19-НЭ УРОКЫР
КъодаІуэхэм я гум узэрынэсыным хущІэкъу
Притчи 3:1, Гъэсэпэтхыдэхэр
ПЩІЭН ХУЕЙР: Уи псалъэхэм я мыхьэнэр къалъэгъуну къодаІуэхэм ядэІэпыкъу икІи къащІэр я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну хуэгъэуш.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
КъодаІуэхэм я гум илъыр ягъэунэхужыну ядэІэпыкъу. КъодаІуэхэр я гурыщІэхэм егупсысыжын щхьэкІэ упщІэхэр къэгъэсэбэп.
ФІым хуэгъэуш. Алыхьым щІыхуэлажьэм егупсысыну къодаІуэхэр хуэгъэуш. Зыщомыгъэгъупщэ Алыхьым ущІыхуэлажьэм и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэу щытын хуейр — ар Иеговэ, цІыхухэм, Библием уахуиІэ лъагъуныгъэращ. Бгъасэу, унафэ хуэпщІ хуэдэу умыпсалъэ икІи къодаІуэхэм ягу зомыгъэбгъэж. Псалъэ жыпІа иужь лъэкІ къамыгъанэу Алыхьым хуэлэжьэну тегушхуэныгъэ яІэ хъун щхьэкІэ къодаІуэхэр гъэгушхуэ.
Иеговэ гъунэгъу зыхуащІыну къодаІуэхэм ядэІэпыкъу. Библием зыхуригъаджэхэм, абы ит принципхэм, хабзэхэм Иеговэ и хьэл-щэн дахэхэмрэ цІыхухэм яхуиІэ лъагъуныгъэмрэ къызэрагъэлъагъуэр къыхэгъэщ. Иеговэ ягъэгуфІэну икІи и гурыщІэхэм сыт щыгъуи егупсысыну гукъыдэж яІэну къодаІуэхэм ядэІэпыкъу.