2026 ГЪЭ, ИЮНЫМ И 1—7
111 УЭРЭДЫР ГурыфІыгъуэ къыдэзытыр
Фыкъалъагъу мыхъуми, насыпыфІэу фыщытыфынущ!
«Гъуэгу махуэ фытеуващ... цІыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ» (ЛК. 6:22).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Иеговэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ цІыхухэм дыкъалъагъу мыхъуми, насыпыфІэу дыщІыщытыфынум и щхьэусыгъуэхэм.
1. Ялъагъу мыхъу цІыхухэм теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ гупсысэ гъэщІэгъуэн жиІа?
ІУАЩХЬЭМ тету Хьисэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «Гъуэгу махуэ фытеуващ... цІыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ» (Лк. 6:22). ДауикІ, зыри хуейкъым къалъагъу мыхъуу щытыну, абы къыхэкІкІэ, Хьисэ жиІар къедэІуахэм ягъэщІэгъуауэ къыщІэкІынущ. Сыт-тІэ Хьисэ апхуэдэу щІыжиІар? А упщІэм гулъытэ хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ нобэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр куэдым ялъагъу хъукъым. АдэкІэ зэпкърытхынщ дыкъалъагъу щІэмыхъур икІи абы емылъытауэ насыпыфІэу дыщІыщытым и щхьэусыгъуэхэр.
СЫТ ДЭ ДЫКЪАЛЪАГЪУ ЩІЭМЫХЪУР?
2, 3. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къыщІрахуэкІым и зы щхьэусыгъуэ къыжыфІэ икІи абы къыхэкІкІэ, къытпэщІэувэхэм дапхуэдэу дахущытын хуейми къыдгурывгъаІуэ (Иуан 16:2, 3).
2 Дэ дыкъалъагъу щІэмыхъур Иеговэ дыхуолажьэри аращ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къезыхуэкІынухэм икІи зыукІынухэм теухуауэ мыпхуэдэу жиІащ: «Адэ лъапІэри сэри дызэрамыцІыхум щхьэкІэ а Іуэхухэр ялэжьынущ». (Къеджэ Иуан 16:2, 3.) Сыт абыхэм Иеговэ щІамыцІыхур икІи хэт абыкІэ къуаншэр? Япэ дыдэу абыкІэ къуаншэр «ШейтІану мы дунейм и тхьэращ» (2 Кор. 4:3, 4). Ар цІыхухэм зэран яхуохъу Иеговэ теухуа пэжыр къащІэну икІи ахэр хуегъэуш Алыхьыр зыцІыхухэмрэ ар фІыуэ зылъагъухэмрэ пэщІэувэну (Ин. 8:42—44). Ар къызэрыдгурыІуэм къыхэкІкІэ, Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъу цІыхухэм дапхуэдэу дазэрыхущытынур? Ахэр къызэрагъэпцІар дощІэри, дэ ди лъэныкъуэкІэ а цІыхухэр тлъагъу мыхъуу дыщытынукъым.
3 Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым щыпсэу ди къуэш Павелa и щапхъэм деплъынщ. Иеговэ хуэлэжьэн къызэримыгъэнам щхьэкІэ ар ягъэтІысащ, гущІэгъуншэу яубэрэжьащ икІи мазэ бжыгъэкІэ «одиночная камера» жыхуаІэм ирагъэсащ. Павел жеІэ: «Си дежкІэ гурыІуэгъуэщ: Иеговэ дыхуэлэжьэну зэран къытхуэхъур ШейтІаныращ икІи абы и жин бзаджэхэращ. Сэ сызэреплъымкІэ, тутнакъым щылажьэхэм я нэхъыбэм дыкъалъагъу мыхъуу аракъым, атІэ я лэжьыгъэр ягъэзащІэу аращ». Хорватием щыщ ди зы къуэшми и адэ-анэр хуабжьу къыпэщІэтащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ къызгуроІуэ си адэ-анэр си бийуэ зэрыщымытыр. Сэ си бийр ШейтІаныращ» (Еф. 6:12).
4. Хьисэрэ Стефанрэ я щапхъэм сытым дыхуагъасэрэ? (Сурэтми феплъ.)
4 Дэ гугъу дезыгъэхь цІыхухэр тлъагъу мыхъуу дыщыткъым. Уеблэмэ, абыхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІуну Библием дыхуегъэуш (Мт. 5:44, ДЩІ). АбыкІэ дэ Хьисэрэ Стефанрэ щапхъэ ятетх хъунущ. Рим зауэлІхэм Хьисэ пкъом щраІулІам щыгъуэ, ар Алыхьым мыпхуэдэу елъэІуащ: «Си Адэ, къахуэгъэгъу абыхэм» (Лк. 23:34). Хьисэ Иеговэ апхуэдэу щІелъэІуар Рим зауэлІхэм къыхуащІа унафэр зэрагъэзащІэр ищІэти арат. Абы нэмыщІ ар Алыхьым елъэІуауэ къыщІэкІынущ дин пашэхэм къызэщІагъэста цІыхухэм къахуигъэгъуну. Хьисэ ищІэт абыхэм ящІэр къазэрыгурымыІуэр. Абы ещхьу Стефани Алыхьым елъэІуащ ар зыукІхэм къахуигъэгъуну (Апост. 7:58—60). Хьисэрэ Стефанрэ Алыхьым жэуап къаритауэ пІэрэ? ДауикІ, къаритащ. Хьисэ езыгъэукІыну хуеяхэм ящыщ куэдыр ящІам хущІегъуэжщ, фІэщхъуныгъэ яІэ хъури, псым зыщІагъэуащ (Апост. 2:36—41). Стефан зэраукІыр зыфІэтэмэму щытахэми, зы цІыху нэхъ мыхъуми къахэкІащ — ар Тарс къалэм щыщ Щаулщ. ИужькІэ а лІыр Хьисэ и лъэужь иуващ икІи къыгурымыІуэу илэжьа Іуэху Іейхэм хуабжьу хущІегъуэжащ (1 Тим. 1:13).
Хьисэрэ Стефанрэ щапхъэ тетхыу, дэри гугъу дезыгъэхьхэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІуфынущ (4 абзацым феплъ.)
5. Ди къуэш Сесар и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
5 Ноби дэ тщыщ куэдыр къытпэщІэувэхэм щхьэкІэ Иеговэ йолъэІу икІи абы апхуэдэ тхьэлъэІухэм жэуап ирет. Венесуэ́лэ щыпсэу ди къуэш Се́сар и щапхъэм деплъынщ. Абы и адэр хуабжьу къыпэщІэтащ. Сесар игу къегъэкІыж: «Сэ си анэр псом нэхърэ нэхъ анэфІт икІи дэбгъуэн зимыІэ щхьэгъусэт. Абы сыт щыгъуи Алыхьым зэрыхуэлажьэр япэ иригъэщт, ауэ унагъуэм щиІэ къалэнхэри иригъэтІылъэкІтэкъым. Си анэм сэри си къуэш, си шыпхъухэри ди адэм пщІэ хуэтщІу дригъасэт. Иджыри абы сыт щыгъуи къыджиІэт ди адэм хуэжыІэдаІуэу дыщытыну, абы жиІэр Алыхьым жиІэм пэщІэмыувэмэ». Илъэс зыбжанэ дэкІри, Сесар и адэр нэхъ щабэ хъуащ. Абы адэкІэ жеІэ: «Зэгуэр тхьэлъэІу гуащІэкІэ Алыхьым зыхуэзгъэза иужь, си адэм Библиер иджыну хуейрэ хуэмейрэ сеупщІащ. Си адэр абы арэзы щытехъуам, сэ зыхэсщІар псалъэкІэ пхужыІэнкъым!» Зэман дэкІри, Сесар и адэм псым зыщІигъэуащ. ДауикІ, дэ къытпэщІэувэ псоми апхуэдэ зэхъуэкІыныгъэ я гъащІэм халъхьэкъым. Ауэ дэ цІыхухэм пщІэ хэлъу дазэрыхущытыр щалъагъум деж, языныкъуэхэр нэхъыфІу къытхущытын щІадзэ. Дэ абы хуабжьу дегъэгуфІэ! ИкІи дэ дыхуейщ гущІэгъушхуэ зыхэлъ Иеговэ, «щІылъэ псом и хеящІэр» апхуэдэ цІыхухэм и ныбжьэгъу хъуну ядэІэпыкъуну (ЩІэдз. 18:25).
6. Дэ дыкъалъагъу щІэмыхъум сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ иджыри иІэр? (Марк 13:13).
6 Дэ дыкъалъагъу щІэмыхъур Хьисэ и лъэныкъуэр тІыгъщи аращ. Хьисэ жиІат абы и лъэужь пэжу ирикІуэхэр «и цІэм... щхьэкІэ» псоми ялъагъу мыхъуу зэрыщытынур. (Къеджэ Марк 13:13.) Хьисэ «и цІэм» къигъэлъагъуэр сыт? Абы къегъэлъагъуэ Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу зэрыщытым къыхэкІкІэ иІэ пщІэмрэ тепщэныгъэмрэ. Дэ дыкъэзылъагъу мыхъухэр зыщыгугъыр Иеговэ тепщэныгъэ псори зрита Хьисэкъым, атІэ мы дунейм тепщэныгъэ щызыІыгъ цІыхухэращ. 1914 гъэм щыщІэдзауэ Хьисэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу щытщ. Куэд мыщІэу абы и тепщэныгъэр дэзымыІыгъ псори игъэкІуэдынущ.
7, 8. Иеговэ и лэжьакІуэ языныкъуэхэм цІыхухэр къащІыщыдыхьэшхыр сыт? (Иуан 15:18—20). (Сурэтхэми феплъ.)
7 Дэ дыкъалъагъу щІэмыхъур ШейтІаным и дунейм дыщыщкъыми аращ. Хьисэ къыдгуригъэІуащ цІыхухэм иджыри дыкъалъагъу мыхъуу щІыщытынум и щхьэусыгъуэр. Абы жиІащ: «[Фэ] мы дунейм фыщыщкъым». (Къеджэ Иуан 15:18—20.) Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм хуэдэу, дэри мы дунейм щыщ цІыхухэм я щытыкІэмрэ я псэлъэкІэмрэ щапхъэ тетхкъым икІи я гупсысэкІэр зыхэтлъхьэкъым. Абы къыхэкІкІэ, ди къуэш, ди шыпхъу куэдым къадэлажьэхэмрэ къадеджэхэмрэ къащодыхьэшх (1 Пет. 4:3, 4). Ауэ дэ ди гуапэщ япэм Иеговэ и Щыхьэтхэм щыдыхьэшхыу щытахэм щыщ гуэрхэм я гупсысэкІэр яхъуэжу, пщІэ хэлъу къытхущыту зэрыхъуар.
8 «Центральная Америка» жыхуаІэм щыпсэу ди къуэш Игна́сио и щапхъэм деплъынщ. Ар Алыхьым и хабзэм зэрытетым щхьэкІэ, и егъэджакІуэхэм щыщ зыр илъэс куэдкІэ къыщыдыхьэшхыу щытащ. Игнасио школыр къыщиухым, а егъэджакІуэр къеупщІащ дапхуэдэу ар Алыхьым и хабзэхэм тетыфами, лей къызэрытрагъэхьам емылъытауэ. Ди къуэшым абы къыгуригъэІуащ Алыхьым и хабзэхэм къызэрахъумэр зэрилъагъум къару къызэрыритар. ИужькІэ абы а егъэджакІуэр зэІущІэм къригъэблэгъащ. Ар зэІущІэм къыщыкІуам щыгъуэ, Игнасио зыкІэ игъэщІэгъуати! Зэхуэсым щыщхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр а лІым апхуэдизкІэ игу ирихьати, зэІущІэхэм адэкІи кІуэн щІидзащ. ИужькІэ а егъэджакІуэм Библиер иджын щыщІидзам щыгъуэ, нэгъуэщІхэр къыпэщІэуват, ауэ абы еджэн щигъэтакъым икІи икІэм-икІэжым псым зыщІигъэуащ.
Сыт хуэдэ ныбжь уимытми, лІыгъэ пхэлъу уи фІэщхъуныгъэм укъыщхьэщыжыфынущ (8 абзацым феплъ.)b
9, 10. 1) Мы дунейм щыщ цІыхухэм дэ иджыри сыткІэ дакъыщхьэщыкІрэ? 2) Паул и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
9 Дэ иджыри политикэмрэ зауэхэмрэ дызэрыхэмыІэбэмкІэ мы дунейм щыщ цІыхухэм дакъыщхьэщокІ (Ин. 18:36). Рим 13:1 зэритым хуэдэу, дэ къэралым и унафэхэм дытетыну дыхущІокъу. Ауэ Іуэхур политикэм щынэсым деж, зыми и лъэныкъуэр дубыдкъым икІи выборхэм дыхэткъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэрэ Хьисэрэ дахуэпэжщ икІи Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм и лъэныкъуэр тІыгъщ. Иеговэ и Щыхьэт куэдыр я фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ ягъэтІысащ, ауэ тутнакъми абыхэм хъыбарыфІыр щагъэІу. Апхуэдэу абыхэм апостол Паул щапхъэ трах. Абы илъэс куэдкІэ унэм къыщІэкІыну хуитыныгъэ иІакъым икІи ар тутнакъым исащ (Апост. 24:27; 28:16, 30). Паул къедаІуэ псоми хъыбарыфІымкІэ ядэгуашэт, псалъэм папщІэ, тутнакъым щылажьэхэм, хьэкумыщІэхэм, къэрал унафэщІхэм икІи пащтыхьхэм. Абы нэмыщІ император Нерон хуэлажьэ къулыкъущІэхэми ар хъыбарыфІымкІэ дэгуэшауэ къыщІэкІынущ (Апост. 9:15).
10 Апхуэдэ дыдэу ноби тутнакъым ис ди къуэш, ди шыпхъухэр къедаІуэхэм хъыбарыфІымкІэ догуашэ, псалъэм папщІэ, хьэкумыщІэхэм, тутнакъым щылажьэхэм икІи нэгъуэщІ къулыкъущІэхэм. Ди зы къуэшым нейтралитетыр зэриІыгъам щхьэкІэ илъэсих нэхърэ нэхъыбэкІэ тутнакъым ирагъэсащ. А къуэшым жеІэ: «Сэ ар тезыр къыстралъхьауэ къэслъытакъым, атІэ пэжыр къэзыщІэну хуей цІыху Іэдэбхэр тутнакъым къыщыслъыхъуэну Иеговэ къалэн къысхуищІауэщ къызэрыслъытар». Иеговэ дыкъигъэсэбэпу, хъыбарыфІыр апхуэдэ цІыхухэм зэралъигъэІэсым щхьэкІэ дэ хуабжьу догуфІэ! (Кол. 4:3). АдэкІэ зэпкърытхынщ дыкъалъагъу мыхъуми, насыпыфІэу дыщытыну иджыри сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэми.
ДЫКЪАЛЪАГЪУ МЫХЪУМИ, НАСЫПЫФІЭУ ДЫЩІЫЩЫТЫФЫНУР СЫТ?
11. Гугъу дызэрырагъэхьым ди фІэщхъуныгъэр дапхуэдэу зэригъэбыдэфынур? Щапхъэ къэфхь.
11 Дэ дощІэ апхуэдэу Библием ит пророчествэхэр гъэзэщІа зэрыхъур. Библием ит япэ дыдэ пророчествэм Иеговэ щыжиІащ ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ Алыхьым хуэлажьэхэр ялъагъу мыхъуу зэрыщытынур (ЩІэдз. 3:15). ХъыбарыфІ тхылъиплІым ит Хьисэ и псалъэхэм къагъэлъагъуэ а пророчествэр зэрыпэжыр (Мт. 10:22; Мк. 13:9—12; Лк. 6:22, 23; Ин. 15:20). Иеговэ и лэжьакІуэхэр ялъагъу мыхъуу зэрыщытынур алыджыбзэкІэ тха нэгъуэщІ тхылъхэми къыхощ (2 Тим. 3:12; Екъуб 1:2; 1 Пет. 4:12—14; Иудэ 3, 17—19). Аращи, гугъу дызэрырагъэхьыр дэ дгъэщІагъуэкъым, атІэ Библием ит пророчествэхэр къызэрыхъум щхьэкІэ догуфІэ. А псалъэхэр къызэрыхъум къегъэлъагъуэ дэ Алыхь пэжым дызэрыхуэлажьэр. Ди лэжьыгъэр щыдэкъуза къэралым щыпсэу ди зы шыпхъум жеІэ: «Си гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ щислъхьам щыгъуэ сэ къызгурыІуэт, гува-щІэхами гугъуехьхэм сызэрыпэщІэхуэнур. Абы къыхэкІкІэ, гъэунэхуапІэхэм сэ Іэнкун сащІакъым икІи сагъэшынакъым». А шыпхъум къыпэщІэтахэм и щхьэгъусэри яхэтащ. Абы мызэ-мытІэу ди шыпхъум и пщІэр ириудыхащ икІи и Библиемрэ абы тегъэщІа тхыгъэхэмрэ игъэсащ. Ауэ абы ди шыпхъур игъэшынакъым, атІэ и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІауэ аращ (Евр. 10:39). Абы жеІэ: «Гугъу дызэрырагъэхьынур Библием итщи, сэ сщІэт гугъуехьхэм сызэрыпэщІэхуэнур. Сэ къысщыщІам иджыри зэ къызгуригъэІуащ дин пэжыр къызэрызгъуэтар».
