ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w19 Декабрь н. 16—21
  • Иеговэ фІыуэ пцІыхуу пІэрэ?

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • Иеговэ фІыуэ пцІыхуу пІэрэ?
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • МУСЭ «ЦІЫХУХЭМ ЯМЫЛЪАГЪУ ТХЬЭР» ИЛЪЭГЪУАЩ
  • ИЕГОВЭ «И ГУМ ИРИХЬ ЦІЫХУ» КЪИГЪУЭТАЩ
  • ИЕГОВЭ АДЭКІИ КЪЫЗЭРЫФЦІЫХУНЫМ ИУЖЬ ФИТ
  • Фи нэхэр Иеговэ хуэгъэзауэ щыт?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2018
  • «Иеговэ къэзылъыхъуэхэр фІыгъуэм зэи щыщІэнукъым»
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2022
  • МафІэ зыщІэна чыцэ
    Библием ит хъыбархэм дерс хыдох
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2019
w19 Декабрь н. 16—21

51 СТАТЬЯР

Иеговэ фІыуэ пцІыхуу пІэрэ?

«Уи цІэр зыщІэхэр уэ къыпщыгугъынущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Иеговэ, укъэзылъыхъуэхэр уэ къэбгъанэкъым» (ПС. 9:10).

56-НЭ УЭРЭДЫР Пэжыр зэхэщІыкІ

МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa

1, 2. Ангелито и щапхъэм сытым дыхуигъэушрэ?

ФИ АДЭ-АНЭР Иеговэ и Щыхьэту зэрыщытым къыхэкІкІэ фэри Алыхьыр фи ныбжьэгъу хъуну? Хьэуэ. Иеговэ хуэлажьэ унагъуэм дыкъыщыхъуами, Алыхьым дэ езым гъунэгъу зыхуэтщІын хуейщ.

2 Ди къуэш Ангели́то и щапхъэр зэпкърытхынщ. Ар Иеговэ хуэлажьэ унагъуэм къыщыхъуащ. Ауэ ар щыныбжьыщІэм Алыхьымрэ абырэ я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ дэлъу зыхищІэтэкъым. Абы жеІэж: «Си унагъуэр Иеговэ хуэлажьэти, сэри абыхэм ящІэр сщІэжурат». Ауэ зэгуэр Ангелито мурад ищІащ Библие джынымрэ зэджам егупсысынымрэ зэман нэхъыбэ тригъэкІуэдэну, абы нэмыщІ Алыхьым лъэІукІэ нэхъыбэрэ зыхуигъазэу щІидзащ. Сыт абы къыпэкІуар? Ар къыддогуашэ: «Сэ къызгурыІуащ: си Адэ лъапІэ Иеговэ гъунэгъу сыхуэхъун щхьэкІэ зы Іэмалщ щыІэр — сэ езым ар фІыуэ къэсцІыхун хуейщ». Ангелито и щапхъэм мыхьэнэшхуэ зиІэ упщІэхэм дрегъэгупсыс: Иеговэ теухуауэ пщІэнымрэ Иеговэ пцІыхунымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ? ИкІи абы нэхъ гъунэгъу дыхуэхъун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

3. Иеговэ теухуауэ пщІэнымрэ Иеговэ пцІыхунымрэ сыткІэ зэщхьэщыкІрэ?

3 ЦІыхум Алыхьым и цІэр, и хабзэхэр, и ІуэхущІафэхэр щищІэм деж Иеговэ теухуауэ ищІэу жыпІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ фІыуэ пцІыхун щхьэкІэ ар мащІэщ. Зэман хэтхын хуейщ Иеговэрэ абы и хьэл-щэн дахэхэмрэ къэтцІыхун щхьэкІэ. Абы щыгъуэщ дэ къыщыдгурыІуэнур абы ищІэу щытахэмрэ жиІахэмрэ щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Ар фІыуэ къызэрыдгурыІуэр къыддэІэпыкъунущ зэхэдгъэкІыну ди еплъыкІэм, гупсысэкІэм, ІуэхущІафэхэм Алыхьыр арэзы техъуэрэ темыхъуэрэ. Иеговэ къызэрытщыгугъыр зэхэдгъэкІа иужь къэтщІам дытету дыпсэун хуейщ.

4. Библием ит щапхъэхэм сыт къыдгурагъаІуэр?

4 Иеговэ дыхуэлэжьэну дызэрыхуейм щхьэкІэ языныкъуэ цІыхухэр къытщыдыхьэшхынкІэ хъунущ. Абы нэмыщІ зэхуэсым кІуэн щІэддза иужь ахэр нэхъ Іеижу къытпэувынкІэ хъунущ. Ауэ Иеговэ дыщыгугъыу щытмэ, абы зэи дыкъигъэнэнукъым. Апхуэдэу зэрыщытыр Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ игъащІэ псокІэ дэлъыным лъабжьэ быдэ хуэхъунущ. Ауэ гуэныхь зыхэлъ цІыхухэм Иеговэ ныбжьэгъуфІ хуэхъуну яхузэфІэкІыну пІэрэ? ЯхузэфІэкІынущ! Ар къызыхэщ щапхъэ куэд щыІэщ. Псалъэм папщІэ, Мусэрэ Даутрэ я щапхъэр зэпкърытхынщ икІи мыпхуэдэ упщІэхэм дегупсысынщ: дапхуэдэу Иеговэ абыхэм къызэрацІыхуар? ИкІи сытым абы дыхуигъасэрэ?

МУСЭ «ЦІЫХУХЭМ ЯМЫЛЪАГЪУ ТХЬЭР» ИЛЪЭГЪУАЩ

5. Сыт Мусэ къыхихар?

5 Мусэ Алыхьым хуэлэжьэныр къыхихащ. Мусэ илъэс 40 хуэдиз щыхъум «Фирхьэуным и пхъурылъхукІэ къеджэу» идакъым, атІэ Алыхьым и лъэпкъ журтхэм я лъэныкъуэр иубыдыну мурад ищІащ (Евр. 11:24). Абы псори къигъэнащ Иеговэ хуэлэжьэн щхьэкІэ. Мысырым пщылІу щыІэ журтхэм я лъэныкъуэр Мусэ щиубыдам щыгъуэ, абы къыгурыІуэт фирхьэуныр къызэригъэгубжьынур. Фирхьэуныр лъэкІыныгъэшхуэ зиІэ пащтыхьт икІи мысыр цІыхухэм ар тхьэуэ ябжт. Сыту фІэщхъуныгъэ быдэ иІэт Мусэ! Абы Иеговэ дзыхь хуищІт. Апхуэдэу Мусэ Иеговэ дзыхь зэрыхуищІым и фІыгъэкІэ абы хуиІэ ныбжьэгъугъэр и гъащІэ псокІэ ихъумэфащ (Прит. 3:5, Гъэсэпэтхыдэхэр).

6. Мусэ и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

6 Мусэ и щапхъэм сыт хуэдэ дерс хэтхыфыну? Абы хуэдэу дэри Иеговэ дыхуэлэжьэну икІи и лъэпкъым и лъэныкъуэр дубыдыну мурад тщІыну пІэрэ? Абы щхьэкІэ дэ зыгуэр къэдгъэнэн хуеинкІэ хъунущ икІи Иеговэ зымыцІыхухэр къытпэщІэувэнкІэ хъунущ. Ауэ уафэм щыІэ ди Адэм дзыхь хуэтщІу щытмэ, ар къыддэІэпыкъуну дыщыгугъ хъунущ.

7, 8. Мусэ щІэныгъэ иІэм емылъытауэ, сытыт адэкІи къищІэну зыхущІэкъур?

7 Мусэ Иеговэ и хьэл-щэнхэр адэкІи къищІэт икІи и мурадыр игъэзащІэт. Израил лъэпкъыр гъэрыпІэм къришыжыну Иеговэ Мусэ къалэн щыхуищІам щыгъуэ къэхъуа Іуэхугъуэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Мусэ а лэжьыгъэр игъэзэщІэну тегушхуэтэкъым икІи мызэ-мытІэу Иеговэ жриІащ а къалэныр хуэмыгъэзэщІэну. Иеговэ абы гущІэгъушхуэ хуищІащ икІи дэІэпыкъуэгъу хуэхъуащ (Исх. 4:10—16). Абы и фІыгъэкІэ Мусэ фирхьэуным жриІэфащ Иеговэ абы тезыр зэрытрилъхьэнур. Абы иужь Мусэ илъэгъуащ Иеговэ и къарур къызэригъэсэбэпар израил лъэпкъыр къригъэлын щхьэкІэ икІи фирхьэунымрэ абы и дзэмрэ Хы Плъыжьым хигъэкІуэдэн щхьэкІэ (Исх. 14:26—31; Пс. 136:15).

8 Иеговэ израил цІыхухэр Мысыр гъэрыпІэм къришыжа иужь, ахэр сыт щыгъуи тхьэусыхэт икІи Иеговэ сыт яхуимыщІэми арэзытэкъым. Ауэ абы щыгъуи Иеговэ и лъэпкъым шыІэныгъэшхуэ хэлъу хущытт, икІи Мусэ ар илъагъут (Пс. 78:40—43). Абы нэмыщІ Иеговэ Іэдэбагъ зэрыхэлъыр Мусэ илъэгъуат. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и унафэр ихъуэжауэ щытащ, Мусэ абы щелъэІуам щыгъуэ (Исх. 32:9—14).

9. Еврейхэм 11:27 зэритымкІэ, Иеговэрэ Мусэрэ сыт хуэдэ зэхущытыкІэ я зэхуаку дэлът?

9 Израил цІыхухэр Мысырым къикІыжа иужь, Мусэрэ Иеговэрэ я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр апхуэдизкІэ быдэ хъуати, Мусэ уафэм щыІэ и Адэр илъагъум хуэдэт. (Къеджэ Еврейхэм 11:27.) Библием абыхэм я зэхущытыкІэм теухуауэ мыпхуэдэу итщ: «Иеговэрэ Мусэрэ зэбгъэдэту зэпсалъэт, цІыхур цІыхум зэрепсалъэм хуэдэу» (Исх. 33:11).

10. Иеговэ фІыуэ тцІыхун щхьэкІэ сыт тщІэн хуейр?

10 Дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Иеговэ фІыуэ тцІыхун щхьэкІэ, дэ абы и хьэл-щэнхэр къызэрытцІыхум нэмыщІ, и мурадри дгъэзэщІэн хуейщ. Нобэ Иеговэ и мурадщ «цІыху псори мыкІуэду къригъэлыну» икІи абыхэм «щыпкъагъэр ящІэну» (1 Тим. 2:3, 4). А мурадыр зэрыдгъэзащІэ хъун Іэмалхэм щыщ зыщ — нэгъуэщІхэм Иеговэ теухуауэ егъэщІэныр.

11. НэгъуэщІхэр щедгъаджэм деж дауэ дэри Иеговэ нэхъыфІу къызэрытцІыхур?

11 ЦІыхухэр щедгъаджэм деж, дэри Иеговэ нэхъыфІу къыдоцІыху. Псалъэм папщІэ, Алыхьыр къэзыцІыхуну хуейхэм Иеговэ дыщыхуигъазэм деж, дэ ІупщІу долъагъу абы гущІэгъу зэрыхэлъыр (Ин. 6:44; Апост. 13:48). Библием едгъаджэм и хьэл-щэн Іейхэр зыхинэу «щэныщІэфІыр фащэ хуэдэу» зыщришэкІым деж, дэ Алыхьым и Псалъэм къаруушхуэ зэриІэр долъагъу (Кол. 3:9, 10). Абы нэмыщІ Иеговэ шыІэныгъэ зэрыхэлъыр къыхощ ди щІыпІэм щыпсэу цІыхухэм ар къацІыхуу, къелын щхьэкІэ Іэмал куэд зэраритым (Рим 10:13—15).

12. Исход 33:13 зэритымкІэ, Мусэ Иеговэ сыткІэ зэрелъэІуар икІи сыт щхьэкІэ?

12 Мусэ Иеговэ хуиІэ ныбжьэгъугъэр лъапІэу илъытэт. Мусэ Іуэхушхуэ куэд ищІэну Иеговэ къыдэІэпыкъуащ. Ауэ а псом иужьи Мусэ Иеговэ пщІэ хуищІу елъэІуащ нэхъыфІыжу зыкъригъэцІыхуну. (Къеджэ Исход 33:13b.) Апхуэдэу Иеговэ щелъэІуам щыгъуэ ар илъэс 80-м щІигъуат, ауэ абы къыгурыІуэт фІыуэ къэзылъагъу и Адэм теухуауэ иджыри куэд къищІэн зэрыхуейр.

13. Иеговэрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр лъапІэу зэрытлъытэр дапхуэдэу къызэрыдгъэлъагъуэ хъунур?

13 Дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Иеговэ дызэрыхуэлажьэ илъэс бжыгъэм емылъытауэ, абырэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр лъапІэу тлъытэн хуейщ. Ар лъапІэу зэрытлъытэр къызэрыдгъэлъагъуэ хъун Іэмалхэм ящыщ зыщ — абы лъэІукІэ зыхуэдгъазэу дызэрепсалъэр.

14. Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхун щхьэкІэ сыт мыхьэнэшхуэ щІиІэр абы лъэІукІэ зыхуэдгъэзэным?

14 ЦІыхухэм я зэхуаку зэныбжьэгъугъэ быдэ дэлъын щхьэкІэ ахэр зэрызэпсалъэм мыхьэнэшхуэ иІэщ. Аращи, щІэх-щІэхыурэ Алыхьым лъэІукІэ зыхуэвгъазэ икІи зы щхьэкІи фымыгузавэу фи гурыщІэхэмкІэ фыдэгуашэ (Еф. 6:18). Тыркум щыпсэу Кри́стэ жеІэ: «Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъэзэху ар нэхъ гъунэгъу къысхуохъу. Си гуныкъуэгъуэхэр жесІэу, ар къызэрыздэІэпыкъур щыслъагъум деж, абы дзыхь хуэсщІу икІи нэхъыфІыжу слъагъуу мэхъу. Си лъэІухэм я жэуапхэр щыслъагъум деж, сэ зыхызощІэ Иеговэ си Адэу икІи си Ныбжьэгъуу зэрыщытыр».

ИЕГОВЭ «И ГУМ ИРИХЬ ЦІЫХУ» КЪИГЪУЭТАЩ

15. Иеговэ Даут дапхуэдэут зэрыхущытыр?

15 Даут къыщыхъуа лъэпкъыр Иеговэ хуэлажьэт. Ауэ и унагъуэр Иеговэ зэрыхуэлажьэм щхьэкІэтэкъым Даут абы щІыхуэлажьэр. Даут езым къару ирихьэлІащ Иеговэрэ абырэ я зэхуаку зэхущытыкІэ быдэ дэлъын щхьэкІэ, икІи Иеговэ ар фІыщэу илъэгъуати, и «гум ирихь цІыхукІэ» еджащ (Апост. 13:22). Даут Иеговэ и ныбжьэгъу хъуну сыт къыдэІэпыкъуар?

16. Сыт Даут Иеговэ теухуауэ къищІар, абы и ІэдакъэщІэкІхэм зэрегупсысам и фІыгъэкІэ?

16 Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм кІэлъыплъурэ Даут ар къицІыхут. Ар щІалэу и адэм и мэлхэр щигъэхъум щыгъуэ, зэман куэдкІэ губгъуэм итт. Абы щыгъуэу къыщІэкІынщ Даут Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм егупсысу щыщІидзар. Псалъэм папщІэ, Даут жэщым уафэм щеплъкІэ мин бжыгъэ хъу вагъуэхэм я закъуэтэкъым илъагъур, атІэ а псор къэзыгъэщІам и хьэл-щэнхэри хилъагъуэт. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм зэрегупсысым ар хуигъэушащ мыпхуэдэу итхыну: «Уафэм Алыхьым и щІыхьыр егъэІу, абы и ІэдакъэщІэкІхэм теухуауэ уафэшхуэм къыуегъащІэ» (Пс. 19:1, 2). Даут цІыхур зэрызэхэлъым щегупсысым деж, Иеговэ и Іущагъыр хилъагъуэт (Пс. 139:14). Абы нэмыщІ Иеговэ и ІуэхущІафэхэм щегупсысым деж, Иеговэ елъытауэ езым и цІыкІуагъыр къыгурыІуэт (Пс. 139:6).

17. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм сытым дыхуагъэсэфыну?

17 Дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Иеговэ дуней дахащэ къигъэщІам фыкІэлъыплъ. Махуэ къэс зэман хухэфх къэкІыгъэхэм, псэущхьэхэм икІи цІыхухэм Иеговэ теухуауэ къывагъащІэм фегупсысын щхьэкІэ. Апхуэдэу фщІэмэ, фІыуэ дыкъэзылъагъу ди Адэм теухуауэ махуэ къэс щІэ гуэр къэфщІэнущ (Рим 1:20). ИкІи махуэ къэс фэ зыхэфщІэнущ Иеговэ хувиІэ лъагъуныгъэр зэрыхэхъуэр.

18. Псалом 18 зэритымкІэ, сытыт Даут къыгурыІуэр?

18 Даут къыгурыІуэт Иеговэ къызэрыдэІэпыкъур. Псалъэм папщІэ, Даут и адэм и мэлхэр мыщэмрэ аслъэнымрэ щихъумауэ щытащ, ауэ абы къыгурыІуэт ар Иеговэ и фІыгъэу зэрыщытыр. ДжэлутІ зицІэ иныжьым щытекІуам щыгъуи, Алыхьыр къызэрыдэІэпыкъур ІупщІу Даут илъагъут (1 Сам. 17:37). ИкІи къефыгъуэу къезыхуэкІ пащтыхь Щаул къыщыІэщІэкІам щыгъуэ, абы быдэу и фІэщ хъут Иеговэ къызэрихъумар (Пс. 18, псалъащхьэм тетыр). ЦІыху пагэм а псор езым и фІыгъэу жиІэнут. Ауэ Даут апхуэдэу зэи жиІэнутэкъым: ар Іэдэбагъ зыхэлъ цІыхуу щытти, къыгурыІуэт псори Иеговэ и фІыщІэу зэрыщытыр (Пс. 138:6).

19. Даут и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

19 Дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Иеговэ къыддэІэпыкъуну дызэрелъэІум нэмыщІ, дэ иджыри гу лъыттэн хуейщ дапщэщ икІи дапхуэдэу ар къыддэІэпыкъуми. Дэ псори зэрытхузэфІэмыкІыр Іэдэбагъ тхэлъу къыдгурыІуэмэ, ІупщІу тлъагъунущ зыгуэр щытхузэфІэмыкІым деж Иеговэ къызэрыддэІэпыкъур. ИкІи ар къызэрыддэІэпыкъур тлъэгъухукІэ, абырэ дэрэ ди зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зэрыхъур зыхэтщІэнущ. Мы псалъэхэр зэрыпэжыр Фиджи щыщ ди къуэш И́сак зыхищІащ. Ар илъэс куэд щІауэ Иеговэ хуолажьэ. Абы жеІэ: «СызэплъэкІыжмэ сэ къызгуроІуэ Иеговэ къызэрыздэІэпыкъуар. Библиер джын щыщІэздза дакъикъэм къыщыщІэдзауэ нобэ къыздэсым ар къыздоІэпыкъу. Абы и фІыгъэкІэ Иеговэрэ дэрэ гъунэгъу дызэхуэхъуащ».

20. Иеговэрэ пащтыхь Даутрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ щІыдэлъам сытыт и щхьэусыгъуэр икІи абы сытым дыхуигъасэрэ?

20 Даут Иеговэ и хьэл-щэнхэм щапхъэ трихт. Иеговэ и хьэл-щэнхэм щапхъэ тетхыфу дыкъигъэщІащ (ЩІэдз. 1:26). Иеговэ и хьэл-щэнхэр нэхъыфІу къэтщІэху, нэхъыфІу абы щапхъэ тетхыфынущ. Даут уафэм щыІэ и Адэр фІыуэ къицІыхуати, нэгъуэщІхэм зэрыхущытын хуейм теухуауэ абы щапхъэ трихыфт. Абы и гъащІэм къыщыхъуа зы Іуэхугъуэ дигу къэдгъэкІыжынщ. Вирсавие зинэ дищІэу, абы иужь и лІыр щригъэукІам щыгъуэ, Даут Иеговэ и деж гуэныхь къыщихьат, ауэ Иеговэ абы гущІэгъу хуищІащ (2 Сам. 11:1—4, 15). Алыхьым апхуэдэу щІищІар Даут абы щапхъэ трихыу, нэгъуэщІхэм гущІэгъу яхуищІти аращ. Иеговэрэ пащтыхь Даутрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ зэрыдэлъам и фІыгъэкІэ, израил цІыхухэм Даут фІыуэ ялъагъут. Уеблэмэ, Иеговэ нэгъуэщІ израил пащтыхьхэм ар щапхъэу яхуигъэувт (1 Цар. 15:11; 2 Цар. 14:1—3).

21. Ефес 4:24; 5:1 зэритымкІэ, Иеговэ щапхъэ зэрытетхыр сыткІэ сэбэп къытхуэхъуну?

21 Дэ сыт хуэдэ дерс абы хэтхыфыну? Алыхьым щапхъэ тетхын хуейщ. Апхуэдэу зэрытщІэр дэ езым сэбэп къызэрытхуэхъуным нэмыщІ, Иеговэ нэхъыфІу къэтцІыхуну къыддэІэпыкъунущ. Алыхьым и хьэл-щэнхэм щапхъэ тетхыурэ зыщытхъуэжым деж, дэ къыдогъэлъагъуэ абы и быну дызэрыщытыр. (Къеджэ Ефес 4:24; 5:1.)

Иеговэ зэрыфцІыхур къэвгъэлъагъуэ

Иеговэ къэфцІыхун щхьэкІэ зэман хухэфх. ИужькІэ фи ІуэхухэмкІэ къэвгъэлъагъуэ ар зэрыфцІыхур.

Супруги-Свидетели проповедуют с тележкой; сестра проповедует женщине; семейная пара молится; брат старается помириться с другим братом; девочка отстаивает свои религиозные убеждения в классе; семья восхищается творениями Иеговы, наблюдая за рыбами в океанариуме
  1. 1, 2. НэгъуэщІхэм фадэІэпыкъу Иеговэ теухуауэ къащІэну.

  2. 3. Зэпымыууэ абы лъэІукІэ зыхуэвгъазэ.

  3. 4. Мамырыгъэм фыхущІэкъу ар щымытыншым дежи.

  4. 5. Алыхьым теухуа пэжыр лІыгъэ фхэлъу адрейхэм яжефІэ.

  5. 6. Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм гу лъыфтэ икІи фи зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ фщІы.

ИЕГОВЭ АДЭКІИ КЪЫЗЭРЫФЦІЫХУНЫМ ИУЖЬ ФИТ

22, 23. Иеговэ къэтцІыхурэ, абы щапхъэ тетхмэ, сыт быдэу ди фІэщ тщІы хъунур?

22 ЗэрыжытІащи, Иеговэ къэтцІыхуфынущ абы и ІэдакъэщІэкІхэм дыкІэлъыплъурэ икІи и Псалъэ Библием деджэурэ. Зыми хуэмыдэ а тхылъым Алыхьым хуэпэж и лэжьакІуэхэм теухуауэ хъыбар куэд итщ, абыхэм дэ щапхъэ ятетхыфынущ, псалъэм папщІэ Мусэрэ Даутрэ. Иеговэ фІыуэ къэтцІыхун щхьэкІэ езым и лъэныкъуэкІэ псори ищІащ. Иджы дэ ди лъэныкъуэкІэ фІыуэ дыдэІуэн, набдзэгубдзаплъэу дыщытын икІи ди гур къызэІутхын хуейщ.

23 Иеговэ теухуауэ щІэ гуэр дэ сыт щыгъуи къэтщІэнущ (Эккл. 3:11). Ауэ нэхъ мыхьэнэ зиІэр абы теухуауэ куэд зэрытщІэракъым, атІэ а щІэныгъэр къызэрыдгъэсэбэпыращ. КъэтщІар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпу щытмэ икІи фІыуэ дызылъагъу ди Адэм щапхъэ тетхмэ, ди зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр адэкІи нэхъ быдэ хъунущ (Екъуб 4:8). Иеговэ къыдита и ПсалъэмкІэ дыкъегъэгугъэ: абы и ныбжьэгъуу щытыну хуейхэр зэи къигъэнэнукъым.

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • Дапхуэдэу Мусэ Иеговэ къызэрицІыхуар икІи абы и щапхъэм сытым дыхуигъасэрэ?

  • Дапхуэдэу Даут Иеговэ и ныбжьэгъу зэрыхъуар икІи абы сытым дыхуигъасэрэ?

  • Иеговэ и ІэдакъэщІэкІхэм дызэрыкІэлъыплъыр дапхуэдэу къызэрыддэІэпыкъур ар нэхъыфІу къэтцІыхуну?

80-НЭ УЭРЭДЫР «Вгъэунэхуи къэфщІэнущ Иеговэ зэрыфІыр»

a ЦІыху куэдым Алыхьыр я фІэщ мэхъу, ауэ абы къикІкъым абыхэм ар яцІыхуу. Мы статьям щызэпкърытхынщ Иеговэ пцІыхуным къикІыр сытми, абы нэмыщІ къэтщІэнущ Алыхьым и ныбжьэгъуу ущытыным къикІыр Мусэрэ Даутрэ я щапхъэм къызэригъэлъагъуэр.

b Исход 33:13: «Аращи, уи нэфІ къысщыхуауэ щытмэ, сынолъэІу уи гъуэгухэр къысхузэІупхыну, усцІыхун щхьэкІэ икІи адэкІи уи нэфІ къысщыхуэн щхьэкІэ. ИкІи зыщумыгъэгъупщэ мы лъэпкъыр ууейуэ зэрыщытыр».

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын