ГъащІэ мыухыж уиІэу щІылъэм ущыпсэуфынущ
СЫТУ ГУГЪЭ ДАХЭ АР! ДыкъэзыгъэщІа Алыхьым дыкъегъэгугъэ дыщыпсэу щІылъэм гъащІэ мыухыж къыщыдитыну. Ауэ куэдым ар я фІэщ хъукъым. Апхуэдэ цІыхухэм жаІэ: «Дэтхэнэ зы цІыхуми лІэныгъэр къыпэщылъщ. МылІэжын дунейм теткъым». НэгъуэщІхэм зэрабжымкІэ, гъащІэ мыухыж диІэнущ, ауэ ар щыдгъуэтынур щІылъэракъым, атІэ уафэращ. Уэ абы дауэ уеплърэ?
ЯпэщІыкІэ Библием мыпхуэдэ упщІищым ирит жэуапхэм еплъ: Алыхьым цІыхум ирита зэфІэкІхэм дауэ къызэрагъэлъагъуэр цІыхур зэман дапщэкІэ псэун хуейми? ЩІылъэмрэ цІыхухэмрэ теухуауэ Алыхьым сыт и мурадыр? Сыт цІыхухэр щІэлІэр?
ЦІЫХУМ ХУЭДЭ ЩЫІЭКЪЫМ
Алыхьым щІылъэм къыщигъэщІахэм щыщу цІыхум хуэдэ зыри щыІэкъым. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыху закъуэрат Алыхьым езым хуэдэу къигъэщІар (ЩІэдзапІэ 1:26, 27). НэгъуэщІу жыпІэмэ, Алыхьым езым хэлъ хьэл-щэнхэм хуэдэ цІыхум хилъхьащ. Абыхэм ящыщщ лъагъуныгъэмрэ захуагъэмрэ.
Абы нэмыщІ цІыхухэм гупсысэну, Іеймрэ фІымрэ зэхагъэкІыну зэфІэкІ яІэщ икІи абыхэм Алыхьыр къалъыхъуэ. Аращ дэ Дунеишхуэм и инагъым, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм, сурэт дахэхэм, макъамэм икІи поэзием дыщІыдихьэхыр. Нэхъапэращи, цІыху закъуэращ Алыхьым теухуауэ щІэныгъэ зэзыгъэгъуэтыфыр икІи Абы гъунэгъу хуэхъуфыр. А псор щыхьэт тохъуэ цІыхумрэ псэущхьэмрэ егъэлеяуэ зэрызэщхьэщыкІым.
Егупсысыт: илъэс бжыгъэ пыухыкІа гуэркІэ фІэкІа дымыпсэун хуейуэ щытамэ, Алыхьым апхуэдиз зэфІэкІыр къытхилъхьэнут? Алыхьым апхуэдиз зэфІэкІ гъэщІэгъуэнхэр къыщІыдитар гъащІэ мыухыж диІэу щІылъэм дыщыпсэун щхьэкІэщ.
АЛЫХЬЫМ И МУРАДЫР
ЦІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щигъэпсэуну Алыхьым и гущхьэм къэмыкІыххауэ жызыІи щыІэщ. Ахэр зэреплъымкІэ, цІыхухэр щІым зы зэман кІэщІкІэ щопсэу, Алыхьым абыхэм гъэунэхуапІэхэр ярет, иужькІэ и гъусэу псэуну зыхуэфащэхэр уафэм дрешеиж. Ар пэжмэ, гузэвэгъуэ, насыпыншагъэ щыІэхэмкІэ Алыхьыращ къуаншэр. Ауэ Алыхьым и хьэл-щэнхэр пщІэмэ, апхуэдэу уегупсысыну зы Іэмал закъуи щыІэкъым. Тхыгъэ ЛъапІэм Алыхьым теухуауэ мыпхуэдэу щыжыІащ: «Абы и гъуэгуу хъуар захуагъэм тетщ. Ар — пэжагъ зыхэлъ Алыхьщ, абы хабзэншагъэ зэрихьэркъым, абы захуагъэрэ пэжагърэ хэлъщ» (Второзаконие 32:4).
ЩІым хуиІэ мурадыр Алыхьым и Псалъэм щыжиІащ: «Уафэр Иеговэ ейщ, щІыр абы цІыхухэм яритащ» (Псалом 115:16). Зэрытлъагъущи, Алыхьыр хуейщ ди ЩІылъэ дахэр сыт щыгъуи цІыхухэм я унэу щытыну. Аращ гъащІэ мыухыж диІэн папщІэ дызыхуэныкъуэ псомкІэ щІылъэр Алыхьым щІигъэнщІар (ЩІэдзапІэ 2:8, 9).
«Уафэр Иеговэ ейщ, щІыр абы цІыхухэм яритащ» (Псалом 115:16)
Алыхьым цІыхухэм яхуиІэ мурадми теухуауэ Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ. Алыхьым япэ цІыхуитІым мыпхуэдэ къалэн яритащ: «ЩІылъэм тез фыхъуи, ар къэвгъэІурыщІэ, тепщэ фахуэхъу... щІылъэм тет псэущхьэ псоми» (ЩІэдзапІэ 1:28). ЦІыхухэм щІыр дахэу зэрахьэну икІи зэрыщІыналъэу жэнэт ящІыну Алыхьым къалэну яхуигъэуващ. Апхуэдэу, Іэдэмрэ Хьэуарэ, абыхэм къатехъукІахэри я гъусэу, щыпсэун хуеяр щІылъэрат, атІэ уафэратэкъым!
СЫТ ЦІЫХУХЭР ЩІЭЛІЭР?
Сыт-тІэ цІыхухэр щІэлІэр? Библием зэрыщыжыІамкІэ, Алыхьым и зы мелыІыч гуэр ШейтІан Иблис хъуащ. Ар Иеговэ и мурадым зэран хуэхъуну иужь ихьащ. Дапхуэдэу?
Іэдэн жыг хадэм щыпсэу Іэдэмрэ Хьэуарэ езым и лъэныкъуэр яубыду, Алыхьым пэщІэувэну Иблисым хуигъэушащ. Иблисым Іэдэмрэ Хьэуарэ я фІэщ ищІащ Іеймрэ фІымрэ теухуауэ езыхэм я щхьэм унафэ хуащІыжыну Алыхьым хуитыныгъэ зэраримытамкІэ лей гуэр яриха хуэдэу. Абы щыгъуэ а тІум ШейтІаным и лъэныкъуэр яубыдри, Иеговэ пэщІэувахэщ. Сыт абы къыпэкІуар? Алыхьым зэрыжиІам хуэдэу, лІэныгъэр абыхэм я Іыхьэ хъуащ. ГъащІэ мыухыж яІэу щІылъэм щыпсэуну яІа Іэмалыр япэ цІыхуитІым яфІэкІуэдащ (ЩІэдзапІэ 2:17; 3:1—6; 5:5).
Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым зэрыпэщІэувам къыпэкІуар дэ иджыри къыздэсым зыхыдощІэ. Библием щыжыІащ: «Гуэныхь лэжьыныр дунейм къытехьэну къызыпкърыкІар зы цІыхущ [Іэдэмщ]. Гуэныхьым щІыгъуу лІэныгъэри дунейм къытехьащ. Апхуэдэу, цІыху псоми гуэныхь зэращІам щхьэкІэ лІэныгъэр я Іыхьэ хъуащ» (Рим 5:12). Алыхьым зыгуэр ди натІэм къритхауэ аракъым, атІэ гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ ди Іыхьэ щІэхъуар Іэдэмрэ Хьэуарэщ зи ягъэр.
УЭ ГЪАЩІЭ МЫУХЫЖ УИІЭУ ЩІЫЛЪЭМ УЩЫПСЭУФЫНУЩ
Япэ цІыхуитІым зыкъызэраІэтам щхьэкІэ Алыхьым и мурадхэр ихъуэжакъым. И захуагъэмрэ и лъагъуныгъэмрэ къыхэкІыу гуэныхьымрэ лІэныгъэмрэ дыкъызэрыІэщІихын Іэмал Иеговэ къигъуэтащ. Апостол Паул итхат: «Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ гуэныхь щІэным къыхэкІыр лІэныгъэщ, ауэ Хьисэ Мэссихьу ди Зиусхьэныр ди псэм зэрыщыщым щхьэкІэ Тхьэм къыдит тыгъэшхуэр мыкІуэдыжын гъащІэщ» (Рим 6:23). И лъагъуныгъэм къыхэкІыу Алыхьым «езым и Къуэ закъуэр [Хьисэ Мэссихь] итащ, Тхьэм и КъуэмкІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ дэтхэнэри мыкІуэду къелын икІи мыкІуэдыжын гъащІэ иІэ хъун щхьэкІэ» (Иуан 3:16). Іэдэм тІэщІихар Хьисэ къыдитыжащ, арэзыуэ и гъащІэр къурмэныпхъэу зэритамкІэa.
Куэд мыщІэу Алыхьым щІыналъэр жэнэт ищІыжынущ. Уэри а гъащІэр къыплъысынущ, Хьисэ и псалъэхэм утетмэ: «Куэбжэ зэвымкІэ фыдыхьэ; кІуэдыпІэм и куэбжэр бгъуфІэщ, абы кІуэ гъуэгури гъуэгушхуэщ. А гъуэгум ирикІуэхэр куэд мэхъу. Ауэ гъащІэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащІэщ» (Маттэ 7:13, 14). Аращи, уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ. Сыт уэ пщІэнур?
a Щхьэщэхужым къыпхуихьыну фІыгъуэхэм теухуауэ нэхъыбэ къэпщІэну ухуеймэ, «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ тхылъым, 27-нэ урокым еплъ. Ар Иеговэ и Щыхьэтхэм къыдагъэкІащ. А тхылъыр www.jw.org сайтым къипх хъунущ.