12. И фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъуехь пэщІэхуа ди зы къуэшым сытыт къыдэІэпыкъур?
12 Дэ дощІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр гугъу зэрырагъэхьынур, ауэ дэ езыр а гугъуехьхэм дыщыпэщІэхуэм деж, абыхэм дыпэщІэтыну хуабжьу къыттехьэлъэнкІэ хъунущ. Тутнакъым щрихьэкІа зэманым теухуауэ ди зы къуэшыр мыпхуэдэу къыддогуашэ: «Иныкъуэхэм деж сэ хуабжьу сыгузавэт, си лъэр щІэхут икІи сыгът». Сыт абы къыдэІэпыкъуар? А къуэшым жеІэ: «Сэ пщэдджыжь къэс тхьэлъэІукІэ си махуэр къыщІэздзэт. Махуэм и кІуэцІкІэ сыт къэмыхъуами, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэт. НэгъуэщІхэр захуагъэ хэмылъу къызэрысхущытым сыкъыщигъэгубжьым дежи, псыунэм сыщІыхьэт, бжэр къэзгъэбыдэти, аргуэру Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэт». Абы нэмыщІ а къуэшыр пасэрей зэманми, ди зэманми апхуэдэ гъэунэхуапІэ ихуа Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я щапхъэхэм егупсыст. Ар абы къыдэІэпыкъуащ теубыдагъэ хэлъу а гугъуехьхэм пэщІэтыну икІи Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр къызэригъэгугъа мамырыгъэр зыхищІэну (Ин. 14:27; 16:33).
13. Дыкъалъагъу зэрымыхъум дыпэлъэщыну сыт къыддэІэпыкъунур?
13 Дэ ди лъагъуныгъэр дыкъалъагъу зэрымыхъум нэхърэ нэхъ къарущ. Хьисэ игу псомкІэ и Адэр фІыуэ илъагъут икІи а лъагъуныгъэр и гъащІэ псокІэ ихъумащ. Иджыри Хьисэ и ныбжьэгъухэр фІыуэ илъагъут (Ин. 13:1; 15:13). Дэри апхуэдэу Иеговэрэ ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ фІыуэ тлъагъумэ, дыкъалъагъу зэрымыхъум дыпэлъэщыфынущ. Дапхуэдэу? Мы упщІэм жэуап еттын щхьэкІэ, апостол Паул и щапхъэр зэпкърытхынщ.
14. Паул зэраукІынур ищІэ пэтми, Иеговэ пэжу къыхуэнэну сыт къыдэІэпыкъуар?
14 Паул яукІын ипэ и ныбжьэгъу Тимофей мыпхуэдэу хуитхащ: «Тхьэм езым и Псэ ЛъапІэу ди гум кърилъхьам ди гум шынагъуэ кърилъхьэркъым, атІэ лъэкІыныгъэр, фІылъагъуныгъэр... ди гум илъ ещІ» (2 Тим. 1:7). Сыт Паул зи гугъу ищІар? Абы жиІам къокІ дэ Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэ гуащІэм и фІыгъэкІэ, гъэунэхуапІэ нэхъ хьэлъэ дыдэхэми дызэрыпэлъэщыфынур (2 Тим. 1:8). Иеговэ хуиІэ лъагъуныгъэр шэч хэмылъу Паул къыдэІэпыкъуащ Алыхьым емыпцІыжу, лІыгъэ хэлъу и гъащІэр итыну (Апост. 20:22—24).
15. Ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр дапхуэдэу нобэ наІуэ зэрыхъур? (Сурэтми феплъ.)
15 ГъэунэхуапІэхэм пэщІэт ди къуэш, ди шыпхъухэр дэ фІыщэу долъагъу. Акилэрэ Прискиллэрэ Паул щхьэкІэ я гъащІэр ятыну хьэзыру зэрыщытам хуэдэу, ноби языныкъуэхэр хьэзырщ нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэм щхьэкІэ зыгуэр ящІэну, езыхэр гугъуехь зэрыпэщІэхуэфынум емылъытауэ (Рим 16:3, 4). Псалъэм папщІэ, Урысейм щыпсэу куэдыр къуэш, шыпхъу яубыдахэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ, ахэр суд здащІым макІуэ. Апхуэдэ ди зы шыпхъу гуэрым и судыр щащІэм щыгъуэ, къуэш, шыпхъу куэд къызэрыкІуар къыщилъэгъуам, абы апхуэдизкІэ и гур къызыфІэзэрыхьати, зэман гуэркІэ зыри хужымыІэу щытащ. А шыпхъур щыхуэныкъуэ дыдэм къуэш, шыпхъухэм я лъагъуныгъэ гуащІэм къару къыхилъхьэжащ. Дыкъалъагъу зэрымыхъум нэхърэ ди лъагъуныгъэр нэхъ ину зэрыщытым щхьэкІэ сыту дэ дынасыпыфІэ!
Ди лэжьыгъэр щызэхуэщІа е щыдэкъуза щІыпІэхэми щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ гуащІэ дагъэлъщ (15 абзацым феплъ.)c
16. Алыхьым зэрыхуэлажьэм щхьэкІэ гугъу ирагъэхь цІыхур насыпыфІэу щытыфыну Петр щІыжиІар сыт? (1 Петр 4:14).
16 Дэ дощІэ теубыдагъэ зэрыдгъэлъагъуэм Алыхьыр зэригъэгуфІэр. (Къеджэ 1 Петр 4:14.) Апостол Петр жиІащ Алыхьым дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ гугъу драгъэхьмэ, дэ насыпыфІэу дызэрыщытыр. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ теубыдагъэ тхэлъу гугъуехьхэм дыпэщІэтмэ, абы къегъэлъагъуэ Алыхьым и къару лъапІэр дызэриІэр. Петр езыр апхуэдэ Іуэхугъуэ пэщІэхуауэ щытащ: теубыдагъэ хэлъу ар гугъу зэрырагъэхьым пэщІэтт икІи Алыхьыр къызэрыхуэарэзыр зыхищІэт. Псалъэм папщІэ, ди эрэм 33 гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм иужь куэд дэмыкІыу, Тхьэм и унэшхуэм и хъумакІуэхэм унафэ къыхуащІащ, Петррэ нэгъуэщІ апостолхэмрэ хъыбарыфІыр зэрагъэІум щхьэкІэ яубыдыну. Ауэ Петр лІыгъэ хэлъу и фІэщхъуныгъэм къыщхьэщыжащ (Апост. 5:24—29). Петррэ нэгъуэщІ апостолхэмрэ щІопщкІэ яукІа иужьи, хъыбарыфІыр ягъэІун щагъэтакъым. Уеблэмэ, Хьисэ и цІэм щхьэкІэ ахэр зэрагъэпудар абыхэм щІыхьу къалъытащ икІи абы щхьэкІэ гуфІэт. Дэри догуфІэ теубыдагъэ диІэу гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэтым деж (Апост. 5:40—42).
17. Хьисэ лІэным куэд имыІэжу и гъэсэнхэм сыт яжриІар?
17 Хьисэ лІэным куэд имыІэжу и гъэсэнхэм мыпхуэдэу яжриІащ: «Сэ фІыуэ сыкъэзылъагъур си Адэми фІыуэ къилъагъунущ. Сэри ар фІыуэ слъагъунущ» (Ин. 14:21). Иеговэ хуиту дыщыхуэлэжьэну зэманым дэ къытхуэмыгъэсу дыпоплъэ (2 Фес. 1:6—8). Абы щыгъуэ цІыху псоми я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъынущ. Аращи, а зэманыр къэсыху зыщыдгъэгъупщэнкъым дыкъалъагъу мыхъуми, насыпыфІэу дыщІыщытыфынум и щхьэусыгъуэхэр. Абы Іэмал имыІэу гупсэхугъуэрэ къарурэ къытхилъхьэнущ!
149 УЭРЭДЫР ТекІуэныгъэм и уэрэд
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
b СУРЭТЫМ ИТЫР. Къэхъуа хуэдэу траха сурэтхэм щыдолъагъу Игнасио и егъэджакІуэм хъыбарыфІымкІэ зэрыдэгуашэр.
c СУРЭТЫМ ИТЫР. Къэхъуа хуэдэу траха сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ тутнакъым яшэну ди шыпхъур ягъэгушхуэн щхьэкІэ, ди къуэш, ди шыпхъухэр къызэрыкІуар.