3 ПСАЛЪАЩХЬЭР
Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа?
1. Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа?
АЛЫХЬЫМ мурад дахэ иІэу цІыхур къигъэщІащ. Япэ цІыхухъу Іэдэмрэ япэ цІыхубз Хьэуарэ жыг хадэ дахэр Иеговэ псэупІэ яхуищІат. Алыхьыр хуейт цІыхухэм сабий яІэну, щІыналъэр зэрыщыту жэнэт ящІыну икІи псэущхьэхэм кІэлъыплъыну (ЩІэдзапІэ 1:28; 2:8, 9, 15; 6-нэ Приложением еплъ).
2. 1) Алыхьым иІэ мурадыр Іэмал имыІэу зэригъэзэщІэжынур дэнэ дэ щытщІэр? 2) ГъащІэ мыухыжым теухуауэ сыт Библием щыжыІар?
2 Дауэ уеплърэ, цІыхухэр зэгуэр жэнэтыщІым щыпсэуну пІэрэ? Иеговэ дыкъегъэгугъэ: «Сэ ар си мурадщ икІи ар згъэзэщІэжынущ» (Исаия 46:9—11; 55:11). Алыхьым Іэмал имыІэу и мурадыр игъэзэщІэнущ, абы зэи зыри зэран хуэхъуфынукъым. Иеговэ щІылъэр «пщІэншэу къигъэщІакъым», абы мурад гуэр иІэу ар къигъэщІащ (Исаия 45:18). Ар хуейт ди щІыналъэр цІыхухэм псэупІэ яхуэхъуну. Ауэ сыт хуэдэ цІыхухэра Алыхьым щІылъэм щигъэупсэуну хуейр икІи сыт хуэдизрэ? Библием жеІэ: «ЦІыху Іэдэбхэм [Алыхьым хуэжыІэдаІуэхэм] щІыр щІэину ялъысынущ икІи игъащІэкІэ абы щыпсэунущ» (Псалом 37:29; Апокалипсис 21:3, 4).
3. Нобэрей гъащІэм сыт хуэдэ упщІэм уригъэгупсысрэ?
3 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэ цІыхухэр зауэ екІуэкІхэм, узыфэхэм икІи лІэныгъэм ехь. ДауикІ, аратэкъым Алыхьым и мурадыр. АтІэ сыт къэхъуар? Библие закъуэращ мы упщІэм и жэуапыр къыдэзытыфынур.
АЛЫХЬЫМ И БИЙР
4, 5. 1) Блэр къигъэсэбэпу хэт Хьэуа къепсэлъар? 2) Дапхуэдэу цІыхур дыгъуэгъуакІуэ зэрыхъуфынур?
4 Алыхьым бий иІэщ. Библием ар «иблису икІи шейтІану» жеІэ. Зэгуэр Иблисыр Іэдэн жыг хадэм Хьэуа щепсэлъащ (Апокалипсис 12:9; ЩІэдзапІэ 3:1). Хьэуа епсалъэр блэра фІэкІа умыщІэу ШейтІаным ищІат, ауэ псалъэр езырат. (7-нэ Приложением еплъ.)
5 ШейтІан Иблисыр дэнэ къыздикІар? Ар апхуэдэу Алыхьым къигъэщІауэ пІэрэ? Хьэуэ, къигъэщІакъым! ЯпэщІыкІэ ар мелыІычу щытащ, ауэ иужькІэ ІейкІэ зихъуэжри ШейтІан Иблис хъуащ (Иов 38:4, 7). Дапхуэдэу ар къызэрыхъуар? Ар ебгъэщхь хъунущ цІыхур дыгъуэгъуакІуэ зэрыхъум. ЦІыхур дыгъуэгъуакІуэу къалъхукъым. Зэгуэр ар нэгъуэщІым ей гуэрым ехъуапсэу щІедзэ. Апхуэдэ гупсысэ Іейр и щхьэм нэхъыбэрэ щыкІэрэхъуэху, зэхъуапсэр къызэрищтэным нэхъ дихьэхыу щІедзэ. Апхуэдэу, япэ Іэмал зэригъуэту, нэгъуэщІым и хьэпшып зэхъуэпсар абы къедыгъу. Иджы ар дыгъуэгъуакІуэщ. Ар езыр хуейуэ хъуащ апхуэдэ цІыху, зыми ар хигъэзыхьакъым. (Къеджэ Екъуб 1:13—15; 8-нэ Приложением еплъ.)
6. МелыІычхэм ящыщ зыр дапхуэдэу Алыхьым и бий зэрыхъуар?
6 Зи гугъу тщІа мелыІычми аращ къыщыщІар. Иеговэ Іэдэмрэ Хьэуарэ къигъэщІу, бын къащІэхъуэну къалэн щахуищІам щыгъуэ, а мелыІычыр мыпхуэдэу егупсысауэ къыщІэкІынущ: «ЦІыхуу хъуар Иеговэ хуэмылажьэу, сэ къысхуэлэжьамэ нэхъыфІтэкъэ?!» (ЩІэдзапІэ 1:27, 28). Нэхъыбэрэ ар абы егупсысыху, зэхъуапсэр зэрызыІэригъэхьэным нэхъри дишэхт. ЦІыхухэр зыхуэлэжьэн хуейр Иеговэт, ауэ ШейтІаныр абы ехъуэпсащ. Аращ абы Хьэуа къыщІигъэпцІар. (Къеджэ ЩІэдзапІэ 3:1—5.) Апхуэдэу а мелыІычыр ШейтІан Иблис, е нэгъуэщІу жыпІэмэ Алыхьым и бий хъуащ.
7. 1) Іэдэмрэ Хьэуарэ гъащІэ мыухыжыр щІафІэкІуэдар сыт? 2) Нобэ цІыхухэр жьы щІэхъур икІи щІэлІэжыр сыт?
7 Іэдэмрэ Хьэуарэ жыІэмыдаІуэ хъури, яшх мыхъуну пхъэщхьэмыщхьэм щыщ яшхащ (ЩІэдзапІэ 2:17; 3:6). АбыкІэ абыхэм гуэныхь къахьащ. Иеговэ зэрыжиІам хуэдэу, зэман дэкІри ахэр лІэжащ (ЩІэдзапІэ 3:17—19). Іэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэри гуэныхьыщІэу къалъхуати, иужькІэ лІэжащ. (Къеджэ Рим 5:12.) Іэдэмрэ Хьэуарэ я бынхэр гуэныхьыщІэу дунейм къыщІытехьар къыбгурызыгъаІуэ зы щапхъэ зэпкърытхынщ. ЩІакхъуэ зэрыбгъажьэ тебэм и джабэр иушкумбауэ уи нэгу къыщІэгъэхьэт. АбыкІэ бгъажьэ щІакхъуэри иушкумбауэ щытынущ, пэжкъэ? Іэдэм Алыхьым щемыдэІуам гуэныхьщІакІуэ хъуащ. Дэ псори дыкъызытехъукІыжар Іэдэмщи, мы дунейм «дыушкумбауэ» дыкъытохьэ, е нэгъуэщІу жыпІэмэ дыгуэныхьщІакІуэу. Аращ цІыхухэр жьы дыщІэхъур икІи дыщІэлІэжыр (Рим 3:23; 9-нэ Приложением еплъ).
8, 9. 1) ШейтІаным Іэдэмрэ Хьэуарэ сыт я фІэщ ищІар? 2) Иеговэ зыкъэзыІэтахэр занщІэу щІимыгъэкІуэдар сыт?
8 ШейтІаным Іэдэмрэ Хьэуарэ Алыхьым и жыІэм щІэкІыну хуигъэушащ. АбыкІэ Иеговэ зэрыпэщІэувар къигъэлъэгъуащ абы. ШейтІаныр хуейт Іэдэмрэ Хьэуарэ я фІэщ ищІыну Иеговэ пцІыупсу, пащтыхь мыхьэнэншэу икІи абыхэм яфІ къимылъыхъуэ хуэдэу. ЦІыхухэр Алыхьыншэу псэуфыну икІи Іеймрэ фІымрэ езыхэм зэхагъэкІыфын хуэдэу жиІащ Иблисым. Ар зылъэгъуа Иеговэ сытыт ищІэн хуейр? ЗыкъэзыІэтахэр абы зэуэ игъэкІуэдыфынут. Ауэ абы щыгъуэ Иблисыр зэрыпцІыупсыр наІуэ хъунут? ДауикІ, хъунутэкъым.
9 Иеговэ зыкъэзыІэтахэр занщІэу имыукІыу, я щхьэм унафэ хуащІыжу псэуну зэман яритащ. Зэман дэкІмэ наІуэ хъунут Алыхьыншэу цІыхухэр насыпыфІэу зэрымыпсэуфынур икІи Иблисыр зэрыпцІыупсыр. Мы тхылъым и 11-нэ псалъащхьэр абы нэхъ убгъуауэ топсэлъыхь. Дауэ уеплърэ, Іэдэмрэ Хьэуарэ ящІар тэмэмт? Алыхьым жиІэм емыдаІуэу ШейтІаным и псалъэхэр я фІэщ ящІыну щхьэусыгъуэ абыхэм яІэт? Іэдэмрэ Хьэуарэ яІэ псори къезытар Иеговэт. Псалъэм папщІэ, жэнэт дахэр псэупІэ яхуищІат икІи лэжьыгъэ гъэщІэгъуэн абы щагъэзэщІэну Іэмал яритат. Ауэ ШейтІаным абыхэм зыри яритатэкъым. Іэдэмрэ Хьэуарэ я пІэм уитамэ, сытыт уэ пщІэнур?
10. Дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ унафэ тщІын хуейр?
10 Дэтхэнэ зыми унафэ тщІын хуейщ хэт и лъэныкъуэр дубыдынуми икІи а унафэм ди гъащІэр елъытащ. Дэ дыхуитщ Алыхьым е ШейтІаным и лъэныкъуэр къыхэтхыну. Алыхьым и лъэныкъуэр дубыдмэ, ШейтІаныр зэрыпцІыупсыр наІуэ тщІынущ (Псалом 73:28; къеджэ Притчи 27:11, Гъэсэпэтхыдэхэр). Мы дунейр Иеговэ и ІэмыщІэм илъкъым икІи нобэ Алыхьым хуэжыІэдаІуэр закъуэтІакъуэщ. НтІэ, хэту пІэрэ мы дунейм и тепщэр?
ХЭТ МЫ ДУНЕЙМ И ТЕПЩЭР?
Дунейм тет къэралыгъуэ псори ШейтІаным ейуэ щымытамэ, ахэр Хьисэ иритыну къигъэгугъэфынут?
11, 12. 1) ШейтІаным дунейм тет къэралыгъуэ псори Хьисэ иритыну къызэригъэгугъам сыт къигъэлъагъуэр? 2) Дауэ Библием къызэрыщІигъэщыр мы дунейм и тепщэр зэры-Иблисыр?
11 Хьисэ Мэссихь ищІэт мы дунейм и тепщэр хэтми. Зэгуэр ШейтІаным Хьисэ «дунейм тет къэралыгъуэ псори абыхэм ябгъэдэлъ щытхъури къригъэлъагъури», къигъэгугъащ: «ЩІым зыхэпІубэрэ сэ сыбгъэлъапІэмэ, а псори уэ уэстынущ» (Маттэ 4:8, 9; Лука 4:5, 6). Дунейм тет къэралыгъуэ псори ШейтІаным ейуэ щымытамэ, ахэр Хьисэ иритыну къигъэгугъэфынут? ДауикІ, къигъэгугъэфынутэкъым. Абы къегъэлъагъуэ къэралыгъуэ псори Иблисым и ІэмыщІэ зэрилъыр.
12 «Псори къэзыгъэщІар Иеговэщ, атІэ щхьэ мы дунейр ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ?» — жыпІэу ущІэупщІэфынущ (Апокалипсис 4:11). Пэжщ, псори Алыхьыращ къэзыгъэщІар, ауэ Хьисэ жиІат Иблисыр «мы дунейм и тепщэу» зэрыщытыр (Иуан 12:31; 14:30; 16:11). Апостол Паул жиІат ШейтІан Иблисыр «мы дунейм и тхьэу» зэрыщытыр (2 Коринф 4:3, 4). Апостол Иуани итхауэ щытащ: «Дуней псори шейтІаным и ІэмыщІэ зэрилъри дощІэ» (1 Иуан 5:19).
ДАУЭ ШЕЙТІАНЫМ И ДУНЕЙМ И КІЭУХЫР КЪЫЗЭРЫСЫНУР?
13. Сыт дунеищІэм дыщІыхуэныкъуэр?
13 КІуэ пэтми мы дунейр нэхъыкІэ хъуурэ макІуэ. Мы дунейм къыщекІуэкІ зауэхэм, залымыгъэм, хабзэншагъэм, Іулъхьэ тыным ди гъащІэр гугъу ящІ. Сыт хуэдиз къару ирамыхьэлІами, цІыхухэм ди гугъуехьхэм кІэ иратыфынукъым. Ауэ куэд мыщІэу Алыхьым мы дунейм кІэ иритынущ Армагеддон зауэр къигъэсэбэпу. Абы и пІэкІэ пэжыгъэ здэщыІэ дунеищІэ дахэ иухуэнущ (Апокалипсис 16:14—16; 10-нэ Приложением еплъ).
14. Уафэм щыІэ и Пащтыхьыгъуэм и Пащтыхьу хэт Иеговэ тригъэувар? А Пащтыхьым теухуауэ Библием сытыт щыжыІауэ щытар?
14 Иеговэ уафэм щыІэ и Пащтыхьыгъуэм Хьисэ Пащтыхьу тригъэуващ. Илъэс мин бжыгъэ ипэ Библием щыжыІауэ щытат Хьисэ «мамырыгъэм и Пщыу» зэрыщытынур икІи абы и тепщэныгъэм кІэ зэримыІэнур (Исаия 9:6, 7). Хьисэ а Пащтыхьыгъуэрат зи гугъу ищІар Алыхьым мыпхуэдэу елъэІуну и гъэсэнхэм щажриІам: «Уи Тепщэныгъэшхуэр кърекІуэ. Уэ узыхуейр уафэм зэрыщыхъум хуэдэу, щІылъэми щрехъу» (Маттэ 6:10). Мы дунейм тет къэралыгъуэ псоми я пІэм Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр зэриувэнум мы тхылъым и 8-нэ псалъащхьэр топсэлъыхь. (Къеджэ Даниил 2:44.) Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм щІыр жэнэт ищІыжынущ. (11-нэ Приложением еплъ.)
ДУНЕИЩІЭР ГЪУНЭГЪУЩ!
15. «ЩІылъэщІэ» псалъэм къигъэлъагъуэр сыт?
15 Алыхьым и Псалъэм щыжыІащ: «Щыпкъагъэ здэщыІэ уафэщІэхэри щІылъэщІэри къызэрыунэхужынум дыпоплъэ» (2 Петр 3:13; Исаия 65:17). ЦІыхухэм и гугъу щищІым деж, Библием «щІылъэ» псалъэр къыщигъэсэбэп щыІэщ (ЩІэдзапІэ 11:1). «ЩІылъэщІэ» псалъэм къигъэлъагъуэр Алыхьым и нэфІ зыщыхуэ цІыху пэжхэращ.
16. 1) Алыхьым дунеищІэм щыпсэунухэм сыт хуэдэ тыгъэ яритынур? 2) ГъащІэ мыухыжыр тыгъэу къытлъысын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр?
16 ДунеищІэм щыпсэунухэм теухуауэ Библием щыжыІащ: «Мэссихь дызэригъэгугъар мыкІуэдыжын гъащІэщ» (1 Иуан 2:25). ГъащІэ мыухыжыр тыгъэу къытлъысын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Тхыгъэ ЛъапІэм, Иуан 3:16; 17:3 укъеджэмэ, мы упщІэм и жэуапыр къэбгъуэтынущ. Иджы адэкІэ зэпкърытхынщ жэнэтыщІым щыІэну гъащІэм теухуауэ Библием жиІэр.
17, 18. Мамыру, шынэ дигу къэмыкІыу жэнэтым дызэрыщыпсэунур дэнэ дэ щытщІэр?
17 Бзаджагъэ, зауэ, щІэпхъаджагъэ, залымыгъэ афІэкІа щыІэжынукъым. ЦІыху бзаджэ дунейм тетыжынукъым (Псалом 37:10, 11). «Алыхьым зауэхэр щІы гъунэм нэс» къигъэувыІэнущ (Псалом 46:9; Исаия 2:4). Иеговэ фІыуэ зылъагъу икІи и жыІэм щІэт цІыхухэращ жэнэтым щыпсэунур. Мамырыгъэр щІылъэм сыт щыгъуи тетынущ (Псалом 72:7).
18 Иеговэ и лэжьакІуэхэм шынэ ягу къэкІынукъым. Пасэрей зэманым журт лъэпкъыр Алыхьым и жыІэм щІэтыху, абы шынэ игу къэкІтэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ езы Иеговэ ар къихъумэт (Левит 25:18, 19). Жэнэтым дэ зэи зыми дигъэшынэнукъым. Шынэр зищІысыр дымыщІэу, сыт щыгъуи мамыру дыпсэунущ! (Къеджэ Исаия 32:18; Михей 4:4.)
19. ДунеищІэм ерыскъыр берычэту зэрыщыІэнур сыт ди фІэщ зыщІыр?
19 Ерыскъыр берычэту щыІэнущ. «ЩыІэнущ пэрыхьэту щІакхъуэр дуней псом, бгыщхьэхэм ар берычэту щыІэнущ» (Псалом 72:16). «Ди Алыхьым и нэфІыр къытщыхуэнущ» икІи «щІым и къэуатыр [гъавэр] къыдитынущ» (Псалом 67:6).
20. ЩІыр жэнэт дахэ зэрыхъужынур дэнэ дэ щытщІэр?
20 ЩІыр зэрыщыту жэнэт дахэ хъужынущ. Псоми унэ дахэрэ жыг хадэрэ яІэнущ. (Къеджэ Исаия 65:21—24; Апокалипсис 11:18.) ЩІыр зэрыщыту дахэ хъужынущ, Іэдэн жыг хадэр дахэу зэрыщытам хуэдэу. Иеговэ дызыхуэныкъуэ псори къыдитынущ, сыт щыгъуи и нэІэ къыттригъэтынущ. Алыхьым теухуауэ Библием жеІэ: «КъызэІубохыр уи Іэри, псэ зыІут псоми зыхуэныкъуэр яхубощІэ» (Псалом 145:16).
21. ЦІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ зэгурыІуэу зэрыпсэунур дэнэ дэ щытщІэр?
21 ЦІыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ зэгурыІуэу псэунущ. Псэущхьэхэм я зэран цІыхум афІэкІа зэи екІыжынукъым. Иджыпсту шынагъуэу ябж псэущхьэхэм сабий нэгъунэ щышынэжынукъым. (Къеджэ Исаия 11:6—9; 65:25.)
22. Сыт узыфэхэр афІэкІа щІыщымыІэжынур?
22 Узыфэхэр щыІэжынукъым. Хьисэ Мэссихь щІылъэм щытетам цІыху куэд игъэхъужащ (Маттэ 9:35; Марк 1:40—42; Иуан 5:5—9). ДунеищІэми абы цІыхуу хъуам узыншагъэ быдэ яритынущ. «Зы цІыхуми жиІэнукъым: „Сэ сысымаджэщ“» (Исаия 33:24; 35:5, 6).
23. Ди лІахэм теухуауэ сыт хуэдэ гугъэ диІэр?
23 ЛІахэр къэтэджыжынущ. Дунейм ехыжа цІыху мелуанхэр къигъэтэджыжыну Алыхьым дыкъегъэгугъэ. «Щыпкъагъэ зиІи зимыІи Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сыщогугъ». (Къеджэ Иуан 5:28, 29; Апостолхэм 24:15.)
24. Жэнэтым ущыпсэуну ухуейт?
24 Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэту, абы пэжу дыхуэлэжьэну хьэмэрэ дэ езыр дызэрыхуейм хуэдэу дыпсэуну? Мы упщІэм теухуауэ дэтхэнэ зыми унафэ ищІын хуейщ. Иеговэ дыхуэлэжьэну унафэ тщІымэ, дэ гъащІэ дахэ къытлъысынущ. Хьисэ Мэссихь лІэн ипэ къыбгъэдэт пкъом фІэлъ цІыхухъур къигъэгугъащ: «Жэнэтым ущызигъусэнущ» (Лука 23:43). Хэт хъуну Хьисэ Мэссихь? Алыхьым ар къигъэсэбэпу дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр дауэ зэригъэзэщІэжынур? Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ псалъащхьэм нэхъыбэ къыщыпщІэнущ.