ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • lff 20-нэ урокыр
  • Зэхуэсыр зэрызэгъэпэща щІыкІэр

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зэхуэсыр зэрызэгъэпэща щІыкІэр
  • ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
  • КЪЭПЩЫТЭЖ
  • НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
    Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зыдэвгъэІэпыкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, апостол Паул и щапхъэм адэкІи фытет!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • Дапхуэдэу гуэныхь зыщІам лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зэрыхуэбгъэлъагъуэ хъунур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
lff 20-нэ урокыр
20 урокыр. Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэр езыгъэкІуэкІым упщІэ етри, зэІущІэм къекІуэлІахэм щыщу языныкъуэхэм я Іэр къаІэт, жэуап ятын щхьэкІэ.

20 УРОКЫР

Зэхуэсыр зэрызэгъэпэща щІыкІэр

ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ
ТхылъымпІэм традзэ тхыгъэ

Иеговэ фІэфІщ дэтхэнэ зы Іуэхури зэтеухуауэ икІи зэгъэпэщауэ щыщытым деж (1 Коринф 14:33). Абы и лъэпкъри зэгъэпэщауэ щытыну зэрыхуейр гурыІуэгъуэщ. Дапхуэдэу зэхуэсыр зэрызэгъэпэщар? Зэхуэсым мамырыгъэ илъу икІи абы и Іуэху псори зэтеухуауэ щытын щхьэкІэ, дэтхэнэ зыми сыт тщІэ хъунур?

1. Хэт зэхуэсым и щхьэу щытыр?

«Мэссихь... зэхуэсым и щхьэу» щытщ (Ефес 5:23). Алыхьым и лъэпкъым дуней псом щригъэкІуэкІ лэжьыгъэм кІэлъыплъыр Хьисэ Мэссихьщ. Зэхуэсым и нэхъыжьу куэд щІауэ лажьэ къуэшхэм щыщ Хьисэ къыхихри «зэхэщІыкІ зиІэ, узыщыгугъ хъуну унэІуту» тригъэуващ. Абыхэм иджыри УнафэщІ гупкІэ йоджэ. (Къеджэ Маттэ 24:45—47.) Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсхэр Ерусалим дэса апостолхэмрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ я жыІэм щІэтт. Ноби зэхуэсхэр УнафэщІ гупым и унафэм щІэтщ (Апостолхэм 15:2). Ауэ абы къикІкъым а цІыхухъухэр ди организацэм и пашэу щыту. Абыхэм Библиер куууэ ядж Алыхьым и еплъыкІэр къащІэн щхьэкІэ икІи ахэр Хьисэ и жыІэм щІэтщ.

2. Хэт хъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэр икІи сыт абыхэм я къалэныр?

Зэхуэсым и нэхъыжьу лажьэхэр ар Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ къуэшхэращ. Абыхэм Алыхьым и лъэпкъыр Библием хурагъаджэ икІи зэхуэсыр ягъэгушхуэ. Абыхэм ирахьэкІ лэжьыгъэм щхьэкІэ лэжьапщІэ къраткъым. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я фейдэ къамылъыхъуэу, я гум къыбгъэдэкІыу, псэемыблэжу я лэжьыгъэр ягъэзащІэ (1 Петр 5:1, 2). Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэр абыхэм доІэпыкъу икІи а дэІэпыкъуэгъухэри иужькІэ зэхуэсым и нэхъыжь хъуфынущ.

УнафэщІ гупым языныкъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр районым и нэхъыжьу трегъэувэ. Ахэр зэхуэсхэм макІуэ УнафэщІ гупым и унафэхэр абыхэм лъагъэІэсын икІи къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ. Районым и нэхъыжьхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъухэмрэ къыхах. Апхуэдэ къалэн зратыр Библием итым тету псэу къуэшхэращ (1 Тимофей 3:1—10, 12; Тит 1:5—9).

3. Иеговэ и Щыхьэт дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ къалэн иІэр?

Зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зыми «Иеговэ и цІэр егъэлъапІэ» ди зэІущІэхэм щыхэтым деж икІи хъыбарыфІыр зэрыхузэфІэкІкІэ щигъэІум деж. (Къеджэ Псалом 148:12, 13.)

НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ

КъащІэ Хьисэ сыт хуэдэ пашэу щытми, зэхуэсым и нэхъыжьхэм абы дапхуэдэу щапхъэ трахми икІи дэтхэнэ зыри Хьисэрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ дапхуэдэу дадэлэжьэфынуми.

4. Хьисэ лъагъуныгъэшхуэ зыхэлъ пашэщ

Хьисэ мы псалъэ дахэхэмкІэ зыкъытхуегъазэ. Маттэ 11:28—30 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Хьисэ сыт хуэдэ пашэу щыт икІи сыт хуэдэ гурыщІэхэр диІэу абы и лъабжьэ дыщІэтыну ар хуей?

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ сыткІэ трахрэ? ВИДЕОМ феплъ.

ВИДЕО: «Непал къыщыхъуа щІыхъейм и зэран зэкІахэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр доІэпыкъу» (4:56)

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм я къалэнхэр зэрагъэзэщІэн хуей щІыкІэр Библием гурыІуэгъуэу щыжыІащ.

Исайя 32:2, 1 Петр 5:1—3 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ щапхъэ трахыу цІыхухэм зэрыдэІэпыкъум сыт хуэдэ гурыщІэхэр уэ къыуитрэ?

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыткІэ иджыри Хьисэ щапхъэ трахрэ?

5. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щапхъэ тхуохъу

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Хьисэ сыткІэ зэрыщыгугъыр? Ахэр я къалэнхэм дапхуэдэу зэрыхущытын хуейр? ВИДЕОМ феплъ.

ВИДЕО: «Зэхуэсым и нэхъыжьхэм нэгъуэщІхэм щапхъэ ирагъэлъагъу» (7:39)

Зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэхэм Хьисэ щапхъэфІ яхуохъу. Маттэ 23:8—12 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэрыщытын хуейм теухуауэ Библием итымрэ нобэрей дин пашэхэм я къалэныр зэрагъэзащІэмрэ зэтехуэу пІэрэ?

Сурэтхэр 1 «Зэхуэсым и нэхъыжьым езыми и унагъуэми я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэрищІыным йолэжь»: 1) абы Библием еджэн ипэ Алыхьым зыхуегъазэ; 2) абы и щхьэгъусэр и гъусэу ипхъу цІыкІур Библием ит пэжым хурегъаджэ. 2: ар сымаджэщым щІэлъ зи ныбжь хэкІуэта ди шыпхъум и деж и щхьэгъусэр и гъусэу макІуэ. 3: абы унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр егъэІу икІи цІыхухъум Библием ит едзыгъуэм къыхуоджэ. Сурэтхэр 4: 1) абы зэхуэсым псалъэ щыжеІэ; 2) абы дыщызэхуэс Унэм и лъэгур къелъэс.
  1. 1. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хущІокъу езыхэми я унагъуэм щыщхэми Иеговэ хуаІэ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ ящІыну

  2. 2. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дэтхэнэ зы къуэш, шыпхъуми доІэпыкъу

  3. 3. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм псэемыблэжу хъыбарыфІыр ягъэІу

  4. 4. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр Библием итым хурагъаджэ. Абыхэм иджыри дыщызэхуэс Унэхэр ягъэкъабзэ, нэгъуэщІ лэжьыгъэхэри ягъэзащІэ

6. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дапхуэдэу узэрыдэлэжьэн хуейр?

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дащІыдэлэжьэн хуейм и щхьэусыгъуэм теухуауэ мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ Библием итщ. Еврейхэм 13:17 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм дедэІуэну Библием дызэрыхуигъэушым Іущагъ хэлъ? Уэ дауэ уеплърэ?

Лука 16:10 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:

  • Мыхьэнэ зимыІэу къытщыхъу ІуэхугъуэхэмкІи зэхуэсым и нэхъыжьхэм дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Алыхьым ухуэлэжьэн щхьэкІэ Іэмал имыІэу дин гуэрым ухэтын хуейкъым».

  • Зэхуэсым и гъусэу Алыхьым ухуэлэжьэным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъу плъагъурэ?

КЪЭПЩЫТЭЖ

Хьисэ зэхуэсым и щхьэу щытщ. Дэ ди гуапэщ зэхуэсым и нэхъыжьхэм дадэлэжьэну, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ ахэр къыддоІэпыкъу икІи сыт и лъэныкъуэкІи Хьисэ щапхъэ трах.

Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:

  • Хэт зэхуэсым и щхьэу щытыр?

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу зэхуэсым щыщхэм зэрадэІэпыкъур?

  • Иеговэ и лэжьакІуэ дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ къалэн иІэр?

ПщІэ хъунур:

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

УнафэщІ гупымрэ зэхуэсым и нэхъыжьхэмрэ ди къуэш, ди шыпхъу дэтхэнэ зыри лъапІэу зэралъытэр къащІэ.

«Ди лэжьыгъэр щызэхуащІа зэманым къуэшхэм дадоІэпыкъу» (4:22)

Районым и нэхъыжьхэм я гъащІэмрэ я лэжьыгъэмрэ теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.

«Районым и нэхъыжьым и гъащІэр» (4:51)

ЦІыхубзхэм зэхуэсым щагъэзащІэ къалэным теухуауэ феджэ.

«Иеговэ и Щыхьэтхэм цІыхубз дин лэжьакІуэхэр яІэ?» («ХъумакІуэ чэщанэ», фокІадэм и 1, 2012 гъэ, урысыбзэкІэ)

Зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэш, шыпхъухэр зэрагъэгушхуэр къащІэ.

«Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуфІэгъуэ диІэну къыддоІэпыкъу» («ХъумакІуэ чэщанэ», щІышылэм и 15, 2013 гъэ, урысыбзэкІэ)

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын