43 СТАТЬЯР
Ди Іэр едмыхьэхыу «фІы щІэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт»
«ФІы щІэным сыт щыгъуи дыхэвгъэт демышу» (ГАЛ. 6:9).
68-НЭ УЭРЭДЫР Пащтыхьыгъуэм и жылэр хыдосэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ и Щыхьэту дыщытыну ди дежкІэ насыпышхуэу икІи пщІэшхуэу щІыщытыр сыт?
ИЕГОВЭ и Щыхьэту дыщытыну ди дежкІэ насыпышхуэщ икІи пщІэшхуэщ! ХъыбарыфІыр зэрыдгъэІумкІэ икІи цІыхухэр Библием зэредгъаджэмкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр. Дэ хуабжьу догуфІэ «гъащІэ мыухыжым ухуэзышэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхум» Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну дыщыдэІэпыкъуфым деж (Апост. 13:48, ДЩІ). Хьисэ иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри зыхыдощІэ: абы и гъэсэнхэр хъыбарыфІ гъэІуным теухуауэ къэхъуа Іуэху гъэщІэгъуэнхэмкІэ щыдэгуэшам щыгъуэ абы гуфІэгъуэшхуэ иІэт (Лк. 10:1, 17, 21).
2. ХъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ зэреттыр сыткІэ къэдгъэлъагъуэрэ?
2 Дэ хъыбарыфІ гъэІуным мыхьэнэшхуэ идот. Апостол Паул Тимофей хуигъэушт: «Зыхуэсакъыж, цІыхухэм ебгъащІэ Іуэхухэми яхуэсакъ». Абы пещэ: «Апхуэдэу пщІэмэ, къодаІуэ цІыхухэр мыкІуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкІуэду къебгъэлынущ» (1 Тим. 4:16). НэгъуэщІу жыпІэмэ, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумкІэ дэ цІыхухэм я гъащІэр къыдогъэл. Алыхьым и лъэпкъым дызэрыщыщым къыхэкІкІэ дэ сыт щыгъуи дызыхуэсакъыжын хуейщ. Сыт дымыщІэми, Иеговэ и цІэр дгъэлъэпІэну икІи хъыбар дгъэІум дэ езыр дызэрытетыр къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ (Флп. 1:27). Абы нэмыщІ цІыхухэм едгъащІэ Іуэхухэм дыхуэсакъын щхьэкІэ дэ хъыбарыфІ гъэІуным фІыуэ зыхудогъэхьэзыр икІи Иеговэ къыддэІэпыкъуну долъэІу.
3. Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр псоми ягу ирихьыну пІэрэ? Щапхъэ къэфхь.
3 Ауэ иныкъуэхэм деж хъыбарыфІ гъэІуным къаруушхуэ етхьэлІэми, цІыху куэдым хъыбарыфІыр къащыфІэмыІуэху къохъу. Ди къуэш Ге́орг Ли́ндал и щапхъэм гу лъыттэнщ. 1929-нэ гъэм къыщыщІэдзауэ 1947-нэ гъэм нэсыху абы хъыбарыфІыр и закъуэу Исландием щигъэІуащ. Георг мин бжыгъэкІэ тхылъхэр цІыхухэм зэрыхуигуэшам щхьэкІэ къэмынэу пэжыр зыми къищтакъым. Абы итхащ: «Языныкъуэхэр пэжым пэщІэува хуэдэщ, ауэ цІыхухэм и нэхъыбэм Библием итыр къафІэмыІуэхуу щытщ». Галаад Школыр къэзыуха миссионер зыбжанэ къэкІуа иужьи Іуэхум зихъуэжакъым. Иджыри илъэсибгъу дэкІын хуей хъуащ Исландием щыщ гуэр Иеговэ и лэжьакІуэ хъун щхьэкІэb.
4. ЦІыхухэр хъыбарыфІым щемыдаІуэм е Библием едгъаджэхэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ щыхамылъхьэм деж сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэфыну?
4 ДауикІ, ди жагъуэ мэхъу цІыхухэр хъыбарыфІым щемыдаІуэм икІи Библием едгъаджэхэм я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ щыхамылъхьэм деж. Апостол Паул иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэфынущ. Абы жиІащ «гухэщІышхуэрэ зэпымыужын гукъеуэрэ» зэриІар иудей цІыхухэм Хьисэ Мэссихьу ялъытэну зэрамыдам щхьэкІэ (Рим 9:1—3). Псалъэм папщІэ, фэ цІыху гуэр Библием ивогъаджэ. Абы фыдэІэпыкъун щхьэкІэ фэ къару куэд ивохьэлІэ икІи абы щхьэкІэ Иеговэ хуабжьу фолъэІу. Ауэ абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхимылъхьэм къыхэкІкІэ Библие джыныр щывгъэтын хуей мэхъу. Е Библием евгъэджахэм щыщу зыми псым зэщІимыгъэуауэ жытІэнщ. Абы щхьэкІэ зыдгъэкъуэншэн хуейуэ пІэрэ? Хьэмэрэ Иеговэ а ІуэхумкІэ ехъулІэныгъэ къыдимыту жыпІэ хъуну? Мы статьям къыкІэлъыкІуэ упщІитІым я жэуапхэр щызэпкърытхынущ: 1) ХъыбарыфІыр ехъулІэныгъэ диІэу зэрыдгъэІур къэзыгъэлъагъуэр сыт? 2) ХъыбарыфІ гъэІуным еплъыкІэ тэмэм худиІэну сыт къыддэІэпыкъунур?
ХЪЫБАРЫФІЫР ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ ДИІЭУ ЗЭРЫДГЪЭІУР КЪЭЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭР СЫТ?
5. Дэ дызэригугъам хуэдэу хъыбарыфІ гъэІуным сыт щыгъуи ехъулІэныгъэ дыщІимыІэр сыт?
5 Алыхьым и Іэмырыр зыгъэзащІэ цІыхум теухуауэ Библием мыпхуэдэу щыжыІащ: «Сыт имыщІэми, абы ехъулІэныгъэ иІэнущ» (Пс. 1:3). Ауэ абы къикІрэ дэ дызэрыхуейм хуэдэу Алыхьым и лэжьыгъэм теухуауэ сыт хуэдэ лъэныкъуэкІи ехъулІэныгъэ диІэну? ЦІыху псоми гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ гъащІэр гугъуехькІэ гъэнщІащ (Иов 14:1). Абы нэмыщІ иныкъуэхэм деж ди жагъуэгъухэр зэран къызэрытхуэхъум къыхэкІкІэ хъыбарыфІ гъэІуным хуиту дыщыхэмытыф къохъу (1 Кор. 16:9; 1 Фес. 2:18). НтІэ, Иеговэ и еплъыкІэкІэ хъыбарыфІыр ехъулІэныгъэ диІэу зэрыдгъэІур къэзыгъэлъагъуэр сыт? А упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ Библием ит принцип зыбжанэм гу лъыттэнщ.
ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ етхьэлІэ къарур Иеговэ лъапІэу елъытэ, ар унэ-унэкІэ, письмокІэ е телефонкІэ ирехъу (6-нэ абзацым феплъ.)
6. Иеговэ и еплъыкІэкІэ хъыбарыфІыр ехъулІэныгъэ диІэу зэрыдгъэІур къэзыгъэлъагъуэр сыт?
6 Иеговэ гу лъетэ хъыбарыфІ гъэІуным етхьэлІэ къарумрэ дгъэлъагъуэ теубыдагъэмрэ. ЦІыхухэр къызэрыдэдаІуэм емылъытауэ, абы дэ ехъулІэныгъэ диІэу елъытэ псэемыблэжу икІи лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ дыщыхуэлажьэм деж. Паул итхауэ щытащ: «Тхьэр захуэщ. Фэ влэжьа Іуэхур щыгъупщэнукъым. Тхьэм и цІыху лъапІэхэм дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъуамкІи иджыри дэІэпыкъуэгъу фазэрыхуэхъумкІи Тхьэм хуэвгъэлъэгъуа фІылъагъуныгъэр щыгъупщэнукъым» (Евр. 6:10). Алыхьым дыхуэлэжьэн щхьэкІэ етхьэлІа къарумрэ лъагъуныгъэмрэ абы зэи щыгъупщэнукъым, а лэжьыгъэм ехъулІэныгъэ къыпэмыкІуауэ къэтлъытэми. Аращи, Паул Коринф къалэ дэсхэм яхуитха псалъэхэр фэ къывдэІэпыкъункІэ хъунущ: «Зиусхьэным хуэфщІэ Іуэхур пщІэншэ зэрымыхъунур фощІэ». ИкІи цІыхур къыдэдаІуэми къыдэмыдаІуэми ар елъытакъым (1 Кор. 15:58).
7. Паул хъыбарыфІ гъэІуным зэрыхущытам сытым дыхуигъасэрэ?
7 Апостол Паул хъыбарыфІыр Іэзэу игъэІут. Абы и фІыгъэкІэ къалэ зыбжанэм зэхуэсхэр къыщыунэхуащ. Ауэ, абы емылъытауэ, языныкъуэхэр абы ІейкІэ тепсэлъыхьт икІи ар егъэджакІуэфІу щымыту жаІэт. Паул и щхьэм къыщхьэщыжын щхьэкІэ Алыхьым и лэжьакІуэ хъуну цІыху дапщэм ядэІэпыкъуами жиІэфынут. Абы итхащ: «Абыхэм нэхърэ нэхъыбэрэ сылэжьащ» (2 Кор. 11:23). Паул хуэдэу, дэри зыщыдгъэгъупщэнкъым: Иеговэ лъапІэу илъытэр хъыбарыфІ гъэІуным етхьэлІэ къарумрэ дгъэлъагъуэ теубыдагъэмрэщ.
8. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ сыт дигу идгъэлъын хуейр?
8 Иеговэ егъэгуфІэ хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтым. Зэгуэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыху 70-р Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр ягъэІуну игъэкІуащ. Абыхэм «гуфІэгъуэр яІэу» къагъэзэжащ. Сыт щхьэкІэ? Абыхэм Хьисэ жраІащ: «Уэ уи цІэр щыжытІэкІэ, жин бзаджэхэри ди ІэмыщІэ илъ мэхъу». Ауэ Хьисэ абыхэм я гупсысэкІэр ихъуэжын щхьэкІэ мыпхуэдэу яжриІащ: «Жин бзаджэхэр фи ІэмыщІэ зэрилъым щхьэкІэ фымыгуфІэу, фи цІэхэр уафэм щыІэ тхылъым зэритым щхьэкІэ фыгуфІэ» (Лк. 10:17—20). Хьисэ къыгурыІуэт абы и гъэсэнхэм сыт щыгъуи апхуэдэ ехъулІэныгъэхэр зэрамыІэнур. Дэ тщІэкъым а зэманым Хьисэ и гъэсэнхэм хъыбарыфІыр зыхуаІуэта цІыхухэм щыщу дапщэм пэжыр къащтами. Хьисэ мыхьэнэшхуэ зиІэ пэжым и гъуэгу ирикІуэхэр иригъэсэну хуейт: хъыбарыфІ гъэІуным дыщыхэтым деж диІэ ехъулІэныгъэхэм дэ гушхуэныгъэ къыдат, ауэ псом нэхърэ нэхъапэу щытын хуейр абы дызэрыхэтым Иеговэ зэригъэгуфІэращ.
9. Теубыдагъэ диІэу хъыбарыфІыр адэкІи дгъэІуу щытмэ, сыт хуэдэ тыгъэ къытлъысынур? (Галатие 6:7—9).
9 Теубыдагъэ диІэу адэкІи хъыбарыфІыр дгъэІумэ, дэ гъащІэ мыухыжыр къытлъысынущ. Дегугъуу пэжым и жылэр хэтсэмэ икІи абы псы щІэткІэмэ, Паул зэрыжиІам хуэдэу, Алыхьым и къарум дыздиунэтІ лъэныкъуэмкІэ дыкІуэу аращ. Иеговэ дыкъегъэгугъэ: зи Іэр езымыхьэх цІыхум «мыкІуэдыжын гъащІэ игъуэтынущ». ИкІи а тыгъэр елъытакъым зыгуэрым псым зыщІигъэуэну дыдэІэпыкъуарэ дыдэмыІэпыкъуарэ. (Къеджэ Галатие 6:7—9.)
ХЪЫБАРЫФІ ГЪЭІУНЫМ ЕПЛЪЫКІЭ ТЭМЭМ ХУДИІЭНУ СЫТ КЪЫДДЭІЭПЫКЪУНУР?
10. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ цІыхур къыдэдэІуэнрэ къыдэмыдэІуэнрэ зэлъытар сыт?
10 ЦІыхум пэжыр къищтэнрэ къимыщтэнрэ псом хуэмыдэу зэлъытар абы и гуращ. Ар къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ мэкъумэшыщІэм теухуа ущие хъыбарыр Хьисэ къихьащ. А цІыхум хиса жылэхэр щІы зэмылІэужьыгъуэхэм хэхуащ. Ауэ щІыгулъ фІыцІэм хэхуа закъуэхэращ гъавэ къызытекІар (Лк. 8:5—8). Хьисэ а щІыхэр иригъэщхьащ «Тхьэм и псалъэм» зэхуэмыдэу хущыт цІыхухэм (Лк. 8:11—15). МэкъумэшыщІэм хуэдэу, ди лэжьыгъэм къыпэкІуэным дэ зыри тхуещІэнукъым. Ар зэлъытар къыдэдаІуэхэм я гуращ. НтІэ, сыт дэ ди къалэным хыхьэр? АдэкІи Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІым и жылэхэр хэтсэныращ. Апостол Паул зэрыжиІамкІэ, дэ къытлъысыну тыгъэр ди ехъулІэныгъэхэм елъытакъым, атІэ ди «Іуэхум [лэжьыгъэм] пэкІуэ и Іыхьэр» дэтхэнэ зыми къытІэрыхьэнущ (1 Кор. 3:8).
Нухь илъэс куэдкІэ Алыхьым и хъыбарыр игъэІуащ, ауэ кхъухьым абы и унагъуэм фІэкІа зыри ихьакъым. Абы щхьэкІэ къэмынэу, Нухь а къалэныр ехъулІэныгъэ иІэу игъэзэщІауэ Иеговэ къилъытащ. (11-нэ абзацым феплъ.)
11. Иеговэ Нухь и къалэныр ехъулІэныгъэ иІэу игъэзэщІауэ къыщІилъытар сыт? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
11 Пасэрей зэманым Иеговэ и лэжьакІуэхэм ягъэІуа хъыбарыр цІыхухэм къафІэмыІуэхуу щытащ. Псалъэм папщІэ, Нухь «щыпкъагъэм и гъуэгум и хъыбарыр» илъэс 40—50 хуэдизкІэ игъэІуащ (2 Пет. 2:5). ДауикІ, ар щыгугъыу къыщІэкІынт а хъыбарым цІыхухэр едэІуэну икІи я фІэщ хъуну, ауэ абы теухуауэ Иеговэ Нухь гугъэ иритакъым. Уеблэмэ, кхъухьыр ищІыну Иеговэ абы къалъэн щритым щыгъуэ мыпхуэдэу жриІащ: «Уихьэнущ уэ кхъухьым, уи къуэхэри, уи фызри, уи къуэхэм я фызхэри пщІыгъуу» (ЩІэдз. 6:18). Кхъухьым и инагъымрэ абы ихуэнымрэ тепщІыхьмэ, Нухь къыгурыІуэу къыщІэкІынт куэдыр абы и псалъэхэм зэремыдэІуэнур (ЩІэдз. 6:15). Ауэ, дэ зэрытщІэщи, а зэманым псэуахэм щыщ зыри къелакъым (ЩІэдз. 7:7). Нухь а ІуэхумкІэ ехъулІэныгъэ имыІауэ Иеговэ къилъытауэ пІэрэ? Хьэуэ, къилъытакъым. Иеговэ и еплъыкІэкІэ Нухь ехъулІэныгъэ иІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы ирита къалэныр нэгъэсауэ игъэзэщІащ (ЩІэдз. 6:22).
12. Иеремие иІа гугъуехьхэм емылъытауэ, гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэдыну сыт къыдэІэпыкъуар?
12 Бегъымбар Иеремии Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыр илъэс куэдкІэ игъэІуащ, ар цІыхухэм къазэрыфІэмыІуэхум икІи абы къызэрыпэщІэувэм емылъытауэ. Зэгуэр Иеремие «зэрагъэпудымрэ къызэрыщыдыхьэшхымрэ» и лъэр апхуэдизкІэ щІагъэхуати, абы а хъыбарыр имыгъэІуну мурад ищІащ. Ауэ ар абы хузэфІэкІакъым (Иер. 20:8, 9). Сыт абы къыдэІэпыкъуар и Іэр иримыхьэхыну икІи гуфІэгъуэр зыфІимыгъэкІуэдыну? Абы и акъылыр мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэм триухуащ. Япэрауэ, абы игъэІу хъыбарым «гъащІэрэ гугъапІэрэ» цІыхухэм къахуихьт (Иер. 29:11). ЕтІуанэрауэ, Иеговэ Иеремие пщІэшхуэ хуищІащ и цІэр зэрихьэну Іэмал зэрыритамкІэ (Иер. 15:16). Абы ещхьу, дэри нобэ мы дуней кІыфІым щыпсэу цІыхухэм гугъэ къезыт хъыбарыфІыр яхудохь. Абы нэмыщІ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытым къыхэкІкІэ абы и цІэр зыдохьэ. А мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэхэр дигу идгъэлъмэ, цІыхухэр къыдэмыдаІуэу щытми, ди гуфІэгъуэр зэи тфІэкІуэдынукъым.
13. Марк 4:26—29 ит Хьисэ жиІа ущие хъыбарым сытым дыхуигъасэрэ?
13 ЦІыхум и фІэщхъуныгъэр хуэм-хуэмурэ хохъуэ. А гупсысэр къыхощ Хьисэ жиІа ущие хъыбарым. (Къеджэ Марк 4:26—29.) МэкъумэшыщІэр жеихукІэ хиса жылэхэр хуэмурэ къокІ икІи а Іуэхур абы нэхъ псынщІэ хуэщІынукъым. ЦІыхури Алыхьым гъунэгъу зэрыхуэхъур апхуэдэ дыдэущ икІи абы и фІэщхъуныгъэр зэрыхэхъуэм занщІэу гу лъомытэнкІэ хъунущ. Библиер зыджым и фІэщхъуныгъэр зэрыхэхъуэнур дэ дызэрыхуейм хуэдэукъым, атІэ езым зэрылъэкІым хуэдэущ. Абы къыхэкІкІэ дэ дызэригугъам хуэдэу цІыхум лъэбакъуэ имычу щытмэ, ди жагъуэ тщІынкъым икІи ди Іэр етхьэхынкъым. МэкъумэшыщІэм шыІэныгъэ зэрызыхигъэлъын хуейм хуэдэу, Хьисэ и гъэсэнхэр дгъэхьэзырын щхьэкІэ дэри шыІэныгъэм дыхуэныкъуэщ (Екъуб 5:7, 8).
14. Иныкъуэхэм деж цІыхухэм пэжыр къащтэн щхьэкІэ илъэс бжыгъэ дэкІын зэрыхуейр сыт хуэдэ щапхъэм къигъэлъагъуэрэ?
14 Языныкъуэ щІыпІэхэм зыгуэрым псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ илъэс куэдкІэ хъыбарыфІыр щыбгъэІун хуей мэхъу. Абы щыхьэт тохъуэ Аллен зэшыпхъуитІым я гъащІэм теухуа хъыбарыр. 1959-нэ гъэм Глэ́дисрэ Ру́бирэ общэ пионеру Канадэм и Квебек провинцием ягъэкІуащc. Абы щыпсэу цІыхухэр я гъунэгъухэмрэ дин пашэхэмрэ жаІэным щхьэкІэ гузавэт. Глэдис игу къегъэкІыж: «Дэ махуэм сыхьэтийкІэ унэ-унэкІэ къэткІухьт, ауэ зыми бжэр къыІуихтэкъым. Апхуэдэу илъэситІкІэ екІуэкІащ. ЦІыхухэр бжэм деж къыІухьэти, дыкъызэралъагъуу ІукІыжт. Ауэ дэ ди Іэр етхьэхтэкъым». Зэман дэкІа иужь а щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр Иеговэ и Щыхьэтхэм нэхъ гуапэу яхущыту хъуащ, языныкъуэхэми Библиер яджын щІадзащ. Иджыпсту а къалэм зэхуэсищ щыІэщ (Ис. 60:22).
15. 1 Коринф 3:6, 7 зэритымкІэ, Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырыным теухуауэ сыт къыщытщІэр?
15 ЦІыхур Алыхьым и лэжьакІуэ хъун щхьэкІэ куэдым къару ирахьэлІэ. Дэ щІэх-щІэхыурэ зэхыдох цІыхум псым зыщІигъэуэну зыщигъэхьэзырым деж зэхуэс псор абы зэрыдэІэпыкъур. (Къеджэ 1 Коринф 3:6, 7.) Псалъэм папщІэ, къуэшым цІыхум буклет е журнал къыхуигъэнащ икІи иужькІэ къытригъэзэжыну къигъэгугъащ. Ауэ иужькІэ ар абы зэрыхузэфІэмыкІынур къыгуроІуэри, а цІыхум деж кІуэну нэгъуэщІ къуэшым йолъэІу. ЕтІуанэ къуэшым а цІыхум и гъусэу Библиер джын щІедзэ. Абы Библие джыным зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр кърегъэблагъэ. Абы и фІыгъэкІэ Библиер зыджым Иеговэ и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу къецІыху. Апхуэдэ щІыкІэкІэ абыхэм псоми пэжым и жылэм псы щІакІэ. ИужькІэ а цІыхум псым зыщыщІигъауэм деж «жылэ зысэри гъавэр Іузыхыжри зэдэгуфІэнущ» (Ин. 4:35—38).
16. Къарурэ узыншагъэрэ димыІэжу щытми, хъыбарыфІ гъэІуным къытхуихь гуфІэгъуэр зыфІэдмыгъэкІуэдыну сыт къыддэІэпыкъунур?
16 Языныкъуэхэм узыншагъэрэ къарурэ зэрамыІэжым къыхэкІкІэ япэм хъыбарыфІ гъэІуным хэту зэрыщытам хуэдизрэ хэтыжыфкъым. Апхуэдэу щытми, дэ дуней псом щекІуэкІ лэжьыгъэр зэрыдгъэкІуатэм гуфІэгъуэ къытхуихьыфынущ. Пащтыхь Даут къыщыщІа зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Даут 600 хъу и зауэлІхэр и гъусэу я унагъуэхэмрэ я мылъкумрэ амалик лъэпкъым щыщхэм зэраубыдар къищІащ. Ахэр кърагъэлын щхьэкІэ Даутрэ и зауэлІхэмрэ щІэпхъаджащІэхэм якІэлъыжащ. Ауэ абы и цІыхухэм щыщ зауэлІ 200-р апхуэдизкІэ къарууншэ хъуати, а гъуэгуанэм пащэфакъым. Абы щхьэкІэ къэмынэу, текІуэныгъэр къахьа иужь, Даут амалик лъэпкъым къытраха мылъкур и зауэлІ 600-м зэхуэдэу яхуигуэшащ (1 Сам. 30:21—25). А Іуэхугъуэр дуней псом щекІуэкІ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм ебгъэщхь хъунущ. Дэ куэд тхуэмыщІэми, цІыхур гъащІэ мыухыжым хуэзышэ гъуэгум щытеувэм деж абы дыщІэгуфІэн щхьэусыгъуэ къыдет. А лэжьыгъэм къарууэ диІэу хъуар етхьэлІэмэ, абы псоми зэхуэдэу гуфІэгъуэ къытхуихьынущ.
17. Иеговэ фІыщІэ хуэтщІын щІыхуейр сыт?
17 Дэ Иеговэ фІыщІэ худощІ хъыбарыфІ гъэІуным дызэрыхэтыр абы лъапІэу зэрилъытэм щхьэкІэ. Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарым цІыхухэр хуэмейуэ едгъэдэІуэну икІи къедгъэщтэну зэрытхузэфІэмыкІынур абы къыгуроІуэ. Апхуэдэу щытми, а лэжьыгъэм етхьэлІэ къарумрэ цІыхухэр фІыуэ зэрытлъагъумрэ Иеговэ гу лъетэ икІи абы щхьэкІэ и нэфІ къытщохуэ. Абы нэмыщІ а Іуэхум дапхуэдизрэ дыхэмытми, гуфІэгъуэ зэрыхэтхыфынум Иеговэ дыхуегъасэ (Ин. 14:12). Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: ди Іэр едмыхьэхмэ икІи дыкъимыкІуэтмэ, ди лэжьыгъэм Иеговэ арэзы техъуэнущ!
67-НЭ УЭРЭДЫР «Тхьэм и псалъэр цІыхухэм егъащІэ»
a Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарым цІыхухэр щедаІуэм деж, дэ абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь. Ауэ ахэр абы емыдаІуэу щытмэ, ди жагъуэ мэхъу. Библием ебгъаджэ цІыхум Алыхьым пэгъунэгъу зыхуищІын щхьэкІэ лъэбакъуэ имычмэ е псым зыщІигъэуэну зэи зыми удэмыІэпыкъуамэ, сыт пщІэ хъунур? Абы щыгъуэ хъыбарыфІ гъэІун лэжьыгъэм ехъулІэныгъэ уимыІэу жыпІэ хъуну? Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ, цІыхухэр хъыбарыфІым зэрыхущытым емылъытауэ, а Іуэхум гуфІэгъуэ къызэрыхэтхыфынум.
b 2005-нэ гъэм къыдэкІа «Ежегодник Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ тхылъым и 205—211-нэ напэкІуэцІхэм феплъ.
c 2002-нэ гъэм, фокІадэм и 1-м къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» Глэдис Аллен и гъащІэм теухуауэ ит «Я ничего не стала бы менять!» жыхуиІэ статьям феплъ.