2026 ГЪЭ, АПРЕЛЫМ И 27 — МАЙМ И 3
99 УЭРЭДЫР Къуэшхэр куэдыкІейщ
Псым зыщІэбгъэуа иужь узыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэм ухуэхьэзыр?
«Уи гъуэгум адэкІи сытетыну къыздэІэпыкъу» (ПС. 17:5).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Псым зыщІэдгъэуа иужь дызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэм дапхуэдэу зыхуэдгъэхьэзыр хъунуми.
1, 2. ДызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьхэм зыхуэдгъэхьэзырыну сыт къыддэІэпыкъунур? Щапхъэ къэфхь.
ДЭ ДОЩІЭ ШейтІаным и дунейр щыІэху гугъуехьхэм дызэрыпэщІэхуэнур. Ахэр ди къуэш, ди шыпхъухэм епхауи щытыфынущ. Ди фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ, а гугъуехьхэм зыхуэдгъэхьэзырын хуейщ.
2 Щапхъэ къэтхьынщ. Иеговэ и организацэм дыхуегъэуш гузэвэгъуэшхуэхэм зыхуэдгъэхьэзырыну. Дапхуэдэу абыхэм зэрызыхуэдгъэхьэзырыр? ЯпэщІыкІэ дэ къыдощІэ дыщыпсэу щІыпІэм сыт хуэдэ гузэвэгъуэшхуэхэр къэхъуфынуми. Абы псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ нэгъуэщІ щІыпІэ дызэрыІэпхъуэрэ куэд мыщІамэ. Абы иужь дэтхэнэ зы Іуэхугъуэми теухуауэ, тщІэ хъунур тыдоухуэ (Прит. 21:5). Апхуэдэ дыдэу дэ зэхэдгъэкІын хуейщ псым зыщІэдгъэуа иужь сыт хуэдэ гугъуехьхэм дыпэщІэхуэфынуми, абыхэм хуэхьэзыру дыщытын щхьэкІэ. Апхуэдэу дэ ди щхьэри Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэри тхъумэфынущ (Пс. 17:5). АдэкІэ дытепсэлъыхьынщ дызыпэщІэхуэнкІэ хъуну гугъуехьищым икІи дегупсысынщ дапхуэдэу абыхэм зыхуэдгъэхьэзыр хъунумиa.
ЗЫГУЭРЫМ ДИ ЖАГЪУЭ КЪЫЩИЩІАМ ДЕЖ
3. Зэхуэсым дэ сыт хуэдэ гугъуехь дызыпэщІэхуэфынур?
3 Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэм япэ дыдэу укъакІуэу, абыхэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр къыщыплъэгъуам сыт хуэдэ гурыщІэхэр уиІами пщІэжрэ? Пэжыр къызэрыбгъуэтар уи фІэщ зыщІар арауэ щытыфынущ (Ин. 13:35; Кол. 3:12). Бла́нкэb зи цІэ цІыхубзым и Іуэхур апхуэдэущ къызэрыхъуар. Ауэ абы псым зыщІигъэуа иужь, зыпэмыплъа гугъуехь пэщІэхуащ. Бланкэ къыддогуашэ: «Зы шыпхъу гуэр сэ пхъашэу къысхущытт икІи зэхуэсым щыщхэм яхуэпсалъэт. Сэ Іэнкун сыхъуат, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Иеговэ и Щыхьэтхэм лъагъуныгъэ ягъэлъагъуэу икІи мамырыгъэм хущІэкъуу си гугъэт». ДауикІ, къуэш, шыпхъухэм къару куэд ирахьэлІэ Алыхьым и фІэфІ хьэл-щэнхэр зыхалъхьэн щхьэкІэ, ауэ дагъуэншэу щыт цІыху дунейм теткъым (Еф. 4:23, 24; 1 Ин. 1:8). Абы къыхэкІкІэ, гува-щІэхами къуэш е шыпхъу гуэрым псалъэкІэ е ІуэхукІэ уи жагъуэ ищІынкІэ хъунущ (Екъуб 3:8). Ди жагъуэ зэрыхъунщи, зэхуэсым щыщ гуэрым и жагъуэ къызэрищІам къыхэкІкІэ, Иеговэ хуэлэжьэн щызыгъэтаи щыІэщ.
4. Зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІмэ, уи фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ сыт пщІэ хъунур? (Ефес 4:32).
4 Зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІмэ, уи фІэщхъуныгъэр махэ мыхъун щхьэкІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ сыт пщІэ хъунур? Ефес 4:32 ит чэнджэщым махуэ къэс утету упсэун щхьэкІэ, къару ехьэлІэ (къеджэ). Гуапагъэрэ гущІэгъурэ пхэлъу нэгъуэщІхэм уахущытмэ, уэ псалъэмакъ куэдым зыщыпхъумэфынущ. Мурад зыхуэгъэув зыгуэрым уи жагъуэ къищІмэ, нэхъ псынщІэу абы хуэбгъэгъуну. Сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур? Егупсыс уэ езыр щІэх-щІэхыурэ Иеговэ уи щыуагъэхэр къыпхуигъэгъуну узэрелъэІум икІи гущІэгъушхуэ хэлъу ар къызэрыпхущытым (Мт. 6:12, ДЩІ). Иеговэ къызэрыпхуигъэгъур фІыщІэ пщІымэ, уэри нэгъуэщІхэм яхуэбгъэгъуну уи дежкІэ нэхъ тынш хъунущ.
5. Зыгуэрым ди жагъуэ къищІмэ, Библием ит сыт хуэдэ едзыгъуэр къыддэІэпыкъуну? (Притчи 19:11). (Сурэтхэми феплъ.)
5 Къеджэ Притчи 19:11. Библием щыжыІащ зыгуэрым ди жагъуэ къыщищІым деж ди губжьыр зытетІыгъэну зэхэщІыкІырc къызэрыддэІэпыкъунур. Илъэс зыбжанэ ипэ псым зыщІэзыгъэуа ди шыпхъу Ри́мэ жеІэ: «Зэхуэсым щыщ гуэрым си жагъуэ къыщищІым деж, сэ занщІэу Притчи 19:11 итыр сигу къызогъэкІыж. Сэ согупсыс а цІыхум япэм сыт хуэдэ гъащІэ ирихьэкІами, иджыпсту и Іуэхур зытетым икІи абы апхуэдэу щІищІам и щхьэусыгъуэр къызгурыІуэну сыхущІокъу. Абы нэмыщІ зэгъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуну а цІыхур къызогъэблагъэ. Абы и фІыгъэкІэ ар нэхъыфІу къызоцІыху». Ар сыту ІэмалыфІ! Уэри къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу зэбгъэцІыху хъунущ, ахэр нэхъ къыбгурыІуэн щхьэкІэ. Абы щыгъуэ зыгуэркІэ уи жагъуэ къащІмэ, уи дежкІэ нэхъ тынш хъунущ абыхэм яхуэбгъэгъуну.
Къуэш е шыпхъу гуэрымрэ уэрэ фи зэхуаку зэгурымыІуэныгъэ къыдыхьауэ щытмэ, зэгъусэу хъыбарыфІыр вгъэІуну ар къебгъэблэгъэныр ІэмалыфІщ (5 абзацым феплъ.)
6. Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр?
6 Къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъын щхьэкІэ, сыт тщІэн хуейр? Ахэр нэхъыфІу щызэбгъэцІыхукІэ, я хьэл-щэныфІхэм нэхъыбэу гу лъытэ (Рим 12:10; Флп. 2:2, 3; евгъапщэ Притчи 10:12). Куэд мыщІауэ псым зыщІэзыгъэуа ди къуэш Марк и щапхъэм деплъынщ. Абы къуэш, шыпхъухэм я гъусэу зэман нэхъыбэ игъакІуэу щыщІидзам, абыхэм я ныкъусанхэм гу лъитэу хъуат. Сыт Марк къыдэІэпыкъуар зэхуэсымрэ Иеговэрэ пэжыжьэ хуэмыхъуну? Абы жеІэ: «Сэ къызгурыІуащ апхуэдэуи мыхьэнэ зимыІэ Іуэхухэм си акъылыр зэрытезгъэтар. Мы дунейм щыщ цІыхухэм ящІэм елъытауэ, къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэхэр зырикІщ. Абы къыхэкІкІэ, сэ си акъылыр абыхэм яхэлъ хьэл-щэныфІхэм тезухуащ». Уэри апхуэдэу пщІэмэ, зэхуэсым щыщхэмрэ уэрэ фи зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъынущ.
ЯПЭМ ЕТХЬЭКІА ГЪАЩІЭМ ДЫЩЫХУЭЗЭШЫМ ДЕЖ
7. Япэм етхьэкІа гъащІэм дыхуэзэшу щІыщІэддзэнкІэ хъунур сыт?
7 Псым зыщыщІэбгъэуам щыгъуэ, ШейтІаным и дунейм щыщу узэрыщымытыжым щхьэкІэ, уэ хуабжьу угуфІауэ къыщІэкІынщ. Уэ мыпхуэдэу уегупсыса хъунщ: «Дауэ абы узэрыхуэзэш хъунур?!» Ауэ гугъуехьхэм ущыпэщІэхуам щыгъуэ, Иеговэ ухуэлэжьэн щхьэкІэ, къэбгъэнауэ щытахэр уигу къэкІыжу, уеблэмэ, япэм епхьэкІа гъащІэм ухуэзэшу хъуауэ къыщІэкІынкІэ хъунущ. (Евгъапщэ Числа 11:4—6.) Псалъэм папщІэ, хэти лэжьапІэфІу къалъытэ, ауэ зэман куэд зытекІуадэ лэжьыгъэ къигъэнащ. Хэти и ныбжьэгъухэм ІэщІыб ящІащ. Хэти гуфІэгъуэ къыхуэзыхь хьэл мыхъумыщІэ гуэр къигъэнэн хуей хъуащ. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт дапхуэдизу Иеговэ и жагъуэ хъунуми, абы и лэжьакІуэм къигъэна гъащІэм игъэзэжмэ. НтІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ сыт пщІэ хъунур гугъуехь упэщІэхуэмэ, къэбгъэна гъащІэм ухуэмызэшын щхьэкІэ?
8. Ибрэхьимрэ Сарэрэ я щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
8 Библием Иеговэ и лэжьакІуэхэм я щапхъэ куэд итщ. Абыхэми япэм ирахьэкІа гъащІэм хуэзэшу щІадзэфынут. Псалъэм папщІэ, Ибрэхьимрэ Сарэрэ я щапхъэм деплъынщ. Ахэр Иеговэ и унафэм едаІуэу, блын быдэхэр зиІэ Ур къалэм къыдэкІри, шэтырхэм щыпсэуащ (Евр. 11:8, 9). Абыхэм а къалэм щрахьэкІа гъащІэ тыншыр зэман-зэманкІэрэ ягу къэкІыжу къыщІэкІынт. Ауэ Ибрэхьимрэ Сарэрэ къагъэнам сыт щыгъуи егупсысу щытамэ, абы хуэзэшу щІадзэнурэ, ягъэзэжыну хуейуэ хъунут. Абы ипІэкІэ абыхэм къэкІуэну зэманым я акъылыр траухуащ (Евр. 11:15, 16).
9. Апостол Паул япэм ирихьэкІа гъащІэм дапхуэдэут зэрыхущытыр? (Филиппи 3:7, 13).
9 Апостол Паули и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэхэр хилъхьащ, Иеговэ зэрыхуейм хуэдэу хуэлэжьэн щхьэкІэ. Ар Хьисэ и лъэужь иувэн ипэ, пщІэшхуэ зиІэ торэт егъэджакІуэ Гамалиил и деж щеджащ икІи увыпІэ лъагэ зригъэгъуэтыну Іэмал иІащ (Апост. 22:3; Гал. 1:13, 14). Ауэ хъыбарыфІыр и фІэщ хъуа иужь, Паул а Іэмалыр ІэщІыб ищІащ. Хьисэ и лъэужь щиувам щыгъуэ, абы гъащІэ тынш ирихьэкІауэ пхужыІэну? ДауикІ, пхужыІэнукъым. Абы и лъэпкъэгъухэм ар ялъагъу хъутэкъым, яубэрэжьт икІи лъэхъуэщым ирадзэт (2 Кор. 11:23—26). Паул а гугъуехьхэм и акъылыр тригъэту, япэм иІа гъащІэмрэ иджыпсту иІэмрэ зригъапщэу щІидзатэмэ, япэм зэрыпсэуар нэхъыфІу щытауэ егупсысыфынут. Ауэ абы Хьисэ и лъэужь итыну щІыхьышхуэу къилъытэт икІи къыпэщылъ фІыгъуэхэм пэплъэт. Паул шэч лъэпкъ къытрихьэтэкъым езым къигъэнам нэхърэ, Иеговэ кърита фІыгъуэхэр куэдкІэ зэрынэхъыбэм. (Къеджэ Филиппи 3:7, 13.)
10. Пэжым щхьэкІэ къэдгъэнахэм дыхуэмызэшыну сыт къыддэІэпыкъунур? (Марк 10:29, 30). (Сурэтхэми феплъ.)
10 Сыт хуэдэ дерс абы ди дежкІэ хэлъыр? Иеговэ ухуэлэжьэн щхьэкІэ къэбгъэнэн хуей хъуахэм уегупсысу щІэбдзэмэ, ахэр къыщІэбгъэнам и щхьэусыгъуэр уигу къэгъэкІыж (Эккл. 7:10). Къэбгъэнэн хуей хъуахэмрэ Иеговэ къыуита фІыгъуэхэмрэ зэгъапщэ. Псалъэм папщІэ, уэ мы Дунеишхуэр къэзыгъэщІа Иеговэ и ныбжьэгъу ухъуащ (Прит. 3:32). Лъагъуныгъэ зыхэлъ и унагъуэшхуэм абы укъригъэблэгъащ. (Къеджэ Марк 10:29, 30.) КъэкІуэну зэманми уэ гъащІэ дахащэ къыппэщылъщ! (Ис. 65:21—23). Иеговэ узэрыхуэлажьэм и фІыгъэкІэ уиІэ фІыгъуэхэм нэхъ щІэх-щІэхыурэ уегупсысыху, япэм епхьэкІа гъащІэм нэхъ мащІэу ухуэзэшынущ.
Япэм епхьэкІа гъащІэм ухуэзэшыным ипІэкІэ, Иеговэ къыпхуигъэфэща лэжьыгъэ лъапІэм гуфІэгъуэ хэх (10 абзацым феплъ.)e
11. Ди шыпхъу Розмари и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
11 Ди шыпхъу Ро́змари и щапхъэм дыхэплъэнщ. Илъэс 50 хъууэ абы псым зыщІигъэуат. Ар къыддогуашэ: «ЯпэщІыкІэ сэ Хъуромэм (Рождеством) сыхуэзэшт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар псом нэхърэ нэхъыфІу слъагъу махуэшхуэу щытащ. Сэ хуабжьу сигу ирихьт си унагъуэм щыщхэм тыгъэ гуэрхэр яхуэсщІыну икІи ёлкэм деж сабийхэр щызэхуэсу, гуфІэжу тыгъэхэр зэрызэкІуэцІахым сыкІэлъыплъыну». Розмари япэм ирихьэкІа гъащІэм хуэмызэшын щхьэкІэ сыт ищІар? Абы жеІэ: «Хъуромэм ипІэкІэ сэ сщІэнур къэзгупсысащ. Илъэс къэс сэ зы махуэ гуэр къыхызох, си унагъуэм щыщхэр зэхузошэсри, тыгъэхэр яхузощІ икІи ахэр лъапІэу щІэслъытэр яжызоІэ». Ауэ а ди шыпхъур иджыри зы гугъуехьым пэщІэхуащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ Библиер зджын щыщІэздзам, си ныбжьэгъухэм я щІыб къысхуагъэзащ. Иныкъуэхэм деж сэ абыхэм хуабжьу сахуэзэшт икІи закъуэныгъэ зыхэсщІэт»d. Сыт-тІэ абы къыдэІэпыкъуар? Розмари шыпхъу зэмылІэужьыгъуэхэм я гъусэу хъыбарыфІ гъэІуным хэтт. «Абы и фІыгъэкІэ фІыуэ слъэгъуа ныбжьэгъуфІ куэд сиІэ хъуащ» — жеІэ Розмари. Мы шыпхъум и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? Пэжыр щомыщІэм щыгъуэ гуфІэгъуэ къыпхуэзыхьу щыта Іуэхугъуэхэм ухуэзэшмэ, шэч къытомыхьэ иджыпстуи Иеговэ и жагъуэ умыщІу узыгъэгуфІэн Іуэхугъуэхэр къызэрыбгъуэтыфынум (Флп. 4:8, 9). Зыщомыгъэгъупщэ: Иеговэ щхьэкІэ къэдгъэнам нэхърэ куэдкІэ нэхъыбэ абы къыдет.
ЗЫГУЭРЫМ ИЕГОВЭ КЪЫЩИГЪАНЭМ ДЕЖ
12. Зэхуэсым пыщІауэ сыт хуэдэ гугъуехьым упэщІэхуэфыну икІи ар уи дежкІэ гъэунэхуапІэу щІыщытынкІэ хъунур сыт?
12 Иеговэ и Щыхьэт ущыхъуам щыгъуэ, уэ гупсэхугъуэ зыхэпщІауэ къыщІэкІынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ШейтІаным и дунейм укъыхэкІри, Алыхьым и лъэпкъым щыщ ухъуащ (Ис. 65:14). Ауэ зэман-зэманкІэрэ уэ зэхэпхыу къыщІэкІынщ къуэшым е шыпхъу гуэрым гуэныхь ищІауэ, уеблэмэ, зыгуэри зэхуэсым хагъэкІауэ (1 Кор. 5:13). Ди шыпхъу Са́мар жеІэ: «Псым зэрызыщІэзгъауэрэ куэд дэмыкІыу, зэхуэсым и нэхъыжь гуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІэри зэхуэсым хагъэкІащ. Сэ си фІэщхъуныгъэр сфІэкІуэд пэтащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ си нэгу къысхущІэгъэхьэтэкъым зэхуэсым и нэхъыжьым апхуэдэ гуэныхь хьэлъэ хуэщІэну». ДауикІ, дэ шэч лъэпкъ къытетхьэкъым къуэш, шыпхъухэм Иеговэ фІыуэ зэралъагъум икІи абы хуэпэжу къэнэну зэрыхуейм (1 Кор. 13:4, 7). Ауэ пэжыр жыпІэмэ илъэс къэс зэхуэсым зыгуэр хагъэкІ. Дэ псом хуэмыдэу дигу къоуэ ди ныбжьэгъу, ди унагъуэм щыщ е щапхъэ зытетх гуэрым Иеговэ къыщигъанэм деж.
13. ФІыуэ тлъагъу гуэрым Иеговэ къигъанэ хъумэ, ди фІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ сыт тщІэ хъунур?
13 ФІыуэ тлъагъу гуэрым Иеговэ къигъанэ хъумэ, ди фІэщхъуныгъэр тфІэмыкІуэдын щхьэкІэ, иджыпсту щыщІэдзауэ сыт тщІэ хъунур? Иеговэрэ уэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр гъэбыдэ (Екъуб 4:8). Абы ухуиІэ ныбжьэгъугъэр нэгъуэщІхэм ящІэм елъытауэ щытын хуейкъым. Пэжщ, дэ ди унагъуэм щыщхэми зэхуэсым щыщхэми я гъусэу Иеговэ дыхуолажьэ, ауэ мыхьэнэшхуэ иІэщ уэ езым тхьэлъэІукІэ Алыхьым зыхуэбгъэзэнымрэ Библием уеджэнымрэ зэпымыууэ зэман хухэпхыным (Пс. 1:2; 62:8).
14. Апостол Петр и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ? (Иуан 6:66—68).
14 Хьисэ и гъэсэнхэм ар къыщагъэнам щыгъуэ Петр ищІар дигу къэдгъэкІыжынщ. (Къеджэ Иуан 6:66—68.) Абы щыгъуэ Петр куэд къыгурымыІуэу щытами, и акъылыр зытриухуар адрейхэм ящІэратэкъым, атІэ Хьисэ зыхуригъаджэ пэжхэрат. Абы и фІыгъэкІэ Петр и фІэщхъуныгъэр фІэкІуэдакъым икІи Хьисэ къигъэнакъым. Апхуэдэ дыдэу ноби Алыхьым и организацэм и фІыгъэкІэ къэтщІа пэжыр нэгъуэщІхэм ящІэхэм игъэпудкъым. Аращи, пэжыр лъапІэу флъытэ икІи Иеговэ хуэпэжу фыкъанэ. ИпэкІэ зи гугъу тщІа Самар жеІэ: «Сэ сыт щыгъуи сигу къызогъэкІыж къуэш, шыпхъухэм я щыуагъэхэр зэхуэсымрэ организацэмрэ хузиІэ еплъыкІэм зэран хуэзгъэхъун зэрыхуэмейр. ИкІи зыгуэрым Іуэху къемызэгъ гуэрхэр щищІэм деж, абы къикІкъым Иеговэ ар гулъытэншэу къигъанэу».
15. Ди шыпхъу Эмили и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?
15 Ди шыпхъу Э́мили и щапхъэм дыхэплъэнщ. Абы псым зэрызыщІигъауэрэ тхьэмахуэ фІэкІа дэмыкІыу, и анэм унагъуэр къигъэнащ икІи ар зэхуэсым хагъэкІащ. Эмили жеІэ: «Сэ зэи си гугъэнтэкъым си анэм Иеговэ къигъэнэну. Си гъащІэм ар псом нэхърэ нэхъ гъэунэхуапІэ хьэлъэу щытащ. Сэ си анэм хуабжьу сыхуозэш». Сыт Эмили къыдэІэпыкъур? Ар къыддогуашэ «Сэ си закъуэкъым, си адэр си гъусэщ. Абы нэмыщІ зэхуэсым щыщ дэлъху, шыпхъухэр щІэгъэкъуэн къысхуохъу икІи ахэр сэ унагъуэ схуэхъуащ. Дэ псори гъэунэхуапІэ гуэрхэм дыпэщІохуэ. Абы къыхэкІкІэ, дэ зэкъуэту дыщытыным икІи зыр зым дыдэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ иІэщ» (1 Пет. 5:9). Аращи, гугъуехь фыпэщІэхуэху фемыжьэу, иджыпсту щыщІэдзауэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм нэхъ гъунэгъу захуэфщІ. Абы щыгъуэ сыт къэмыхъуами, фэ закъуэныгъэ зыхэфщІэну къыщІэкІынукъым.
16. Сыт дэ зыщыдгъэгъупщэн хуэмейр? (Сурэтми феплъ.)
16 Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ зыгуэрым тезыр щІытрилъхьэр ар фІыуэ елъагъури аращ (Евр. 12:6). Иеговэ хуейщ зэхуэсым хагъэкІа дэтхэнэ зыми къигъэзэжыну (2 Пет. 3:9). Аращи, фІыуэ флъагъу гуэр зэхуэсым хагъэкІамэ, быдэу фи фІэщ фщІы зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іэмалу щыІэр къызэрагъэсэбэпынур, абы Иеговэ и деж къигъэзэжын щхьэкІэ (2 Тим. 2:24, 25).
ФІыуэ плъагъу гуэр зэхуэсым хагъэкІамэ, Иеговэ и деж къигъэзэжыну зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы дэІэпыкъуну зэрыхуейр зыщомыгъэгъупщэ (16 абзацым феплъ.)f
17. Дэ сытым шэч къытедмыхьэми хъуну?
17 Псым зыщІэбгъэуа иужь узыпэщІэхуэфыну гугъуехь зыбжанэм дэ дытепсэлъыхьащ. ДауикІ, языныкъуэ гугъуехьхэр шынагъуэу къыпщыхъуфынущ, ауэ ущІэшынэн щхьэусыгъуэ щыІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм зыхуэбгъэхьэзырыну Іэмал уиІэнущ. Иеговэ сыт щыгъуи щІэгъэкъуэн къыпхуэхъуну зэрыхьэзырыр зыщомыгъэгъупщэ (1 Пет. 5:10). Ар уэ иджыпстуи къыбдоІэпыкъу икІи хуейщ игъащІэкІи къыбдэІэпыкъуну. Алыхьым сыт щыгъуи къарурэ теубыдагъэрэ къыуитынущ, сыт хуэдэ гъэунэхуапІэми упэлъэщын щхьэкІэ. Иеговэ зыдэбгъэІэпыкъумэ, абы убгъэдишын зыми лъэкІынукъым! (Пс. 119:165; Рим 8:38, 39).
154 УЭРЭДЫР Лъагъуныгъэ мыкІуэдыж
a Мы статьяр псом япэу зыхуэгъэзар псым зыщІэзыгъэуагъащІэхэрами, мыбы ит гупсысэхэр псоми сэбэп къытхуэхъунущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c ЗэхэщІыкІыр — ар нэм илъагъум нэхърэ нэхъыбэ плъэгъуфу ущытыныращ. Ар къыбдоІэпыкъу цІыхум зыгуэр щІыжиІэр е щІищІэр къыбгурыІуэну.
d Библие зыджхэми псым зыщІэзыгъэуагъащІэхэми зэхуэсым щыщхэм фІыуэ къызэралъагъур зыхедгъэщІэну дэтхэнэ зыми ди къалэнщ. 2021 гъэм, мартым къыдэкІа «ХъумакІуэ чэщанэм» ит «Зэхуэсым щыщхэр Библиер зыджхэм псым зыщІагъэуэну зыхуагъэхьэзырыну дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?» жыхуиІэ статьям и 15, 16 абзацхэм феплъ.
e СУРЭТЫМ ИТЫР. Шыпхъур хъыбарыфІ гъэІуным хэту, футбол джэгухэм деж блэкІыу, езыри зэрыджэгуу щытар игу къокІыж. ИужькІэ а шыпхъур хъыбарыфІымкІэ догуашэ и гъусэу футбол джэгуу щыта хъыджэбзым.
f СУРЭТЫМ ИТЫР. Зэхуэсым и нэхъыжь къуэшитІыр зэхуэсым хагъэкІа цІыхухъум и унэм къэкІуауэ, Иеговэ и деж къигъэзэжыну хуагъэуш.