3-НЭ УРОКЫР
УпщІэхэр къэгъэсэбэп
Маттэ 16:13—16
ПЩІЭН ХУЕЙР: КъодаІуэхэм жыпІэр гъэщІэгъуэн ящыпщІын, ахэр бгъэгупсысэн икІи мыхьэнэ зиІэ гупсысэхэр къыхэбгъэщын щхьэкІэ, фІыуэ узэгупсыса упщІэхэр къэгъэсэбэп.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ЦІыхухэм нэхъыбэ къащІэну хуэгъэуш. ЦІыхухэр зыгъэгупсысэн икІи нэхъыбэ къащІэну хуэзыгъэушын упщІэхэр ты.
ЦІыхухэр гъэгупсысэ. КъодаІуэхэм темэр зэрызэпкърыпхым, гупсысэхэр зэрызэпхам кІэлъыплъыну дэІэпыкъу. Ахэр гупсысэ пэжым хуэзышэну упщІэхэр ты.
Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэгъэщ. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр жыпІэн ипэ абыхэм хуэкІуэ упщІэ гъэщІэгъуэнхэр ты. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэппщытэжын щхьэкІэ е псалъэ жыпІам и кІэм деж упщІэхэр къэгъэсэбэп.