30 Статьяр
Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэм я гум узэрылъэІэсыным хущІэкъу
«Лъэныкъуэ псомкІи цІыху псоми хуэдэу зысщІащ, нэгъуэщІ мыхъуми, цІыху гуэрхэр мыкІуэду къелын щхьэкІэ» (1 КОР. 9:22).
57-НЭ УЭРЭДЫР ХъыбарыфІыр лъэпкъ псоми ялъыдогъэІэс
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иужьрей илъэсхэм языныкъуэ къэралхэм сыт хуэдэ зэхъуэкІыныгъэхэр къыщыхъуа?
ИЖЬ-ИЖЬЫЖ лъандэрэ цІыхухэм я нэхъыбэм дин гуэр яІыгъщ. Ауэ иужьрей илъэсхэм куэдым зихъуэжащ. Алыхьыр зи фІэщ мыхъухэмрэ дин зымыІыгъхэмрэ кІуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу. Языныкъуэ къэралхэм щыпсэухэм я нэхъыбэм Алыхьыр я фІэщ хъукъым (Мт. 24:12)b.
2. Алыхьыр зи фІэщ мыхъухэр кІуэ пэтми щхьэ нэхъыбэ хъурэ?
2 Алыхьыр зи фІэщ мыхъухэр кІуэ пэтми щхьэ нэхъыбэ хъурэc? Хэти гугъуехьхэм щІигъэнащ. Хэти и гъащІэм япэ увыпІэр зэрызигъэтхъэжыным ирет (Лк. 8:14). Хэти атеист хъуащ. Языныкъуэхэм Алыхьыр я фІэщ хъуми, диныр наукэм темыхуэу икІи дин пІыгъыным Іущагъ хэмылъу ябж. ГъащІэр эволюцэм и фІыгъэкІэ къэунэхуа хуэдэу газетхэм е интернетым цІыхухэр къыщоджэ икІи ар дыдэри абыхэм я ныбжьэгъухэм, егъэджакІуэхэм е нэгъуэщІхэм къыжраІэу къыщІэкІынущ. Ауэ Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэу абыхэм зэхахыр мащІэщ. ЦІыху куэдыр егъэбампІэ дин пашэхэр ахъшэмрэ тепщэныгъэмрэ зэрыхуэнэпсейм. Абы нэмыщІ языныкъуэ къэралхэр дин зыІыгъхэм зэран яхуохъу.
3. Мы статьям сытым дыхуригъэсэну?
3 Хьисэ къалэн къыдитащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ» (Мт. 28:19). Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэм дауэ дадэІэпыкъуфыну абыхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуну икІи Хьисэ и гъэсэн хъуну? ЦІыхухэр хъыбарыфІым зэрыхущытыр зэхуэдэкъым. И нэхъыбэм ар зэлъытар цІыхур къыщыхъуа щІыпІэращ. Псалъэм папщІэ, Европэм къыщыхъуамрэ Азием къыщыхъуамрэ хъыбарыфІым зэредаІуэр зэщхькъым. Сыт щхьэкІэ? Европэм щыпсэухэм Алыхьымрэ Библиемрэ теухуауэ зыгуэр хащІыкІми, Азием щыпсэухэм зыри абы хащІыкІкъым. Мы статьям дыхуигъэсэнущ цІыхур къыщыхъуа щІыпІэм емылъытауэ и гум дылъэІэсыфыну.
ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ УЗЭРИІЭНУМ ШЭЧ КЪЫТОМЫХЬЭ
4. ЕхъулІэныгъэ узэриІэнум сыт шэч къытепхьэн щІыхуэмейр?
4 Гугъэр хомыхыж. Илъэс къэс Алыхьыр зи фІэщ мыхъуу щытахэм щыщ цІыхухэр Иеговэ и Щыхьэт мэхъу. Абыхэм щыщу языныкъуэхэм гуэныхьышхуэ ямыщІэу псэут икІи дин пашэхэр зэрыфэрыщІыр я гум техуэтэкъым. Адрейхэм гуэныхьышхуэхэри ялэжьт икІи хьэл мыхъумыщІэ куэдхэри яІэт. Зэрытлъагъущи, Иеговэ и фІыщІэкІэ «гъащІэ мыухыж иІэу псэуну хуейхэр» къытхуэгъуэтынущ (Апост. 13:48, ДЩІ; 1 Тим. 2:3, 4).
Библием дзыхь хуэзымыщІхэм бгъэдыхьэкІэ къахуэгъуэт. (5, 6-нэ абзацхэм феплъ.)d
5. ЦІыхур къыдэдэІуэну сыт хуэзыгъэушыфынур?
5 Щабэу щыт икІи цІыхум и гум узэремыуэным хущІэкъу. ЦІыхур къыдэдэІуэнрэ къыдэмыдэІуэнрэ и нэхъыбэм зэлъытар дэ жытІэракъым, атІэ ар зэрыжытІэ щІыкІэращ. ЦІыхум щабэу, и гурыщІэхэм пщІэ хуэпщІу ущепсалъэм деж и гуапэщ. Ди еплъыкІэр залымыгъэкІэ цІыхум къедгъэщтэну дыхэткъым. Ар диным зэрыхущытыр икІи апхуэдэ еплъыкІэ щІиІэр къэтщІэну иужь дитщ. Языныкъуэхэм диным теухуауэ хамэ цІыхум епсэлъэну яфІэфІкъым. НэгъуэщІхэм я дежкІэ Алыхьым утепсэлъыхьыныр къезэгъкъым. Адрейхэр мэукІытэ Библиер зыІыгъхэм, псом хуэмыдэу Иеговэ и Щыхьэтхэм, епсалъэу зыгуэрым къилъэгъункІэ. Аращи, хъыбарыфІыр зыжетІэхэм я гурыщІэхэм дегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (2 Тим. 2:24).
6. Апостол Паул зэпсалъэ цІыхухэм дапхуэдэут зэрыздригъэкІур икІи дауэ дэ абы щапхъэ зэрытетх хъунур?
6 Дызэпсалъэ цІыхум «Библие», «Алыхь», «дин» жыхуиІэ псалъэхэр зыгуэру къыщыхъумэ-щэ? Апостол Паул щапхъэ тетхыу цІыхум зыдедгъэкІу хъунущ. Журтхэм Паул щепсалъэм, «Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэурэ... абыхэм щедэуащ [епсэлъащ, ДЩІ]». Ауэ Ареопаг Іуащхьэм алыдж философхэм щепсалъэм, Паул Тхыгъэ ЛъапІэм ит Іыхьэхэм къахуеджэтэкъым (Апост. 17:2, 3, 22—31). Паул и щапхъэм дэ сытым дыхуигъасэрэ? Библиер зи фІэщ мыхъу цІыхум дыщепсалъэкІэ, абы ит пычыгъуэ дыкъыхуемыджэмэ нэхъыфІщ. ЦІыхум Библием ит едзыгъуэ укъыхуеджэну ухуеймэ, ауэ зыгуэрым ар къызэрилъэгъунум цІыхур иригузавэу гу лъыптамэ, а едзыгъуэм телефонкІэ е планшеткІэ укъыхуеджэ хъунущ.
7. 1 Коринф 9:20—23 ит Паул и псалъэхэм дытетыну сыт къыддэІэпыкъунур?
7 ЦІыхум къыбжиІэм фІыуэ едаІуэ икІи ар зэрызыхэпщІыкІыным иужь ит. ХъыбарыфІыр зыжетІэхэм я гупсысэкІэмрэ апхуэдэ гупсысэкІэ щІаІэмрэ къызэрыдгурыІуэным дыхущІэкъун хуейщ (Прит. 20:5). Паул и щапхъэм дгъэзэжынщ. Ар журт унагъуэм щапІат, иджы ар нэгъуэщІ лъэпкъхэм щыщхэм хъыбарыфІымкІэ щадэгуашэм деж, абыхэм я еплъыкІэр ищІэн хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а лъэпкъхэм Иегови абы и Псалъэми теухуауэ зыри ящІэтэкъым. Ди щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм я гупсысэкІэр нэхъыфІу къыдгурыІуэн щхьэкІэ, дэ ахэр нэхъыфІу къэтцІыхун хуейщ. Абы нэмыщІ куэд щІауэ хъыбарыфІыр зыгъэІум уечэнджэщ хъунущ. (Къеджэ 1 Коринф 9:20—23.)
8. Библием теухуауэ цІыхум уепсэлъэн дауэ къызэребгъажьэ хъунур?
8 Библием ит хъыбарыфІым едэІуэну хуейхэр дэ къыдолъыхъуэ (Мт. 10:11, ДЩІ). Абы щхьэкІэ цІыхум и еплъыкІэр къыджиІэну худогъэуш икІи абы къыджиІэм фІыуэ додаІуэ. Англием щыпсэу ди зы къуэшыр цІыхум йоупщІ унагъуэр насыпыфІэ зэрыпщІ хъуным, сабийхэр зэрыгъэсэн хуейм е лей къекІуэкІым узэрыхущытын хуейм теухуауэ. ЦІыхум жэуап кърита иужькІэ, мыпхуэдэ упщІэ ирет: «Илъэс минитІ хуэдиз ипэ ятха мы чэнджэщыр ди зэманми щхьэпэу къэплъытэрэ?» Абы иужькІэ «Библие» псалъэр къыхимыгъэщу и телефонымкІэ едзыгъуэ зы-тІу ирегъэлъагъу.
ЦІЫХУ И ГУМ УЗЭРЫЛЪЭІЭСЫНЫМ ХУЩІЭКЪУ
9. Алыхьым теухуа темэхэм тепсэлъыхьыну зыфІэмыфІ цІыхухэм я гум дауэ дылъэІэса хъуну?
9 Алыхьым теухуа темэхэм тепсэлъыхьыну зыфІэмыфІ цІыхухэм я гум дауэ дылъэІэса хъуну? Абыхэм ягу ирихьым утепсэлъыхь хъунущ. Псалъэм папщІэ, куэдыр дыкъэзыухъуреихь дунейм яфІэгъэщІэгъуэну кІэлъоплъ. Апхуэдэ цІыхум мыр жепІэ хъунущ: «Уэ пщІэуэ къыщІэкІынщ цІыхухэм къагупсысам и нэхъыбэр природэм зэрытращІыкІар. Псалъэм папщІэ, микрофонхэр къэзыгупсысхэм цІыхум и тхьэкІумэр зэрыщытыр ядж, фотокамерэ къэзыгупсысхэм цІыхум и нэр зэрыщытыр ядж. Уэ узэреплъымкІэ, псэ зыІут псори дэнэ къыздикІар: езыр-езыру къэхъуа, зыгуэрым иухуа, хьэмэрэ нэгъуэщІ зыгуэру къызэрыхъуар?» ЦІыхум и жэуапым уедэІуа нэужь, щІыбгъу хъунущ: «Инженерхэм тхьэкІумэмрэ нэмрэ зэрыщытыр щаджым деж, хэт и ІэдакъэщІэкІ абыхэм яджыр? Пасэрей зэманым псэуа зы усакІуэм итха псалъэхэр сэ сигу ирохь: „ТхьэкІумэр къэзыгъэщІам зэхимыхыну пІэрэ? Нэр къэзыгъэщІам имылъэгъуну пІэрэ? ...Абы цІыхухэм щІэныгъэ ярет“. Мы псалъэхэм языныкъуэ щІэныгъэлІхэри арэзы тохъуэ» (Пс. 94:9, 10). Абы иужькІэ jw.org® сайтым «Взгляд на происхождение жизни» жыхуиІэ рубрикэм щыщ зы ролик ебгъэплъ хъунущ. (ПУБЛИКАЦИИ > ВИДЕО > ИНТЕРВЬЮ И СЛУЧАИ ИЗ ЖИЗНИ вкладкэм феплъ.) «Была ли жизнь создана?» е «У истоков жизни. Пять вопросов, которые требуют ответа» жыхуиІэ брошюрэр цІыхум епт хъунущ.
10. Алыхьым теухуа темэхэм тепсэлъыхьыну зыфІэмыфІ цІыхухэм дауэ иджыри узэрепсалъэ хъунур?
10 ЦІыхум и нэхъыбэр зэманыфІым щогугъ. Ауэ куэдыр мэгузавэ ди ЩІыр кІуэдыжынкІэ е абы цІыхухэр текІуэдыкІыжыпэнкІэ. Норвегием районым и нэхъыжьу щылажьэ ди зы къуэшым гу лъитащ Алыхьым тепсэлъыхьыну зыфІэмыфІ куэдым дунейм къыщекІуэкІым тепсэлъыхьыну ягу зэрырихьым. ЦІыхум сэлам ириха нэужь, абы жеІэ: «Дауэ уеплърэ, зэманыфІ тлъэгъуну пІэрэ? Хэт ди гъащІэр нэхъыфІ зыщІыжынур: къэрал унафэщІхэра, щІэныгъэлІхэра, хьэмэрэ нэгъуэщІ зыгуэр?» ЦІыхум и жэуапым едэІуа нэужь, гъащІэ дахэ къытпэщылъым теухуауэ абы Библием ит едзыгъуэ къехь. ЩІыр игъащІэкІэ зэрыщыІэнур икІи цІыхуфІхэм гъащІэ мыухыж яІэу абы зэрыщыпсэунур къыщащІэм деж, языныкъуэхэм ар егъэлеяуэ ягъэщІагъуэ (Пс. 37:29; Эккл. 1:4).
11. ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ бгъэдыхьэкІэ зэмылІэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэпмэ, сыт щІэнэхъыфІыр? Рим 1:14—16 ит Паул и псалъэхэм дауэ дызэрытет хъунур?
11 ХъыбарыфІыр щыдгъэІукІэ бгъэдыхьэкІэ зэмылІэужьыгъуэхэр къэдгъэсэбэпмэ нэхъыфІщ. Сыт щхьэкІэ? ЦІыху псори зэщхькъым. Зым фІэгъэщІэгъуэныр адрейм къыфІэмыІуэхункІэ хъунущ. Хэти Алыхьымрэ Библиемрэ теухуауэ псэлъэну ифІэфІщ, хэти уепсэлъэн щхьэкІэ жыжьэу къебгъажьэмэ нэхъыфІщ. Дауэ мыхъуами, цІыху зэмылІэужьыгъуэхэм депсэлъэну Іэмал къэтлъыхъуэн хуейщ. (Къеджэ Рим 1:14—16.) ДауикІ, дэ зыщыдгъэгъупщэкъым пэжым и жылэр цІыхум и гум къыщызыгъэкІыр зэры-Иеговэр (1 Кор. 3:6, 7).
АЗИЕМ КЪЫЩЫХЪУА ЦІЫХУХЭМ ХЪЫБАРЫФІЫМКІЭ ДАУЭ УАДЭГУАШЭ ХЪУНУ?
Къуэш, шыпхъу куэдым гулъытэ хуащІ чристэн диныр зымыІыгъ къэралхэм къикІа цІыхухэм икІи Библием ит чэнджэщхэмкІэ абыхэм догуашэ. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)
12. Алыхьыр зэрыщыІэм емыгупсысу къэхъуахэм дауэ уадэІэпыкъу хъуну?
12 Дуней псом ди къуэш, ди шыпхъухэм хъыбарыфІыр щагъэІукІэ Азием щыщ цІыхухэм яхуозэ. Ахэр Алыхьыр зэрыщыІэм емыгупсысу къэхъуащ икІи и нэхъыбэм я къэралыр дин зыІыгъхэм зэран хуохъу. Абыхэм щыщу языныкъуэхэм хъыбарыфІыр яфІэгъэщІэгъуэн мэхъу икІи занщІэу Библиер яджын щІадзэ. Ауэ адрейхэм я дежкІэ тыншкъым щІэ гуэр къащтэну. Дауэ абыхэм дадэІэпыкъуа хъуну? Куэд щІауэ хъыбарыфІыр зыгъэІухэм зэрыжаІэмкІэ, апхуэдэ цІыхухэм епсэлъэн щыщІэбдзэм деж гулъытэ яхуэпщІмэ икІи яжепІэнур жыжьэу къебгъажьэмэ нэхъыфІщ. Абы иужь Библием ит принципыр уи гъащІэм сэбэп къызэрыпхуэхъуар яжепІэ хъунущ.
13. ЦІыхум Библиер фІэгъэщІэгъуэн сыт зыщІыфынур? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
13 ЦІыху куэдым ягу ирохь Библием уи гъащІэр нэхъыфІ зэрищІыр (Эккл. 7:12). Нью-Йорк дэс китайхэм хъыбарыфІыр яжезыІэ ди зы шыпхъур къыддогуашэ: «Сэ абыхэм гулъытэ яхуэсщІыну икІи къызжаІэм фІыуэ седэІуэну иужь ситщ. Ди къэралым къэІэпхъуагъащІэхэм мыпхуэдэу соупщІ: „Дауэ къыпщыхъурэ ди къэралыр? ЛэжьапІэ къэбгъуэта? Зыми уи жагъуэ къищІкъэ?“» Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэм и фІыгъэкІэ, ди шыпхъур Библием ит зы гупсысэ гуэркІэ цІыхум щыдэгуэшэф къохъу. Къезэгъыу къилъытэмэ, шыпхъур иджыри мыпхуэдэу цІыхум йоупщІ: «ЦІыхухэм уагурыІуэу упсэуну сыт къыбдэІэпыкъунур? Библием ит зы гупсысэ сыкъыпхуеджэну сыхуейт: „Къэхъеймэ псалъэмакъыр — псыдзэу урехьэжьэ; къызэтеувыІэ, зэщыхьэм унэмысу“. Дауэ уеплърэ, мы чэнджэщыр цІыхухэм уезэгъын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуфыну?» (Прит. 17:14, Гъэсэпэтхыдэхэр). Апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къыбдоІэпыкъу иужькІэ иджыри узэпсалъэ хъун цІыху къэбгъуэтыну.
14. Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэм дауэ ди зы къуэшыр зэрадэІэпыкъур?
14 Алыхьыр щымыІэу жызыІэхэм дауэ узэрепсалъэ хъунур? КъуэкІыпІэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ къэралхэм ящыщ зым хъыбарыфІыр щызыгъэІу ди зы къуэшым жеІэ: «„Сэ Алыхьыр си фІэщ хъукъым“,— цІыхум щыжиІэм деж, абы къикІыр и щІыпІэм щагъэлъапІэ тхьэхэр и фІэщ мыхъууращ. Абы къыхэкІкІэ сэ абы жызоІэ ахэр зэрытхьэ нэпцІыр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къэзыгупсысари зыщІари езы цІыхухэращ. Сэ апхуэдэ цІыхум Иеремия 16:20 сыкъыхуоджэ: „ЦІыхум и щхьэм щхьэкІэ тхьэ ищІыфыну? Абы ищІыр тхьэкъым“. ИтІанэ соупщІ: „Алыхь пэжымрэ цІыхум и Іэм ищІа тхьэмрэ дауэ зэрызэхэбгъэкІынур?“ ЦІыхум и жэуапым содаІуэри, иужькІэ Исаия 41:23 сыкъыхуоджэ: „КъэкІуэну зэманым къэхъунур къыджефІи, дэ къыдгурыІуэнущ фызэрытхьэр“. Абы иужькІэ Иеговэ и псалъэхэр зэригъэзэщІэжам теухуауэ зы щапхъэ цІыхум къыхузохь».
15. Ди зы къуэшым и щапхъэр сыткІэ щхьэпэ?
15 Азием щыІэ зы къэралым щыпсэу ди къуэшым етІуанэу цІыхухэм я деж щытригъэзэжкІэ жиІэм теухуауэ къыддогуашэ: «Сэ цІыхухэм щапхъэу къахузохь Іущагъ зыхэлъ Библием ит чэнджэщхэр, къэкІуэным теухуауэ Библием ит псалъэхэр гъэзэщІа зэрыхъуар, дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрызэхэлъым къыхэщ Іущагъыр. ИужькІэ сэ абыхэм яжызоІэ псори къэзыгъэщІа Алыхьым и Іущагъым а Іуэхугъуэхэр щыхьэт зэрытехъуэр. ЦІыхум Алыхьым теухуауэ иІэ еплъыкІэр ихъуэжыну хьэзырмэ, Иеговэ теухуауэ Библием жиІэр изогъэлъагъу».
16. Еврейхэм 11:6 зэрыжиІэмкІэ, Алыхьымрэ Библиемрэ дзыхь яхуэпщІыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт? Библием едгъаджэхэм абыкІэ дауэ дазэрыдэІэпыкъуфынур?
16 Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхур Библием щедгъаджэм деж, Алыхьыр зэрыщыІэм щыхьэт техъуэм щІэх-щІэхыурэ дыхутепсэлъыхьын хуейщ. (Къеджэ Еврейхэм 11:6.) Абы нэмыщІ абы Библием дзыхь хуищІыну дыдэІэпыкъун хуейщ. Абы щхьэкІэ Библиер Алыхьым и Псалъэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ гупсысэхэр къытебгъэзэжурэ мызэ-мытІэу жыпІэн хуей хъуну къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, къэкІуэну зэманым теухуауэ Библием ит псалъэхэр къызэрыхъуам кІэщІу утепсэлъыхь хъунущ. Абы нэмыщІ Библием итыр щІэныгъэлІхэм къахутамрэ тхыдэм жиІэмрэ зэрытехуэр жепІэ хъунущ е абы ит чэнджэщхэм ди гъащІэр нэхъыфІ зэращІым ухутепсэлъыхь хъунущ.
17. ХъыбарыфІыр зыжетІэхэм лъагъуныгъэ тхэлъу дахущытмэ, сыт хуэдэ сэбэпынагъ абы къыпэкІуэнур?
17 ЦІыхум лъагъуныгъэ тхэлъу дыхущытын хуейщ, абы Алыхьыр и фІэщ хъуми мыхъуми. Абы и фІыгъэкІэ ар Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм ящыщ зы хъуфынущ (1 Кор. 13:1). ЦІыхур Библием щІедгъаджэр Алыхьым ар фІыуэ къызэрилъагъур икІи езы цІыхуми Алыхьыр фІыуэ илъагъун зэрыхуейр къыгурыдгъэІуэн щхьэкІэщ. Япэм диныр къызыфІэмыІуэхуу щыта цІыхухэм щыщу куэдым псым зыщІагъауэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуащ. Аращи, зэи гугъэр хыумыхыж. ЦІыхум сыт хуэдэ еплъыкІэ имыІэми гулъытэ хуэщІ, абы къыбжиІэм фІыуэ едаІуэ икІи ар зэрызыхэпщІыкІыным иужь ит. Уи щапхъэмкІэ абы егъэлъагъу Хьисэ и гъэсэну ущытыным къикІыр сытми.
76-НЭ УЭРЭДЫР Сыт зыхэпщІэр?
a Ди зэманым Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэр куэд хъуащ. Мы статьям дыщытепсэлъыхьынущ апхуэдэ цІыхухэм хъыбарыфІымкІэ дауэ дадэгуашэ хъунуми икІи абыхэм Иеговэрэ Библиемрэ дзыхь хуащІыну дауэ дадэІэпыкъуфынуми.
b КъызэрахутамкІэ абыхэм мыпхуэдэ къэралхэр хохьэ: Австралие, Австрие, Азербайджан, Албание, Великобритание, Вьетнам, Германие, Дание, Израил, Ирландие, Испание, Канадэ, Китай, Нидерланды, Норвегие, Францие, Чешскэ Республикэ, Швейцарие, Швецие, Ипщэ Корее, Японие.
c ПСАЛЪЭХЭМ КЪИКІЫР. Мы статьяр топсэлъыхь дин зымыІыгъ цІыхухэмрэ Алыхьыр зи фІэщ мыхъу цІыхухэмрэ.
d СУРЭТЫР. Къуэшыр сымаджэщым къыдэлажьэм хъыбарыфІымкІэ догуашэ; иужькІэ щІалэр ди сайтым йохьэ.