2026 ГЪЭ, МАЙМ И 25—31
135 УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»
ЗэхэщІыкІ зэрывгъэлъагъуэмкІэ Иеговэ фогъэгуфІэ
«ЗэхэщІыкІыр зыхъумэм ехъулІэныгъэ иІэнущ» (ПРИТ. 19:8).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
ЕхъулІэныгъэ диІэу гугъуехьхэм дыпэлъэщыну зэхэщІыкІыр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми.
1, 2. ЗэхэщІыкІыр зищІысыр сыт икІи ар дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
НЭГЪУЭЩІХЭР пщІэрэ захуагъэрэ хэмылъу къыщыпхущыта е тэмэму уакъыщыгурымыІуа къэхъуа? Хьэмэрэ Іуэхугъуэ гуэрым ущигъэшына къэхъуауэ пІэрэ? Къэхъуауэ щытмэ, уэ къыбгурыІуауэ къыщІэкІынущ, апхуэдэхэм деж унафэ тэмэм къэпщтэну гугъуу зэрыщытыр. Ди насыпщи, абыкІэ къыддэІэпыкъуну хьэл-щэным теухуауэ Библием и гугъу ещІ. Ар зэхэщІыкІыращ.
2 ЗэхэщІыкІыр — ар нэм илъагъум нэхърэ нэхъыбэ плъэгъуфу ущытыныращ. Ар къыбдоІэпыкъу зы Іуэхугъуэ гуэр къыщІэхъур е цІыхум зыгуэр щІыжиІэмрэ щІищІэмрэ и щхьэусыгъуэр къыбгурыІуэну. ЗэхэщІыкІым и фІыгъэкІэ дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къытхуэщтэнущ. Псалъэм папщІэ, ар къыддоІэпыкъу ди бзэм дыкІэлъыплъыну икІи зыри щыжыдмыІэн хуейр къыдгурыІуэну (Пс. 4:4; Прит. 10:19). Абы нэмыщІ зэхэщІыкІым и фІыгъэкІэ дэ ди губжьыр зэтыдоІыгъэф, нэгъуэщІхэм худогъэгъуф икІи къыдат чэнджэщхэри зыхыдолъхьэф (Прит. 19:20, Гъэсэпэтхыдэхэр). Дэ зэхэщІыкІ дгъэлъагъуэмэ, ди псалъэхэмкІи ди ІуэхущІафэхэмкІи Иеговэ тхуэгъэгуфІэнущ икІи ар дэри, нэгъуэщІхэми сэбэп къытхуэхъунущ. ЗэхэщІыкІым псом хуэмыдэу дыхуэныкъуэщ демыгупсысауэ зыгуэрым жэуап еттыжыну е губжьым къыхэкІыу зыгуэр тщІэну дыщыхуейм деж. АдэкІэ Библием ит щапхъищ зэпкърытхынщ. Абыхэм дагъэлъэгъунущ зэхэщІыкІыр дапхуэдэу къыддэІэпыкъуми Іэдэбагъ дгъэлъэгъуэну, зэпІэзэрыту дыкъэнэну икІи Иеговэ нэгъэсауэ дыщыгугъыну.
ПАГАГЪЭМ И ПІЭКІЭ ІЭДЭБАГЪ ВГЪЭЛЪАГЪУЭ
3. Нееман хэту щыта?
3 Дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэн щхьэкІэ, пагагъэр ІэщІыб тщІын хуейщ (1 Пет. 5:5). АбыкІэ зэхэщІыкІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур? Нееман и щапхъэм дыхэплъэнщ. Ар Израилым и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ Сирие къэралым щыпсэут. Нееман лъэкІыныгъэ зиІэ цІыхуу щытт икІи ар Сирием и дзэ пашэт. Ауэ ар уэшын узым хуабжьу гугъу иригъэхьт (2 Цар. 5:1).
4. Нееман дапхуэдэу зэхэщІыкІ зэригъэлъэгъуар?
4 Израилым щыщ зы хъыджэбз цІыкІу Нееман и щхьэгъусэм и унэІуту щытт. Зэгуэр а хъыджэбз цІыкІум абы жриІащ Нееман и узыр зыгъэхъужыфын бегъымбар Израилым зэрыщыІэр (2 Цар. 5:2, 3). Нееман мыпхуэдэу егупсысыфынут: «Сабийм дауэ дзыхь зэрыхуэсщІынур, ар иджыри ди бийхэм я лъэпкъым къыхэкІауэ?» Ауэ Нееман пагагъэ игъэлъэгъуэным и пІэкІэ, зэхэщІыкІрэ Іэдэбагърэ хэлъу, а хъыджэбз цІыкІум жиІэм едэІуащ. Нееман Сирием и пащтыхьым деж кІуэри елъэІуащ, зигъэхъужын щхьэкІэ Израилым кІуэну хуит ищІыну (2 Цар. 5:4, 5).
5. Нееман Израилым нэса иужь сыт къэхъуар?
5 Нееман Израилым нэса иужь пащтыхь Иорам деж кІуащ, и узыр хъужыным щыгугъыу. Абы щыгъуэ Иорам къыщыхъуащ Сирием и пащтыхьыр къезэуэн щхьэкІэ, фІэгъэнапІэ къилъыхъуэу. Бегъымбар Елисей абы теухуауэ къыщищІам щыгъуэ, Нееман абы и деж къигъэкІуэну Иорам елъэІуащ (2 Цар. 5:6—9). Абы иужькІэ Нееман имыгугъэхха зы Іуэхугъуэ къэхъуащ. Елисей унэм къыщІэкІатэкъым, абы къыхуэзэу къепсэлъэн щхьэкІэ. Абы и пІэкІэ зыгуэр къыщІигъэкІри, Нееман къыжригъэІащ, ар хъужын щхьэкІэ сыт ищІэн хуейми (2 Цар. 5:10).
6. 1) Нееман япэщІыкІэ Елисей щІемыдэІуар сытыт? 2) Нееман и унэІутхэм дапхуэдэу зэхэщІыкІ зэрагъэлъэгъуар икІи абы сыт къыпэкІуар? (2 Царей 5:13, 14).
6 Нееман Елисей къыжриІар дапхуэдэу къызэрыщыхъуар? Ар къэгубжьри, ІукІыжащ (2 Цар. 5:11, 12). Сытыт ар къыщІэгубжьар? Нееман дзэ пашэу зэрыщытым къыхэкІкІэ, хуэфащэ пщІэр къыхуамыщІауэ къыщыхъуауэ къыщІэкІынущ. Абы нэмыщІ ар егупсысауэ къыщІэкІынущ Елисей езы Сириеми пщІэ лъэпкъ хуимыщІауэ. Дапхуэдэу мыхъуами, Нееман хьэзырт ищІэну зыхуеяр къигъанэу, унэм игъэзэжыну. Ауэ иджы зэхэщІыкІ зыгъэлъэгъуар абы и унэІутхэращ. Ахэр Нееман хуабжьу елъэІуу щІадзащ Елисей къыжриІам едэІуэну. Абы щыгъуэ Нееман и пагагъэм ебакъуэри, Іэдэбагъ хэлъу, Елисей жиІар ищІащ икІи абы и фІыгъэкІэ хъужащ. (Къеджэ 2 Царей 5:13, 14.)
7. Нееман и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Притчи 22:4). (Сурэтхэми феплъ.)
7 Мы щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Дэ ди еплъыкІэр сыт щыгъуи пэжу щытыфынукъым, абы къыхэкІкІэ, зэхэщІыкІым дыхуэныкъуэщ. Ар къыддэІэпыкъунущ зыгуэр тщІэн ипэ фІыуэ дегупсысыну икІи ди гурыщІэхэм къыхэкІыу унафэ къэдмыщтэну. Абы нэмыщІ Іэдэбагъ дгъэлъэгъуэну зэхэщІыкІыр къыддэІэпыкъунущ. Дэ иджыри къыдгуроІуэ упщІэ псоми я жэуапыр зэрыдмыщІэр. Абы къыхэкІкІэ, Иегови, нэгъуэщІхэри къыддэІэпыкъуным дыхуэныкъуэщ. А зэманым Нееман Иеговэ хуэмылажьэу щытами, зы лъэныкъуэ гуэркІэ абы зэхэщІыкІ игъэлъэгъуащ. Дапхуэдэу? Псалъэм папщІэ, ар Іэдэбагъ хэлъу едэІуащ и щхьэгъусэм, абы и унэІут хъыджэбз цІыкІум, езым и унэІутхэм икІи бегъымбар Елисей. Нееман и пагагъэм ебакъуэри, Іущагъ зыхэлъ унафэ къищтащ. Дэри зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Псалъэм папщІэ, дэ зыгуэрым Библием тегъэщІауэ чэнджэщ къыдитауэ икІи абыкІэ дымыарэзыуэ е Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэ гуэрхэр къыдгурымыІуэу ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ. Абы щыгъуэ зыгуэр жытІэн е тщІэн ипэ, дыкъэувыІэу, мыпхуэдэу дегупсысмэ нэхъыфІщ: «Сэ жысІэну е сщІэну сызыхуейм сыт хуэдэ хьэл-щэн схэлъу къигъэлъагъуэрэ — пагагъэ хьэмэрэ Іэдэбагъ?» (Къеджэ Притчи 22:4, Гъэс.)
Нееман нэгъуэщІхэм къыжраІэм Іэдэбу зэредэІуам хуэдэу, дэри зыгуэрым къыдит чэнджэщым е Иеговэ и организацэм къыбгъэдэкІ унафэхэм дедэІуэн хуейщ (7 абзацым феплъ.)
ЗЭПІЭЗЭРЫТУ ФЫКЪАНЭ
8. Сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж дэ зэпІэзэрыту дыкъэнэну къыщыдэгугъуэкІынкІэ хъунур?
8 ЗэхэщІыкІыр дэ къыддоІэпыкъу Іуэху гугъу гуэрхэм дыпэщІэхуа иужь зэпІэзэрыту дыкъэнэну. ДауикІ, ар сыт щыгъуи бгъэлъэгъуэну тыншкъым, псом хуэмыдэу зыгуэр захуагъэ хэмылъу е пхъашэу къыщытхущытым деж (Еф. 4:26; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «фыгубжьми» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ). АдэкІэ Даутрэ Авигеерэ Іуэхугъуэ гугъу щихуам щыгъуэ, зэхэщІыкІ зэрагъэлъэгъуам теухуауэ къэтщІэнщ.
9. Навал Даут дапхуэдэу зэрыхущытар?
9 Ди нэгу къыщІэдвэгъэгъэхьэт Даутрэ абы и цІыхухэмрэ Паран зи цІэ губгъуэ нэщІым Щаул зыщагъэпщкІуу (1 Сам. 25:1). Абыхэм мылъкушхуэ зыбгъэдэлъ Навал и Іэхъуэхэмрэ и хъушэхэмрэ а губгъуэ нэщІым щахъумэ (1 Сам. 25:15, 16). Мэлхэр щащ зэманыр къэса иужь, Даут и цІыхухэр Навал деж егъакІуэ, ерыскъы къаритыну елъэІун щхьэкІэ. Ахэр Навал гуапагъэрэ пщІэрэ хэлъу йолъэІу (1 Сам. 25:6—8). Ауэ абы фІыщІэ лъэпкъ ищІкъым, пхъашэу мэпсалъэ, уеблэмэ, Даутрэ абы и цІыхухэмрэ я пщІэр иреудых (1 Сам. 25:10, 11).
10. Даутрэ Авигеерэ зэхэщІыкІ дапхуэдэу зэрагъэлъэгъуар? (1 Самуила 25:32, 33). (Сурэтми феплъ.)
10 Даут и пІэ уитамэ, сытыт уэ зыхэпщІэнур? ДауикІ, ар къыщІэгубжьам и щхьэусыгъуэр къыбгурыІуэну гугъукъым. Даут езыр щІалэ пщтырт икІи Навал ар апхуэдизкІэ къигъэгубжьати, иукІыну хьэзырт (1 Сам. 25:13, 21, 22). Даут игу ирилъхьар игъэзэщІэну иужь ихьат, ауэ Навал и щхьэгъусэ, Іущагъ зыхэлъ Авигея ар къигъэувыІащ. Авигея зэхэщІыкІ зэрыхэлъыр сытыт къызыхэщыр? Абы къыгурыІуащ Даут къэгубжьами, ар цІыхуфІу зэрыщытыр. Арати, абы мурад ищІащ хузэфІэкІыу хъуар ищІэну, Даут упщІыІуу, акъыл хэлъу а Іуэхум бгъэдыхьэну дэІэпыкъун щхьэкІэ. Авигея абы тыгъэ куэд хуихьащ икІи Іэдэбагъ хэлъу, Іущагъ зыхэлъ чэнджэщ иритащ (1 Сам. 25:18, 23—31). Даут а цІыхубзым жиІам едаІуэри къыгурыІуащ, абы и псалъэхэм а Іуэхум теухуауэ Иеговэ и еплъыкІэр къызэрыхэщыр. АбыкІэ Даут зэхэщІыкІ зэрыхэлъыр къигъэлъэгъуащ. Ар зэрытеужам и фІыгъэкІэ, гуэныхь хьэлъэм зыщихъумэфащ. (Къеджэ 1 Самуила 25:32, 33.)
Даутрэ Авигеерэ зэхэщІыкІ зэрагъэлъэгъуам и фІыгъэкІэ, гуауэшхуэ къызэрыкІыфын Іуэхугъуэм зыщахъумэфащ (10 абзацым феплъ.)
11. Зыгуэрым дыкъыщигъэгубжьым деж, зэхэщІыкІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъунур? (Притчи 19:11).
11 Мы щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Дыкъэгубжьыну щхьэусыгъуэ диІэу щытми, зэпІэзэрыту дыкъэнэну зэхэщІыкІыр къыддэІэпыкъунущ. А хьэл-щэным и фІыгъэкІэ ди псалъэхэмрэ ди Іуэху щІафэхэмрэ дызыхуашэфынур къыдгуроІуэ. (Къеджэ Притчи 19:11.) Даут Иеговэ и еплъыкІэр къыщищІам щыгъуэ, и губжьыр зэтриІыгъэну хузэфІэкІащ. Уэри зыгуэрым уи жагъуэ къыщищІым е уи пІэ укъыщришым деж, уемыгупсысу зыгуэр жыпІэну е пщІэну ухуеинкІэ хъунущ. Ауэ а гурыщІэхэр зытумыгъакІуэ (Екъуб 1:19). КъэувыІи, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи ар а Іуэхум дапхуэдэу еплъми егупсыс. Апхуэдэу пщІэмэ, зэпІэзэрыту укъэнэну ар къыбдэІэпыкъуну къыщІэкІынщ.
12. Къуэш, шыпхъухэр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъуфынур зэпІэзэрыту дыкъэнэну икІи ди Іуэхум еплъыкІэ тэмэм худиІэну?
12 Иеговэ Авигея къигъэсэбэпри, Даут дэІэпыкъуащ зэпІэзэрыту къанэу, и Іуэхум еплъыкІэ тэмэм хуиІэну. Апхуэдэ дыдэу Иеговэ къуэш, шыпхъухэр къигъэсэбэпу уэри къыбдэІэпыкъуфынущ. Аращи, зыгуэр щхьэкІэ хуабжьу укъэгубжьмэ, Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэш е шыпхъу гуэрым зыхуэгъазэ. Ар къыбдэІэпыкъунущ уи Іуэхум Иеговэ и нэкІэ уеплъыну (Прит. 12:15; 20:18). НтІэ, уи ныбжьэгъур къэгубжьауэ е зыгуэр и жагъуэ хъуауэ гу лъыптамэ, Авигея дапхуэдэу щапхъэ зэрытепхыфынур? Абы удэІэпыкъуфыну пІэрэ и Іуэхум Иеговэ и нэкІэ еплъыну? Уи ныбжьэгъум узэрыдэІэпыкъуфын псалъэхэр къыхэпхын щхьэкІэ, Иеговэ уэ Іэмал имыІэу къыбдэІэпыкъунущ.
ФЫЩЫШЫНЭМ ДЕЖ ИЕГОВЭ ФЫЩЫГУГЪ
13. Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІыну зэхэщІыкІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур?
13 Дэ ди гъащІэм дызыгъэшынэн Іуэхугъуэ куэд дыпэщІохуэ. Ауэ зэхэщІыкІыр къыддоІэпыкъу Иеговэ псом нэхърэ нэхъ лъэщу зэрыщытым дегупсысыну. Абы и фІыгъэкІэ, дызэрышынэм емылъытауэ, Иеговэ нэгъэсауэ дзыхь хуэтщІыфынущ (Пс. 27:1). Дэ ди Іуэхур дапхуэдизу хэкІыпІэншэу къытщымыхъуами, Иеговэ сыт щыгъуи къыддэІэпыкъунущ. Ар псом хуэмыдэу бегъымбар Инус и щапхъэм къыхощ. Инус Иеговэ фІыщэу илъагъут, ауэ абы кърита къалэным ар хуабжьу игъэшынат. А шынэм пэлъэщын щхьэкІэ Инус зэхэщІыкІыр нэхъыбэу хэлъын хуейт.
14. Инус Иеговэ кърита къалэныр щІимыгъэзэщІам и щхьэусыгъуэу щытынкІэ хъунур къыжыфІэ.
14 Иеговэ Инус къалэн иритащ Нинуй къалэм кІуэуэ, абы щыпсэухэм тезыр зэратрилъхьэнур яжриІэну (Иона 1:1, 2). Инус а къалэным Іэнкун ищІат. Абы и пІэ уитамэ, уэ сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІэнут? Израилым къыщыщІэдзауэ Нинуй къалэм нэс кІуэн щхьэкІэ, ар лъэсу мазэ хуэдизкІэ гъуэгу тетын хуейт. Абы нэмыщІ Ассирие цІыхухэр хуабжьу гущІэгъуншэу икІи пхъашэут къызэрацІыхур. Уеблэмэ, Нинуй къалэм лъы зыгъажэ къалэкІэ еджэт (Наум 3:1, 7). Абы къыхэкІкІэ, а къалэныр игъэзэщІэным и пІэкІэ Инус Иеговэ зыфІигъэпщкІуну мурад ищІащ (Иона 1:3).
15. Инус Иеговэ щыгугъыу дапхуэдэу зэрызригъэсар? (Иона 2:6—9).
15 Инус Нинуй къалэм мыкІуэу, нэгъуэщІ лъэныкъуэкІэ кІуэ кхъухьым итІысхьащ. ИужькІэ Инус псым хадзэри, Алыхьым ар телъыджэ щІыкІэу къригъэлащ. А Іуэхугъуэм абы игу къигъэкІыжащ Иеговэ къаруушхуэ зэрыбгъэдэлъыр (Иона 1:15, 17). Инус къыщыщІам дерс хихащ. Абы къыгурыІуащ сыт хуэдэ Іуэхугъуэми Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунур икІи абы кърита къалэным щышынэн зэрыхуэмейр. (Къеджэ Иона 2:6—9.) Иеговэ иджыри зэ Инус Іэмал щритам щыгъуэ, абы а къалэныр игъэзэщІащ. Ар Нинуй къалэм кІуэуэ, Алыхьым и псалъэхэр щигъэІуам, абы фІыгъуэшхуэ къыпэкІуащ (Иона 3:5).
16. Шынэм дыпэлъэщыну зэхэщІыкІыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур? (Притчи 29:25). (Сурэтхэми феплъ.)
16 Мы щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Дэ дыхуейкъым цІыхухэм дыщышынэу, ар Иеговэ дызэрыхуэлажьэм зэран хуэдгъэхъуну. (Къеджэ Притчи 29:25.) Инус зэхэщІыкІыр къыдэІэпыкъуащ и къалэным пыщІа гугъуехьхэм пэлъэщыну икІи Иеговэ къызэрыдэІэпыкъунум и акъылыр триухуэну. Дэри Иеговэ нэхъапэхэм къызэрыддэІэпыкъуам дегупсысу щытмэ, шынэр зытедгъэкІуэнукъым. Абы нэмыщІ Иеговэ зэрыщыгугъам и фІыгъэкІэ, къалэн гугъум е Іуэхугъуэ шынагъуэ гуэрым пэлъэща къуэш, шыпхъухэм я хъыбархэм дыкъеджэным дэркІэ сэбэпынагъ хэлъщ (Евр. 13:6)a. Аращи, дэри нэгъэсауэ Иеговэ дыщыгугъыу, зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэнщ икІи абыкІэ нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъунщ.
Инус Иеговэ дзыхь хуищІу зэрызригъэсам и фІыгъэкІэ, Алыхьым и унафэхэм щІэтыну хьэзырт (16 абзацым феплъ.)
ЗЭХЭЩІЫКІЫМ АДЭКІИ ХЭВГЪАХЪУЭ
17. ЗэхэщІыкІым дапхуэдэу зэрыхэдгъахъуэ хъунур?
17 Дэ къэтщІащ гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм дыпэлъэщыну зэхэщІыкІыр къызэрыддэІэпыкъур. НтІэ, а хьэл-щэным дапхуэдэу зэрыхэдгъахъуэ хъунур? Иеговэ абыкІэ къыддэІэпыкъун щхьэкІэ, Библиемрэ и къару лъапІэмрэ къыдитащ (Неем. 9:20; Пс. 32:8). Алыхьым къыдит чэнджэщхэм и фІыгъэкІэ дэ Іущагъ зыхэлъ унафэхэр къэтщтэфынущ икІи зэпІэзэрыту дыкъэнэфынущ (Пс. 119:97—101). Дэ зэхэщІыкІ диІэ мэхъу Библием итыр къыдгурыІуэну дыщыхущІэкъум икІи Иеговэ и къару лъапІэр къыдитыну дыщелъэІум деж. А псор къыддоІэпыкъу Алыхьым и нэкІэ сыт хуэдэ Іуэхугъуэми деплъыну икІи ар къызэрытщыгугъыр дгъэзэщІэну (Прит. 21:11).
18. Мы статьям сытым фыхуигъэуша?
18 Аращи, зэхэщІыкІым адэкІи хэдгъэхъуэнщ икІи ар лъапІэу тлъытэнщ (Пс. 14:2). Апхуэдэу дэ «акъылым и гъуэгу занщІэм» зэи дытекІынукъым (Прит. 21:16, Гъэс.). Сыт хуэдэ Іуэхугъуэм дежи зэхэщІыкІ дгъэлъэгъуэну мурад быдэ тщІымэ, шэч хэмылъу абыкІэ Иеговэ дгъэгуфІэнущ!
42 УЭРЭДЫР Иеговэ и лэжьакІуэ пэжым и лъэІу
a Псалъэм папщІэ, Георгий Порчулян и гъащІэм теухуауэ жиІэжым феджэ (JW Library® приложением е jw.org сайтым ит «Биографии Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ статья гупхэм феплъ).