ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Апрель н. 14—19
  • Сыту фІыщэ къуэш, шыпхъухэр бгъэныбжьэгъуну!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Сыту фІыщэ къуэш, шыпхъухэр бгъэныбжьэгъуну!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭТЩІЫН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ
  • «ГУП-ГУП ФЫЗЭРЫМЫГЪЭХЪУ»
  • «ФІЫ ЩІЭНЫГЪЭРЭ ПЭЖЫГЪЭКІЭ» ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ
  • Иеговэ фІыуэ фыкъелъагъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
  • Ди дежкІэ «Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъуныр фІыгъуэщ»!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • «Птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Апрель н. 14—19

16 СТАТЬЯР

87 УЭРЭДЫР КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!

Сыту фІыщэ къуэш, шыпхъухэр бгъэныбжьэгъуну!

«Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур!» (ПС. 133:1).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Ди къуэш, ди шыпхъухэм гъунэгъу зэрызыхуэтщІым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэми икІи ди ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

1, 2. Иеговэ цІыхухэм дапхуэдэу зэрыхущытыр икІи ар дэ сыткІэ къытщыгугърэ?

ИЕГОВЭ дежкІэ мыхьэнэшхуэ иІэщ дэ нэгъуэщІхэм дазэрыхущытым. Хьисэ жиІат ди щхьэр фІыуэ зэрытлъагъум хуэдэу, цІыхухэр фІыуэ тлъагъун зэрыхуейр (Мт. 22:37—39). Аращи, дэ псоми гуапэу дахущытщ, ахэр Иеговэ хуэлажьэми хуэмылажьэми. Апхуэдэу дэ Алыхьым щапхъэ тыдох, абы «цІыхуфІхэми цІыху Іейхэми дыгъэр къахурегъэпс, фІы зыщІэхэми Іей зыщІэхэми уэшхри къахурегъэшх» (Мт. 5:45, ДЩІ).

2 Иеговэ цІыхуу хъуар фІыуэ елъагъу, ауэ абы хуэжыІэдаІуэхэр псом хуэмыдэу лъапІэу елъытэ (Ин. 14:21). Ар хуейщ дэри ди къуэш, ди шыпхъухэм апхуэдэу дахущытыну. Абы къыхэкІкІэ Алыхьым дыхуегъэуш: «Фи фІэщу фІыуэ фызэрылъагъу» (1 Пет. 4:8; Рим 12:10). Апхуэдэ гурыщІэхэр дэ ди Іыхьлыхэмрэ ди ныбжьэгъухэмрэ яхудиІэщ.

3. Лъагъуныгъэм теухуауэ сыт зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр?

3 Лъагъуныгъэр пэш кІуэцІым къыщыкІ къэкІыгъэм ебгъэщхь хъунущ. Абы сыт щыгъуи кІэлъыплъын хуейщ. Апостол Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм яхуитхауэ щытащ: «Зэшхэм хуэдэу, зэпымыууэ фІыуэ фызэрылъагъуу щрет» (Евр. 13:1). Иеговэ хуейщ дэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр хэдгъэхъуэну. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ ди къуэш, ди шыпхъухэм гъунэгъу зэрызыхуэтщІым сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къыпэкІуэми икІи ди ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунуми.

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ НЭХЪ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУЭТЩІЫН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?

4. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр лъапІэу тлъытэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Псалом 133:1). (Сурэтхэми феплъ.)

4 Къеджэ Псалом 133:1. Мы псаломыр зытхам зэрыжиІамкІэ Иеговэ хуэлажьэхэм гъунэгъу зыхуэпщІыныр — «фІыщ» икІи «гуапэщ». Дэри абы арэзы дытохъуэ. Ауэ мыпхуэдэ щапхъэм дегупсысынщ. Ди нэгу къыщІэдгъэхьэнщ махуэ къэс жыг дахэшхуэм дыблэкІыу, ауэ абы и дахагъэм деплъын щхьэкІэ зэи дыкъэмыувыІэу. Апхуэдэ дыдэу Алыхьым и лъэпкъым иІэ зэкъуэтыныгъэм и дахагъэм гу лъыдмытэнкІэ хъунущ. Дэ ди къуэш, ди шыпхъухэр щІэх-щІэхыурэ долъагъури, ахэр дызэриІэр лъапІэу дымылъытэжу дыхъункІэ шынагъэ щыІэщ. Апхуэдэу къэмыхъун щхьэкІэ сыт дэ тщІэн хуейр? Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ лъагъуныгъэр мыужьыхын щхьэкІэ зэпымыууэ дегупсысын хуейщ, абыхэм щыщ дэтхэнэ зыри зэхуэсым дежкІи ди дежкІи лъапІэу зэрыщытым.

Коллаж: 1) шыпхъур жыг дахэм фІэгъэщІэгъуэну йоплъ; 2) иужькІэ ар региональнэ конгрессым щыІэу, шыпхъум ІэплІэ хуещІ, абы и гъунэгъуу щыт къуэш, шыпхъухэр гуфІэжу зэдоуэршэр.

Алыхьым и лъэпкъым иІэ зэкъуэтыныгъэр зэрыфхъумэным фыхущІэкъу (4 абзацым феплъ.)


5. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм нэгъуэщІ цІыхухэр сытым хуигъэушрэ?

5 ЦІыхухэр япэ дыдэу ди зэІущІэхэм къыщыкІуэм деж и нэхъыбэм гу лъатэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм. Языныкъуэхэм а зыр яхурокъу, пэжыр къызэрагъуэтар къагурыІуэн щхьэкІэ. Хьисэ жиІащ: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Ин. 13:35). Университетым щеджэ Ча́йтрэ зицІэ хъыджэбзым и щапхъэм деплъынщ. Абы Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъусэу Библиер иджын щІидзат. Арати, ди зы шыпхъум региональнэ конгрессым ар къригъэблэгъащ. Конгрессым и япэ махуэм Чайтрэ жиІащ: «Си адэ-анэм зэи ІэплІэ къысхуащІакъым, ауэ мыбы зы махуэм и кІуэцІым 52-рэ ІэплІэ къыщысхуащІащ! Апхуэдэу Иеговэ и лэжьакІуэхэр къигъэсэбэпу фІыщэу сыкъызэрилъагъур зыхызигъэщІащ. Сэри зэкъуэту щыт мы унагъуэм щыщ сыхъуну сыхуейщ». Чайтрэ Библие джыныр къигъэнакъым икІи 2024 гъэм псым зыщІигъэуащ. Пэжщ, ди ІуэхуфІхэмрэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэмрэ цІыхухэр щІэх-щІэхыурэ хуегъэуш Иеговэ и лэжьакІуэ хъуну (Мт. 5:16, ДЩІ).

6. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэм сытым дыщихъумэрэ?

6 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм дыкъихъумэфынущ. Паул Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр хуигъэушт: «Гуэныхь щІэным и хьилагъэкІэ [«бзаджагъэкІэ», ДЩІ] дишэхауэ фэ фщыщ гуэрым и гур ерыщ мыхъун щхьэкІэ, махуэ къэс фызэрыгъэгушхуэ» (Евр. 3:13). Иныкъуэхэм деж ди лъэр зэрыщІэхуам къыхэкІкІэ гъуэгу пэжым дыкъытекІыу щІэддзэнкІэ хъунущ. Абы щыгъуэ Иеговэ гулъытэ зиІэ къуэш е шыпхъу къигъэсэбэпу къыддэІэпыкъуфынущ (Пс. 73:2, 17, 23). Сыту фІы апхуэдэ ныбжьэгъухэр дызэриІэр!

7. Лъагъуныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ дапхуэдэу зэрызэпхар? (Колоссэ 3:13, 14).

7 Дуней псом тет къуэш, шыпхъухэм я зэхуаку лъагъуныгъэ дагъэлъыну хущІокъу икІи абы фІыгъуэ куэд къыпокІуэ (1 Ин. 4:11). Псалъэм папщІэ, лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу зыгуэрым гукъанэ худиІэмэ хуэдгъэгъуну икІи абы ди зэкъуэтыныгъэр къехъумэ (къеджэ Колоссэ 3:13, 14; Еф. 4:2—6). Дэ ди зэІущІэхэм къыщекІуэкІ лъагъуныгъэм хуэдэ афІэкІа зыщІыпІи щыбгъуэтынукъым.

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ПЩІЭ ЯХУЭФЩІ

8. Ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

8 Дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэм яІэ зэкъуэтыныгъэр — телъыджэ дыдэщ. Ар зи фІыгъэр Иеговэ закъуэщ. Дэ гуэныхь тхэлъми абы зэкъуэт дищІащ (1 Кор. 12:25). ФІыуэ дызэрылъагъуну Алыхьым дызэригъасэр Библием щыжыІащ (1 Фес. 4:9). Дапхуэдэу абы ар зэрищІэр? Къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъуфІ дазэрыхуэхъуным теухуауэ абы и Псалъэм чэнджэщ пыухыкІахэр итщ. А чэнджэщхэр куууэ зэпкърытхыу ахэр къыщыдгъэсэбэпым деж Алыхьым дигъэсэну хуит дощІ (Евр. 4:12; Екъуб 1:25). Дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэм апхуэдэу ящІэну хущІокъу.

9. НэгъуэщІхэм пщІэ зэрахуэтщІын хуейм теухуауэ Рим 12:9—13 сыт къыщытщІэр?

9 Къуэш, шыпхъухэм ныбжьэгъуфІ дазэрыхуэхъуным теухуауэ дапхуэдэу Алыхьым и Псалъэр къызэрыддэІэпыкъур? Абы теухуауэ деплъынщ Рим 12:9—13 итым (къеджэ). «Фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфІу флъытэ» жыхуиІэ псалъэхэр дапхуэдэу ди гъащІэм къызэрыщыдгъэсэбэп хъунур? НэгъуэщІхэм фІы гуэр зэрахуэфщІэн Іэмал къэфлъыхъуэ. Псалъэм папщІэ, абыхэм гуапэу фахущыт, хьэщІагъэрэ хьэлэлагърэ вгъэлъагъуэ икІи фи гум къыбгъэдэкІыу яхуэвгъэгъу (Еф. 4:32). Къуэшым е шыпхъум лъэбакъуэ ичыным фыпэмыплъэу, фэ езым япэ лъэбакъуэр фчы хъунущ. Абы щыгъуэ фэ зыхэфщІэнущ Хьисэ жиІа мы псалъэхэм къикІыр: «Къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35).

10. Дапхуэдэу дэ дымыщхьэхыу зыр зым пщІэ зэрыхуэтщІыфынур? (Сурэтми феплъ.)

10 «Фи щхьэр зэрыфлъытэм нэхърэ, адрейхэр нэхъыфІу флъытэ» жыхуиІэ псалъэхэр Паул жиІа иужь, дымыщхьэхыу нэгъуэщІхэм дадэІэпыкъуну дыхуигъэушащ. Щхьэхынэу щымыт цІыхум и лэжьыгъэр гурэ псэкІэ егъэзащІэ. Притчи 3:27, 28 щыжыІащ: «ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэм удэмыІэпыкъуу къыумыгъанэ, ар пхузэфІэкІыу щытмэ». Аращи, къуэшыр е шыпхъур дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэу щытлъагъум деж, нэгъуэщІ гуэрым ар ищІэнщ жыдмыІэу, дэ абы псынщІэу дызэрыдэІэпыкъуным дыхущІокъу (1 Ин. 3:17, 18).

Къуэш щІалэщІэр пкІэлъейм тету ныбжь зиІэ къуэшым и унащхьэр егъэкъабзэ.

ДэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэр къыдэлъэІуху дыпэмыплъэу, дызэрыдэІэпыкъуфынур жетІэ хъунущ (10 абзацым феплъ.)


11. Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІыну сыт къыддэІэпыкъунур?

11 НэгъуэщІхэм щахуэдгъэгъум деж — ар иджыри зы Іэмалщ абыхэм пщІэ зэрахуэтщІыр къэдгъэлъэгъуэну. Ефес 4:26 щыжыІащ: «Фыгубжьауэ, жэщ зытевмыгъахъуэ». Сыт абы мыхьэнэшхуэ щІиІэр? А псалъащхьэ дыдэм 27 едзыгъуэм зэритымкІэ апхуэдэу тщІэмэ, дэ ШейтІаным гъуэгу еттынукъым. Иеговэ Библиер къигъэсэбэпу мызэ-мытІэу дыхуегъэуш зыр зым хуэдгъэгъуну. Колоссэ 3:13 щыжыІащ: «Зым зым гукъанэ гуэр хуиІэмэ, зэхуэвгъэгъу». Къуэш, шыпхъухэм яхудиІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ тщІын щхьэкІэ, мыхьэнэшхуэ иІэщ гукъанэ яхуэдмыщІыным, я щыуагъэхэми гу лъыдмытэным. НэгъуэщІхэм зэрахуэдгъэгъур къыддоІэпыкъу ди зэхуаку мамырыгъэ дэдгъэлъыну, ди зэкъуэтыныгъэри тхъумэну (Еф. 4:3).

12. Зым адрейм хуэдгъэгъуну дапхуэдэу Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур?

12 ДауикІ, ди жагъуэ къэзыщІам хуэдгъэгъуну щымытынши къохъу. Ауэ Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ дэ ар тхузэфІэкІынущ. НэгъуэщІхэм гуапагъ тхэлъу дахущытыным икІи дымыщхьэхыу дазэрыдэІэпыкъуным нэмыщІ, иджыри Библием мыпхуэдэу дыхуегъэуш: «Зиусхьэным фыхуэлэжьэным гурэ псэкІэ зефт». Ар тхузэфІэкІын щхьэкІэ дэ Иеговэ и къару лъапІэм дыхуэныкъуэщ. Аращи, абы и къару лъапІэм гукъыдэж къыдитыфынущ ар къыщІыдэлъэІур дгъэзэщІэн щхьэкІэ. Абы къыхэкІкІэ ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ и къару лъапІэр къыдитыну долъэІу (Лк. 11:13).

«ГУП-ГУП ФЫЗЭРЫМЫГЪЭХЪУ»

13. Ди зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыщІыдыхьэнкІэ хъунур сыт?

13 Зэхуэсым цІыху зэмылІэужьыгъуэ куэд хэтщ (1 Тим. 2:3, 4). Дэ псоми ди щыгъыным, ди теплъэм, зэрызыдгъэпсэхум, ди узыншагъэм дызэрыкІэлъыплъым теухуауэ еплъыкІэ зырыз диІэщ. Аращи, дымысакъыу щытмэ, дызэрызэмыщхьыр ди зэкъуэтыныгъэм зэран хуэхъуфынущ (Рим 14:4; 1 Кор. 1:10). Абы къыхэкІкІэ, дэ ди еплъыкІэр псом нэхърэ нэхъ пэжу къытщыхъуу, кІуэцІырыдгъэкІыну дыхэткъым. Апхуэдэу дэ къыдогъэлъагъуэ фІыуэ дызэрылъагъуу Алыхьым дызэригъэсар (Флп. 2:3).

14. Сыт дэ зэпымыууэ дызыхущІэкъун хуейр икІи сыт щхьэкІэ?

14 Абы нэмыщІ ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэфынущ зыр зым дгъэгушхуэмэ икІи дгъэбыдэмэ (1 Фес. 5:11). Иужьрей зэманхэм зэхуэсым хагъэкІахэм икІи къэзыгъэнахэм ящыщ цІыху куэдым къагъэзэж. ИкІи дэ абы хуабжьу дегъэгуфІэ! (2 Кор. 2:8). ИлъэсипщІ лъандэрэ зэІущІэм къэмыкІуа ди зы шыпхъур дыщызэхуэс унэм къыщыкІуам щыгъуэ иІа гурыщІэхэмкІэ къыддогуашэ: «Сэ псори къысхуэгуфІэу, сэлам гуапэ къызахыу сыкърагъэблэгъащ» (Апост. 3:19). А шыпхъум гуапэу къызэрыхущытар дапхуэдэу къызэрыщыхъуар? Абы жеІэж: «Сэ Иеговэ си Іэр иІыгъыу насыпыфІэ сыщыхъужын унагъуэм сыкъишэжам хуэдэт». Дэ нэгъуэщІхэр зэрыдгъэгушхуэным дыхущІэкъумэ, Хьисэ дыкъигъэсэбэпыфынущ «ЦІыху ешаелІа, хьэлъэ... зытелъ псоми» гупсэхугъуэ яригъэгъуэтыжын щхьэкІэ (Мт. 11:28, 29).

15. Дапхуэдэу ди зэкъуэтыныгъэр иджыри зэрытхъумэфынур? (Сурэтми феплъ.)

15 Дапхуэдэу ди зэкъуэтыныгъэр иджыри зэрытхъумэфынур? Дэ жытІэм дыкІэлъыплъыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иов 12:11 пэжу щыжыІащ: «Бзэгум шхыным и ІэфІыр зэрызэхигъэкІым хуэдэу, тхьэкІумэми псалъэхэр зэхигъэкІкъэ?» ФІыуэ пщафІэ цІыхум шхыныр Іэнэм къытригъэувэн ипэ ипщэфІам и ІэфІагъым йоплъ. Абы ещхьу дэри зыгуэр жытІэн ипэ фІыуэ дегупсысын хуейщ (Пс. 141:3). Дэ дыхуейщ ди псалъэхэм сыт щыгъуи нэгъуэщІхэр ягъэгушхуэну, ягъэбыдэну икІи абыхэм сэбэпынагъ къахуихьыну (Еф. 4:29).

Къуэшым ипщэфІар Іэнэм къытригъэувэн ипэ и ІэфІагъым йоплъ.

ЖыфІэну фызыхуей псалъэхэм фегупсыс, нэгъуэщІу жыпІэмэ, фи псалъэхэм и ІэфІагъым феплъ (15 абзацым феплъ.)


16. Хэт псом хуэмыдэу жиІэ псалъэм кІэлъыплъын хуейр?

16 Щхьэгъусэ зиІэ къуэшхэр, адэ-анэхэр псом хуэмыдэу я псалъэхэр гуапэу зэрыщытыным кІэлъыплъын хуейщ (Кол. 3:19, 21; Тит 2:4). Зэхуэсым и нэхъыжьхэми я псалъэхэмкІэ гупсэхугъуэрэ къарурэ Иеговэ и мэл цІыкІухэм ирагъэгъуэтын хуейщ (Ис. 32:1, 2; Гал. 6:1). Библием ауэ сытми щыжыІакъым: «Сыту фІы-тІэ и чэзум жыІа хъуа псалъэр!» (Прит. 15:23, Гъэсэпэтхыдэхэр).

«ФІЫ ЩІЭНЫГЪЭРЭ ПЭЖЫГЪЭКІЭ» ФІЫУЭ ФЫЗЭРЫЛЪАГЪУ

17. Ди гум къыбгъэдэкІыу къуэш, шыпхъухэр фІыуэ тлъагъуну сыт къыддэІэпыкъунур?

17 Апостол Иуан дыхуегъэуш «фІы щІэныгъэрэ пэжыгъэкІэ фІыуэ дызэрылъагъуну» (1 Ин. 3:18). Дэ къуэш, шыпхъухэр гурэ псэкІэ фІыуэ тлъагъуну дыхуейщ. Апхуэдэ лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрызыхэтлъхьэфынур? Зэман нэхъыбэ къуэш, шыпхъухэм я гъусэу дгъэкІуэху, дэ абыхэм нэхъ гъунэгъу дахуохъу, ди лъагъуныгъэри хохъуэ. Аращи, абыхэм фаригъусэн щхьэкІэ Іэмал къэфлъыхъуэ, псалъэм папщІэ зэІущІэхэм икІи хъыбарыфІ гъэІуным фыщыхэтым деж. Абы нэмыщІ абыхэм я деж хьэщІапІэ фыкІуэ икІи ахэр къевгъэблагъэ. Апхуэдэу дэ къытхуэгъэлъэгъуэнущ Алыхьым ди зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу дызэригъэсар (1 Фес. 4:9). Абы щыгъуэ дэ зэпымыууэ мы псалъэхэм къикІыр зыхэтщІэнущ: «Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур!» (Пс. 133:1).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Къуэш, шыпхъухэр зэрыдгъэныбжьэгъум сыт хуэдэ фІыгъуэ къыпэкІуэрэ?

  • Дапхуэдэу дэ япэ зидгъэщу нэгъуэщІхэм пщІэ зэрахуэтщІ хъунур?

  • Зэкъуэтыныгъэр тхъумэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур?

90 УЭРЭДЫР Зым зыр вгъэгушхуэ

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын