ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Октябрь н. 8—13
  • «ГущІэгъушхуэ зиІэ Тхьэм» дыхуолажьэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «ГущІэгъушхуэ зиІэ Тхьэм» дыхуолажьэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ГУЩІЭГЪУ ИГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ ХУЭЗЫГЪЭУШЫР СЫТ?
  • ЦЫХУР ЗЭХУЭСЫМ ЗЭРЫХАГЪЭКІЫМ ГУЩІЭГЪУ ХЭЛЪУ ПІЭРЭ?
  • ГУЩІЭГЪУ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ СЫТ ДЭ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
  • «Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр»
    Фыгушхуэу Иеговэ уэрэд хужыфІэ
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Октябрь н. 8—13

41 СТАТЬЯР

«ГущІэгъушхуэ зиІэ Тхьэм» дыхуолажьэ

«Иеговэ псоми фІыуэ яхущытщ икІи абы и гущІэгъур и Іуэху псоми къыхощ» (ПС. 145:9).

44-НЭ УЭРЭДЫР Зи гур къутам и тхьэлъэІур

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1. «ГущІэгъу» псалъэр щызэхэфхым деж сыт хуэдэ цІыху фэ фи нэгу къыщІыхьэр?

«ГУЩІЭГЪУ» псалъэр щызэхэфхым деж сыт хуэдэ цІыху фэ фи нэгу къыщІыхьэр? ДауикІ, сыт щыгъуи къыбдэІэпыкъуну хьэзыр, уи гурыщІэхэр къызыгурыІуэ икІи хьэлэлагъ зыхэлъ цІыхуращ. Е Хьисэ зи гугъу ищІа Самарие хэкум щыщ лІым теухуа ущие хъыбарыр фигу къэкІыжу къыщІэкІынщ. ЩІэпхъаджащІэхэм яубэрэжьа цІыхухъур абы и лъэпкъэгъуу щымытами, и гур щІэгъури, лъагъуныгъэ хэлъу ар зыхуей хуигъэзащ (Лк. 10:29—37). Мы ущие хъыбарыр гущІэгъум топсэлъыхь — ди Алыхьым хэлъ хьэл-щэн дахэм. Абы нэмыщІ ар Алыхьым и лъагъуныгъэм и зы лъэныкъуэщ икІи а хьэл-щэныр дэ ттеухуауэ Алыхьым махуэ къэс егъэлъагъуэ.

2. ГущІэгъур сыт иджыри къызыхэщыр?

2 ГущІэгъур сыт иджыри къызыхэщыр? ГущІэгъу зыхэлъым къуаншагъэ зыщІам тезыр щытримылъхьэ къохъу. Псалом 103:10 зэритымкІэ, Иеговэ «ди гуэныхьхэр тхуегъэгъу икІи ди мыхъумыщІагъэхэм къыпэкІуэр дигъэпшыныжкъым». Ауэ нэгъуэщІуи къохъу: Иеговэ гуэныхь зыщІам тезыр трелъхьэ.

3. Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

3 Мы статьям дэ упщІищ щызэпкърытхынущ: Иеговэ гущІэгъу щІигъэлъагъуэр сыт? ЦІыхум тезыр телъхьэнымрэ гущІэгъумрэ сыткІэ зэпха? ГущІэгъу дгъэлъэгъуэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур? Алыхьым и Псалъэм мы упщІэхэм жэуап зэрыритым деплъынщ.

ИЕГОВЭ ГУЩІЭГЪУ ИГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ ХУЭЗЫГЪЭУШЫР СЫТ?

4. Иеговэ гущІэгъу игъэлъэгъуэну сыт хуэзыгъэушыр?

4 Лъагъуныгъэр. Паул Ефес дэсхэм яхуитха письмом и етІуанэ псалъащхьэм Иеговэ «гущІэгъушхуэ зиІэ» ТхьэкІэ йоджэ. Ар щыжиІам Паул ныкъусан зыхэлъ Алыхьым и лэжьакІуэхэм тепсэлъыхьт. Иеговэ абыхэм гущІэгъу яхуищІащ уафэм кІуэну гугъэ щаритам щыгъуэ (Еф. 2:4—7). Ауэ Алыхьым и гущІэгъур абыкІэ зэфІэкІкъым. Даут итха Псаломым абы теухуауэ мыпхуэдэу щыжеІэ: «Иеговэ псоми фІыуэ яхущытщ икІи абы и гущІэгъур и Іуэху псоми къыхощ» (Пс. 145:9). Лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ Иеговэ сыт щыгъуи гущІэгъу хэлъу цІыхухэм яхущытщ, а хьэл-щэныр игъэлъэгъуэну щхьэусыгъуэ щиІэм деж.

5. Иеговэ гущІэгъу игъэлъэгъуэну зэрыфІэфІыр Хьисэ дэнэт щищІэр?

5 Иеговэ гущІэгъу игъэлъэгъуэну зэрыфІэфІым теухуауэ Хьисэ нэхърэ нэхъыфІу зыми ищІэкъым. Ар щІылъэм къэкІуэн ипэ илъэс мин бжыгъэкІэ и Адэм и гъусэу уафэм щыпсэуащ (Прит. 8:30, 31, Гъэсэпэтхыдэхэр). Гуэныхь зыхэлъ цІыхухэр щІылъэм зэрытет зэманым къриубыдэу Хьисэ мызэ-мытІэу илъэгъуащ Иеговэ абыхэм гущІэгъу зэрахуищІу щытар (Пс. 78:37—42). Абы къыхэкІкІэ, гъэщІэгъуэнкъым, Хьисэ къедаІуэхэм и Адэм хэлъа а хьэл-щэн дахэм гу лъаригъатэу зэрыщытар.

Адэм и къуэм и пщІэр иримыудыхыу, гуапэу и унэм къригъэблэгъэжащ (6-нэ абзацым феплъ.)c

6. Иеговэ гущІэгъу игъэлъэгъуэну зэрыхьэзырыр Хьисэ дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар?

6 Мыбы ипэ дджа статьям зэритымкІэ, Хьисэ зи адэр къэзыгъэна къуэм щытепсэлъыхьам Иеговэ и гущІэгъур къыхигъэщыну хуейт. А ущие хъыбарым щІалэм и унэр къегъанэри, и мылъкур хамэ къэралым щхьэпсынщІагъэкІэ щегъэкІуэд (Лк. 15:13). Абы иужь ар и гуэныхьхэм хущІегъуэжщ, зигъэлъахъшэри, унэм къигъэзэжащ. Ауэ и адэр абы дауэ зэрыхущытар? А щІалэм ар занщІэу зыхищІащ. Хьисэ жеІэ: «Адэм и къуэр къэкІуэжу жыжьэу къыщилъагъум, игу щІэгъущ, жэри, ІэплІэ иришэкІыу, ба хуищІу щІидзащ». И адэр абы ешхыдакъым икІи игъэкъуэншакъым, абы и пІэкІэ гуапэу ар унэм къригъэблэгъэжащ. А щІалэм и гуэныхьыр инт, ауэ и щыуагъэхэм зэрыхущІегъуэжам къыхэкІкІэ и адэм и гум къыбгъэдэкІыу абы хуигъэгъуащ. Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым зи гугъу ищІа адэм Иеговэ и гурыщІэхэр къыдгурегъаІуэ. Апхуэдэу Хьисэ къигъэлъэгъуащ гуэныхь зыщІа цІыхур и гум къыбгъэдэкІыу и щыуагъэхэм щыхущІегъуэжым деж Иеговэ абы хуигъэгъуну зэрыхьэзырыр (Лк. 15:17—24).

7. Иеговэ и Іущагъымрэ и гущІэгъумрэ дауэ зэрызэпхар?

7 Іущагъыр. Иеговэ Іущагъышхуэ зэрыхэлъым къикІкъым абы гурыщІэ имыІэу. «Уафэм къикІ акъылыфІагъэм» теухуауэ Библием щыжыІащ абы гущІэгъу зэрыхэлъыр икІи «фІы ищІэ зэпыту» зэрыщытыр (Екъуб 3:17). ФІыуэ дыкъэзылъагъу Адэм хуэдэу, Иеговэ къыгуроІуэ абы и гущІэгъур дэ, абы и сабийхэм, сэбэп къызэрытхуэхъур (Пс. 103:13; Ис. 49:15). Алыхьым и гущІэгъум и фІыгъэкІэ, ди ныкъусанхэм емылъытауэ, дэ псоми ди къэкІуэнум теухуауэ абы гугъэ дахэ къыдет. Иеговэ и Іущагъым хуегъэуш дэтхэнэ зыми гущІэгъу хэлъу къытхущытыну, а хьэл-щэныр игъэлъэгъуэну щхьэусыгъуэ щиІэм деж. Ауэ Иеговэ гущІэгъу щимыгъэлъагъуи къохъу. Алыхьым къыгуроІуэ цІыхухэм псори яхуидэу щытын зэрыхуэмейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэ щытыкІэм фІы лъэпкъ абыхэм къахуихьынукъым икІи абы гущІэгъу хэлъкъым.

8. Иныкъуэхэм деж зэхуэсым сыт хуэдэ унафэ къищтэн хуей хъурэ икІи сыт щхьэкІэ?

8 Алыхьым и лэжьакІуэр Иеговэ и хабзэхэм темыту псэуну мурад ищІауэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Сыт абы къыпэкІуэнур? Иеговэ Апостол Паул иригъэтхащ: «Апхуэдэ цІыхум гъусэ фыхуэмыхъу». НэгъуэщІу жыпІэмэ, абы епсэлъэн щыдгъэтын хуейщ (1 Кор. 5:11). Гуэныхь зыщІа, ауэ и щыуагъэхэм хущІемыгъуэж цІыхур зэхуэсым хагъэкІ. Ар щІащІэм и щхьэусыгъуэр Иеговэ хуэпэж къуэш, шыпхъухэр хъума хъун икІи зэхуэсыр Алыхьым и пащхьэм къабзэу къыщынэн щхьэкІэщ. Ауэ языныкъуэхэм я еплъыкІэкІэ апхуэдэ тезырым Иеговэ и гущІэгъур къыхэщкъым. Апхуэдэу уегупсысыну тэмэму пІэрэ? А Іуэхугъуэм нэхъ куууэ дыхэплъэнщ.

ЦЫХУР ЗЭХУЭСЫМ ЗЭРЫХАГЪЭКІЫМ ГУЩІЭГЪУ ХЭЛЪУ ПІЭРЭ?

Пастух проведывает больную овечку, которая изолирована от стада.

Сымаджэ хъуа мэл цІыкІур хъушэм хэгъэкІын хуейщ, ауэ мэлыхъуэм абы адэкІи и нэІэр трегъэт (9—11-нэ абзацхэм феплъ.)

9, 10. Еврейхэм 12:5, 6 зэритымкІэ, цІыхур зэхуэсым зэрыхагъэкІым гущІэгъу хэлъу сыт жыпІэ щІэхъунур? Щапхъэ къэфхь.

9 Дэ фІыуэ тцІыху е ди ныбжьэгъу гуэр Иеговэ и Щыхьэту щымытыжу щызэхэтхым деж ар ди гум щІохьэ. Абы щыгъуэ дэ упщІэ диІэнкІэ хъунущ: ар зэхуэсым хагъэкІыну хуэфащэу пІэрэт? Зыгуэр зэхуэсым зэрыхагъэкІым гущІэгъу хэлъу пІэрэ? Хэлъщ. Гуэныхь зыщІа цІыхум тезыр томылъхьэным Іущагъи, гущІэгъуи, лъагъуныгъи хэлъкъым (Прит. 13:24, Гъэс.). НтІэ, и гуэныхьым хущІемыгъуэж цІыхур зэхуэсым хагъэкІмэ, ар абы сэбэп хуэхъуну пІэрэ? Хуэхъунущ. Гуэныхь хьэлъэ зыщІа икІи зэхуэсым хагъэкІа къуэш, шыпхъухэм иужькІэ жаІэжащ зэхуэсым и нэхъыжьхэр Иеговэ и хабзэхэм быдэу зэрытетам и фІыгъэкІэ абыхэм зыкъащІэжыну, я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ халъхьэну икІи Алыхьым и деж къагъэзэжыну ар къазэрыдэІэпыкъуар. (Къеджэ Еврейхэм 12:5, 6.)

10 Зы щапхъэ къэтхьынщ. Мэлыхъуэм гу лъетэ мэл хъушэм щыщ зы мэлыр сымаджэ зэрыхъуам. Абы унафэ ещІ сымаджэ хъуа мэлыр щхьэхуэ ищІыну. Мэлхэр хъушэм хэтыну еса псэущхьэхэщ. Аращи, ахэр я закъуэ къыщынэм деж мэгужьей. Ауэ абы къикІыу пІэрэ мэлыхъуэм Іэмал къыхихам гущІэгъу хэмылъу? ДауикІ, къикІкъым. Абы къыгуроІуэ, сымаджэ хъуа мэл цІыкІур хъушэм къыхимышмэ, адрей мэлхэри ицІалэу сымаджэ зэрыхъуфынур. Мэлыхъуэм а зы мэл цІыкІур щхьэхуэ зэрищІымкІэ мэл хъушэ псор хъума мэхъу. (Евгъапщэ Левит 13:3, 4.)

11. 1) Зэхуэсым хагъэкІа цІыхур сымаджэ хъуа мэл цІыкІум сыткІэ ебгъэщхь хъуну? 2) Зэхуэсым хагъэкІам адэкІи сыт ищІэ хъунур икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?

11 Зэхуэсым хагъэкІар зи гугъу тщІа щапхъэм хэта мэл цІыкІум ебгъэщхь хъунущ. Ар Иеговэ пэжыжьэ зэрыхуэхъуам къыхэкІкІэ сымаджэ хъуауэ жыпІэ хъунущ (Екъуб 5:14). Апхуэдэ узыфэм нэгъуэщІхэри ицІэлэфынущ. Аращ иныкъуэхэм деж гуэныхь зыщІа цІыхур зэхуэсым хагъэкІын щІыхуейр. Апхуэдэ тезырым Иеговэ и лэжьакІуэхэм яхуиІэ лъагъуныгъэр къыхощ икІи гуэныхь зыщІам и щыуагъэр къыгурыІуэжу зихъуэжыну доІэпыкъу. ЦІыхур зэхуэсым хагъэкІауэ щытми, и фІэщхъуныгъэр зэтригъэувэжын щхьэкІэ зэІущІэхэм къэкІуэну, ди публикациехэм еджэну, JW Broadcasting® программэхэм еплъыну Іэмал иІэщ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэшым е шыпхъум и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэн щхьэкІэ къару зэрырихьэлІэр щалъагъум деж абы чэнджэщхэр иратыфынущ Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтрагъэувэжу Иеговэ и щыхьэт хъужын щхьэкІэb.

12. Зи гуэныхьым хущІемыгъуэж цІыхум теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зэрагъэлъагъуэр сыт къызыхэщыр?

12 Мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ дигу идгъэлъын хуейщ: зэхуэсым хагъэкІыр зи гуэныхьым хущІемыгъуэж цІыхуращ. А мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэр къащтэн ипэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іуэхур фІыуэ зэхагъэкІ. Абыхэм ящІэ Иеговэ цІыхум хуэфащэ тезырым нэхърэ нэхъыбэ зэи зэрытримылъхьэр икІи хьэкум зыщІ къуэшхэри апхуэдэу щытыну зэрыщыгугъыр (Иер. 30:11). Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр псори фІыуэ ялъагъу икІи Иеговэрэ абыхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм зэран хуэхъуну ахэр хуейкъым. Ауэ иныкъуэхэм деж лъагъуныгъэмрэ гущІэгъумрэ къыхэкІыу цІыхур зэхуэсым щыхэбгъэкІын хуей къохъу.

13. Коринф къалэм щыщ зы къуэшыр зэхуэсым хагъэкІын хуей щІэхъуам и щхьэусыгъуэр сыт?

13 Япэ лІэщІыгъуэм Коринф къалэм къыщыхъуа зы Іуэхугъуэ зэпкърытхынщ. Алыхьым и лэжьакІуэ гуэрым и анэнэпІэсым зинэ зэрыдищІэр апостол Паул зэхихат. Сыту емыкІушхуэт ар! Пасэрей зэманым щыгъуэ Иеговэ израил цІыхухэм мыпхуэдэ псалъэхэр яжриІауэ щытащ: «Зи адэм и щхьэгъусэм и гъусэу гъуэлъ цІыхухъум и адэр егъэпуд. Ахэр яукІын хуейщ» (Лев. 20:11). Пэжщ, Паул Мусэ и Хабзэм тету а цІыхур яукІыну унафэ ищІыфынутэкъым, ауэ абы Коринф щыщ Алыхьым и лэжьакІуэхэм унафэ яхуищІащ а къуэшыр зэхуэсым хагъэкІыну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а цІыхухъум ищІэ цІапІагъэм адрей къуэш, шыпхъухэм зыри Іей хамылъэгъуэжу хъуат (1 Кор. 5:1, 2, 13).

14. Коринф зэхуэсым хагъэкІа цІыхухъум Паул гущІэгъу хэлъу дапхуэдэу зэрыхущытар икІи сыт щхьэкІэ? (2 Коринф 2:5—8, 11.)

14 Зэман гуэр дэкІауэ Паул къищІащ а цІыхухъум и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр зэрыхилъхьар икІи апхуэдэу абы къигъэлъэгъуащ нэгъэсауэ и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжар. Гуэныхь зыщІам зэхуэсым и напэр трихами, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы егъэлеяуэ ткІийуэ хущымытын щхьэкІэ Паул къуэшхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Абы хуэвгъэгъун икІи вгъэгушхуэн хуейщ». Гу лъыфтэт, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ Паул къыхигъэщами: «ГухэщІыныгъэм а цІыхур имыкІуэдыкІын щхьэкІэ». Паул и гур а цІыхухъум щІэгъуащ. Абы и гумрэ и щхьэмрэ зэбгъэжу икІи и гуэныхьыр Алыхьым къыхуигъэгъуну Іэмал зэрыщыІэр и фІэщ мыхъужу хъуну ар хуейтэкъым. (Къеджэ 2 Коринф 2:5—8, 11.)

15. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гущІэгъу хэлъу икІи ткІийуэ цІыхум дапхуэдэу зэрыхущытыфынур?

15 Иеговэ хуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэм гущІэгъу ягъэлъэгъуэну яфІэфІщ. Абыхэм Іэмал щыщыІэм деж гущІэгъу ягъэлъагъуэ. Ауэ а хьэл-щэныр бгъэлъэгъуэну Іэмал щыщымыІэм деж ахэр ткІийуэ щытын хуей мэхъу. Зи гуэныхьым хущІемыгъуэж цІыхум хуэбгъэгъумэ, адэкІи гуэныхь илэжьыну хуэбгъэушу аращ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэмыщІ хэт иджыри гущІэгъу зыгъэлъэгъуэн хуейр?

ГУЩІЭГЪУ ДГЪЭЛЪЭГЪУЭНУ СЫТ ДЭ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?

16. Притчи 21:13 зэритымкІэ, гущІэгъу зыхэмылъ цІыхухэм Иеговэ дапхуэдэу зэрахущытыр?

16 Дэ псоми гущІэгъум теухуауэ Иеговэ щапхъэ тетхыну дыхущІокъу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гущІэгъу зымыгъэлъагъуэхэм я тхьэлъэІухэм Иеговэ едаІуэкъым. (Къеджэ Притчи 21:13, Гъэс.) ДауикІ, дэ дыхуейкъым Иеговэ ди тхьэлъэІухэм едэІуэн щигъэтыну. Абы къыхэкІкІэ дэ дыхущІокъу ди гур пхъашэ мыхъуну икІи «тхьэмыщкІэм и гуІэ макъыр зи тхьэкІумэ изымыгъыхьэ» цІыхум хуэдэ дымыхъуну. Аращ Библием ит мыпхуэдэ псалъэхэм мыхьэнэшхуэ щІеттр: «Зи гум гущІэгъу имылъым Тхьэм гущІэгъу къыхуимыщІу хьэкум къытрищІыхьынущ» (Екъуб 2:13). ГущІэгъум дызэрыхуэныкъуэр къыдгурыІуэу щытмэ, нэгъуэщІхэм гущІэгъу тхэлъу дахущытыну нэхъ тынш хъунущ. Псом хуэмыдэу а хьэл-щэныр дгъэлъэгъуэну дыхуейщ зи гуэныхьым хущІегъуэжа цІыхум зэхуэсым къыщигъэзэжым деж.

17. Пащтыхь Даут дапхуэдэу гущІэгъу зэригъэлъагъуэу щытар?

17 Дэ Библием ит щапхъэхэр къыддэІэпыкъуфынущ гущІэгъу дгъэлъэгъуэну икІи цІыху пхъашэу дыщымытыну. Пащтыхь Даут и щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы щІэх-щІэхыурэ гущІэгъу хэлъу цІыхухэм яхущытт. Псалъэм папщІэ, Щаул мызэ-мытІэу ар иукІыну хэтащ. Ауэ Щаул езы Иеговэ пащтыхьу зэрытригъэувар Даут къыгурыІуэти, ар абы къызэрыхущытам хуэдэу зэи хущытыжакъым (1 Сам. 24:9—12, 18, 19).

18, 19. Сыт хуэдэ ІуэхугъуитІым щыгъуэ Даут гущІэгъу щыхуримыкъуар?

18 Ауэ Даут гущІэгъу щимыгъэлъэгъуаи къэхъуащ. Псалъэм папщІэ, пхъашэу щыт Навал Даут пщІэ щыхуимыщІам икІи абырэ и цІыхухэмрэ ерыскъыкІэ ядэгуэшэну щимыдам щыгъуэ къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. Даут а Іуэхугъуэм егъэлеяуэ къигъэгубжьащ икІи Навалрэ абы и унагъуэм щыщ цІыхухъухэмрэ иукІыну мурад ищІащ. Іэдэбагъ зыхэлъ Навал и щхьэгъусэ Авигея Даут къимыгъэувыІауэ щытамэ, ар лъы гъэжэнымкІэ къуаншэ хъунут (1 Сам. 25:9—22, 32—35).

19 НэгъуэщІ Іуэхугъуи дигу къэдгъэкІыжынщ. ЦІыху бейм и гъунэгъу тхьэмыщкІэм и мэл закъуэр къызэрытрихам теухуауэ бегъымбар Нафан Даут къыжриІэжащ. Даут къэгубжьри, жиІащ: «Алыхь пэж Иеговэ согъэпцІ, а цІыхур яукІыну хуэмыфащэмэ!» (2 Сам. 12:1—6). ГъэщІэгъуэныращи, Даут абы теухуауэ Мусэ и Хабзэм итыр фІыуэ ищІэт. Зы мэл къэзыдыгъуам мэлиплІ ипшыныжын хуейт (Исх. 22:1). Ауэ апхуэдэ гущІэгъуншэ тезыр а цІыхум теплъхьэну хуэфащэт? Нафан а хъыбарыр щІыжиІар Даут и гуэныхьхэр куэдкІэ зэрынэхъ хьэлъэр къыгуригъэІуэжын щхьэкІэт. Иеговэ Даут хуиІа гущІэгъумрэ езы Даут мэл цІыкІур зыдыгъуа цІыхум хуиІа гущІэгъумрэ сыту зэщхьэщыкІрэт! (2 Сам. 12:7—13).

Бегъымбар Нафан жиІэжа хъыбарым едэІуа иужь Даут гущІэгъу зыхэмылъ унафэ къищтащ (19, 20-нэ абзацхэм феплъ.)d

20. Даут и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

20 Гу лъытапхъэщ, Навалрэ абы и цІыхухэмрэ яукІыну хуэфащэу Даут унафэ щищІар хуабжьу къыщыгубжьам щыгъуэщ. ИужькІи Нафан зи гугъу ищІа цІыху бейр яукІыну хуэфащэу Даут жиІащ. ЕтІуанэ Іуэхугъуэм нэхъ куууэ дыхэплъэнщ. И нэхъыбэм нэгъуэщІхэм щабэу хущыта цІыхум зыгуэрым апхуэдэ тезыр гущІэгъуншэ тралъхьэн хуейуэ щІыжиІар сыту пІэрэт? Абы ипэкІэ къэхъуар дигу къэдгъэкІыжынщ. А зэманым Даут и напэр хуабжьу къеныкъуэкъут. ЦІыхум нэгъуэщІым гущІэгъуншэу хьэкум щытрищІыхьым деж абы къегъэлъагъуэ абырэ Иеговэрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэмылъыр. А Іуэхум теухуауэ Хьисэ и гъуэгу ирикІуэхэм мыпхуэдэу яжриІат: «Хьэкум зыми тевмыщІыхь, Тхьэм хьэкум фэ къыфтримыщІыхьын щхьэкІэ. ЦІыхухэм фэ хьэкум зэратефщІыхьым хуэдэу, Тхьэм фэри хьэкум къыфтрищІыхьынущ» (Мт. 7:1, 2). Аращи, «гущІэгъушхуэ зиІэ Тхьэм» щапхъэ тетхынщ икІи нэгъуэщІхэм пхъашэу дазэрыхущымытыным дыхущІэкъунщ.

21, 22. Дапхуэдэу гущІэгъу зэрыдгъэлъэгъуэфынур?

21 ГущІэгъур гурыщІэ закъуэу къэнэн хуейкъым, ар ІуэхукІэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Абы къыхэкІкІэ ди благъэхэр, зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр, ди гъунэгъухэр зыхуэныкъуэм гу лъыттэ хъунущ. ГущІэгъу дгъэлъэгъуэну дэ Іэмал куэд диІэщ, псалъэм папщІэ, зыгуэрым гупсэхугъуэ етт, ІуэхукІэ дыдэІэпыкъу хьэмэрэ ерыскъыкІэ дыдэгуашэ хъунущ. Абы нэмыщІ зэхуэсым къызэрыхыхьэжрэ куэд мыщІа цІыхухэр дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэщ. Абыхэм ныбжьэгъу дахуэхъуфыну пІэрэ? Ауэ гущІэгъу дгъэлъэгъуэну псом нэхърэ нэхъ ІэмалыфІыр ар Библием ит хъыбарыфІымкІэ цІыхухэм дадэгуэшэныращ (Иов 29:12, 13; Рим 10:14, 15; Екъуб 1:27).

22 Пэжщ, дэ дыкъэзыухъуреихь цІыхухэм гущІэгъу тхэлъу дахущытыну Іэмал куэд диІэщ! Абы щхьэкІэ тІэкІу нэхъ набдзэгубдзаплъэу дыщытын хуейуэ аращ. Апхуэдэу тщІэуэ щытмэ, дэ «гущІэгъушхуэ зиІэ» уафэм щыІэ ди Адэр дгъэгуфІэнущ!

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ гущІэгъу игъэлъэгъуэну хуэзыгъэушыр сыт?

  • Зыгуэр зэхуэсым щыхагъэкІым деж а Іуэхум гущІэгъу хэлъу жыпІэ щІэхъунур сыт?

  • ГущІэгъу дгъэлъэгъуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

43-НЭ УЭРЭДЫР ТхьэлъэІукІэ Алыхьым фІыщІэ худощІ

a ГущІэгъур — ар Иеговэ хэлъ хьэл-щэн нэхъ дыдэзыхьэххэм ящыщ зыщ икІи дэтхэнэ зыми а хьэл-щэныр зыхэтлъхьэн хуейщ. Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ Иеговэ гущІэгъу игъэлъэгъуэну сытым хуигъэушми икІи зыгуэрым тезыр щытрилъхьэм деж а хьэл-щэныр дауэ игъэлъагъуэми къэтщІэнущ. Абы нэмыщІ а хьэл-щэн дахэр дауэ тхуэгъэлъэгъуэнуми зэпкърытхынущ.

b Зэхуэсым къэзыгъэзэжа цІыхум Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр дапхуэдэу зэтригъэувэжыфынуми икІи зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы дауэ дэІэпыкъуфынуми къэфщІэн щхьэкІэ мы журналым ит «Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэр зэтебгъэувэжын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?» жыхуиІэ статьям феплъ.

c СУРЭТЫР. Унащхьэм тету и къуэр къызэрыкІуэжыр щилъагъум адэр жэри, абы ІэплІэ хуищІащ.

d СУРЭТЫР. Даут и напэр къызэреныкъуэкъум къыхэкІкІэ Нафан зи гугъу ищІа цІыху бейр яукІыну хуэфащэу жиІащ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын