13-НЭ УРОКЫР
ЖыпІэр гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъуныр гъэлъагъуэ
Притчи 3:21
ПЩІЭН ХУЕЙР: Зи гугъу пщІы темэр къодэІуэнухэм я гъащІэм дауэ епхами къагурыгъаІуэ икІи ар къызэрагъэсэбэпынур къащІэну ядэІэпыкъу.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
КъодэІуэнухэм егупсыс. Бгъэхьэзыра псалъэм хэт гупсысэхэр къодэІуэнухэм щІызэхахын хуейм и щхьэусыгъуэмрэ абы и сыт хуэдэ Іыхьэхэр нэхъ щхьэпэ хъунуми егупсыс.
Уи псалъэр жыпІэху жыпІэм сэбэпынагъ хэлъым гу лъегъатэ. КъодаІуэ цІыхухэр занщІэу «Мыр сэращ щІагъэхьэзырар!» жаІэу егупсысын хуэдэу уи псалъэр жыІэ. Гупсысэ нэхъыщхьэхэр къыхэбгъэщыху ар къызэрагъэсэбэпыну щІыкІэр къагурыбгъаІуэурэ щІы. Мыхьэнэ зимыІэ псалъэхэр жомыІэу, къагурыбгъэІуэну узыхуейм и купщІэр жыІэ.