ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Февраль н. 14—19
  • Иеговэ зэригъэгъум хуэдэу бгъэгъуу зегъасэ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ зэригъэгъум хуэдэу бгъэгъуу зегъасэ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • УИ ГУРЫЩІЭХЭМ МЫХЬЭНЭ ИУМЫТУ КЪЫУМЫГЪАНЭ
  • ДИ ЖАГЪУЭ КЪЫЗЭРАЩІАМ КЪЫДИТ ГУРЫЩІЭХЭМ ДЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫФЫНУР
  • ГУРЫЩІЭ ІЕЙХЭР ГУРЫЩІЭФІХЭМКІЭ ЗЭФХЪУЭКІ
  • ЗЭРЫБГЪЭГЪУМ КЪЫПЭКІУЭ ФІЫГЪУЭХЭМ УИ АКЪЫЛЫР ТЕУХУЭ
  • Иеговэ «зигу иудахэм гупсэхугъуэ ярет»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • НэгъуэщІхэм яхуэзыгъэгъухэм Иеговэ и нэфІ ящохуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Псым зыщІэбгъэуа иужь узыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэм ухуэхьэзыр?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Сыту фІыщэ къуэш, шыпхъухэр бгъэныбжьэгъуну!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Февраль н. 14—19

8 СТАТЬЯР

130 УЭРЭДЫР Зыр зым хуэвгъэгъу

Иеговэ зэригъэгъум хуэдэу бгъэгъуу зегъасэ

«Зым адрейм хуэвгъэгъу, Мэссихь и хьэтыркІэ Тхьэм фэ къызэрыфхуигъэгъуам хуэдэу» (ЕФ. 4:32).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъуну сыт къыддэІэпыкъунуми.

1, 2. 1) Бгъэгъуну псом хуэмыдэу дапщэщ щыгугъур? 2) Дениз дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар и унагъуэм апхуэдиз гуауэ къыхуэзыхьа цІыхум зэрыхуигъэгъуар?

УЭ БГЪЭГЪУНУ къогугъуэкІырэ? Дэ тщыщ куэдым я дежкІэ ар тыншкъым, псом хуэмыдэу ди гум еуэн гуэр къыщыдащІам е къыщыджаІам деж. Ауэ дэ ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъуфу зедгъэсэфынущ. Деплъынщ ди шыпхъу Дени́зa и гъащІэм къыщыхъуам. Абы игъэгъуфащ егъэлеяуэ Іуэхугъуэ гугъу зэрыпэщІэхуам емылъытауэ. 2017 гъэм Дениз и унагъуэр игъусэу Иеговэ и Щыхьэтхэм я дунейпсо ІуэхузехьэпІэм экскурсие щыІауэ къыщикІыжым аварие хэхуащ. Къажьыхэуа машинэм дэса щІалэм рулыр хузэтемыІыгъэжу абыхэм яжьыхэуащ. Дениз къэмэхащ икІи зыкъыщищІэжам щыгъуэ и бынхэм фэбжьышхуэ зэрагъуэтар и щхьэгъусэ Бра́йани зэрыхэкІуэдар къищІащ. Къэхъуар Дениз игу къыщигъэкІыжкІэ жеІэ: «Сэ гуауэм сызэщІиубыдат». ИужькІэ абы къищІащ рулым дэсар ефауэ зэрыщымытар икІи зэрытемыплъэкъукІар — ар зэрымыщІэкІэ къэхъуа насыпыншагъэт. Ауэ абы емылъытауэ Дениз и гур хуабжьу хэщІти, ар Иеговэ елъэІут и гум мамырыгъэ кърилъхьэну.

2 Абыхэм къажьыхэуа цІыхухъум хьэкум щытращІыхьым щыгъуэ зэрымыщІэкІэ иригъэукІауэ къалъытащ. Къэхъуар абы и ягъэу къалъытауэ щытамэ, дауикІ, ар ягъэтІысыну къыщІэкІынт. Ауэ а цІыхухъум тезыр тралъхьэнур Дениз жиІэм елъытауэ зэрыщытынур хеящІэм къыжриІащ. Дениз къыддогуашэ: «Сэ си уІэгъэр къатІэщІыжу шыгъу тракІутам хуэдэт. Сэ си гъащІэм нэхъ шынагъуэ дыдэу къыщыхъуар иджыри зэ си нэгу къыщІыхьэжащ». Тхьэмахуэ зыбжанэ дэкІауэ, хьэкумыр ящІу, ди шыпхъум псалъэ щратам сыт жиІар? Дениз хеящІэм елъэІуащ а цІыхухъум хуагъэгъунуb. Ди шыпхъум и псалъэр щиухам хеящІэр къэгъащ. Абы жиІащ: «Сэ илъэс 25 хъуауэ хеящІэу солажьэри апхуэдэ зэи срихьэлІакъым, хэкІуэда цІыхум и унагъуэр ягъэкъуаншэм къыщхьэщыжу. Сэ мыбы сызэрыщылажьэрэ „гущІэгъу“, „лъагъуныгъэ“ псалъэхэр щыжаІэу зэи зэхэсхакъым».

3. Дениз игъэгъуну сыт къыдэІэпыкъуар?

3 Дениз игъэгъуну сыт къыдэІэпыкъуар? Ар Иеговэ зэригъэгъум егупсысащ (Мих. 7:18). Иеговэ къызэрытхуигъэгъур фІыщІэ тщІымэ, дэ абы дыхуигъэушынущ нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуну.

4. Иеговэ сыткІэ къытщыгугърэ? (Ефес 4:32).

4 Иеговэ хуейщ езым хуэдэу, ди гум къыбгъэдэкІыу, нэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуну. (Къеджэ Ефес 4:32.) Ди гу хэзыгъэщІахэм яхуэдгъэгъуну хьэзыру дыщытыну Иеговэ къытщогугъ (Пс. 86:5; Лк. 17:4). Иджыпсту дыхэплъэнщ щымытыншым дежи дгъэгъуу зедгъэсэну къыддэІэпыкъуну лъэбакъуищым.

УИ ГУРЫЩІЭХЭМ МЫХЬЭНЭ ИУМЫТУ КЪЫУМЫГЪАНЭ

5. Притчи 12:18 зэритымкІэ дапхуэдэу нэгъуэщІхэм жаІэр е ящІэр ди гум зэреуэфынур?

5 ЦІыхум къыдищІэмрэ къыджиІэмрэ ди гур хигъэщІыфынущ, псом хуэмыдэу ар ди ныбжьэгъумэ е ди унагъуэм щыщмэ (Пс. 55:12—14). Иныкъуэхэм деж къэхъуар апхуэдизкІэ ди жагъуэ мэхъури, ар ди гум сэ къыхаІуам хуэдэщ. (Къеджэ Притчи 12:18.) ДауикІ, ди гурыщІэхэм мыхьэнэ едмыту зыри къэмыхъуам хуэдэу фэ зытедгъэуэфынущ, ауэ ар уи уІэгъэм сэ къыхэбнэм хуэдэу аращ. Апхуэдэ Іуэху бгъэдыхьэкІэм зыри фІы къытхуихьынукъым икІи ар Іуэхум и хэкІыпІэкъым.

6. Ди жагъуэ къызэращІым сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитыфыну?

6 Дэ зыгуэрым ди жагъуэ къищІа иужь занщІэу дыкъэгубжьынкІэ хъунущ. Губжьыныр Библием гуэныхьу ибжкъым, ауэ губжьыр зытедгъэкІуэн хуейкъым (Пс. 4:4; Еф. 4:26). ЗэрытщІэщи, гужьгъэжь уи гум ибгъэлъмэ абы фІым ухуишэнукъым (Екъуб 1:20). Зыщумыгъэгъупщэ, укъэгубжьынымрэ губжьыр зытебгъэкІуэнымрэ зыкъым. Губжьыныр ар уи жагъуэ къызэращІам къыуит гурыщІэращ, ауэ губжьыр зытебгъэкІуэнми зытумыгъэкІуэнми унафэ зыщІыр уэращ.

Губжьыр — ар уи жагъуэ къызэращІам къыуит гурыщІэращ, ауэ губжьыр зытебгъэкІуэнми зытумыгъэкІуэнми унафэ зыщІыр уэращ

7. Ди жагъуэ къыщащІам деж абы иджыри сыт хуэдэ гурыщІэхэр къыдитыфыну?

7 НэгъуэщІхэр Іейуэ къыщытхущытым деж губжьым и закъуэкъым зыхэтщІэнур, атІэ нэгъуэщІ гурыщІэхэри диІэфынущ. Псалъэм папщІэ, ди шыпхъу Энн къыддогуашэ: «Сэ сыщысабийм си адэм си анэр къигъанэри къыскІэлъыплъыну къащта цІыхубзыр къишащ. Сэ сыхыфІадзам хуэдэт. ИужькІэ а тІум сабий щагъуэтам сэ ІэщІыб сащІауэ къысщыхъут. Абы къыхэкІкІэ, зыри къысхуэмей хуэдэу гурыщІэ сиІэу сыкъэхъуащ». Джордже́т зи цІэ шыпхъум и щхьэгъусэр къыщепцІыжам щыгъуэ иІа гурыщІэхэр игу къегъэкІыж: «Дэ дызэрыцІыкІурэ дызэныбжьэгъут икІи пионер лэжьыгъэм зэгъусэу дыхэтт. А къэхъуам си гур ирикъутыхьащ». Нао́ми зи цІэ ди шыпхъум жеІэж: «Сэ зэи си нэгу къысхущІэгъэхьэнутэкъым си щхьэгъусэр апхуэдизу си гум еуэфыну. Ар щэхуу порнографие зэреплъу щытар къыщызжиІэжам сэ ар шэ фІыцІэу къыстехуат икІи къызэпцІыжауэ къысщыхъуат».

8. 1) НэгъуэщІхэм яхуэдгъэгъуну сыт хуэдэ щхьэусыгъуэхэр диІэ? 2) НэгъуэщІхэм зэрахуэдгъэгъур дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъур? («Зыгуэрым уи гум уІэгъэ трилъхьамэ» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

8 НэгъуэщІхэм жаІэмрэ ящІэмрэ дэ зыри тхуещІэнукъым. Ауэ дэ ди щытыкІэм теухуауэ унафэ зыщІыжыр дэращ. И нэхъыбэм ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъумэ нэхъыфІщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иеговэ фІыуэ долъагъу икІи ар хуейщ нэгъуэщІхэм хуэдгъэгъуну. Дэ адэкІи дыгубжьауэ дыщытмэ икІи дымыгъэгъумэ, акъыл зыхэмылъ гуэр тщІэфынущ, ди узыншагъэми зэран дыхуэхъуфынущ (Прит. 14:17, 29, 30, Гъэсэпэтхыдэхэр). Ди шыпхъу Кристи́н мыпхуэдэу жеІэ: «Си жагъуэ къызэращІам къыхэкІкІэ губжьауэ куэдрэ сыщыщытым деж гуфІэгъуэр сфІокІуэд. Сэ иджыри гу лъыстащ апхуэдэхэм деж сшхым сызэрыкІэлъымыплъым, тэмэму сызэрымыжейм икІи си гурыщІэхэр зэтесІыгъэну гугъу зэрыхъум. А псор си щхьэгъусэми нэгъуэщІ цІыхухэми сазэрыхущытым зэран хуохъу».

Зыгуэрым уи гум уІэгъэ трилъхьамэ

Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым: цІыхум зэрыхуэдгъэгъум къикІкъым абы ищІам мыхьэнэ едмыту. Иджыри абы къикІкъым ди жагъуэ къэзыщІам адэкІи ди жагъуэ ищІыну хуит тщІыуэ. Абы къикІыр — ди гум губжьыр идмыгъэлъыну унафэ къызэрытщтэращ. Апхуэдэу дэ ди жагъуэ къэзыщІам ди гурыщІэхэм адэкІи ириджэгуну Іэмал едмыту аращ. НэгъуэщІхэм щахуэдгъэгъум деж япэ дыдэу дэ езым абы ифІ къыдокІ. Псалъэм папщІэ, ди гум телъ уІэгъэхэр кІыжынущ, гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу дыпсэунуи къару дгъуэтыжынущ. ДауикІ, цІыхум зэрыхуэдгъэгъум къикІкъым абы ищІам щхьэкІэ Иеговэ и пащхьэ жэуап щихьыжын хуэмейуэ. ЦІыхум хуэдгъэгъуу губжьыр ди гум щидгъэкІым деж дэ Псалом 55:22 итыр дгъэзащІэу аращ. Абы щыжыІащ: «Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьэ». Дэ ди Іуэхур Иеговэ ІэщІыдолъхьэ икІи дзыхь худощІ ди жагъуэ къэзыщІам и хьэкумыр ищІыну. Иеговэ сыт хуэдэ Іуэхури дэр нэхърэ нэхъыфІу зэхигъэкІыфынущ. Абы захуагъэ хэлъу къищтэну унафэм хуэдэ дэ зэи къытхуэщтэнукъым.

9. Ди жагъуэ къащІамэ, ди гум илъ губжьыр идгъэкІын щІыхуейр сыт?

9 ЦІыхур зэрыкъуаншэмкІэ зыкъиумысыжыну хуэмеймэ, хуэдгъэгъуну къыдэмылъэІумэ икІи и щытыкІэр имыхъуэжмэ, абы къытхуихь гукъеуэр нэхъ мащІэ тщІыфынущ. Дапхуэдэу? Зи щхьэгъусэ къызэпцІыжа ди шыпхъу Джорджет къыддогуашэ: «Си щхьэгъусэу щытам сызэрыхуэгубжьыр къэзгъэнэн, си жагъуэ къызэрищІари зыщызгъэгъупщэн щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын хуей хъуащ. Ауэ ар щысхузэфІэкІам си гум мамырыгъэ игъуэтыжащ». Ди жагъуэ къызэращІар ди гум хьэлъэу идмыгъэлъмэ, абы ди лъэр щІихыну Іэмал едмыту аращ. Апхуэдэу зэрытщІэм ифІ дэ езым къыдокІ: къэхъуам ди акъылыр тедмыгъэту адэкІи гъащІэм гуфІэгъуэ хэтхыу допсэу (Прит. 11:17). Ауэ а псор къызэрыбгурыІуэм емылъытауэ пхуэмыгъэгъумэ-щэ?

ДИ ЖАГЪУЭ КЪЫЗЭРАЩІАМ КЪЫДИТ ГУРЫЩІЭХЭМ ДЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫФЫНУР

10. Ди гум телъ уІэгъэр хъужын щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын щІыхуейр сыт? (Сурэтми феплъ.)

10 Уи жагъуэ къызэращІар уи гум хьэлъэу темылъыну сыт къыбдэІэпыкъунур? ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ. Егупсысыт: фэбжь зыгъуэта цІыхур сымаджэщым щІэлъын хуейщ, и узыншагъэр зэтеувэжын щхьэкІи зэман гуэр дэкІын хуейщ. Апхуэдэ дыдэу зэман гуэр дэкІын хуей хъунущ уи гум телъ хьэлъэр текІын икІи уи жагъуэ къэзыщІам уи гум къыбгъэдэкІыу хуэбгъэгъуфын щхьэкІэ (Эккл. 3:3; 1 Пет. 1:22).

Коллаж «Фэбжь зыгъуэта къуэшым и узыншагъэр хуэм-хуэмурэ зэтоувэж»: 1) медработникхэм къуэшыр «скорая помощь» машинэм иралъхьэ 2) абы физиотерапие курс ищІу щІэрыщІэу зекІуэн зрегъасэ; 3) ар езыр-езыру тэмэму зокІуэ.

Фэбжь зыгъуэта цІыхур сымаджэщым щІэлъын хуейщ, и узыншагъэр зэтеувэжын щхьэкІи зэман хуейщ. Гум телъ уІэгъэри кІыжын щхьэкІэ зэман дэкІын хуейщ (10 абзацым феплъ.)


11. Бгъэгъуну тхьэлъэІур дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъунур?

11 Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи фелъэІу цІыхум хуэвгъэгъун щхьэкІэ къывдэІэпыкъунуc. И пэкІэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Энн тхьэлъэІур къызэрыдэІэпыкъуамкІэ къыддогуашэ: «Сэ Иеговэ селъэІуащ дэтхэнэ зыми къытхуигъэгъуну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ди псалъэхэмкІи ди ІуэхущІафэхэмкІи абы и жагъуэ тщІащ. ИужькІэ си адэмрэ и щхьэгъусэмрэ къазэрыхуэзгъэгъур иту письмо яхуэстхащ». Энн жеІэ ар тыншу зэрыщымытар. Абы пещэ: «Сэ сыщогугъ Иеговэ щапхъэ тесхыну сызэрыхущІэкъум и фІыгъэкІэ си адэмрэ абы и щхьэгъусэмрэ си Алыхьым теухуауэ нэхъыбэ къащІэну гукъыдэж яІэ хъуну».

12. Дэ ди гурыщІэхэм демыдаІуэу, Иеговэ дзыхь щІыхуэтщІын хуейр сыт? (Притчи 3:5, 6, Гъэс.).

12 Уи гурыщІэхэм уемыдаІуэу, Иеговэ дзыхь хуэщІ. (Къеджэ Притчи 3:5, 6, Гъэс.) Абы ещІэ ди дежкІэ нэхъыфІыр сытми (Ис. 55:8, 9). Дэ зэран къытхуэхъун гуэр тщІэну ар зэи къыдэлъэІунукъым. Аращи, дгъэгъуну Иеговэ дыкъыщыхуриджэкІэ, абы Іэмал имыІэу фІы къыпэкІуэнущ (Пс. 40:4; Ис. 48:17, 18). Ауэ дэ ди гурыщІэхэм дедаІуэмэ зэи тхуэгъэгъунукъым (Прит. 14:12, Гъэс; Иер. 17:9). Зи щхьэгъусэр порнографие еплъу щыта Наоми къыддогуашэ: «ЯпэщыкІэ сэ си щхьэгъусэм хуэзгъэгъуну сыхуейтэкъым икІи апхуэдэ хуитыныгъэ сиІэу къэслъытэт. Сэ сышынэт абы бэлыхь сызыхидзар щыгъупщэжу аргуэру си жагъуэ къищІыну. „Сэ си гурыщІэхэр Иеговэ къыгуроІуэ“, — жысІэу си гур згъэфІт. Ауэ иужькІэ къызгурыІуащ: Иеговэ си гурыщІэхэр къызэрыгурыІуэм къикІкъым ар абыхэм арэзы техъуэу. Абы ещІэ си гум уІэгъэ зэрытелъыр икІи ар кІыжын щхьэкІэ зэман дэкІын зэрыхуейр. Ауэ сэ згъэгъуу зезгъэсэну Иеговэ хуейщ»d.

ГУРЫЩІЭ ІЕЙХЭР ГУРЫЩІЭФІХЭМКІЭ ЗЭФХЪУЭКІ

13. Рим 12:18—21 итым сытым дыхуигъэушрэ?

13 Хуэгъэгъун жиІэм къикІыр — къэхъуам зэи утемыпсэлъыхьыным и закъуэкъым. Дэ ди мураду щытын хуейр — ди жагъуэ къэзыщІам декІужыныращ, псом хуэмыдэу ар зэхуэсым щыщ къуэшу е шыпхъуу щытмэ (Мт. 5:23, 24, ДЩІ). Дэ дыхуейкъым а цІыхум дызэрегупсыс къудейм ди гум илъ гупсэхугъуэр тфІигъэкІуэдыну. Абы къыхэкІкІэ ди жагъуэ къэзыщІам дыхуэгубжьыным и пІэкІэ гущІэгъу хуэтщІу хуэдгъэгъуну дыхуейщ (къеджэ Рим 12:18—21; 1 Пет. 3:9). Сыт абыкІэ къыддэІэпыкъунур?

14. Сыт дэ тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

14 Иеговэ нэхъыбэу зэплъыр цІыхухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэращ. Дэри Иеговэ щапхъэ тетхыу, ди жагъуэ къэзыщІам хэлъ хьэл-щэныфІхэм нэхъыбэу деплъын хуейщ (2 Лет. 16:9; Пс. 130:3). И нэхъыбэм дэ къэтлъыхъуэращ къэдгъуэтыр. ЦІыхухэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм гу лъыттэмэ, абыхэм яхуэдгъэгъуну ди дежкІэ нэхъ тыншу щытынущ. Джа́ррод зи цІэ ди къуэшым жеІэ: «Зы къуэш гуэрымрэ сэрэ ди зэхуаку зэгурымыІуэнугъэ къыщыдыхьэм деж, сэ занщІэу си гу къызогъэкІыж абы хэлъ хьэл-щэныфІхэр. Сэ ар къыздоІэпыкъу а къуэшым хуэзгъэгъуну».

15. ЦІыхум зэрыхуэбгъэгъуар жепІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

15 Иджыри цІыхум зэрыхуэдгъэгъуар жетІэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Сыт щхьэкІэ? Наоми жиІэр мыращ: «Зэгуэр си щхьэгъусэр: „Къысхуэбгъэгъуа?“ — жиІэри къызэупщІащ. Ауэ сэ „пхуэзгъэгъуащ“ жысІэну къысхудэшеякъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си гум къыбгъэдэкІыу абы хуэзгъэгъуатэкъым. Сэ абы зэрыхуэзгъэгъуар щыжесІэфар зэман дэкІа иужьщ. А псалъэхэр щызэхихам си щхьэгъусэм и нэпсхэм къызэпижыхьат. Сэ зэи си гугъэнтэкъым тІуми апхуэдэ гупсэхугъуэ дгъуэтыжыну. Иджыпсту си щхьэгъусэм дзыхь хузощІ икІи ди зэхуаку ныбжьэгъугъэ быдэ дэлъ хъужащ».

16. Зэрыгъэгъун хуейм теухуауэ сыт уэ къэпщІар?

16 Иеговэ къыгуроІуэ дгъэгъуну ди дежкІэ тыншу зэрыщымытыр, ауэ ар хуейщ зыр зым хуэдгъэгъуну (Кол. 3:13). АбыкІэ сыт дэ къыддэІэпыкъунуми мы статьям щызэпкърытхащ. Дэ ди гурыщІэхэм мыхьэнэ еттын хуейщ, ауэ губжьыр ди гум куэдрэ идгъэлъ хъунукъым. Абы щхьэкІэ дэ хуэм-хуэмурэ ди гурыщІэ Іейхэр гурыщІэфІхэмкІэ зэтхъуэкІын хуейщ икІи ар тхузэфІэкІынущ. («ЦІыхум хуэдгъэгъун щхьэкІэ тчын хуей лъэбакъуищыр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)

ЦІыхум хуэдгъэгъун щхьэкІэ тчын хуей лъэбакъуищыр

Шыпхъур гъауэ щхьэгъубжэм доплъ.

УИ ГУРЫЩІЭХЭМ МЫХЬЭНЭ ИУМЫТУ КЪЫУМЫГЪАНЭ

  • Ди жагъуэ къыщащІкІэ зыри къэмыхъуам хуэдэу фэ зытедгъауэмэ, ди гум телъ уІэгъэхэр кІыжынукъым.

А шыпхъур и гурыщІэхэмкІэ Алыхьым догуашэ.

ДИ ЖАГЪУЭ КЪЫЗЭРАЩІАМ КЪЫДИТ ГУРЫЩІЭХЭМ ДЫЗЭРЫПЭЛЪЭЩЫФЫНУР

  • Уи гум телъ хьэлъэр текІын щхьэкІэ зэман гуэр дэкІын хуейщи, шыІэныгъэ зыхэгъэлъ.

  • Иеговэ елъэІу цІыхум хуэбгъэгъун щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну.

  • Уи гурыщІэхэм уемыдаІуэу, Иеговэ дзыхь хуэщІ.

А шыпхъур и щхьэгъусэм игъусэщ — абыхэм я Іуэхур тэмэм хъужащ икІи ахэр насыпыфІэщ.

ГУРЫЩІЭ ІЕЙХЭР ГУРЫЩІЭФІХЭМКІЭ ЗЭФХЪУЭКІ

  • Иеговэ хуэдэу, цІыхум хэлъ хьэл-щэныфІхэм нэхъыбэу гу зэрылъыптэным хущІэкъу.

  • Бгъэгъуфын щхьэкІэ Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу.

  • ЦІыхум зэрыхуэбгъэгъуар жеІэ.

ЗЭРЫБГЪЭГЪУМ КЪЫПЭКІУЭ ФІЫГЪУЭХЭМ УИ АКЪЫЛЫР ТЕУХУЭ

17. НэгъуэщІхэм хуэдгъэгъуным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

17 Дэ нэгъуэщІхэм щІахуэдгъэгъун щхьэусыгъуэ куэд диІэщ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм деплъынщ. Япэрауэ, абыкІэ дэ уафэм щыІэ ди Адэ Иеговэ догъэгуфІэ. Зэрыгъэгъун хуейм теухуауэ абы псом нэхърэ нэхъ щапхъэфІ егъэлъагъуэ (Лк. 6:36). ЕтІуанэрауэ, Иеговэ гущІэгъу къызэрытхуищІыр фІыщІэ зэрытщІыр къыдогъэлъагъуэ (Мт. 6:12, ДЩІ). Ещанэрауэ, ар ди узыншагъэми нэгъуэщІхэмрэ дэрэ ди зэхущытыкІэми сэбэп хуохъу.

18, 19. Зэрыдгъэгъур нэгъуэщІхэми дэри дапхуэдэу сэбэп къызэрытхуэхъуфынур?

18 НэгъуэщІхэм щахуэдгъэгъум деж абы дызыщымыгугъа фІыгъуэхэр къыпэкІуэфынущ. Псалъэм папщІэ, статьям и щІэдзапІэм зи гугъу тщІа Дениз зэригъэгъуам сыт къыпэкІуар? Аварие зыщІа цІыхухъум мурад иІэт суд нэужьым зиукІыжыну. Дениз а Іуэхум зыри химыщІыкІ пэтми, а цІыхухъум хуигъэгъуащ. Дениз къызэрыхуигъэгъуар абы апхуэдизу и гум хыхьати, Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щІидзащ.

19 Иныкъуэхэм деж зыгуэрым хуэдмыгъэгъуфыну къытщохъу. Ауэ дгъэгъумэ, абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьынущ (Мт. 5:7, ДЩІ). Аращи, Иеговэ зэригъэгъум щапхъэ тетхын щхьэкІэ тхузэфІэкІыу хъуар дывгъащІэ!

ЗЫГУЭРЫМ УИ ЖАГЪУЭ КЪИЩІАМЭ...

  • уи гурыщІэхэр гулъытэншэу къыумыгъэнэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

  • уи гурыщІэхэм дапхуэдэу узэрыпэлъэщыфынур?

  • гурыщІэ Іейхэр гурыщІэфІхэмкІэ пхъуэжыну сыт къыбдэІэпыкъунур?

125 УЭРЭДЫР «Гъуэгу махуэ теуващ гущІэгъу зиІэхэр»

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.

b Апхуэдэ Іуэхугъуэхэм деж Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми езым унафэ къищтэжын хуейщ.

c jw.org сайтым илъ «Прощайте друг друга», «Оставь обиду», «Мы снова друзья» жыхуиІэ макъамэ зыщІэт видеохэм еплъ.

d Порнографие еплъ цІыхухъум гуэныхь ещІэ икІи и щхьэгъусэм и гум йоуэ. Ауэ абы щхьэкІэ цІыхубзыр и щхьэгъусэм бгъэдэкІыну Библием хуит ищІкъым.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын