20 СТАТЬЯР
ХъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ адэкІи еплъыкІэ тэмэм зигъэІэ
«Жылэ хэсэ... уи Іэри умыгъэувыІэ» (ЭККЛ. 11:6).
70-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым хуэфащэхэр къэфлъыхъуэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
Хьисэ уафэм дэкІуеижа иужь и гъэсэнхэм Ерусалими нэгъуэщІ щІыпІэхэми хъыбарыфІыр жыджэру щагъэІуащ. (1 абзацым феплъ.)
1. Хьисэ дапхуэдэу хъыбарыфІыр зэригъэІуар икІи и гъэсэнхэм абы дауэ щапхъэ траха? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
ХЬИСЭ щІылъэм щыщыІам щыгъуэ хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм сыт щыгъуи хуиІащ икІи ар хуейт и гъэсэнхэми а Іуэхум теухуауэ гуфІэгъуэр зыфІамыгъэкІуэдыну (Ин. 4:35, 36). Хьисэ и гъэсэнхэм я гъусэху абыхэм хъыбарыфІыр жыджэру ягъэІут (Лк. 10:1, 5—11, 17). Ауэ ар яубыду щаукІам щыгъуэ абыхэм гушхуэныгъэр яфІэкІуэдащ (Ин. 16:32). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь и гъэсэнхэр хуигъэушащ хъыбарыфІ гъэІуныр япэ ирагъэщыну. ИкІи ар уафэм дэкІуеижа иужь, абыхэм хъыбарыфІыр апхуэдизу жыджэру ягъэІути, я бийхэм къэгубжьауэ мыпхуэдэу жаІэт: «Фэ цІыхухэм евгъэщІа Іуэхухэр Ерусалим дэз хъуащ» (Апост. 5:28).
2. Иеговэ и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр ягъэІуну дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъуар?
2 Япэ лІэщІыгъуэм хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр езыгъэкІуэкІар Хьисэщ икІи Иеговэ а Іуэхум и нэфІ щыхуащ. Абы къыхэкІкІэ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр цІыху куэдым къащтащ. Псалъэм папщІэ, ди эрэм 33-нэ гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм щыгъуэ цІыху 3 000 хуэдизым псым зыщІагъэуащ (Апост. 2:41). ИкІи Хьисэ и лъэужь иувэхэм я бжыгъэр псынщІэу хэхъуэт (Апост. 6:7). Ауэ Хьисэ жиІат иужьрей махуэхэм хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм нэхъыбэжу зэрызиубгъунур (Ин. 14:12; Апост. 1:8).
3, 4. Языныкъуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щыбгъэІуну сыт щІэмытыншыр икІи мы статьям щызэпкърытхынур сыт?
3 Дэ псори дыхущІокъу хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэну. Языныкъуэ щІыпІэхэм а лэжьыгъэм ухэтыну тыншщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Библиер зыджыну хуейхэр апхуэдизкІэ куэд мэхъури абыхэм я чэзур къэсыху ежьэн хуей мэхъу. Ауэ хъыбарыфІыр бгъэІуну щымытынш щІыпІэхэри щыІэщ. А щІыпІэхэм и нэхъыбэм цІыхухэр унэм щІэскъым е Библием итыр яфІэгъэщІэгъуэнкъым.
4 Ущыпсэу щІыпІэм хъыбарыфІыр щыбгъэІуну мытыншу щытмэ, мы статьям ит чэнджэщхэр къыбдэІэпыкъуфынущ. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм цІыху нэхъыбэм епсэлъэн щхьэкІэ сыт ящІэми дытепсэлъыхьынщ. Абы нэмыщІ цІыхухэр къыдэдаІуэми къыдэмыдаІуэми гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ диІэми зэпкърытхынщ.
ЦІЫХУХЭР КЪЭБГЪУЭТЫНУ ГУГЪУМИ, ГУФІЭГЪУЭР ЗЫФІОМЫГЪЭКІУЭД
5. Иеговэ и Щыхьэт куэдыр хъыбарыфІыр щагъэІукІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?
5 Ди къуэш, ди шыпхъу куэдым я дежкІэ цІыхухэр унэм щІэсу къагъуэтыну нэхъ гугъу хъуурэ макІуэ. Языныкъуэ щІыпІэхэм яхъумэ унэхэр щыкуэдщ икІи абыхэм щыпсэухэм укърамыгъэблэгъамэ а унэхэр зыхъумэхэм ущІагъэхьэн ядэкъым. НэгъуэщІ щІыпІэхэм ди къуэш, ди шыпхъухэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуну Іэмал яІэми, унэм щІэсу ягъуэтыр мащІэщ. Абы нэмыщІ цІыху мащІэ щыпсэу щІыпІэхэри щыІэщ. ЩІэх-щІэхыурэ ди къуэш, ди шыпхъухэм гъуэгуанэшхуэ зэпачын хуей мэхъу зы цІыху нэхъ мыхъуми епсэлъэн щхьэкІэ, ари унэм щІэсу щамыгъуэт къохъу. Апхуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэу щытмэ, ди Іэр етхьэх хъунукъым. А гугъуехьхэм дауэ дыпэлъэща хъуну икІи цІыху нэхъыбэм депсэлъэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?
6. ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр бдзэжьеящэхэм сыткІэ ещхь?
6 Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуныр бдзэжьей ещэным иригъэщхьащ (Мк. 1:17). Бдзэжьеящэм махуэ зыбжанэкІэ зыри къыщыхуэмыубыд къохъу. Ауэ абы и Іэр иримыхьэхыу а Іуэхум зэрыбгъэдыхьэр ехъуэж, псалъэм папщІэ, зэманыр, щІыпІэр икІи бдзэжьей зэрещэ щІыкІэр. Дэри, абы ещхьу, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хэтлъхьэфынущ. Абы теухуауэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.
ЦІыхухэр унэм щІэсу щывмыгъуэтым деж хъыбарыфІыр щывгъэІу зэманымрэ щІыпІэмрэ фхъуэж икІи Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къэвгъэсэбэп. (7—10-нэ абзацхэм феплъ.)c
7. ХъыбарыфІыр щыдгъэІу зэманыр тхъуэжмэ, сыт хуэдэ ехъулІэныгъэхэр диІэфыну?
7 ХъыбарыфІыр щывгъэІу зэманыр фхъуэж. Дэ цІыху нэхъыбэм депсэлъэфынущ, ахэр унэм щыщІэс зэманым хъыбарыфІыр дгъэІумэ. Гува-щІэхами ахэр унэм къекІуэлІэжын хуейкъэ! Къуэш, шыпхъу куэдым махуэм е пщыхьэщхьэм хъыбарыфІыр ягъэІу, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманым унэм щІэсу цІыху нэхъыбэм хуозэ. Езы цІыхухэри зыщІыпІи мыпІащІэу икІи псэлъэну нэхъ хьэзыру щытыфынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Дэвид къигъэсэбэп Іэмалыр фигу ирихьыну къыщІэкІынщ. Абы гъусэ иІэу хъыбарыфІыр щигъэІукІэ унэм щІэсу имыгъуэта цІыхухэм деж сыхьэт зы-тІу дэкІа иужь трегъэзэж. Абы жеІэж: «Фи фІэщ хъункъым, дэ етІуанэу тедгъэзэжа иужь дапхуэдиз цІыхум дахуэзэми!»b
ЦІыхухэр унэм щІэсу щывмыгъуэтым деж хъыбарыфІыр щывгъэІу зэманыр фхъуэж (7—8-нэ абзацхэм феплъ.)
8. Экклезиаст 11:6 ит псалъэхэр хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дауэ къэдгъэсэбэп хъуну?
8 Дэ цІыхухэр унэм щІэсу къэдгъуэтын щхьэкІэ къару етхьэлІэн хуейщ. Мы статьям лъабжьэ хуэхъуа едзыгъуэм а гупсысэр дигу къегъэкІыж. (Къеджэ Экклезиаст 11:6.) Зи гугъу тщІа ди къуэш Дэвид и Іэр ирихьэхкъым. Зэгуэр ар куэдрэ имыгъуэта цІыхухъум унэм щІэсу хуэзащ. А цІыхухъур ифІэфІу ди къуэшым къедэІуащ икІи жиІащ: «Мы унэм илъэсий хуэдиз хъуауэ сыщопсэу, ауэ си бжэм деж Иеговэ и Щыхьэтхэм зэи сащыхуэзакъым!» Дэвид къыддогуашэ: «Сэ гу лъыстащ: икІэм-икІэжым цІыхухэр унэм щІэсу къыщыбгъуэтым деж ахэр и нэхъыбэм къодэІуэну хьэзырщ».
ЦІыхухэр унэм щІэсу щывмыгъуэтым деж хъыбарыфІыр щывгъэІу щІыпІэр фхъуэж (9-нэ абзацым феплъ.)
9. Унэм щІэсу ямыгъуэт цІыхухэм хуэзэн щхьэкІэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм сыт ящІар?
9 ХъыбарыфІыр щІыпІэ зэмылІэужьыгъуэхэм щывгъэІу. Унэм щІэсу ямыгъуэт цІыхухэм хуэзэн щхьэкІэ языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр нэгъуэщІ щІыпІэхэм щагъэІуу щІадзащ. Псалъэм папщІэ, узыщІэмыхьэф унэхэм щыпсэу цІыхухэм уепсэлъэну Іэмал уиІэ мэхъу уэрамым е ди тхыгъэхэр зыдэлъ стендыр къэбгъэсэбэпу хъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ. Абы нэмыщІ паркхэм, цІыхухэр щылажьэ щІыпІэхэм икІи бэзэрхэм цІыхухэм нэхъ яфІэфІу къызэрыщыдэпсалъэм икІи ди тхыгъэхэр къызэращтэм ди къуэш, ди шыпхъу куэдым гу лъатащ. Боливием районым и нэхъыжьу щылажьэ ди къуэш Флойра́н жеІэж: «Дэ шэджагъуэм щыщІэдзауэ сыхьэтищым нэсыху, сату зыщІхэр нэхъ щыхущІыхьэм деж, бэзэрхэмрэ тыкуэнхэмрэ хъыбарыфІыр щыдогъэІу. И нэхъыбэм цІыхухэр фІыуэ къыдопсалъэ, уеблэмэ, ахэр Библием едгъэджэни щІыдодзэ».
ЦІыхухэр унэм щІэсу щывмыгъуэтым деж хъыбарыфІыр вгъэІун щхьэкІэ Іэмал зэмылІэужьыгъуэхэр къэвгъэсэбэп (10-нэ абзацым феплъ.)
10. ЦІыхухэм хъыбарыфІыр лъэдгъэІэсын щхьэкІэ сыт иджыри тщІэ хъунур?
10 ХъыбарыфІыр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ вгъэІу. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт унэм щІэсу къэбгъуэтын щхьэкІэ цІыху гуэрым и деж мызэ-мытІэу укІуауэ. УщыкІуэ зэманыр пхъуэжа пэтми, ар щІэсу бгъуэтакъым. Абы хъыбарыфІыр лъэбгъэІэсын щхьэкІэ сыт иджыри пщІэ хъунур? Ди шыпхъу Катари́нэ къыддогуашэ: «ХъыбарыфІыр щызгъэІукІэ сызыхуэмыза цІыхухэм письмо яхузотх икІи абыхэм яжесІэну сызыхуеяр абы изотхэ». Мы щапхъэм сыт хуэдэ дерс къыхэтхыфыну? Дэтхэнэ зы цІыхуми хъыбарыфІыр лъэдгъэІэсын щхьэкІэ къэдгъэсэбэп Іэмалхэр тхъуэжын хуейщ.
ХЪЫБАРЫФІЫР ЦІЫХУХЭМ КЪАЩЫФІЭМЫІУЭХУМ ДЕЖИ ГУФІЭГЪУЭР ЗЫФІЭВМЫГЪЭКІУЭД
11. Языныкъуэ цІыхухэм хъыбарыфІыр къащІыфІэмыІуэхур сыт?
11 Языныкъуэ цІыхухэм хъыбарыфІыр къафІэІуэхукъым. Абыхэм Алыхьми Тхыгъэ ЛъапІэми хуэмыныкъуэу къалъытэ. Мы дунейм гузэвэгъуэ куэд зэрыщыІэм щхьэкІэ абыхэм Алыхьыр я фІэщ хъукъым. Тхыгъэ ЛъапІэм итри къафІэІуэхукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ит хабзэхэм тету жызыІэ дин пашэхэм я фэрыщІагъыр ялъагъу. НэгъуэщІ цІыхухэм лэжьыгъэм, унагъуэм, езыхэм я гугъуехьхэм хэкІыпІэ къыхуагъуэтын щхьэкІэ зэман куэдыІуэ трагъэкІуадэ икІи Тхыгъэ ЛъапІэр абыхэм къадэІэпыкъуфыну къалъытэкъым. ХъыбарыфІыр цІыхухэм къащыфІэмыІуэхум деж гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур?
12. Филиппи 2:4 ит псалъэхэр хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
12 Фи гум къыбгъэдэкІыу цІыхухэм гулъытэ яхуэфщІ. Япэм хъыбарыфІыр къызыфІэмыІуэхуу щыта цІыху куэдым иужькІэ абы едаІуэу щІадзащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм ялъэгъуащ къуэш, шыпхъухэм я гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ зэрыхуащІыр. (Къеджэ Филиппи 2:4.) ИпэкІэ зи гугъу тщІа Дэвид къыддогуашэ: «ХъыбарыфІыр дгъэІуу цІыхум депсэлъэн щІэддза иужь абы ар ифІэмыгъэщІэгъуэну жиІэмэ, дэ Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ Іудохри упщІэ идот: „Сыт щхьэкІэми къыджепІэфыну?“» ЦІыхухэм гулъытэ щахуэтщІым деж ар зыхащІэ. Дэ ди псалъэхэр абыхэм ягу къэмыкІыжынкІэ хъунущ, ауэ гулъытэ яхуэтщІар ящыгъупщэжыну къыщІэкІынукъым. ЦІыхум хъыбарыфІымкІэ дыдэгуэшэну Іэмал къыдимытми, ди нэкІумкІэ икІи абы гуапэу дызэрыхущытымкІэ ар къытфІэмыІуэхуу зэрыщымытыр къэдгъэлъэгъуэфынущ.
13. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ дэтхэнэ зы цІыхури зыгъэгузавэм теухуауэ дауэ депсалъэ хъуну?
13 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхур зыгъэгузавэм е нэхъ и фІэгъэщІэгъуэным и гугъу тщІыуэ щытмэ, дэ ар къызэрытфІэІуэхур къыдогъэлъагъуэ. Псалъэм папщІэ, унэм сабий зэрыщІэсым уэ гу лъыптащ. Абы щыгъуэ унэм къыщІэкІам сабий гъэсэным е унагъуэр нэхъ насыпыфІэ пщІыным теухуауэ Библием ит чэнджэщхэм гу лъебгъатэ хъунущ. Хьэмэрэ бжэІупэм деж камерэ зэрыфІэлъыр уэ плъэгъуащ. Абы щыгъуэ щІэпхъаджагъэм зэрызиубгъуам къыхэкІкІэ куэдым я гум шынэ илъу зэрыпсэум икІи куэд дэмыкІыу а гугъуехьым кІэ къызэрыхуэкІуэнум теухуауэ цІыхум ухутепсэлъыхь хъунущ. Сыт хуэдэ темэ къыхомыхами, а цІыхум и гугъуехьым пэлъэщыну Библиер къызэрыдэІэпыкъуфынур егъэлъагъу. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Катаринэ къыддогуашэ: «Сэ щІэх-щІэхыурэ сигу къызогъэкІыж Библием ит пэжым си гъащІэр нэхъыфІкІэ зэрихъуэжар». Катаринэ ар къыдоІэпыкъу цІыхухэм щепсалъэм деж жиІэр быдэу и фІэщ зэрыхъур игъэлъэгъуэну икІи ар гулъытэншэу къанэкъым.
14. Притчи 27:17 зэритымкІэ, хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ди гъусэмрэ дэрэ дауэ дызэрызэдэІэпыкъу хъунур?
14 Къуэш, шыпхъухэр зыдэвгъэІэпыкъу. Апостол Паул хъыбарыфІ гъэІуным икІи цІыхухэр зэребгъэджэным теухуауэ Тимофей игъасэт. Абы нэмыщІ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъун щхьэкІэ а щІэныгъэр къигъэсэбэпыну Тимофей хуигъэушт (1 Кор. 4:17). Дэри, Тимофей хуэдэу, Іуэхум фІыуэ щыгъуазэ къуэш, шыпхъухэм я деж зыщыдгъасэ хъунущ. (Къеджэ Притчи 27:17.) Шон зи цІэ къуэшым и щапхъэм деплъынщ. Зы зэман гуэркІэ ар къуажэхэм пионеру щылэжьащ. А щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм и нэхъыбэр я динымкІэ арэзыуэ щытт. Абы гуфІэгъуэр фІэмыкІуэдыну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «Къуэш, шыпхъухэм я гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну Іэмал сыщиІэм деж сэ ар къэзгъэсэбэпт. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ гъуэгум дызэрытет зэманыр ауэ дымыгъэкІуэду цІыхухэр зэредгъаджэр едгъэфІакІуэт. Псалъэм папщІэ, дэ зыгуэрым депсэлъа иужь абы жетІамрэ жэуап къыдитыжамрэ зэпкърытхт, иужькІэ цІыхухэм нэхъыфІу депсэлъэн щхьэкІэ».
15. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ тхьэлъэІум мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
15 Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу. ХъыбарыфІыр вгъэІуну фыщыкІуэкІэ сыт щыгъуи Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Абы и къару лъапІэр къыддэмыІэпыкъуу щытмэ, дэ ехъулІэныгъэ диІэнукъым (Пс. 127:1; Лк. 11:13). Иеговэ къывдэІэпыкъуну фыщелъэІум деж фи лъэІур пыухыкІауэ щытын хуейщ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къэзыщІэну икІи къывэпсэлъэну хуей цІыхум фыхуигъэзэну абы фелъэІу. Абы иужь Иеговэ фызэрелъэІуам фытету фщІы: фызыхуэзэу хъуам хъыбарыфІымкІэ фыдэгуашэ.
16. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ диІэн щхьэкІэ Библиер куууэ дджын щІыхуейр сыт?
16 Библиер куууэ вджын щхьэкІэ зэман къыдэвгъэкІ. Алыхьым и Псалъэм дыхуегъэуш «фІыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фІыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри» зэхэдгъэкІыну (Рим 12:2). Алыхьым теухуа пэжыр къызэрыдгъуэтар нэхъ ди фІэщ хъуху, тегушхуэныгъэ нэхъыбэ диІэу хъыбарыфІыр дгъэІунущ. Катаринэ къыддогуашэ: «Зы зэман гуэркІэ узэІэбэкІыжмэ, сэ къызгурыІуащ Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэр къэспщытэжын зэрыхуейр. Абы къыхэкІкІэ КъэгъэщІакІуэ зэрыщыІэм, Библиер абы и Псалъэу зэрыщытым икІи ди зэманым Иеговэ организацэ зэриІэм щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэхэр сэ куууэ зджащ». Катаринэ Библиер куууэ зэриджам и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІащ икІи хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ нэхъыбэ къыхуихьу хъуащ.
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ АДЭКІИ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?
17. Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ еплъыкІэ тэмэм сыт щыгъуи щІиІар сыт?
17 Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ еплъыкІэ тэмэм сыт щыгъуи иІащ икІи а Іуэхум хэтын зэи къигъэнакъым, языныкъуэ цІыхухэм абы жиІэр къафІэмыІуэхуу щытами. Сыт щхьэкІэ? Абы къыгурыІуэт Алыхьым теухуа пэжым цІыхухэр егъэлеяуэ зэрыхуэныкъуэр икІи цІыху нэхъыбэм хъыбарыфІыр къащтэну ядэІэпыкъуну хуейт. Абы нэмыщІ Хьисэ къыгурыІуэт хъыбарыфІыр япэм къызыфІэмыІуэхуу щытахэм икІэм-икІэжым ар къызэращтэнкІэ хъунур. Хьисэ и унагъуэм щыщхэм я щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Абы илъэсищрэ ныкъуэм къриубыдэу хъыбарыфІыр игъэІуху и къуэшхэм я щыщ зыри и лъэужь иувакъым (Ин. 7:5). Ауэ Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь ар абыхэм я фІэщ хъуащ (Апост. 1:14).
18. ХъыбарыфІыр адэкІи щІэдгъэІур сыт?
18 ЦІыхур Иеговэ и лэжьакІуэ хъунрэ мыхъунрэ дэ тщІэкъым. Пэжыр къащтэн щхьэкІэ языныкъуэ цІыхухэм адрейхэм нэхърэ зэман нэхъыбэ хуейщ. Уеблэмэ, къыдэдэІуэну хуэмеиххэ цІыхухэри ди хьэл-щэныфІхэр икІи гуфІэгъуэр зэрызыфІэдмыгъэкІуэдыр щалъагъукІэ икІэм-икІэжым Иеговэ и лэжьакІуэ хъуфынущ (1 Пет. 2:12).
19. 1 Коринф 3:6, 7 итым хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ сытым дыхуигъасэрэ?
19 Зыщыдгъэгъупщэнкъым: дэ хъыбарыфІыр дгъэІуми икІи цІыхухэр едгъаджэми, а Іуэхум ехъулІэныгъэ хэзылъхьэр Алыхьыращ. (Къеджэ 1 Коринф 3:6, 7.) Эфиопием щыщ ди зы къуэшым мыпхуэдэу жеІэ: «ХъыбарыфІыр зыгъэІухэр мащІэу здэщыІэ щІыпІэм илъэс 20-м щІигъукІэ сэр фІэкІа Иеговэ и Щыхьэт щыІакъым. Ауэ иджыпсту ди щІыпІэм цІыху 14-м хъыбарыфІыр ягъэІу. Абыхэм ящыщ цІыху 13-м псым зыщІагъэуащ, си щхьэгъусэмрэ си бынищымрэ яхэту. ЗэІущІэхэми цІыху 32-м хуэдиз зэпымыууэ къокІуэ». А ди къуэшыр мэгуфІэ хъыбарыфІыр зэпымыууэ зэригъэІуам икІи Иеговэ зигу къабзэ цІыхухэр и организацэм къригъэблэгъэху шыІэныгъэ хэлъу зэрыпэплъам щхьэкІэ (Ин. 6:44).
20. ХъыбарыфІ гъэІуныр цІыхухэр къезыгъэлхэм я лэжьыгъэм сыткІэ ебгъэщхь хъуну?
20 Дэтхэнэ зы цІыхуми и гъащІэр Иеговэ лъапІэу къелъытэ. Абы дэ пщІэ къытхуищІащ и Къуэм дыдэлажьэу, мы дунейм и кІэр къэсыху лъэпкъ псоми щыщ цІыхухэр зэхуэтшэсыну (Агг. 2:7). ХъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэр ебгъэщхь хъунущ гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум деж цІыхухэр къезыгъэл гупхэр зэрылажьэм. Дэ апхуэдэ гупым дыхэту икІи цІыху нэхъыбэ къедгъэлыну къалэн къытхуагъэфэщауэ жыпІэ хъунущ. Дэ езым зыри къедмыгъэлами, гупым щыщ дэтхэнэ зыми и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ апхуэдэ лэжьыгъэ идогъэкІуэкІ. ШейтІаным и дунейм щыщ цІыху дапщэ иджыри къытхуегъэлынуми тщІэкъым, ауэ Иеговэ дэ тщыщ дэтхэнэ зыри къигъэсэбэпыфынущ абыхэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ. Боливием щыпсэу ди къуэш Андре́ас жеІэ: «ЦІыхум пэжыр къищІэу псым зыщыщІигъауэм деж ар псоми къару зэрырахьэлІам и фІыгъэу зэрыщытым сэ шэч къытесхьэкъым». Апхуэдэ еплъыкІэ диІэу хъыбарыфІ гъэІуным дыхущывгъэт. Абы щыгъуэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ икІи хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ куэд къытхуихьынущ!
66-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр догъэІу
a ЦІыхухэр унэм щІэсу щыдмыгъуэтым е абыхэм Библием итыр къащыфІэмыІуэхум деж хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэну сыт къыддэІэпыкъунур? ХъыбарыфІ гъэІуным къытхуихь гуфІэгъуэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну чэнджэщ зыбжанэ мы статьям щызэпкърытхынущ.
b ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ мы статьям зи гугъу ищІ сыт хуэдэ Іэмалыр къэдмыгъэсэбэпами, цІыхухэм теухуа информациер къэзыхъумэ законхэм дытетын хуейщ.
c СУРЭТЫР. ЦІыхухэр унэм щІэсу къэбгъуэтыну щымытынш щІыпІэм зэщхьэгъусэхэм хъыбарыфІыр щагъэІу. Япэ унэм щыпсэур — лэжьапІэм щыІэщ, етІуанэм щыпсэур — сымаджэщым кІуащ, ещанэм щыпсэур — тыкуэным щІэтщ. Зэщхьэгъусэхэр япэ унэм щыпсэум и деж пщыхьэщхьэм къокІуэ. Сымаджэщым и гъунэгъуу хъыбарыфІыр щагъэІум щыгъуэ ахэр етІуанэ унэм щыпсэум хуозэ. Ещанэ унэм щыпсэум ахэр телефонкІэ йопсалъэ.