34 СТАТЬЯР
107 УЭРЭДЫР Иеговэ и лъагъуныгъэм щапхъэ тыдох
Дапхуэдэу гуэныхь зыщІам лъагъуныгъэрэ гущІэгъурэ зэрыхуэбгъэлъагъуэ хъунур?
«Уэ гуэныхьу пщІахэм уахущІегъуэжыну Тхьэм и фІыгъуэшхуэкІэ Іэмал [къыует]» (РИМ 2:4).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь хьэлъэ зыщІам зэрыдэІэпыкъу щІыкІэм.
1. Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум сыт хуэдэ Іэмал иІэр?
МЫБЫ ипэ дджа статьям дэ къыщытщІащ Коринф къалэм щыщ къуэшым гуэныхь хьэлъэ щищІам щыгъуэ, апостол Паул абы теухуауэ сыт хуэдэ унафэ ищІами. А цІыхухъур ищІэм зэрыхущІемыгъуэжым къыхэкІкІэ зэхуэсым къыхэнэ хъунутэкъым. Ауэ мы статьяр зытегъэщІа едзыгъуэм къызэрыхэщымкІэ, Алыхьыр гуэныхь зыщІахэм дэІэпыкъуфынущ ахэр я гуэныхьым хущІегъуэжыну (Рим 2:4). Абыхэм ядэІэпыкъун щхьэкІэ Иеговэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу къызэригъэсэбэпыр?
2, 3. Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь хьэлъэ зэрищІар къатщІэмэ, сыт дэ тщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
2 Иеговэ и лэжьакІуэм гуэныхь зэрищІар зэхуэсым и нэхъыжьхэм ямыщІэу щытмэ, ахэр абы дэІэпыкъуфынукъым. Абы къыхэкІкІэ, зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь хьэлъэ зэрищІар къатщІэмэ, сыт дэ тщІэн хуейр? Дэ а цІыхур хуэдгъэушын хуейщ дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъэзэну (Ис. 1:18; Апост. 20:28; 1 Пет. 5:2).
3 Ауэ къуэшым е шыпхъум зэхуэсым и нэхъыжьхэм захуигъэзэну хуэмеймэ-щэ? Абы щыгъуэ, гуэныхь зыщІам дэІэпыкъуэгъу игъуэтын щхьэкІэ, дэ езыр зэхуэсым и нэхъыжьхэм депсэлъэн хуейщ. Дэ ди лъагъуныгъэр апхуэдэу догъэлъагъуэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди къуэшыр е ди шыпхъур тфІэкІуэдыну дыхуейкъым. Алыхьым и лэжьакІуэм гуэныхь щІэныр къимыгъанэмэ, Иеговэрэ абырэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъри зэІигъэхьэнущ. Абы нэмыщІ зэхуэсым и цІэри игъэулъиифынущ. Аращи, дапхуэдизу гугъуу щымытами, дэ лІыгъэ зыхэтлъхьэнурэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм депсэлъэнущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ Иегови, гуэныхь зыщІари фІыуэ долъагъу (Пс. 27:14).
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ГУЭНЫХЬ ХЬЭЛЪЭ ЗЫЩІАМ ЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУ ЩІЫКІЭР
4. Гуэныхь зыщІа цІыхум щыхуэзэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр сыт зыхущІэкъун хуейр?
4 Зэхуэсым щыщ гуэрым гуэныхь хьэлъэ ищІамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм къуэшищ къыхахри, а Іуэхур зэхагъэкІын щхьэкІэ комитетa зэхуашэс. А къуэшхэм Іэдэбагъ ягъэлъэгъуэн хуейщ. ДауикІ, ахэр хуейщ къуэшыр е шыпхъур ищІам хущІегъуэжыну икІи гуэныхь щІэныр къигъэнэну. Ауэ абыхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым цІыхум залымыгъэкІэ зэрызрамыгъэхъуэжыфынур (Втор. 30:19). Абыхэм къагуроІуэ пащтыхь Даут и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжам хуэдэу псори зэрыхущІемыгъуэжынур (2 Сам. 12:13). Гуэныхь зыщІэхэм Иеговэ къарит ущием едэІуэну хуэмейхэри къахэкІынущ (ЩІэдз. 4:6—8). Дауэ мыхъуами, къуэшхэм яхузэфІэкІыр ящІэн хуейщ гуэныхь зыщІар и гуэныхьым хущІегъуэжын щхьэкІэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуэныхь зыщІа цІыхум щепсалъэкІэ къадэІэпыкъуну принцип зыбжанэм дыхэплъэнщ.
5. Гуэныхь зыщІам щыхуэзэм деж, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт зыщамыгъэгъупщэр? (2 Тимофей 2:24—26). (Сурэтми феплъ.)
5 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэ цІыхум гуэныхь ищІами, ар Иеговэ и мэл цІыкІу лъапІэу къызэрынэжыр (Лк. 15:4, 6). Аращ ахэр апхуэдэ цІыхум ткІийуэ е пхъашэу щІемыпсалъэр. ИкІи ахэр а цІыхум щІыхуэзэр упщІэ гуэрхэр ирату къэхъуар зэхагъэкІын щхьэкІэ закъуэкъым. Абыхэм 2 Тимофей 2:24—26 (къеджэ) ит хьэл-щэнхэр ягъэлъагъуэ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм гуапагъэрэ щабагъэрэ яхэлъу гуэныхь зыщІам и гум зэрылъэІэсэным хущІокъу.
Ноби зэхуэсым и нэхъыжьхэр, пасэрей зэманым псэуа мэлыхъуэхэм хуэдэу, гъуэща мэл цІыкІухэр къызэрагъуэтыжыным хущІокъу (5 абзацым феплъ.)
6. Гуэныхь зыщІам хуэзэн ипэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм я гур сытым хуагъэхьэзырын хуей? (Рим 2:4).
6 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Иеговэ и еплъыкІэр къызэращІэнум я гур хуагъэхьэзыр. Гуэныхь зыщІам зэрыхущытын хуейм теухуауэ абыхэм Иеговэ щапхъэ трах. Паул Иеговэ теухуауэ мыпхуэдэу итхат: «Уэ гуэныхьу пщІахэм уахущІегъуэжыну Тхьэм и фІыгъуэшхуэкІэ Іэмал [къыует]». (Къеджэ Рим 2:4.) Зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыщагъэгъупщэ хъунукъым ахэр мэлыхъуэу зэрыщытыр икІи Хьисэ и унафэм тетын, щапхъи трахын зэрыхуейр (Ис. 11:3, 4; Мт. 18:18—20). Гуэныхь зыщІам хуэзэн ипэ, абыхэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэри, цІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжыну зэрыдэІэпыкъунум йогупсыс. Аращ абыхэм я мурад нэхъыщхьэу щытыр. Ахэр Библиемрэ ди публикациехэмрэ куууэ хоплъэ икІи цІыхур зыхащыкІын, и Іуэху зыІутри тэмэму къагурыІуэн щхьэкІэ, Иеговэ къадэІэпыкъуну йолъэІу. ЦІыхум и гъащІэм къыщекІуэкІ Іуэхугъуэхэм абы и гупсысэкІэмрэ и щытыкІэмрэ яхъуэжыфынущ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр зэупщІыжын хуейщ а Іуэхугъуэхэм фІыуэ щыгъуазэрэ щымыгъуазэрэ (Прит. 20:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).
7, 8. Дапхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам щыхуэзэкІэ, Иеговэ хуэдэу, шыІэныгъэ зэрагъэлъэгъуэфынур?
7 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хущІокъу Иеговэ хуэдэу шыІэныгъэ ягъэлъэгъуэну. Абыхэм зыщагъэгъупщэкъым пасэрей зэманым щыгъуи гуэныхь зыщІахэм Иеговэ зэрахущыту щытар. Псалъэм папщІэ, Иеговэ Къаин шыІэныгъэ хуигъэлъагъуэри, и гуэныхьым кърикІуэнур жриІащ икІи хущІегъуэжмэ и нэфІ щыхуэну къигъэгугъащ (ЩІэдз. 4:6, 7). Даути и гуэныхьым хущІегъуэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ, Иеговэ абы Нафан хуигъэкІуащ. Бегъымбарым ущие хъыбарыр къигъэсэбэпри, пащтыхьым и гум лъэІэсыфащ (2 Сам. 12:1—7). Абы нэмыщІ Иеговэ жыІэмыдаІуэу щыт израил цІыхухэм «махуэ къэс» зэпымыууэ и бегъымбархэр яхуигъакІуэт (Иер. 7:24, 25). «ЯпэщІыкІэ фи гуэныхьхэм фыхущІегъуэжи, итІанэ сывдэІэпыкъунщ» жиІэу ар егупсыстэкъым. Гуэныхь ящІэ пэтми, я гуэныхьым хущІегъуэжыну хуигъэушын щхьэкІэ Иеговэ езым япэ лъэбакъуэр ичт.
8 Иеговэ и щапхъэм тету, зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь хьэлъэ зыщІам дэІэпыкъуну хущІокъу. 2 Тимофей 4:2 зэритымкІэ, абыхэм ар шыІэныгъэ хэлъу ящІэн хуейщ. Аращи, гуэныхь зыщІам лъэбакъуэ пэжхэр ичыну хуагъэушыну хуеймэ, къуэшхэр зэпІэзэрыту къэнэн икІи шыІэныгъэ хэлъу абы епсэлъэн хуейщ. Зэхуэсым и нэхъыжьыр и пІэм къикІмэ е къэгубжьмэ, цІыхур Іуигъэщтыфынущ икІи и гуэныхьым хущегъуэжыну зэран хуэхъункІэ хъунущ.
9, 10. Дапхуэдэу зэхуэсым и нэхъыжьхэр цІыхум зэрыдэІэпыкъуфынур ар Иеговэ пэжыжьэ щІыхуэхъуар икІи гуэныхьым хуэзышар къыгурыІуэжыну?
9 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр хущІокъу цІыхур сытым гуэныхьым хуишами зэхагъэкІыну. Къуэшыр е шыпхъур Иеговэ пэжыжьэ щІыхуэхъуам и щхьэусыгъуэр сыту пІэрэ? Абы Библиер махуэ къэс имыджыжу е хъыбарыфІыр имыгъэІужу хъуауэ ара? ЩІэх-щІэхыурэ икІи гурэ псэкІэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуигъэзэн щигъэтауэ пІэрэ? Хьэмэрэ гурыщІэ Іейхэр зытригъакІуэу абыхэм зыдригъэхьэхауэ ара? Хэт абы игъэныбжьэгъур икІи сыт хуэдэ нэгу зегъэужьыкІэ къыхихыр? Абы ныбжьэгъу ищІахэмрэ зэрызигъэпсэху щІыкІэмрэ дауэ и гупсысэкІэр икІи и гурыщІэхэр зэрахъуэжар? Абы и ІуэхущІафэхэмрэ къищта унафэхэмрэ и Адэ лъапІэ Иеговэ и гум зэреуар къыгурыІуэу пІэрэ?
10 Зэхуэсым и нэхъыжьхэм ятыну упщІэхэр егупсысауэ къыхахын хуейщ. Апхуэдэу ящІэмэ, ахэр гуэныхь зыщІам дэІэпыкъуфынущ ар Иеговэ пэжыжьэ щІыхуэхъуар икІи гуэныхьым хуэзышар къыгурыІуэжыну. Ауэ ахэр гуапэу, щабэу цІыхум епсэлъэн хуейщ икІи я Іуэху зыхэмылъымкІэ абы пкърымыупщІыхьмэ нэхъыфІщ (Прит. 20:5, Гъэс.). Абы нэмыщІ Нафан Даут щепсэлъам щыгъуэ зэрищІам хуэдэу, абыхэм щапхъэхэр къагъэсэбэп хъунущ. Гуэныхь зыщІам ар къыдэІэпыкъункІэ хъунущ зыщІэгупсысыжыну. Хэт ищІэрэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр цІыхум япэу щепсалъэкІэ абы ищІар зэрыщыуагъэшхуэр къыгурыІуэнкІэ хъунущ. Уеблэмэ, ар и гуэныхьым хущІегъуэжынкІи хъунщ.
