42 СТАТЬЯР
Библием едгъаджэр псым зыщІигъэуэну дауэ зэрыхуэдгъэхьэзырынур? (етІуанэ Іыхьэр)
«Зыхуэсакъыж, цІыхухэм ебгъащІэ Іуэхухэми яхуэсакъ. А Іуэхухэм уи нэІэ сыт щыгъуи ятегъэт» (1 ТИМ. 4:16).
77-НЭ УЭРЭДЫР КІыфІыгъэм къыхэщ нэхур
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дащыдэІэпыкъум деж, абыхэм я гъащІэр къедгъэлу сыт жыпІэ щІэхъунур?
ХЬИСЭ и лъэужь иувэн щхьэкІэ цІыхухэм дащыдэІэпыкъум деж, абыхэм я гъащІэр къедгъэлу жыпІэ хъунущ. Сыт дэ абы шэч къыщІытедмыхьэр? Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яжриІауэ щытащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. ...Фыумэхъ [«псым щІэвгъауэ», ДЩІ]» (Мт. 28:19, 20). Дэ зэрытщІэщи, цІыхур къелын щхьэкІэ Іэмал имыІэу псым зыщІигъэуэн хуейщ. Псым зыщІэзыгъэуэну хуей цІыхум къыгурыІуэн хуейщ къелын щхьэкІэ зы Іэмал закъуэ фІэкІ зэрыщымыІэр — ар Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэмрэ ар лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжамрэ и фІэщ хъуныращ. Аращ апостол Петр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм мы псалъэхэр щІахуитхауэ щытар: «Хьисэ Мэссихь лІахэм къазэрыхэтэджыкІыжам щхьэкІэ, зевгъэумэхъыурэ фымыкІуэду Тхьэм иджы фыкърегъэл» (1 Пет. 3:21). Абы къыхэкІкІэ цІыхум псым зыщыщІигъауэм деж къезыгъэлыну гъуэгум ар теувэу жыпІэ хъунущ.
2. 2 Тимофей 4:1, 2 ит псалъэхэм сытым дыхуагъэушрэ?
2 Хьисэ и лъэужь ирикІуэ цІыхухэр дгъэхьэзырын щхьэкІэ нэгъуэщІхэр зэредгъаджэр едгъэфІэкІуэн хуейщ. (Къеджэ 2 Тимофей 4:1, 2.) Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Хьисэ унафэ къытхуищІащ: «ФыкІуи, лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ. ...Унафэу нывжесІа псори ягъэзэщІэну яхуэвгъэув». Апостол Паул Тимофей къыхуриджат а лэжьыгъэр адэкІи иригъэкІуэкІыну, икІи а псалъэхэр дэ тщыщ дэтхэнэ зыми хуэгъэзауэ жыпІэ хъунущ. Абы нэмыщІ Паул пищащ: «Апхуэдэу пщІэмэ, къодаІуэ цІыхухэр мыкІуэду къебгъэлынущ, уэ уи щхьэри мыкІуэду къебгъэлынущ». ГурыІуэгъуэщ Паул иджыри мыпхуэдэу щІыжиІар: «Зыхуэсакъыж, цІыхухэм ебгъащІэ Іуэхухэми яхуэсакъ. А Іуэхухэм уи нэІэ сыт щыгъуи ятегъэт» (1 Тим. 4:16). Аращи, Хьисэ и лъэужь иувэну хуейхэр зэрыхъукІэ нэхъыфІу едгъэджэн хуейщ.
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Дуней псом мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэр Библием ирагъаджэ. Ауэ мыбы ипэ джа статьям зэритам хуэдэу, дэ дыхуейщ зэрыхъукІэ Библиер зыдж цІыху нэхъыбэм псым зыщІагъауэу, Хьисэ и лъэужь иувэн щхьэкІэ дадэІэпыкъуну. Мы статьям дэ чэнджэщитху щызэпкърытхынущ, а чэнджэщхэр къэдгъэсэбэпмэ, Библием едгъаджэм дыдэІэпыкъунущ псым зыщІигъэуэну.
БИБЛИЕМ ПСЭЛЪЭНУ ІЭМАЛ ЕФТ
НэгъуэщІхэр фІыуэ езыгъаджэ къуэшым е шыпхъум елъэІу ебгъаджэм Библием итым нэхъыбэу гу лъебгъэтэн щхьэкІэ сыт пщІэн хуейми къыбжиІэну. (4—6-нэ абзацхэм феплъ.)f
4. ЦІыхур Библием щедгъаджэм деж шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын щІыхуейр сыт? (Абы нэмыщІ сноскэм феплъ.)
4 Дэ Алыхьым и Псалъэм къыщытщІа пэжхэр фІыуэ долъагъу. ИкІи дэ фІыуэ тлъагъу Іуэхум зэпымыууэ дытепсэлъыхьыфынущ. Ауэ дэ куэдыІуэ жытІэн хуейкъым, псалъэм папщІэ «ХъумакІуэ чэщанэм» ит статья джыныр зэхуэсым щедгъэкІуэкІым, «Библиер зэхуэсым щыджын» жыхуиІэ Іыхьэр щедгъэкІуэкІым е зыгуэр Библием щедгъаджэм деж. УпщІэ гуэр е Библием ит едзыгъуэ гуэр щызэпкърыфхым деж, шыІэныгъэ зыхэвгъэлъ икІи фщІэуэ хъуар жыфІэну иужь фимыт — Библием псэлъэну Іэмал ефт (Ин. 16:12)b. Псым зыщыщІэвгъэуам щыгъуэ Библием ит щІэныгъэ фиІахэмрэ иджыпсту фиІэхэмрэ зэхуэвгъадэ. Абы щыгъуэ фэ фщІэр Библием ит щІэныгъэ нэхъыщхьэхэрауэ къыщІэкІынут (Евр. 6:1). Иджыпсту фиІэ щІэныгъэхэр зэвгъэгъуэтын щхьэкІэ илъэс бжыгъэ текІуэдащ. Абы къыхэкІкІэ псори занщІэу цІыхум бгъэдэфлъхьэну иужь фимыхьэ.
5. 1) 1 Фессалоникэ 2:13 зэритымкІэ, Библием ебгъаджэ цІыхум сыт къыгурыІуэн хуейр? 2) Библием ебгъаджэ цІыхур дауэ зэрыхуэбгъэушынур къищІэм теухуауэ гупсысэ иІэхэмкІэ къыбдэгуэшэну?
5 Дэ дыхуейщ Библием едгъаджэм щІэныгъэ зригъэгъуэтхэр Алыхьым и Псалъэу зэрыщытыр къыгурыІуэну. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:13.) Сыт абы щхьэкІэ тщІэн хуейр? Едгъаджэр и гупсысэхэмкІэ къыддэгуэшэну хуэдгъэуш хъунущ. Фэ езым Библием ит едзыгъуэхэр сыт щыгъуи къыгурывгъэІуэным ипІэкІэ, абы фелъэІу едзыгъуэхэм щыщ языныкъуэхэр езым къывгуригъэІуэну. Алыхьым и Псалъэр езым зэрыхуэгъэзар къыгурыІуэну абы фыдэІэпыкъу. Гупсысэ зэпкърыфхыр нэхъыфІу къыгурыІуэн щхьэкІэ икІи езым и еплъыкІэр къэфщІэн щхьэкІэ упщІэхэр ефт. Апхуэдэу фщІэмэ, фызэджа едзыгъуэхэм теухуауэ абы и еплъыкІэр къэфщІэнущ (Лк. 10:25—28). Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр ефт хъунущ: «Мы едзыгъуэм Иеговэ и сыт хуэдэ хьэл-щэн хэплъагъуэр? Иджыпсту дызэджар дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур? Библием иту къэпщІам теухуауэ сыт хуэдэ еплъыкІэ уиІэр?» (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр). ЦІыхум щІэныгъэ куэд зэрызригъэгъуэтыракъым мыхьэнэшхуэ зиІэр, атІэ а щІэныгъэ зригъэгъуэтахэр фІыуэ зэрилъагъуращ икІи ахэр и гъащІэм къызэрыщигъэсэбэпыращ.
6. НэгъуэщІхэр Библием фІыуэ езыгъаджэ къуэш е шыпхъу ебгъаджэм деж къебгъэблагъэмэ, сыт щІэнэхъыфІыр?
6 НэгъуэщІхэр Библием фІыуэ езыгъаджэ къуэш е шыпхъу едгъаджэм деж къедгъэблагъэмэ нэхъыфІщ. Апхуэдэу фщІэмэ, абы феупщІ хъунущ Библие джыныр зэревгъэкІуэкІым теухуауэ. Абы нэмыщІ абы къывжиІэфынущ Библиер фІыуэ къэвгъэсэбэпрэ къэвмыгъэсэбэпрэ. Зыщывмыгъэгъупщэ: цІыхухэр нэхъыфІу евгъаджэу фыхъуну фыхуеймэ, Іэдэбагъ фхэлъын хуейщ. (Евгъапщэ Апостолхэм 18:24—26.) Абы нэмыщІ къебгъэблъэгъа къуэшым е шыпхъум уеупщІ хъунущ ебгъаджэ цІыхум материалыр фІыуэ къыгурыІуэрэ къыгурымыІуэрэ. Фэ тхьэмахуэкІэ е нэхъыбэкІэ зыщІыпІэ фыкІуэу щытмэ, къевгъэблэгъа къуэшым е шыпхъум фелъэІу фи пІэкІэ Библие джыныр иригъэкІуэкІыну. Абы щыгъуэ Библие джыныр зэпыунукъым икІи ебгъаджэм къыгурыІуэнущ Алыхьым и Псалъэр бджыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр. ЦІыхум и гъусэу Библиер бджын уэ щІэбдзамэ, зэи уемыгупсыс уэ уи закъуэ а Библие джыныр ууейуэ икІи уэ нэмыщІ нэгъуэщІым зыми ар иригъэкІуэкІ мыхъуну. Едгъаджэ цІыхум адэкІи Алыхьым и Псалъэм ит пэжыр къищІэн щхьэкІэ дэ тхузэфІэкІыр тщІэну дыхуейщ.
ГУШХУЭНЫГЪЭ ХЭЛЪУ ИКІИ ЖЫФІЭР БЫДЭУ ФИ ФІЭЩ ЗЭРЫХЪУР КЪЫХЭЩУ ЕВГЪАДЖЭ
Библием итым зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм я гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэжам теухуауэ евгъаджэ цІыхум жефІэж. Ар абы къыдэІэпыкъунущ Алыхьым и Псалъэм ит принципхэр и гъащІэм къызэрыщигъэсэбэпынур къыгурыІуэну. (7—9-нэ абзацхэм феплъ.)g
7. Евгъаджэм Библием ит пэжхэр фІыуэ илъагъуну сыт къыдэІэпыкъунур?
7 Библием евгъаджэ цІыхум илъагъун хуейщ гушхуэныгъэ хэлъу фызэрыпсалъэр икІи Библием ит пэжхэр быдэу фи фІэщ зэрыхъур (1 Фес. 1:5). Апхуэдэу фщІэмэ, Библием ит пэжхэр фІыуэ илъагъуну абы фыдэІэпыкъунущ. Евгъаджэм жефІэжыфыну пІэрэ Библием ит принципхэр фэ езым къызэрывдэІэпыкъуар? Абы и фІыгъэкІэ евгъаджэ цІыхум къыгурыІуэнущ Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэр нэхъыфІкІэ зихъуэжыну езыми къызэрыдэІэпыкъунур.
8. Сыт иджыри фщІэ хъунур евгъаджэм фыдэІэпыкъун щхьэкІэ?
8 ЦІыхур щевгъаджэм деж абы иІэ гугъуехьхэм хуэдэ зиІа икІи абыхэм пэлъэщыфа Алыхьым и лэжьакІуэхэм я щапхъэхэр жефІэж. Абы нэмыщІ апхуэдэ къуэш, шыпхъухэр абы и деж къевгъэблагъэ хъунущ, я щапхъэхэр абы жраІэжыфын щхьэкІэ. Иджыри jw.org. сайтым ит «Библия меняет жизнь»c жыхуиІэ рубрикэм къыщыхьа щапхъэхэр абы къыхуэвгъуэт хъунущ. А рубрикэм ит статьяхэмрэ видеороликхэмрэ евгъаджэ цІыхум къыдэІэпыкъунущ Библием ит принципхэр къигъэсэбэпмэ, и гъащІэр фІыкІэ зэрихъуэжыфынур къыгурыІуэну.
9. Евгъаджэ цІыхур къищІэмкІэ и Іыхьлыхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ дэгуэшэну дапхуэдэу зэрыхуэвгъэуш хъунур?
9 Евгъаджэм щхьэгъусэ иІэу щытмэ, абы и щхьэгъусэми жефІэ хъунущ Библием фыщеджэм деж ари щысыну. Евгъаджэр хуэвгъэуш къищІэхэмкІэ и Іыхьлыхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ дэгуэшэну (Ин. 1:40—45). Псалъэм папщІэ, абы мыпхуэдэу уеупщІ хъунущ: «Мы гупсысэр уи Іыхьлыхэм дапхуэдэут къазэрыгурыбгъэІуэнур?» е «Библием ит мы гупсысэр уи ныбжьэгъум къыгурыбгъэІуэн щхьэкІэ сыт хуэдэ едзыгъуэт уэ къэбгъэсэбэпынур?» Апхуэдэу фщІэмэ, евгъаджэм фыдэІэпыкъуфынущ нэгъуэщІхэр иригъаджэу зригъэсэну. ИкІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм епсалъэрэ хъыбарыфІыр игъэІу хъуну абыхэм къалъытэмэ, зэхуэсым и гъусэу абы а лэжьыгъэр игъэзащІэу щІидзэ хъунущ. Абы нэмыщІ ебгъаджэм уеупщІ хъунущ и ныбжьэгъухэм Библиер зыджыну хуей хэтрэ хэмытрэ. Абыхэм щыщ гуэрым Библиер иджыну хуейуэ къыщІэкІмэ, евгъаджэм фелъэІу хъунущ а цІыхум фыхуигъэзэну, «Библиер джын. Дауэ ар зэрекІуэкІыр?»d жыхуиІэ роликыр евгъэлъэгъун щхьэкІэ.
ЗЭХУЭСЫМ НЫБЖЬЭГЪУХЭР КЪЫЩИГЪУЭТЫНУ ЕВГЪАДЖЭР ХУЭВГЪЭУШ
Евгъаджэ цІыхур хуэвгъэуш зэхуэсым ныбжьэгъухэр къыщигъуэтыну. (10, 11-нэ абзацхэм феплъ.)h
10. 1 Фессалоникэ 2:7, 8 итым тепщІыхьмэ, Паул сыткІэ щапхъэ тетх хъуну?
10 Евгъаджэ цІыхум фи гум къыбгъэдэкІыу гулъытэ хуэфщІ. Къуэш, шыпхъу хъуфыну цІыхуу ахэр къэфлъытэ. (Къеджэ 1 Фессалоникэ 2:7, 8.) Абыхэм я дежкІэ тыншу къыщІэкІынкъым Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ я ныбжьэгъухэр къагъэнэну икІи я гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр халъхьэну. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым ныбжьэгъу пэжхэр къыщагъуэтыну абыхэм дадэІэпыкъун хуейщ. Евгъаджэм ныбжьэгъу фыхуэхъу икІи щевгъаджэм имызакъуэу нэгъуэщІ зэмани къыдэвгъэкІ абы фригъусэн щхьэкІэ. НэгъуэщІ махуэхэми абы звонить хуэфщІмэ, сообщение хуевгъэхьмэ е абы и деж фыІухьэмэ, евгъаджэм зыхищІэнущ ар фІыуэ зэрыфлъагъур.
11. Библием едгъаджэм зэхуэсым ныбжьэгъухэр къыщигъуэтыным сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр?
11 Африкэм мыпхуэдэ псалъэжь щыІэщ: «Сабийр къуажэ псом егъасэ». Ар дэ нэгъуэщІу жытІэ хъунущ: «Библием еджэр зэхуэс псом егъасэ». Аращ мыхьэнэшхуэ щІиІэр ар къуэш, шыпхъухэм едгъэцІыхуным. Апхуэдэу тщІэмэ, ар Алыхьым и лэжьакІуэхэм яхэтынущ икІи къуэш, шыпхъухэр абы къыдэІэпыкъуфынущ Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну, абы нэмыщІ гугъуехь щиІэм деж, абыхэм ар ягъэгушхуэфынущ. Дэ дыхуейщ едгъаджэ цІыхум зэхуэсым зэрыщыщыр икІи Алыхьым и унагъуэм зэрыщыщыр зыхищІэну. Абы нэмыщІ дэ дыхуейщ фІыуэ къэзылъагъу икІи къыдэІэпыкъуну хьэзыр къуэш, шыпхъухэм ар ифІэфІу яхэтыну. Абы щыгъуэ абы и дежкІэ нэхъ тынш хъунущ Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну къыдэмыІэпыкъу ныбжьэгъухэр къигъэнэну (Прит. 13:20, Гъэс.). И ныбжьэгъуу щытахэм абы и щІыб къыхуагъазэмэ, абы ищІэнущ Иеговэ и организацэм ныбжьэгъу пэжхэр къызэрыщигъуэтыфынур (Мк. 10:29, 30; 1 Пет. 4:4).
И ГЪАЩІЭР ИЕГОВЭ И ІЭМЫЩІЭ ИРИЛЪХЬЭУ, ПСЫМ ЗЫЩІИГЪЭУЭНЫМ МЫХЬЭНЭШХУЭ ЗЭРИІЭР ЕВГЪАДЖЭМ КЪЫГУРЫВГЪАІУЭ
Псым зыщІэзыгъэуэну хуей цІыхум хуэмурэ а мурадыр къехъулІэнущ. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)
12. Евгъаджэм и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщІигъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр къыгурывгъэІуэн щІыхуейр сыт?
12 И гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщІигъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр евгъаджэм жефІэ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, дэ дыхуейщ абы дыдэІэпыкъуну псым зыщІигъауэу, Хьисэ и лъэужь иувэну. ЦІыхур Библием мазэ зытІущ хъуауэ едгъаджэмэ икІи ар зэІущІэхэм кІуэуэ щІидзамэ, абы къыгурыІуэн хуейщ дэ ар щІедгъаджэм и щхьэусыгъуэр — ар Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну дызэрыхуейращ.
13. Псым зыщІэзыгъэуэну хуей дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ичын хуей?
13 Псым зыщІэзыгъэуэну хуей дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр ичын хуей? ЯпэщІыкІэ абы Иеговэ къецІыху, ар фІыуэ илъагъуу мэхъу икІи абы хуиІэ фІэщхъуныгъэр хохъуэ (Ин. 3:16; 17:3). Абы иужь Иеговэрэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэмрэ абы и ныбжьэгъу мэхъу (Евр. 10:24, 25; Екъуб 4:8). Зэман дэкІа иужь абы хьэл-щэн Іейхэр зыхен икІи гуэныхь ищІахэм хущІогъуэж (Апост. 3:19). ФІэщхъуныгъэ зригъэгъуэтам ар хуегъэуш пэжымкІэ нэгъуэщІхэм дэгуэшэну (2 Кор. 4:13). ИкІэм-икІэжым абы и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирелъхьэри, псым зыщІегъауэ (1 Пет. 3:21; 4:2). Сыту гуфІэгъуэшхуэ ар! Библием евгъаджэм Алыхьым гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ лъэбакъуэхэр ичыху, фи гум къыбгъэдэкІыу абы фыщытхъу икІи къэмыувыІэу адэкІи Алыхьым ныбжьэгъу зыхуищІыну хуэвгъэуш.
ЕВГЪАДЖЭМ ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ ИІЭРЭ ИМЫІЭРЭ ЩІЭХ-ЩІЭХЫУРЭ ФЕГУПСЫС
14. Евгъаджэм ехъулІэныгъэ иІэрэ имыІэрэ дапхуэдэу къызэрыфщІэнур?
14 Едгъаджэм и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэу, псым зыщІигъэуэну дыщыдэІэпыкъум деж, дэ шыІэныгъэ зыхэдгъэлъын хуейщ. Ауэ дыкъэувыІэу дегупсысын хуейщ едгъаджэр Иеговэ хуэлэжьэну хуейрэ хуэмейрэ. ХущІэкъурэ ар Хьисэ и унафэхэм тетыну? Хьэмэрэ ауэ сытми Библием итыр къищІэну фІэгъэщІэгъуэну ара?
15. Евгъаджэр Иеговэ гъунэгъу хуэхъурэ хуэмыхъурэ къэфщІэн щхьэкІэ, сыт хуэдэ упщІэхэр зэфтыж хъуну?
15 Евгъаджэр Иеговэ гъунэгъу хуэхъурэ хуэмыхъурэ зэхэвгъэкІын щхьэкІэ, щІэх-щІэхыурэ упщІэ зэфтыж, псалъэм папщІэ: Иеговэ гурыщІэ хуиІэхэмкІэ ар нэгъуэщІхэм дэгуашэрэ? Абы лъэІукІэ зыхуигъазэрэ? (Пс. 116:1, 2). Библием еджэн ифІэфІ абы? (Пс. 119:97). ЗэІущІэхэм димыгъэхуу къекІуалІэрэ? (Пс. 22:22). И гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ гуэрхэр хилъхьа? (Пс. 119:112). КъищІа щІэныгъэхэмкІэ и Іыхьлыхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ дэгуашэрэ? (Пс. 9:1). ИкІи псом нэхърэ нэхъапэращи, Иеговэ и Щыхьэт хъуну хуей ар? (Пс. 40:8). Мы упщІэхэм фегупсыса иужь Библием евгъаджэ цІыхур Иеговэ гъунэгъу зэрыхуэмыхъур къывгурыІуамэ, абы и щхьэусыгъуэр къэфщІэн щхьэкІэ абы щабэу фепсалъэ, иужькІэ гуапэу, ауэ зэрыщытым хуэдэу Іуэхур зыІутыр жефІэe.
16. ЦІыхур Библием егъэджэн щыбгъэтын хуейрэ хуэмейрэ дауэ зэрызэхэбгъэкІынур?
16 Зэман-зэманкІэрэ фегупсыс цІыхур Библием евгъэджэн щывгъэтын хуейрэ хуэмейрэ. ФызэупщІыж: «Библиер вджын ипэ абы зигъэхьэзыррэ? ЗэІущІэхэм кІуэну хуей ар? Хьэл мыхъумыщІэхэр зыхина? Дин нэпцІыр къигъэна?» А упщІэхэм псоми «хьэуэ» жыфІэу жэуап ефтамэ, абы и гъусэу адэкІи Библиер бджыныр ебгъэщхь хъунущ псыф хъуну шынэ цІыхур есыкІэ ебгъэсэным! Ебгъаджэм къищІэр лъапІэу имылъытэмэ икІи и гъащІэм зыри ихъуэжыну хуэмеймэ, мыхьэнэ иІэ ар адэкІэ ебгъэджэну?
17. 1 Тимофей 4:16 зэритымкІэ, нэгъуэщІ цІыхур Библием езыгъаджэ Алыхьым и лэжьакІуэм сыт ищІэн хуейр?
17 И лъэужь ирикІуэхэр дгъэхьэзырыну Хьисэ къыдита къалэным мыхьэнэшхуэ иІэу долъытэ икІи Библием едгъаджэхэм дэ дадэІэпыкъуну дыхуейщ Алыхьым гъунэгъу хуэхъуу, псым зыщІагъэуэну. Аращ дэ цІыхур щедгъаджэм деж Библием псэлъэну Іэмал еттыну дыщІыхуейр, абы нэмыщІ гушхуэныгъэ хэлъу икІи жытІэр ди фІэщ зэрыхъур ди псалъэхэм къыхэщу едгъэджэну дыщІыхущІэкъур. Дэ едгъаджэм зэхуэсым ныбжьэгъухэр къыщигъуэтыну худогъэуш. Абы нэмыщІ дэ едгъаджэм къыгурыдогъаІуэ уи гъащІэр Алыхьым и ІэмыщІэ иплъхьэу, псым зыщІэбгъэуэным мыхьэнэшхуэ зэриІэр икІи едгъаджэм Алыхьым гъунэгъу зыхуищІрэ зыхуимыщІрэ къэтщІэн щхьэкІэ щІэх-щІэхыурэ упщІэхэр зыдотыж. («Библием едгъаджэр псым зыщІигъэуэну дауэ зэрыхуэдгъэхьэзырынур?» жыхуиІэ рамкэм феплъ.) ГъащІэр къезыгъэл лэжьыгъэм дызэрыхэтым дэ хуабжьу дегъэгуфІэ! Аращи, къарууэ диІэр едвгъэхьэлІэ Библиер зыджым псым зыщІигъэуэну зыхуигъэхьэзырын щхьэкІэ дыдэІэпыкъуну!
79-НЭ УЭРЭДЫР ЦІыхухэм теубыдагъэ яІэну дэІэпыкъу
a ЦІыхур Библием едгъэджэну Іэмал диІэр — ар Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэшхуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ цІыхум и гупсысэкІэмрэ и дуней тетыкІэмрэ Алыхьым и мурадым техуэу ихъуэжыну дыдоІэпыкъу. Мы статьям егъэджакІуэфІ дыхъун щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэр зэпкърытхын пытщэнущ.
b 2016-нэ гъэм къыдэкІа «Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ» жыхуиІэ дызэрылажьэ тхылъым ит «ЦІыхур Библием щебгъаджэкІэ пщІэн хуэмей щыуагъэхэр» статьям феплъ.
c О НАС > СЛУЧАИ ИЗ ЖИЗНИ вкладкэм феплъ.
d МУЛЬТИМЕДИА > ДИ ЗЭІУЩІЭХЭМРЭ ХЪЫБАРЫФІЫР ЗЭРЫДГЪЭІУМРЭ > ХЪЫБАРЫФІЫР ЩЫДГЪЭІУКІЭ КЪЭДГЪЭСЭБЭП ВИДЕОХЭР вкладкэм JW Library® приложением фыщеплъ.
e 2020-нэ гъэм, гъатхэпэ мазэм къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм псым зыщІэдгъэуэну дыхуегъэуш» статьямрэ «Псым зыщІэбгъэуэну ухьэзыр?» статьямрэ феплъ.
f СУРЭТЫР. ЦІыхубзыр езыгъаджэ ди шыпхъум хъыбарыфІ гъэІуным куэд щІауэ хэт нэгъуэщІ зы шыпхъу къыздещтэ. Библие джыныр яуха иужь, къригъэблэгъа шыпхъум къыжреІэ цІыхубзыр щригъаджэм деж куэд жиІэн зэрыхуэмейр.
g СУРЭТЫР. Библием щрагъаджэм деж цІыхубзым къыгуроІуэ щхьэгъусэфІу щытын щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми. ИужькІэ къищІамкІэ ар и щхьэгъусэм догуашэ.
h СУРЭТЫР. Библием ирагъаджэ цІыхубзым дыщызэхуэс Унэм шыпхъу гуэр щызрегъэцІыху, иужькІэ ар и щхьэгъусэм и гъусэу абы и деж хьэщІапІэ макІуэ.