12 СТАТЬЯР
Мы дунейм дыкъызэрилъагъу мыхъум дыпэщІэтыну лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу
«ФІыуэ фызэрылъагъуну аращ унафэу фхуэсщІыр. Дунейм и цІыхухэм фыкъалъагъу мыхъуу щытмэ, фэ фыкъалъагъу мыхъу хъун и пэкІэ сэри сыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытар зыщывмыгъэгъупщэ» (ИН. 15:17, 18).
129-НЭ УЭРЭДЫР Теубыдагъэ зыхэдгъэлъынщ
МЫ СТАТЬЯР ЗЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫРa
1. Маттэ 24:9 зэритымкІэ, дыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытыр дэ дгъэщІэгъуэн щІыхуэмейр сыт?
ДЭ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ фІыуэ дыкъалъэгъуну икІи дэри фІыуэ тлъагъуну — Иеговэ апхуэдэу дыкъигъэщІащ. Абы къыхэкІкІэ зыгуэрым дыкъыщилъагъу мыхъум деж, ар ди гум хуабжьу йоуэ икІи Іэнкун дещІ. Европэм щыпсэу ди шыпхъу Джорджи́нэb жеІэж: «Сэ Иеговэ сыхуэлэжьэну мурад щысщІам щыгъуэ, си анэм сыкъилъагъу мыхъуу хъуат. Абы къыхэкІкІэ сэ фІы лъэпкъ схэмылъу икІи зыри къысхуэмеижу къысщыхъут. Абы щыгъуэ илъэс пщыкІуплІ сыхъуу арат». Данил зи цІэ ди къуэшми мыпхуэдэу етх: «Иеговэ и Щыхьэту сызэрыщытым щхьэкІэ, сэ зауэлІхэм саукІт, псалъэ Іейхэр къызжаІэт икІи сагъэшынэну хэтт. А псом сэ сигъэгужьейт икІи си пщІэр ириудыхт». Апхуэдэу цІыхухэр къызэрытхущытым ди гур хегъэщІ, ауэ ар дгъэщІэгъуэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ жиІат дэ дыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытынур. (Къеджэ Маттэ 24:9.)
2, 3. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр мы дунейм щІилъагъу мыхъур сыт?
2 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр мы дунейм илъагъу мыхъуу щытщ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ, Хьисэ хуэдэу дэри «мы дунейм [д]ыщыщкъым» (Ин. 15:17—19). Къэрал унафэщІхэм пщІэ яхуэтщІми, ахэр Алыхьым япэ идгъэувэкъым икІи къэрал дамыгъэхэм щхьэщэ яхуэтщІкъым. Дэ нэгъэсауэ дызыхуэпэжыр Иеговэ закъуэщ икІи Алыхьым фІэкІ цІыхухэм я тепщэу щытыну нэгъуэщІым зыми хуитыныгъэ зэримыІэр къыдгуроІуэ. Ауэ ШейтІанымрэ абы и щІэблэмрэ яхузэфІэкІ къамыгъанэу Алыхьым а хуитыныгъэм щхьэкІэ зэпымыууэ йоныкъуэкъу (ЩІэдз. 3:1—5, 15). Дэ цІыхухэм яжыдоІэ Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм фІэкІ нэгъуэщІ зыри гугъапІэ зэрыщымыІэр икІи а Пащтыхьыгъуэм пэщІэувэу хъуар куэд мыщІэу абы зэригъэкІуэдынур (Дан. 2:44; Апок. 19:19—21). Ар хъыбарыфІщ цІыху Іэдэбхэм я дежкІэ, ауэ бзаджащІэхэм дежкІэ — ар хъыбар Іейщ (Пс. 37:10, 11).
3 Дунейм зыдедмыгъэкІуу Алыхьым и хабзэ къабзэм дызэрытетым щхьэкІи дэ дыкъалъагъу хъукъым. Псалъэм папщІэ, Содомрэ Іаморэрэ Алыхьым щІигъэкІуэда щІэпхъаджагъэхэм хуэдэ нобэ куэдым ялэжь икІи ар тэмэму къалъытэ (Иудэ 7). Фегупсысыт: Библием дызыхуригъаджэ къабзагъэм дытетыну дызэрыхущІэкъум щхьэкІэ дэ цІыхухэр къытщодыхьэшх икІи дыцІыху ткІийуэ жаІэ! (1 Пет. 4:3, 4).
4. ЦІыхухэм дыкъыщалъагъу мыхъум деж, сыт хуэдэ хьэл-щэнхэр дэ къыддэІэпыкъуну?
4 ЦІыхухэм далъагъу мыхъуу икІи дагъэпудыну щыхэтым деж, Алыхьым хуэпэжу дыкъыхуэнэну сыт дэ къыддэІэпыкъунур? Иеговэ къызэрыддэІэпыкъунур быдэу ди фІэщ хъун хуейщ. Апхуэдэ фІэщхъуныгъэ быдэм, мэІухум хуэдэу, «ШейтІаным и шабзэ плъахэр» игъэункІыфІыфынущ (Еф. 6:16). Ауэ фІэщхъуныгъэ закъуэр мащІэщ, дэ иджыри лъагъуныгъэ дгъэлъэгъуэн хуейщ. Сыт щхьэкІэ? Лъагъуныгъэр «бзаджагъэми егупсысыркъым», абы «мыхъумыщІэ псори егъэгъу» икІи «шыІэ иІэщ сыт щыгъуи» (1 Кор. 13:4—7, 13). ЦІыхухэм дыкъызэралъагъу мыхъум дыпэщІэтын щхьэкІэ, ди Алыхь Иеговэ, ди къуэш, ди шыпхъухэм икІи ди бийхэм худиІэ лъагъуныгъэр къызэрыддэІэпыкъум деплъынщ.
ИЕГОВЭ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР
5. Хьисэ и Адэр фІыуэ зэрилъагъур дауэ абы къызэрыдэІэпыкъуар?
5 Хьисэ щаукІыну махуэм ипэ къихуэ жэщым и лъэужь ирикІуэхэм яжриІащ: «Адэ лъапІэр фІыуэ зэрыслъагъури, унафэу къысхуищІахэр зэрызгъэзэщІари дунейм и цІыхухэм ящІэн хуейщ» (Ин. 14:31). Хьисэ и Адэм хуиІэ лъагъуныгъэм къару къритащ гъэунэхуапІэ къыпэщылъхэм пэлъэщыну. Дэри Алыхьым худиІэ лъагъуныгъэм къару къытхилъхьэфынущ.
6. Рим 5:3—5 зэритымкІэ, Иеговэ и лэжьакІуэхэр дауэ хущыт мы дунейм и цІыхухэм ахэр зэралъагъу мыхъум?
6 Алыхьым и лэжакІуэхэр къыщрахуэкІым деж, Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэр абыхэм сыт щыгъуи къадэІэпыкъут. Псалъэм папщІэ, иудейхэм я суд нэхъыщхьэм хъыбарыфІ гъэІуныр щагъэтыну апостолхэм къыщыжраІам, ахэр Иеговэ хуаІэ лъагъуныгъэм хуигъэушащ «цІыхухэм нэхърэ Тхьэм нэхъ» едэІуэну (Апост. 5:29; 1 Ин. 5:3). Апхуэдэ лъагъуныгъэ гуащІэр ноби ди къуэшхэм къадоІэпыкъу. Алыхьым и лэжьакІуэхэр щыпсэу къэралым тепщэныгъэ зиІэхэм залымыгъэ зэрахьэу, кърахуэкІыу щытми, ахэр Алыхьым хуэпэжу къонэ. Мы дунейм дыкъызэрилъагъу мыхъур зыхэтщІэми, дэ ди Іэр едмыхьэхыу икІи дыгуфІэу дыкъызэрынэфым дропагэ (Апост. 5:41; къеджэ Рим 5:3—5).
7. Иеговэ дызэрыхуэлажьэм щхьэкІэ ди унагъуэм щыщхэр къыщытпэщІэувэм деж, дауэ дэ абы дызэрыхущытын хуейр?
7 Алыхьым и лэжьакІуэм и унагъуэм щыщхэр къызэрыпэщІэувэр псом нэхърэ нэхъ гъэунэхуапІэ хъэлъэхэм ящыщу къыщІэкІынщ. Алыхьым теухуа щІэныгъэ пэжыр зэдгъэгъуэтын щІэддза иужь, дэ дыкъагъапцІэу е ди щхьэм зыгуэр и лажьэу ди унагъуэм щыщхэр егупсысыфынущ. (Евгъапщэ Марк 3:21). Уеблэмэ, ахэр егъэлеяуэ гущІэгъуншэу къытпэщІэтынкІи хъунущ. Ауэ дэ ар дгъэщІэгъуэн хуейкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ Хьисэ мыпхуэдэу жиІат: «И унагъуэм исхэращ цІыхум и бийр» (Мт. 10:36). ДауикІ, ди благъэхэр дапхуэдэу къытхущымытами, ахэр ди бийуэ тлъытэнукъым. Дэ Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэху, цІыхухэми худиІэ лъагъуныгъэр хэхъуэнущ (Мт. 22:37—39). Ауэ зыгуэр арэзы тщІын щхьэкІэ, Библием ит хабзэхэмрэ принципхэмрэ дэ дебэкъуэнукъым.
Сыт хуэдэ гугъуехь дыпэщІэмыхуами, Иеговэ сыт щыгъуи дигъусэнущ дызыхуэныкъуэ къарумрэ гупсэхугъуэмрэ къыдитын щхьэкІэ. (8—10-нэ абзацхэм феплъ.)
8, 9. Джорджина и анэр егъэлеяуэ къызэрыпэщІэтым емылъытауэ, Алыхьым хуэпэжу къыхуэнэну сыт къыдэІэпыкъуар?
8 Статьям ипэм зи гугъу тщІа Джорджина Алыхьым хуэпэжу къыхуэнащ, абы и анэр егъэлеяуэ къызэрыпэщІэтым емылъытауэ. Джорджина жеІэж: «Си анэмрэ сэрэ Иеговэ и Щыхьэтхэм ягъусэу Библиер дджыну щІэддзат. Илъэс ныкъуэ дэкІа иужь, сэ зэІущІэхэм сыкІуэну гукъыдэж сиІэ хъуащ, ауэ абы щыгъуэм си анэм и щытыкІэм зэуэ зихъуэжащ. Ар Иеговэ епцІыжахэм зэрепсэлъар сэ къэсщІащ икІи абыхэм къыжраІа пцІыхэр къытригъэзэжурэ сэ къызжиІэт. Абы си пщІэр ириудыхт, щхьэцыкІэкІэ сыкърилъэфэкІт, ситхьэлэну хэтт икІи си литературэри хыфІидзэт. Сэ илъэс пщыкІутху сыщыхъуам щыгъуэ псым зыщІэзгъэуащ. Алыхьым сызэрыхуэлажьэр къызигъэгъэнэну и мураду, си анэм сабий гугъухэр здэщыІэ интернатым сритащ. Абы щыпсэу языныкъуэ ныбжьыщІэхэм наркотик зрахьэлІэт икІи щІэпхъаджагъэ Іейхэр ялэжьт. Сыту гугъу зыгуэр къыщыппэщІэтым деж, псом хуэмыдэу а къыппэщІэувэр фІыуэ уилъагъуну икІи и нэІэ къыптригъэтыну узыщыгугъ цІыхурауэ щытмэ!»
9 Джорджина а псом дауэ зэрыпэлъэщыфар? Ар къыддогуашэ: «Си анэр къыщыспэщІэува махуэ дыдэм сэ Библием и кІэм нэс седжэн сыухауэ арат. Сэ шэч лъэпкъ къытесхьэтэкъым пэжыр къызэрызгъуэтам икІи Иеговэ гъунэгъу къызэрысхуэхъур зыхэсщІэт. Сэ щІэх-щІэхыурэ Иеговэ лъэІукІэ зыхуэзгъазэт, икІи абы сызэхихт. Интернатым сыщыпсэуам щыгъуэ, ди зы шыпхъум и унэм сыкъригъэблагъэурэ, дэ зэгъусэу Библиер дджыт. А зэманым зэхуэсым щыщ дэлъху, шыпхъухэр щІэгъэкъуэн къысхуэхъут. Абыхэм я унагъуэхэм сыщыщ хуэдэт. Сэ наІуэу слъагъут хэт къытпэщІэмыувами, Иеговэ псом нэхърэ нэхъ лъэщу зэрыщытыр».
10. Сыт дэ шэч къызытедмыхьэр?
10 Апостол Паул зэритхамкІэ, Алыхьым къытхуиІэ «фІылъагъуныгъэм... дыбгъэдишын» зыми хузэфІэкІынукъым (Рим 8:38, 39). Сыт хуэдэ гугъуехь димыІами, дэ Иеговэ зэи дыкъигъэнэнукъым икІи дызыхуэныкъуэ къарумрэ гупсэхугъуэмрэ къыдитыну хьэзырщ. Джорджинэ и щапхъэми къыхощ Иеговэ ди къуэш, ди шыпхъухэр къигъэсэбэпурэ и нэІэ къызэрыттригъэтыр.
ДИ КЪУЭШ, ДИ ШЫПХЪУХЭМ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР
11. Иуан 15:12, 13 зытепсэлъыхь лъагъуныгъэр Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм дауэ къазэрыдэІэпыкъуар? Щапхъэ къэфхь.
11 Хьисэ и псэр щитыну махуэм ипэ къихуэ жэщым абы и гъэсэнхэм лъагъуныгъэ я зэхуаку дэлъыным мыхьэнэшхуэ зэриІэр ягу къигъэкІыжащ. (Къеджэ Иуан 15:12, 13.) Хьисэ ищІэт абыхэм псэемыблэж лъагъуныгъэр къазэрыдэІэпыкъунур ШейтІаным и дунейм пэщІэтын икІи зэкъуэтыныгъэр яхъумэн щхьэкІэ. Фессалоникэ дэса ди къуэш, ди шыпхъухэм я щапхъэр зэпкърытхынщ. А къалэм щыІэ зэхуэсыр къызэрыунэхурэ кърахуэкІт. А зэманым ди къуэш, ди шыпхъухэм ягъэлъэгъуа фІэщхъуныгъэр, лъагъуныгъэр икІи теубыдагъэр дэ псоми щапхъэ тхуохъу (1 Фес. 1:3, 6, 7). Паул абыхэм елъэІуащ адэкІи лъагъуныгъэр нэхъыбэжу ягъэлъэгъуэну (1 Фес. 4:9, 10). Лъагъуныгъэм ахэр хуигъэушын хуейт къарууншэ хъуахэм ядэІэпыкъуну икІи гукъеуэ зиІэхэми я гур фІы хуащІыжыну (1 Фес. 5:14). Фессалоникэ дэс ди къуэш, ди шыпхъухэм Паул жиІар ягъэзэщІащ. Дэнэ ар щытщІэр? Ар къыхощ илъэс хуэдиз дэкІауэ абыхэм яхуитха етІуанэ письмом ит псалъэхэм: «Фэ фщыщ дэтхэнэми адрейм фІылъагъуныгъэу хуиІэми зэпымычу хохъуэ» (2 Фес. 1:3—5). А лъагъуныгъэр абыхэм къадэІэпыкъуащ гугъуехь яІэхэм пэлъэщыну икІи къызэрырахуэкІым емылъытауэ я Іэр ирамыхьэхыну.
ЦІыхухэм дыкъалъагъу зэрымыхъум емылъытауэ, Иеговэ хуэпэжу дыкъэнэну ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр къыддоІэпыкъу. (12-нэ абзацым феплъ.)c
12. Зы къэралым щыпсэу ди къуэш, ди шыпхъухэм я зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэр зауэ зэманым дауэ зэрагъэлъэгъуар?
12 ИпэкІэ зи гугъу тщІа Данил зыпэщІэхуа Іуэхугъуэм деплъынщ. Зауэ екІуэкІыр абы и къалэм нэсат, ауэ абы щыгъуи Данилрэ абы и щхьэгъусэмрэ зэІущІэхэм кІуэн къагъэнакъым. Абыхэм сыт хуэдэ Іэмалри къагъэсэбэпт адрейхэм хъыбарыфІымкІэ ядэгушэн икІи къуэш, шыпхъухэм шхынкІэ ядэІэпыкъун щхьэкІэ. Зы махуэ гуэрым абыхэм я деж Іэщэ яІыгъыу зауэлІхэр къэкІуащ. Данил жеІэж: «Абыхэм къыстракъузэт си диныр къэзгъэнэну. Ауэ ар зэрызмыщІэнур щыжысІам щыгъуэ, сэ саубэрэжьащ икІи сызэраукІыпэнур си фІэщ ящІын щхьэкІэ фочыр къыстрагъапсэри си щхьэм пэгъунэгъуу ягъэуащ. Ахэр щыщІэкІыжым щыгъуэ къагъэзэжу си щхьэгъусэм лей ирахыну жаІащ. Апхуэдэ шынагъэ зэрыщыІэр ди зэхуэсым къызэращІэу, псынщІэу поездым драгъэтІысхьэри нэгъуэщІ къалэ дагъэкІуащ. А ди къуэшхэм ягъэлъэгъуа лъагъуныгъэ пэжыр сэ зэи сщыгъупщэнукъым! ДыздэІэпхъуа щІыпІэм къуэшхэр шхынкІэ къыддэгуэшащ икІи дыздэпсэуни лэжьапІи къэдгъуэтыну къыддэІэпыкъуащ. Зэман дэкІа иужь зауэм и зэранкІэ зи псэупІэр зыфІэкІуэда ди къуэш, ди шыпхъухэм дэри щхьэегъэзыпІэ еттыфащ». Апхуэдэ щапхъэхэм къагъэлъагъуэ ди зэхуаку дэлъ лъагъуныгъэм и фІыгъэкІэ дыкъалъагъу зэрымыхъум дызэрыпэщІэтыфынур.
ДИ БИЙХЭМ ХУДИІЭ ЛЪАГЪУНЫГЪЭР
13. Дауэ Алыхьым и къару лъапІэр къызэрыддэІэпыкъур Иеговэ хуэпэжу дыкъыхуэнэну, цІыхухэм дыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытым емылъытауэ?
13 Хьисэ и гъэсэнхэм яжриІат: «Фи бийхэр фІыуэ флъагъу» (Мт. 5:44, 45). Тыншу пІэрэ ар бгъэзэщІэну? ДауикІ, тыншкъым, ауэ Алыхьым и къару лъапІэм и фІыгъэкІэ ар тхузэфІэкІынущ. Алыхьым и къару лъапІэм лъагъуныгъэр, абы нэмыщІ шыІэныгъэр, фІыгъуэр, гущабагъэр, зышыІэныгъэр къыбгъэдокІ (Гал. 5:22, 23). А хьэл-щэнхэр дэ къыддоІэпыкъу, цІыхухэм дыкъалъагъу зэрымыхъум емылъытауэ, Иеговэ хуэпэжу дыкъыхуэнэну. Япэм къытпэщІэувэу щытахэм захъуэжащ Иеговэ и лэжьакІуэу щыт я щхьэгъусэхэм, я бынхэм, я гъунэгъухэм а хьэл-щэн дахэхэр зэрагъэлъэгъуам и фІыгъэкІэ. Абыхэм ящыщ куэдыр ди къуэш, ди шыпхъу хъуащ. Аращи, фи фІэщІхъуныгъэм щхьэкІэ фыкъэзылъагъу мыхъухэм лъагъуныгъэр евгъэлъэгъуну къывэгугъуэкІмэ, Иеговэ и къару лъапІэр къывитыну фелъэІу (Лк. 11:13). Алыхьым и гъуэгу утетыным нэхърэ нэхъыфІ зэрыщымыІэм зэи шэч къытевмыхьэ (Прит. 3:5—7, Гъэсэпэтхыдэхэр).
14, 15. Ясмин и щхьэгъусэр къызэрыпэщІэувэм емылъытауэ, абы лъагъуныгъэ хэлъу хущытыну Рим 12:17—21 ит чэнджэщхэр дауэ къызэрыдэІэпыкъуар?
14 Ближний Восток жыхуаІэ лъэныкъуэмкІэ щыпсэу Ясми́н и щапхъэм деплъынщ. Ар Иеговэ и Щыхьэт щыхъуам щыгъуэ абы и щхьэгъусэм ар игу ирихьакъым. Абы Ясмин къагъапцІэу къыщыхъути и щхьэгъусэр зэІущІэхэм зэримыгъэкІуэным иужь итт. Абы Ясмин псалъэ дыджхэр жриІэт, благъэхэр, дин пашэр, уеблэмэ, Іэзэгъуазэри къигъэсэбэпт ар игъэшынэн икІи унагъуэр зэтрикъутэу жиІэу Ясмин игъэкъуаншэн щхьэкІэ. Зэгуэр зэІущІэр екІуэкІыу ар кІий-гуоурэ абы щІэлъадэри къуэшхэм псалъэ фІейхэр яжриІэу щІидзащ. Апхуэдэу и щхьэгъусэр зэрыщытым, дауикІ, Ясмин и гур Іейуэ хигъэщІт.
15 Къуэш, шыпхъухэм Ясмин и гугъуехьыр даІыгът икІи и гури фІы зэрыхуащІыным хущІэкъут. Зэхуэсым и нэхъыжьхэми Рим 12:17—21 ит псалъэхэм тетыну ар хуагъэушт (къеджэ). Ясмин жеІэж: «А чэнджэщхэр къэзгъэсэбэпыну икъукІэ гугъут, ауэ сэ Иеговэ абыкІэ къыздэІэпыкъуну селъэІут икІи къарууэ сиІэр есхьэлІэт. Псалъэм папщІэ, си щхьэгъусэм сигъэбэмпІэн щхьэкІэ пщэфІапІэр къыщызэхитхъуэм деж, сэ псори зэлъыІусхыжт. Си пщІэр езыудыхын псалъэхэр къыщызжиІэкІи, сэ сыкъэмыгубжьу, щабэу абы жэуап естыжт икІи ар щысымаджэм деж сыкІэлъыплът».
Дыкъэзылъагъу мыхъухэм ягухэр ди лъагъуныгъэм фІыкІэ ихъуэжыфынущ. (16—17-нэ абзацхэм феплъ.)d
16, 17. Ясмин и щапхъэм сытым фыхуигъасэрэ?
16 Ясмин и щхьэгъусэм лъэгъуныгъэ хэлъу зэрыхущытам фІыгъуэ куэд къыпэкІуащ. Абы жеІэж: «Си щхьэгъусэм сэ зэи пцІы зэрызмыупсыр ищІэти дзыхь къысхуищІу щІидзащ. Иджы диным теухуауэ дыщызэпсалъэкІэ ар къызэдаІуэу хъуащ икІи абы къыгурыІуащ унагъуэм мамырыгъэ илъын щхьэкІэ, езыми абы къару зэрырихьэлІэн хуейр. Иджыпсту ди зэхущытыкІэм зэрызихъуэжам икІи ди унагъуэм мамырыгъэр зэригъуэтыжам си фІэщ схуэмыгъэхъуу соплъ. Ар зылъагъу си щхьэгъусэм иджы езым сыхуегъэуш зэІущІэхэм сыкІуэну. Сэ сыщогугъ абы и гур пэжым къыхузэІуихыу, дызэгъусэу Иеговэ дыщыхуэлэжьэну зэман къэсыну».
17 Ясмин и щапхъэм къызэригъэлъагъуэмкІэ, «фІылъагъуныгъэм мыхъумыщІэ псори егъэгъу... Тхьэм щогугъ сыт щыгъуи, шыІэ иІэщ сыт щыгъуи» (1 Коринф 13:4, 7). Лъагъумыхъуныгъэм псори зэтрекъутэ икІи гуауэшхуэ къихьыфынущ. Ауэ лъагъуныгъэм и къарур куэдкІэ нэхъ инщ. Абы цІыхухэм ягухэр фІыкІэ ехъуэж икІи апхуэдэ лъагъуныгъэ зыгъэлъагъуэхэм Иеговэ и гур ягъэгуфІэ. Ди жагъуэгъухэм адэкІи далъагъу мыхъуу щытми, дэ насыпыфІэу дыщытыфынущ. Дапхуэдэу?
«ГЪУЭГУ МАХУЭ ФЫТЕУВАЩ... ЦІЫХУХЭР ФЭ ЖАГЪУЭГЪУ КЪЫФХУЭХЪУМЭ»
18. ЦІыхухэм дыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытым емылъытауэ, дауэ насыпыфІэу дыкъызэрынэфынур?
18 Хьисэ жиІащ: «Гъуэгу махуэ фытеуващ... цІыхухэр фэ жагъуэгъу къыфхуэхъумэ» (Лк. 6:22). ДауикІ, дэ цІыхухэм дыкъалъагъу мыхъуу щытыну дыхуейкъым икІи дыкъыщрахуэкІым дежи абы гуфІэгъуэ къытхуихькъым. Дауэ-тІэ апхуэдэ Іуэхугъуэ дыщыпэщІэхуэм деж насыпыфІэу дыкъызэрынэфынур? Япэрауэ, гъэунэхуапІэхэм дыщыпэщІэхуэм деж Алыхьым хуэпэжу дыкъызэрынэмкІэ ар арэзы дощІ (1 Пет. 4:13, 14). ЕтІуанэрауэ, гъэунэхуапІэхэм ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ ящІ (1 Пет. 1:7). Ещанэрауэ, дэ дыпоплъэ къэкІуэну зэманым тыгъэ лъапІэ къытІэрыхьэну — гъащІэ мыухыжыр (Рим 2:6, 7).
19. ЩІопщкІэ щаукІам щыгъуи апостолхэм сытыт гуфІэгъуэр щІафІэмыкІуэдар?
19 Алыхьым Хьисэ къызэригъэтэджыжрэ куэд дэмыкІыу, абы зи гугъу ищІауэ щыта гуфІэгъуэр апостолхэм зыхащІащ. Ахэр щІопщкІэ щаукІам икІи хъыбарыфІыр ямыгъэІуну унафэ щыхуащІам щыгъуи, абыхэм я гум гуфІэгъуэ изт. Сыт щхьэкІэ? «ЦІыхухэр абыхэм Хьисэ и цІэкІэ къекъуэншэкІыну Тхьэм къазэрыхуигъэхуэфэщам» щхьэкІэ ахэр гуфІэт (Апост. 5:40—42). Апостолхэм я Зиусхьэным хуаІэ лъэгъуныгъэр куэдкІэ нэхъ инт бийхэм хуаІэ шынэм нэхърэ. Абы къыхэкІкІэ апостолхэм Хьисэ Мэссихьу зэрыщытым теухуа хъыбарыфІыр «цІыхухэм хуаІуатэ зэпытт». Абыхэм я лъагъуныгъэр абыкІэ къагъэлъагъуэт. Ноби ди къуэш, ди шыпхъу куэдым гугъуехь зэраІэм емылъытауэ, Алыхьым пэжу хуэлэжьэн къагъанэкъым. Абыхэм быдэу я фІэщ мэхъу Иеговэ хуащІэмрэ хуаІэ лъагъуныгъэмрэ абы зэи зэрыщымыгъупщэнур (Евр. 6:10).
20. КъыкІэлъыкІуэ статьям сыт щызэпкърытхынур?
20 ШейтІаныр мы дунейм и тепщэу щытыху, дэ дыкъалъагъу мыхъуу щытынущ (Ин. 15:19). Ауэ дэ дыщІэшынэн щыІэкъым. Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэм я гур зэригъэбыдэнум икІи къызэрихъумэнум къыкІэлъыкІуэ статьям дыщытепсэлъыхьынущ (2 Фес. 3:3). Ди Алыхь Иеговэ, ди къуэш, ди шыпхъухэр икІи дыкъэзылъагъу мыхъухэр адэкІи фІыуэ тлъагъуну дыхущІэвгъуэкъу. Апхуэдэу тщІэмэ, дэ ди зэкъуэтыныгъэр тхъумэнущ, ди фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ тщІынущ, Иеговэ щІыхь къыхуэтхьынущ икІи лъагъуныгъэр псоми зэрыпэлъэщыр къэдгъэлъэгъуэнущ.
106-НЭ УЭРЭДЫР Лъагъуныгъэр хыдогъахъуэ
a ШейтІаным и дунейр къызэрытпэщІэтым икІи цІыхухэм дыкъалъагъу мыхъуу зэрыщытым дэ гугъу дрегъэхь. Ауэ, абы емылъытауэ, ди Алыхь Иеговэ, ди къуэш, ди шыпхъухэр икІи ди бийхэр фІыуэ зэрытлъагъур къыддоІэпыкъу Алыхьым хуэпэжу дыкъыхуэнэну. Хьисэ Мэссихьи къыджиІащ далъагъу мыхъуми, дэ насыпыфІэу дызэрыщытыфынур. Мы статьям а гупсысэхэр щызэпкърытхынущ.
b Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.
c СУРЭТЫР. ЗауэлІхэм Данил яукІыну щыжаІам щыгъуэ, абырэ и шхьэгъусэмрэ нэгъуэщІ къалэ Іэпхъуэн щхьэкІэ къуэшхэр ядэІэпыкъуащ икІи абы щыІэ зэхуэсым ахэр гуапэу кърагъэблэгъащ.
d СУРЭТЫР. Ясмин Иеговэ хуэлэжьэну и щхьэгъусэр зэран къыхуэхъут, ауэ абы зэхуэсым и нэхъыжьхэм кърата чэнджэщхэр къигъэсэбэпащ. Ясмин щхьэгъусэфІу зэрыщытыным хъущІэкъут икІи и лІыр щысымаджэм деж абы кІэлъыплът.