ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp21 № 2 н. 13—15
  • ДунеищІэр къэсыпащ!

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ДунеищІэр къэсыпащ!
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • Дуней псом зы правительствэщ щыІэнур
  • Дунейм тет цІыху псори зэкъуэту псэунущ
  • ЦІыхумрэ природэмрэ я зэхуаку мамырыгъэ дэлъынущ
  • Ерыскъыр пэрыхьэту щыІэнущ икІи псоми узыншагъэ быдэ яІэнущ
  • Шынагъэ щымыІэжу мамыр хъужа дуней
  • Псоми унэ дахэрэ лэжьыгъэ гъэщІэгъуэнрэ яІэнущ
  • ЩІэныгъэ нэхъыфІ дыдэр
  • ГъащІэм кІэ иІэнукъым
  • Сыт хуэдэ мурад Алыхьым мы щІылъэм хуиІэр?
    Сыт къытхуигъэувыр Алыхьым?
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу щІылъэм ущыпсэуфынущ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Алыхьым щІылъэм сыт хуэдэ мурад хуиІэр?
    Алыхьым къыбгъэдэкІ хъыбарыфІыр
  • Сыт хуэдэ мурад иІэу Алыхьым цІыхухэр къигъэщІа?
    Тхыгъэ ЛъапІэм итыр сыт?
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2021
wp21 № 2 н. 13—15
ЖэнэтыщІым щыпсэу зэщхьэгъусэхэм я унэм и балконым иту я ныбжьэгъухэм Іэ хуащІ.

Куэд мыщІэу щыІэну гъащІэ дахэм иджыпсту щыщІэдзауэ зыхуэбгъэхьэзыр хъунущ

Сыт хуэдэ гъащІэ дунеищІэм щыІэнур?

Алыхьым щІылъэр къыщІигъэщІар цІыхуфІхэм гъащІэ мыухыж яІэу абы щыпсэун щхьэкІэщ (Псалом 37:29). Абы япэ цІыхуитІым — Іэдэмрэ Хьэуарэ — Іэдэн жыг хадэр псэупІэ дахэу яритащ. Алыхьым и унафэм тету, ахэри абыхэм я щІэблэри ди щІыналъэм кІэлъыплъын хуейт (ЩІэдзапІэ 1:28; 2:15).

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, нобэрей дунейр жыжьэу бгъэдыхьэркъым Алыхьым и мурадымкІэ щыІэн хуея жэнэтым. Ауэ Алыхьыр и мурадым хущІегъуэжакъым. Дапхуэдэу абы и мурадыр зэригъэзэщІэжынур? Мыбы ипэ къихуэ статьяхэм къызэрыщытщІащи, Алыхьым щІыр игъэкІуэдыжынукъым, атІэ ар къыхуэпэж цІыхухэм псэупІэ дахэу яритынущ. Сыт хуэдэ гъащІэ а зэманым щыІэнур?

Дуней псом зы правительствэщ щыІэнур

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр уафэм щыІэщ икІи ар куэд мыщІэу цІыху псоми я правительствэу щытынущ. А зэманым щІыр жэнэт дахащэ хъужынурэ, абы щыпсэуну цІыхухэм я зэхуаку гуфІэгъуэрэ мамырыгъэ дэлъынущ. Алыхьым Хьисэ щІым и тепщэу щытыну тригъэуващ. Нобэ тепщэныгъэ зиІэхэм елъытауэ, Хьисэ и лъабжьэ щІэт цІыхухэм яфІ сыт щыгъуи къилъыхъуэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы Алыхьымрэ цІыхухэмрэ фІыуэ елъагъу. Ар гущІэгъурэ захуагъэрэ зыхэлъ ПащтыхьыфІу щытынущ (Исаия 11:4).

Дунейм тет цІыху псори зэкъуэту псэунущ

ЖэнэтыщІым щыпсэу зэныбжьэгъухэр.

ДунеищІэм щыпсэуну цІыхухэр лъэпкъ-лъэпкъкІэ гуэшауэ щымыту, псори зы лъэпкъыу щытынущ (Апокалипсис 7:9, 10). ЦІыхухэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъуу икІи я зэхуаку лъагъуныгъэ дэлъу псэунущ. Абыхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ унафэр зэгъусэу ягъэзэщІэнущ — унэ тынш яхуэхъуа ди планетэм кІэлъыплъынущ (Псалом 115:16).

ЦІыхумрэ природэмрэ я зэхуаку мамырыгъэ дэлъынущ

Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр щІылъэ псом и тепщэ хъуа нэужь, природэр зэрыщыту Алыхьым и ІэмыщІэм илъынущ икІи абы псори зэрыщытын хуейм хуэдэу зэтригъэувэжынущ (Псалом 24:1, 2). Зэгуэр Хьисэ борэнышхуэр игъэсэбырыжауэ щытащ. Абы и дежкІэ ар тыншт. Апхуэдэу Хьисэ къигъэлъэгъуащ Алыхьым кърита къарум и инагъыр (Марк 4:39, 41). Хьисэ и тепщэныгъэм щІэтыну цІыхухэр гузэвэгъуэшхуэ гуэр къэхъунущ жаІэу шынэнукъым. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм цІыхумрэ природэмрэ я зэхуаку дэлъын хуей мамырыгъэри дилъхьэжынущ (Осия 2:18).

Ерыскъыр пэрыхьэту щыІэнущ икІи псоми узыншагъэ быдэ яІэнущ

Дэтхэнэ зы цІыхуми узыншагъэ быдэ иІэнущ. Зыри сымэджэнукъым, жьы хъунукъым икІи лІэжынукъым (Исаия 35:5, 6). ЦІыхухэр щыпсэуну дунейр къабзэу, Іэдэмрэ Хьэуарэ щыпсэуа Іэдэн жыг хадэм ещхьу дахэу щытынущ. ДунеищІэм щІыгулъ пшэрым гъавэ бэв къыдитынущ, псоми ерыскъыр пэрыхьэту яІэн щхьэкІэ (ЩІэдзапІэ 2:9). Пасэрей зэманым Алыхьым и лъэпкъыу щыта Израил лъэпкъым «и ныбэ из хъуху щІакхъуэр ишхт», дунеищІэми псоми апхуэдэ Іэмал яІэнущ (Левит 26:4, 5).

Пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкІ зэмылІэужьыгъуэхэмрэ щІакхъуэ ІэфІымрэ.

Шынагъэ щымыІэжу мамыр хъужа дуней

Алыхьым и правительствэр дуней псом и тепщэ хъуа нэужь, цІыхухэр псори мамыру зэдэпсэунущ икІи абыхэм я зэхуаку гуапагъэрэ захуагъэрэ дэлъынущ. Зауэ афІэкІа щыІэжынукъым. Зи тепщэныгъэр тэмэму къэзымыгъэсэбэп цІыхухэри Алыхьым игъэкІуэдыжынущ. ЦІыхухэр афІэкІа гугъу ехьын хуей хъунукъым, зыхуэныкъуэ дыдэр зрагъэгъуэтын щхьэкІэ. Библием щыжыІащ: «Дэтхэнэ зыри и жызум лъабжьэмрэ и ахъо лъабжьэмрэ щІэсыжынущ, икІи ахэр зыми игъэшынэнукъым» (Михей 4:3, 4).

Псоми унэ дахэрэ лэжьыгъэ гъэщІэгъуэнрэ яІэнущ

Дэтхэнэ зы унагъуэми езым и унэ иІэнущ икІи и унэр фІэкІуэдынкІэ зыри шынэнукъым. ГуфІэгъуэ къыпхуэзыхь лэжьыгъэ псоми яІэнущ. Библием зэрыжиІэмкІэ, дунеищІэм щыпсэунухэр «пщІэншэу лэжьэнукъым» (Исаия 65:21—23).

ЩІэныгъэ нэхъыфІ дыдэр

Библием зэрыжиІэмкІэ, «щІылъэр Иеговэ теухуа щІэныгъэмкІэ гъэнщІауэ щытынущ» (Исаия 11:9). Алыхь Иеговэ и Іущагъым щІэи гъуни иІэкъым икІи дунеищІэм щыпсэуну цІыхухэм Іэмал яІэнущ абы и деж щеджэну. Псалъэм папщІэ, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ абыхэм куэд къащІэнущ, ауэ зыми и щІэныгъэр тригъэкІуэдэнукъым Іэщэ щІыным е нэгъуэщІ зыгуэркІэ цІыхухэм зэран хуэхъуным (Исаия 2:4). ЦІыхухэм я къарури я гупсысэхэри етауэ щытынущ я зэхуаку мамырыгъэ дэлъу псэуным икІи ди щІыналъэм фІыуэ кІэлъыплъыным (Псалом 37:11).

ГъащІэм кІэ иІэнукъым

Ди гъащІэм и дэтхэнэ зы махуэми гуфІэгъуэрэ гупсэхугъуэрэ къытхуихьын щхьэкІэ, Алыхьым щІылъэр къыщигъэщІым къаруушхуэрэ лъагъуныгъэшхуэрэ хилъхьащ. Иеговэ хуейщ цІыхухэр зэи мылІэжу, гъащІэ мыухыж яІэу псэуну (Псалом 37:29; Исаия 45:18). И мурадыр гъэзэщІа хъун щхьэкІэ, Алыхьым лІэныгъэм кІэ къыхуигъэкІуэнущ (Исаия 25:8). Библием итщ: «ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым» (Апокалипсис 21:4). Дунейм и кІэухым къелынухэм ямызакъуэу, лІахэм къахэтэджыкІыжынухэри щІылъэм щыпсэунущ. Алыхьым абыхэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуну Іэмал яритынущ. Ар уасэ зимыІэ тыгъэщ (Иуан 5:28, 29; Апостолхэм 24:15).

Къэтэджыжахэм я благъэхэмрэ я ныбжьэгъухэмрэ ІэплІэ хуащІ.

Куэд мыщІэу Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм зэхъуэкІыныгъэ куэд къихьынущ, икІи мелуан бжыгъэ хъу цІыхухэм иджыпсту щыщІэдзауэ а гъащІэ дахэм зыхуагъэхьэзыр. Ахэр цІыху дагъуэншэу щыткъым, ауэ абыхэм къару куэд ирахьэлІэ Алыхьым дунеищІэм щилъэгъуну хуей цІыху хъун щхьэкІэ. Абы щхьэкІэ абыхэм Алыхь Иеговэрэ абы и Къуэ Хьисэ Мэссихьрэ теухуа щІэныгъэ зрагъэгъуэт (Иуан 17:3).

Мы дунейм и кІэухым укъелын икІи апхуэдизу гъунэгъу хъуа дунеищІэм ущыпсэун щхьэкІэ сыт пщІэн хуейми къащІэ. Иеговэ и Щыхьэтхэм елъэІу «ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу!» жыхуиІэ интерактивнэ курсымкІэ Библием пщІэншэу урагъэджэну.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын