ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Апрель н. 2—7
  • «Фызыхуэлэжьэнур хэтми... къыхэфх»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Фызыхуэлэжьэнур хэтми... къыхэфх»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ХЬИСЭ ИЕГОВЭ ХУЭЛЭЖЬЭНУ УНАФЭ ЩІИЩІАР СЫТ?
  • ИЕГОВЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ЩІЫХУЭФАЩЭР СЫТ?
  • ИЕГОВЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ УНАФЭ ЩІЭТЩІАР СЫТ?
  • ИЕГОВЭ АДЭКІИ ФЫХУЭЛАЖЬЭ
  • Зыгуэрым теухуауэ щыгъуазэу дыщымытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зыщывмыгъэгъупщэ, Иеговэ — «Алыхь псэущ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • «Пэжым и Алыхьым» жиІар сыт щыгъуи егъэзэщІэж
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Апрель н. 2—7

14 СТАТЬЯР

8 УЭРЭДЫР Иеговэ — ди быдапІэщ

«Фызыхуэлэжьэнур хэтми... къыхэфх»

«Сэри си унагъуэм щыщхэри дызыхуэлэжьэнур Иеговэщ» (ИИС. Н. 24:15).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Мы статьям дэ дигу къыщыдгъэкІыжынущ Иеговэ дыхуэлэжьэну унафэ къыщІэтщтам и щхьэусыгъуэхэр.

1. Нэгъэсауэ насыпыфІэ дыхъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ? (Исайя 48:17, 18).

ИЕГОВЭ дэ фІыщэу делъагъу икІи ар хуейщ иджыпстуи, къэкІуэну зэманми гъащІэм гуфІэгъуэ къытхуихьу дыпсэуну (Эккл. 3:12, 13). Алыхьым цІыхур къыщигъэщІым зэфІэкІ куэд хилъхьащ. Ауэ нэгъуэщІ цІыхухэм я тепщэу дыщытыну икІи фІымрэ Іеймрэ теухуауэ унафэ тщІыну абы зэфІэкІ къытхилъхьакъым (Эккл. 8:9; Иер. 10:23). Иеговэ ещІэ: дэ нэгъэсауэ насыпыфІэ дыхъун щхьэкІэ абы дыхуэлэжьэн икІи жиІэм дедэІуэн хуейщ. (Къеджэ Исайя 48:17, 18.)

2. ШейтІаным сыт ди фІэщ ищІыну зыхуейр икІи Иеговэ дапхуэдэу абы и пцІыр къызэрыщІигъэщар?

2 ШейтІаным ди фІэщ ищІыну хэтщ Иеговэ и тепщэныгъэм дыхуэмыныкъуэу икІи Алыхьым дримыгъусэми насыпыфІэу дыщытыну (ЩІэдз. 3:4, 5). А пцІыр къыщІигъэщын щхьэкІэ Иеговэ цІыхухэр хуит ищІащ тепщэныгъэ зэмылІэужьыгъуэхэр къагъэсэбэпыну. Дэ долъагъу цІыхухэм я тепщэныгъэхэм фІы лъэпкъ къызэримыхьар. Ауэ Алыхьым зэрыхуэлажьэм гуфІэгъуэ нэгъэса къыхуэзыхьа цІыху куэдым Библием и гугъу ещІыж. Абыхэм щыщу нэхъ насыпыфІэу щытар Хьисэ Мэссихьщ. Иеговэ хуэлэжьэну абы унафэ щІищІар дэ иджыпсту зэпкърытхынщ. ИужькІэ къэтщІэнщ Иеговэ дыхуэлэжьэну щІыхуэфащэр сытми. Иджыри дигу къэдгъэкІыжынщ Иеговэ дыхуэлэжьэну унафэ къыщІэтщтам и щхьэусыгъуэхэр.

ХЬИСЭ ИЕГОВЭ ХУЭЛЭЖЬЭНУ УНАФЭ ЩІИЩІАР СЫТ?

3. ШейтІаным сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ Хьисэ иригъэхуа икІи сыт абы къыхихар?

