэкІи пэжым и лъэныкъуэр быдэу дывгъэІыгъ!
3-НЭ УЭРЭДЫР Ди къарур, ди гугъэр, дзыхь зыхуэтщІыр
a Алыхьым пэжу узэрыхуэлэжьэн хуейм теухуауэ Хьисэ щапхъэ къытхуигъэнащ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ япэ лІэщІыгъуэм псэуа абы и гъуэгу ирикІуэхэр а щапхъэм зэрытетар. Абы нэмыщІ ди зэманми Иеговэ и Щыхьэтхэр а щапхъэм тету Алыхьым зэрыхуэлажьэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэм дытепсэлъыхьынущ.
b 2010-нэ гъэм, бадзэуэгъуэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» и 6-нэ напэкІуэцІым ит «Употребляли ли первые христиане имя Бога?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.
c Псалъэм папщІэ, 2008-нэ гъэм Папа Римский Бенедикт XVI жыхуаІэм дин пашэхэм унафэ яхуищІащ Алыхьым щыхуэлажьэкІэ уэрэдхэмрэ тхьэлъэІухэмрэ хэту Алыхьым и цІэр къамыгъэсэбэпыну.
d СУРЭТХЭР: Лъэпкъ зэмылІэужьыгъуэхэм щыщ цІыхухэр я анэдэлъхубзэмкІэ Алыхьым и цІэр зэрыт Тхыгъэ ЛъапІэм еджэфын щхьэкІэ Иеговэ и организацэм бзэ 200-м нэхърэ нэхъыбэкІэ ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библиер къыдигъэкІащ.