ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Июль н. 14—19
  • «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИУВЭН ЩХЬЭКІЭ ЦІЫХУХЭМ ДАДЭІЭПЫКЪУНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?
  • СЫТ АБЫ ЩХЬЭКІЭ ДЭ ТЩІЭН ХУЕЙР?
  • ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИУВЭН ЩХЬЭКІЭ ЦІЫХУХЭМ ДАДЭІЭПЫКЪУНУ КЪАЛЭН ДИІЭМ АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ПСОРИ ХЭТУ ПІЭРЭ?
  • ШЫІЭНЫГЪЭ СЫТ ЗЫХЭДГЪЭЛЪЫН ЩІЫХУЕЙР?
  • Хьисэ и гъэсэнхэр гъэхьэзырын лэжьыгъэм фыхэтыфыну?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2021
  • «ЦІыхухэр си лъэужь иувэн щхьэкІэ вгъэхьэзыр»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Библием едгъаджэр псым зыщІигъэуэну дауэ зэрыхуэдгъэхьэзырынур? (етІуанэ Іыхьэр)
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
  • Библием едгъаджэр псым зыщІигъэуэну дауэ зэрыхуэдгъэхьэзырынур? (япэ Іыхьэр)
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2020
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Июль н. 14—19

29 СТАТЬЯР

«ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ»

«ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ» (МТ. 28:19).

60-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІым гъащІэр кърегъэл

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. 1) Маттэ 28:18—20 зэритымкІэ, зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэр сыт хуэдэ? 2) Мы статьям сыт хуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхыну?

ЛІАХЭМ къахэтэджыкІыжа Хьисэ и апостолхэм елъэІуат Галилейм щыІэ Іуащхьэм ахэр кІуэну. Апостолхэр абы щыкІуам щыгъуэ Хьисэ къажриІэныр яфІэгъэщІэгъуэну къыщІэкІынт (Мт. 28:16). Абы щыгъуэ хъунщ Хьисэ «къуэш щитху нэхърэ нэхъыбэм» закъыщригъэлъэгъуар (1 Кор. 15:6). Сытыт Хьисэ ахэр щІызэхуишэсар? Абы мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн яритащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ». (Къеджэ Маттэ 28:18—20.)

2 А псалъэхэр зэхэзыха Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ иухуа зэхуэсым щыщ хъуащ. А зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэр — Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дэІэпыкъуныратb. Нобэ дуней псом зэхуэс куэд щыІэщ, икІи абыхэм я къалэным зихъуэжакъым. Мы статьям упщІиплІ щызэпкърытхынущ: Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Сыт абы щхьэкІэ дэ тщІэн хуейр? Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуну къалэн диІэм Алыхьым и лэжьакІуэхэр псори хэту пІэрэ? ИкІи шыІэныгъэ сыт зыхэдгъэлъын щІыхуейр?

ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИУВЭН ЩХЬЭКІЭ ЦІЫХУХЭМ ДАДЭІЭПЫКЪУНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЩІИІЭР СЫТ?

3. Иуан 14:6-мрэ 17:3-мрэ зэритымкІэ, Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

3 Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэращ Алыхьым и ныбжьэгъу хъуфынур. Абы нэмыщІ Хьисэ щапхъэ тезыххэм иджыпсту я гъащІэр фІыкІэ яхъуэж икІи гъащІэ мыухыж яІэу псэуну гугъэ зрагъэгъуэт. (Къеджэ Иуан 14:6; 17:3.) ДауикІ, Хьисэ къалэн къыдитам мыхьэнэшхуэ иІэщ, ауэ ар дэ ди закъуэ дгъэзащІэкъым. Апостол Паул езымрэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэ нэгъуэщІхэмрэ щхьэкІэ мыпхуэдэу итхат: «Дэ Алыхьым дыдолажьэ» (1 Кор. 3:9, ДЩІ). Иеговэрэ Хьисэрэ дэ, гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм, пщІэшхуэ къытхуащІащ!

4. Иванрэ Матильдэрэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

4 Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм уащыдэІэпыкъум деж гуфІэгъуэшхуэ зыхыбощІэ. Колумбием щыпсэу Ива́нрэ абы и щхьэгъусэ Мати́льдэрэ я щапхъэр зэпкърытхынщ. Зэгуэрым ахэр Давье́р зицІэ щІалэм хъыбарыфІымкІэ щыдэгуашэм, а щІалэм мыпхуэдэу къажриІащ: «Сэ зысхъуэжыну сыхуейт, ауэ схузэфІэкІкъым». Давьер боксым хэтт, наркотик зрихьэлІэт, фадэкІэ иригъэлейт икІи нэчыхь ямыІэу Э́рикэ дэпсэут. Иван игу къегъэкІыж: «Давьер къуажэ пхыдзам щыпсэути, ар едгъэджэн щхьэкІэ гъуэгу ятІэм дытету велосипедкІэ сыхьэт бжыгъэкІэ абы и деж дыкІуэн хуейт. Давьер зэрызихъуэжыр Эрикэ къыщилъэгъуам, езыми Библиер иджыну хуей хъуащ». Зэман дэкІа иужь, Давьер ефэнри наркотик зэхьэлІэнри щигъэтыжащ, боксри къигъэнащ. Абы нэмыщІ абы Эрикэ къишащ. Матильдэ жеІэж: «2016-нэ гъэм абыхэм псым зыщыщІагъэуам щыгъуэ, дэ Давьер и псалъэхэр дигу къэкІыжащ: „Сэ зысхъуэжыну сыхуейт, ауэ схузэфІэкІкъым“. Дэ апхуэдизкІэ дыгуфІэти, ди нэпсхэр тхуэІыгътэкъым». Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм уадэІэпыкъуныр — сыту гуфІэгъуэшхуэ!

СЫТ АБЫ ЩХЬЭКІЭ ДЭ ТЩІЭН ХУЕЙР?

5. Хьисэ и лъэужь иувэну цІыхухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ, сыт япэрауэ дэ тщІэн хуейр?

5 Хьисэ и лъэужь иувэну цІыхухэм дадэІэпыкъун щхьэкІэ, япэрауэ Иеговэ къэзыцІыхуну хуейхэр къэдгъуэтын хуейщ (Мт. 10:11). Иеговэ теухуауэ цІыхухэм щажетІэм деж, дэ къыдогъэлъагъуэ Иеговэ и Щыхьэту дызэрыщытыр. ХъыбарыфІыр дгъэІуну Хьисэ унафэ къыдитар щыдгъэзащІэм деж, дэ къыдогъэлъагъуэ Хьисэ и лъэужь пэжу дызэрырикІуэр.

6. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ диІэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунур?

6 Языныкъуэ цІыхухэм яфІэфІу Библиер джын щІадзэ, ауэ дызыхуэзэ цІыху куэдым Алыхьым теухуауэ къащІэну яхуэмейуэ къытщыхъункІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, яфІэгъэщІэгъуэн хъун щхьэкІэ дадэІэпыкъун хуейщ. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ ехъулІэныгъэ диІэн щхьэкІэ фІыуэ зыдгъэхьэзырын хуейщ. ЯпэщІыкІэ цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъуну темэхэр къыхэх, иужькІэ цІыхухэм уепсэлъэн зэрыщІэбдзэну псалъэхэр гъэхьэзыр.

7. ЦІыхухэм епсэлъэн дапхуэдэу къызэрыщІэбдзэ хъунур? Фэ фызэреплъымкІэ, цІыхухэм жаІэм фІыуэ уедэІуэным икІи я еплъыкІэм пщІэ хуэпщІыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?

7 Псалъэм папщІэ, цІыхум мыпхуэдэу жепІэ хъунущ: «Зы упщІэ уэстыну сыхуейт. Дуней псом тет цІыхухэр гугъуехь зыхуэзэхэр зэщхьщ. Дауэ уеплърэ цІыхухэм я гугъуехьхэм кІэ езытын правительствэ щыІэу пІэрэ?» Абы иужь Даниил 2:44 итым утепсэлъыхь хъунущ. Абы нэмыщІ нэгъуэщІ бгъэдыхьэкІэ къэбгъэсэбэп хъунущ. Мыпхуэдэу еупщІ: «Сабийхэр дгъэсэну сыт къыддэІэпыкъунур?» Абы иужь Второзаконие 6:6, 7 ит псалъэхэр зэпкърых. Сыт хуэдэ темэ къыхомыхами, къодэІуэну цІыхухэм егупсыс. Библием ит щІэныгъэхэр зрагъэгъуэтмэ, дапхуэдэу абыхэм ар ядэІэпыкъунуми егупсыс. ЦІыхухэм ущепсалъэм деж, мыхьэнэшхуэ иІэщ жаІэм фІыуэ уедэІуэным икІи я еплъыкІэм пщІэ хуэпщІыным. Апхуэдэу пщІэмэ, цІыхухэр нэхъыфІу къыбгурыІуэнущ икІи езыхэри къодэІуэну гукъыдэж яІэнкІэ хъунущ.

8. ЦІыхум и деж щІэх-щІэхыурэ сыт щІытегъэзэжын хуейр?

8 ЦІыхум Библиер иджыну мурад ищІын ипэ, абы и деж мызэ-мытІэу тебгъэзэжурэ зэманрэ къару куэдрэ тебгъэкІуэдэн хуеину къыщІэкІынщ. Сыт апхуэдэу щІыщытыр? ЦІыхум и деж дыщыкІуэм, ар щыщІэмыс къохъу. Абы нэмыщІ ар уэ къосэу, Библиер уи гъусэу иджын щІидзэн щхьэкІэ, абы и деж мызэ-мытІэу укІуэн хуеинущ. КъэкІыгъэр хэхъуэн щхьэкІэ, абы щІэх-щІэхыурэ псы щІэкІэн хуейщ. ЦІыхури апхуэдэ дыдэщ: абы Иеговэрэ Хьисэрэ фІыуэ илъагъун щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ и гъусэу Алыхьым и Псалъэр зэпкърыпхын хуейщ.

ХЬИСЭ И ЛЪЭУЖЬ ИУВЭН ЩХЬЭКІЭ ЦІЫХУХЭМ ДАДЭІЭПЫКЪУНУ КЪАЛЭН ДИІЭМ АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭР ПСОРИ ХЭТУ ПІЭРЭ?

Мужчина берет в аэропорту буклет со стенда с литературой; в отпуске он видит братьев, служащих со стендом; когда он возвращается из отпуска, к нему домой приходят два брата, и он их выслушивает

Дуней псом Иеговэ и Щыхьэтхэм пэжыр къэзыщІэну хуей цІыхухэр къалъыхъуэ. (9, 10-нэ абзацхэм феплъ.)c

9, 10. Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыхухэр къэлъыхъуэным Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри хэту сыт жыпІэ щІэхъунур?

9 Алыхьым и лъэпкъым Хьисэ и лъэужь иувэн цІыхухэр къелъыхъуэ икІи а лэжьыгъэм Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыри хэтщ. Сабий кІуэдар къызэралъыхъуэм а лэжьыгъэр ебгъэщхь хъунущ. Зэгуэрым илъэсищ хъу зы щІалэ цІыкІу гуэр кІуэдат. Ар цІыху 500-м къалъыхъуащ. Сыхьэт тІощІ дэкІауэ, абыхэм ящыщ зым нартыху губгъуэм сабийр къыщигъуэтыжащ. А цІыхум сабийр езым и закъуэ къигъуэтыжауэ ибжтэкъыми, мыпхуэдэу жиІащ: «Дэ цІыху щэ бжыгъэ дыхъут икІи ар псоми ди фІыгъэщ».