3 Хьисэ щІылъэм щыпсэуам зыхуэлэжьэныр хэтми къыхихын хуейт. Абы псым зыщІигъэуа иужь куэд дэмыкІыу ШейтІаным дунейм тет пащтыхьыгъуэ псори къригъэлъагъури, къыжриІащ зэ щхьэщэ къыхуищІмэ, а псор къызэрыритынур. Ауэ Хьисэ жиІащ: «Си ужь икІ, ШейтІан!... Тхьэм и псалъэу тхахэм хэтщ: „Зиусхьэну уи Тхьэр бгъэлъапІэурэ, узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщ“» (Мт. 4:8—10). Хьисэ Алыхьым хуэлэжьэну къыщІыхихар сыт? Абы и щхьэусыгъуэ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

4, 5. Сыт Хьисэ Иеговэ хуэлэжьэну къыщІыхихар?

4 Хьисэ Иеговэ хуэлэжьэну къыщІыхихам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — ар и Адэм хуиІэ лъагъуныгъэ гуащІэрат (Ин. 14:31). Абы нэмыщІ Хьисэ къыгурыІуэт узыхуэлэжьэну зыхуэфащэр Иеговэ закъуэу зэрыщытыр (Ин. 8:28, 29; Апок. 4:11). Аращ гъащІэр къыдэзытар икІи ар хьэлэлагъ зыхэлъ, узыщыгугъ хъун Алыхьу щытщ (Пс. 33:4; 36:9; Екъуб 1:17). Иеговэ сыт щыгъуи Хьисэ пэжу бгъэдэтащ икІи абы иІэу хъуар къызыбгъэдэкІар Алыхьыращ (Ин. 1:14). ШейтІаныр-щэ? Абы цІыхухэм «тыгъэу» яритар гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэщ. Ар пцІыупсщ, щхьэхуещэщ икІи нэпсейщ (Ин. 8:44). А псом къыхэкІкІэ, Хьисэ егупсысыххэтэкъым Иеговэ пэщІэувэу ШейтІаным ещхь хъуну (Флп. 2:5—8).

5 Сыт иджыри Хьисэ Иеговэ хуэлэжьэну къыщІыхихар? Хьисэ егупсыст Алыхьым хуэпэжу къыхуэнэмэ, абы фІыгъуэ куэд къызэрыпэкІуэнум (Евр. 12:2). Псалъэм папщІэ, абы ищІэт абыкІэ и Адэм и цІэр гъэлъэпІа зэрыхъунур икІи гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ кІэ къызэрыхуэкІуэнур.

ИЕГОВЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ ЩІЫХУЭФАЩЭР СЫТ?

6, 7. Сыт нобэ куэдыр Иеговэ щІыхуэмылажьэр икІи сыт абы псори хуэлэжьэну щІыхуэфащэр?

6 ЦІыху куэдыр нобэ Иеговэ щІыхуэмылажьэм и щхьэусыгъуэр абы и хьэл-щэн дахэхэмрэ къахуищІа фІыгъуэхэмрэ ящІэкъыми аращ. Ахэр ещхьщ Паул Афинэ къалэм хъыбарыфІыр зыхуиІуэта цІыхухэм (Апост. 17:19, 20, 30, 34).

7 Паул къедаІуэхэм къагуригъэІуащ «псэ зыІут псори щызыгъэІэри, жьы къезыгъапщэри, зыхуэныкъуэ псори езыгъэгъуэтри» Алыхьырауэ зэрыщытыр. ИужькІэ абы пищащ: «Езыращ дызыгъэпсэури, дызезыгъакІуэри, дыщызыгъэІэри». ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым «зы цІыху закъуэм цІыху лъэпкъ псори къыхигъэхъукІащ» (Апост. 17:25, 26, 28). Аращ цІыху псори Иеговэ щІыхуэлэжьэн хуейр.

8. Сыт Иеговэ зэи имыщІэнур? КъыдгурывгъаІуэ.

8 Иеговэ псори къызэригъэщІам икІи дуней псом и Тепщэу зэрыщытым къыхэкІкІэ залымыгъэкІэ дызыхуигъэлэжьэфынут. Ауэ абы апхуэдэу зэи ищІэнукъым. Абы и пІэкІэ Алыхьым Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ дегъэлъагъу ар зэрыщыІэр икІи фІыщэу дызэрилъагъур. Ар хуейщ зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэ игъащІэкІэ абы и ныбжьэгъуу щытыну (1 Тим. 2:3, 4). Абы къыхэкІкІэ Иеговэ дыхуегъасэ и мурад дахэхэм теухуауэ цІыхухэм зэражетІэну щІыкІэм (Мт. 10:11—13; 28:19, 20). Абы дэ и зэхуэсым дыкъригъэблэгъащ икІи фІыуэ дыкъэзылъагъу зэхуэсым и нэхъыжьхэр тыгъэу къыдитащ (Апост. 20:28).

9. Иеговэ цІыху псори фІыуэ зэрилъагъур сытым къыхэщрэ?

9 Алыхьыр зи фІэщ хъуну хуэмей цІыхухэри Иеговэ фІыуэ елъагъу. Егупсысыт: Алыхьым цІыхухэр къызэригъэщІрэ и нэхъыбэр абы жиІэм емыдаІуэу, фІымрэ Іеймрэ теухуауэ езыхэм унафэ ящІу псэуащ. Абы емылъытауэ цІыхухэм гуфІэгъуэ яІэу псэун щхьэкІэ зыхуэныкъуэу хъуар Алыхьым къаритт (Мт. 5:44, 45, ДЩІ; Апост. 14:16, 17). Иеговэ и фІыгъэкІэ ныбжьэгъугъэм, унагъуэм, лэжьыгъэм гуфІэгъуэ хахыу псэуну цІыхухэм Іэмал яІэщ (Пс. 127:3; Эккл. 2:24). А псор щыхьэт техъуэкъэ уафэм щыІэ ди Адэм цІыхуу хъуар фІыуэ зэрилъагъум? (Исх. 34:6). Иджы дигу къэдгъэкІыжынщ Иеговэ дыхуэлэжьэну унафэ щІэтщІар икІи абы щхьэкІэ дапхуэдэу Алыхьым и нэфІ къытщыхуэми.

ИЕГОВЭ ДЫХУЭЛЭЖЬЭНУ УНАФЭ ЩІЭТЩІАР СЫТ?

10. 1) Иеговэ дыщІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр къыжыфІэ (Маттэ 22:37). 2) Иеговэ уэ езым тэмакъкІыхьу къызэрыпхущытамкІэ къыддэгуашэ (Псалом 103:13, 14).

10 Хьисэ хуэдэу дэри Иеговэ дыщІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр — ар фІыщэу долъагъури аращ. (Къеджэ Маттэ 22:37.) Абы и хьэл-щэнхэм теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху нэхъ гъунэгъу зыхуэтщІыну дыхуейщ. Псалъэм папщІэ, Иеговэ хуабжьу тэмакъкІыхьщ. А хьэл-щэныр къыхощ жыІэмыдаІуэ израил цІыхухэм ар зэрахущытам. Иеговэ абыхэм яжриІэт: «СыныволъэІу, фи Іуэху Іейхэр къэвгъанэ» (Иер. 18:11). Алыхьым ещІэж дэ гуэныхь зэрытхэлъыр икІи сабэм дыкъызэрыхэщІыкІар. (Къеджэ Псалом 103:13, 14.) Иеговэ тэмакъкІыхьу зэрыщытым икІи нэгъуэщІ хьэл-щэн дахэ куэд зэрыхэлъым ущегупсысым деж абы игъащІэкІэ ухуэлэжьэну ухуигъэушкъэ?

11. Иеговэ дыхуэлэжьэну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр иджыри диІэ?

11 Дэ иджыри Иеговэ дыщІыхуэлажьэр узыхуэлэжьэн хуейр абы и закъуэщи аращ (Мт. 4:10). Абы нэмыщІ дэ дощІэ Алыхьым дызэрыхуэлажьэм фІы куэд къызэрыпэкІуэр. Иеговэ хуэпэжу дызэрыщытымкІэ абы и цІэр догъэлъапІэ, ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр къыщІыдогъэщ икІи уафэм щыІэ ди Адэр догъэгуфІэ. Иеговэ дыхуэлэжьэну къызэрыхэтхымкІэ гъащІэ мыухыж къыхэтхыу жыпІэ хъунущ (Ин. 17:3).

12, 13. Джейнрэ Пемрэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

12 Сабий нэгъуни лъагъуныгъэ куу Иеговэ хуащІыфынущ икІи зэманыр кІуэху а лъагъуныгъэр нэхъ хэхъуэурэ кІуэнущ. ЗэшыпхъуитІ Джейнрэ Пемрэa я щапхъэм деплъынщ. Абыхэм Библиер яджын щыщІадзам зыр илъэс пщыкІуз адрейр илъэсипщІ хъууэ арат. Абыхэм я адэ-анэм хуит ящІащ Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер яджыну. Ауэ тхьэмахуэ махуэхэм езыхэм я гъусэу ахэр члисэм зэрыздашэнур къыгурагъэІуащ. Джейн къыддогуашэ: «Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер щызджым къасщІэ щІэныгъэхэм сыкъахъумащ. Школым къыздеджэхэм я нэхъыбэм наркотикхэмрэ зинэ щІэнымрэ зищІысыр ягъэунэхуащ. Ауэ сэ а псом пэІэщІэ зыхуэсщІт».

13 Илъэс зыбжанэ дэкІри а тІум псым зыщІагъэуащ. ИужькІэ абыхэм пионер лэжьыгъэр къащтащ икІи я адэ-анэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъуащ. БлэкІа зэманыр игу къигъэкІыжу Джейн жеІэ: «Сэ быдэу си фІэщ хъуащ Иеговэ и ныбжьэгъухэм зэрыхуэпэжыр икІи ахэр зэи къызэримыгъанэр. 2 Тимофей 2:19 зэритым хуэдэу „Зиусхьэным езым и цІыхухэр ещІэ“» Пэжщ, Иеговэ къыхуэлажьэхэмрэ ар фІыуэ зылъагъухэмрэ я гъусэщ.

14. Дапхуэдэу дэ ди псалъэхэмкІи ди ІуэхухэмкІи Иеговэ и цІэр зэрыдгъэкъэбзэжыфынур? (Сурэтхэми феплъ.)

14 Дэ дыхуейщ Иеговэ и цІэ ягъэулъийр дгъэкъэбзэжыну. Мыпхуэдэ щапхъэ къэтхьынщ: уэ ныбжьэгъуфІ уиІэщ икІи ар цІыхуфІщ, хьэлэлщ, абы гущІэгъушхуи хэлъщ. Ауэ уэ зэхыбох уи ныбжьэгъур гущІэгъуншэу икІи пцІыупсу жиІэу зыгуэрым игъэкъуаншэу. Сыт абы щыгъуэ уэ пщІэнур? ДауикІ, уэ уи ныбжьэгъум укъыщхьэщыжынущ. Апхуэдэ дыдэу ШейтІанымрэ абы и лъэныкъуэр зыІыгъхэмрэ Иеговэ теухуауэ пцІыр ягъэбагъуэу, абы и цІэр ягъэулъиину хэтщ. Ауэ дэ Алыхьым теухуа пэжыр цІыхухэм яжыдоІэ, апхуэдэу абы и цІэм дыкъыщхьэщож (Пс. 34:1; Ис. 43:10). Дэ ди псалъэхэмкІи ди ІуэхухэмкІи ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ дыхуэлэжьэну дызэрыхуейр къыдогъэлъагъуэ.

Коллаж: 1) конгресс щекІуэкІ щІыпІэм деж блэкІыу цІыхубзым елъагъу Алыхьым епцІыжа цІыху гуп зэхэту икІи абыхэм жаІэр зэхех; 2) иужьыІуэкІэ а цІыхубзыр стендым бгъэдэт ди къуэшымрэ, ди шыпхъумрэ йопсалъэ.

Иеговэ и цІэм фыкъыщхьэщыжыну фыхьэзыр? (14 абзацым феплъ.)b


15. Апостол Паул и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ зэрыхилъхьам сыт хуэдэ ехъулІэныгъэ къыхуихьар? (Филиппи 3:7, 8).

15 Иеговэ дгъэгуфІэн икІи и лэжьыгъэм нэхъыбэу дыхэтын щхьэкІэ дэ ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэтлъхьэну дыхьэзырщ. Псалъэм папщІэ, апостол Паул зыхэта диным ехъулІэныгъэхэр щиІэфынут, ауэ Иеговэ хуэлэжьэн икІи Хьисэ и лъэужь итын щхьэкІэ абы псори къигъэнащ (Гал. 1:14). Абы и гъащІэм хилъхьа зэхъуэкІыныгъэхэм я фІыгъэкІэ Алыхьыр арэзы зыщІ гъащІэ ирихьэкІащ икІи Хьисэ и Пащтыхьыгъуэр уафэм щыдиІыгъыну Іэмал иІэ хъуащ. Апхуэдэ гъащІэ гъуэгу къызэрыхихам Паул зэи хущІегъуэжакъым. Дэри зэи дыхущІегъуэжынукъым Иеговэ и лэжьакІуэ дызэрыхъуам. (Къеджэ Филиппи 3:7, 8.)

16. Джулия и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Сурэтхэми феплъ.)

16 Алыхьым дызэрыхуэлажьэм япэ увыпІэ еттмэ, иджыпстуи къэкІуэну зэманми ехъулІэныгъэ куэд диІэнущ. Ди шыпхъу Джу́лия и щапхъэм деплъынщ. Ар щыцІыкІум щыгъуэ члисэм и хорым уэрэд щыжиІэт. Абы апхуэдизкІэ фІыуэ уэрэд жиІэти, опернэ уэрэд жыІакІуэ гуэрым гу къылъитэри, иригъаджэу щІидзащ. Куэд дэмыкІыу Джулия цІэрыІуэ хъуащ икІи концерт щекІуэкІ залышхуэхэм уэрэд щыжиІэу щІидзащ. Ар цІэрыІуэу щыт музыкальнэ школым щеджэм щыгъуэ къыдеджэ гуэрым къыжриІащ Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр. ЩІэх дыдэу Джулия тхьэмахуэм тІэу Библиер иджу щІидзащ. Зэман дэкІри абы унафэ ищІащ уэрэд жыІэныр къигъанэу, и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэну. А унафэр къищтэну абы дежкІэ тынштэкъым. Ар къыддогуашэ: «Сэ куэдым къызжаІэт сиІэ зэфІэкІыр къызэрызмыгъэсэбэпам акъыл хэмылъу. Ауэ сэ сыхуейт си къарум къызэрихькІэ Иеговэ сыхуэлэжьэну». Илъэс 30 ипэкІэ Джулия къищта унафэм нобэ дапхуэдэу зэреплъыр? Мис абы и псалъэхэр: «Сэ си гум мамырыгъэ илъщ икІи шэч лъэпкъ къытесхьэкъым къэкІуэну зэманым Иеговэ сызыщІэхъуэпсу хъуар зэригъэзэщІэнум» (Пс. 145:16).

Джулия къыхихар къэзыгъэлъагъуэ сурэтитІ: 1) концерт щекІуэкІ залышхуэм абы уэрэд щыжеІэ; 2) и щхьэгъусэм и гъусэу абы зэІущІэм уэрэд щыжеІэ.

Алыхьым дызэрыхуэлажьэм япэ увыпІэр еттмэ, абы и нэфІ къытщыхуэнущ, насыпыфІэуи дыпсэунущ (16 абзацым феплъ.)c


ИЕГОВЭ АДЭКІИ ФЫХУЭЛАЖЬЭ

17. Мы дунеижьыр и кІэм зэрынэсар Иеговэ хуэлажьэхэми хуэмылажьэхэми дапхуэдэу зэрылъэІэсыр?

17 Дэ мы дунеижьым и кІэ дыдэм дыщопсэу. Апостол Паул мыпхуэдэу итхат: «Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу: „Куэд дыдэ дэмыкІыу, къэкІуэнур мыгувэу къэсынущ“» (Евр. 10:37). Дапхуэдэу мы псалъэхэр къызэрытлъэІэсыр? Иеговэ хуэмылажьэ цІыхухэм абы и лъэныкъуэр яубыдын щхьэкІэ зэман мащІэщ къахуэнар (1 Кор. 7:29). Ауэ Алыхьым и лэжьакІуэхэр а псалъэхэм ягъэгушхуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм я гугъуехьхэм пэщІэтыну къахуэнэжа зэманыр мащІэ дыдэщи.

18. Хьисэрэ Иеговэрэ сыт къызэрытщыгугъыр?

18 Хьисэ цІыхухэр хуигъэушащ и гъэсэн хъууэ адэкІи и лъэужь ирикІуэну (Мт. 16:24). Уэ илъэс куэд хъуауэ Иеговэ ухуэлажьэу къыщІэкІынщ. Апхуэдэу щытмэ, фІы дыдэщ! УкъимыкІуэт! Иеговэ хуейщ уэ къыхэпха гъуэгум адэкІи утетыну. А гъуэгур тыншу пхужыІэнукъым, ауэ абы узэрытетым гуфІэгъуэрэ фІыгъуэ куэдрэ къыпхуихьынущ (Пс. 35:27).

19. Джин и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

19 Языныкъуэхэм я гугъэщ Иеговэ ухуэлэжьэн щхьэкІэ псоми зыхуэбгъэныкъуэн хуейуэ икІи абы гуфІэгъуэ лъэпкъ хэмылъу. Уэ уныбжьыщІэмэ, Иеговэ узэрыхуэлажьэм куэд пфІигъэкІуэду къыпщыхъункІэ хъунущ. НыбжьыщІэу щыт ди къуэш Джин къыддогуашэ: «Сэ си гугъэт си гъащІэм мыхьэнэ имыІэу блэкІыу. Си ныбжь итхэм зэгъусэу зэман ягъэкІуэным, хъыджэбзхэм яхуэзэным, компьютеркІэ зауэ джэгухэм хэтыным фІэкІа Іуэху яІэтэкъым. Сэ си нэгу зэрызезгъэужьу щытар зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІыр зэрызгъэІумрэт». Апхуэдэ гупсысэкІэр Джин дапхуэдэу зэран зэрыхуэхъуар? Абы пещэ: «НэгъуэщІ ныбжьыщІэхэм ящІэ Іуэху Іей гуэрхэм хуэдэ сэри сщІэуэ щІэздзащ. ЯпэщІыкІэ ар сэ сигу ирихьт, ауэ ар куэдрэ екІуэкІакъым. Абы сэ нэгъэсауэ насыпыфІэ сищІакъым. Абы щыгъуэ сэ Библием ит пэжхэм нэгъуэщІ нэкІэ сеплъу щІэздзащ икІи къызгурыІуащ Иеговэ фІыгъуэ куэд къызитыну зэрыхуейр. Сэ абы седэІуэн хуей закъуэу арат. Абы къыхэкІкІэ сэ гурэ псэкІэ Алыхьым сыхуэлэжьэну мурад сщІащ. А зэманым щыщІэдзауэ Иеговэ жэуапыншэу си зы тхьэлъэІу къигъэнакъым».

20. Сыт фэ фщІэну фи мурадыр?

20 Пащтыхь Даут Иеговэ уэрэд хужиІэт: «НасыпыфІэщ уэ уи пщІантІэхэм щыбгъэпсэуну къыхэпха икІи зэпшэлІа цІыхур» (Пс. 65:4). Аращи, адэкІи Иеговэ дызэрыхуэлэжьэным ди акъылыр тедвгъэухуэ. Нун и къуэ Ехьошуа хуэдэу дэри жыдоІэ: «Сэри си унагъуэм щыщхэри дызыхуэлэжьэнур Иеговэщ» (Иис. Н. 24:15).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Хьисэ Иеговэ хуэлэжьэну унафэ щІищІар сыт?

  • Иеговэ дыхуэлэжьэну щІыхуэфащэр сыт?

  • Иеговэ ухуэлэжьэну унафэ щІэпщІар сыт?

28 УЭРЭДЫР Иеговэ ныбжьэгъу хуэхъу

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b СУРЭТЫМ ИТЫР. Конгресс щекІуэкІ щІыпІэм деж блэкІыу цІыхубзым зэхех Алыхьым епцІыжахэм Иеговэ и Щыхьэтхэм хужаІэр. ИужькІэ абы пэжыр къищІэн щхьэкІэ стендым бгъэдэт ди къуэшымрэ, ди шыпхъумрэ бгъэдохьэ.

c СУРЭТЫМ ИТЫР. Джулия сыт къыхихами мы сурэтхэм къагъэлъагъуэ: абы унафэ ищІащ уэрэд жыІэныр къигъанэу, и гъащІэр Иеговэ и ІэмыщІэ ирилъхьэну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын