ЯПЭ УРОКЫР
КъодаІуэхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу къызэрыщІэбдзэ хъуныр
Апостолхэм 17:22
ПЩІЭН ХУЕЙР: КъодаІуэхэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу пэщІэдзэ псалъэхэр жыІэ. Темэр къыхэгъэщ икІи а темэм мыхьэнэ щІиІэр къэгъэлъагъуэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ГъэщІэгъуэн щыщІ. КъодэІуэнухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун упщІэ, гъащІэм щыщ хъыбар е хъыбарыщІэ гуэр къыхэх.
Узытепсэлъыхьыным и темэр къыхэгъэщ. КъызэрыщІэбдзэ псалъэхэм темэ нэхъыщхьэмрэ уи псалъэр щІыжыпІэм и щхьэусыгъуэмрэ къыхэщын хуейщ.
А темэм мыхьэнэшхуэ щІиІэр жыІэ. КъодаІуэхэр зыхуэныкъуэм тепсэлъыхь. Абыхэм нэгъэсауэ къагурыІуэн хуейщ зэхаха псалъэхэр дауэ сэбэп яхуэхъунуми.