10 ЦІыху куэдыр апхуэдэ сабий гъуэщам хуэдэщ, абыхэм гугъэ яІэкъым, ауэ къадэІэпыкъуну хуейщ (Еф. 2:12). Ахэр мелуаниим нэхърэ нэхъыбэ хъу Иеговэ и Щыхьэтхэм къалъыхъуэ. Фэ Библиер зыджыну хуей цІыху къэвмыгъуэтагъэнкІэ хъунущ, ауэ фи щІыпІэм хъыбарыфІыр щызыгъэІу Алыхьым и лэжьакІуэ нэгъуэщІхэм апхуэдэ цІыху къагъуэта хъунщ. Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыху ди къуэшым е ди шыпхъум къыщигъуэтым деж дэ псори догуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар псоми ди фІыгъэщ.

11. Фэ Библием зыри евмыгъаджэу щытми, Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дапхуэдэу фазэрыдэІэпыкъуфынур?

11 Фэ зэкІэ Библием зыри евмыгъаджэу щытми, Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм фадэІэпыкъуфынущ. Псалъэм папщІэ, дыщызэхуэс Унэм япэу къэкІуа цІыхур гуапэу къевгъэблагъэ хъунущ икІи фыдэІэпыкъуну фызэрыхьэзырыр жефІэ хъунущ. Апхуэдэу фщІэмэ, ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр ялъэгъунущ икІи къагурыІуэнущ Хьисэ и лъэужь дызэрырикІуэр (Ин. 13:34, 35). ЗэІущІэхэм жэуапхэр зэрыфтымкІэ, ахэр кІэщІу щытми, щІэуэ къэкІуа цІыхум щапхъэ евгъэлъэгъуфынущ и фІэщхъуныгъэм теухуауэ и гум къыбгъэдэкІыу, пщІэ хэлъу дапхуэдэу жэуап итын хуейми. Абы нэмыщІ хъыбарыфІыр игъэІуу щІэзыдза цІыхум и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну укІуэ хъунущ икІи удэІэпыкъу хъунущ цІыхухэм щепсалъэкІэ Библием ит едзыгъуэхэр къигъэсэбэпыну. Апхуэдэу Хьисэ щапхъэ трихыу ар евгъэсэнущ (Лк. 10:25—28).

12. Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыхум удэІэпыкъун щхьэкІэ Іэмал имыІэу щІэныгъэшхуэ е зэфІэкІ гуэрхэр уиІэн хуейуэ щыт? КъыдгурывгъаІуэ.

12 Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыхум удэІэпыкъун щхьэкІэ Іэмал имыІэу щІэныгъэшхуэ е зэфІэкІ гуэрхэр уиІэн хуейуэ щыткъым. Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Боливием щыпсэу Фаусти́нэ япэ дыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм щыхуэзам щыгъуэ, абы еджэкІэ ищІэтэкъым. Ар иджыпсту йоджэф, ауэ еджэныр къогугъуэкІ. Фаустинэ псым зыщІигъэуащ икІи нэгъуэщІхэр фІэфІу пэжым хурегъаджэ. Тхьэмахуэ къэс абы цІыхуитху ирегъаджэ. Фаустинэ иригъаджэ цІыхухэм нэхърэ нэхъ Іейуэ еджэми, а шыпхъум и фІыгъэкІэ цІыхуихым псым зыщІагъэуащ (Лк. 10:21).

13. ДызэрыхущІэмыхьэм емылъытауэ Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыхум дызэрыдэІэпыкъур дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъунур?

13 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ куэдым Іуэху куэд яІэщи, зэман мащІэщ къахуэнэр. Абы емылъытауэ абыхэм цІыхухэр Библием ирагъэджэну зэман къагъуэт икІи абы гуфІэгъуэ хах. Ди шыпхъу Ме́лани и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар Аляскэ пхыдзауэ щыІэ къалэ цІыкІум щопсэу. Абы и закъуэу илъэсий хъу и пхъур ипІт, тхьэмахуэм махуитхукІэ лажьэт, абы нэмыщІ рак къызэуз и адэр зэрихьэт. А къалэм Иеговэ и Щыхьэту Мелани и закъуэт дэсыр. Ар хуабжьу хуейт Библием иригъэджэн къигъуэтыну. Абы къыхэкІкІэ ар зэпымыууэ Алыхьым елъэІут къару къритыну, зэрыщІыІэм емылъытауэ хъыбарыфІыр хуэгъэІун щхьэкІэ. Апхуэдэу ар Са́рэ хуэзащ, а цІыхубзыр Алыхьым цІэ зэриІэр къызэрищІам хуабжьу щыгуфІыкІат. Зэман гуэр дэкІа иужь Сарэ Библиер иджын щІидзащ. Мелани игу къегъэкІыж: «Сешауэ си лъакъуитІым самыІыгъыжми, мэрем махуэ къэс пщыхьэщхьэм сэрэ си пхъумрэ Сарэ едгъэджэну дыкІуэт. Ар си пхъумрэ сэрэ сэбэп къытхуэхъут. Сарэ упщІэ куэд иІэт икІи дэ тфІэфІт а упщІэхэм я жэуапхэр къэдгъуэтыну. Ар Иеговэ и ныбжьэгъу зэрыхъур плъэгъуну гуфІэгъуэшхуэт!» Сарэ цІыху куэд къыпэщІэуват, ауэ абы лІыгъэ хэлъу абыхэм пэщІэтыфащ, здэкІуэу щыта члисэр къигъэнащ икІи псым зыщІигъэуащ.

ШЫІЭНЫГЪЭ СЫТ ЗЫХЭДГЪЭЛЪЫН ЩІЫХУЕЙР?

14. 1) Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыхухэр къызэрыдгъуэтыр сыт бдзэжьей ещэным щІебгъэщхь хъунур? 2) 2 Тимофей 4:1, 2 ит Паул и псалъэхэм сытым фыхуагъэушрэ?

14 ХъыбарыфІ щывгъэІукІэ ехъулІэныгъэ фимыІэу къыфщыхъуу щытми, Хьисэ и лъэужь иувэну хуей цІыхухэр къэфлъыхъуэн щывмыгъэт. ФщІэжу къыщІэкІынщ Хьисэ а Іуэхур бдзэжьей ещэным зэрыригъэщхьар. Бдзэжьеящэхэр сыхьэт бжыгъэкІэ щежьэ щыІэщ зыгуэр къаубыдын ипэ. Ахэр щІэх-щІэхыурэ жэщу е пщэдджыжьым жьыуэ бдзэжьей ещэн хуей мэхъу, иныкъуэм дежи псы Іуфэм жыжьэу щыІукІ щыІэщ (Лк. 5:5). Апхуэдэу языныкъуэ Алыхьым и лэжьакІуэхэм хъыбарыфІыр щагъэІу щІыпІэмрэ зэманымрэ яхъуэжурэ сыхьэт бжыгъэкІэ шыІэныгъэ яхэлъу «бдзэжьей йощэ». Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, апхуэдэ бгъэдыхьэкІэ къызэрагъэсэбэпым и фІыгъэкІэ цІыху нэхъыбэ хуэзэфынущ. Къару нэхъыбэ езыхьэлІэ къуэш, шыпхъухэм пэжыр къэзылъыхъуэ цІыхухэм хуэзэну Іэмал нэхъыбэ яІэщ. ХъыбарыфІыр щыбгъэІукІэ къэбгъэсэбэп бгъэдыхьэкІэр пхуэхъуэжыну пІэрэ, псалъэм папщІэ цІыхухэр унэм щыщІэс зэманым е нэхъ ущыхуэзэфыну щІыпІэм укІуэфыну? (Къеджэ 2 Тимофей 4:1, 2.)

Тот же мужчина изучает Библию; в итоге он крестится

Библием евгъаджэ цІыхухэм шыІэныгъэ фхэлъу фадэІэпыкъу Иеговэ къацІыхуну, ар фІыуэ ялъагъуну икІи абы жиІэм едэІуэну. (15, 16-нэ абзацхэм феплъ.)d

15. Библием цІыхур щедгъаджэм деж сыт шыІэныгъэ дыщІыхуейр?

15 Библием цІыхур щедгъаджэм дежи сыт шыІэныгъэ дыщІыхуейр? ЦІыхум Библием ит щІэныгъэхэр къищІэу, ахэр фІыуэ илъагъуну дызэрыдэІэпыкъум нэмыщІ, дэ дыхуейщ Библиер къызыбгъэдэкІа Иеговэ абы фІыуэ илъагъуну. Абы нэмыщІ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм сыткІэ ящыгугъми цІыхум къызэрыгурыдгъаІуэм имызакъуэу, абы едгъэлъэгъун хуейщ Хьисэ зыхуригъаджэу щытам дапхуэдэу утетынуми. ЦІыхум Библием ит принципхэр къигъэсэбэпыну ущыдэІэпыкъум деж шыІэныгъэ пхэлъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Языныкъуэхэм я гупсысэкІэмрэ хьэл яІэхэмрэ яхъуэжыным мазэ бжыгъэ хуейщ, ауэ нэгъуэщІхэм зэман нэхъыбэ хуеинкІэ хъунущ.

16. Рауль и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?

16 Перу миссионеру щылэжьа ди зы къуэшым и щапхъэм къегъэлъагъуэ шыІэныгъэм фІыгъуэ къызэрыпэкІуэр. Абы мыпхуэдэу жиІэжащ: «Сэ Рау́ль Библием езгъаджэт икІи тхылъитІ дджат, ауэ ар абы къыдэІэпыкъуакъым и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну. Ар и щхьэгъусэм гурыІуэтэкъым, псалъэ фІейхэр жиІэт, и сабийхэми пщІэ къыхуащІтэкъым. Рауль сытым дежи зэхуэсым къакІуэти, сэ абэ и деж кІуэн щызгъэтакъым, езыми и унагъуэми садэІэпыкъун щхьэкІэ. Дэ дызэрызэхуэзэрэ илъэсищ дэкІа иужьщ псым зыщІигъэуэну ар хуэхьэзыр щыхъуар».

17. Сыт къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнур?

17 Хьисэ унафэ къытхуищІащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ». А къалэныр щыдгъэзащІэм деж мызэ-мытІэу дрохьэлІэ дэ диІэ еплъыкІэм икъукІэ къыщхьэщыкІ еплъыкІэ зиІэ цІыхухэм. Абыхэм яхэтщ Алыхьыр зи фІэщ мыхъухэр икІи дин гуэр къэзыщтэну хуэмейхэр. Апхуэдэ цІыхухэм дапхуэдэу хъыбарыфІыр яхуэтІуатэ хъунуми къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дадэІэпыкъуну къалэн диІэр хэт зыгъэзащІэр?

  • Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дащыдэІэпыкъум деж сыт шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щІыхуейр?

68-НЭ УЭРЭДЫР Пащтыхьыгъуэм и жылэр хыдосэ

a Зэхуэсым и къалэн нэхъыщхьэхэм щыщ зыр — Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дэІэпыкъуныращ. А къалэныр вгъэзэщІэну къывдэІэпыкъуну чэнджэщхэр мы статьям къыщывгъуэтынущ.

b ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм, абы зыхуригъаджэу щытар къызэращІэм имызакъуэу, къащІам тету мэпсэу. Ахэр хущІокъу сыт и лъэныкъуэкІи Хьисэ щапхъэ трахыну (1 Пет. 2:21).

c СУРЭТЫР. Отпуск кІуэ цІыхухъум аэропортым Иеговэ и Щыхьэтхэм я деж буклет къыщещтэ. ИужькІэ къалэ здэкІуам къыщикІухьурэ абы нэгъуэщІ Иеговэ и Щыхьэтхэр стендым бгъэдэту елъагъу. Отпускым къикІыжа иужь абы и деж ди къуэшитІ макІуэ.

d СУРЭТЫР. А цІыхухъу дыдэм Библиер едж; икІэм-икІэжым абы псым зыщІегъауэ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын