ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w25 Февраль н. 8—13
  • Иеговэ къызэрытхуигъэгъум къытхуихь фІыгъуэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ къызэрытхуигъэгъум къытхуихь фІыгъуэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ИЕГОВЭ ГУЭНЫХЬЫР ІУЕХ
  • ИЕГОВЭ ДИ ГУЭНЫХЬХЭР КІЭРЕГЪЭКІЫЖ
  • ИЕГОВЭ ЕЗЫМРЭ ДЭРЭ ДИ ЗЭХУАКУ ЗЭХУЩЫТЫКІЭФІ ДЕЛЪХЬЭЖ
  • ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫТХУИГЪЭГЪУР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ
  • Иеговэ къызэрыпхуигъэгъуар быдэу уи фІэщ щІы
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ гуэныхь къытхуигъэгъуауэ щытахэр щыгъупщэу пІэрэ?
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2017
  • Иеговэ къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ ди гум фІыщІэ щІилъын хуейм и щхьэусыгъуэхэр
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Иеговэ хуэдэу, зыми игъэгъукъым
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
w25 Февраль н. 8—13

7 СТАТЬЯР

15 УЭРЭДЫР Иеговэ и Къуэ пажэм щІыхь хуэфщІ!

Иеговэ къызэрытхуигъэгъум къытхуихь фІыгъуэхэр

«Уэ гуэныхьыр зыгъэгъу Алыхьу ущытщ» (ПС. 130:4).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур нэхъ лъапІэу тлъытэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну Библием ит щапхъэ зыбжанэм.

1. ЦІыхум «пхузогъэгъу» щыжиІэм деж абы сыт къригъэкІынкІэ хъунур?

«СЭ УЭ ПХУЗОГЪЭГЪУ». Уи нэгу къыщІэгъэхьэт зи жагъуэ пщІа цІыхум мы псалъэхэр къыбжиІэу. ДауикІ, уэ гупсэхугъуэ бгъуэтыжыну къыщІэкІынт. Ауэ цІыхум а псалъэхэм сыт къригъэкІыр? Абы къикІыу пІэрэ гукъеуэ лъэпкъ фи зэхуаку дэмылъыжу икІи зэныбжьэгъу фыхъужауэ? Е ар абы афІэкІа тепсэлъыхьыну хуэмейуэ ара? Зэрытлъагъущи, цІыхухэм «пхузогъэгъу» щыжаІэм деж абы къикІыр зыуэ щымытынкІэ хъунущ.

2. Иеговэ зэригъэгъум Библиер дапхуэдэу зэрытепсэлъыхьыр? (Сноскэми феплъ.)

2 Псаломыр зытхам Иеговэ щхьэкІэ жиІащ: «Уэ гуэныхьыр зыгъэгъуa Алыхьу ущытщ, цІыхухэр къыпфІэлІыкІын щхьэкІэ» (Пс. 130:4). Иеговэ цІыхухэм я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъумрэ дэ зэрыдгъэгъумрэ хуабжьу зэщхьэщокІ. Иеговэ хуэдэу зыми игъэгъукъым. Библиер Алыхьым зэригъэгъум щытепсэлъыхькІэ иныкъуэхэм деж абы къыщыгъэсэбэпа журтыбзэ псалъэр цІыхум зэригъэгъум щытепсэлъыхькІэ зэи къагъэсэбэпкъым.

3. Иеговэ зэригъэгъумрэ цІыхухэм зэрагъэгъумрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? (Исайя 55:6, 7).

3 Иеговэ щигъэгъум деж цІыхум и гуэныхьхэр кІэригъэкІыжу жыпІэ хъунущ. Апхуэдэу Алыхьымрэ цІыхумрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтегъэувэжа мэхъу. Дэ Иеговэ фІыщІэшхуэ худощІ, ди гуэныхьхэр нэгъэсауэ икІи зэпымыууэ къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ. (Къеджэ Исайя 55:6, 7.)

4. Иеговэ дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур, нэгъэсауэ къызэрытхуигъэгъур къыдгурыІуэн щхьэкІэ?

4 Иеговэ зэригъэгъумрэ цІыхухэм зэрагъэгъумрэ апхуэдизу хуабжьу щызэщхьэщыкІкІэ, нэгъэсауэ бгъэгъуным къикІыр сытми къыдгурыІуэфыну пІэрэ? Ар къыдгурыІуэн щхьэкІэ Иеговэ щапхъэ гъэщІэгъуэнхэр къехь. Абыхэм щыщ языныкъуэхэр мы статьям щызэпкърытхынущ. Дэ къэтлъэгъунущ Алыхьым гуэныхьыр зэрыІуихыр икІи ди зэхущытыкІэ зэтекъутар зэрызэтригъэувэжыр. А щапхъэхэр зэпкърытха иужь уафэм щыІэ гущІэгъу зыхэлъ ди Адэм нэхъыбэжу фІыщІэ хуэтщІынущ.

ИЕГОВЭ ГУЭНЫХЬЫР ІУЕХ

5. Иеговэ ди гуэныхьхэр къыщытхуигъэгъум деж сыт къэхъур?

5 Библиер гуэныхьым щытепсэлъыхьым деж ар хьэлъэм ирегъэщхь. Пащтыхь Даут и гурыщІэхэр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ къигъэлъэгъуащ: «Си гуэныхьхэр си щхьэм нэхърэ нэхъ лъагэ хъуащ. Ахэр пхуэмыхьын хьэлъэм хуэдэщ, сэркІэ хьэлъэІуэщ» (Пс. 38:4). Ауэ зи гуэныхьхэм хущІегъуэжхэм Иеговэ къахуегъэгъу (Пс. 25:18; 32:5). Мы едзыгъуэхэм ит «хуэгъэгъун» жыхуиІэ журтыбзэ псалъэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр, — «къэІэтын» е «хьын» жиІэу аращ. Дэ ди нэгу къыщІэдгъэхьэ хъунущ ди плІэм хьэлъэу гуэныхь дэлъыр Иеговэ къищтэу зэрыІуихыр.

Къуэшым и плІэм телъ къэп хьэлъэр Іэм трех.

«Тщхьэщихащ» (Пс. 32:5)


6. Иеговэ ди гуэныхьхэр дапхуэдизкІэ тпэІэщІэ зэрищІыр?

6 Иеговэ ди гуэныхьхэр жыжьэу зэрыІуихым теухуауэ иджыри зы щапхъэ гъэщІэгъуэн дигъэлъэгъуащ. Псалом 103:12 щыжыІащ: «КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу, абы ди гуэныхьхэр тпэжыжьэ ищІащ». КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ апхуэдизкІэ зэпэжыжьэщи ахэр зэи зэхуэзэфынукъым, зэгъусэуи зы щІыпІэм щыІэфынукъым. Алыхьым ди гуэныхьхэр апхуэдизу тпэІэщІэ ещІри абы нэхърэ нэхъ жыжьэу пхуІухынукъым. Апхуэдэу Иеговэ дегъэлъагъу ди гуэныхьхэр къыщытхуигъэгъум деж и кІэм нэс зэригъэгъур.

Дыгъэ къухьэгъуэ.

«КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу» (Пс. 103:12)


7. Иеговэ ди гуэныхьхэм сыт ирищІэр? (Михей 7:18, 19).

7 Аращи, дэ къыдгурыІуащ Иеговэ ди гуэныхьхэр зэрыІуихыр. Ауэ адэкІэ сыт абы ди гуэныхьхэм ирищІэр? Ар зыщІыпІэ щихъумэрэ? Хьэуэ! Пащтыхь Езекие Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу итхащ: «Уэ си гуэныхьхэр псори уи щІыбагъымкІэ зэбдзэкІащ» (Ис. 38:9, 17). Абы дыщегупсысым деж мыпхуэдэу ди нэгу къыщІохьэ: зи гуэныхь хущІегъуэжа цІыхум и гуэныхьыр Иеговэ къещтэри, афІэкІа илъагъуну хуэмейуэ жыжьэу Іуедз. А псалъэхэр иджыри мыпхуэдэу зэбдзэкІыфынущ: «Си гуэныхьхэр щымыІэхам хуэдэу пщІащ». Абы ещхь гупсысэ Михей 7:18, 19 итщ (къеджэ). Абы щыжыІащ Иеговэ ди гуэныхьхэр хым и куупІэм зэрыхидзэр. Ижь зэманым хым и лъащІэм зыгуэр ехуэхамэ ар къыдэпхьеижыну зы Іэмали щыІэтэкъым.

Коллаж: 1) къэп хьэлъэшхуэр уафэм щыІэ Иеговэ и тахътэм и щІыбагъымкІэ иредзэкІ; 2) къэпышхуэр хым и лъащІэм щІотІысыкІ.

«Уэ си гуэныхьхэр псори уи щІыбагъымкІэ зэбдзэкІащ» (Ис. 38:17)

«Ди гуэныхьу хъуар хым и куупІэм хэбдзэнущ» (Мих. 7:19)


8. Мы статьям и япэ Іыхьэм сыт къыщытщІар?

8 Мы щапхъэхэм къыдгурагъаІуэ Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж, ди напэр афІэкІа къыдэмыныкъуэкъун щхьэкІэ ди гуэныхьхэр зэрыІуихыпэр. Даут жиІащ: «Зи щІэпхъаджагъэхэр Тхьэм зыхуигъэгъуауэ, зи гуэныхьхэр зыхуигъэкІуэда цІыхухэр гъуэгу махуэ теуващ. Зиусхьэным зи гуэныхьхэр зыхуимылъытэ цІыхур гъуэгу махуэ теуващ» (Рим 4:6—8). Нэгъэсауэ гуэныхьыр бгъэгъуным къикІыр аращ!

ИЕГОВЭ ДИ ГУЭНЫХЬХЭР КІЭРЕГЪЭКІЫЖ

9. Иеговэ ди гуэныхьхэр нэгъэсауэ къызэрытхуигъэгъур сыт хуэдэ щапхъэм къыдгуригъаІуэрэ?

9 Библием нэгъуэщІ щапхъэхэри итщ. Абыхэм къагъэлъагъуэ щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ зи гуэныхьым хущІегъуэжахэм я гуэныхьхэр зэрыкІэригъэкІыжыр. НэгъуэщІу жыпІэмэ цІыхур къабзэ хъужын щхьэкІэ Иеговэ абы и гуэныхьыр кІэретхьэщІыкІ (Пс. 51:7; Ис. 4:4; Иер. 33:8). ЦІыхур къабзэ зэрыхъужым Иеговэ мыпхуэдэу топсэлъыхь: «Фи гуэныхьхэр щэкІ плъыжьыбзэм хуэдэу щытми, уэсым хуэдэу, хужьыбзэ хъунущ. ИкІи ахэр щэкІ плъыжь-фІыцІафэм хуэдэми, — цы хужьым хуэдэ хъунущ» (Ис. 1:18). Щыгъыным ина бжьыгъэ плъыжьыр ибгъэкІыжыну егъэлеяуэ гугъущ. Ауэ абы емылъытауэ Иеговэ быдэу дыкъегъэгугъэ ди гуэныхьхэр «щыІаи щымыІаи» жыхуиІэм хуэдэу игъэкІуэдыжыну.

Шыпхъум и плІэ хужьым плъыжьыбзэу бжьыгъэшхуэ илъщ. ИужькІэ бжьыгъэ илъауэ умыщІэжыну а плІэ дыдэр шыпхъум щыгъщ.

«Фи гуэныхьхэр щэкІ плъыжьыбзэм хуэдэу щытми, уэсым хуэдэу, хужьыбзэ хъунущ» (Ис. 1:18)


10. Иеговэ зэригъэгъум и кууагъыр къэзыгъэлъагъуэ сыт хуэдэ щапхъэ Библием иджыри ит?

10 Мыбы ипэ ит статьям зэрыщыжыІам хуэдэу гуэныхьыр щІыхуэм ебгъэщхь хъунущ (Мт. 6:12, ДЩІ; Лк. 11:4). Дэ щІыхуэшхуэ ттелъу дыкъалъхуащ икІи гуэныхь тщІэхукІэ а щІыхуэм хэхъуэу аращ. Ауэ Иеговэ ди гуэныхьыр къыщытхуигъэгъум деж абы а щІыхуэр ттригъэкІыу жыпІэ хъунущ. Дэ абы къытхуигъэгъуа гуэныхьхэр дигъэпшыныжкъым. ЦІыхум и щІыхуэр щыхуагъэгъум деж абы гуфІэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ зыхещІэ. Дэри Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъуар щытщІэм деж апхуэдэ гурыщІэхэр диІэщ!

ТхылъымпІэ напэр Іэм зэфІетхъ. А зэманым къуэшым и гурыщІэхэр Иеговэ хуеІуатэ.

«Мыхъуну тщІар къытхуэгъэгъу» (Мт. 6:12, ДЩІ)


11. Гуэныхьыр «кІэрыгъэкІыжын» жиІэу Библием ит псалъэхэр дапхуэдэу къызэрыдгурыІуэн хуейр? (Апостолхэм 3:19).

11 Къеджэ Апостолхэм 3:19. Мы едзыгъуэм «къыфхуигъэгъун» жаІэу зрадзэкІа алыджыбзэ псалъэм «кІэрыгъэкІыжын» жиІэу къокІ. Аращи, Иеговэ ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъу къудейуэ щымыту ахэр кІэрегъэкІыж. Уи нэгу къыщІэгъэхьэт зи щІыхуэ птелъ цІыхум щІыхуэ птелъыр зэрыт тхылъымпІэр къещтэри уи щІыхуэр иретхъыкІыж. Ар иратхъыкІыжами иджыри болъагъу, ауэ ар щыкІэрагъэкІыжам деж зыри плъагъужкъым. Пасэрей зэманым цІыхухэм къагъэсэбэпу щыта шакъэр псыкІэ тыншу пхутегъэкІыжт икІи ар плъагъужтэкъым. Иеговэ апхуэдэ дыдэу ди гуэныхьхэр кІэрегъэкІыж. Ар зэрытщІэм дэ ди гур зыкІэ егъэхуабэри! (Пс. 51:9).

ТхылъымпІэ напэм тетыр Іэм губкэ псыфкІэ кІрегъэкІыж.

«Тхьэм фэ гуэныхьу фщІахэр къыфхуигъэгъун щхьэкІэ» (Апост. 3:19)


12. Иеговэ пшэ Іувым щытепсэлъыхьым деж сытым дыхуигъасэрэ?

12 Иеговэ ди гуэныхьхэр зэрыкІэригъэкІыжыр къыдгуригъэІуэн щхьэкІэ иджыри зы щапхъэ къегъэсэбэп. Абы жеІэ: «Сэ уэ уи щІэпхъаджагъэхэр тезгъэкІыжынущ, пшэм игъэпщкІуам хуэдэу щІэсхъумэнущ икІи уи гуэныхьхэр пшэ Іувым щІезгъэхъумэнущ» (Ис. 44:22). Иеговэ ди гуэныхьхэр щигъэгъум деж ахэр пшэ ІувкІэ щІихъумэу жыпІэ хъунущ, езыми дэри дымылъагъужын щхьэкІэ.

Пшэ Іувхэр.

«Сэ уэ уи щІэпхъаджагъэхэр тезгъэкІыжынущ, пшэм игъэпщкІуам хуэдэу щІэсхъумэнущ» (Ис. 44:22)


13. Иеговэ уи гуэныхьхэр къыщыпхуигъэгъум деж сыт уэ зыхэпщІэр?

13 Иеговэ ди гуэныхьыр къытхуигъэгъуауэ щытмэ, афІэкІа ди напэм дигъэкъуаншэжын хуейкъым, — ди гуэныхьхэр зэи имыкІыжын бжьыгъэм хуэдэу игъащІэкІэ щытынукъым. Хьисэ Мэссихь и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм ди щІыхуэ псори егъэгъу икІи а щІыхуэр тхауэ зыщІыпІи итыжкъым. Ди гуэныхьхэм дыщыхущІегъуэжым деж, апхуэдэущ Иеговэ зэригъэгъур.

ИЕГОВЭ ЕЗЫМРЭ ДЭРЭ ДИ ЗЭХУАКУ ЗЭХУЩЫТЫКІЭФІ ДЕЛЪХЬЭЖ

И гум мамырыгъэ илъу шыпхъур паркым иту мэгупсысэ.

Уафэм щыІэ ди Адэм къызэрытхуигъэгъум и фІыгъэкІэ абы и ныбжьэгъуу дыщытыфынущ (14 абзацым феплъ.)


14. Иеговэ къыщытхуигъэгъум деж нэгъэсауэ къызэрытхуигъэгъур ди фІэщ щІэтщІ хъунур сыт? (Сурэтхэми феплъ.)

14 Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъум и фІыгъэкІэ дэ абы и ныбжьэгъуу дыщытыфынущ. Абы къызэрытхуигъэгъур къыддоІэпыкъу афІэкІа зыдмыгъэкъуэншэжыну. Дэ дышынэн хуейкъым: «Алыхьыр иджыри къысхогубжь икІи тезыр къызэрыстрилъхьэн Іэмал къелъыхъуэ», — жытІэу. Иеговэ апхуэдэ Алыхькъым! Абы къызэрытхуигъэгъур щыжиІэм деж ар ди фІэщ тщІы хъунущ. Иеговэ бегъымбар Иеремие мыпхуэдэ псалъэхэр жриІащ: «Сэ абыхэм я хабзэншагъэр яхуэзгъэгъунущ, я гуэныхьхэри зэи сигу къэзгъэкІыжынукъым» (Иер. 31:34). Мы гупсысэр апостол Паул иджыри зэ жиІащ. Ар Еврейхэм 8:12 итщ. «Сигу къэзгъэкІыжынукъым» жыхуиІэ псалъэхэм сыт къикІыр?

Къуэшыр уафэм доплъей.

«Я гуэныхьхэр зэи сигу къэзгъэкІыжынукъым» (Иер. 31:34)


15. Иеговэ ди гуэныхьхэр игу къызэримыгъэкІыжым сыт къикІыр?

15 Библием ущрихьэлІэ «уигу къэкІыжын» псалъэхэм инэхъыбэм къикІыр зэгуэр къэхъуа Іуэхугъуэр зэрыпщІэжым нэмыщІ абы зыгуэр пщІэну узэрыхуигъэушын хуейращ. Псалъэм папщІэ, Хьисэ и гъусэу пкъом кІэраукІа щІэпхъаджащІэхэм щыщ зым мыпхуэдэу жиІат: «Хьисэ, уи Тепщэныгъэшхуэр къыщыскІэ, уигу сыкъэгъэкІыж» (Лк. 23:42, 43). А цІыхухъур щІэлъэІуар ауэ сытми Хьисэ ар игу къигъэкІыжыну аратэкъым, атІэ зыгуэр къыхуищІэну хуейуэ арат. Хьисэ ар къигъэгугъащ лІахэм къахигъэтэджыкІыжыну. Аращи, Иеговэ ди гуэныхьхэр игу къимыгъэкІыжыну щыжиІэм деж абы къокІ ахэр къызэрытхуигъэгъуар. Иеговэ ди гуэныхьхэм щхьэкІэ иджыпстуи къэкІуэну зэманми тезыр къыттрилъхьэнукъым.

16. Иеговэ къызэрытхуигъэгъум сыт къытхуихьыр?

16 Иджыри зы щапхъэм гу лъыттэнщ. Ар къыддэІэпыкъунущ Иеговэ къызэрытхуигъэгъум и фІыгъэкІэ щхьэхуит дызэрыхъужыр лъапІэу тлъытэну. Дэ гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ «гуэныхь щІэным дрипщылІу» Библием жеІэ. Ауэ Иеговэ къызэрытхуигъэгъумкІэ «гуэныхь щІэным дыкъыІэщІихыжри, щхьэхуит дищІыжащ» (Рим 6:17, 22; Апок. 1:5). Илъэс куэдкІэ пщылІу щыта цІыхур щхьэхуит щыхъужам деж зыхищІэ гурыщІэхэм хуэдэ дэри зыхыдощІэ.

Іэхъулъэхъур Іэм зэпеч.

«Тхьэм гуэныхь щІэным фыкъыІэщІихыжри, щхьэхуит фищІыжащ» (Рим 6:22)


17. Иеговэ къызэрытхуигъэгъум дигъэхъужу жыпІэ щІэхъунур сыт? (Исайя 53:5).

17 Къеджэ Исайя 53:5. Библием гуэныхьыр узыгъалІэ узым ирегъэщхь. Ауэ Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ дэ дыхъужащ (1 Пет. 2:24). Гуэныхьым Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр зэтрекъутэ, ауэ щхьэщэхужым абы и ныбжьэгъу дыхъужыну Іэмал къыдет. Уз хьэлъэ къызэуз цІыхур хъужа иужь гуфІэгъуэу иІэр псалъэкІэ пхужыІэнукъым. Апхуэдэ дыдэу дэри гуфІэгъуэшхуэ диІэщ Иеговэ гъунэгъу дыщыхуэхъужым икІи ар къызэрытхуэарэзыр щызыхэтщІэм деж.

Коллаж «Хьисэ и щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ гъунэгъу дыхуохъуж»: 1) Хьисэ хьэзабым и пкъом фІэлъщ; 2) къуэшыр паркым ису Алыхьым лъэІукІэ зыхуегъазэ.

«И уІэгъэхэм дагъэхъужащ» (Ис. 53:5)


ИЕГОВЭ КЪЫЗЭРЫТХУИГЪЭГЪУР ЛЪАПІЭУ ФЛЪЫТЭ

18. Иеговэ къызэрытхуигъэгъум теухуа щапхъэхэр зэпкърытха иужь сыт дэ къэтщІар? («Иеговэ дапхуэдэу зэригъэгъур?» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

18 Иеговэ къызэрытхуигъэгъум теухуа щапхъэхэр зэпкърытха иужь сыт дэ къэтщІар? Иеговэ ди гуэныхьхэр щигъэгъум деж нэгъэсауэ егъэгъу икІи абыхэм щхьэкІэ къэкІуэну зэманым абы тезыр къызэрыттримылъхьэнум дэ шэч лъэпкъ къытедмыхьэми хъунущ. Абы и фІыгъэкІэ уафэм щыІэ ди Адэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъыфынущ. Ауэ дэ зыщыдгъэгъупщэкъым Иеговэ къызэрытхуигъэгъур тыгъэу зэрыщытыр. А тыгъэр дэ къэдлэжьакъым, атІэ Иеговэ къытхуиІэ лъагъуныгъэшхуэмрэ гущІэгъумрэ къыхэкІкІэ къыдиту аращ (Рим 3:24).

Мы статьям зи гугъу ищІ щапхъэхэр. Коллаж «Абы ди гуэныхьхэр Іуех»: 1) «Тщхьэщихащ»: къуэшым и плІэм телъ къэп хьэлъэр Іэм трех; 2) «КъуэкІыпІэмрэ къухьэпІэмрэ зэрызэпэжыжьэм хуэдэу»: дыгъэ къухьэгъуэ; 3) «Уэ си гуэныхьхэр псори уи щІыбагъымкІэ зэбдзэкІащ»: къэп хьэлъэшхуэр уафэм щыІэ Иеговэ и тахътэм и щІыбагъымкІэ иредзэкІ; 4) «Ди гуэныхьу хъуар хым и куупІэм хэбдзэнущ»: къэпышхуэр хым и лъащІэм щІотІысыкІ. Коллаж «Абы ди гуэныхьхэр кІэрегъэкІыж»: 1) «Фи гуэныхьхэр щэкІ плъыжьыбзэм хуэдэу щытми, уэсым хуэдэу, хужьыбзэ хъунущ»: шыпхъум и плІэ хужьым плъыжьыбзэу пжьыгъэшхуэ илъщ. ИужькІэ бжьыгъэ илъауэ умыщІэжыну а плІэ дыдэр шыпхъум щыгъщ; 2) «Мыхъуну тщІар къытхуэгъэгъу»: тхылъымпІэ напэр Іэм зэфІетхъ. А зэманым къуэшым и гурыщІэхэр Иеговэ хуеІуатэ; 3) «Тхьэм фэ гуэныхьу фщІахэр къыфхуигъэгъун щхьэкІэ»: тхылъымпІэ напэм тетыр Іэм губкэ псыфкІэ кІрегъэкІыж; 4) «Сэ уэ уи щІэпхъаджагъэхэр тезгъэкІыжынущ, пшэм игъэпщкІуам хуэдэу щІэсхъумэнущ»: пшэ Іувхэр. Коллаж «Абы езымрэ дэрэ ди зэхуаку зэхущытыкІэфІ делъхьэж»: 1) «Я гуэныхьхэр зэи сигу къэзгъэкІыжынукъым»: къуэшыр уафэм доплъей; 2) «Тхьэм гуэныхь щІэным фыкъыІэщІихыжри, щхьэхуит фищІыжащ»: Іэхъулъэхъур Іэм зэпеч; 3) «И уІэгъэхэм дагъэхъужащ»: Хьисэ хьэзабым и пкъом фІэлъщ; адрей сурэтым къыщыгъэлъэгъуащ къуэшыр паркым ису Алыхьым лъэІукІэ зэрызыхуигъазэр.

19. 1) Иеговэ фІыщІэ щІыхуэтщІым и щхьэусыгъуэр сыт? (Рим 4:8). 2) КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?

19 Къеджэ Рим 4:8. Иеговэ, ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъум щхьэкІэ дэ абы фІыщІэшхуэ худощІ! (Пс. 130:4). Ауэ абы къытхуигъэгъун щхьэкІэ дэ Хьисэ и псалъэхэм дытетын хуейщ. Абы жиІащ: «ЦІыхухэм мыхъумыщІагъэу къыващІар яхуэвмыгъэгъумэ, фи Адэ лъапІэм фэри мыхъумыщІагъэу фщІар къыфхуигъэгъунукъым» (Мт. 6:14, 15, ДЩІ). Аращи, мыхьэнэшхуэ иІэщ Иеговэ щапхъэ тетхыу адрейхэм яхуэдгъэгъуным. АбыкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми къыкІэлъыкІуэ статьям къыщытщІэнущ.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Иеговэ ди гуэныхьхэр зэрыІуихыр дапхуэдэу Библием къызэрыщыгъэлъэгъуар?

  • Иеговэ ди гуэныхьхэр зэрыкІэригъэкІыжыр дапхуэдэу Библием къызэрыщыгъэлъэгъуар?

  • Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур сыт лъапІэу щІэплъытэр?

46 УЭРЭДЫР ФІыщІэ пхудощІ, Иеговэ

a ЖуртыбзэкІа тха тхыгъэхэм мы едзыгъуэм ит псалъэхэр мыпхуэдэуи зэбдзэкІ хъунущ: «Нэгъэсауэ зыгъэгъур уэращ». Абы къокІ Иеговэ зэригъэгъум хуэдэу зыми игъэгъуну зэрыхузэфІэмыкІынур.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын