СТАТЬЯР 26
Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырын лэжьыгъэм фыхэтыфыну?
«Езым игъуэу илъытэ Іуэхухэм фахуеинуи влэжьынуи лъэкІыныгъэ къывэзытыр Тхьэращ» (ФЛП. 2:13).
64-НЭ УЭРЭДЫР ДыгуфІэу гъавэр Іудохыж
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Сыт уэ Иеговэ къыпхуищІар?
ДАПХУЭДЭУ уэ Иеговэ и Щыхьэт узэрыхъуар? ЯпэщІыкІэ уэ Библием ит хъыбарыфІыр зэхэпхащ. Ар уэ уи адэ-анэм, къыбдэлажьэм, къыбдеджэ гуэрым къыбжиІауэ е Иеговэ и Щыхьэтхэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуу зэхэпхауэ къыщІэкІынщ (Мк. 13:10). ИужькІэ зыгуэрым Библием уригъэджэн щхьэкІэ зэманрэ къару куэдрэ къыптригъэкІуэдауэ къыщІэкІынщ. Библиер щыбджым уэ Иеговэ фІыщэу плъагъуу ухъуащ икІи уэ Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъумкІэ фІэщхъуныгъэ быдэ уиІэ хъуащ. Иеговэ уэ пэжыр къыпхузэІуихащ икІи Хьисэ и лъэужь урикІуэн щІэбдзэри, гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуну Іэмал уиІэ хъуащ (Ин. 6:44). ДауикІ, уэ Иеговэ фІыщІэшхуэ хубощІ уи гъусэу Библие иджыну зыгуэр хуигъэушу и лэжьакІуэ ухъуну Іэмал къызэрыуитам щхьэкІэ.
2. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
2 Аращи, дэ пэжыр къэтщІауэ гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ гъуэгум дытетщ. Иеговэ дэ пщІэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэ къыдитащ — а гъуэгум къытехьэну нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну. Языныкъуэхэм унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр ягъэІуну яфІэфІщ, ауэ зыгуэрым и гъусэу Библие джын щІадзэу, ар ирагъэкІуэкІын мэшынэ. Фэ апхуэдэ шынэ фиІэмэ, мы статьям ит гупсысэхэр къывдэІэпыкъуну къыщІэкІынщ. Дэ дытепсэлъыхьынущ Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну сытым дыхуигъэушми. Абы нэмыщІ деплъынущ цІыхур Библие ирагъэджэну языныкъуэхэр щІытемыгушхуэм и щхьэусыгъуэхэм икІи абыхэм сыт къадэІэпыкъуфынуми къэтщІэнущ. Ауэ япэщІыкІэ девгъэплъ хъыбарыфІыр зыгъэІу закъуэу дыщымыту, егъэджакІуэуи дыщытын щІыхуейм и щхьэусыгъуэм.
ХЬИСЭ КЪЫДЖИІАЩ ХЪЫБАРЫФІРИ ДГЪЭІУНУ ЦІЫХУХЭРИ ЕДГЪЭДЖЭНУ
3. Сыт дэ хъыбарыфІыр щІэдгъэІур?
3 Хьисэ и гъэсэнхэм ярита къалэным ІуэхугъуитІ хыхьэт. Япэрауэ, абыхэм унафэ яхуищІащ Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр ягъэІуну икІи ар абыхэм дапхуэдэу ящІынуми яригъэлъэгъуащ (Мт. 10:7; Лк. 8:1). Ауэ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІат хъыбарыфІыр псоми къызэрамыщтэнур (Лк. 9:2—5). Абы иджыри жиІащ и гъэсэнхэм хъыбарыфІыр щІылъэ псом зэрыщагъэІунур икІи ар лъэпкъ псоми зэрызэхахынур (Мт. 24:14; Апост. 1:8). Хьисэ и гъэсэнхэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэмрэ абы ищІэнумрэ теухуауэ цІыхухэм жраІэн хуейт, ахэр къедаІуэми къемыдаІуэми.
4. Маттэ 28:18—20 зэритымкІэ, Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр зэрыдгъэІум нэмыщІ сыт иджыри тщІэн хуейр?
