ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w21 Май н. 20—25
  • Иеговэ къару къывитынущ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ къару къывитынущ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУН КЪАРУ ИЕГОВЭ КЪЫДЕТ
  • ПЭЖУ ДЫКЪЭНЭН ЩХЬЭКІЭ ИЕГОВЭ КЪАРУ КЪЫДЕТ
  • Иеговэ нэгъэсауэ ухуэлажьэу пІэрэ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Иеговэ уэ къару къыпхилъхьэнущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2023
  • Зым адрейм «лъэкІыныгъэ ирырегъэгъуэт»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Иеговэ уэ лъапІэу уелъытэ!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
w21 Май н. 20—25

21 СТАТЬЯР

Иеговэ къару къывитынущ

«ЛъэкІыныгъэ симыІэ щыхъукІэ, лъэкІыныгъэ нэхъ согъуэт» (2 КОР. 12:10).

73-НЭ УЭРЭДЫР Тегушхуэныгъэ къыдэт

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Иеговэ и лэжьакІуэ куэдыр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?

АПОСТОЛ Паул Тимофей хуигъэушт Алыхьым къыхуигъэфэща лэжьыгъэр нэгъэсауэ игъэзэщІэну (2 Тим. 4:5). А чэнджэщым дэри дытетыну дыхущІокъу. Ауэ ар щымытынш къохъу. Ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ лІыгъэм хуэныкъуэщ (2 Тим. 4:2). Щапхъэу къэпхь хъунущ ди лэжьыгъэм зэран щыхуэхъу е ар щызэхуэщІа къэралхэр. Абыхэм щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэр тутнакъым ягъэтІысыфынущ, хъыбарыфІыр зэрагъэІум щхьэкІэ!

2 Иеговэ и лэжьакІуэхэр я лъэр щІэзых гугъуехь куэдым пэщІохуэ. Псалъэм папщІэ, дэ тщыщ куэдым лэжьыгъэм зэман куэд трагъэкІуэдэн хуей мэхъу, я унагъуэхэр зыхуэныкъуэр къалэжьын щхьэкІэ. Ахэр хуейт хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэу хэтыну, ауэ тхьэмахуэм и кІэм къару къащыхуэмынэж къохъу. Адрейхэм уз хэтІэса зэраІэр е я ныбжьыр зэрыхэкІуэтар зэран къахуохъу икІи абыхэм щыщу языныкъуэхэр унэм къыщІэкІыфкъым. Зи щхьэм мыгъуагъэ хуэзыхьыжхэри щыІэщ. Ди шыпхъу Мариеb къыддогуашэ: «Гупсысэ Іейхэм сызэребэным къарууншэ дыдэ сещІри, хъыбарыфІ гъэІуным щхьэкІэ къаруи зэмани симыІэжу сохъу. Абы щхьэкІэ нэхъыбэжу зызгъэкъуэншэжу щІызодзэ».

3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

3 Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, абы дызэрыпэлъэщын къару Иеговэ къыдитынущ. Абы и фІыгъэкІэ тхузэфІэкІыр тщІэуэ Алыхьым пэжу адэкІи дыхуэлэжьэфынущ. Иеговэ дэ къызэрыддэІэпыкъу Іэмалхэр зэпкърытхын ипэ, дигу къэдгъэкІыжынщ Алыхьыр апостол Паулрэ Тимофейрэ дапхуэдэу ядэІэпыкъуауэ щытами. Апхуэдэ дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ ахэр адэкІи Алыхьым пэжу хуэлэжьащ, яІа гугъуехьхэм емылъытауэ.

ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУН КЪАРУ ИЕГОВЭ КЪЫДЕТ

4. Паул сыт хуэдэ гъэунэхуапІэхэр иІа?

4 Апостол Паул гъэунэхуапІэ куэд иІэт. Ар яубэрэжьащ, тутнакъым ягъэтІысащ, яукІыпэну щыхэтаи къэхъуащ. Апхуэдэ гугъуехьхэм деж ар псом хуэмыдэу къару хуэныкъуэт (2 Кор. 11:23—25). Абы ибзыщІтэкъым зэман-зэманкІэрэ гупсысэ Іейхэм ебэнын хуей зэрыхъур (Рим 7:18, 19, 24). Абы нэмыщІ Паул шэрэзым ещхьу гугъу езыгъэхь узыфэ иІэу къыщІэкІынут. Ар хуейт а узыр кІэрыхуну икІи абы щхьэкІэ Алыхьым гуащІэу елъэІут (2 Кор. 12:7, 8).

Паул сытыт къыдэІэпыкъур адэкІи хъыбарыфІыр игъэІуну? (5—6-нэ абзацхэм феплъ.)c

5. Паул иІа гугъуехьхэм емылъытауэ, сыт хузэфІэкІар?

5 Апостол Паул Иеговэ къызэрыдэІэпыкъум и фІыгъэкІэ адэкІи Алыхьым пэжу хуэлэжьащ, иІа гугъуехьхэм емылъытауэ. Псалъэм папщІэ, Паул и унэм къыщІэкІыну хуимыту Рим къалэм щыщыІам щыгъуэ, журтхэм я пашэхэмрэ увыпІэ лъагэ зыІыгъхэмрэ хъыбарыфІымкІэ псэемыблэжу ядэгуашэт (Апост. 28:17; Флп. 4:21, 22). Абы нэмыщІ Паул рим зауэлІхэмрэ «и деж къакІуэ цІыху» псомрэ хъыбарыфІыр яжриІэт (Апост. 28:30, 31; Флп. 1:13). А зэманым Паул Алыхьым и къарукІэ письмохэр итхащ, икІи а письмохэр иджыри къыздэсым Алыхьым и лэжьакІуэхэм ядоІэпыкъу. Абы нэмыщІ Паул и щапхъэм Рим къалэм дэс къуэш, шыпхъухэм къару яритащ икІи абыхэм «Тхьэм и псалъэхэр нэхъ тегушхуауэ цІыхухэм хуаІуатэу щІадзащ» (Флп. 1:14). Паул и Іуэхур щымытыншым щыгъуи, абы хузэфІэкІыу хъуар ищІэт икІи ар «хъыбарыфІ Іуэтэным и ІуэхумкІэ» сэбэп хъуащ (Флп. 1:12).

6. 2 Коринф 12:9, 10 зэритымкІэ, сытыт Паул къыдэІэпыкъур Алыхьым кърита къалэнхэр игъэзэщІэну?

6 Паул къыгурыІуэт Иеговэ и лэжьыгъэм теухуауэ хузэфІэкІыр Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэу зэрыщытыр. «Уэ лъэкІыныгъэ уимыІэ щыхъукІэ, си лъэкІыныгъэшхуэр нэхъ къолъагъуэ» жыхуиІэ Алыхьым и псалъэхэм ар арэзы техъуэт. (Къеджэ 2 Коринф 12:9, 10.) Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ Паул и пщэм дэлъ къалэнхэр нэгъэсауэ игъэзащІэт, къызэрырахуэкІым, лъэхъуэщым зэрисым икІи нэгъуэщІ гъэунэхуапІэхэм емылъытауэ.

Тимофей со свитком в руке разговаривает с пожилыми мужчинами.

Тимофей сытыт къыдэІэпыкъур адэкІи хъыбарыфІыр игъэІуну? (7-нэ абзацым феплъ.)d

7. Тимофей сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэт?

7 Паул и дэІэпыкъуэгъу Тимофеи Алыхьым и къару лъапІэм щыгугъын хуейт. Паул миссионер лэжьыгъэр игъэзащІэу гъуэгуанэшхуэ щытеувам щыгъуэ абы Тимофей къыздищтащ. Иджыри Паул Тимофей къалэн иритащ зэхуэсхэм кІуэурэ къуэш, шыпхъухэр игъэгушхуэну (1 Кор. 4:17). Тимофей а къалэныр хуэмыгъэзэщІэну къыщыхъуу къыщІэкІынут. Абы къыхэкІкІэ Паул Тимофей хуитхащ: «Уи ныбжьыщІагъэм щхьэкІэ, зыми нэмыплъ зрумыгъэт» (1 Тим. 4:12). А зэманым Тимофей узыфэ гуэрхэм гугъу ирагъэхьу щытт (1 Тим. 5:23). Ауэ абы ищІэт хъыбарыфІыр игъэІун икІи къуэшхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ зыхуэныкъуэ къарур Иеговэ къызэрыритынур (2 Тим. 1:7).

ПЭЖУ ДЫКЪЭНЭН ЩХЬЭКІЭ ИЕГОВЭ КЪАРУ КЪЫДЕТ

8. Иеговэ и лэжьакІуэхэм къару яритын щхьэкІэ сыт хуэдэ Іэмалхэр къигъэсэбэпрэ?

8 Ди зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм къару ярет, ахэр адэкІи абы пэжу къыхуэлэжьэн щхьэкІэ (2 Кор. 4:7). Иеговэ къару къыдитын щхьэкІэ тхьэлъэІур, Библиер, ди къуэш, ди шыпхъухэр икІи хъыбарыфІ гъэІуныр къегъэсэбэп. А Іэмалхэр адэкІэ зэпкърытхынщ.

Брат молится.

Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ тхьэлъэІур къегъэсэбэп. (9-нэ абзацым феплъ.)

9. ТхьэлъэІур дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

9 ТхьэлъэІур. Ефес 6:18 ит псалъэхэм дыхуагъэуш сыт щыгъуи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэну. Иеговэ ди тхьэлъэІум жэуап къритынурэ къару къытхилъхьэнущ. Боливием щыпсэу Джонни ар зыхищІащ гъэунэхуапІэ зыбжанэхэм зэуэ щыпэщІэхуам щыгъуэ. Абы и адэ-анэмрэ и щхьэгъусэмрэ зы зэманым сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Щыми зэуэ кІэлъыплъыну Джонни и дежкІэ тынштэкъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, абы и анэр дунейм ехыжащ. И щхьэгъусэмрэ и адэмрэ я узыншагъэр зэтеувэжыным зэман куэд текІуэдащ. А зэманыр игу къигъэкІыжурэ, Джонни жеІэ: «Си Іуэхур псом хуэмыдэу гугъу щыхъум деж сэ лъэІу пыухыкІакІэ Иеговэ зыхуэзгъазэт икІи Алыхьыр сыт щыгъуи къыздэІэпыкъут». Иеговэ Джонни къару иритт абы псори хуэшэчын щхьэкІэ. Зэхуэсым и нэхъыжь Роналд Боливием щопсэу. Абы и анэм лышх иІэу къагъуэта иужь ар зы мазэ псэужауэ аращ. Апхуэдэ гуауэм пэлъэщыну Роналд сыт къыдэІэпыкъуар? Абы жеІэж: «Си гум илъ псори Иеговэ хуэсІуатэт. Сэ сощІэ сэр нэхъри, нэгъуэщІ зыгуэрым нэхъри абы нэхъыфІу сыкъызэрыгурыІуэр». ДызыпэщІэхуа гъэунэхуапІэр тхуэмыхьыжу зэми къытщыхъункІэ хъунущ икІи Иеговэ жетІэнур дымыщІэу Іэнкун дыхъункІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ дыхуегъэуш абы зыхуэдгъэзэну, ди гупсысэхэмрэ ди гурыщІэхэмрэ псалъэкІэ щытхужымыІэм дежи (Рим 8:26, 27).

Сестра читает Библию.

Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ Библиер къегъэсэбэп. (10-нэ абзацым феплъ.)

10. Еврейхэм 4:12 зэритымкІэ, Библием деджэным икІи абы итым куууэ дегупсысыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

10 Библиер. Паул хуэдэу, дэри къарурэ гупсэхугъуэрэ Тхыгъэ ЛъапІэм къыщыдгъуэтыфынущ (Рим 15:4). Алыхьым и Псалъэм деджэу, абы итым дыщегупсысым деж, Иеговэ и къару лъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу дызэджар дауэ нэхъыфІу ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэп хъунуми къыдгурыІуэну. (Къеджэ Еврейхэм 4:12.) Роналд жеІэ: «Пщыхьэщхьэ къэс Библием седжэну схуэхъуа хьэлыр къысщхьэпэжащ. Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэмрэ лъагъуныгъэ хэлъу ар и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъумрэ сэ куэдрэ согупсыс. Абы къару къысхелъхьэ».

11. Фызабэ хъуа ди зы шыпхъум Библиер дауэ къызэрыдэІэпыкъуар?

11 Алыхьым и Псалъэм дызэрегупсысыр къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм еплъыкІэ тэмэм худиІэну. Иджы дыдэ зи щхьэгъусэр зыфІэкІуэда ди зы шыпхъум Библиер къыдэІэпыкъуащ. Зэхуэсым и нэхъыжьым абы чэнджэщ къритащ и гуауэм пэлъэщын щхьэкІэ Иов тхылъым иджыри зэ еджэну. Кърата чэнджэщыр ди шыпхъум игъэзэщІащ, ауэ а тхылъым щеджэм абы Іэиуб мыпхуэдэу игъэкъуаншэу щІидзащ: «Іэиуб, Іей фІэкІа нэгъуэщІ зыри умылъагъуу ущыт хъунукъым!» Ауэ иужькІэ абы къыгурыІуэжащ езым и гупсысэкІэр Іэиуб ейм зэрещхьыр. Абы игу къигъэкІыжащ езым и гъащІэми фІы куэд зэрыхэлъыр. Ди шыпхъур Иеговэрэ абы къыдит гугъапІэмрэ нэхъыбэу егупсысу щІидзащ икІи абы и фІыгъэкІэ и гуауэм зэрыпэлъэщын къару иІэ хъуащ.

Брат, сестры и дети радуются общению друг с другом.

Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр къегъэсэбэп. (12-нэ абзацым феплъ.)

12. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэр дауэ къызэригъэсэбэпыр?

12 Ди къуэш, ди шыпхъухэр. Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ ди къуэш, ди шыпхъухэри къегъэсэбэп. Апостол Паул зэхуэсым щыщхэм яхуитхауэ щытащ: «Фыслъэгъуну куэду сыхуейщ. А зы фІэщхъуныгъэу диІэмкІэ дызэрыгъэгушхуэныращ жыхуэсІэр» (Рим 1:11, 12). Статьям и щІэдзапІэм зи гугъу тщІа Марие и дэлъху, и шыпхъухэр игъэныбжьэгъуну Іэмал зэриІэр лъапІэу елъытэ. Абы жеІэ: «Си дэлъху, си шыпхъухэр иныкъуэм деж си гугъуехьхэм щымыгъуазэми, Иеговэ ахэр къигъэсэбэпурэ къыздоІэпыкъу. Нэхъ сыщыхуэныкъуэ зэманым абыхэм псалъэ гуапэ къыщызжаІа е открыткэ къыщысхуатха мызэ-мытІэу къэхъуащ! Абы нэмыщІ си гугъуехьым хуэдэ зиІэ шыпхъухэм сопсалъэри, абыхэм сыт къадэІэпыкъуми сыщІоупщІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми къызжаІэ ди зэхуэсым и дежкІэ лъапІэу сызэрыщытыр».

13. Ди зэІущІэхэм дызэрыгъэгушхуэну дауэ Іэмал къызэрыдатыр?

13 Ди зэІущІэхэм дызэрыгъэгушхуэну Іэмал хъарзынэ къыдат. ЗэІущІэм ипэ е ар иуха нэужь ди къуэш, ди шыпхъухэм щыщ гуэрым дыбгъэдыхьэу жетІэ хъунущ ар фІыуэ зэрытлъагъур икІи лъапІэу зэрытлъытэр. Зэгуэр зэхуэсым и нэхъыжь Питер зи щхьэгъусэр Иеговэ хуэмылажьэ ди зы шыпхъум жриІауэ щытащ: «ЗэІущІэхэм укъызэрыкІуэм хуабжьу ди гур хегъахъуэ! Уи сабий цІыкІуихыр сыт щыгъуи къабзэу хуэпащ икІи зэІущІэм я Іэр щаІэту жэуап ятыну хьэзырщ». Ди шыпхъум и нэпсым къызэпижыхьащ икІи фІыщІэ и гум илъу мыпхуэдэу жиІащ: «Сыту Іейуэ нобэ а псалъэхэм сыхуэныкъуэт!»

Сестра делится благой вестью с помощью писем.

Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ хъыбарыфІ гъэІуныр къегъэсэбэп. (14-нэ абзацым феплъ.)

14. ХъыбарыфІ гъэІуныр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

14 ХъыбарыфІ гъэІуныр. ЦІыхухэр къыдэдаІуэми къыдэмыдаІуэми хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум къару къытхелъхьэ (Прит. 11:25). Ар зэрыпэжыр ди шыпхъу Стейси игъэунэхуащ. Абы и благъэр зэхуэсым зэрыхагъэкІар хуабжьу и гум щІыхьат икІи ар абы иринэщхъейт. «Абы сыдэІэпыкъун щхьэкІэ схузэфІэкІыу хъуар сщІауэ пІэрэ?» — жиІэурэ ар зэпымыууэ зэупщІыжт. Стейси нэгъуэщІым зыми егупсысыфтэкъым. Сыт абы къыдэІэпыкъуар? ХъыбарыфІ гъэІуныр! А лэжьыгъэм щыхэтым деж ар зэгупсысыр и гурыщІэхэратэкъым, атІэ цІыхухэм зэрыдэІэпыкъунырат. Стейси къыддогуашэ: «А зэманым сэ зы цІыхубз гуэр Библием езгъаджэу щІэздзащ икІи абы ехъулІэныгъэфІхэр иІэт. Ар Иеговэ къыбгъэдэкІ тыгъэ лъапІэт. ХъыбарыфІ гъэІуныр мыхъуатэмэ, сщІэтэкъым сэ сызэрыхъунур!»

15. Марие жиІа псалъэхэм уэ сытым ухуагъасэрэ?

15 Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІ гъэІуным трагъэкІуадэ зэманыр мащІэу къалъытэ. Уэри апхуэдэу уегупсысмэ, зыщумыгъэгъупщэ: уи къарум къихьыр щыпщІэм деж Иеговэ мэгуфІэ. Марие и щапхъэм дгъэзэжынщ. НэгъуэщІыбзэкІэ псалъэ цІыхухэр щыпсэу щІыпІэм ар щыІэпхъуам щыгъуэ хъыбарыфІыр зэригъэІум къыпэкІуэ сэбэпынагъыр мащІэ дыдэу къыщыхъут. Марие жеІэ: «ЯпэщІыкІэ сэ схуэщІэр мащІэт — зэІущІэм жэуап кІэщІ щыстт, Библием щыщ едзыгъуэ сыкъеджэт е хъыбарыфІыр щызгъэІукІэ зыгуэрым буклет естт». Абы щхьэкІэ, бзэр фІыуэ зыщІэхэм елъытауэ, езым мыхьэнэншэу зибжыжт. Ауэ зэман дэкІри абы и еплъыкІэр ихъуэжащ. Марие къыгурыІуащ, бзэр фІыуэ зэримыщІэм емылъытауэ, Иеговэ ар къызэригъэсэбэпыфынур. Абы пещэ: «Библием ит пэжыр къыбгурыІуэну тыншщ икІи аращ цІыхум и гъащІэр зыхъуэжыр».

16. Унэм къыщІэмыкІыфхэм сыт къару къезытынур?

16 Ди узыншагъэр мыхьэнэншэ зэрыхъуам къыхэкІкІэ унэм дыкъыщІэмыкІыфми, Иеговэ елъагъу дыхуэлэжьэну дызэрыхуейр икІи ар лъапІэу елъытэ. Социальнэ лэжьакІуэхэм е сымаджэщым щылажьэхэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну Иеговэ Іэмал къытхузэІуихынущ. Нобэ тхузэфІэкІымрэ япэм тхузэфІэкІыу щытамрэ зэдгъапщэу щІэддзэмэ, ди лъэр щІэхункІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум гу лъыттэмэ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми дыпэлъэщын щхьэкІэ къарурэ гуфІэгъуэрэ диІэ хъунущ.

17. Экклезиаст 11:6 зэритымкІэ, сыт дэ адэкІи хъыбарыфІ гъэІуным дыщІыхэтын хуейр, ди лэжьыгъэм къыпэкІуэр мащІэу къытщыхъуми?

17 Дэ тщІэкъым пэжым и жылэу хэтсахэм щыщу сыт хуэдэм лъабжьэ ищІу къэкІын щІидзэнуми. (Къеджэ Экклезиаст 11:6.) Зи ныбжьыр илъэс 80-м щІигъуа ди шыпхъу Ба́рбарэ и щапхъэм ар къегъэлъагъуэ. Абы зэпымыууэ телефонкІэ икІи письмокІэ хъыбарыфІыр егъэІу. Зэгуэр абы итха письмохэм щыщ зыр зэхуэсым хагъэкІауэ щыта зэщхьэгъусэхэм къаІэрыхьащ. Ди шыпхъум конвертым дилъхьат 2014-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэр». А журналым итт «Что для вас сделал Бог» жыхуиІэ статьяр. Зэщхьэгъусэхэр а журналым къытрагъэзэжурэ мызэ-мытІэу еджащ. ЛІым къыщыхъут Иеговэ абы къепсалъэ хуэдэу. Абыхэм зэгъусэу зэІущІэхэм кІуэуэ щІадзэжащ икІи зэхуэсым зэрыхагъэкІрэ илъэс 27-м щІигъу дэкІами, Иеговэ хуэлажьэу щІадзэжащ! Барбарэ и зы письмо закъуэм къихьа фІыгъуэхэр къыщищІам щыгъуэ, абы иІа гуфІэгъуэр фи нэгу къыщІэвгъэхьэт. А Іуэхугъуэм ди шыпхъур хуабжьу игъэгушхуащ!

Четыре способа, как Иегова дает нам силы. Объяснение приводится в абзацах 9—14.

Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ къегъэсэбэп: 1) тхьэлъэІур, 2) Библиер, 3) ди къуэш, ди шыпхъухэр икІи 4) хъыбарыфІ гъэІуныр. (9, 10, 12, 14-нэ абзацхэм феплъ.)

18. Сыт дэ тщІэн хуейр, Иеговэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ?

18 Мы статьям къызэрыщытщІащи, Иеговэ Іэмал зыбжанэкІэ къыддэІэпыкъуфынущ. Псалъэм папщІэ, а Іэмалхэм хохьэ тхьэлъэІур, Библиер, ди къуэш, ди шыпхъухэр икІи хъыбарыфІ гъэІуныр. Ахэр къэдгъэсэбэпмэ, дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ къыддэІэпыкъуну зэрыхуейм икІи апхуэдэ зэфІэкІ абы зэриІэм шэч къызэрытедмыхьэр. Уафэм щыІэ ди Адэм сыт щыгъуи дзыхь хуэдвгъэщІ, ар «и къарумкІэ зи гур етауэ хуэлажьэхэм дэІэпыкъуну» хьэзырщ (2 Лет. 16:9).

КЪАРУ ЗЭДГЪЭГЪУЭТЫН ЩХЬЭКІЭ ДАПХУЭДЭУ КЪЫЗЭРЫДДЭІЭПЫКЪУР:

  • тхьэлъэІумрэ Библиемрэ?

  • ди къуэш, ди шыпхъухэр?

  • хъыбарыфІ гъэІуныр?

61-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэт, Иеговэ и Щыхьэтхэ!

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b Дыщыпсэу зэманыр гугъущ, ауэ Иеговэ дэ къыддоІэпыкъу гъэунэхуапІэхэм дыпэлъэщыну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ Иеговэ апостол Паулрэ Тимофейрэ дапхуэдэу ядэІэпыкъуауэ щытами. Апхуэдэ дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ ахэр адэкІи Алыхьым пэжу хуэлэжьащ, яІа гугъуехьхэм емылъытауэ. Абы нэмыщІ зэпкърытхынущ Иеговэ дэ къызэрыддэІэпыкъу Іэмалхэм щыщу плІы.

c СУРЭТЫР. Паул и унэм къыщІэкІыну хуимыту Рим къалэм щыщыІам щыгъуэ, зэхуэсхэм письмохэр яхуитхт икІи абы и деж къакІуэхэм хъыбарыфІыр яжриІэт.

d СУРЭТЫР. Тимофей зэхуэсхэм макІуэ икІи абыхэм хэт къуэш, шыпхъухэр егъэгушхуэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын