11 СТАТЬЯР
ГъэунэхуапІэхэм узэрыпэлъэщын къару Библием къыпхилъхьэнущ
«Теубыдагъэ... къыдэзыт Тхьэр» (РИМ 15:5).
94-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм щхьэкІэ фІыщІэ худощІ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Иеговэ и лэжьакІуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэнкІэ хъуну?
УЭ ГУГЪУ уезыгъэхь гъэунэхуапІэ гуэр иджыпсту уиІэу пІэрэ? Псалъэм папщІэ, зэхуэсым щыщ гуэрым уи жагъуэ къищІащ (Екъуб 3:2). Хьэмэрэ, Иеговэ узэрыхуэлажьэм щхьэкІэ, къыбдэлажьэхэм е къыбдеджэхэм ауан уащІ (1 Пет. 4:3, 4). Е зэІущІэхэмрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ ухэмытын щхьэкІэ, уи унагъуэм щыщхэр къыппэщІоувэ (Мт. 10:35, 36). Уи Іуэхур егъэлеяуэ гугъу хъуамэ, уэ къыпщыхъункІэ хъунущ Иеговэ пэжу ухуэлэжьэн щхьэкІэ къару уимыІэжу. Ауэ быдэу уи фІэщ щІы: сыт хуэдэ гугъуехь упэщІэмыхуами, Иеговэ Іущагърэ къарурэ къыуитынущ, унафэ пэж къэпщтэн икІи теубыдагъэ пхэлъын щхьэкІэ.
2. Рим 15:4 зэритымкІэ, Алыхьым и Псалъэм дызэреджэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьыфынур?
2 Библием итщ гугъуехь зэмылІэужьыгъуэхэм пэщІэхуауэ щыта цІыхухэм я щапхъэхэр. Иеговэ абыхэм теухуа хъыбархэр къыщІытхуигъэнар сыт? Дэ абыхэм дерс къыхэтхын щхьэкІэ. (Къеджэ Рим 15:4.) А хъыбархэм дэ гупсэхугъуэрэ гугъапІэрэ къыдат. Ауэ Библием итым уеджэ къудейкІэ зэфІэкІкъым. Дызэджэр ди гум лъэІэсын икІи абы ди гупсысэкІэр фІыкІэ ихъуэжын хуейщ. Гугъуехь гуэрым упэщІэхуауэ чэнджэщ къэплъыхъуэу щытмэ, сыт пщІэ хъунур? Мы лъэбакъуиплІыр уэ къыбдэІэпыкъунущ: 1) Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, 2) Библием итыр уи нэгу къыщІэгъэхьэ, 3) узэджэм куууэ егупсыс, 4) къэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. КъедбжэкІа лъэбакъуиплІым къикІыр зэпкърытхынщ икІи ахэр къызэрыдгъэсэбэп хъунур къыдгурыІуэн папщІэ пащтыхь Даутрэ апостол Паулрэ я щапхъэхэм деплъынщb.
1. ИЕГОВЭ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ
Библием щыщ Іыхьэ гуэр уеджэн ипэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, узэджэр къызэрыбдэІэпыкъуфынур къэплъэгъун щхьэкІэ. (3-нэ абзацым феплъ.)
3. Библием уеджэн ипэ сыт пщІэн хуейр икІи сыт щхьэкІэ?
3 1. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. Библием щыщ Іыхьэ гуэр уеджэн ипэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, узэджэр къызэрыбдэІэпыкъуфынур къэплъэгъун щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, уи гугъуехьым упэлъэщыну къыбдэІэпыкъуну принципхэр Библием къыщыбгъуэтыну Иеговэ уелъэІу хъунущ (Флп. 4:6, 7; Екъуб 1:5).
2. БИБЛИЕМ ИТЫР УИ НЭГУ КЪЫЩІЭГЪЭХЬЭ
Библием къиІуэтэж хъыбарым зи гугъу ищІ цІыхум и пІэ зигъэувэ. (4-нэ абзацым феплъ.)
4. Библием къиІуэтэж хъыбарыр нэхъ гъэщІэгъуэн пщыхъун щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур?
4 2. Библием итыр уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Зыгуэр ди нэгу къызэрыщІэдгъэхьэфыр Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэщ. Библием къиІуэтэж хъыбарыр нэхъ гъэщІэгъуэн пщыхъунущ, абы зи гугъу ищІ цІыхум ипІэ зибгъэувэмэ, абы илъагъумрэ зыхищІэмрэ уи нэгу къыщІэбгъэхьэмэ.
3. УЗЭДЖЭМ КУУУЭ ЕГУПСЫС
Узэджэр уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъунум егупсыс. (5-нэ абзацым феплъ.)
5. Дауэ узэджэм узэрегупсыс хъунур икІи сыт абыкІэ къыбдэІэпыкъунур?
5 3. Узэджэм куууэ егупсыс. Узэджэр уи гъащІэм къызэрыщыбгъэсэбэп хъунум уегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Куууэ узэрегупсысыр къыбдоІэпыкъу узэджам къикІыр нэхъыфІу къыбгурыІуэну. Библием еджэу, ауэ зэджам емыгупсысыр ебгъэщхь хъунущ зы шхыныгъуэ гуэрым хэлъын хуейхэр зэхуэзыхьэс, ауэ ар зымыпщэфІ цІыхум. Апхуэдэ цІыхум а шхыныгъуэм и ІэфІагъыр зэи зыхищІэнукъым. Узэджам ущегупсысым деж, уэ шхыныгъуэм хэлъын хуейхэр псори зэхэплъхьэу жыпІэ хъунущ икІи абы и ІэфІагъыр нэгъэсауэ зыхэпщІэнущ. Библием итым куууэ уегупсысыну сыт къыбдэІэпыкъунур? Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэм егупсыс: сызэджэм зи гугъу ищІ цІыхум сыт ищІар и гугъуехьым пэлъэщын щхьэкІэ? Иеговэ дауэ абы зэрыдэІэпыкъуар? Мы хъыбарым сэ сыт хуэдэ дерс хэслъагъуэрэ икІи дауэ ар къызэрыздэІэпыкъур теубыдагъэ схэлъу гъэунэхуапІэхэм сыпэлъэщыну?
4. КЪЭПЩІАР УИ ГЪАЩІЭМ КЪЫЩЫГЪЭСЭБЭП
КъэпщІар уи гъащІэм къыщыбгъэсэбэпмэ, унафэ пэжхэр пщІынущ, гупсэхугъуэ уиІэнущ, уи фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъунущ. (6-нэ абзацым феплъ.)
6. КъэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпын щІыхуейр сыт?
6 4. КъэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. Хьисэ зэрыжиІамкІэ, къэтщІар ди гъащІэм къыщыдмыгъэсэбэпмэ, зи унэр пшахъуэм тезыщІыхь цІыхум дебгъэщхь хъунущ. Апхуэдэ цІыхур егугъуу лажьэми, и къарур пщІэншэу егъэкІуэд. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, уэлбанэшхуэ къэхъуу псыр къиумэ, а унэр къызэтекъутэнущ (Мт. 7:24—27). Дэри апхуэдэ гуэр къытщыщІыфынущ. Псалъэм папщІэ, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъазэу, дызэджар ди нэгу къыщІэдгъэхьэу икІи абы куууэ дегупсысу, ауэ къэтщІар ди гъащІэм къыщыдмыгъэсэбэпу щытмэ, ди къарур пщІэншэу дгъэкІуэду аращ. Сыт щхьэкІэ? ГъэунэхуапІэ хьэлъэхэм дыпэщІэхуэмэ, ди фІэщхъуныгъэр махэу къыщІидзыфынущ. Ауэ ипэкІэ зи гугъу тщІа чэнджэщиплІыр къэдгъэсэбэпмэ, дэ гупсэхугъуэ диІэнущ, ди фІэщхъуныгъэри нэхъ быдэ хъунущ (Ис. 48:17, 18). Иджы зэпкърытха лъэбакъуиплІыр къэдгъэсэбэпурэ, пащтыхь Даут и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм сытым дыхуагъасэми деплъынщ.
ПАЩТЫХЬ ДАУТ И ЩАПХЪЭР
7. Библием ит сыт хуэдэ Іуэхугъуэ дэ иджыпсту зэпкърытхынур?
7 Уи ныбжьэгъу е уи Іыхьлы гуэр къопцІыжауэ пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, Даут и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэр уэ къыбдэІэпыкъунущ. Даут и къуэ Авессалом пащтыхьыгъуэр иубыдын щхьэкІэ и адэм епцІыжат (2 Сам. 15:5—14, 31; 18:6—14).
8. Иеговэ къыбдэІэпыкъун щхьэкІэ, сыт уэ пщІэ хъунур?
8 1. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. Ебланэ абзацым зи гугъу ищІыр уигу илъу уэ узыхуэза гугъуехьымкІэ икІи уи гурыщІэхэмкІэ Иеговэ дэгуашэ (Пс. 6:6—9). ИтІанэ уи гугъуехьым упэщІэтын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну принципхэр къэбгъуэтыну Алыхьым елъэІу.
9. Авессалом и адэм щыпэщІэувам щыгъуэ къэхъуар къыжыфІэж?
9 2. Библием итыр уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Пычыгъуэм зи гугъу ищІ Іуэхугъуэхэр уи нэгу къыщІэгъэхьэ икІи пащтыхь Даут ипІэм зигъэувэ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу Авессалом къару куэд ирихьэлІащ лъэпкъыр къыдихьэхын щхьэкІэ (2 Сам. 15:7). Зэманыр нэхъ хуэкІуэу къыщилъытэм Авессалом щэхуу езым и цІыхухэр Израилым и унагъуэ лъэпкъхэм псоми яхуигъэкІуащ. Апхуэдэу Авессалом пащтыхьыгъуэр зэриубыдыным израил цІыхухэр хуигъэхьэзырт. Даут и ныбжьэгъу пэжу икІи чэнджэщхэр къезыту щыта Ахитофел нэгъуни Авессалом езым и лъэныкъуэр иригъэубыдыфащ. Авессалом пащтыхьу зигъэІуащ икІи и адэр иубыду иукІыну хэтащ. А зэманым Даут сымаджэ хьэлъэу щыту къыщІэкІынут (Пс. 41:1—9). И къуэм и мурад бзаджэр Даут къищІати, Ерусалим дэкІри щІэпхъуэжащ. ИкІэм-икІэжым Авессаломрэ Даутрэ я дзэхэр зэпэщІэувэри зэзэуащ. Даут и дзэр текІуащ икІи Авессалом а зауэм хэкІуэдащ.
10. Даут Іуэхугъуэ гугъум щыпэщІэхуам щыгъуэ сытыт зэгупсысынкІэ хъунур?
10 А зэманым Даут сыт хуэдэ гурыщІэхэр иІами егупсыс. Абы Авессалом фІыуэ илъагъут икІи Ахитофел дзыхь хуищІт. Ауэ ахэр Даут къепцІыжри и гум хуабжьу еуащ икІи яукІыну хэтащ. Даут адрей и ныбжьэгъухэми Авессалом и лъэныкъуэр яубыдауэ къыщыхъуу дзыхь яхуимыщІыжу хъуфынут. Абы и щхьэм фІэкІа зыщыгугъ хъун зыри щымыІэу икІи и закъуэу щІэпхъуэжмэ нэхъыфІу щыту къилъытэнкІэ хъунут. Е къыщыщІам и ягъэкІэ ар гужьеигъуэм зэщІиубыдэфынут. Сыт-тІэ Даут къыдэІэпыкъуар гупсысэкІэ тэмэмыр ихъумэу, зыпэщІэхуа гъэунэхуапІэм пхрыкІыфыну?
11. Даут гъэунэхуапІэ щыпэщІэхуам щыгъуэ сыт ищІар?
11 3. Узэджэм куууэ егупсыс. Даут къыщыщІам сыт хуэдэ дерс хэпхыфынуми егупсыс. Псалъэм папщІэ, зэупщІыж: «Даут зыпэщІэхуа гугъуехьым пэщІэтын щхьэкІэ сыт ищІар?» Зы лъэныкъуэкІэ къапщтэмэ, Даут гужьейуэ зэмыгупсыса унафэхэр къищтакъым. НэгъуэщІ лъэныкъуэкІи уеплъмэ, шынэр зытригъакІуэу зыри имыщІэу ар щысакъым. Даут Иеговэрэ и ныбжьэгъухэмрэ я деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуэт икІи ищІа унафэхэр занщІэу игъэзащІэт. ЗыпэщІэхуа Іуэхугъуэм Даут и гур хуабжьу хигъэщІт, ауэ абы щхьэкІэ ар зыми дзыхь хуэзымыщІыж цІыху пхъашэ хъуакъым. Абы Иеговэрэ и ныбжьэгъухэмрэ адэкІи дзыхь яхуищІт.
12. Иеговэ Даут дауэ зэрыдэІэпыкъуар?
12 Иеговэ Даут дауэ зэрыдэІэпыкъуар? Мы Іуэхум нэхъ куууэ ухэплъэмэ, уэ гу лъыптэнущ гъэунэхуапІэм пхрыкІын щхьэкІэ зыхуэныкъуэ къарур Иеговэ Даут зэрыритам (Пс. 3, псалъащхьэм тетыр; 3:1—8). Абы нэмыщІ Иеговэ езы Даути, абы и лъэныкъуэр зыІыгъыу зэуа и ныбжьэгъу пэжхэми ехъулІэныгъэ яритт.
13. Зыгуэрым уи жагъуэ къищІамэ, дауэ уэ Даут щапхъэ зэрытепх хъунур? (Маттэ 18:15—17).
13 4. КъэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. ЗэупщІыж: «Дауэ сэ Даут щапхъэ зэрытесх хъунур?» Къэхъуа Іуэхугъуэм елъытауэ, уэ зумыІэжьэу Маттэ 18-нэ псалъащхьэм ит принципхэр къэбгъэсэбэп хъунущ е мамырыгъэ къэплъыхъуэу цІыхум узэрекІужыным иужь уихьэ хъунущ. (Къеджэ Маттэ 18:15—17.) Ауэ сыт къэмыхъуами, гурыщІэ Іейхэр зытумыгъакІуэ. Иеговэ елъэІу гузэгъэгъуэ къыуитыну икІи пщІэн хуейр къыбгуригъэІуэну. Уи ныбжьэгъухэм адэкІи дзыхь яхуэщІ икІи ахэр зыдэгъэІэпыкъу (Прит. 17:17). Псом нэхъапэращи, Алыхьым и Псалъэм ит чэнджэщхэм едаІуэ (Прит. 3:5, 6, Гъэсэпэтхыдэхэр).
АПОСТОЛ ПАУЛ И ЩАПХЪЭР
14. 2 Тимофей 1:12—16; 4:6—11, 17—22 ит псалъэхэр сыт хуэдэ Іуэхугъуэхэм деж къыбдэІэпыкъуфыну?
14 Иеговэ ухуэлэжьэну уи Іыхьлыхэм щыщ гуэр зэран къыпхуэхъуу пІэрэ? Е хъыбарыфІыр дгъэІуну зэран къыщытхуэхъу е ди лэжьыгъэр щызэхуащІа къэралым ущыпсэууэ пІэрэ? Апхуэдэу щытмэ, 2 Тимофей 1:12—16, абы нэмыщІ 4:6—11, 17—22c ит псалъэхэм уэ къару къыпхалъхьэнущ. Ахэр Паул тутнакъым ису итхауэ щытащ.
15. Иеговэ сыткІэ уелъэІу хъуну?
15 1. Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ. ЕпщыкІуплІанэ абзацым къыщыхьа пычыгъуэхэм укъеджэн ипэ, уэ узыхуэза гугъуехьымкІэ икІи уи гурыщІэхэмкІэ Иеговэ дэгуашэ. ИтІанэ Иеговэ елъэІу уи гугъуехьым упэщІэтын щхьэкІэ къыбдэІэпыкъуну принципхэр Паул и псалъэхэм къыхэбгъуэтэну къыбдэІэпыкъуну.
16. Паул сыт хуэдэ гугъуехь зыпэщІэхуар?
16 2. Библием итыр уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Паул и пІэм уиту уи нэгу къыщІэгъэхьэ. Ар Іэхъулъэхъу ящІауэ Рим къалэм и лъэхъуэщым исщ. Паул япэми и хуитыныгъэр къыщытраха къэхъуат, ауэ иджы ар зэраукІынум езым шэч къытрихьэкъым. Языныкъуэ къуэшхэм Паул къагъэнащ икІи ар къарууншэ дыдэ хъуащ (2 Тим. 1:15).
17. Паул Іуэхугъуэ гугъум щыпэщІэхуам щыгъуэ сытыт зэгупсысынкІэ хъунур?
17 Паул блэкІа Іуэхухэм и акъылыр триухуэу, япэм нэгъуэщІ унафэхэр къищтамэ, иджыпсту лъэхъуэщым имысыну егупсысыфынут. Абы нэмыщІ Азие хэкум щыщ къуэшхэм ар къызэрагъэнам щхьэкІэ гузэрыдзэ ищІу, адрей и ныбжьэгъухэми дзыхь яхуимыщІыжу хъуфынут. Ауэ абы апхуэдэу ищІакъым. Сытыт-тІэ Паул быдэу и фІэщ щІэхъур и ныбжьэгъухэм къызэрамыгъэнэнур икІи Алыхьым и нэфІ къызэрыщыхуэнур?
18. Паул гъэунэхуапІэ щыпэщІэхуам щыгъуэ сыт ищІар?
18 3. Узэджэм куууэ егупсыс. Мы упщІэм жэуап ет: «Паул зыпэщІэхуа гугъуехьым пэщІэтын щхьэкІэ сыт ищІар?» Паул яукІынкІэ шынагъэ щыІэми, абы ищІэжт Иеговэ щІыхь къыхуэпхьыныр псом нэхърэ зэрынэхъапэр. Абы нэмыщІ, Паул адрейхэм зэрыдэІэпыкъун Іэмал адэкІи къилъыхъуэт. Ар Иеговэ щыгугът икІи зэпымыууэ абы тхьэлъэІукІэ зыхуигъазэт (2 Тим. 1:3). Паул языныкъуэ къуэшхэм къызэрагъэнам лейуэ иримыгузавэу, пэжу къыхуэна и ныбжьэгъухэр къызэрыдэІэпыкъуар фІыщІэ ищІт. А псом нэмыщІ абы адэкІи Алыхьым и Псалъэр куууэ иджт (2 Тим. 3:16, 17; 4:13). Псом нэхъапэращи, Паул зэи шэч къытрихьэтэкъым Иеговэрэ Хьисэрэ ар фІыуэ къызэралъагъум, абыхэм ар къызэрамыгъэнам икІи пэжагъ зэригъэлъэгъуам щхьэкІэ Іэмал имыІэу тыгъэ лъапІэ къызэрыратынум.
19. Иеговэ Паул дауэ зэрыдэІэпыкъуар?
19 Паул и фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гъэунэхуапІэхэм зэрыпэщІэхуэнур Иеговэ къыжриІат (Апост. 21:11—13). Дапхуэдэу-тІэ Иеговэ Паул зэрыдэІэпыкъуар? Абы и тхьэлъэІухэм жэуап иритт икІи къару къыхилъхьэт (2 Тим. 4:17). Иеговэ Паул къигъэгугъащ апхуэдизу зыхущІэкъуа тыгъэр Іэмал имыІэу къызэрылъысынур. Абы нэмыщІ Алыхьым Паул и ныбжьэгъу пэжхэр хуигъэушащ ахэр абы дэІэпыкъуну.
20. Рим 8:38, 39 итым тепщІыхьмэ, Паул игъэлъэгъуа фІэщхъуныгъэм щапхъэ дауэ тетх хъуну?
20 4. КъэпщІар уи гъащІэм къыщыгъэсэбэп. ЗэупщІыж: «Дауэ сэ Паул щапхъэ зэрытесх хъунур?» Паул хуэдэу, дэри къыдгуроІуэ ди фІэщхъуныгъэм щхьэкІэ гугъуехь зэрыдагъэшэчынур (Мк. 10:29, 30). Иеговэ пэжу дыкъыхуэнэн щхьэкІэ, дэ абы дыщыгугъын, тхьэлъэІукІэ зыхуэдгъэзэн икІи и Псалъэр зэпымыууэ дджын хуейщ. Абы нэмыщІ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым Иеговэ щІыхь къыхуэпхьыныр псом нэхърэ зэрынэхъапэр. Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: Иеговэ зэи дыкъигъэнэнукъым икІи абы и «фІылъагъуныгъэм дыбгъэдишын» зыми лъэкІынукъым. (Къеджэ Рим 8:38, 39; Евр. 13:5, 6.)
БИБЛИЕМ ИТ НЭГЪУЭЩІ ЩАПХЪЭХЭР
21. Аярэ Хекторрэ я гъэунэхуапІэхэм пэлъэщыну сыт къадэІэпыкъуар?
21 Сыт хуэдэ Іуэхугъуэ димытами, Алыхьым и лэжьакІуэхэм я хъыбархэм дэ къару къыдатыфынущ. Псалъэм папщІэ, Японием щыпсэу ди шыпхъу А́я пионеру мэлажьэ. Ар цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр щигъэІуну шынэт, ауэ Инус и щапхъэр абы къыдэІэпыкъуащ шынэм текІуэну. Индонезием щыщ ныбжьыщІэ Хе́ктор Руфэ и щапхъэр къыдэІэпыкъуащ, и адэ-анэр Иеговэ зэрыхуэмылажьэм емылъытауэ, адэкІи Иеговэ теухуауэ къищІэну икІи абы пэжу хуэлэжьэну.
22. Библием тегъэщІа драмэхэмрэ «Подражайте их вере» жыхуиІэ рубрикэм щыщ статьяхэмрэ сэбэпынагъ нэхъыбэ къыпхуахьын щхьэкІэ сыт пщІэ хъунур?
22 Уи фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зыщІыфыну щапхъэхэр дэнэ къыщыбгъуэта хъуну? Ди видеохэм еплъ, Библием къиІуэтэж Іуэхугъуэхэм макъкІэ къызэреджэм едаІуэ икІи «Подражайте их вере»d жыхуиІэ рубрикэм щыщ статьяхэм еджэ. Ауэ абы ипэ Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ, бджыр къызэрыбдэІэпыкъуфынур къэплъэгъун щхьэкІэ. А материалхэр фІы дыдэу зэхэлъхьащ икІи Библием итыр уи нэгу къыщІэбгъэхьэну къыбдоІэпыкъу. Псалъэм папщІэ, Библием зи гугъу ищІ цІыхум ипІэм зигъэувэ, Иеговэ абы къызэрыдэІэпыкъуам егупсыс икІи къэпщІам дерс къыхэх. Алыхьыр къызэрыбдэІэпыкъур фІыщІэ пщІыну зыщумыгъэгъупщэ икІи адрейхэр зэрыбгъэгушхуэн икІи абыхэм щІэгъэкъуэн уазэрыхуэхъун Іэмал къэлъыхъуэ.
23. Исаия 41:10, 13 зэритымкІэ, Иеговэ сыткІэ дыкъигъэгугъэрэ?
23 Иблисым и ІэмыщІэм илъ дунейм ущыпсэну егъэлеяуэ гугъущ (2 Тим. 3:1). Ауэ дэ шынэр зытедгъакІуэу, дыгужьей хъунукъым. Дэ тшэчын хуей хъу псори Иеговэ елъагъу. Абы дыкъегъэгугъэ дэІэпыкъуэгъу дыщыхуэныкъуэм деж, и Іэ лъэщ ижьымкІэ быдэу диІыгъыну. (Къеджэ Исаия 41:10, 13.) Дэ Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунум икІи гъэунэхуапІэхэм дыпэщІэтын щхьэкІэ Библием къару къызэрыдитынум шэч лъэпкъ къытетхьэкъым.
96-НЭ УЭРЭДЫР Алыхьым и Псалъэм хъугъуэфІыгъуэ куэд итщ
a Иеговэ и лэжьакІуэхэр фІыуэ зэрилъагъум икІи ахэр сыт хуэдэ гъэунэхуапІэ пэщІэмыхуэми зэрыдэІэпыкъунум щыхьэт техъуэ хъыбар куэд Библием итщ. Библиер зэрыдджым сэбэпынагъ нэхъыбэ къытхуихьын щхьэкІэ сыт тщІэ хъунуми мы статьям щызэпкърытхынущ.
b Мыпхуэдэ бгъэдыхьэкІэр Библиер зэрыбдж хъуну Іэмалхэм ящыщ зыуэ аращ. НэгъуэщІ чэнджэщхэр уэ къыщыбгъуэтынущ «Путеводитель по публикациям Свидетелей Иеговы» жыхуиІэ ди тхыгъэм, «Библия» темэм, «Чтение и понимание Библии» жыхуиІэ псалъащхьэм.
c «ХъумакІуэ чэщанэ» журналыр зэІущІэм щывджкІэ, мы едзыгъуэхэм укъеджэн хуейкъым.
d БИБЛЕЙСКИЕ УЧЕНИЯ > ВЕРА В БОГА жыхуиІэ вкладкэм «Подражайте их вере. Люди, о которых рассказывается в Библии» жыхуиІэ рубрикэм jw.org сайтым фыщеплъ.