19 СТАТЬЯР
Хьисэ и гъуэгу урикІуэну зыри зэран зыхуомыгъэхъу!
«Мамырыгъэр я куэдщ уи хабзэр фІыуэ зылъагъухэм, ахэр зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыІэкъым» (Пс. 119:165).
122-НЭ УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэту быдэу фыщыт
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Зы тхакІуэ гуэрыр сыт хуэдэ гупсысэм къыхуэкІуа икІи мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
НОБЭ мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм Хьисэ я фІэщ хъууэ жаІэ, ауэ абы зыхуригъаджэу щытам тету ахэр псэукъым (2 Тим. 4:3, 4). Зы тхакІуэ гуэрыр мыпхуэдэ гупсысэм къыхуэкІуащ: «Ди зэманым „нэгъуэщІ“ Хьисэ къэкІуамэ икІи япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ зыхуригъэджам абыи хуригъаджэу щытамэ, илъэс минитІ ипэ псэуа цІыхухэм хуэдэу дэри ар ІэщІыб тщІыну къыщІэкІынт».
2 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа цІыхухэм Хьисэ зыхуригъаджэр зэхахат икІи Іуэху телъыджэ илэжьахэри ялъэгъуат, ауэ, абы емылъытауэ, ар я фІэщ хъуакъым. Апхуэдэу щІэхъуам и щхьэусыгъуиплІ дэ мыбы ипэ дджа статьям щызэпкърытхащ, мы статьями иджыри плІы щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дэ дытепсэлъыхьынущ нобэ цІыхухэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щІемыдаІуэм и щхьэусыгъуэм икІи ди фІэщхъуныгъэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунуми къэтщІэнущ.
1. ХЬИСЭ ЦІЫХУ ЗЭХЭГЪЭЖ ИЩІТЭКЪЫМ
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ хъуну сыт зэран къахуэхъуар? Ар гуэныхьыщІэу ябжхэм яригъусэт. Ди зэманми апхуэдэу къызэрыхъур Хьисэ и лъэужь иувэну куэдым сыт зэран къащІыхуэхъур? (3-нэ абзацым феплъ.)b
3. Языныкъуэ цІыхухэм Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуар сыт?
3 Хьисэ щІылъэм щытетам щыгъуэ цІыху зэхэгъэж ищІтэкъым. Ар цІыху къулейхэм икІи зэфІэкІ зиІэхэм я унэхэм щышхэт, ауэ абы иджыри цІыху тхьэмыщкІэхэмрэ дэІэпыкъуэгъу зимыІэхэмрэ зэман куэд тригъэкІуадэт. Абы нэмыщІ Хьисэ гуэныхьыщІэу къалъытэ цІыхухэм гущІэгъу яхуищІт. Абы щхьэкІэ цІыху пагэхэм ар я фІэщ ящІын ядэтэкъым. Зэгуэр ахэр абы и лъэужь ирикІуэхэм еупщІат: «Хьэкътын ахъшэр хэзыххэмрэ гуэныхь зыщІэхэмрэ сыт фащІыдэшхэ-фащІыдефэр?» Хьисэ абыхэм жэуап яритащ: «Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атІэ сымаджэхэращ... Щыпкъагъэ зигу илъ цІыхухэр къезджэн папщІэкъым сыкъыщІэкІуар, атІэ гуэныхь зыщІэхэр я гуэныхьхэм хущІегъуэжыным къыхуезджэн щхьэкІэщ» (Лк. 5:29—32).
4. Бегъымбар Ешайа и тхылъым зэритымкІэ, Мэссихьым теухуауэ журтхэр сытым щыгъуазэу щытын хуейт?
4 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Бегъымбар Ешайа итхауэ щытат цІыхухэм Мэссихьыр ІэщІыб зэращІынур. Хьисэ щІылъэм къэкІуэным зэман куэд иІэу Ешайа Мэссихьым теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр итхащ: «ЦІыхухэм абы нэмыплъ иратт икІи зэрапэстэкъым... Дэ ди нэхэр етхьэкІт абы и нэгум димыплъэн щхьэкІэ. Абы нэмыплъ иратт икІи дэ ар дгъэпудт» (Ис. 53:3). Япэ лІэщІыгъуэм псэуа журтхэм ящІэт цІыхухэм Мэссихьым нэмыплъ зэрыратынум теухуауэ Ешайа итха псалъэхэр. Абы къыхэкІкІэ куэдым Хьисэ я фІэщ зэрымыхъур абыхэм ягъэщІэгъуэн хуейтэкъым.
5. ЦІыху куэдыр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
5 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. Дин пашэ куэдым къулейхэр, зэфІэкІ зиІэхэр икІи щІэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъу къалъытэ цІыхухэр яфІэфІу я диным хагъэхьэ. ИкІи абыхэм я дуней тетыкІэр Алыхьым и хабзэхэм зэрытемыхуэм щхьэкІэ ахэр зыхагъэхьэн къагъанэкъым. Ауэ Иеговэ гурэ псэкІэ хуэлажьэ икІи и хабзэхэм тету псэу цІыхухэр абыхэм Іумпэм ящІ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мы дунейм и еплъыкІэкІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэр зыри иримыщІысу къалъытэ. Паул зэрыжиІащи, «зэрамыпэс цІыхухэри Тхьэм къыхихащ» (1 Кор. 1:26—29). Ауэ Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр псори лъапІэу елъытэ, цІыхухэр абыхэм дапхуэдэу хущымытми.
6. Хьисэ и лъэужь дрикІуэну Маттэ 11:25, 26 ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур?
6 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? (Къеджэ Маттэ 11:25, 26.) Мы дунейм щыщ цІыхухэр Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэреплъыр зэран зыхуомыгъэхъу. Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ и Іэмырыр ягъэзэщІэну цІыху Іэдэбхэм нэмыщІ зыми хуигъэфащэкъым (Пс. 138:6). Мы дунейм акъылыфІагъэ зимыІэу икІи Іущагъ зыхэмылъу къалъытэ цІыхухэр къигъэсэбэпу Алыхьым дапхуэдиз ищІами егупсыс.
2. ХЬИСЭ ЕПЛЪЫКІЭ НЭПЦІХЭР КЪЫЩІИГЪЭЩТ
7. Хьисэ фарисейхэм щхьэкІэ «бзитІщхьитІхэ» щІыжиІар сыт икІи ар абыхэм дауэ къазэрыщыхъуар?
7 Хьисэ и зэманым щыІа Иеговэ ифІэмыфІ хабзэхэр лІыгъэ хэлъу къыщІигъэщт. Псалъэм папщІэ, абы псоми зэхахыу фарисейхэм я фэрыщІагъым теухуауэ жиІэт. Абыхэм адэ-анэм кІэлъыплъыжыным нэхърэ Іэ тхьэщІыным нэхъ мыхьэнэшхуэ иратт (Мт. 15:1—11). Хьисэ и псалъэхэр и гъэсэнхэм ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынщ, абы къыхэкІкІэ ахэр Хьисэ еупщІащ: «Фарисейхэм а жыпІахэр зэхаха нэужь, я гум мыхъун къызэрырагъэхьар пщІэрэ?» Хьисэ абыхэм жэуап яритыжащ: «Си Адэу уафэм щыІэм химыса дэтхэнэ къэкІыгъэри лъабжьэкІэ къыхатхъыжынущ... Абыхэм я ужь фикІ. Мы фарисейхэр цІыху нэфхэм я нэф пашэхэщ. Зы нэфыр адрей нэфым гъуазэ хуэхъумэ, тІури мащэм ихуэнущ» (Мт. 15:12—14). Хьисэ и псалъэхэм дин пашэхэр къызэригъэгубжьым емылъытауэ, абы пэжыр жиІэн щигъэтакъым.
8. Диным зыхуригъаджэ псори Алыхьым къызэримыщтэр Хьисэ дауэ къызэрыдгуригъэІуар?
8 Абы нэмыщІ диным зыхуригъаджэ пцІыхэр Хьисэ къыщІигъэщт. Абы зэи жиІакъым диным зыхуригъаджэ псори Алыхьым къищтэу. АтІэ Хьисэ жиІэт кІуэдыпІэм хуэзышэ гъуэгушхуэм куэдыр зэрырикІуэнур, ауэ гъащІэм ухуэзышэ гъуэгу бгъузэм тетынухэр мащІэу зэрыщытынур (Мт. 7:13, 14). Языныкъуэ цІыхухэр Алыхьым хуэлажьэу жаІэ пэтми, ар апхуэдэу зэрыщымытыр Хьисэ мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуащ: «Бегъымбар нэпцІхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Іэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукІэ дыгъужь хъунщІакІуэхэм хуэдэу фи деж къокІуэ... А цІыхухэр зыхуэдэр ялэжь ІуэхухэмкІэ къэфщІэнущ» (Мт. 7:15—20).
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ хъуну сыт зэран къахуэхъуар? Абы диным зыхуригъаджэ пцІымрэ абы пыщІа хабзэхэмрэ къыщІигъэщт. Ди зэманми апхуэдэу къызэрыхъур Хьисэ и лъэужь иувэну куэдым сыт зэран къащІыхуэхъур? (9-нэ абзацым феплъ.)c
9. Диным зыхуригъаджэ сыт хуэдэ пцІыхэр Хьисэ къыщІигъэща?
9 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Библием щыжыІащ Мэссихьыр Иеговэ и Унэшхуэм хуэпабгъэу зэрыщытынур (Пс. 69:9; Ин. 2:14—17). А хьэл-щэным Хьисэ хуигъэушт диным зыхуригъаджэ пцІымрэ абы пыщІа хабзэхэмрэ къыщІигъэщыну. Псалъэм папщІэ, фарисейхэм я фІэщ хъут цІыхур лІа иужь абы и псэр нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ, ауэ Хьисэ хуригъаджэт лІар цІыху жейм зэребгъэщхь хъунум (Ин. 11:11). Саддукейхэм я фІэщ хъутэкъым лІахэр Алыхьым къызэригъэтэджыжынур, ауэ Хьисэ и ныбжьэгъу Лазар лІахэм къахигъэтэджыкІыжащ (Ин. 11:43, 44; Апост. 23:8). Фарисейхэм я фІэщ хъут Алыхьым псори иухауэ, ауэ Хьисэ хуригъаджэт цІыхум Алыхьым хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ езым унафэ зэрищІыфынум (Мт. 11:28).
10. Дэ зыхуедгъаджэр куэдым ягу щІримыхьыр сыт?
10 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. ЦІыху куэдым къыдэдэІуэн ядэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Библиер къэдгъэсэбэпу диным зыхуригъаджэ пцІыхэр къыщІыдогъэщ. Дин пашэхэм цІыхухэр хурагъаджэ Алыхьым гуэныхь зыщІэхэм жыхьэнмэ мафІэкІэ хьэзаб яригъэшэчу. Абыхэм а пцІыр къагъэсэбэпу езыхэр зыхуейр цІыхухэм ирагъэщІэну хэтщ. Ауэ дэ дощІэ Иеговэ цІыхухэр фІыуэ зэрилъагъур икІи жыхьэнмэ мафІэм теухуа пцІыр къыщІыдогъэщ. Абы нэмыщІ цІыхур лІа иужь абы и псэр нэгъуэщІыпІэ щыпсэууэ динхэм хурагъаджэ. Апхуэдэ еплъыкІэм мажусий диныр лъабжьэ зэрыхуэхъуар дэ дымыбзыщІу жыдоІэ. Ар пэжу щытамэ, Алыхьым цІыхухэр лІахэм къахигъэтэджыкІыжын хуей хъунутэкъым. Дин куэдым жаІэм емыщхьу, дэ Алыхьым псори зэриухар ди фІэщ хъукъым, атІэ дэтхэнэ зыми езым зыхуейр къыхихыну Іэмал зэриІэр икІи Алыхьым хуэлэжьэнрэ хуэмылэжьэнрэ унафэ зэрищІыфынур жыдоІэ. А псом дин пашэхэм ящыщ куэдыр къегъэгубжь.
11. Иуан 8:45—47 зэритымкІэ, Алыхьыр и лэжьакІуэхэм сыт яхуигъэувыр?
11 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Пэжыр фІыуэ тлъагъуу щытмэ, Алыхьым жиІэр дэ ди фІэщ хъунущ икІи абы дедэІуэнущ. (Къеджэ Иуан 8:45—47.) ШейтІаным елъытауэ, дэ пэжым лъэ быдэкІэ дытетщ икІи абы зэи дытекІынукъым (Ин. 8:44). Алыхьым и лэжьакІуэхэм яхуегъэув: «Бзаджагъэм пэІэщІэ зыфщІ, фІыгъуэм и ужь фит» (Рим 12:9). Хьисэ апхуэдэущ дунейм зэрытетар (Евр. 1:9).
3. ХЬИСЭ ГУГЪУЕХЬ ИРАГЪЭШЭЧАЩ
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ хъуну сыт зэран къахуэхъуар? Ар пкъом кІэраукІащ. Ди зэманми апхуэдэу къызэрыхъур Хьисэ и лъэужь иувэну куэдым сыт зэран къащІыхуэхъур? (12-нэ абзацым феплъ.)d
12. Хьисэ зэраукІа щІыкІэм къыхэкІкІэ сыт журт лъэпкъым щыщ куэдым ар я фІэщ ящІыну щІамыдар?
12 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа журтхэм Хьисэ я фІэщ хъуну сыт иджыри зэран къахуэхъуар? Паул жиІащ: «Мэссихьу жорым ираІулІам и хъыбару цІыхухэм едгъащІэр журтхэмкІэ гурымыхьу щытщ» (1 Кор. 1:23). Хьисэ пкъом зэрыраІулІам къыхэкІкІэ журт лъэпкъым щыщ куэдым ар я фІэщ ящІын ядакъым. Сыт щхьэкІэ? Абыхэм зэрагугъэмкІэ, Хьисэ апхуэдэ щІыкІэкІэ зэраукІам къигъэлъагъуэт ар Мэссихьу зэрыщымытыр, атІэ щІэпхъаджащІэу икІи гуэныхьыщІэу зэрыщытыр (Втор. 21:22, 23).
13. Хьисэ Мэссихьу къэзымылъыта журтхэм сыт я фІэщ ящІыну ямыдар?
13 Хьисэ Мэссихьу къэзымылъыта журтхэм ар зэрымыкъуаншэр, абы пцІы зэрытралъхьар икІи апхуэдэу хущытыну къызэримылэжьар я фІэщ ящІыну ядакъым. Хьисэ хьэкум тезыщІыхьахэм пэжыр зэхагъэкІыну хущІэкъутэкъым. Журтхэм я суд нэхъыщхьэр епІэщІэкІыу зэхуэсащ икІи Хьисэ и Іуэхур щызэпкърахым щыгъуэ хьэкумыр зэрекІуэкІын хуей хабзэм тету ирагъэкІуэкІакъым (Лк. 22:54; Ин. 18:24). ХьэкумыщІэхэм цІыху зэхэгъэж ямыщІу Хьисэ зыгъэкъуаншэхэмрэ а Іуэхум и щыхьэтхэмрэ жаІэр зэхагъэкІыным ипІэкІэ «Хьисэ укІ тралъхьэн щхьэкІэ, щыхьэт нэпцІ ягъэувыну къалъыхъуэрт». Ар къащемыхъулІам щыгъуэ, дин пашэшхуэр хьэкумыр зэрекІуэкІын хуей хабзэм ебакъуэри, Хьисэ езым пцІы зытрыригъэлъхьэжыну хэтащ (Мт. 26:59; Мк. 14:55—64). Хьисэ лІахэм къахэтэджыкІыжа иужь абы хьэкум тезыщІыхьахэм кхъэлэгъунэр зыхъума рим зауэлІхэм «ахъшэ куэд иратри» ягъэІущащ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм абы и хьэдэр ядыгъужауэ жаІэн щхьэкІэ (Мт. 28:11—15).
14. Мэссихьыр зэрылІэну щІыкІэм теухуауэ Алыхьым и Псалъэм сытыт итыр?
14 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Хьисэ щыпсэуа зэманым журт куэдыр Мэссихьыр лІэн хуейуэ зэрыщытым егупсыстэкъым, ауэ гу лъыттэнщ абы теухуауэ Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм: «Абы и гъащІэр итащ икІи ар бзаджащІэхэм хабжащ, абы цІыху куэдым я гуэныхьхэр ихьт икІи щІэпхъаджащІэхэм къащхьэщыжт» (Ис. 53:12). Абы къыхэкІкІэ Хьисэ щІэпхъаджащІэм хуэдэу щаукІам щыгъуэ журтхэм ар Мэссихьу къыщІамылъытэн щхьэусыгъуэ яІэтэкъым.
15. Иеговэ и Щыхьэтхэм жаІэр куэдым я фІэщ щІэмыхъур сыт?
15 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? ДауикІ, къохъу! Хьисэ пцІы тралъхьэри, захуагъэ хэмылъу хьэкум тращІыхьащ. Иеговэ и Щыхьэтхэри апхуэдэу къазэрыхущытым пэщІохуэ. Щапхъэ зыбжанэм дыхэплъэнщ. 1930—40-нэ гъэхэм США-м дэ Алыхьым дыхуэлэжьэну диІэ хуитыныгъэр тхъумэн щхьэкІэ мызэ-мытІэу судым зыхуэдгъэзащ. Языныкъуэ хьэкумыщІэхэм цІыху зэхэгъэж ящІу къытхущытт. Канадэм и Квебек провинцием католикхэм я члисэмрэ къэрал унафэщІхэмрэ зэгухьащ хъыбарыфІ гъэІуныр къагъэувыІэн щхьэкІэ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ цІыхухэм зэрепсалъэм щхьэкІэ Иеговэ и Щыхьэт куэдыр тутнакъым ирадзэт. Нацистхэр зи тепщэу щыт Германием ди къуэш щІалэщІэ куэд яукІауэ щытащ. Иужьрей илъэсхэм Урысейм ди къуэш, ди шыпхъу куэдыр Библием зэрытепсэлъыхьым щхьэкІэ тутнакъым ягъэтІыс икІи экстремисту къалъытэ. Уеблэмэ, ДунеищІэкІэ еджэу урысыбзэкІэ зэдзэкІа Тхыгъэ ЛъапІэри Иеговэ и цІэр зэритым щхьэкІэ экстремист тхыгъэу къалъытэхэм хагъэхьащ.
16. 1 Иуан 4:1 зэритымкІэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ жаІэ пцІыхэм дэ дыщагъэуэн щІыхуэмейр сыт?
16 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Іуэхур зэрыщытыр зэхэвгъэкІ. Іуащхьэм тету Хьисэ псалъэ щыжиІам щыгъуэ къедаІуэхэм яжриІат абыхэм яхуэмыфащэ Іей куэд цІыхухэм зэрыжаІэнур (Мт. 5:11). А пцІыр къызыбгъэдэкІыр ШейтІаныращ. Абы ди бийхэр хуегъэуш пэжыр фІыуэ зылъагъухэм я цІэр ягъэулъиину (Апок. 12:9, 10). Апхуэдэ пцІым дэ пэІэщІэ зыхуэтщІын хуейщ. Дэ абы дигъэшынэну е ди фІэщхъуныгъэр нэхъ махэ ищІыну хуит тщІы хъунукъым. (Къеджэ 1 Иуан 4:1.)
4. ХЬИСЭ И ГЪЭСЭНЫР КЪЕПЦІЫЖАЩ, И НЫБЖЬЭГЪУХЭМИ КЪАГЪЭНАЩ
ЦІыху куэдым Хьисэ я фІэщ хъуну сыт зэран къахуэхъуар? Абы Иудэ епцІыжащ. Ди зэманми апхуэдэу къызэрыхъур Хьисэ и лъэужь иувэну куэдым сыт зэран къащІыхуэхъур? (17, 18-нэ абзацхэм феплъ.)e
17. Хьисэ лІэн ипэ къэхъуа Іуэхугъуэхэм къыхэкІкІэ куэдым сыт хуэдэ гупсысэкІэ яІэ хъуауэ къыщІэкІыну?
17 Хьисэ лІэн ипэ и апостол пщыкІутІым ящыщ зыр абы къепцІыжащ. Иджыри и зы апостолым ар имыцІыхуу щэнейрэ жиІащ. Абы нэмыщІ Хьисэ щаукІыну жэщым псоми къагъэнащ (Мт. 26:14—16, 47, 56, 75). Хьисэ ар игъэщІэгъуакъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэу къызэрыхъунур абы жиІауэ щытащ (Ин. 6:64; 13:21, 26, 38; 16:32). А Іуэхугъуэхэм куэдыр мыпхуэдэу иригъэгупсысауэ къыщІэкІынущ: «Хьисэ и апостолхэм апхуэдэ щытыкІэ щаІэкІэ, сэ абыхэм саригъусэну сыхуейкъым!»
18. Къэхъун хуей сыт хуэдэ псалъэхэр Хьисэ лІэн ипэ гъэзэщІа хъуа?
18 Библием сыт зи гугъу ищІыр? Хьисэ щІылъэм къэкІуэн ипэ лІэщІыгъуэ зыбжанэ иІэу Мэссихьыр дыжьын ахъшэ щэщІкІэ зэращэнур Иеговэ и Псалъэм ирыригъэтхауэ щытащ (Зах. 11:12, 13). Хьисэ епцІыжынур абы и ныбжьэгъу гъунэгъуу зэрыщытынури абы щыжыІащ (Пс. 41:9). Абы нэмыщІ бегъымбар Захарие итхауэ щытащ: «Мэлыхъуэр укІи мэл хъушэри зэбгрырежыж» (Зах. 13:7). Абы къыхэкІкІэ зигу къабзэ цІыхухэм Хьисэ къыщыщІар зэран къахуэхъун хуейтэкъым абы и лъэужь адэкІи итын щхьэкІэ. Абыхэм къагурыІуэн хуейт къэхъун хуей псалъэхэр апхуэдэу гъэзэщІа зэрыхъур икІи а Іуэхугъуэхэм я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІынут.
19. Зигу къабзэ цІыхухэм сыт къагурыІуэр?
19 Нобэ апхуэдэу къэхъуу пІэрэ? Къохъу. Ди зэманым куэдым яцІыху Иеговэ и Щыхьэт зыбжанэм пэжыр къагъэнащ, Алыхьым епцІыжахэм я лъэныкъуэр яубыдащ икІи нэгъуэщІхэри гъуэгу пэжым трагъэкІыну хэтащ. Абыхэм СМИ-р, абы нэмыщІ интернетыр къагъэсэбэп Иеговэ и Щыхьэтхэм ІейкІэ тепсэлъыхьын, абыхэм теухуа пэжыр зэблашын икІи пцІы тралъхьэн щхьэкІэ. Ауэ зигу къабзэ цІыхухэр абыкІэ къыпхуэгъэпцІэнукъым. Абыхэм къагуроІуэ апхуэдэу къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъур (Мт. 24:24; 2 Пет. 2:18—22).
20. 2 Тимофей 4:4, 5 зэритымкІэ, пэжыр къэзыгъэнахэм я зэранкІэ ди фІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур?
20 ФІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур? Дэ Библиер зэпымыууэ дджын, сыт щыгъуи Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи Иеговэ ди пщэм къыдилъхьа хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм жыджэру дыхэтын хуейщ. (Къеджэ 2 Тимофей 4:4, 5.) Дэ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытмэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм ІейкІэ зэрытепсэлъыхьым дигъэшынэнукъым (Ис. 28:16). Иеговэ, абы и Псалъэм икІи ди къуэш, ди шыпхъухэм худиІэ лъагъуныгъэр дэ къыддэІэпыкъунущ пэжыр къэзыгъэнахэм я зэранкІэ ди фІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдыну.
21. ЦІыхухэм я нэхъыбэм хъыбарыфІым къедэІуэн зэрамыдэм емылъытауэ, дэ сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?
21 Япэ лІэщІыгъуэм цІыху куэдым Хьисэ я фІэщ ящІын ядакъым, ауэ ар зи фІэщ хъуа куэди щыІащ. Абыхэм яхэтащ Синедрионым щыщ зы хеящІэ, абы нэмыщІ «дин пашэхэм ящыщ куэдми фІэщхъуныгъэ яІэ хъуащ» (Апост. 6:7; Мт. 27:57—60; Мк. 15:43). Абы ещхьу ди зэманми мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэр Хьисэ и лъэужь иуващ. Сыт щхьэкІэ? Абыхэм Библием ит пэжыр ящІэ икІи ар фІыуэ ялъагъу. Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Мамырыгъэр я куэдщ уи хабзэр фІыуэ зылъагъухэм, ахэр зыгъэлъэпэрэпэн зыри щыІэкъым» (Пс. 119:165).
124-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым сыт щыгъуи дыхуэпэжщ
a Мыбы ипэ дджа статьям дэ щызэпкърытхащ япэ лІэщІыгъуэм цІыхухэм Хьисэ я фІэщ щІэмыхъуам икІи ди зэманми абы и лъэужь ирикІуэхэм куэдыр щІемыдаІуэм и щхьэусыгъуиплІыр. Мы статьями иджыри щхьэусыгъуиплІ щызэпкърытхынущ. Абы нэмыщІ дэ дегупсысынущ Иеговэ фІыуэ зылъагъухэм я фІэщхъуныгъэр яфІэмыкІуэдыну сыт къадэІэпыкъуми.
b СУРЭТЫР. Хьисэ Маттэрэ хьэкътын ахъшэ хэзых нэгъуэщІ цІыхухэмрэ ядошхэ.
c СУРЭТЫР. Хьисэ сатуущІэхэр Алыхьым и Унэшхуэм къыщІеху.
d СУРЭТЫР. Хьисэ зыкІэраукІэну пкъор езым ирагъэхь.
e СУРЭТЫР. Иудэ Хьисэ ба зэрыхуищІамкІэ ещэ.