4 ЕтІуанэрауэ, Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ езым жиІа «псори ягъэзащІэу» ирагъаджэ цІыхухэр ирагъэсэну. Языныкъуэхэм я гугъэщ а къалэныр Хьисэ зритар япэ лІэщІыгъуэм псэуа и гъэсэнхэрауэ. Ауэ ар апхуэдэу щыткъым. Хьисэ ІупщІу къыдгуригъэІуащ хъыбарыфІ гъэІуныр икІи и гъэсэнхэр гъэхьэзырын лэжьыгъэр ди зэманым къэсыху зэрекІуэкІынур — «дунейм и кІэухым нэсыху». (Къеджэ Маттэ 28:18—20.) Хьисэ а унафэр щыжиІар «къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм» закъыщригъэлъэгъуам щыгъуэу къыщІэкІынущ (1 Кор. 15:6). Апокалипсис тхылъым къыхощ Хьисэ и гъэсэн псори цІыхухэм ядэІэпыкъун зэрыхуейр Иеговэ къацІыхун щхьэкІэ (Апок. 22:17).
5. ХъыбарыфІ гъэІунымрэ Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырынымрэ зэрызэпхар Паул дауэ щапхъэкІэ къигъэлъэгъуа? (1 Коринф 3:6—9).
5 Апостол Паул Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырыныр иригъэщхьащ къэкІыгъэр хэпсэу къызэрыбгъэкІым. А щапхъэм къегъэлъагъуэ жылэ хэпсэн закъуэр мащІэу зэрыщытыр. Паул езымрэ Аполлосрэ губгъуэм щылажьэ лэжьакІуэхэм зригъапщэу мыпхуэдэу итхащ: «Сэ жылэхэр хэссащ, Аполлос псы щІигъэлъэдащ». Коринф цІыхухэм щхьэкІэ «фэ Тхьэм и хьэсэм фыхуэдэщ» жиІащ. (Къеджэ 1 Коринф 3:6—9.) «Дэ дызэгъусэу Тхьэм» дыхуэлажьэу хъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ жылэ хэтсэ закъуэу аракъым, атІэ Библием цІыхур щедгъаджэкІэ псыи щІыдогъэлъадэ (Ин. 4:35). Ауэ дэ къыдгуроІуэ пэжым и жылэр къэзыгъэкІыр Алыхьырауэ зэрыщытыр. Аращ цІыхухэр зэзышалІэр.
6. Библием езыгъаджэхэм сыт хуэдэ къалэн я пщэ дэлъ?
6 Мыухыж гъащІэ къозыт пэжыр къэзыщтэну хуейхэр дэ къыдолъыхъуэ (Апост. 13:48). Ахэр Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ абыхэм дадэІэпыкъун хуейщ: 1) пэжыр къагурыІуэну, 2) ар я фІэщ ящІыну, 3) Библием иту къащІэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну (Ин. 17:3; Кол. 2:6, 7; 1 Фес. 2:13). Библием ирагъаджэ цІыхур Иеговэ гъунэгъу хуэхъуну зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыри дэІэпыкъуфынущ. Псалъэм папщІэ, ахэр зэІущІэхэм къыщекІуалІэм деж гуапэу къыдогъэблагъэ икІи лъагъуныгъэ зэрыгъэлъэгъуэн хуейм теухуауэ щапхъэ идогъэлъагъу (Ин. 13:35). Ауэ цІыхур Библием езыгъаджэм зэманрэ къару куэдрэ тригъэкІуэдэн хуей мэхъу иригъаджэм хэлъ хьэл мыхъумыщІэхэмрэ гупсысэкІэ Іейхэмрэ зыхинэн щхьэкІэ (2 Кор. 10:4, 5). ЦІыхум а лъэбакъуэхэр ичу, псым зыщІигъэуэну хьэзыр хъун щхьэкІэ мазэ бжыгъэ куэд текІуэдэнкІэ хъунущ, ауэ абы къару епхьэлІэну хуэфащэщ!
ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНХЭР ДГЪЭХЬЭЗЫРЫНУ ДЫХУЭЗЫГЪЭУШЫР ЛЪАГЪУНЫГЪЭРАЩ
7. ХъыбарыфІыр дгъэІуну икІи Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну сыт дыхуэзыгъэушыр?
7 ХъыбарыфІыр дгъэІуну икІи Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырыну сыт дыхуэзыгъэушыр? Япэрауэ, ар Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэращ. Гурэ псэкІэ хъыбарыфІыр бгъэІумэ икІи Хьисэ и гъэсэнхэр бгъэхьэзырмэ, уэ къыбогъэлъагъуэ Алыхьыр фІыуэ зэрыплъагъур (1 Ин. 5:3). Егупсысыт: хъыбарыфІыр унэ-унэкІэ бгъэІуну Иеговэ ухуиІэ лъагъуныгъэм ухуигъэушащ. А унафэр бгъэзэщІэну уи дежкІэ тыншу щытауэ пІэрэ? Щытауэ къыщІэкІынукъым. ХъыбарыфІыр бгъэІуу япэ дыдэу унэм ущыІухьам узэрыгузэвар пщІэжу пІэрэ? ДауикІ, бощІэж! Ауэ хъыбарыфІыр дгъэІуну унафэ къытхуэзыщІар Хьисэу зэрыщытыр уэ къыбгурыІуэти, абы жиІэр бгъэзэщІащ. Зэман дэкІа иужь а лэжьыгъэм ухэтыну нэхъ тынш хъуауэ къыщІэкІынущ. Хьисэ и гъэсэнхэр зэрыдгъэхьэзырын хуейм сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыуитрэ? Зыгуэр Библием зэребгъэджэным ущегупсысым деж угузавэу пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, Иеговэ елъэІу а гурыщІэм упэлъэщу, цІыхур Библием ебгъэджэн щІэбдзэну утегушхуэн щхьэкІэ къару къыуитыну. Абы щыгъуэ Иеговэ уэ къыбдэІэпыкъунущ Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырын лэжьыгъэм гукъыдэж уиІэу нэгъэсауэ ухэтыну.
8. Марк 6:34 зэритымкІэ, цІыхухэр пэжым хуедгъэджэну сыт иджыри дыхуэзыгъэушыр?
8 ЕтІуанэрауэ, дэ цІыхухэм худиІэ лъагъуныгъэм дыхуегъэуш ахэр пэжым хуедгъэджэну. Хьисэрэ и гъэсэнхэмрэ хъыбарыфІыр махуэ псом ягъэІуауэ къэхъуа зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Ахэр хуабжьу езэшауэ, зыщагъэпсэхун щІыпІэм щыкІуэм щыгъуэ цІыху гупышхуэ абыхэм къапежьащ. Ахэр Хьисэ щилъагъум, игу ящІэгъури «Іуэхугъуэ куэд яригъащІэу щІидзащ». (Къеджэ Марк 6:34.) Хьисэ ищІам къыхэщащ ар псэемыблэжу зэрыщытар. Сыт абы апхуэдэу щІищІар? Хьисэ а цІыхухэм я пІэ зригъэуващ. Абыхэм гугъапІэ зэрамыІэр икІи гугъу зэрехьыр абы илъэгъуати, ядэІэпыкъуну гукъыдэж иІэ хъуащ. Ноби цІыхухэм я Іуэхур зыкІи нэхъыфІкъым. Абыхэм ехъулІэныгъэ яІэу уегупсысу уи щхьэр къомыгъэпцІэж. Пэжыр жыпІэмэ, ахэр, мэлыхъуэ зыпэрымыт мэл хъушэм хуэдэу, дэІэпыкъуэгъуншэ дыдэщ. Апостол Паул апхуэдэ цІыхухэм щхьэкІэ итхауэ щытащ абыхэм гугъэ ямыІэу, Тхьэр ямыщІэу мы дунейм зэрытетар (Еф. 2:12). Ахэр кІуэдыпІэм хуэзышэ гъуэгум ирикІуэу аращ! (Мт. 7:13). Уи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм Алыхьым теухуа хъыбарыфІыр зэхахын щІыхуейм уегупсысмэ, лъагъуныгъэмрэ гущІэгъумрэ ухуагъэушынущ абыхэм уадэІэпыкъуну. ИкІи ар зэрыпщІ хъуну Іэмал нэхъыфІ дыдэу щыІэр — Библиер я гъусэу бджыныращ.
9. Филиппи 2:13 зэритымкІэ, Иеговэ дауэ къызэрыбдэІэпыкъуфынур?
9 Уэ цІыхухэр Библием ебгъэджэн щІэбдзэну утемыгушхуэу къыщІэкІынущ, ар зэребгъэкІуэкІынумрэ абы зэрызыхуэбгъэхьэзырынумрэ зэман куэд тебгъэкІуэдэн хуей зэрыхъуным щхьэкІэ. Абы укъигъэувыІэу щытмэ, Иеговэ уи гурыщІэхэр жеІэ. Абы елъэІу Библием ебгъэджэн цІыху къэплъыхъуэну гукъыдэж къыуитыну. (Къеджэ Филиппи 2:13.) Библием итщ Алыхьыр зэрыхуейм тету делъэІумэ, абы ди тхьэлъэІухэр зэрызэхихыр (1 Ин. 5:14, 15). Аращи, шэч къытомыхьэ Хьисэ и гъэсэнхэр бгъэхьэзырыну гукъыдэж Иеговэ къызэрыуитынум.
НЭГЪУЭЩІ ГУГЪУЕХЬХЭМ ДАУЭ ДЫПЭЛЪЭЩЫНУ?
10, 11. Сыт языныкъуэхэр щІытемыгушхуэр зыгуэр Библием ирагъэджэну?
10 Дэ цІыхухэр Библием ит пэжым хуедгъэджэну диІэ къалэным мыхьэнэшхуэ идот. Ауэ дызэрыхуейм хуэдизкІэ абы дыхэтыну зэран къытхуэхъу гугъуехь куэдми дыпэщІохуэ. Иджыпсту а гугъуехьхэм щыщ зыбжанэм деплъынщи, абыхэм дызэрыпэлъэщ хъуным дытепсэлъыхьынщ.
11 Ди Іуэхур зыІутым къыхэкІкІэ дызыхуейм хуэдиз тхуэщІэкъым. Языныкъуэ ди къуэш, ди шыпхъухэм я ныбжьыр хэкІуэтащ е узыншагъэ тэмэм яІэкъым. Уэри абыхэм уащыщмэ, COVID-19 пандемием дызыхуригъэсам егупсыс. КъызэрыщІэкІымкІэ, Библие джыныр телефонкІэ е интернеткІэ фІыуэ ебгъэкІуэкІыфынущ. Аращи, зыгуэр Библием ебгъэджэн щІэбдзэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу унэм укъыщІэкІын хуейкъым. Абы нэмыщІ языныкъуэ цІыхухэм Библиер яфІэфІу яджынут, ауэ дэ хъыбарыфІыр щыдгъэІу зэманым ахэр хущІыхьэкъым. Ахэр пщэдджыжьым жьыуэ е пщыхьэщхьэм гувауэ нэхъ хущІохьэ. Абыхэм нэхъ щафІэтынш зэманым зытебгъэхуэфыну пІэрэ? Псалъэм папщІэ, Хьисэ Никодим жэщым иригъаджэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы а зэманым еджэну нэхъ къищтэт (Ин. 3:1, 2).
12. ЦІыхур едгъэджэну тегушхуэныгъэ сыт къыдэзытынур?
12 ЦІыхур Библием тхуемыгъэджэфыну къытщохъу. Дэ дегупсысынкІэ хъунущ нэгъуэщІхэр едгъэджэн щхьэкІэ щІэныгъэ куэд зэдгъэгъуэтын е егъэджакІуэ Іэзэу дыщытын хуейуэ. Уэри апхуэдэу уегупсысмэ, тегушхуэныгъэ къозытын мы Іуэхугъуищыр уигу къэгъэкІыж. Япэрауэ, нэгъуэщІхэр ебгъэджэну пхузэфІэкІыну Иеговэ къелъытэ (2 Кор. 3:5). ЕтІуанэрауэ, «уафэми щІылъэми тепщэныгъэ псори щызиІэ» Хьисэщ а къалэныр къозытар (Мт. 28:18). Ещанэрауэ, Иегови, ди къуэш, ди шыпхъухэри къыбдэІэпыкъуну ущыгугъ хъунущ. Иеговэ Хьисэ хуригъэсауэ щытащ абы сыт жиІэнуми, сытым хуригъэджэнуми. Дэри Иеговэ дегъасэ (Ин. 8:28; 12:49). Абы нэмыщІ цІыхур Библием евгъэджэн щІэвдзэу, ар евгъэкІуэкІыну къывдэІэпыкъуфынущ фи гупым щыщ зэхуэсым и нэхъыжьыр, ехъулІэныгъэ иІэу хъыбарыфІыр зыгъэІу е пионеру лажьэ ди къуэш, ди шыпхъухэр. Абыхэм цІыхур Библием щрагъаджэкІэ фыкърагъэблэгъэну фелъэІу. Ар къывдэІэпыкъунущ фэри а Іуэхум фытегушхуэну.
13. Зэредгъаджэ щІыкІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэхэм зедгъэсэн щІыхуейр сыт?
13 ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмалхэмрэ Іэмэпсымэхэмрэ захъуэжащ. Библием зэредгъаджэ щІыкІэм зихъуэжащ. Иджы ар зэредгъэкІуэкІ Іэмэпсымэ нэхъыщхьэр «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъыращ. Библие джыным зэрызыхуэдгъэхьэзырми ар зэредгъэкІуэкІ щІыкІэми захъуэжащ. А тхылъым и зэхэлъыкІэм и фІыгъэкІэ абзац къеджэным тедгъэкІуадэу щыта зэманыр темэр зэпкърыхыным тыдогъэкІуадэ. Дэ зыгуэр Библием щедгъаджэм деж JW Library® приложениемрэ ди сайтым ит видеороликхэмрэ материалхэмрэ къыдогъэсэбэп. Мы Іэмэпсымэхэр фІыуэ иджыри къыфхуэмыгъэсэбэпмэ, зыгуэр къывдэІэпыкъуну фелъэІу. Пэжщ, узэмыса Іэмалхэр къэбгъэсэбэпу щыщІэбдзэм деж тыншкъым. Ауэ Иеговэрэ, ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ я дэІэпыкъуэгъум и фІыгъэкІэ а Іэмалхэм зебгъэсэфынущ икІи Библием щебгъаджэкІэ ахэр уи фІэфІу къэбгъэсэбэпу хъунущ. Зы пионер гуэрым зэрыжиІамкІэ, а тхылъымкІэ «цІыхур Библием щебгъаджэкІэ ирагъаджэм дежи езыгъаджэм дежи ар куэдкІэ нэхъ гъэщІэгъуэн хъуащ».
14. Ущыпсэу щІыпІэм цІыхур хъыбарыфІым къемыдаІуэу щытмэ, сыт зыщыбгъэгъупщэн хуэмейр икІи 1 Коринф 3:6, 7 мыхьэнэшхуэ зиІэ сыт хуэдэ гупсысэ ит?
14 ЦІыхухэр хъыбарыфІым къыщемыдаІуэм деж. Фэ фыщыпсэу щІыпІэм цІыхухэр хъыбарыфІым къемыдаІуэу е къыфпэщІэувэу къыщІэкІынщ. Апхуэдэм деж фи Іэр евмыхьэхыну сыт къывдэІэпыкъунур? Зыщывмыгъэгъупщэ, мы дуней зэхэзэрыхьам цІыхум и Іуэхур зыІутым псынщІэу зихъуэжыфынущ. Абы къыхэкІкІэ цІыхур хъыбарыфІым емыдаІуэу щытами, иужькІэ ар ифІэгъэщІэгъуэн хъууэ къывэдэІуэнкІэ хъунущ (Мт. 5:3). Ди тхыгъэхэр къэзыщтэн зымыдэу щыта цІыхухэми Библиер джын щыщІадзэ щыІэщ. Дэ дощІэ гъавэр зейр Иеговэу зэрыщытыр (Мт. 9:38). Ар къыдолъэІу пэжым и жылэр хэтсэу псы щІэдгъэлъэдэну, ауэ ар къэзыгъэкІыр езы Иеговэщ (1 Кор. 3:6, 7). Дэ цІыху гуэр Библием едгъэджэн зэкІэ щІэдмыдзэфми, Иеговэ зэплъыр журнал дгуэшымрэ едгъаджэ цІыхумрэ я бжыгъэракъым, атІэ а Іуэхум къару етхьэлІэращb. Сыту гуапэ ар пщІэну!
ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНХЭР ГЪЭХЬЭЗЫРЫНЫМ ГУФІЭГЪУЭ ХЭХ
ЦІыхухэм хъыбарыфІыр яжетІэу, пэжым зэрыхуедгъаджэм и фІыгъэкІэ абыхэм я гъащІэм зехъуэж (15—17-нэ абзацхэм феплъ.)c
15. ЦІыхум Библиер иджын щІидзэу къищІам тету щыпсэум деж Иеговэ зыхищІэр сыт?
15 Иеговэ мэгуфІэ цІыхум пэжыр къищтэу абыкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэн щыщІидзэм деж (Прит. 23:15, 16, Гъэсэпэтхыдэхэр). Иеговэ и лъэпкъым щеплъым деж сыт хуэдэ гушхуэныгъэ зыхищІэми егупсысыт. Псалъэм папщІэ, пандемие къекІуэкІым емылъытауэ, 2020-нэ служебнэ гъэм цІыху 7 705 765 Библием ирагъэджащ икІи цІыху 241 994 я гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэри псым зыщІагъэуащ. Абыхэми нэгъуэщІ цІыхухэр Библием ирагъаджэу Хьисэ и гъэсэнхэр ягъэхьэзыру хъунущ (Лк. 6:40). Зыщывмыгъэгъупщэ: Хьисэ и гъэсэнхэр щыдгъэхьэзырым деж Иеговэ догъэгуфІэ.
16. Сыт хуэдэ мурад зыхуэдгъэувыж хъунур?
16 ЦІыхум Иеговэ фІыуэ илъагъуу хъуну икІи Хьисэ и лъэужь иувэну удэІэпыкъуну тыншкъым. Ауэ уафэм щыІэ ди Адэ лъапІэм дэІэпыкъуэгъуншэу дыкъигъэнэнукъым. Мурад зыхуэбгъэувыжыфыну пІэрэ зы цІыху нэхъ мыхъуми Библием ебгъэджэн щІэбдзэну? Іэмал уиІэ хъуху, цІыхум Библиер иджыну хуейрэ хуэмейрэ уеупщІмэ, абы къыпэкІуэну фІыгъуэр бгъэщІэгъуэнкІэ хъунущ. Шэч хэмылъу, а Іуэхум къару зэретхьэлІэм щхьэкІэ Иеговэ и нэфІ къытщыхуэнущ.
17. ЦІыхур Библием щедгъаджэм деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэ?
17 ХъыбарыфІыр бгъэІуным икІи пэжым цІыхухэр хуебгъэджэным сыту пщІэшхуэ пылъ! А лэжьыгъэм ущыхэтым деж гуфІэгъуэшхуэ зыхыбощІэ! Фессалоникэ дэс куэдым Хьисэ и лъэужь иувэну дэІэпыкъуа апостол Паул мыпхуэдэу жиІащ: «ДызыгъэгуфІэри дызыпэплъэ ди ІыхьэфІыр диІэ зэрыхъуным дыщызыгъэгугъри фэракъэ? ТекІуэныгъэр къызэрытхьар къэзыгъэлъагъуэ тажу, Зиусхьэн Хьисэ къыщыкІуэжыну махуэм абы и пащхьэм дыщызэрыпэгэнур фэракъэ? Пэжщ ар, ди щІыхьышхуэри ди гуфІэгъуэри къызыбгъэдэкІыр фэращ» (1 Фес. 2:19, 20; Апост. 17:1—4). Ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр Паул и псалъэхэм арэзы тохъуэ. И щхьэгъусэр и гъусэу цІыху куэдым псым зыщІагъэуэну дэІэпыкъуа ди шыпхъу Сте́фани жеІэ: «ЦІыхум и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэну удэІэпыкъуным нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэшхуэ щыІэкъым».
57-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс
a Иеговэ къалэн тхуищІар хъыбарыфІыр дгъэІун закъуэкъым, атІэ цІыхухэр едгъэсэн хуейщ Хьисэ унафэ къытхуигъэувахэри ягъэзэщІэну. ЦІыхур Библием едгъэджэну гукъыдэж диІэн щхьэкІэ сыт къыддэІэпыкъунур? Хьисэ и гъэсэнхэр щыдгъэхьэзыркІэ сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэрэ икІи сыт къыддэІэпыкъунур а гугъуехьхэм дыпэлъэщыну? Мы упщІэхэм иджыпсту дегупсысынщ.
b Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырыным щыдгъэзащІэ къалэным теухуауэ 2021-нэ гъэм гъатхэпэ мазэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ита «Зэхуэсым щыщхэр Библиер зыджхэм псым зыщІагъэуэну зыхуагъэхьэзырыну дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?» жыхуиІэ статьям къыщыпщІэфынущ.
c СУРЭТЫР. ЦІыхухъум Библие зэриджым и фІыгъэкІэ и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хелъхьэ. Абы Иеговэ щимыцІыхум щыгъуэ и гъащІэм мыхьэнэ имыІэу къыщыхъут. ИужькІэ ар Иеговэ и Щыхьэтхэм хуэзэри, Библиер джын щІидзащ. КъищІа щІэныгъэхэм ар хуагъэушащ и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщІигъэуэну. Зэман дэкІа иужь абы цІыхухъу гуэр Библием иригъаджэу щІидзащ. ИкІэм-икІэжым ахэр гуфІэу жэнэт хъужа дунеищІэм зэгъусэу щыІэщ.