11 СТАТЬЯР
57 УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс
Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу зэрыхэтам щапхъэ тефх
«Зиусхьэным цІыху блыщІ къыхихри, дэтхэнэ къалэу е дэтхэнэ щІыпІэу езыр здэкІуэн хуейм мыкІуэ щІыкІэ тІурытІу игъэкІуащ» (ЛК. 10:1).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу хэтыну сыт къыдэІэпыкъуами икІи дэ абы дапхуэдэу щапхъэ тетх хъунуми.
1. Иеговэ и лэжьакІуэхэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэу зыкъэзылъытэжхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэ?
ИЕГОВЭ и лэжьакІуэхэр хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу зэрыхэтымкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэу зыкъэзылъытэжхэм къащхьэщокІ (Тит 2:14). Ауэ иныкъуэхэм деж хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыну гукъыдэж лъэпкъ дыщимыІэ къохъу. Зэхуэсым и нэхъыжьу псэемыблэжу лажьэ ди зы къуэшым и гурыщІэхэм хуэдэ уэри зэгуэр зыхэпщІауэ къыщІэкІынщ. Абы жеІэ: «Иныкъуэхэм деж хъыбарыфІыр згъэІуну сыщыхуэмеиххэ къохъу».
2. Иныкъуэхэм деж хъыбарыфІыр дгъэІуну гукъыдэж дыщІимыІэнкІэ хъунур сыт?
2 ХъыбарыфІ гъэІуным нэхърэ Алыхьым и лэжьыгъэм пыщІа нэгъуэщІ Іуэхухэм дыхэтыну дэ нэхъ дигу ирихьу къыщІэкІынщ. Абы и щхьэусыгъуэу щытыфынур ди лэжьыгъэм къыпэкІуэр занщІэу зэрытлъагъуращ. Псалъэм папщІэ, дыщызэхуэс Унэхэр щыдухуэм икІи абыхэм дыщыкІэлъыплъым деж, абы нэмыщІ гузэвэгъуэшхуэ гуэрым пэщІэхуахэм дащыдэІэпыкъум е нэгъуэщІ гуэру ди къуэш, ди шыпхъухэм щІэгъэкъуэн дащыхуэхъум деж мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэху зэрыдгъэзащІэр зыхыдощІэ. Дэ ди гуапэщ лъагъуныгъэрэ мамырыгъэрэ ди зэхуаку дэлъу къуэш, шыпхъухэм дадэлэжьэну икІи абы къару етхьэлІэр лъапІэу зэралъытэр зыхэтщІэну. Ауэ зы щІыпІэм илъэс бжыгъэкІэ хъыбарыфІыр щыдгъэІум деж Алыхьым и Псалъэм едэІуэну хуей цІыху куэд дримыхьэлІэнкІэ хъунущ. Языныкъуэхэри хъыбарыфІыр зэрыдгъэІум къегъэгубжь икІи дэ дощІэ мы дунейм и кІэр нэхъ къэблэгъэху апхуэдэ цІыхухэр нэхъыбэ зэрыхъунур (Мт. 10:22). Сыт-тІэ дэ къыддэІэпыкъунур хъыбарыфІыр дгъэІуну диІэ гукъыдэжыр мыужьыхын икІи абы хэдгъэхъуэн щхьэкІэ?
3. Лука 13:6—9 ит ущие хъыбарым Хьисэ теухуауэ сыт къыдгуригъаІуэр?
3 Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхущытар дэркІэ щапхъэщ. Ар щІылъэм щыпсэуам, псэемыблэжу хъыбарыфІыр игъэІун зэи щигъэтакъым икІи зэманыр кІуэтэху а Іуэхум къару нэхъыбэ ирихьэлІэт. (Къеджэ Лука 13:6—9.) Абы зригъэщхьащ илъэсищ хъуауэ ахъуо жыгым пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкІэну пэплъэ хадэзехьэм. Хьиси илъэсищ хуэдизкІэ журт лъэпкъым хъыбарыфІыр яхуиІуэтащ, ауэ абыхэм я нэхъыбэр абы и лъэужь иувакъым. Хадэзехьэм ахъуо жыгым зыгуэр къызэрыпыкІэным теухуауэ и гугъэр хихыжакъым. Абы ещхьу Хьиси и Іэр иримыхьэхыу цІыхухэр адэкІи иригъаджэт. Ар щІылъэм щыпсэуа иужьрей мазэхэм журтхэм я гум нэсын щхьэкІэ нэхъыбэжу къару ирихьэлІащ.
4. Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІуну къыдэІэпыкъуа ІуэхугъуиплІыр къыжыфІэ.
4 Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ сытым и фІыгъэкІэ Хьисэ псэемыблэжу хъыбарыфІыр игъэІуу щытами, псом хуэмыдэу щІылъэм щыпсэуа иужьрей илъэс ныкъуэм. (Лука 10:1 ит «после этого» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием «Учебная Библия» жыхуаІэм фыщеплъ.) Хьисэ и ущиехэм дедаІуэмэ икІи абы щапхъэ тетхмэ, дэри псэемыблэжу хъыбарыфІ гъэІуным дыхэтыфынущ. Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІуну къыдэІэпыкъуа ІуэхугъуиплІым адэкІэ дыхэплъэнщ: 1) абы и дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щытар Иеговэ и Іэмырыр игъэзэщІэнырат; 2) ар Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм тету псэут; 3) ар сыт щыгъуи Иеговэ щыгугът; 4) абы шэч къытрихьэтэкъым хъыбарыфІым едэІуэн цІыху къызэрыхэкІыным.
АБЫ И ДЕЖКІЭ ПСОМ НЭХЪРЭ НЭХЪАПЭУ ЩЫТАР ИЕГОВЭ И ІЭМЫРЫР ИГЪЭЗЭЩІЭНЫРАТ
5. Иеговэ и Іэмырыр игъэзэщІэну Хьисэ дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытар сытым къыхэщрэт?
5 Хьисэ псэемыблэжу «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфІыр» игъэІут. Абы а Іуэхум япэ увыпІэр иритт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ищІэт Алыхьым абы щхьэкІэ къызэригъэкІуар (Лк. 4:43). Уеблэмэ, Хьисэ щІылъэм щыпсэуа иужьрей мазэхэми «къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къызэхикІухьурэ, цІыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащІэрт» (Лк. 13:22). Иджыри абы нэгъуэщІ цІыхухэр хуигъэхьэзырт и гъусэу хъыбарыфІыр ягъэІун щхьэкІэ (Лк. 10:1).
6. Иеговэ и организацэм щыІэ лэжьыгъэхэм щыщу сыт хуэдэра псом нэхърэ нэхъапэр? (Сурэтми феплъ.)
6 Ноби хъыбарыфІ гъэІуным нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ щыІэкъым. Иеговэрэ абы и Къуэмрэ хуейщ дэ а Іуэхум жыджэру дыхэтыну (Мт. 24:14; 28:19, 20). Иеговэ и организацэм щыІэ адрей лэжьыгъэхэр хъыбарыфІ гъэІуным епхауэ щытщ. Псалъэм папщІэ, дыщызэхуэс Унэхэр щІэдухуэр ди гъусэу Иеговэ хуэлэжьэну хуей цІыхухэр абы къедгъэблэгъэфын щхьэкІэщ. Вефилым щыІэ лэжьыгъэ псори хъыбарыфІ гъэІуным пыщІащ. Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж дэ ди къуэш, ди шыпхъухэм дадоІэпыкъу, абыхэм Алыхьым зэрыхуэлажьэр нэхъ псынщІэу зэтрагъэувэжын щхьэкІэ, хъыбарыфІ гъэІунри абы хэту. ХъыбарыфІ гъэІуныр псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэу Иеговэ къызэрилъытэр зыщыдмыгъэгъупщэмэ, дэ а Іуэхум нэхъыбэрэ дыхэтынущ. Венгрием щыпсэу, зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэ ди къуэш Я́нош жеІэ: «Иеговэ къалэн зэмылІэужьыгъуэ куэд къыдет. Ауэ сэ сыт щыгъуи сигу изгъэлъщ хъыбарыфІ гъэІуныр псом нэхърэ нэхъапэу зэрыщытыр. Аращ дэ ди къалэн нэхъыщхьэр».
ХъыбарыфІ гъэІуным нэхърэ нэхъ мыхьэнэ зиІэ лэжьыгъэ нобэ щыІэкъым. Аращ Иеговэрэ Хьисэрэ щІыхуейр дэ а лэжьыгъэм жыджэру дыхэтыну (6 абзацым феплъ.)
7. ХъыбарыфІыр адэкІи дгъэІуну Иеговэ щІыхуейр сыт? (1 Тимофей 2:3, 4).
7 ХъыбарыфІыр жыджэру дгъэІуну сыт къыддэІэпыкъунур? Дэ Иеговэ и нэкІэ дэтхэнэ зы цІыхуми деплъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ар хуейщ зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэм хъыбарыфІыр зэхахыу, гъунэгъу зыкъыхуащІыну. (Къеджэ 1 Тимофей 2:3, 4.) ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІур едгъэфІэкІуэну Иеговэ дегъасэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а хъыбарым цІыхухэм я гъащІэр кърегъэл. Псалъэм папщІэ, «ЦІыхухэр фІыуэ флъагъу — Хьисэ и лъэужь иувэну фадэІэпыкъу» жыхуиІэ брошюрэм цІыхухэм дазэрепсалъэ хъун чэнджэщ куэд итщ. А чэнджэщхэр къызэрыдгъэсэбэпым и фІыгъэкІэ куэдым гукъыдэж яІэ мэхъу Библиер яджыну икІи Хьисэ и лъэужь иувэну. ЦІыхухэм Иеговэ хуэлэжьэн занщІэу щІамыдзэми, гузэвэгъуэшхуэр и кІэм нэсыху абыхэм апхуэдэ Іэмал яІэфынущ. Дэ иджыпсту цІыхухэм яжетІэр къэкІуэну зэманым ягу къэкІыжынкІэ хъунущ. Ауэ ар къыщыхъунур ди Іэр едмыхьэхыу хъыбарыфІыр дгъэІумэщ.
АР БИБЛИЕМ ИТ КЪЭХЪУН ХУЕЙ ПСАЛЪЭХЭМ ТЕТУ ПСЭУТ
8. Сыт хуэдэ пророчествэхэр Хьисэ къыдэІэпыкъуа зэманыр Іущагъ хэлъу къигъэсэбэпыну?
8 Хьисэ къыгурыІуэт Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъунур. Абы ищІэт щІылъэм щрихьэкІыну лэжьыгъэр илъэсищрэ ныкъуэрэ фІэкІ зэремыкІуэкІынур (Дан. 9:26, 27). Иджыри абы ищІэт хьэзаб ирагъэшэчу зэраукІынур (Лк. 18:31—34). Езым теухуауэ къэхъуну псор зэрищІэм къыхэкІкІэ абы зэманыр Іущагъ хэлъу къигъэсэбэпт. Хьисэ и лэжьыгъэр и кІэм нэс игъэзэщІэну хуейти, хъыбарыфІ гъэІуным еш имыІэу хэтащ.
9. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм дапхуэдэу дызэрыхуагъэушыр хъыбарыфІыр псэемыблэжу дгъэІуну?
9 Библием ит къэхъун хуей псалъэхэр дэри къыддэІэпыкъунущ хъыбарыфІыр дгъэІуну диІэ гукъыдэжыр зыфІэдмыгъэкІуэдыну. А псалъэхэр иджыпсту къызэрыхъум дыщегупсысым деж дэ къыдгуроІуэ мы дунейм и кІэр къызэрысыпар. Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ иужьрей махуэхэм цІыхухэр зэрызэхущытынур икІи мы дунейм къыщекІуэкІынур. Данил бегъымбарым итхауэ щытат «кІэух зэманхэм» ипщэ пащтыхьымрэ ищхъэрэ пащтыхьымрэ зэрызэпэщІэувэнур (Дан. 11:40, Данил бегъымбар, 2018). Дэ къыдгуроІуэ Великобританиемрэ США-мрэ увыІэгъуэ ямыІэу Урысеймрэ абы къыгуэтхэмрэ зэрыпэщІэувэмкІэ Данил итха псалъэхэр къызэрыхъур. Абы нэмыщІ дэ къыдгуроІуэ Даниил 2:43—45 зи гугъу ищІ статуе иным и лъапэхэм Англо-Американскэ дунейпсо державэр къагъэлъагъуэу зэрыщытыр. Дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым куэд мыщІэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхухэм я пащтыхьыгъуэхэр зэригъэкІуэдыным. Библием ит къэхъун хуей псалъэхэм къагъэлъагъуэ мы дунеижьым и кІэр къызэрысар. Ар къызэрыдгурыІуэм дыхуегъэуш хъыбарыфІыр псэемыблэжу дгъэІуну.
10. Библием ит пророчествэхэм дапхуэдэу иджыри дыхуагъэушрэ хъыбарыфІыр жыджэру дгъэІуну?
10 Алыхьым къытхуищІэну фІыгъуэхэм теухуауэ Библием куэду щыжыІащ икІи дэ хуабжьу дыхуейщ нэгъуэщІхэм абыкІэ дадэгуэшэну. Доминиканская Республика жыхуаІэм щыпсэу ди шыпхъу Кэ́рри жеІэ: «Иеговэ дэ телъыджэ куэд тхуигъэхьэзыращ. Сэ зыкІэ сыхуейщи ар псоми къащІэну!» Абы пещэ: «Нобэ цІыхухэм я гъащІэр хьэлъэ Іейщ икІи сэ къызгуроІуэ Алыхьым къыдит гугъэм сызэрыхуэныкъуэм хуэдэу ахэри зэрыхуэныкъуэр». Библием ит пророчествэхэр дэ къыддоІэпыкъу адэкІи хъыбарыфІыр дымышынэу цІыху псоми яжетІэну. Дэ дощІэ ар Иеговэ и Іуэхуу зэрыщытыр. Венгрием щыпсэу ди шыпхъу Ле́йлэ къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж цІыхур хъыбарыфІым емыдэІуэну къысщохъу, ауэ абы и пІэкІэ сэ унафэ сщІыну сыхуейкъым. Исайя 11:6—9 ит псалъэхэм сэ сигу къагъэкІыж Иеговэ къызэрыддэІэпыкъум и фІыгъэкІэ дэтхэнэ зы цІыхуми зэрызихъуэжыфынур». Замбием щыпсэу ди къуэш Кри́стофер жеІэ: «Марк 13:10 щыжыІащ хъыбарыфІыр дунейм тет лъэпкъыу хъуам зэрызэхахынур. А псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъум сыхэтыну си дежкІэ щІыхьышхуэщ». Уэ-щэ? Библием ит сыт хуэдэ псалъэхэра хъыбарыфІыр бгъэІуну ухуэзыгъэушыр?
АР СЫТ ЩЫГЪУИ ИЕГОВЭ ЩЫГУГЪТ
11. Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІуну иІэ гукъыдэжыр фІэмыкІуэдын щхьэкІэ Иеговэ щыгугъын щІыхуейр сытыт? (Лука 12:49, 53).
11 Хьисэ шэч къытрихьэтэкъым хъыбарыфІыр игъэІуну иІэ гукъыдэжыр фІэмыкІуэдын щхьэкІэ Иеговэ къызэрыдэІэпыкъуным. Хьисэ сыт щыгъуи пщІэ хэлъу цІыхухэм епсалъэу щытами, Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр куэдым ягу ирихьакъым: хэти абы къигъэгубжьащ, хэти а Іуэхур къигъэувыІэну хэтащ. (Къеджэ Лука 12:49, 53.) Хьисэ жиІэр дин пашэхэм апхуэдизкІэ ягу ирихьтэкъыми, мызэ-мытІэу ар яукІыну хэтащ (Ин. 8:59; 10:31, 39). Ауэ Иеговэ зэригъусэр Хьисэ ищІэти, адэкІи хъыбарыфІыр игъэІут. Абы жиІащ: «Сэ си закъуэкъым, сэ сыкъэзыгъэкІуа Адэ лъапІэри си гъусэщ. [...] Си закъуэу сыкъигъэнакъым, абы игъуэу илъытэ Іуэхухэр сэ сыт щыгъуи согъэзащІэри» (Ин. 8:16, 29).
12. Хьисэ дапхуэдэу и гъэсэнхэр зэрыхуигъэхьэзырар гугъу щрагъэхьыну зэманым хъыбарыфІ гъэІуныр щамыгъэтыну?
12 Хьисэ и гъэсэнхэм ягу къигъэкІыжт Иеговэ къадэІэпыкъуну ахэр зэрыщыгугъ хъунур. Абы мызэ-мытІэу яжриІащ ахэр гугъу щрагъэхьым деж Иеговэ къазэрыдэІэпыкъунур (Мт. 10:18—20; Лк. 12:11, 12). Ауэ Алыхьыр къазэрыдэІэпыкъунум емылъытауэ езыхэри сакъыну Хьисэ ахэр хуигъэушащ (Мт. 10:16; Лк. 10:3). Абы и гъэсэнхэр хуригъаджэт хъыбарыфІым едэІуэну цІыхухэр хамыгъэзыхьыну (Лк. 10:10, 11). Абы нэмыщІ Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІащ зы щІыпІэм гугъуехь щрагъэшэчмэ, нэгъуэщІ щІыпІэм кІуэну (Мт. 10:23). Хьисэ хъыбарыфІыр игъэІуну гукъыдэжышхуэ иІами икІи Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунум шэч къытримыхьэу щытами, и гъащІэм зэран къыхуэхъуну Іуэхугъуэхэм зэрыхъукІэ пэІэщІэ зыхуищІт (Ин. 11:53, 54).
13. ХъыбарыфІыр дгъэІуну Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт?
13 Нобэ дэ щІэх-щІэхыурэ бийхэр къытпэщІоувэ (Апок. 12:17). Абы къыхэкІкІэ адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІун щхьэкІэ Иеговэ и къарум дыхуэныкъуэщ. Ар къызэрыддэІэпыкъунум шэч къытедмыхьэми хъунущ. Сыт щхьэкІэ? Иуан 17 псалъащхьэм ит Хьисэ и тхьэлъэІур дигу къэдгъэкІыжынщ. Апостолхэр къихъумэну Хьисэ Иеговэ щелъэІуам, абы и тхьэлъэІум жэуап къритащ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъу зэрырагъэхьым емылъытауэ Иеговэ къазэрыдэІэпыкъуам и фІыгъэкІэ хъыбарыфІыр жыджэру ягъэІут. Абы щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ куэд Апостолхэм тхылъым итщ. Хьисэ тхьэлъэІукІэ Иеговэ зыщыхуигъэзам, апостолхэм нэмыщІ хъыбарыфІыр зи фІэщ хъунухэри къихъумэну елъэІуащ, дэри абыхэм дахэту. Иеговэ ноби Хьисэ и тхьэлъэІум жэуап ирет. Ар апостолхэм зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу уэри къыбдэІэпыкъунущ (Ин. 17:11, 15, 20).
14. Гугъуехьхэм емылъытауэ, адэкІи хъыбарыфІыр жыджэру зэрыдгъэІуфынум шэч къытетхьэн щІыхуэмейр сыт? (Сурэтми феплъ.)
14 Мы дунейр и кІэм хуэкІуэху, хъыбарыфІыр жыджэру бгъэІуну нэхъ гугъу хъуну къыщІэкІынщ. Ауэ Хьисэ къыддэІэпыкъуну дыкъигъэгугъащ (Лк. 21:12—15). Хьисэрэ абы и гъэсэнхэмрэ хуэдэу, дэри къыдгуроІуэ хъыбарыфІым едэІуэнрэ емыдэІуэнрэ цІыхухэм езыхэм унафэ ящІыну зэрыхуитыр. Абы къыхэкІкІэ дэ зыми дедауэкъым. Языныкъуэ къэралхэм ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр хуиту ягъэІуну Іэмал яІэкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, абыхэм хъыбарыфІыр ягъэІун щагъэткъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр я къарум щымыгугъыу Иеговэ къыбгъэдэкІ къарум щогугъ. Алыхьыр япэ лІэщІыгъуэм псэуа и лэжьакІуэхэм зэрыдэІэпыкъуам хуэдэу, дэри нобэ къыддэІэпыкъунущ, къытхуигъэфэща лэжьыгъэр икІэм нэс тхуэгъэзэщІэн щхьэкІэ (2 Тим. 4:17). Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, шэч хэмылъу дэ адэкІи жыджэру хъыбарыфІыр дгъэІунущ.
Языныкъуэ къэралхэм ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр ягъэІуну хуитыныгъэ яІэкъым. Ауэ абыхэм Іэмал къагъуэт, а хъыбарымкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэн щхьэкІэ (14 абзацым феплъ.)a
АБЫ ШЭЧ КЪЫТРИХЬЭТЭКЪЫМ ХЪЫБАРЫФІЫМ ЕДЭІУЭН ЦІЫХУ КЪЫЗЭРЫХЭКІЫНЫМ
15. Хьисэ хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм зэрыхуиІэр сытыт къызыхэщыр?
15 Хьисэ шэч къытрихьэтэкъым хъыбарыфІым едэІуэн цІыху къызэрыхэкІыным. Ар абы къыдэІэпыкъут хъыбарыфІыр адэкІи жыджэру игъэІуну. Псалъэм папщІэ, ди эрэм 30 гъэм и кІэм къэхъуа Іуэхугъуэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Хьисэ цІыху куэдыр яфІэгъэщІэгъуэну къызэредаІуэм гу лъитэри, зи Іухыжыгъуэр къэса гъавэм ахэр иригъэщхьащ (Ин. 4:35). Зы илъэс хуэдиз дэкІауэ абы и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Гъавэр куэдщ» (Мт. 9:37, 38). ИужькІэ а псалъэ дыдэхэр иджыри зэ жиІэри щІигъужащ: «Гъавэр Іуахыжын щхьэкІэ, лэжьакІуэхэр къигъэкІуэну гъавэр зейм фелъэІу» (Лк. 10:2). Хьисэ зэи шэч къытрихьэтэкъым Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым едэІуэн зэрыщыІэнум икІи апхуэдэ цІыхухэр къыщыхэкІым деж ар хуабжьу гуфІэт (Лк. 10:21).
16. Хьисэ къихьа щапхъэхэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэну? (Лука 13:18—21). (Сурэтми феплъ.)
16 Хьисэ и гъэсэнхэм ядэІэпыкъут хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм хуаІэну. Абы и фІыгъэкІэ ахэр хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру хэтт. А лэжьыгъэм ехъулІэныгъэшхуэ зэриІэнур къэзыгъэлъагъуэ щапхъитІ Хьисэ къихьауэ щытащ. (Къеджэ Лука 13:18—21.) ЯпэщІыкІэ абы Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр хъардэл хьэдзэр жыгышхуэу къызэрыкІым иригъэщхьащ. Абы къегъэлъагъуэ хъыбарыфІыр цІыху куэдым къызэращтэнур икІи а Іуэхум зыри зэран зэрыхуэмыхъуфынур. ИужькІэ Хьисэ пщагъэм теухуа щапхъэ къихьащ. Абы къегъэлъагъуэ хъыбарыфІым дуней псом зэрызыщиубгъунур. А хъыбарыфІым и фІыгъэкІэ цІыхухэм фІы и лъэныкъуэкІэ захъуэж, адрейхэм абы занщІэу гу лъамытэми. А щапхъитІымкІэ Хьисэ и гъэсэнхэм яригъэлъэгъуащ абыхэм кърахьэкІ хъыбарыфІым цІыху куэдым сэбэпынагъ къазэрыхуихьынур.
Хьисэ хуэдэу дэри хъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэщ. ХъыбарыфІым едэІуэн цІыху къызэрыхэкІыным дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым (16 абзацым феплъ.)
17. ХъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэну сыт дэ иджыри къыддэІэпыкъур?
17 ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІум къыпэкІуэ фІыгъуэхэр щытлъагъум деж дэ нэхъыбэжу а Іуэхум дыхэтыну дыхуейщ. Илъэс къэс цІыхухэр мелуан бжыгъэкІэ ди гъусэу Библиер ядж икІи Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм къокІуалІэ. Мин щэ бжыгъэкІэ цІыхухэм псым зыщІагъауэ икІи ди гъусэу хъыбарыфІыр ягъэІу. Дэ тщІэкъым дапхуэдиз цІыхум хъыбарыфІыр къащтэнуми. Ауэ дэ дощІэ гузэвэгъуэшхуэм къелыну цІыху куэдыкІей Иеговэ зэрызэхуишэсыр (Апок. 7:9, 14). Абы елъагъу хъыбарыфІыр къэзыщтэн цІыху иджыри зэрыщыІэр. Абы къыхэкІкІэ дэ адэкІи а лэжьыгъэм жыджэру дыхэтынущ.
18. Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэр сыт къэзыгъэлъагъуэр?
18 Хьисэ и гъэсэнхэр псоми къацІыхут ахэр хъыбарыфІ гъэІуным жыджэру зэрыхэтымкІэ. Апостолхэм яхэлъа лІыгъэм и фІыгъэкІэ цІыхухэм занщІэу къагурыІуэт ахэр «Хьисэ зэригъусар» (Апост. 4:13). Дэри дыхуейщ Хьисэ хуэдэу лІыгъэ тхэлъу икІи жыджэру хъыбарыфІыр дгъэІуну.
58 УЭРЭДЫР Мамырыгъэм хущІэкъухэр къэлъыхъуэ
a СУРЭТЫМ ИТЫР. Къуэшыр заправкэм тету хуэсакъыурэ щІалэм хъыбарыфІымкІэ догуашэ.