2-НЭ УРОКЫР
ГъащІэм узэрыщыпсалъэм хуэдэу псалъэ
2 Коринф 2:17, ДЩІ
ПЩІЭН ХУЕЙР: Уэ узытепсэлъыхь темэмрэ къодаІуэхэмрэ уазэрыхущытыр къэбгъэлъэгъуэфын щхьэкІэ, гъащІэм узэрыщыпсалъэм хуэдэу, уи гум къыбгъэдэкІыу псалъэ.
АР ЗЭРЫПЩІ ХЪУНЫР:
ФІыуэ зыгъэхьэзыр икІи Алыхьым елъэІу. Уэ уи щхьэм уемыгупсысыжу, цІыхухэм яжепІэну узыхуейм уи акъылыр тебухуэну Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу. КъодаІуэхэм ябгъэдэплъхьэну узыхуей гупсысэхэр уи щхьэм щхьэкІэ къыхэбгъэщхьэхукІын хуейщ. Тхауэ пІыгъым итыр зэрит дыдэм хуэдэу жомыІэу, уэ уи псалъэкІэ жыІэ.
Уи гум къыбгъэдэкІыу псалъэ. ЦІыхухэм яжепІэну узыхуейм абыхэм я дежкІэ сыт хуэдэ мыхьэнэ иІэми егупсыс. Абы щыгъуэ уэ уи нэгумрэ зэрызыпІыгъымрэ гуапагърэ щабагърэ къыхэщынущ.
КъодаІуэхэм еплъ. Псалъэ щыжыпІэм деж, къодаІуэ псори зэуэ нэкІэ къызэщІебгъэубыдэну ухэмыту, зэ зым, зэ адрейм еплъ.