ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Февраль н. 20—24
  • «Сэ зэи си закъуэу сыщытакъым»

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • «Сэ зэи си закъуэу сыщытакъым»
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • СИ АДЭ-АНЭМ Я ЩАПХЪЭР
  • КЪАЛЭН ГУГЪУХЭР СИ ЗАКЪУЭУ СОГЪЭЗАЩІЭ
  • ПАПУА — НОВАЯ ГВИНЕЯ
  • АЛЫХЬЫМ ЖЫДЖЭРУ ХУЭЛАЖЬЭ ДИ УНАГЪУЭ ЦІЫКІУР
  • ГУАУЭ, ЗАКЪУЭНЫГЪЭ, АРГУЭРУ ГУФІЭГЪУЭ
  • ДЭ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУР СЫТ ЩЫГЪУИ ДИІЭЩ
  • Иеговэ си щІалэгъуэ лъандэрэ срегъаджэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Сэ куэд къэзгъэнащ, Хьисэ и ужь ситын щхьэкІэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2017
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Февраль н. 20—24
Бальбоа Анхелито.

Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ

«Сэ зэи си закъуэу сыщытакъым»

ЖЫЗЫІЭЖАР БАЛЬБО́А АНХЕЛИТОЩ

ДЭ ДИ ГЪАЩІЭМ Іуэхугъуэ куэдым закъуэныгъэ зыхыдигъэщІэфынущ. Псалъэм папщІэ, дэ закъуэныгъэ зыхыдощІэ ди Іыхьлыхэр лІэныгъэм щытІэщІихым, нэгъуэщІ щІыпІэм дыщыІэпхъуэм икІи ди ныбжьэгъухэм я пэжыжьэу дыщыпсэум деж. Ар сэ псори згъэунэхуащ, ауэ сызэплъэкІыжмэ къызгуроІуэ си закъуэу зэи сызэрыщымытар. Апхуэдэ гупсысэм сыкъыщІыхуэкІуар вжесІэжынщ.

СИ АДЭ-АНЭМ Я ЩАПХЪЭР

Си адэ-анэм католик диныр быдэу я фІэщ хъут. Ауэ Алыхьым и цІэр зэры-Иеговэр Библием иту къыщащІам абыхэм псэемыблэжу Иеговэ хуэлэжьэн щІадзащ. Си адэм Хьисэ и сурэтхэр пхъэм къыхибзыкІын щигъэтащ. Ар пхъащІэ Іэзэу щытти, ди унэм и лъабжьэ къатыр зэІущІэхэр щекІуэкІыфын щхьэкІэ игъэхьэзыращ. Арат япэ дыдэу Сан-Хуа́н-дель-Мо́нте Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэу щытар. А щІыпІэр Филиппины къэралым и къалащхьэ Мани́ла пэмыжыжьэу щытт.

Си адэ-анэмрэ ди Іыхьлыхэмрэ

Сэ 1952 гъэм сыкъалъхуащ икІи унагъуэм еянэ сабийуэ сыщытт. Ди адэ-анэм къаруушхуэ ирахьэлІэт, Иеговэ гъунэгъу дыхуащІын щхьэкІэ. Сэ тІэкІу сыкъыдэкІуэтея нэужь си адэм сыхуигъэушащ Библием щыщ зы псалъащхьэ махуэ къэс седжэну. Абы нэмыщІ ди организацэм къыдигъэкІ публикациехэр къигъэсэбэпурэ си адэр къыздэІэпыкъут Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэну. Иныкъуэхэм деж ди адэ-анэм кърагъэблагъэт районым и нэхъыжьхэмрэ филиалым къикІа къуэшхэмрэ. Абыхэм я гъащІэм къыщыхъуауэ жаІэжхэм зэрыунагъуэу тфІэфІу дедаІуэт. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ хуэлэжьэныр ди гъащІэм псом нэхърэ нэхъапэу тлъытэу хъуащ.

Иеговэ хуэпэж си адэ-анэм деж сэ куэдым зыщезгъэсащ. ФІыщэу слъагъу си анэр сымаджэ хъууэ щылІам си адэмрэ сэрэ мурад тщІащ пионер лэжьыгъэм щІэддзэну. Ар къыщыхъуар 1971 гъэращ. ИужькІэ 1973 гъэм илъэс 20 сыщыхъум си адэри лІащ. Абы щыгъуэ закъуэныгъэр хуабжьу зыхэсщІащ, дунейри къыстеункІыфІа хуэдэт. Ауэ Иеговэ пэжыжьэ сыхуэмыхъуну икІи си лъэр щІэмыхуну Библием ит гугъэр къыздэІэпыкъуащ. Ар ебгъэщхь хъунут хъурзэм кхъухьыр и пІэм зэрыригъэтым (Евр. 6:19). Си адэр лІа иужь куэд дэмыкІыу къуэшхэр къызэлъэІуащ щІыпІэ пхыдзам специальнэ пионеру сыкІуэну. Ар провинцие Пала́ван щыІэ Коро́н зи цІэ хытІыгурат икІи сэ абы арэзы сытехъуащ.

КЪАЛЭН ГУГЪУХЭР СИ ЗАКЪУЭУ СОГЪЭЗАЩІЭ

Корон хытІыгум сыщыкІуам щыгъуэ сэ илъэс 21 сыхъут. А щІыпІэм машинэрэ мотоциклрэ зиІэр къызогъанэри, токымрэ псымрэ зи унэ щІэшар мащІэт. Сэ къалэшхуэм сыкъыщыхъуати, ар си дежкІэ гъэщІэгъуэнт. А хытІыгум Иеговэ и Щыхьэту мащІэщ щыІар икІи сэ зырат пионеру абы щылажьэр. Абы къыхэкІкІэ щІэх-щІэхыурэ си закъуэу хъыбарыфІыр згъэІун хуей хъуащ. Япэ мазэм си унагъуэмрэ си ныбжьэгъухэмрэ егъэлеяуэ сахуэзэшт. СощІэж жэщкІэрэ си нэпсхэр къыщІэжу уафэм ис вагъуэхэм сеплъу зэрыщытар. Сэ сыхуейт псори хыфІэздзэу унэм сыкІуэжыну.

Апхуэдэм деж си гурыщІэу хъуар Иеговэ хуэсІуатэт. Сэ сигу къэзгъэкІыжт Библием е ди тхыгъэхэм къизджыкІа узыгъэгушхуэ гупсысэхэр. Псалом 19:14 итыр щІэх-щІэхыурэ сигу къэкІыжт. Сэ къызгурыІуащ «Иеговэ, си Къыру, си ЩэхужакІуэу» щыщытынур абы игу ирихьым сегупсысу щытмэщ. Псалъэм папщІэ, абы и ІуэхущІафэхэмрэ и хьэл-щэнхэмрэ. Сэ икъукІэ къыздэІэпыкъуащ «ХъумакІуэ чэщанэм» ита «Ты не один» жыхуиІэ статьярa. А статьям мызэ-мытІэу седжащ. Апхуэдэхэм деж Иеговэ и гъусэу сыкъанэу жыпІэ хъунут. Си дежкІэ ар ІэмалыфІт Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъэзэну, Библиер зджыну икІи къэсщІам куууэ сегупсысыну.

Корон хытІыгум сыкъызэрыкІуэрэ куэд дэмыкІыу сэ зэхуэсым и нэхъыжь сащІащ. Сэ зырат зэхуэсым и нэхъыжьу щыІэри, «Школа теократического служения», «служебная встреча», «книгоизучение собрания» жыхуаІэхэр, абы нэмыщІ зэІущІэм щызэпкърах «ХъумакІуэ чэщанэри» езыгъэкІуэкІыр сэрат. Иджыри тхьэмахуэ къэс псалъэ гъэхьэзырахэр жысІэт. Зэрыфлъагъущи, закъуэныгъэ зыхэсщІэну сыхуеями, апхуэдэ зэман сиІакъым!

Корона хытІыгум хъыбарыфІыр зэрызгъэІуам фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ — Библие езгъэджахэм щыщ языныкъуэхэм псым зыщІагъэуащ. Ауэ гугъуехь гуэрхэри сиІэт. Иныкъуэхэм деж си участокым сынэсыху махуэ ныкъуэкІэ гъуэгу сытетын хуейт, нэху сыкъыщекІынри сщІэтэкъым. Ди зэхуэсым и территорием хытІыгу цІыкІу куэд хыхьэт. Сэ абыхэм мотор зытет кхъуафэжьеймкІэ сыкІуэт икІи щІэх-щІэхыурэ хы толъкъун къэукъубеияхэмрэ уэлбанэмрэ сыхиубыдэт. Къапщтэмэ, сэ псы ерсыкІи сщІэтэкъым. Си Іуэхур дапхуэдэу гугъуу щымытами, Иеговэ сытым щыгъуи сыкъихъумэт икІи щІэгъэкъуэн къысхуэхъут. ИужькІэ сэ къызгурыІуащ абы щыгъуэ Иеговэ къалэн нэхъ гугъужхэм сыхуигъэхьэзыру зэрыщытар.

ПАПУА — НОВАЯ ГВИНЕЯ

1978 гъэм Австралием и ищхъэрэ лъэныкъуэмкІэ щыІэ Па́пуа — Новая Гвине́я жыхуаІэм сэ сагъэкІуащ. А къэралым бгы куэд щыІэщ икІи ар Испанием хуэдиз мэхъу. Сэ хуабжьу згъэщІэгъуащ абы щыпсэу цІыху мелуанищыр бзэ 800-м щІигъукІэ зэрыпсалъэр. Си насыпти и нэхъыбэ цІыхухэм «меланезийский пи́джин» е нэгъуэщІу жыпІэмэ, «ток-пи́син» жыхуаІэ бзэмкІэ псэлъэфт.

Къэралым и къалащхьэ Порт-Мо́рсби щыІэ английскэбзэкІэ псалъэ зэхуэсым сэ зэман гуэркІэ сагъэкІуащ. ИужькІэ ток-писин бзэкІэ псалъэ зэхуэсым сагъэкІуати а бзэр зэзгъэщІэн щхьэкІэ курсым зыхезгъэтхащ. Сэ къасщІэр хъыбарыфІ гъэІуным занщІэу къыщызгъэсэбэпти, абы и фІыгъэкІэ бзэр нэхъ псынщІэу зэзгъэщІащ. ТІэкІу дэкІри, ток-писин бзэкІэ псалъэ гъэхьэзыра жысІэну схузэфІэкІащ. Сэ зэрызгъэщІэгъуэныр сщІэтэкъым илъэс дэмыкІыу а бзэмкІэ районэ лэжьыгъэр къыщысхуагъэфэщам. Провинцие ин зыбжанэм щыІэ зэхуэсхэм сэ сыкІуэн хуейт.

Зэхуэсхэр щекІуэкІ щІыпІэхэр зэпэжыжьэу зэрыщытым къыхэкІкІэ сэ районнэ конгресс куэд къызэзгъэпэщын хуей хъурт. Абы къыхэкІкІэ сэ куэдрэ гъуэгу сытетын хуейт. Япэ щІыкІэ сэ закъуэныгъэ зыхэсщІэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ хамэ къэрал сыщыІэт, я бзэр сщІэтэкъым икІи я хабзэхэми сыщыгъуазэтэкъым. ЩІыпІэр къуакІэбгыкІэу зэрыщытым къыхэкІкІэ, гъуэгуи тэмэму щыІэтэкъым. Къуэш, шыпхъухэм я деж сыкІуэн щхьэкІэ сэ тхьэмахуэ къэс кхъухьлъатэкІэ сылъэтэн хуей хъурт. Иныкъуэхэм деж кхъухьлъатэ цІыкІу зыщІэскъыскъэм си закъуэ фІэкІа щимыс къэхъут. Сэ кхъуафэжьейм сису хым сыщытетам сызэрышынам хуэдэ дыдэу кхъухьлъатэкІэ сыщылъатэм дежи сышынэрт!

Куэдым телефон зэрамыІэм къыхэкІкІэ сэ зэхуэсхэм письмо яхуэстхт. Ауэ и нэхъыбэм си письмор къуэшхэм яІэрымыхьэ щІыкІэ абыхэм я деж сыщыкІуэ къэхъут. Абы къыхэкІкІэ, Иеговэ и Щыхьэтхэр дапхуэдэу къэзгъуэта хъунуми сэ а щІыпІэм щыпсэухэм сеупщІт. Къуэш, шыпхъухэм сахуэзэху абыхэм гуапэу сыкъырагъэблагъэти, гугъу сехьами абы мыхьэнэшхуэ зэриІэр къызгурыІуэт. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэ нэхъ гъунэгъуж сыхуэхъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн къызэрысхуэхъур зыхэсщІэт.

Сэ япэу Бугенви́ль хытІыгум сыщыкІуам гуфІэжу зэщхьэгъуситІ къызбгъэдыхьэри: «ДыкъэпцІыхужрэ?» — жаІэри къызэупщІащ. Ахэр Порт-Морсби къалэм япэ дыдэу хъыбарыфІыр зыхуэсІуэтахэм ящыщт. Сэрат ахэр Библием езыгъаджэу щІэзыдзар, ауэ иужькІэ а къалэм щыпсэу къуэшым естыжащ. А тІур иджы Иеговэ и Щыхьэтт! Ар Папуа — Новая Гвинеям хъыбарыфІыр згъэІуу илъэсищкІэ сыщыщыІа зэманым къриубыдэу Иеговэ къысхуищІа тыгъэхэм я щыщ зыт.

АЛЫХЬЫМ ЖЫДЖЭРУ ХУЭЛАЖЬЭ ДИ УНАГЪУЭ ЦІЫКІУР

Адельрэ сэрэ

1978 гъэм Корон хытІыгум иджыри сыщыІэу Аде́ль зицІэ шыпхъу гуакІуэ зэзгъэцІыхуащ. Ар псэемыблэжу пионеру лажьэт. Абы и закъуэу Самуэ́лрэ Ши́рлирэ яцІэу бынитІ ипІт, ныбжь зиІэ и анэми кІэлъыплъыжт. 1981 гъэм май мазэм Филиппины къэзгъэзэжри, Адельрэ сэрэ дызэрышащ. Дэ иджы зэгъусэу пионер лэжьыгъэр етхьэкІт, ди унагъуэри зыхуей хуэдгъазэт.

Адельрэ сэрэ ди къуэ Самуэл, ди пхъу Ширли ди гъусэу Палаван провинцием дыщыІэу

Унагъуэ сызэрыхъуам щхьэкІэ къэмынэу 1983 гъэм сэ аргуэру специальнэ пионер лэжьыгъэр къысхуагъэфащэри, Палаван провинцием щыІэ Лина́пакан хытІыгум сыІэпхъуэну къуэшхэр къызэлъэІуащ. Дэ зэрыунагъуэу а хытІыгу пхыдзам дыІэпхъуащ. Абы щыгъуэ а щІыпІэм Иеговэ и Щыхьэту зы цІыхуи щыІэтэкъым. Зы илъэс дэкІри си щыкъу анэр дунейм ехыжащ. Дэ Алыхьым и лэжьыгъэм дызэрыхэтыр къыддэІэпыкъуащ а гуауэр нэхъ псынщІэ тщыхъуну. А щІыпІэм дэ цІыху куэд Библием щедгъаджэу щІэдзати, дыщызэхуэсын унэ дыхуей хъуат. Арати, дэ ар ди ІэкІэ тщІыжащ. Илъэсищ фІэкІа дэмыкІауэ Зиусхьэным и Пщыхьэщхьэшхэм цІыху 110 къекІуэлІащ. ИужькІэ абыхэм ящыщ куэдым псым зыщыщІагъэуам дэ абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуихьащ!

1986 гъэм сэ Кулио́н хытІыгум сагъэкІуащ. Абы уэшын уз къызэфыкІ цІыхухэр щыпсэу щІыпІэ хэха щыІэт. Илъэс зыбжанэ дэкІри Адели спецпионер лэжьыгъэр къыхуагъэфэщащ. ЯпэщІыкІэ дэ дышынэт уэшын уз къызэузхэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну. Ауэ а щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэм къыджаІащ а сымаджэхэм хущхъуэ зэрырахьэлІэр, укъацІэлэнуи апхуэдэу шынагъэ зэрыщымыІэр. Ди зы шыпхъум и деж щекІуэкІ зэІущІэхэм языныкъуэ сымаджэхэр къекІуалІэт. Куэд дэмыкІыу дэ а цІыхухэм десащ. Дэ дигу ирихьт абыхэм хъыбарыфІымкІэ дадэгуэшэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а сымаджэхэм я гугъэт Алыхьми цІыхухэми ахэр ІэщІыб ящІауэ. Зэгуэр узыншэ хъужыну къызэращІэм абыхэм я гур фІы ищІт (Лк. 5:12, 13).

Кулион щыІэ гъащІэм ди бынхэр дапхуэдэу хэзэгъа? Ди бынхэм ныбжьэгъуфІ яІэн зэрыхуейр Адельрэ сэрэ къыдгурыІуэт. Арати, Корон хытІыгум щыщ, ныбжькІэ щІалэ шыпхъуитІым делъэІуащ ди щІыпІэм къэІэпхъуэну. А шыпхъуитІымрэ ди бынхэмрэ а щІыпІэм щыпсэу сабий куэдым я гъусэу Библиер яджт. Адельрэ сэрэ а сабийхэм я адэ-анэхэр Библием едгъаджэт. Зэман гуэри къэхъуащ унагъуэ 11-м я гъусэу Библиер щыдджа. Алыхьым и Псалъэр къэзыщІэну хуейхэр апхуэдизу куэд хъуати, куэд дэмыкІыу зэхуэсыщІэ къызэдгъэпэщащ!

Палаван провинцием и картэр (Филиппины). Абы къыщыгъэлъэгъуащ Анхелиторэ и унагъуэмрэ хъыбарыфІыр щагъэІуа языныкъуэ щІыпІэхэр: Корон, Кулион, Линапакан, Марили, Халси.

А щІыпІэм дыщыІэпхъуам зэхуэсым и нэхъыжьу сэ зырат щыІэр. Абы къыхэкІкІэ филиалым щыІэ къуэшхэр къызэлъэІуащ ди щІыпІэми Марили́ къуажэми зэІущІэхэр щезгъэкІуэкІыну. Ди зэхуэсыр цІыхуий хъут, Марили́ къуажэм цІыхуибгъу щыІэт. А къуажэм сыхьэтищкІэ кхъуафэжьейкІэ укІуэн хуейт. ЗэІущІэр иуха иужь Ха́лси къуажэм щыпсэу цІыхухэр Библием едгъэджэн щхьэкІэ дэ зэрыунагъуэу сыхьэт куэдкІэ къуакІэбгыкІэу щыт щІыпІэм дыпхыкІын хуейт.

Марили къуажэми Халси къуажэми цІыху куэдым пэжыр къащтэти зэман гуэр дэкІри дэ къуажитІми Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэр щыдухуащ. Линапакан хытІыгум щыпсэу къуэш, шыпхъухэм хуэдэу ухуэныгъэм ирахьэлІэн хуейм и нэхъыбэр къуэш, шыпхъухэмрэ Библиер зыджхэмрэ кърахьэлІащ. Ухуэныгъэм пыщІа и нэхъыбэ лэжьыгъэри зыгъэзэщІар ахэращ. Марили къуажэм щащІа дыщызэхуэс Унэм цІыху 200 щІэхуэт икІи районнэ конгрессхэр щебгъэкІуэкІын щхьэкІэ ар нэхъ ин пщІыну Іэмал щыІэт.

ГУАУЭ, ЗАКЪУЭНЫГЪЭ, АРГУЭРУ ГУФІЭГЪУЭ

1993 гъэм, ди бынхэр балигъ хъуа иужь, Адельрэ сэрэ районнэ лэжьыгъэр Филиппины къэралым щыдгъэзэщІэну къытхуагъэфэщащ. ИужькІэ 2000 гъэм сэ «Школа усовершенствования служения» (ШУС) жыхуаІэм срагъэблэгъащ, а школым щезгъэджэну сагъэхьэзырын щхьэкІэ. А къалэныр схузэфІэмыкІыну къысщыхъут, ауэ Адель ар зэрысхузэфІэкІыным шэч къытрихьэтэкъым, сэри сытригъэгушхуэт. Абы сэ къызжиІэт Иеговэ къару къызэрызитынур икІи псори зэрысхузэфІэкІынур (Флп. 4:13, ДЩІ). Адель ар езым и щхьэкІэ игъэунэхуат: абы узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр иІэми, и къалэнхэр ехъулІэныгъэ иІэу игъэзащІэт.

2006 гъэм ШУС-м щезгъаджэу Адель Паркинсо́н жыхуаІэ узыфэ иІэу къахутащ. Ди дежкІэ ар сыту гущІыхьэт! Адель дэІэпыкъуэгъу сыхуэхъун щхьэкІэ организацэм щызгъэзащІэ языныкъуэ къалэнхэр къэзгъэнэну сыхуейт. Ауэ абы къызжиІащ: «Си узыншагъэмкІэ къыздэІэпыкъун дохутыр къысхуэгъуэти, адэкІэ ди къалэныр дгъэзэщІэну Иеговэ къыддэІэпыкъунщ». КъыкІэлъыкІуэ илъэсихым Адель зыкІи мытхьэусыхэу, адэкІи Иеговэ хуэлажьащ. Абы къимыкІухьыжыфу щыхъуам, инвалиднэ креслэм ису хъыбарыфІыр игъэІут. Адель псэлъэн къехьэлъэкІыу щыхъуам зы псалъэ е псалъиткІэ зэІущІэхэм жэуап щитт. Абы игъэлъагъуэ теубыдагъэм щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм фІыщІэ псалъэхэр зэрыт сообщениехэр сыт щыгъуи къыхурагъэхьт. Адель 2013 гъэм дунейм ехыжащ. Сэ илъэс 30-м щІигъукІэ фІыуэ сыкъэзылъагъу икІи къысхуэпэж щхьэгъусэ си гъусащ. Ауэ аргуэру гуауэмрэ закъуэныгъэмрэ сызыщІаубыдат.

Адель хуейт къысхуагъэфэща къалэнхэр адэкІи згъэзэщІэну икІи а лэжьыгъэм сызэрыхэтыр закъуэныгъэм сыпэщІэтыну къыздэІэпыкъуащ. 2014 гъэм щыщІэдзауэ 2017 нэс ди лэжьыгъэм зэран щыхуэхъу къэралхэм тагальыбзэкІэb псалъэ зэхуэсхэм сыкІуащ. Абы иужь Тайвань, США-м, Канадэм а бзэмкІэ псалъэ зэхуэсхэм сыкІуащ. Абы нэмыщІ 2019 гъэм Индиеми Таиландми «Школа благовестников Царства» жыхуаІэ школыр английскэбзэкІэ щезгъэкІуэкІащ. А лэжьыгъэр зэрызгъэзащІэм гуфІэгъуэшхуэ къысхуихьт. Зэману сиІэр Иеговэ и лэжьыгъэм щытезгъэкІуадэм деж, сэ абы нэгъэсауэ насыпыфІэ сещІ.

ДЭ ДЫЗЫХУЭНЫКЪУЭ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУР СЫТ ЩЫГЪУИ ДИІЭЩ

Сэ хъыбарыфІыр дэнэ щІыпІэ щызмыгъэІуами къуэш, шыпхъухэм гукІи псэкІи гъунэгъу сазэрыхуэхъум къыхэкІкІэ ахэр къэзгъэнэн хуей щыхъум деж хуабжьу къыстохьэлъэ. Ауэ сэ Иеговэ нэгъэсауэ сыщыгугъыу зезгъэсащ. Ар къызэрыздэІэпыкъур сыт щыгъуи зыхэсщІэт икІи абы и фІыгъэкІэ си гъащІэм къыхыхьэ зэхъуэкІыныгъэу хъуам сыхуэхьэзырт. Иджыпсту сэ Филиппины къэралым спецпионеру сыщолажьэ. Сэ сызыхэт зэхуэсыр си унагъуэм хуэдэу хъуащ. Абы нэмыщІ, Самуэльрэ Ширлирэ я анэм и фІэщхъуныгъэм щапхъэ зэрытрахым хуабжьу сегъэгушхуэ (3 Иуан 4).

Анхелито и ныбжьэгъухэм дэуэршэру щІыбым щошхэ. Іэнэм псы щІыІэрэ пхъэщхьэмыщхьэрэ тетщ.

Зэхуэсыр унагъуэ схуэхъуащ

Сэ гугъуехь куэдым сыпэщІэхуащ. ФІыуэ слъагъу си щхьэгъусэр уз хьэлъэм гугъу иригъэхьу зэрылІар си нэгу схущІэгъэкІкъым. Иджыри си гъащІэм къыхыхьа зэхъуэкІыныгъэхэм зезгъэсэн хуей хъуащ. Ауэ сэ слъэгъуащ Иеговэ «дэ тщыщ дэтхэнэми зэрыпэмыжыжьэр» (Апост. 17:27). «Иеговэ и Іэр кІэщІкъым» — абы и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ щІыпІэ щымыпсэуами ахэр игъэбыдэнущ, щІэгъэкъуэни яхуэхъунущ (Ис. 59:1). Иеговэ си Къырщ, ар сыт щыгъуи сызэригъусам щхьэкІэ фІыщІэшхуэ хузощІ. Сэ зэи си закъуэу сыщытакъым.

a 1972 гъэм, сентябрым и 1 къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм», 521—527 напэкІуэцІхэм феплъ (англ.).

b Тагальыбзэр — Филиппины къэралым и официальнэ бзэхэм я щыщ зыщ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын