28 СТАТЬЯР
Ди лэжьыгъэр зэхуащІауэ щытми, адэкІи Иеговэ фыхуэлажьэ
«Дэ Іуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыІуэтэжу хъунукъым» (АПОСТ. 4:19, 20).
126-НЭ УЭРЭДЫР Быдэу, жану фыщыт!
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. 1) Языныкъуэ къэралхэм ди лэжьыгъэр зэрызэхуащІар сыт дэ щІэдмыгъэщІагъуэр? 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
ХЪЫБАРЫФІЫР дгъэІуну зэран къыщытхуэхъу е ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм 2018-нэ гъэм цІыху 223 000-м щІигъур Иеговэ и лэжьыгъэм хэтащ. Къэралым и унафэщІхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм зэрыпэщІэувэр дэ дгъэщІагъуэкъым. Мыбы ипэ зэпкърытха статьям зэритамкІэ, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящІэ ахэр гугъу зэрырагъэхьынур (2 Тим. 3:12). Дэ дэнэ дыщымыпсэуами лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъ ди Алыхь Иеговэ дызэрыхуэлажьэм къэрал унафэщІхэр зэран хуэхъуу, дызэхуащІынкІэ хъунущ.
2 Фи къэралым апхуэдэ къыщыхъуауэ щытмэ, фэ мыпхуэдэ упщІэхэр фиІэнкІэ хъунущ: дыкъызэрырахуэкІым Алыхьыр къытхуэмыарэзыуэ къикІрэ? ДызэрызэхуащІам ди лэжьыгъэр къигъэувыІэну? Иеговэ хуиту сыщыхуэлэжьэн къэрал гуэрым сыІэпхъуэмэ нэхъыфІ? АдэкІэ мы упщІэхэр зэпкърытхынщ икІи ди лэжьыгъэр зэхуащІауэ щытми, Алыхьым дызэрыхуэлэжьэну щІыкІэмрэ дызыхуэсакъын хуеймрэ къэтщІэнщ.
ДЫКЪЫЗЭРЫРАХУЭКІЫМ КЪИКІРЭ АЛЫХЬЫР КЪЫТХУЭМЫАРЭЗЫУЭ?
3. 2 Коринф 11:23—27 зэритымкІэ, Паул сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуа икІи абы и щапхъэм сыт къыдгуригъаІуэр?
3 ДыкъызэрырахуэкІым Иеговэ къытхуэмыарэзыуэ дригъэгупсысынкІэ хъунущ. Ауэ ар пцІыщ. Псалъэм папщІэ, Паул дигу къэдгъэкІыжынщ. Шэч хэмылъу, Алыхьыр абы хуэарэзыт. Алыхьым абы щІыхь хуищІри АлыджыбзэкІэ тха Тхыгъэхэм хыхьэ письмо 14-р иригъэтхащ икІи нэгъуэщІ лъэпкъхэм и апостол ищІащ. Абы емылъытауэ, Паул гущІэгъуншэу кърахуэкІыу щытащ. (Къеджэ 2 Коринф 11:23—27.) Паул и щапхъэм къегъэлъагъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърахуэкІыну Иеговэ хуит зэрищІыр.
4. «Мы дунейм и цІыхухэм» сыт дэ дыкъалъагъу щІэмыхъур?
4 Хьисэ жиІауэ щытащ дыкъызэрырахуэкІыр дгъэщІэгъуэн щІыхуэмейр: «Мы дунейм фыщыщкъым... Аращ мы дунейм и цІыхухэм фыкъалъагъу щІэмыхъур» (Ин. 15:18, 19). ДыкъызэрырахуэкІым Иеговэ къытхуэмыарэзыуэ къикІкъым, атІэ абы къегъэлъагъуэ дэ пэжым дызэрытетыр!
ДЫЗЭРЫЗЭХУАЩІАМ ДИ ЛЭЖЬЫГЪЭР КЪИГЪЭУВЫІЭНУ?
5. ЦІыхухэм Алыхьым хуэлэжьэныр къагъэувыІэфыну? КъыдгурывгъаІуэ.
5 ЦІыхухэм яхузэфІэкІынукъым ЛъэкІыныгъэшхуэ зиІэ Алыхь Иеговэ хуэлэжьэныр къагъэувыІэну. Куэдыр абы иужь итащ, ауэ зыми къехъулІакъым. Дигу къэдгъэкІыжынщ ЕтІуанэ дунейпсо зауэшхуэр щекІуэкІам къэхъуар. Къэрал куэдым я унафэщІхэм Алыхьым и лъэпкъыр хуабжьу гугъу ирагъэхьт. Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр языныкъуэ къэралхэм щызэхуащІауэ щытащ. Псалъэм папщІэ, Германием, Австралием, Канадэм, нэгъуэщІ къэралхэми. Ауэ гу лъыфтэт: 1939 гъэм, зауэр щыщІидзам Иеговэ и лэжьакІуэу 72 475 дуней псом щыІэт. 1945 гъэм, зауэр щиухым ахэр 156 299 хъут. Иеговэ и Щыхьэтхэм я бжыгъэр тІум нэхърэ нэхъыбэкІэ хэхъуащ. Шэч хэмылъу, ар Иеговэ и фІыгъэщ!
6. ДыкъызэрырахуэкІыр сыт хуэдэ лъэныкъуэкІэ сэбэп хъурэ? Щапхъэ къэфхь.
6 ДыкъызэрырахуэкІым дигъэгузавэу щытми, ар нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ сэбэп мэхъу — Иеговэ нэхъыбэу дыхуэлэжьэну дыхуигъэушыфынущ. Псалъэм папщІэ, сабий цІыкІу зиІэ зэщхьэгъуситІым я щапхъэм деплъынщ. Ахэр Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым щыпсэут. Ауэ шынэр зытрамыгъакІуэу, абыхэм пионеру лажьэу щІадзащ. Абы щхьэкІэ ди шыпхъум ахъшэфІ къызэрыкІ и лэжьыгъэр къигъэнащ. Абы и щхьэгъусэм зэрыжиІэмкІэ, ахэр зэрызэхуащІам цІыху куэд хуигъэушащ Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэну. Абы и фІыгъэкІэ къуэшым и дежкІэ нэхъ тынш хъуащ цІыхухэр Библием иригъэджэн щІидзэну. Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр а къэралым зэрызэхуащІар нэгъуэщІ лъэныкъуэкІи сэбэп хъуащ. А къэралым щыпсэу зэхуэсым и нэхъыжьым жиІащ Иеговэ хуэмылэжьэж куэдыр зэІущІэхэм къакІуэу зэрыхъуар икІи хъыбарыфІ гъэІуныр зэрыщІадзэжар.
7. 1) Левит 26:36, 37 итым сытым дыхуигъасэрэ? 2) ФызэхуащІу щытмэ, сыт фэ фщІэнур?
7 ДызэрызэхуащІымкІэ ди бийхэм дагъэшынэу, Иеговэ хуэлэжьэн щыдагъэгъэтыну хэтщ. Дэ ттеухуауэ пцІы жаІэнкІэ хъунущ, ди унэр щІащыкІынкІэ хъунущ, судым дратынкІэ, уеблэмэ, дагъэтІысынкІэ хъунущ. Ахэр щогугъ дэ тщыщ гуэр ягъэтІысмэ, мыдрейхэр шынэм зэщІиубыдэну. КъыдащІэнкІэ хъунум дегупсысурэ зыдгъэшынэжмэ, Иеговэ нэхъ мащІэу дыхуэлажьэу хъункІэ хъунущ, уеблэмэ, ар къэдгъэнэнкІи хъунущ. Левит 26:36, 37b зи гугъу ищІхэм хуэдэ дыхъуну дыхуейкъым. (Къеджэ.) Шынэр дэ зытедгъэкІуэнукъым Иеговэ дыхуэлэжьэну гукъыдэж диІэр тфІимыгъэкІуэдын е дыхуэмылэжьэжыххэу димыщІын щхьэкІэ. Дэ Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь худощІ икІи дызэрымыгужьеиным иужь дитщ (Ис. 28:16). Дэ Иеговэ делъэІунущ тщІэнум теухуауэ унафэ къыдитыну. Шэч къытетхьэкъым: Алыхьыр ди гъусэмэ, теубыдагъэ тхэлъу абы дыхуэлэжьэну дэ зыри, уеблэмэ, мы дунейм нэхъ лъэкІыныгъэ зиІэхэри зэран къытхуэхъуфынукъым (Евр. 13:6).
НЭГЪУЭЩІ КЪЭРАЛЫМ СЫІЭПХЪУЭМЭ НЭХЪЫФІ?
8, 9. 1) Унагъуэм и нэхъыжь дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ унафэ ищІын хуейр? 2) Унафэ тэмэм тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?
8 Ущыпсэу къэралым Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр щызэхуащІамэ, упщІэ уиІэнкІэ хъунущ: «Алыхьым хуиту сыщыхуэлэжьэфыну къэралым сыІэпхъуэмэ, нэхъыфІу пІэрэ?» Ар дэ зыми къыджиІэфынукъым. Абы и унафэр дэ езым тщІыжын хуейщ. Языныкъуэхэм къадэІэпыкъункІэ хъунущ япэ лІэщІыгъуэм Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр кърахуэкІыу щыщІадзам щыгъуэ, абыхэм ящІа унафэр. Стефан мывэкІэ яукІа иужь Ерусалим дэс Хьисэ и гъэсэнхэр «Иудей, Самарие хэкухэм щызэбгрыкІащ» икІи «Финикие хэкуми, Кипр хытІыгуми, Антиохие къалэми нэс кІуащ ахэр» (Апост. 8:1; 11:19; Мт. 10:23). НэгъуэщІхэм къадэІэпыкъункІэ хъунущ Паул ищІа унафэр. Абы мурад ищІащ хъыбарыфІ гъэІуным бийхэр щыпэщІэувэ щІыпІэм имыкІыну. И гъащІэр фІэкІуэдынкІэ шынагъэ щыІэми, абы хъыбарыфІыр игъэІут икІи къуэшхэр гугъу щрагъэхь къалэхэм кІуэурэ, ахэр игъэбыдэт (Апост. 14:19—23).
9 Мы Іуэхугъуэхэм дэ сытым дыхуагъасэрэ? Унагъуэм и нэхъыжьым унафэ ищІын хуейщ и унагъуэм дежкІэ сытыр нэхъыфІми. Унафэ ищІын ипэ абы Иеговэ лъэІукІэ зыхуигъазэу, унагъуэм и Іуэхур зыІутыр зэхигъэкІын хуейщ, абы нэмыщІ нэгъуэщІ къэрал Іэпхъуэу щытмэ, абы фІыуи Іейуи хэлъым егупсысын хуейщ. А упщІэм теухуауэ унафэ ищІымкІэ «хэти и хьэлъэр» езым ихьыжынущ (Гал. 6:5). Унафэ ищІам щхьэкІэ зыри дгъэкъуаншэ хъунукъым.
ДИ ЛЭЖЬЫГЪЭР ЗЭХУАЩІАУЭ ЩЫТМЭ, ДАПХУЭДЭУ ИЕГОВЭ ДЫЗЭРЫХУЭЛЭЖЬЭНУР?
10. Филиалымрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ сыт хуэдэ унафэхэр къыдатыну?
10 Ди лэжьыгъэр зэхуащІауэ щытмэ, дапхуэдэу Иеговэ адэкІи дызэрыхуэлэжьэнур? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэнум теухуауэ филиалым унафэхэр къаритынущ, абы нэмыщІ къажриІэнущ узыщыгугъ хъун унэІутым къыбгъэдэкІ ерыскъыр къызэрытІэрыхьэну щІыкІэр, зэІущІэхэр зрекІуэкІынур икІи хъыбарыфІыр дапхуэдэу дгъэІунуми. Филиалым зэхуэсым и нэхъыжьхэм запищІэну Іэмал имыІэмэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр уэри зэхуэсым щыщ псоми дэІэпыкъунущ адэкІи Иеговэ фыхуэлэжьэну. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къыдатыну унафэхэр Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ тегъэщІауэ щытынущ (Мт. 28:19, 20; Апост. 5:29; Евр. 10:24, 25).
11. Сыт шэч къытетхьэн щІыхуэмейр ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ сыт щыгъуи «шхын и чэзум» дызэриІэнум? Библиемрэ ди тхыгъэхэмрэ фиІэн щхьэкІэ сыт фэ фщІэ хъунур?
11 Иеговэ дыкъигъэгугъащ ди фІэщхъуныгъэр быдэу щытын щхьэкІэ «шхын и чэзум» къыдитыну (Лк. 12:42—44; Ис. 65:13, 14). Шэч къытевмыхьэ: Алыхьым и организацэм хузэфІэкІыр ищІэнущ фи фІэщхъуныгъэр фхъумэжын щхьэкІэ. Ауэ фэ фи лъэныкъуэкІэ сыт фщІэ хъунур? ФызэхуащІа иужь Библиемрэ абы тегъэщІа ди тхыгъэхэмрэ къамыгъуэтын хуэдэу вгъэпщкІу. Фысакъ, а ерыскъы лъапІэр тыншу къагъуэтын хуэдэу щывмыгъэлъ, ар традза ди тхыгъэхэу щытми е электроннэ Іэмэпсымэхэм тету щытми. Дэтхэнэ зыми тхузэфІэкІыр тщІэн хуейщ ди фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэн щхьэкІэ.
Иеговэ къыддэІэпыкъунущ шынэ зытедмыгъэкІуэну икІи зэІущІэхэм дыкІуэну. (12-нэ абзацым феплъ.)e
12. ЗэІущІэр зэрекІуэкІым нэгъуэщІхэм гу лъамытэн щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэнур?
12 Ди зэІущІэхэр-щэ? Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэІущІэхэр щекІуэкІым деж нэгъуэщІхэм гу зэрылъамыгъэтэнум иужь итынущ. Абыхэм гуп цІыкІуурэ фІэкІ фызэхуэмысыну къывэлъэІункІэ хъунущ, абы нэмыщІ зэІущІэр щекІуэкІыну зэманымрэ щІыпІэмрэ щІэх-щІэхыурэ яхъуэжынкІэ хъунущ. Къуэш, шыпхъухэр хъума хъун щхьэкІэ зэІущІэм фыщекІуалІэкІи фыщыкІуэжкІи щэхуу фыпсалъэн хуей хъунущ. Япэм зэІущІэм фызэрыкІуэу щыта щыгъынхэр щывмытІагъэу, гу къыфлъамытэн хуэдэу зыфхуэпэн хуей хъуну къыщІэкІынщ.
Ди лэжьыгъэр зэхуащІу щытми, дэ хъыбарыфІыр дгъэІун щыдгъэтынукъым. (13-нэ абзацым феплъ.)f
13. СССР зэманым щыгъуэ псэуа Иеговэ и Щыхьэтхэм я щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ?
13 Дапхуэдэу хъыбарыфІыр зэрыдгъэІунур? Ар дыщыпсэу щІыпІэм елъытащ. Дапхуэдэу щымытми, дэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІун Іэмал къэдгъуэтынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ фІыуэ долъагъу икІи абы и Пащтыхьыгъуэм теухуауэ нэгъуэщІхэм яжетІэну дыхуейщ (Лк. 8:1; Апост. 4:29). Тхыдэм елэжь Э́мили Бэ́ран СССР зэманым щыгъуэ псэуа Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Алыхьыр зи фІэщ хъухэм я фІэщхъуныгъэм теухуауэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну къэрал унафэщІхэм щамыдэм щыгъуэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъунэгъухэм, къыдэлажьэхэм, я ныбжьэгъухэм епсалъэу щІадзащ. Абы щхьэкІэ ахэр щагъэтІысам, я гъусэу тутнакъым ис нэгъуэщІ цІыхухэм я фІэщхъуныгъэмкІэ дэгуашэу щІадзащ». Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр зэрызэхуащІам къуэшхэр къигъэувыІакъым. Фэри фи къэралым фызэхуащІу щытмэ, абыхэм я щапхъэр фигу къэвгъэкІыж.
СЫТЫМ ДЫХУЭСАКЪЫН ХУЕЙ?
Зыри щыжомыІэн зэман зэрыщыІэр зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым. (14-нэ абзацым феплъ.)g
14. Псалом 39:1 итыр дауэ къызэрыддэІэпыкъунур дысакъыну?
14 Лей жывмыІэ. ФыщызэхуащІам деж зыщывмыгъэгъупщэ «зыри щыжомыІэн зэман» зэрыщыІэр (Эккл. 3:7). Дэ дыбзыщІын хуейщ къуэш, шыпхъухэм я цІэр, зэІущІэхэр здекІуэкІ щІыпІэр, хъыбарыфІыр зэрыдгъэІу Іэмалхэр, абы нэмыщІ ди тхыгъэхэр къызэрытІэрыхьэ щІыкІэр. Апхуэдэ информациер къэрал унафэщІхэм, уеблэмэ, ди ныбжьэгъухэм, Іыхьлыхэм яжетІэкъым ди къэралым е нэгъуэщІ къэралым ахэр щыпсэуми икІи Иеговэ и Щыхьэту щытми. ЖыдмыІэпхъэ жытІэу щытмэ, къуэш, шыпхъухэм зэран дахуэхъункІэ хъунущ. (Къеджэ Псалом 39:1c.)
15. Иблисыр сытым хущІэкъурэ икІи и къапхъэным димыхуэн щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?
15 Мыхьэнэ зимыІэ Іуэхугъуэхэр зэкъуэтыныгъэм зэран хуэвмыгъэхъу. Иблисым фІы дыдэу ещІэ: «зы унэр лъэныкъуитІ зэрыгъэхъумэ, ар щыІэжын лъэкІынукъым» (Мк. 3:24, 25). Аращи, абы хузэфІэкІыр ищІэнущ ди зэкъуэтыныгъэр икъутэн щхьэкІэ. ШейтІаныр щогугъ абы дыпэщІэтыным ипІэкІэ дэ зым зыр деныкъуэкъуну.
16. Ди шыпхъу Гертруд Пётцингер и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
16 Алыхьым и лэжьакІуэ пэжхэри сыт щыгъуи зыкІэлъыплъыжын хуейщ. Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ ди шыпхъуитІ Ге́ртруд Пётцингеррэ Э́льфриде Лёррэ я щапхъэр зэпкърытхынщ. Ахэр нэгъуэщІ ди шыпхъухэри я гъусэу концлагерым ист. Гертруд Эльфриде ефыгъуэу щІидзащ, абы псалъэ гъэхьэзырахэр жиІэу, шыпхъухэр зэригъэгушхуэфым щхьэкІэ. Зэман гуэр дэкІа иужь Гертруд апхуэдэу зэрыщытым щхьэкІэ и напэр сыуэ хъуащ икІи абы Иеговэ лъэІу гуащІэкІэ зыхуигъазэу щІидзащ, ар къыдэІэпыкъун щхьэкІэ. Абы итхащ: «Дэ тхузэфІэкІым нэхърэ нэхъыбэ нэгъуэщІхэм зэрахузэфІэкІынкІэ хъунур къыдгурыІуэу зедгъэсэн хуейщ, абы нэмыщІ абыхэм пщІэ зыпылъ къалэн нэхъыбэ зэрагъэзащІэм щхьэкІэ дызэгуэпын хуейкъым». Гертруд фыгъуэным дауэ пэлъэща? Абы гу лъитэу щІидзащ Эльфриде хьэл-щэныфІ хэлъхэм икІи цІыху гуапэу зэрыщытым. Апхуэдэу абы и гум илъ Іейм пэлъэщыну хузэфІэкІащ. Ахэр концлагерым къикІыжащ икІи лІэжыху Иеговэ хуэпэжу щытащ. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ зэрыдэмылъыным къарууэ диІэр етхьэлІэмэ, ШейтІаным хузэфІэкІынукъым ди зэкъуэтыныгъэр икъутэну (Кол. 3:13, 14).
17. Уи щхьэ ущыгугъыжыным сыт хуэдэ шынагъэ пылъ?
17 Уи щхьэ ущыгугъыжыныр шынагъуэщ. Къуэшхэм жаІэм дедаІуэмэ, гугъуехьхэм зыщытхъумэфынущ (1 Пет. 5:5). Зы щапхъэ зэпкърытхынщ. Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым щыпсэу зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм унафэ ящІат ди тхыгъэ тедзахэм щыщ хъыбарыфІыр зыжраІэхэм зыми къыхуамыгъэнэну. Ауэ пионеру лажьэ ди зы къуэшыр егупсысащ, абы нэхъыфІыр ищІэу икІи япэм зэрищІу щытам хуэдэу, ди тхыгъэхэр игуэшын пищащ. Сыт абы кърикІуар? Зэгуэрым абырэ Иеговэ и Щыхьэт нэгъуэщІхэмрэ зэгъусэу хъыбарыфІыр ягъэІут. ХъыбарыфІ гъэІуныр яуха къудейуэ абыхэм полицэ къабгъэдыхьащ. ДауикІ, къуэшхэм кІэлъыплъауэ къыщІэкІынт икІи ягуэша литературэ абыхэм къаІэрыхьащ. А Іуэхугъуэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? Къуэшхэм къыдат унафэхэм дытетын хуейщ, нэгъуэщІу тщІымэ нэхъыфІ хъуну къытщыхъуми. Иеговэ и организацэм къалэн щагъэзэщІэну щІыхь зыхуищІа къуэшхэм жаІэм дедаІуэу щытмэ, фІыгъуэ куэд Алыхьым къытхуищІэжынущ (Евр. 13:7, 17).
18. Зэхуэсыр зыхуэмыныкъуэ хабзэхэр сыт щІэбгъэув мыхъунур?
18 Зэхуэсыр зыхуэмыныкъуэ хабзэхэр фымыгъэув. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхуэсыр зыхуэмыныкъуэ хабзэхэр ягъэуву щытмэ, къуэш, шыпхъухэм я Іуэхур нэхъ гугъу хъунущ. Чехословакием Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр щызэхуащІа зэманым теухуауэ ди къуэш Ю́рай Ками́нский игу къегъэкІыж: «Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжь куэдымрэ щаубыдам щыгъуэ, абыхэм я пІэкІэ зэхуэсхэмрэ районхэмрэ къалэн щызыгъэзащІэу щІэзыдзахэм хабзэ куэд ягъэуву щІадзащ, къуэш, шыпхъухэм ящІэ хъунумрэ мыхъунумрэ теухуауэ». НэгъуэщІхэм я пІэкІэ унафэ тщІыну Иеговэ хуит дищІакъым. Зэхуэсыр зыхуэмыныкъуэ хабзэхэр зыгъэувхэм къуэш, шыпхъухэр къахъумэу аракъым, атІэ абыхэм я фІэщхъуныгъэм тепщэ хуэхъуу аращ (2 Кор. 1:24).
ИЕГОВЭ ХУЭЛЭЖЬЭН ЗЭИ ЩЫВМЫГЪЭТ
19. 2 Летопись 32:7, 8 ит псалъэхэм сыт ди фІэщ ящІыр?
19 Ди бийхэм псом нэхърэ нэхъ бзаджэ ШейтІан Иблисыр Иеговэ и Щыхьэтхэм адэкІи пэщІэтынущ (1 Пет. 5:8; Апок. 2:10). ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэ зыІыгъхэмрэ лъэкІ къагъэнэнукъым Иеговэ хуэлэжьэныр къагъэувыІэн щхьэкІэ. Ауэ дагъэшынэну иужь зэритым емылъытауэ, дэ Иеговэ хуэлэжьэн зэи щыдгъэтынукъым (Втор. 7:21). Иеговэ ди лъэныкъуэу щытщ икІи ди лэжьыгъэр зэхуащІу щытми, ар къыддэІэпыкъунущ. (Къеджэ 2 Летопись 32:7, 8d.)
20. Сыт фэ фщІэну фи мурадыр?
20 Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щапхъэ тедвгъэх. Абыхэм къэрал унафэщІхэм жраІат: «Тхьэм демыдаІуэу, фэ дывэдэІуэныр Тхьэм дежкІэ хъунрэ мыхъунрэ фэр-фэрурэ фегупсыс. Дэ Іуэхуу тлъэгъуамрэ зэхэтхамрэ дымыІуэтэжу хъунукъым» (Апост. 4:19, 20).
55-НЭ УЭРЭДЫР Бийхэм фащымышынэ!
a Къэрал унафэщІхэм Иеговэ дыхуэлэжьэну къытпаубыдмэ, сыт тщІэнур? Иеговэ адэкІи дыхуэлэжьэн щхьэкІэ сыт тщІэ хъунуми, сыт тщІэ мыхъунуми теухуа чэнджэщхэр мы статьям щызэпкърытхынущ.
b Левит 26:36, 37: «Фэ фщыщу къэна цІыхухэм я гум шынэ щислъхьэнущ я бийхэм я щІыналъэм. Жьым кърихьэкІ тхьэмпэхэм и щхъыщхъ макъым ахэр ирихужьэнущ икІи ахэр щІэпхъуэнущ джатэм ирихужьауэ щІэпхъуэжхэм хуэдэу икІи джэлэнущ зыми къримыхуэкІми. Ахэр зыми къримыхуэкІыу щытми, джатэм ирихужьауэ щІэпхъуэжхэм хуэдэу зым зыр игъэлъэпэрэпэнущ икІи фи бийхэм фызэрыпэщІэтын къару фиІэнукъым».
c Псалом 39:1: «Сэ жысІащ: „Лъэбакъуэ счыхэм сыкІэлъыплъынущ, си бзэгумкІэ гуэныхь къэзмыхьын щхьэкІэ. Зыри жызмыІэн щхьэкІэ си жьэр сыубыдынущ, мыхъумыщІагъэ зыщІэр си пащхьэ итыху“».
d 2 Летопись 32:7, 8: «„ЛІыгъэрэ быдагъэрэ зыхэвгъэлъ. Фымыгужьей икІи фыщымышынэ Ашурым и пщымрэ абы и гъусэ псомрэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди гъусэхэр нэхъыбэщ абы и гъусэхэм нэхърэ. Абы и гъусэр цІыхущ, дэ ди гъусэр ди Алыхь Иеговэщ, дэ къыддэІэпыкъун икІи ди лъэныкъуэр иІыгъыу зэуэн щхьэкІэ“. Иудэм и пащтыхь Езеки́е жиІа псалъэхэм лъэпкъым и гур къызэригъэгъуэтыжащ».
e СУРЭТЭР. Мы статьям ит сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуащ ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралхэм щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэр. Къуэш, шыпхъу зыбжанэ зэхуэсым кІуащ, ар ди къуэшым и пэш къуэдзапІэм щокІуэкІ.
f СУРЭТЭР. Ди шыпхъур (сэмэгурабгъумкІэ) цІыхубзым доуэршэр икІи хъыбарыфІымкІэ зэрыдэгуэшэн Іэмал къелъыхъуэ.
g СУРЭТЭР. Къуэшым полицэр пкъроупщІыхь, абы зэхуэсым теухуа информацие жиІэну идэкъым.