ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • jl 15-нэ урокыр
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?
  • Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
  • Мыбы ещхь материал
  • Зэхуэсыр зэрызэгъэпэща щІыкІэр
    ГъащІэ мыухыж уиІэу псэу! Зыгуэрым и гъусэу Библиер зэрадж курс
  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, апостол Паул и щапхъэм адэкІи фытет!
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
Иеговэ и мурадыр хэт нобэ зыгъэзащІэр?
jl 15-нэ урокыр

15-НЭ УРОКЫР

Зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ къызэрыддэІэпыкъур?

Старейшина общается с членами собрания

Финляндие

Старейшина учит в собрании

Драгъаджэ

Старейшины ободряют членов собрания

Дагъэгушхуэ

Старейшина в проповедническом служении

Ди гъусэу хъыбарыфІыр ягъэІу

Ди организацэм дин пашэхэр диІэкъым икІи зыми лэжьапщІэ ираткъым. Япэ лІэщІыгъуэм щыІа зэхуэсхэм хуэдэу, дэ Алыхьым куэд щІауэ хуэлажьэ нэхъыжьхэр диІэщ. Абыхэм зэпымыууэ я нэІэ къыттрагъэтщ (Апостолхэм 20:28). Хэт хъуну зэхуэсым и нэхъыжьхэр? Ар Алыхьым куэд щІауэ пэжу хуэлажьэ икІи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхухъухэращ. Ахэр зэхуэсым кІэлъоплъ икІи мы псалъэхэр ягъэзащІэ: «Мэлыхъуэм и нэІэ мэлхэм зэратригъэтым хуэдэу, фэри Тхьэм и цІыхухэу фи деж щыпсэухэм мэлыхъуэ фахуэхъуи, фи нэІэ ятевгъэт, хэгъэзыхь хэмылъу, фи гуапэу, Тхьэм зэрыфІэзахуэм хуэдэу. Мылъкум фыщІэмыхъуэпсу, абыхэм фи фІэщу фахуэлажьэ» (1 Петр 5:1—3). Сыт абыхэм дэ къытхуащІэр?

Абыхэм зэхуэсыр яхъумэ. Ди нэхъыжьхэм Алыхьымрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэфІхэм зэран хуэхъуфынум дыщахъумэ. Иеговэ я пщэм дилъхьа къалэнымкІэ абыхэм жэуап зэратыжынур къагуроІуэри, пхъашэу къытхущыткъым, атІэ гуфІэгъуэ къызэрыдатыным иужь итщ икІи сыт щыгъуи дифІ къалъыхъуэ (2 Коринф 1:24). МэлыхъуэфІым и мэл цІыкІухэр фІыуэ зэрицІыхум хуэдэу, зэхуэсым и нэхъыжьми зэхуэсым щыщ дэтхэнэ зы къуэш, шыпхъури зэрызригъэцІыхуным хущІокъу (Притчи 27:23).

Алыхьым и мурадым дытету дыпсэуну драгъасэ. Ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ хъун щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэм тхьэмахуэ къэс зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІ (Апостолхэм 15:32). Абыхэм хъыбарыфІыр нэхъыфІу дгъэІуфу драгъасэ икІи ди гъусэу а лэжьыгъэр ягъэзащІэ.

Абыхэм дэтхэнэ зыми гулъытэ къытхуащІ. Ди нэхъыжьхэр къыддоІэпыкъу Алыхьым гъунэгъу дыхуэхъуну. Абыхэм Тхыгъэ ЛъапІэр къагъэсэбэпу щІэгъэкъуэн къытхуэхъун икІи гупсэхугъуэ къыдатын щхьэкІэ, ди унэм къакІуэу е дыщызэхуэс Унэм деж къыщыдэпсэлъэфынущ (Екъуб 5:14, 15).

Нэхъыжьхэм я нэхъыбэм унагъуэ яІэщ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым зэрыкІэлъыплъым нэмыщІ, ахэр лэжьэн икІи унагъуэм щаІэ къалэнхэр ягъэзэщІэн хуейщ. Псэемыблэжу лажьэ ди къуэшхэм лъагъуныгъэрэ пщІэрэ яхуэтщІыну къалэжь (1 Фессалоникэ 5:12, 13).

  • Зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт хуэдэ къалэнхэр ягъэзащІэрэ?

  • Ди нэхъыжьхэм дапхуэдэу гулъытэ къызэрытхуащІыр?

НЭХЪЫБЭ КЪАЩІЭ

Къуэшхэм сыт ящІэн хуейр зэхуэсым и нэхъыжь е и дэІэпыкъуэгъу хъун щхьэкІэ? Абы теухуауэ 1 Тимофей 3:1—10, 12; Тит 1:5—9 къыщыпщІэфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын