10 СТАТЬЯР
Зэхуэсым щыщхэр Библиер зыджхэм псым зыщІагъэуэну зыхуагъэхьэзырыну дапхуэдэу зэрыдэІэпыкъур?
«Пкъым щыщ дэтхэнэ пкъыгъуэри зэрылэжьэн хуейм хуэдэу щылажьэкІэ, пкъым хохъуэ» (ЕФ. 4:16).
85-НЭ УЭРЭДЫР ЦІыхухэр гуапэу къевгъэблагъэ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1, 2. Библиер зыджым Алыхьым гъунэгъу зыхуищІыну икІи псым зыщІигъэуэну мурад ищІыну хэт дэІэпыкъу хъунур?
«СЭ БИБЛИЕМ сыщрагъаджэм щыгъуэ къасщІэу хъуар сигу ирихьт,— Фи́джи щыпсэу Э́ми къыддогуашэ.— Ар зэрыпэжыр сэ къызгурыІуэт. Ауэ зэхуэсым щыщ дэлъхухэмрэ шыпхъухэмрэ нэхъыфІуу зэзгъэцІыхуа иужьщщ, сэ си гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хэслъхьэн щыщІэздзар икІи псым зыщыщІэзгъэуар». Эми и псалъэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ гупсысэ къыдгурагъаІуэ: Библиер зыджым зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэр къыщыдэІэпыкъум деж, ар нэхъ псынщІэу Алыхьым гъунэгъу хуохъу.
2 ХъыбарыфІыр зыгъэІу дэтхэнэ зыми зэхуэсыр хэхъуэн щхьэкІэ къару ирихьэлІэфынущ (Еф. 4:16). Вануа́ту щыпсэу пионеру лажьэ ди шыпхъу Лейла́ни жеІэ: «Мыпхуэдэ псалъэжь щыІэщ: „Сабийр къуажэ псом егъасэ“. Библием едгъаджэхэм щхьэкІи апхуэдэу жыпІэ хъунущ. ЦІыхур гъуэгу пэжым теувэну зэхуэсым щыщ псори доІэпыкъу». Сабийр щагъасэкІэ адэ-анэми, унагъуэм щыщхэми, ныбжьэгъухэми, егъэджакІуэхэми къару ирахьэлІэ. Абыхэм ар куэдым хуагъасэ икІи мыхьэнэ зиІэ мурадхэр и гъащІэм щигъэувыну хуагъэуш. Абы хуэдэу зэхуэсым щыщхэм Библиер зыдж цІыхум чэнджэщыфІхэр иратыфынущ, ягъэгушхуэфынущ икІи щапхъэфІ ирагъэлъэгъуфынущ. Библиер зыджым ар къыдэІэпыкъунущ Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну икІи псым зыщІигъэуэну мурад ищІыну (Прит. 15:22, Гъэсэпэтхыдэхэр).
3. Анэ, Дорин, Лейлани сымэ я псалъэхэм сытым фыхуагъасэрэ?
3 ЦІыхур Библием езыгъаджэм нэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэр дэІэпыкъуэгъу щІищІын хуейр сыт? Молдо́вэ щыпсэу специальнэ пионеру лажьэ ди шыпхъу Анэ жеІэ: «Библиер зыджыр Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну удэІэпыкъуну тыншкъым икІи ар зы цІыху къарукІэ узыпэлъэщын Іуэхуу щыткъым». Анэ и псалъэхэм арэзы тохъуэ Молдовэ специальнэ пионеру щылажьэ ди къуэш Дори́н: «Къуэш, шыпхъухэм щІэх-щІэхыурэ Библиер зыджым и гум нэсын гупсысэхэр жаІэ, сэ ахэр зэи сигу къэмыкІынкІэ хъунут». Лейлани иджыри зы щхьэусыгъуэ къехь: «Библиер зыджым къуэш, шыпхъухэм ирагъэлъагъу лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ къыдоІэпыкъу дэ Алыхьым и лъэпкъыу дызэрыщытыр къыгурыІуэну» (Ин. 13:35).
4. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
4 Ауэ фэ мыпхуэдэ упщІэ фиІэнкІэ хъунущ: «Библие джыныр сэ езмыгъэкІуэкІыу щытмэ, Библиер зыджыр Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну сэ дапхуэдэу сызэрыдэІэпыкъуфынур?» Библие джыным дыкъыщрагъэблагъэм деж икІи Библиер зыджыр зэІущІэхэм къэкІуэн щІидза иужь, дэ сыт тщІэ хъунуми зэпкърытхынщ. Абы нэмыщІ дэ гу лъыттэнущ Библиер зыджыр Алыхьым гъунэгъу хуэхъун икІи псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ, зэхуэсым и нэхъыжьхэр абы дапхуэдэу дэІэпыкъуфынуми.
БИБЛИЕ ДЖЫНЫМ ДЫКЪЫЩРАГЪЭБЛАГЪЭМ ДЕЖ
ЦІыхур Библием евгъэджэну фыкъыщрагъэблагъэм деж, зэпкърыфхыну темэр фІыуэ вгъэхьэзыр. (5—7-нэ абзацхэм феплъ.)
5. Библиер зыгуэрым и гъусэу бджыну ущрагъэблагъэм деж сыт уэ пщІэн хуейр?
5 Библиер зыджым Алыхьым и Псалъэр къыгуригъэІуэну зи къалэныр ар езыгъаджэращ. ЦІыхур Библием евгъэджэну ущрагъэблагъэм деж, ар езыгъаджэм уэ дэІэпыкъуэгъу ухуэхъун хуейуэ аращ (Эккл. 4:9, 10). Ауэ дапхуэдэу абы узэрыдэІэпыкъу хъунур?
6. ЦІыхур Библием евгъэджэну ущрагъэблагъэм деж, Притчи 20:18 ит принципыр дапхуэдэу къызэрыбгъэсэбэп хъунур?
6 Библие джыным зыхуэгъэхьэзыр. Япэрауэ, цІыхур езыгъаджэм елъэІу евгъэджэнум теухуауэ зыгуэр къывжиІэжыну. (Къеджэ Притчи 20:18.) Псалъэм папщІэ, фэ абы феупщІ хъунущ: «Библием едгъэджэнур хэт хъуну? Сыт хуэдэ темэ зэпкърытхынур? Ебгъаджэр а темэмкІэ сытым хуебгъэсэну ухуей? Сыт хуэдэ темэ къэсІэт хъуну икІи сытым и гугъу сымыщІмэ нэхъыфІ? Абы Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуищІыну сэ дауэ хуэзгъэушыфыну?» ДауикІ, ар езыгъаджэм абы и щэху гуэрхэр уэ къыпхуэзэІуихынукъым, ауэ абы къыбжиІэнур къыбдэІэпыкъунущ ар зэревгъэджэным зыхуэбгъэхьэзырыну. Миссионеру лажьэ ди шыпхъу Джой апхуэдэ бгъэдыхьэкІэр къегъэсэбэп зэхуэсым щыщхэр Библие джыным къыщригъэблагъэм деж. Ар къыддогуашэ: «А упщІэхэр зэрызэпкърытхыр си гъусэхэм къадоІэпыкъу цІыхур Библием щедгъаджэкІэ сыт жаІэнуми къагурыІуэну».
7. Библие джыным фыкъыщрагъэблагъэм деж абы зыхуэвгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
7 Библие джыным укърагъэблэгъамэ, зи гугъу фщІыну темэм зыхуэбгъэхьэзырыным мыхьэнэшхуэ иІэщ (Езд. 7:10). ИпэкІэ зи гугъу тщІа ди къуэш Дорин жеІэж: «Сэ икъукІэ си гуапэщ си гъусэм Библие джыным зыщыхуигъэхьэзырым деж. Абы щыгъуэ сэ ар дэІэпыкъуэгъу къысхуохъу». Фэ фІыуэ зызэрывгъэхьэзырам, шэч хэмылъу, евгъаджэм гу лъитэнущ икІи ар абы щапхъэфІ хуэхъунущ. Фджын хуей темэр уэ куууэ бгъэхьэзырыну Іэмал уимыІэу щытми, гупсысэ нэхъыщхьэхэм щыгъуазэ зыпщІын щхьэкІэ зэман хухэх.
8. Фи тхьэлъэІухэм евгъаджэм сэбэпынагъ къыщыхуихьынур сыт щыгъуэ?
8 ТхьэлъэІур — ар Библие джыным мыхьэнэшхуэ зиІэ и зы Іыхьэщ, абы къыхэкІкІэ тхьэлъэІум ипэІуэкІэ зыхуэбгъэхьэзырын хуейщ. Абы щыгъуэ уи тхьэлъэІур пыухыкІауэ щытынущ (Пс. 141:2). Японием щыщ Хана́э Библием щрагъаджэм щыгъуэ ди зы шыпхъум жиІа тхьэлъэІухэр нобэ къыздэсым ещІэж. Ар къыддогуашэ: «А шыпхъум Иеговэ и ныбжьэгъуфІу зэрыщытыр зыхэпщІэт икІи сэри сыхуейт Алыхьымрэ сэрэ ди зэхуаку апхуэдэ зэхущытыкІэфІ дэлъыну. Абы тхьэлъэІур щыжиІэкІэ, си цІэр къыщриІуэм деж, сэ фІыуэ сыкъызэралъагъур зыхэсщІэт».
9. Екъуб 1:19 зэритымкІэ, цІыхур Библием езыгъаджэм фэ дауэ сэбэп фызэрыхуэхъуфынур?
9 ЦІыхур Библием езыгъаджэм фыдэІэпыкъу. Нигерие щыщ специальнэ пионеру лажьэ ди шыпхъу Омамуйо́ви къыддогуашэ: «ДэІэпыкъуэгъуфІыр темэр зэрызэпкърытхым кІэлъоплъ. Къыщезэгъым деж, темэм темыкІыу, ар купщІэ хэлъу мэпсалъэ, ауэ абы куэд жиІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы къыгуроІуэ Библие джыныр езым иригъэкІуэкІыу зэрыщымытыр». Ауэ дапщэщ икІи сыт жыфІэнуми дауэ къызэрыфщІэнур? (Прит. 25:11, Гъэс.). Езыгъаджэми ирагъаджэми жаІэм фІыуэ фыкІэлъыплъ. (Къеджэ Екъуб 1:19.) Апхуэдэу фщІэмэ, езыгъаджэм дэІэпыкъуэгъу щыхуэныкъуэм деж щІэгъэкъуэн фыхуэхъуфынущ. Пэжщ, фэ зэхэщІыкІ фхэлъын хуейщ. Ар фиІэмэ фэ куэд жыфІэнукъым, нэгъуэщІ темэм фытехьэнукъым икІи Библие джыныр езыгъэкІуэкІыр зэпывудынукъым. Ауэ евгъаджэм гупсысэ гуэр къыгурыбгъэІуэн щхьэкІэ уэ абы кІэщІу ухутепсэлъыхь, упщІэ епт е щапхъэ къыхуэпхь хъунущ. Иныкъуэхэм деж уэ абы сэбэп ухуэмыхъущэу къыпщыхъункІэ хъунущ. Ауэ Библием евгъаджэм гулъытэ зэрыхуэпщІымкІэ икІи узэрыщытхъумкІэ уэ абы удоІэпыкъу Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхущІину.
10. Фи гъащІэм теухуауэ жыфІэжыр Библием евгъаджэм дапхуэдэу къызэрыдэІэпыкъуфынур?
10 Фи гъащІэм теухуауэ жыфІэж. Къезэгъыу щытмэ, пэжыр къызэрыфщІар, гугъуехь гуэрым фызэрыпэлъэщар е Иеговэ къызэрывдэІэпыкъуар евгъаджэм кІэщІу жефІэж (Пс. 78:4, 7). Хэт ищІэрэ, фэ жыфІэжар ар зыхуэныкъуэ дыдэрауэ къыщІэкІынкІэ хъунущ. Фи щапхъэм абы и фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ищІыфынущ икІи псым зыщІигъэуэну мурад ищІыну хуигъэушыфынущ. Абы нэмыщІ гугъуехь зыпэщІэхуам зэрыпэлъэщыну Іэмалыр къилъэгъуну къыдэІэпыкъуфынущ (1 Пет. 5:9). Бразилием щыпсэу пионеру лажьэ ди къуэш Габрие́л Библиер щиджым щыгъуэ сыт къыдэІэпыкъуами игу къегъэкІыж: «Къуэшхэм я гъащІэм теухуауэ къызэрызжаІэжым и фІыгъэкІэ сэ къызгурыІуащ Иеговэ ди гугъуехь псори зэрилъагъур икІи ахэр я гугъуехьхэм щыпэлъэщакІэ сэри ар зэрысхузэфІэкІынур».
БИБЛИЕ ЗЫДЖЫР ЗЭІУЩІЭХЭМ КЪЭКІУЭН ЩІИДЗА ИУЖЬ
Библиер зыджыр адэкІи зэІущІэхэм къэкІуэн щхьэкІэ дэтхэнэ зыми къару етхьэлІэфынущ. (11-нэ абзацым феплъ.)
11, 12. Библиер зыджхэр ди зэІущІэхэм къэкІуа иужь гуапэу къыщІедгъэблэгъэн хуейр сыт?
11 Библиер зыджым Алыхьым гъунэгъу зыхуищІын икІи псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ, ар зэІущІэхэм блимыгъэкІыу къэкІуэн хуейщ (Евр. 10:24, 25). Ар езыгъаджэм япэу зэІущІэм къригъэблэгъэну къыщІэкІынщ, ауэ Библиер зыджым зэІущІэхэр блимыгъэкІыу адэкІи къэкІуэн щхьэкІэ дэтхэнэ зыми къару етхьэлІэфынущ. НтІэ, сыт дэ тщІэ хъунур?
12 Библиер зыджыр зэІущІэм къэкІуа иужь гуапэу къевгъэблагъэ (Рим 15:7). Библиер зыджым ди гуапагъэр зыхищІэмэ, ар адэкІи зэІущІэхэм къэкІуэну къыщІэкІынщ. Ар къевгъэблагъи ди къуэш, ди шыпхъуэр евгъэцІыху, ауэ евмыгъэлей. Ар езыгъаджэм и закъуэ абы гулъытэ хуищІын хуейуэ фемыгупсыс: абы дыщызэхуэс Унэм Іуэху гуэрхэр щигъэзащІэу е къыкІэрыхуу къыщІэкІынщ. Библиер зыджым гулъытэ зэрыхуэфщІыр икІи жиІэм фІыуэ фызэредаІуэр абы дауэ сэбэп хуэхъуфыну? Илъэс зыбжанэ ипэ псым зыщІэзыгъэуа зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъуу лажьэ ди къуэш Дмитрий и щапхъэм гу лъыттэнщ. Япэ дыдэу зэІущІэм къызэрыкІуар абы и гу къегъэкІыж: «Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэм деж сыгузавэу сызэрыщытым зы къуэш гуэрым гу лъитащ. Сэ абы гуапэу сыкъригъэблагъэри сыщІишащ икІи цІыху куэд сэлам къызахыну къызбгъэдэхьащ. Ар апхуэдизкІэ си гум ирихьати, апхуэдэ зэІущІэхэр махуэ къэс екІуэкІыну сыхуейт. Сэ абы ипэкІэ зэи зыхэзмыщІа гурыщІэхэр абы щызыхэсщІащ».
13. Фи щапхъэр Библиер зыджым дауэ сэбэп зэрыхуэхъуфынур?
13 ЩапхъэфІ вгъэлъагъуэ. Фэ вгъэлъагъуэ щапхъэр Библиер зыджым къыдэІэпыкъуфынущ пэжыр къызэригъуэтар къыгурыІуэну (Мт. 5:16). Молдовэ пионеру щылажьэ ди къуэш Виталий къыддогуашэ: «Сэ къуэш, шыпхъухэм я щытыкІэм, я псэукІэм, я гупсысэкІэм сыкІэлъыплът икІи слъэгъуам къызгуригъэІуащ Иеговэ и Щыхьэтхэр пэжу Алыхьым зэрыхуэлажьэр».
14. Библиер зыджым адэкІи Алыхьым гъунэгъу зыхуищІын щхьэкІэ, фи щапхъэр дауэ сэбэп зэрыхуэхъунур?
14 Библиер зыджым псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ абы къищІэр и гъащІэм къыщигъэсэбэпын хуейщ, ауэ ар щымытынши къохъу. Фэ Библием ит принципхэр сэбэп къызэрыфхуэхъур зэрилъагъум ар хуигъэушынущ езыри абыхэм тетыну (1 Кор. 11:1). ИпэкІэ зи гугъу тщІа Ханаэ жеІэж: «Сэ зэзгъащІэ принципхэм къуэш, шыпхъухэр куэд щІауэ тету псэут. Абыхэм я щапхъэм наІуэу къызгуригъэІуащ сэ нэгъуэщІхэм дапхуэдэу садэІэпыкъу икІи хуэзгъэгъу хъунуми, абы нэмыщІ дауэ лъагъуныгъэр згъэлъэгъуэфынуми. Къуэш, шыпхъухэр нэгъуэщІхэм фІыкІэ фІэкІ тепсэлъыхьтэкъым. Сэри сыхуейт абыхэм щапхъэ тесхыну».
15. Притчи 27:17 зэритымкІэ, Библиер зыджыр зэІущІэхэм къыщыкІуэм деж, ар нэхъыфІу зэдгъэцІыхун щІыхуейр сыт?
15 Библиер зыджым ныбжьэгъу фыхуэхъу. Библиер зыдж цІыхур зэІущІэм къэкІуэху абы гулъытэ хуэфщІ (Флп. 2:4). Ар нэхъыфІу зэвгъэцІыхуну фыхущІэкъу икІи и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьахэм щхьэкІэ фыщытхъу. Библие джыныр дауэ екІуэкІми, и унагъуэр, и Іуэхухэр дауэ щытми фыщІэупщІэ, ауэ ар Іэнкун зыщІын упщІэ евмыт. Библиер зыджым апхуэдэу фепсалъэмэ, фи зэхуаку ныбжьэгъугъэ къыдыхьэфынущ. А ныбжьэгъугъэр абы къыдэІэпыкъунущ Алыхьым нэхъ гъунэгъу зыхуищІыну икІи псым зыщІигъэуэну зыхуигъэхьэзырыну. (Къеджэ Притчи 27:17.) Ханаэ иджыпсту пионеру мэлажьэ. Абы зэІущІэхэм кІуэн щыщІидза зэманым теухуауэ жеІэж: «Зэхуэсым ныбжьэгъухэр щызиІэ щыхъуам щыгъуэ, къысхуэмыгъэсу зэІущІэхэм сыпэплъэт икІи, сешауэ щытми, ахэр зэи блэзгъэкІтэкъым. Сэ зэхуэсым щыщ си ныбжьэгъухэм саригъусэну си фІэфІт икІи ар къыздэІэпыкъуащ Алыхьым хуэмылажьэ си ныбжьэгъухэр къэзгъэнэну. Иеговэрэ дэлъху, шыпхъухэмрэ нэхъ гъунэгъу сахуэхъуну сыхуейти, сэ псым зыщІэзгъэуэну мурад сщІащ».
16. Библиер зыджым зэхуэсым зэрыщыщыр зыхищІэн щхьэкІэ сыт иджыри фщІэ хъунур?
16 Библиер зыджым Алыхьым и еплъыкІэр зригъэгъуэту и гъащІэр щихъуэжым деж, абы фыдэІэпыкъу ар зэхуэсым и Іыхьэу зэрыщытыр зыхищІэну. Псалъэм папщІэ, ар хьэщІапІэ къевгъэблагъэ хъунущ (Евр. 13:2). Молдовэ щыщ Денис игу къегъэкІыж: «Си щхьэгъусэмрэ сэрэ Библиер дджын щыщІэддзам щыгъуэ къуэшхэм мызэ-мытІэу хьэщІапІэ драгъэблагъэу щытащ. Абыхэм Иеговэ къазэрыдэІэпыкъур къызэрыджаІэжым хуабжьу дигъэгушхуэт. Абы и фІыгъэкІэ дэ къыдгурыІуащ Иеговэ дыхуэлэжьэну дызэрыхуейр икІи гъащІэ дахэ къызэрытпэщылъыр». Псым иджыри зыщІэзымыгъэуа, ауэ хъыбарыфІыр гъэІун щІэзыдза цІыхум дапхуэдэу дызэрыдэІэпыкъу хъунур? ХъыбарыфІыр зэгъусэу вгъэІуну къегъэблагъэ. Бразилие щыщ Дие́гу жеІэж: «Къуэш куэдым я гъусэу хъыбарыфІыр згъэІуну срагъэблагъэт. НэхъыфІу узэрыцІыхун щхьэкІэ, абы нэхърэ нэхъ ІэмалыфІ щыІэкъым. Абыхэм я гъусэу хъыбарыфІыр щызгъэІум сэ куэдым зезгъэсащ икІи Иеговэрэ Хьисэрэ нэхъ гъунэгъу сахуэхъуащ».
ЗЭХУЭСЫМ И НЭХЪЫЖЬХЭР ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЗЭРЫХЪУР
Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Библиер зыджхэм гулъытэ зэрахуэфщІыр къадэІэпыкъунущ абыхэм Алыхьым гъунэгъу зыхуащІыну. (17-нэ абзацым феплъ.)
17. Зэхуэсым и нэхъыжьхэр Библиер зыджхэм дауэ зэрыдэІэпыкъуфынур?
17 Библиер зыджхэм фадэІэпыкъун щхьэкІэ зэман хухэфх. Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, Библиер зыджхэм гулъытэ зэрахуэфщІыр къадэІэпыкъунущ ахэр Алыхьым гъунэгъу хуэхъуну икІи псым зыщІагъэуэну. Библиер зыджхэр зэІущІэм къэкІуа иужь гулъытэ яхуэфщІын щхьэкІэ зэман къыдэвгъэкІыфыну пІэрэ? Абыхэм я цІэхэр фигу ивубыдэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, псом хуэмыдэу зэІущэхэм жэуап щату щІадзамэ. Апхуэдэу абыхэм зыхащІэнущ фи дежкІэ ахэр лъапІэу зэрыщытыр. Къуэш, шыпхъухэм я гъусэу Библием ирагъаджэ цІыхум и деж фыкІуэн щхьэкІэ фи Іуэхур евгъэкІуэтэкІыфыну пІэрэ? Библиер зыджым фэ фызэримыгугъа лъэныкъуэкІэ фыдэІэпыкъункІэ хъунущ. Нигерием щыпсэу пионеру лажьэ ди шыпхъу Джеки къыддогуашэ: «Библиер зыдж куэдым хуабжьу ягъэщІагъуэ ахэр едгъэджэн щхьэкІэ къезгъэблэгъа къуэшыр зэхуэсым и нэхъыжьу зэрыщытыр къыщащІэм деж. Библиер зыдж цІыхухъу гуэрым мыпхуэдэу жиІащ: „Ди члисэм и нэхъыжьым зэи апхуэдэу ищІэнутэкъым. Ар здэкІуэр къулейхэм я дежщ икІи абыхэм ахъшэ къратыну щытмэщ!“» А цІыхухъур иджы зэІущІэхэм къокІуэ.
18. Апостолхэм 20:28 ит псалъэхэм зэхуэсым и нэхъыжьхэр дауэ зэрытетыфынур?
18 Библие джыныр езыгъэкІуэкІ къуэш, шыпхъухэр вгъэгушхуэ икІи абыхэм фадэІэпыкъу. Зэхуэсым и нэхъыжьхэ, фэ мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн фиІэщ — къуэш, шыпхъухэм хъыбарыфІ гъэІунымрэ Библием егъэджэнымрэ теухуауэ ехъулІэныгъэ яІэн щхьэкІэ фадэІэпыкъун хуейщ. (Къеджэ Апостолхэм 20:28.) Зыгуэрым фи гъусэу Библие джыныр иригъэкІуэкІыну темыгушхуэмэ, фэ ар евгъэкІуэкІыну фызэрыхьэзырыр абы жефІэ хъунущ. Джеки къыддогуашэ: «Библием езгъаджэхэм я Іуэхур зытетым теухуауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр щІэх-щІэхыурэ щІоупщІэ. Библие джыныр щезгъэкІуэкІкІэ гугъуехь гуэр сыщыпэщІэхуэм деж, абыхэм чэнджэщыфІхэр къызат». Зэхуэсым и нэхъыжьхэм куэд яхузыфІэкІынущ Библие джыныр езыгъэкІуэкІ къуэш, шыпхъухэр ягъэгушхуэн щхьэкІэ (1 Фес. 5:11). Джеки адэкІэ пещэ: «Сэ сигу ирохь зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыщагъэгушхуэм икІи къарууэ есхьэлІэр лъапІэу зэралъытэр къыщысжаІэм деж. Абыхэм я псалъэхэр махуэ хуабэм уи псыхуэлІэр изыгъэкІ псы щІыІэм хуэдэщ. Ахэр къызэрысщытхъум тегушхуэныгъэ къысхелъхьэ икІи цІыхухэр Библием зэрезгъаджэм гуфІэгъуэ нэхъыбэ къысхуехь» (Прит. 25:25, Гъэс.).
19. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми сыт хуэдэ гуфІэгъуэ зыхищІэфынур?
19 Дэ езым Библием зыри едмыгъаджэу щытми, ди къуэш, ди шыпхъухэм ирагъаджэ цІыхухэм дадэІэпыкъуфынущ ахэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъун щхьэкІэ. Библиер дджыну къуэш, шыпхъухэм дыщрагъэблагъам деж дэ куэд жыдмыІэу икІи темэм дытемыкІыу, абыхэм дадэІэпыкъуфынущ. Библиер зыджхэр зэІущІэхэм къыщыкІуэхэм деж дэ ахэр нэхъыфІу зэдгъэцІыху хъунущ икІи абыхэм щапхъэфІ едгъэлъэгъуфынущ. Зэхуэсым и нэхъыжьхэм Библиер зыджхэм гулъытэ хуащІын щхьэкІэ зэман къыдагъэкІыфынущ. Абы нэмыщІ Библие джыныр езыгъэкІуэкІхэри ягъэгушхуэфынущ икІи абыхэм дэІэпыкъуфынущ. НэгъуэщІхэм Иеговэ фІыуэ ялъагъуу хъун икІи хуэлэжьэн щхьэкІэ, куэдми мащІэми ди къарур зэрыхэтлъхьар къыщыдгурыІуэм деж, дэ хуабжьу догуфІэ!
79-НЭ УЭРЭДЫР ЦІыхухэм теубыдагъэ яІэну дэІэпыкъу
a Дэ езым Библием зыри едмыгъаджэу щытми, ди къуэш, ди шыпхъухэм ирагъаджэ цІыхухэм дадэІэпыкъуфынущ, ахэр Алыхьым нэхъ гъунэгъу хуэхъуну икІи псым зыщІагъэуэну. Абы щхьэкІэ сыт тщІэ хъунуми дэ мы статьям къыщытщІэнущ.