9 СТАТЬЯР
Къуэш ныбжьыщІэхэ, зэхуэсым щыщхэм дзыхь къыфхуащІын щхьэкІэ сыт фэ фщІэн хуейр?
«Уэ ныбжьыщІэ куэд уиІэщ, ахэр нэхущым и пэ къихуэу уэсэпс къехам хуэдэщ» (ПС. 110:3).
39-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ и дежкІэ уи цІэр къабзэу щрет
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Ди къуэш ныбжьыщІэхэм теухуауэ сыт жытІэ хъунур?
КЪУЭШ ныбжьыщІэхэ, фэ зэхуэсым къалэн куэд щывгъэзэщІэфынущ. Фэ фщыщ куэдыр къарууфІэу икІи жыджэру щытщ (Прит. 20:29, Гъэсэпэтхыдэхэр). Фэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу фыхъуну фыхуейуэ къыщІэкІынщ, ауэ а къалэныр вгъэзэщІэн щхьэкІэ фыщІалэІуэу нэгъуэщІхэм къалъытэу къыфщыхъу хъунщ. Ауэ фи ныбжьым емылъытауэ зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дзыхьрэ пщІэрэ къыфхуащІу хъун щхьэкІэ, фэ иджыпсту щыщІэдзауэ куэд фщІэфынущ.
2. Мы статьям сыт дэ щызэпкърытхынур?
2 Мы статьям дэ дыщытепсэлъыхьынущ пащтыхь Даут и гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэхэм. Абы нэмыщІ пащтыхь Асэрэ Иосафатрэ я щапхъэхэр кІэщІу зэпкърытхынущ. Дэ а цІыхухъуищыр зыпэщІэхуа гугъуехьхэмрэ икІи абыхэм къащта унафэхэмрэ дегупсысынущ. Абы нэмыщІ дэ къэтщІэнущ къуэш ныбжьыщІэхэр абыхэм я щапхъэм сытым хуигъэсэфынуми.
ПАЩТЫХЬ ДАУТ И ЩАПХЪЭМ ДЕРС КЪЫХЭФХ
3. Къуэш ныбжьыщІэхэр зэхуэсым щыщхэм дауэ зэрыдэІэпыкъуфынур?
3 ДауикІ, Даут щыныбжьыщІэм щыгъуи Алыхьым и еплъыкІэ зиІэ цІыхуу щытащ. Ауэ абы нэгъуэщІхэм сэбэп зэрахуэхъун ІэщІагъэ зригъэгъуэтащ — арфэм дахэу еуэу зригъэсащ. ИужькІэ абы а ІэщІагъэр къигъэсэбэпащ Алыхьым пащтыхьу тригъэува Щаул дэІэпыкъун щхьэкІэ (1 Сам. 16:16, 23). Къуэш ныбжьыщІэхэ, зэхуэсым щыщхэм сэбэп фазэрыхуэхъун зэфІэкІ гуэр фиІэу пІэрэ фэ? ФиІэу къыщІэкІынщ. Псалъэм папщІэ, къуэш, шыпхъухэм (псом хуэмыдэу зи ныбжь хэкІуэтахэм) фІыщІэ ящІынущ планшет е нэгъуэщІ электроннэ Іэмэпсымэхэр Библиер куууэ яджын щхьэкІэ е зэІущІэхэм нэхъыфІу къыщагъэсэбэпу зрагъэсэн щхьэкІэ фадэІэпыкъуу щытмэ. Иджыпсту къежьа технологиехэм, дауикІ, фэ нэхъыфІу хывощІыкІ икІи абыкІэ фэ абыхэм фадэІэпыкъуфынущ.
Даут хъушэр ихъумэн щхьэкІэ лъэкІ къигъанэтэкъым икІи лІыгъэ хэлъу мыщэм езауэт. (4-нэ абзацым феплъ.)
4. Даут хэлъа сыт хуэдэ хьэл-щэнхэра къуэш ныбжьыщІэхэм зыхалъхьэн хуейр? (Обложкэм тет сурэтым феплъ.)
4 Даут узыщыгугъ икІи дзыхь зыхуэпщІ хъун цІыхуу зэрыщытыр сыт щыгъуи игъэлъагъуэт. Псалъэм папщІэ, ар иджыри щыныбжьыщІэм и адэм кърита къалэныр — мэлыхъуэ лэжьыгъэр нэгъэсауэ игъэзащІэт. Ар шынагъэ зыпылъ лэжьыгъэт. Абы теухуауэ Даут Щаул жриІауэ щытащ: «Аслъэным е мыщэм хъушэм щыщ мэл щихьа къэхъуащ. Сэ абы сыкІэлъыжэт, сытеуэти ар абы къыІэщІэсхыжт» (1 Сам. 17:34, 35). Даут хъушэр ихъумэн щхьэкІэ лъэкІ къигъанэтэкъым икІи лІыгъэ хэлъу хьэкІэкхъуэкІэхэм езауэт. Къуэш ныбжьыщІэхэм кърата сыт хуэдэ лэжьыгъэри нэгъэсауэ зэрагъэзащІэмкІэ Даут щапхъэ трах хъунущ.
5. Псалом 25:14 зэритымкІэ, къуэш ныбжьыщІэхэм псом нэхърэ нэхъапэу сыт ящІэн хуейр?
5 Даут иджыри ныбжьыщІэу Иеговэ гъунэгъу зыхуищІащ. А зэхущытыкІэр абы лІыгъэ хэлъамрэ арфэм дахэу зэреуэфым нэхърэ куэдкІэ нэхъ лъапІэт. Даут и дежкІэ Иеговэ зэры-Алыхьым нэмыщІ — Ныбжьэгъуу, Ныбжьэгъу пэжу щытт. (Къеджэ Псалом 25:14.) Ди къуэш ныбжьыщІэхэ, фэ фи дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэр — уафэм щыІэ фи Адэмрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэр нэхъ быдэ зэрыфщІыныращ. Апхуэдэу фщІэмэ, зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр щывгъэзэщІэну дзыхь къыфхуащІынущ.
6. Языныкъуэ цІыхухэр Даут дапхуэдэу зэрыхущытар?
6 Языныкъуэ цІыхухэм Даут нэмыплъ иратт. Псалъэм папщІэ, ар ДжэлутІ езэуэну къыщыувам щыгъуэ, Щаул абы жриІащ: «Уэ иджыри ущІэлэІуэщ» (1 Сам. 17:31—33). Абы ипэ къихуэу ар и къуэш нэхъыжьым игъэкъуэншащ Даут зыри дзыхь хуэпщІ мыхъуну жиІэри (1 Сам. 17:26—30). Ауэ Даут щІалэІуэу икІи дзыхь зыхуэпщІ мыхъун цІыхуу Иеговэ илъытэтэкъым. Абы а щІалэщІэр фІыуэ ицІыхут. Даут и Ныбжьэгъуу щыт Иеговэ щыгугъти, ДжэлутІ иукІыфащ (1 Сам. 17:45, 48—51).
7. Даут и щапхъэм фэ сытым фыхуигъасэрэ?
7 Даут и щапхъэм фэ сытым фыхуигъасэрэ? Япэрауэ, шыІэныгъэ зыхэвгъэлъ. Фэ фызэрыцІыкІу лъандэрэ фыкъэзыцІыхухэм балигъ фызэрыхъуар къагурыІуэн щхьэкІэ зэман хуеинкІэ хъунущ. Зыщывмыгъэгъупщэ: Иеговэ зэплъыр фи теплъэракъым, атІэ фхэлъ хьэл-щэнхэмрэ фхузэфІэкІынумрэщ (1 Сам. 16:7). ЕтІуанэрауэ, Алыхьым нэхъ гъунэгъу зэрызыхуэфщІынум фыхущІэкъу. Даут абыкІэ къыдэІэпыкъуар Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэм куууэ егупсысу зэрыщытаращ. Абы и фІыгъэкІэ псори къэзыгъэщІа Иеговэ теухуауэ Даут куэд къищІащ (Пс. 8:3, 4; 139:14; Рим 1:20). Ещанэрауэ, фызыхуэныкъуэ къару къывитыну Иеговэ фелъэІу. Псалъэм папщІэ, Иеговэ и Щыхьэту фызэрыщытым щхьэкІэ, школым къывдеджэхэр къыфщыдыхьэшхыу щытмэ, абы фыпэлъэщын щхьэкІэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэвгъазэ. Абы нэмыщІ Библиемрэ абы тегъэщІа ди публикациехэмрэ видеороликхэмрэ ит чэнджэщхэр къэвгъэсэбэп. Фи гугъуехьым фыпэлъэщыну Иеговэ къызэрывдэІэпыкъур флъэгъуху, абы нэхъыбэу дзыхь хуэфщІу фыхъунущ. Иеговэ фыщыгугъыу щытмэ, абы ди къуэш, ди шыпхъухэм гу лъатэнущ икІи дзыхь къыфхуащІу хъунущ.
Къуэш ныбжьыщІэхэм нэгъуэщІхэм зэрыдэІэпыкъун Іэмал куэд яІэщ. (8, 9-нэ абзацхэм феплъ.)
8, 9. Даут пащтыхьыгъуэр къыщыІэрыхьэну зэманым шыІэныгъэ хэлъу пэплъэну сыт къыдэІэпыкъуар икІи абы и щапхъэм къуэш ныбжьыщІэхэр сытым хуигъэсэфыну?
8 Даут зыпэщІэхуа нэгъуэщІ зы гугъуехьми и гугъу тщІынщ. Иеговэ ар пащтыхьу щытыну къыхихат, ауэ а пащтыхьыгъуэр абы къылъысын щхьэкІэ илъэс куэдкІэ ежьэн хуей хъуащ (1 Сам. 16:13; 2 Сам. 2:3, 4). Даут пащтыхьыгъуэр къыщыІэрыхьэну зэманым шыІэныгъэ хэлъу пэплъэну сыт къыдэІэпыкъуар? Абы и Іэ иримыхьэхыу хузэфІэкІыр ищІэт. Псалъэм папщІэ, Щаул зыщигъэпщкІуу филистимлянхэм я щІыналъэм ар щыпсэуам щыгъуи, Израилым и бийхэм езэуэн абы щигъэтакъым. Апхуэдэу абы Иудэм и гъунапкъэхэр ихъумэт (1 Сам. 27:1—12).
9 Къуэш ныбжьыщІэхэ, Даут и щапхъэм фэ сытым фыхуигъэсэфыну? Иеговэ и лэжьыгъэм фыхэтын щхьэкІэ фиІэ дэтхэнэ зы Іэмалри къэвгъэсэбэп. Рикардоb зи цІэ ди къуэшым и щапхъэм деплъынщ. Ар иджыри щыныбжьыщІэм щыгъуэ пионер лэжьыгъэр къищтэну хуейт, ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм ар абы хуэмыхьэзыру къалъытащ. Абы щхьэкІэ Рикардо и Іэ ирихьэхакъым икІи зигъэгусакъым, атІэ хъыбарыфІ гъэІуным нэхъыбэрэ хэтыну мурад ищІащ. Ар къыддогуашэ: «Сэ иджыпсту къызгуроІуэ куэдым зезгъэсэн хуейуэ зэрыщытар. ХъыбарыфІыр зыфІэгъэщІэгъуэн хъуахэм я деж зэрытезгъэзэжыным сыхущІэкъут икІи абыхэм сепсэлъэн щхьэкІэ фІыуэ зызгъэхьэзырт. Уеблэмэ, Библие езгъэджэн цІыхуи къэзгъуэтат. ХъыбарыфІыр нэхъыбэрэ згъэІуху сэ тегушхуэныгъэ нэхъ сиІэ хъут». Иджыпсту Рикардо пионер Іэзэу икІи зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу мэлажьэ.
10. Мыхьэнэшхуэ зиІэ унафэ къищтэн ипэ Даут сыт ищІар?
10 Даут и цІыхухэр и гъусэу Щаул зыщигъэпщкІуу филистимлянхэм я щІыналъэм щыпсэуам щыгъуэ къэхъуа зы Іуэхугъуэм и гугъу тщІынщ. Зэгуэр абыхэм я унагъуэхэр къагъанэри зауэм кІуат. Ауэ ахэр къэтыхукІэ я унагъуэхэм бийхэр теуэри гъэру яубыдащ. Даут зауэлІ Іэзэу зэрыщытым къыхэкІкІэ езым и акъылкІэ икІи и къарукІэ ахэр къригъэлыфыну егупсысыфынут. Ауэ Даут Иеговэ деж чэнджэщ къыщилъыхъуэну мурад ищІащ. Дин пашэ Авиафар къигъэсэбэпри Даут Иеговэ еупщІащ: «Мы хъунщІакІуэ гупым сакІэлъыжэн?» Иеговэ абы жэуап къритащ: «КІэлъыжэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уэ абыхэм уакІэщІыхьэнущ икІи уи цІыхухэр хуит пщІыжынущ» (1 Сам. 30:7—10). Мы Іуэхугъуэм фэ сытым фыхуигъэсэфыну?
Къуэш ныбжьыщІэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр чэнджэщэгъу ящІын хуейщ. (11-нэ абзацым феплъ.)
11. Унафэ къэфщтэн ипэ сыт фэ фщІэн хуейр?
11 Унафэ гуэр къэфщтэн ипэ нэгъуэщІхэм фечэнджэщ. Фи адэ-анэхэм феупщІ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми чэнджэщыфІ къыватыфынущ. Иеговэ а цІыхухъухэм дзыхь яхуещІ, фэри абыхэм дзыхь яхуэфщІ хъунущ. Алыхьым ахэр зэхуэсым «тыгъэу» иритащ (Еф. 4:8). Абыхэм я фІэщхъуныгъэм щапхъэ тефхмэ икІи Іущагъ зыхэлъ я чэнджэщхэм федаІуэмэ, фэ унафэ пэж къыфхуэщтэнущ. Иджы пащтыхь Асэ и щапхъэм гу лъыттэнщ.
ПАЩТЫХЬ АСЭ И ЩАПХЪЭМ ДЕРС КЪЫХЭФХ
12. Асэ пащтыхь щыхъуам щыгъуэ сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр игъэлъагъуэу щыта?
12 Асэ щыныбжьыщІэм щыгъуэ Іэдэбагърэ лІыгъэрэ игъэлъагъуэу щытащ. Псалъэм папщІэ, ар и адэ Авия иужь пащтыхьу щытеувам щыгъуэ тхьэ нэпцІхэр игъэкІуэдын щхьэкІэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкІуэкІащ. Абы нэмыщІ Асэ «Иудэм щыщхэм унафэ яхуищІащ я адэжьхэм я Алыхь Иеговэ къалъыхъуэну икІи абы и хабзэмрэ и унафэмрэ ягъэзэщІэну» (2 Лет. 14:1—7). Зарэ я дзэ пашэу мелуан бжыгъэ хъу эфиоп зауэлІхэр Иудэм къыщыпэщІэувам щыгъуэ, Асэ Іущагъ игъэлъагъуэу Иеговэ деж дэІэпыкъуэгъу къыщилъыхъуащ. Асэ жиІащ: «Иеговэ, уэ уи дежкІэ гугъукъым къарууфІэми къарууншэми удэІэпыкъуну. КъыддэІэпыкъу, ди Алыхь Иеговэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ уэ дыпщогугъ». Асэ и псалъэхэм къагъэлъагъуэ езыри лъэпкъри Иеговэ къызэрыхуегъэлынур быдэу и фІэщ зэрыхъуу щытар. Асэ уафэм щыІэ и Адэм дзыхь хуищІти, «Иеговэ эфиоп дзэшхуэр зэтрикъутащ» (2 Лет. 14:8—12).
13. Зэман дэкІа иужь сыт Асэ къыщыщІар икІи сыт щхьэкІэ?
13 Асэ мелуан бжыгъэ хъу дзэр къыщыпэщІэувам щыгъуэ, шэч хэмылъу, гугъуехьышхуэм пэщІэхуат. Абы Иеговэ дзыхь хуищІати, текІуэныгъэ къихьащ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, Алыхьым хуэмылажьэ Израилым и пащтыхь Ваасэ къыщыпэщІэувам щыгъуэ, Асэ Иеговэ деж дэІэпыкъуэгъу къыщимылъыхъуэу Сирием и пащтыхьым къыдэІэпыкъуну елъэІуащ. А унафэм бэлыхь куэд кърикІуащ. Абы лъандэрэ Асэ зауэм хэкІакъым. Иеговэ бегъымбар Анание къигъэсэбэпу Асэ къыгуригъэІуащ апхуэдэу щІэхъуам и щхьэусыгъуэр: «Уэ уи Алыхь Иеговэ ущымыгугъыу, Сирием и пащтыхьым ущыгугъащ» (2 Лет. 16:7, 9; 1 Цар. 15:32). Мы щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
14. Иеговэ дзыхь зэрыхуэпщІыр сытым къыхэщыну икІи уэ дзыхь къыпхуащІын щхьэкІэ 1 Тимофей 4:12 ит псалъэхэр дауэ къызэрыбдэІэпыкъунур?
14 АдэкІи Іэдэбагъ вгъэлъагъуэ икІи Иеговэ дзыхь хуэфщІ. Фэ псым зыщыщІэвгъэуам щыгъуэ, Иеговэ дзыхь зэрыхуэфщІымрэ фІэщхъуныгъэ быдэ фызэриІэмрэ къэвгъэлъэгъуащ икІи абы и гуапэу и унагъуэм фыкъригъэблэгъащ. Ауэ Иеговэ адэкІи дзыхь хуэфщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ди гъащІэм зэхъуэкІыныгъэшхуэ къыхэзылъхьэфыну унафэхэр къыщытщтэкІэ Иеговэ и деж дэІэпыкъуэгъу къызэрыщытлъыхъуэр гъэщІэгъуэнкъым. Ауэ нэгъуэщІ Іуэхугъуэхэм теухуауэ сыт жытІэфынур? Иеговэ дзыхь хуэтщІыным мыхьэнэшхуэ иІэщ нэгу зегъэужьыкІэм, лэжьапІэм икІи ди гъащІэм япэу идгъэщыным теухуауэ унафэ къыщытщтэм деж. Фи щхьэм фыщымыгугъыж. Абы ипІэкІэ фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп хъуну принципхэр Библием къыщывгъуэти, абыхэм фытет (Прит. 3:5, 6, Гъэс.). Апхуэдэу фщІэмэ, фэ Иеговэ вгъэгуфІэнущ икІи зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм дзыхь къыфхуащІынущ. (Къеджэ 1 Тимофей 4:12.)
ПАЩТЫХЬ ИОСАФАТ И ЩАПХЪЭМ ДЕРС КЪЫХЭФХ
15. 2 Летопись 18:1—3, абы нэмыщІ 19:2 зэритымкІэ, пащтыхь Иосафат сыт хуэдэ щыуагъэхэр ищІа?
15 ДауикІ, дэ псоми гуэныхь тхэлъщ. Абы къыхэкІкІэ зэман-зэманкІэрэ фэри фыщыуэнущ. Ауэ ар зэран зыхуэвгъэхъун хуейкъым Иеговэ и лэжьыгъэм фыхэту фхузэфІэкІыр фщІэн щхьэкІэ. Пащтыхь Иосафат и щапхъэр зэпкърытхынщ. Абы хьэл-щэн дахэ куэд хэлъащ. Иосафат и щІалэгъуэм щыщІэдзауэ «и адэм и Алыхьыр къилъыхъуэт икІи и хабзэхэм тетт». Абы нэмыщІ Иосафат пщыхэр зэхуишэсри Иудэ щІыналъэм дэт къалэхэм игъэкІуащ, цІыхухэр Иеговэ и хабзэхэм хурагъэджэн щхьэкІэ (2 Лет. 17:4, 7). Ауэ абы щыуагъэ щищІаи къэхъуащ. Апхуэдэ и зы щыуагъэм щхьэкІэ Иеговэ и лІыкІуэм ар игъэкъуэншащ. (Къеджэ 2 Летопись 18:1—3; 19:2.) Мы щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
Лэжьыгъэр фІыуэ зыгъэзащІэ икІи узыщыгугъ хъуну щыт къуэш ныбжьыщІэхэм зэхуэсым щыщхэм дзыхь къыхуащІу мэхъу. (16-нэ абзацым феплъ.)
16. Раджив и псалъэхэм сытым фыхуагъасэрэ?
16 Чэнджэщ къыватхэм федаІуэ икІи ахэр фи гъащІэм къыщывгъэсэбэп. НыбжьыщІэ куэдым хуэдэу фэри фи гъащІэм япэ ивгъэувэнум теухуауэ унафэ фщІыну къывэгугъуэкІыу къыщІэкІынщ. Фи Іэр евмыхьэх! Раджив зи цІэ ди къуэш щІалэщІэм и щапхъэм деплъынщ. Ар щыныбжьыщІэм щыгъуэ и гъащІэм япэ иригъэщынур сытми ищІэтэкъым. Абы жеІэж: «НыбжьыщІэ куэдым хуэдэу сэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ зэІущІэ кІуэнымрэ нэхърэ нэхъ сфІэгъэщІэгъуэну щытар нэгу зегъэужьынымрэ спортымрэт». Сыт Раджив къыдэІэпыкъуар? Зэхуэсым щыщ нэхъыжьыр абы щабэу къепсэлъащ. Раджив игу къегъэкІыж: «Сэ ар къыздэІэпыкъуащ 1 Тимофей 4:8 ит принципым сегупсысыну». Зэхуэсым и нэхъыжьым и псалъэхэм Іэдэбагъ хэлъу ар едэІуащ икІи и гъащІэм сыт япэ иригъэщын хуейми егупсысащ. Абы жеІэ: «Сэ Иеговэ и лэжьыгъэр си гъащІэм япэ изгъэщыну мурад сщІащ». Сыт абы къыпэкІуар? Раджив жеІэж: «Абы иужь илъэс зыбжанэ дэкІри, сэ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу сащІащ».
УАФЭМ ЩЫІЭ ФИ АДЭ ЛЪАПІЭР ВГЪЭГУФІЭ
17. Иеговэ и лэжьакІуэ балигъхэр къуэш ныбжьыщІэхэм дапхуэдэу зэрахущытыр?
17 Ди къуэш ныбжьыщІэхэ, Иеговэ и лэжьакІуэ балигъхэм фэ лъапІэу фалъытэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ фэ абыхэм я гъусэу зэкъуэту Иеговэ фыхуолажьэ (Соф. 3:9). Абыхэм ягу ирохь фэ фи гум къыбгъэдэкІыу икІи жыджэру лэжьыгъэ къыватыр зэрывгъэзащІэр. Фэ абыхэм фІыуэ фыкъалъагъу! (1 Ин. 2:14).
18. Притчи 27:11 зэритымкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэ ныбжьыщІэхэм дапхуэдэу зэрыхущытыр?
18 Ди къуэш ныбжьыщІэхэ, Иеговэ фІыуэ фыкъызэрилъагъур икІи дзыхь къызэрыфхуищІыр зэи зыщывмыгъэгъупщэ. Абы жиІауэ щытащ иужьрей махуэхэм ныбжьыщІэ куэд дзэшхуэм хуэдэу псэемыблэжу къызэрыхуэлэжьэнур (Пс. 110:1—3). Иеговэ ещІэ фэ ар фІыуэ зэрыфлъагъур икІи фи къарум къызэрихькІэ абы фыхуэлъэжьэну фызэрыхуейр. Фи щыуагъэхэми нэгъуэщІхэм я щыуагъэхэми шыІэныгъэ хэлъу фыхущыт. Щыуагъэ щыфщІэм деж чэнджэщ къыватхэм федаІуэ икІи зэрызыфхъуэжыным иужь фит. А чэнджэщхэр езы Иеговэ къыбгъэдэкІыу флъытэ (Евр. 12:6). Лэжьыгъэ къыватыр фи гум къыбгъэдэкІыу вгъэзащІэ. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр — ар уафэм щыІэ фи Адэ лъапІэр вгъэгуфІэу дунейм фытетыныращ. (Къеджэ Притчи 27:11, Гъэс.)
135-НЭ УЭРЭДЫР Иеговэ укъыхуреджэ: «Тет дунейм цІыху Іущу, щІалэ»
a Къуэш ныбжьыщІэхэр Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуху абы и лэжьыгъэм нэхъыбэрэ хэтыну гукъыдэж яІэ мэхъу. Зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъум игъэзащІэ къалэнхэр къуэш ныбжьыщІэхэм иратын щхьэкІэ къуэш, шыпхъухэм абыхэм дзыхь къыхуащІу хъун хуейщ. Къуэш ныбжьыщІэхэм ар къехъулІэн щхьэкІэ сыт хуэдэ лъэбакъуэхэр яч хъуну?
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.