11. Гуэныхь зыщІам узэрыхущытын хуейм теухуауэ Хьисэ сыт хуэдэ щапхъэ къытхуигъэнар?
11 Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Хьисэ щапхъэ зэрытрахыным хущІокъу. Хьисэ къэтэджыжа иужь Тарс къалэм щыщ Щаул зыщІэгупсысыжын щхьэкІэ мыпхуэдэу еупщІащ: «Щаул, Щаул, сыт гугъу сыщІебгъэхьыр?» Апхуэдэу Хьисэ абы дэІэпыкъуащ ищІэр зэрыщыуагъэр къыгурыІуэжыну (Апост. 9:3—6). «ЦІыхубз Езавел» теухуауи Хьисэ мыпхуэдэу жиІат: «ИщІа зинэм хущІегъуэжыну абы Іэмал естащ» (Апок. 2:20, 21).
12, 13. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэ хъунур гуэныхь зыщІам и гуэныхьым хущІегъуэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ? (Сурэтми феплъ.)
12 Хьисэ и щапхъэм тету, зэхуэсым и нэхъыжьхэр занщІэу егупсысынукъым цІыхур и гуэныхьым зэи хущІемыгъуэжыну. Языныкъуэхэр комитетым зэ фІэкІа хуэмызэуи я гуэныхьым щыхущІегъуэж къохъу. Хэти зэман нэхъыбэ хуейщ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр апхуэдэ цІыхум мызэ-мытІэу хуэзэну траухуэфынущ. Хэт ищІэрэ, гуэныхь зыщІар комитетым япэу хуэза иужь, къыжраІа псалъэхэм фІыуэ егупсысынкІэ хъунущ. Абы Іэдэбагъ игъэлъагъуэу Иеговэ къыхуигъэгъуну лъэІукІэ зыхуигъэзэнкІи хъунущ (Пс. 32:5; 38:18). Абы и фІыгъэкІэ комитетым етІуанэу щыхуэзэкІэ абы и гупсысэкІэм зихъуэжауэ щытыфынущ.
13 Гуэныхь зыщІам и гуэныхьым хущІегъуэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм зэхэщІыкІрэ гуапагъэрэ ягъэлъэгъуэну хущІокъу. Абыхэм Иеговэ лъэІукІэ зыхуагъазэ ирахьэлІэ къарум абы и нэфІ щыхуэн щхьэкІэ икІи я гугъэр хахыжкъым цІыхум зыкъищІэжу и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжынум (2 Тим. 2:25, 26).
Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь зыщІам мызэ-мытІэу хуэзэфынущ и гуэныхьым хущІегъуэжыну абы зэман иратын щхьэкІэ (12 абзацым феплъ.)
14. ЦІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжмэ, хэт ар зи фІыгъэр? КъыдгурывгъаІуэ.
14 ЦІыхур и гуэныхьым зэрыхущІегъуэжым псоми гуфІэгъуэшхуэ къахуехь! (Лк. 15:7, 10). Хэт ар зи фІыгъэр? Зэхуэсым и нэхъыжьхэра? Гуэныхь зыщІахэм теухуауэ Паул итхауэ щытар фигу къэвгъэкІыжыт: «Тхьэм ахэри щІригъэгъуэжынкІи хъунущ» (2 Тим. 2:25). «Учебная Библия» жыхуаІэм мы едзыгъуэм хуэхьа комментарием мыпхуэдэу итщ: «ЦІыхум и гупсысэкІэмрэ и еплъыкІэмрэ зэрихъуэжар зи фІыгъэр Иеговэщ. Аращ гъуэгу пэжым текІа цІыхум и гъащІэм мыхьэнэшхуэ зиІэ зэхъуэкІыныгъэхэр хилъхьэну дэІэпыкъур. КъыкІэлъыкІуэ едзыгъуэхэм Паул къыхегъэщ цІыхур зэрыхущІегъуэжам кърикІуэ фІыгъуэ зыбжанэ: абы и фІыгъэкІэ гуэныхь зыщІам пэжыр нэхъыфІу къыгуроІуэ, зыкъещІэж икІи ШейтІаным и къапхъэным къыІэщІокІ (2 Тим. 2:26)».
15. Зи гуэныхьым хущІегъуэжа цІыхум зэхуэсым и нэхъыжьхэр дапхуэдэу адэкІи зэрыдэІэпыкъур?
15 ЦІыхур и гуэныхьым хущІегъуэжа иужь, комитетыр кІэлъоплъ зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы адэкІи зэрыдэІэпыкъуным. Къуэшхэр гуэныхь зыщІам дэІэпыкъуфынущ ар гъуэгу пэжым темыкІыну икІи хъуэпсэныгъэ Іейхэм зыдримыгъэхьэхыну (Евр. 12:12, 13). ДауикІ, цІыхум ищІа гуэныхьым теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм зыми жраІэнукъым. Ауэ къэхъуам теухуауэ зэхуэсым зыгуэр щыжаІэн хуеи къохъу.
«ПСОМИ Я ПАЩХЬЭМ ГУЭНЫХЬ ЗЫЩІЭХЭМ [Я КЪУЭНШАГЪЭР] ЩАГУРЫГЪАІУЭ»
16. 1 Тимофей 5:20 ит «псоми» жыхуиІэ псалъэр Паул къыщигъэсэбэпам хэт зи гугъу ищІар?
16 Къеджэ 1 Тимофей 5:20. Мы псалъэхэр Паул зыхуитхар зэхуэсым и нэхъыжь Тимофейт. Паул «гуэныхь зыщІэхэм» узэрыхущытын хуейм теухуауэ щыжиІам сытыт зи гугъу ищІар? Абы жиІам къикІрэт зэхуэс псом и пащхьэм а цІыхум и къуаншагъэр щебгъэлъэгъужын хуейуэ? «Псоми» жыхуиІэ псалъэр къыщигъэсэбэпам абы зи гугъу ищІар а гуэныхьым щыгъуазэхэрат. Абы хыхьэфынут къэхъуар зылъэгъуахэмрэ гуэныхь зыщІа цІыхум ар зыхуиІуэтэжахэмрэ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм Іуэхур зэрызэхагъэкІар икІи цІыхум тезыр зэрытралъхьар зыжраІэн хуейр а Іуэхум щыгъуазэ закъуэхэрат.
17. Зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ зэрищІам теухуауэ зэхуэсым щыщ куэдым ящІэмэ е куэд дэмыкІыу къащІэнумэ, зэхуэс псом сыт жраІэнур икІи сыт щхьэкІэ?
17 Иныкъуэхэм деж зыгуэрым гуэныхь хьэлъэ зэрищІам теухуауэ зэхуэсым щыщ куэдым ящІэ е куэд дэмыкІыу къащІэнущ. Абы щыгъуэ «псоми» жыхуиІэм зэхуэсыр зэрыщыту хеубыдэ. Аращи зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящыщ зым къуэшым е шыпхъум порицание зэрыратар зэІущІэм щыжиІэнущ. Сыт апхуэдэу щІащІэр? Паул къыдгурегъаІуэ: «Адрейхэри шынэн щхьэкІэ», нэгъуэщІу жыпІэмэ, адрейхэми гуэныхь ямыщІэн щхьэкІэ.
18. Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхур иджыри илъэс 18 иримыкъуамэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт ящІэнур? (Сурэтми феплъ.)
18 Гуэныхь хьэлъэ зыщІа цІыхум псым зыщІигъэуамэ, ауэ ар иджыри илъэс 18 иримыкъуамэ-щэ? Абы щыгъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм езыхэм щыщу къуэшитІ къыхахынурэ, абыхэм я пщэ далъхьэнущ а ныбжьыщІэмрэ Иеговэ и Щыхьэту щыт абы и адэ-анэмрэ зыхуагъэзэнуb. Къуэшхэр адэ-анэм епсэлъэнурэ я быныр и гуэныхьым хущІегъуэжын щхьэкІэ абыхэм сыт ящІами къащІэнущ. Сабийр и адэ-анэм я ущием едаІуэмэ икІи зихъуэжыну хьэзырмэ, къуэшхэм унафэ ящІыфынущ езыхэр хэмыІэбэу, адэ-анэр абы адэкІи дагъэІэпыкъуну. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэ лъагъуныгъэ хэлъу сабийм гъэсэныгъэ бгъэдалъхьэну Иеговэ къалэн зыхуищІар адэ-анэрауэ зэрыщытыр (Втор. 6:6, 7; Прит. 6:20; 22:6 Гъэс.; Еф. 6:2—4). Зэман-зэманкІэрэ къуэшхэр щІэупщІэнущ адэ-анэм сабийр зыхуэныкъуэ дэІэпыкъуэгъу иратрэ ирамытрэ. Ауэ илъэс 18 иримыкъуа къуэшыр е шыпхъур и гуэныхьым хущІемыгъуэжмэ икІи и мыхъумыщІагъэр къимыгъанэмэ-щэ? Абы щыгъуэ къуэшищ зыхэт комитет зэхуашэсынурэ ахэр ныбжьыщІэмрэ абы и адэ-анэмрэ хуэзэнущ.
Гуэныхь хьэлъэ зыщІа къуэшыр е шыпхъур иджыри илъэс 18 иримыкъуамэ, зэхуэсым и нэхъыжьитІым абырэ Иеговэ и Щыхьэту щыт и адэ-анэмрэ зыхуагъэзэнущ (18 абзацым феплъ.)
ИЕГОВЭ «ГУЩІЭГЪУШХУЭ ИІЭЩ, АБЫ И ГУР ДЭ КЪЫТЩІОГЪУ»
19. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр гуэныхь хьэлъэ зыщІам щыхуэзэм деж дапхуэдэу Иеговэ щапхъэ зэрытрахыр?
19 Иеговэ хуейщ абы и хабзэхэм тету псэуну хуэмейхэм зэхуэсыр щыхъума хъуну. Зэхуэсым и нэхъыжьу комитетым хыхьэхэм къагуроІуэ Алыхьыр абыкІэ къазэрыщыгугъыр (1 Кор. 5:7). Абыхэм яхузэфІэкІыу хъуар ящІэ гуэныхь зыщІам и гуэныхьым хущІегъуэжыну дэІэпыкъун щхьэкІэ икІи абы зэрызихъуэжынум я гугъэр хахыжкъым. Апхуэдэу къуэшхэм Иеговэ щапхъэ трах, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ди Адэ лъапІэм «гущІэгъушхуэ иІэщ, абы и гур дэ къытщІогъу» (Екъуб 5:11). Зи ныбжь хэкІуэта апостол Иуани къуэш, шыпхъухэм апхуэдэут зэрахущытыр. Абы мыпхуэдэу итхащ: «Фэ, си бынхэм хуэдэхэ, гуэныхь фымыщІэн щхьэкІэ, мыр ныфхузотх. Зыгуэрым гуэныхь ищІэмэ, Адэ лъапІэм дэ тхуелъэІуну зыгуэр щыІэщ — ар щыпкъагъэ зигу илъ Хьисэ Мэссихьщ» (1 Ин. 2:1).
20. Мы журналым и иужьрей статьям сыт дызытепсэлъыхьынур?
20 Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къуэшыр е шыпхъур ищІа гуэныхьым щыхущІемыгъуэж къохъу. Апхуэдэм деж ар зэхуэсым къыхэнэ хъунукъым. Сыт абы щыгъуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ящІэр? Абы теухуауэ мы журналым и иужьрей статьям къыщытщІэнущ.
103 УЭРЭДЫР Мэлыхъуэхэр тыгъэу Алыхьым къыдитащ
a Апхуэдэу къыхах къуэш гупым япэм щыгъуэ правовой комитеткІэ еджэт. Ауэ а къуэшхэм я къалэным хыхьэр гуэныхь зыщІа цІыхум хьэкум тращІыхьын къудейуэ зэрыщымытым къыхэкІкІэ а терминыр афІэкІа къэдгъэсэбэпынукъым. Иджы абыхэм дызэреджэнур зэхуэсым и нэхъыжьхэм я комитетщ.
b Адэ-анэ жиІэу мы статьям зи гугъу ищІхэм опекунхэри, адэ-анэм я къалэныр зыгъэзащІэ цІыхухэри хохьэ.