19 УРОКЫР
Иеговэ и Щыхьэтхэр Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэу пІэрэ?
Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, Хьисэ и лъэужь пэжу дрикІуэу зыдобжыж. Апхуэдэ цІэ щІызетхьэм, ди фІэщхъуныгъэр зытегъэщІам икІи ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм теухуауэ къащІэ.
1. Иеговэ и Щыхьэтхэм я фІэщхъуныгъэр сыт зытегъэщІар?
Хьисэ жиІат пэжыр Алыхьым и Псалъэм зэритыр (Иуан 17:17). Хьисэ хуэдэу, Иеговэ и Щыхьэтхэми я фІэщхъуныгъэр зытегъэщІауэ щытыр Алыхьым и Псалъэращ. XIX лІэщІыгъуэм и кІэм къэхъуа зы Іуэхугъуэм и гугъу тщІынщ. Пэжыр къэзылъыхъуэ цІыху гупым а зэманым Алыхьым и Псалъэр куууэ яджу щІадзащ. Члисэм зыхуригъаджэр нэгъуэщІми, абыхэм мурад быдэ ящІат Библием ит пэжым тетыну. Абыхэм къащІа пэжхэмкІэ адрейхэми ядэгуашэу щІадзащa.
2. «Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр сыт щІызетхьэр?
Иеговэ къыхуэлажьэ цІыхухэр езым и щыхьэту елъытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абыхэм Алыхьым теухуа пэжыр ягъэІу (Еврейхэм 11:4—12:1). Ижь зэманым щыгъуэ Алыхьым и лъэпкъым «Фэ сэ фызищыхьэтщ» яжриІауэ щытащ. (Къеджэ Исайя 43:10.) Библием зэрыжиІэмкІэ, Хьисэ Мэссихь «щыхьэт пэжщ» (Апокалипсис 1:5). Абы къыхэкІкІэ 1931 гъэм дэ «Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр къэтщтащ икІи абы дропагэ.
3. Иеговэ и Щыхьэтхэм Хьисэ зи гугъу ищІа лъагъуныгъэр дапхуэдэу зэрагъэлъагъуэр?
Хьисэ и гъэсэнхэр фІыщэу илъагъут икІи ахэр и унагъуэу илъытэт. (Къеджэ Марк 3:35.) Абы ещхьу дэри дуней псом тет Иеговэ и Щыхьэтхэр ди унагъуэшхуэу долъытэ. Аращ дэ къуэш, шыпхъукІэ дыщІызэджэр (Филимон 1, 2). Абы нэмыщІ къуэш псори фІыуэ фызэрылъагъу жыхуиІэ унафэм дытетщ (1 Петр 2:17). Иеговэ и Щыхьэтхэм я къуэш, шыпхъухэм лъагъуныгъэ хуагъэлъагъуэ, псалъэм папщІэ, гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуам деж абыхэм ядоІэпыкъу.
НЭХЪ КУУУЭ ХЭПЛЪЭ
Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ икІи Алыхьым и лэжьакІуэ пэжу дызэрыщытым иджыри щыхьэт техъуэ Іуэхугъуэ зыбжанэ зэпкърых.
Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм я фІэщ хъур зытегъэщІар Библиеращ икІи я фІэщ хъум теухуауэ ахэр нэгъуэщІхэм ядогуашэ
4. Дэ ди фІэщ хъур зытегъэщІар Библием итыращ
Иеговэ жиІауэ щытащ Библием ит пэжхэр хуэм-хуэмурэ къызэрызэІуихынур. Даниил 12:4 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:
Алыхьым и лэжьакІуэхэм Библиер куууэ зэраджым къыхэкІкІэ сытыт бэгъуэн хуейр?
КъащІэ Библием и КъэхутакІуэхэм, Чарлз Расселли абыхэм яхэту, Библиер дапхуэдэу яджу щытами. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх:
Чарлз Расселлрэ абы и еплъыкІэм хуэдэ зиІэхэмрэ Библиер яджын щхьэкІэ сыт хуэдэ бгъэдыхьэкІэт къагъэсэбэпыр?
ПщІэуэ пІэрэ?
Зэман-зэманкІэрэ дэ зыхуедгъаджэм дыхоплъэж. Сыт щхьэкІэ? Зы щапхъэ деплъынщ. Дыгъэр къыщыкъуэкІым деж хуэм-хуэмурэ псори нэхъ ІупщІу плъагъуу зэрыхъум хуэдэу, Алыхьми и Псалъэм ит пэжыр хуэм-хуэмурэ къытхузэІуех. (Къеджэ Притчи 4:18, Гъэсэпэтхыдэхэр.) Библием итым зихъуэжу аракъым, атІэ абы итыр нэхъыфІу къыдгурыІуэху, зыхуедгъаджэм дыхэплъэжу аращ.
5. Зетхьэ цІэм хуэфащэу допсэу
«Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр сыт дэ къыщІэтщтар? ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
«Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр ди организацэм хуэкІуэу сыт жыпІэ щІэхъунур?
И щыхьэту щытыну Иеговэ цІыхухэм щыщ сыт къыщІыхихар? Абыхэм Алыхьым теухуа пэжыр псоми жраІэн икІи абы хужаІэ пцІыр абыкІэ къыщІагъэщын щхьэкІэщ. ЩапхъитІ деплъынщ.
Языныкъуэ динхэм хурагъаджэ Алыхьым щыхуэлажьэкІэ цІыхум сурэтхэмрэ статуехэмрэ къигъэсэбэпын хуейуэ. Левит 26:1 итым фыкъеджи мы упщІэм фегупсыс:
Сыт абы и пэжыпІэр? Тхьэнапэхэм Иеговэ дапхуэдэу зэрыхущытыр?
Языныкъуэ динхэм хурагъаджэ Хьисэ Алыхьу. Иуан 20:17 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
Сыт абы и пэжыпІэр? Алыхьымрэ Хьисэрэ зы?
Езы Иеговэ и Щыхьэту ущытыну икІи абырэ и Къуэмрэ теухуа пэжыр жыпІэну пщІэшхуэу къэплъытэрэ?
6. Дэ лъагъуныгъэм дызэпещІэ
Библием зэрыжиІэмкІэ, цІыхум и Іэпкълъэпкъым щыщ пкъыгъуэхэр зэрызэпхам хуэдэу, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэри лъагъуныгъэм зэрипхыу щытын хуейщ. 1 Коринф 12:25, 26 итым фыкъеджи мы упщІэхэм фегупсыс:
Мы едзыгъуэхэм зэритымкІэ, Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэм сыт ящІэр я къуэш, я шыпхъухэр насыпыншагъэ щыпэщІэхуэм деж?
Иеговэ и Щыхьэтхэм апхуэдэ лъагъуныгъэ зыр зым хуагъэлъагъуэу пІэрэ? Щапхъэ къэфхь.
Зы щІыпІэ гуэрым щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм насыпыншагъэ гуэр къащыщІмэ, нэгъуэщІ къэралым щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэр абыхэм ядэІэпыкъуну занщІэу макІуэ. Зы щапхъэ деплъынщ. ВИДЕОМ феплъи къыкІэлъыкІуэ упщІэр зэпкърыфх.
Иеговэ и Щыхьэтхэр гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуахэм зэрадэІэпыкъум дапхуэдэу къызэрыхэщыр абыхэм цІыхухэр фІыуэ зэралъагъур?
Хьисэ и лъэужь пэжу ирикІуэхэр гугъуехь пэщІэхуа цІыхухэм ядоІэпыкъу
ЗЫГУЭРЫМ ЖИІЭФЫНУЩ: «Иеговэ и Щыхьэтхэр — щІэуэ къежьа дин гуэру аращ».
Иеговэ езым и лэжьакІуэхэм щыхьэткІэ еджэн щыщІидзар дапщэщ?
КЪЭПЩЫТЭЖ
Иеговэ и Щыхьэтхэр Хьисэ и гъэсэн пэжу щытщ. Дэ дуней псом тет зы унагъуэшхуэу дыщытщ. Дэ ди фІэщ хъур зытегъэщІар Библиеращ икІи Иеговэ теухуа пэжыр нэгъуэщІхэм яжыдоІэ.
Мы упщІэхэр зэгъусэу зэпкърыфх:
«Иеговэ и Щыхьэтхэр» жыхуиІэ цІэр сыт къыщІэтщтар?
Дапхуэдэу дэ дызэрызэхущытыр?
Иеговэ и Щыхьэтхэр Хьисэ и гъэсэн пэжу зэрыщытыр уи фІэщ хъурэ?
НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ
Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ нэхъыбэ къащІэ.
«Иеговэ и Щыхьэтхэм я фІэщхъуныгъэр я ІуэхущІафэм къыхощ. 1 Іыхьэр. КІыфІыгъэм дыкъыхокІ» (1:00:53)
Динхэм зыхурагъаджэ пцІыр Иеговэ и Щыхьэтхэм къызэрыщІагъэщым и зы щапхъэ.
Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ нэхъыбэу ят упщІэхэм я жэуапхэр къащІэ.
«Иеговэ и Щыхьэтхэм теухуауэ нэхъыбэу ят упщІэхэр» (сайтым ит рубрикэ, урысыбзэкІэ)
Лъэпкъ зэхэгъэж зэрищІым къыхэкІкІэ Стивен щІэпхъаджагъэ куэд ищІащ. Иеговэ и Щыхьэтхэм я щапхъэр дапхуэдэу абы къыдэІэпыкъуами къащІэ.
a «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр 1879 гъэм щыщІэдзауэ къыдокІ икІи ар зытегъэщІар Библиеращ.