ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • wp18 № 2 н. 10—11
  • ГъэзэщІа хъуну Алыхьым и псалъэхэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ГъэзэщІа хъуну Алыхьым и псалъэхэр
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • АЛЫХЬЫМ ЗЭИ ПЦІЫ ИУПСКЪЫМ
  • Алыхьым и ныбжьэгъухэр Жэнэтым щыпсэунущ
    Уэ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуфынущ!
  • КъэкІуэну зэманым Алыхьым цІыхухэм сыт яхуищІэнур?
    ХъумакІуэ чэщанэм Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыр егъэІу (ягуэш журналыр) 2019
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (ягуэшыр) 2018
wp18 № 2 н. 10—11

ГъэзэщІа хъуну Алыхьым и псалъэхэр

Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр нобэ дуней псом щагъэІу (Маттэ 24:14). А Пащтыхьыгъуэр Алыхьым и правительствэу зэрыщытыр Библием, Даниил тхылъым щыжыІащ. А тхылъым и етІуанэ псалъащхьэм щыжыІащ пасэм щыІа Бабилэным къыщегъэжьауэ ди зэманым нэс дуней псом щытепщэ пащтыхьыгъуэхэм зым адрейр зэрихъуэжынур. Къытпэщылъым теухуауэ 44 едзыгъуэм щыжыІащ:

«Уафэм щыІэ Алыхьым зэи мыкъутэжыну пащтыхьыгъуэ игъэувынущ. А пащтыхьыгъуэр нэгъуэщІ лъэпкъхэм иратыжынукъым. Абы зэтрикъутэнущ икІи зэтригъэщэхэнущ пащтыхьыгъуэ псори, ауэ езыр игъащІэкІэ щытынущ».

Мы псалъэхэми Библием ит ди къэкІуэнум тепсэлъыхь нэгъуэщІ псалъэхэми къыдгурагъаІуэ цІыхухэм я правительствэхэм ипІэкІэ Алыхьым езым и Пащтыхьыгъуэр зэрытригъэувэнур. Абы цІыхухэм мамырыгъэрэ насыпрэ яритынущ. А Пащтыхьыгъуэм и зэманым сыт хуэдэ гъащІэ цІыхухэм яІэнур? Мис Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ псалъэхэм щыщу языныкъуэхэр.

  • ЗАУЭХЭР ЩЫІЭЖЫНУКЪЫМ

    Псалом 46:9: «[Алыхьым] зауэхэр щІы гъунэм нэс къегъэувыІэ, шабзэр зэпещІыкІ икІи мыжурэр екъутэ, зауэм хуэщІа шыгухэр мафІэкІэ егъэс».

    Уи нэгу къыщІэгъэхьэт цІыхухэм Іэщэ ящІыным трагъэкІуадэ псор цІыхухэм ядэІэпыкъуным трагъэкІуадэу щІадзэмэ, дунейр сыт хуэдэ хъунуми! Абы щыгъуэ цІыхухэр яукІынукъым, атІэ яфІ къалъыхъуэ зэпыту щытынущ. Алыхьым и Пащтыхьыгъуэр дуней псом и тепщэу щыщытыну зэманым апхуэдэ гъащІэ тлъэгъунущ.

  • УЗЫФЭХЭР ЩЫІЭЖЫНУКЪЫМ

    Исаия 33:24: «Зы цІыхуми жиІэнукъым: „Сэ сысымаджэщ“».

    Уи нэгу къыщІэгъэхьэт гууз, рак, диабет, нэгъуэщІ узыфэхэри щымыІэжу! Сымаджэщхэмрэ хущхъуэхэмрэ дыхуеижынукъым. Алыхьыр хуейщ дэтхэнэ зыми узыншагъэ быдэ тыгъэу къыдитыну!

  • МЭЖЭЩІАЛІЭХЭР ЩЫІЭЖЫНУКЪЫМ

    Псалом 72:16: «ЩыІэнущ пэрыхьэту щІакхъуэр дуней псом, бгыщхьэхэм ар берычэту щыІэнущ».

    ЩІым ерыскъыр хуиту цІыхухэм яритынущ икІи мэжалІи шхын зыхуримыкъуи щыІэжынукъым.

  • УЗ, ГУАУЭ, ЛІЭНЫГЪЭ ЩЫІЭЖЫНУКЪЫМ

    Апокалипсис 21:4: «[Алыхьым] абыхэм я нэхэм нэпс псори ящІилъэщІыкІыжынущ. ЛІэныгъэри, щыгъуэныгъэри, гъынри, узыфэхэри щыІэжынукъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ блэкІа Іуэхухэр щыІэжкъыми».

    ЦІыхухэм узыншагъэ быдэ яІэу щІылъэм щыІэну жэнэтым игъащІэкІэ щыпсэунущ! АбыкІэ дыкъэзыгъэгугъэр фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Алыхь Иеговэщ.

АЛЫХЬЫМ ЗЭИ ПЦІЫ ИУПСКЪЫМ

Зи гугъу тщІа псор таурыхъыу къыпщымыхъуу пІэрэ? Апхуэдэ гъащІэ дахэм дэтхэнэ цІыхуми и гур щІохъуэпс, ауэ цІыхухэм гъащІэ мыухыж яІэу псэуфыну я фІэщ хъукъым. Ар гъэщІэгъуэнкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ мыухыж гъащІэ зиІэ цІыху нобэ зыри щыІэкъым.

Гуэныхьымрэ ажалымрэ игъащІэ лъандэрэ зэрыщыІэм щхьэкІэ, нобэ къэхъу гузэвэгъуэхэр цІыхухэм тэмэм гуэру ялъытэ. Ауэ ди Алыхь Иеговэ апхуэдэ гъащІэтэкъым тхуигъэхьэзырар.

Алыхьым дыкъызэригъэгугъа псалъэхэр ди фІэщ тщІын папщІэ, езым мыпхуэдэу жиІащ: «Апхуэдэу си жьэм къыжьэдэкІа си псалъэм си деж къигъэзэжынукъым гъэзэщІа мыхъуауэ, атІэ сызыхуейр игъэзэщІэнущ икІи сэ щІэзгъэкІуар ищІэнущ» (Исаия 55:11).

Библием зэрыжиІэмкІэ, Иеговэ пцІы къыбгъэдэкІкъым (Тит 1:2). ГъащІэ дахэ къытпэщылъыу Алыхьым щыжиІэкІэ, мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсыс хъунущ: пэж дыдэу цІыхухэр щІым щыІэну жэнэтым ису игъащІэкІэ псэуфыну? Алыхьым дыкъызэригъэгугъэ гъащІэр къытлъысын щхьэкІэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Абы теухуауэ къыкІэлъыкІуэ напэкІуэцІым къыщыпщІэнущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын