Уи къэкІуэныр зэлъытар уэращ!
УИ КЪЭКІУЭНЫР УЭ ЗЫГУЭРКІЭ УЭЛЪЫТАУЭ ПІЭРЭ? Языныкъуэхэм зэрабжымкІэ, Алыхьым ди натІэм псори иритхащи, ди къэкІуэныр дэ езым зыкІи дэлъытакъым. Апхуэдэ цІыхухэм мурад ящІахэр къащемыхъулІэм деж, я Іэр ирадзых. «Сыт сщІэн? Си натІэ хъунт ар!» — жаІэ абыхэм.
НэгъуэщІхэм хабзэншагъэрэ лей зехьэнрэ къащылъэІэсым деж, гузэрыдзэ ящІ. Абыхэм я гъащІэр нэхъыфІ ящІыну иужь итауэ къыщІэкІынщ, ауэ мыпхуэдэ Іуэхугъуэхэр зэран къахуэхъут: зауэр, гузэвэгъуэшхуэр е сымаджэныгъэр. Апхуэдэ цІыхухэр мыпхуэдэу егупсысыфынущ: «Сыт къару есхьэлІэкІэ? Армырами псори сфІэкІуэдынущ».
Пэжщ, къытщыщІ Іуэхугъуэхэм ди гъащІэр яхъуэжыфынущ (Экклезиаст 9:11). Ауэ Алыхьым пхуигъэхьэзыра гъащІэр къыплъысынрэ къыплъымысынрэ уэращ зэлъытар. Библиер абы щыхьэт зэрытехъуэм еплъыт.
Алыхьым къызэригъэгугъа щІыналъэр журтхэм къалъысын ипэ бегъымбар Мусэ абыхэм Иеговэ и псалъэхэр яжриІащ: «ГъащІэмрэ ажалымрэ, нэфІымрэ нэлатымрэ ухызогъадэ. Къыхэх гъащІэр, уи щІэблэмрэ уэрэ фыпсэун щхьэкІэ, уи Алыхь Иеговэ фІыуэ плагъуу, и макъым уедаІуэу икІи абы пэжу укъыхуэнэу» (Второзаконие 30:15, 19, 20).
«ГъащІэмрэ ажалымрэ, нэфІымрэ нэлатымрэ ухызогъадэ. Къыхэх гъащІэр» (Второзаконие 30:19)
Алыхьым журтхэр гъэру здэщыІа Мысырым къришыжри, хуитыныгъэ яІэу насыпыфІэу щІыналъэ дахэм щигъэпсэуну къигъэгугъащ. Ауэ абы къикІтэкъым а гъащІэр езыр-езыру абыхэм къалъысыну. Абыхэм «гъащІэр къыхахын» хуейт. Дапхуэдэу? Абыхэм Алыхьыр фІыуэ ялъагъун, жиІэм едэІуэн икІи хуэпэжу къэнэн хуейт.
Нобэ дэ тщыщ дэтхэнэми апхуэдэ унафэ ищІын хуейуэ жыпІэ хъунущ икІи тщІы унафэм ди къэкІуэныр елъытащ. Дэри «гъащІэр къыхэтхын» щхьэкІэ — жэнэт хъужа щІылъэм щыІэну гъащІэ мыухыжыр,— Алыхьыр фІыуэ тлъагъун, абы жиІэм дедэІуэн икІи хуэпэжу дыкъэнэн хуейщ. А лъэбакъуищыр зэрызу зэпкърытхынщ.
АЛЫХЬЫР ФІЫУЭ ЛЪАГЪУ
Лъагъуныгъэр — Алыхьым и хьэл-щэн нэхъыщхьэщ. Апостол Иуан итхащ: «Тхьэр езыр фІылъагъуныгъэщ» (1 Иуан 4:8). Алыхьым и унафэхэм щыщу нэхъыщхьэ дыдэм теухуауэ Хьисэ къыщеупщІам, абы мыпхуэдэу жиІащ: «Уэ уигу псомкІи, уи псэ псомкІи, уи зэхэщІыкІ псомкІи Зиусхьэну уи Тхьэр фІыуэ лъагъу» (Маттэ 22:37). Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэм лъабжьэ хуэхъун хуейр шынэракъым, атІэ лъагъуныгъэращ. Ауэ сыт Алыхьыр фІыуэ щІэтлъагъун хуейр?
Иеговэ цІыхухэм яхуиІэ лъагъуныгъэр ебгъэщхь хъунущ адэ-анэм я бынхэм хуаІэ лъагъуныгъэм. Я бынхэм яфІ къызэралъыхъуэм къыхэкІыу, лъагъуныгъэ зыхэлъ адэ-анэхэм я сабийхэр ягъасэ, ядоІэпыкъу икІи ирагъаджэ. Апхуэдэ адэ-анэхэр я бынхэм сыткІэ щыгугърэ? Ахэр хуейщ я сабийхэм фІыуэ къалъагъуну икІи я чэнджэщхэм едэІуэну. Мы щапхъэм къегъэлъагъуэ уафэм щыІэ ди Адэм къытхуищІэ псор фІыщІэ зэрытщІын хуейр. Аращ Иеговэ къызэрытщыгугъыр!
АЛЫХЬЫМ ЖИІЭМ ЕДАІУЭ
Алыхьым дедэІуэн жиІэмэ къикІыр — абы жиІэр дгъэзэщІэн зэрыхуейращ. ДауикІ, дэ нобэ Алыхьым и макъыр зэхэтхкъым, ауэ абы и Псалъэ Библием деджэ хъунущ икІи абы итым дытету дыпсэуфынущ (1 Иуан 5:3).
Алыхьым и жыІэм щІэтыным мыхьэнэшхуэ зэриІэм теухуауэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІащ: «ЩІакхъуэ къудейкъым цІыхур зэрыпсэунур, атІэ дэтхэнэ псалъэу Тхьэм къыбгъэдэкІырщ» (Маттэ 4:4). ЦІыхур шхыным зэрыхуэныкъуэм хуэдэу, псэун щхьэкІэ Алыхьым теухуауэ щІэныгъэми хуэныкъуэщ. Уеблэмэ, Алыхьым теухуа щІэныгъэр шхыным нэхърэ нэхъапэщ. Сыт апхуэдэу жыпІэ щІэхъунур? Пащтыхь Сэлмэн жиІат: «Іущагъым ахъшэм хуэдэу укъехъумэ, ауэ щІэныгъэмрэ Іущагъымрэ куэдкІэ нэхъыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр зэзыгъэгъуэтахэм я гъащІэр къахъумэ» (Экклезиаст 7:12). Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэмрэ Іущагъымрэ нобэ дыкъахъумэ икІи гъащІэ мыухыж къытлъысын щхьэкІэ унафэ пэж къэтщтэну къыддоІэпыкъу.
АЛЫХЬЫМ ХУЭПЭЖУ КЪАНЭ
ИпэкІэ зи гугъу тщІа Хьисэ и псалъэхэр дигу къэдгъэкІыжынщ: «ГъащІэм и куэбжэр зэвщ, абы ухуэзышэ гъуэгури бгъузэщ. Ар къэзыгъуэтыр мащІэщ» (Маттэ 7:13, 14). ГъащІэм ухуэзышэ гъуэгум нэхъ тыншу дытетыфынущ, къыддэІэпыкъун гуэр сыт щыгъуи ди гъусэмэ. Аращ Алыхьым гъунэгъу зыхуэтщІын щІыхуейр (Псалом 16:8). Дауэ-тІэ Алыхьым гъунэгъу дызэрыхуэхъуфынур?
Дэ къалэн куэд диІэщ, абы нэмыщІ зыдгъэпсэхунуи дыхуейщ. Апхуэдизу дызэрыхущІэмыхьэм къыхэкІкІэ, Алыхьым къыджиІэм дегупсысыну зэман къытхуэмынэжынкІэ хъунущ. Аращ Библием дигу къыщІигъэкІыжыр: «Фи псэукІэмкІэ лъэщу фызыхуэсакъыж, акъылыфІагъэ зимыІэхэм фахуэмыдэу, акъылыфІагъэ зиІэхэм фахуэдэу фыпсэу. Игъуэр блэвмыгъэкІ, мы махуэхэр махуаещи» (Ефес 5:15, 16). Алыхьым гъунэгъу ухуэхъуным хохьэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэхэр лъапІэу плъытэныр икІи ахэр уи гъащІэм япэ ибгъэщыныр (Маттэ 6:33).
СЫТ УЭ ПЩІЭНУР?
БлэкІам зыри пхуещІэжынукъым, ауэ ди къэкІуэнымрэ ди унагъуэм и къэкІуэнымрэ дэращ зэлъытар. Уафэм щыІэ ди Адэ, Алыхь Иеговэ, цІыхухэр фІыуэ елъагъу икІи сыткІэ къытщыгугъми гурыІуэгъуэу къыджеІэ. Библием щыжыІащ:
«Абы къыбжиІащ уэ, цІыху, сытыр фІыми. ИкІи Иеговэ нэгъуэщІ зыгуэр къыпхуигъэуврэ захуагъэм утетыным, фІыр фІыуэ плагъуным икІи уи зэфІэкІыр здынэсыр пщІэжу уи Алыхьым уригъусэным нэмыщІ?» (Михей 6:8).
Зыщомыгъэгъупщэ, Иеговэ хуейщ уи ныбжьэгъу хъуну икІи гъащІэ мыухыж уиІэу упсэуну. Уэри ухуей Алыхьым и ныбжьэгъу ухъуу, игъащІэкІэ упсэуну?