Псори зи ІэмыщІэ илъ Алыхьым дэ зыгуэр еттын хуейуэ пІэрэ?
«Ди Алыхь, дэ уэ фІыщІэ пхудощІ, уи цІэ дахэри догъэлъапІэ» (1 ЛЕТ. 29:13).
1, 2. Иеговэ — Алыхь хьэлэлу зэрыщытыр сытым къыхэщрэ?
ИЕГОВЭ — Алыхь хьэлэлщ. Дэ диІэ псор аращ къызыбгъэдэкІыр. Дуней псом и дыщэри и дыжьынри, абы нэмыщІ щІым щІэлъ хъугъуэфІыгъуэ псори Иеговэщ зызейр икІи абы и хьэлэлагъым и фІыгъэкІэ щІылъэм гъащІэ щыІэщ (Пс. 104:13—15; Агг. 2:8). Иеговэ иІэ хъугъуэфІыгъуэхэр къигъэсэбэпурэ и лэжьакІуэхэм телъыджэу зэрыдэІэпыкъуауэ щыта щапхъэ куэд Библием итщ.
2 Псалъэм папщІэ, израил цІыхухэр губгъуэ нэщІым итыхукІэ Иеговэ абыхэм илъэс 40-кІэ мэннрэ псырэ яриту щытащ (Исх. 16:35). Библием зэрыжиІэмкІэ ахэр зыри хуэныкъуэтэкъым (Неем. 9:20, 21). ИужькІэ Иеговэ бегъымбар Елисей къару иритащ Іуэху телъыджэ ищІэну: Алыхьым хуэпэж фызабэм дагъэ мащІэ дыдэ къыхуэнауэ арат, ауэ иужькІэ ар апхуэдизкІэ куэд хъуати, дагъэр ищэри и щІыхуэхэр итыжыфащ икІи езымрэ и къуэхэмрэ адэкІэ зэрыпсэун ахъши къахуэнащ (2 Цар. 4:1—7). Иеговэ и фІыгъэкІэ Хьисэ телъыджэшхуэхэр ищІэт. Псалъэм папщІэ, цІыху куэд игъэшхауэ щытащ, абы нэмыщІ ахъшэ щахуэныкъуэм, телъыджэкІэ щарита къэхъуащ (Мт. 15:35—38; 17:27).
3. Сыт мы статьям щызэпкърытхынур?
3 Иеговэ къигъэщІахэр зыхуей хуигъэзэн щхьэкІэ, сытри иІэщ. Ауэ, абы емылъытауэ, ар хуейщ абы и лэжьакІуэхэм нэхъыфІу яІэмкІэ и организацэм и лэжьыгъэр даІыгъыну (Исх. 36:3—7; къеджэ Притчи 3:9, Гъэсэпэтхыдэхэр). Сыт Иеговэ щІыхуейр фІыщІэ зэрыхуэтщІыр апхуэдэ щІыкІэкІэ къэдгъэлъэгъуэну? Япэм Иеговэ и лэжьакІуэ пэжхэр дауэ Алыхьым и лъэпкъым лэжьыгъэ лъапІэхэр щызыгъэзащІэхэм мылъкукІэ зэрадэІэпыкъуу щытар? Арэзыуэ тты ахъшэхэр Иеговэ и организацэм дауэ къигъэсэбэпрэ? Мы статьям а упщІэхэр щызэпкърытхынущ.
СЫТ ДЭ ИЕГОВЭ ЗЫГУЭР ЕТТЫНУ ДЫЩІЫХУЕЙР?
4. Сыт дэ Иеговэ и организацэм мылъкукІэ дыщІыдэІэпыкъур?
4 Дэ Иеговэ зыгуэр еттыну дыхуейщ, ар фІыуэ долъагъури икІи фІыщІэ зэрыхуэтщІыр едгъэлъэгъуну дыхуейщи. Фегупсысыт, дапхуэдиз дэ Иеговэ къытхуищІами! Пащтыхь Даут Алыхьым и Унэшхуэр яухуэн щхьэкІэ зыхуэныкъуэхэр щызэригъэпэщым гупсысэ гъэщІэгъуэн къыхигъэщащ: дэ диІэ псор Иеговэщ зи фІыщІэр икІи абы еттыфыну диІэр къыдэзытари езыращ (Къеджэ 1 Летопись 29:11—14a.)
Дэ Иеговэ зыгуэр еттыну дыхуейщ, ар фІыуэ долъагъури
5. Дауэ Библием къызэригъэлъагъуэр, тыгъэ къэтхьхэр Иеговэ дызэрыхуэлажьэ щІыкІэм зэрыхыхьэр икІи абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраІэр?
5 Арэзыуэ тыгъэ тщІыхэм Иеговэ щІыхь зэрыхуэтщІыр къагъэлъагъуэ. Зэгуэрым апостол Иуан илъэгъуащ уафэм щыІэ Иеговэ и лэжьакІуэхэм Алыхьыр мыпхуэдэ псалъэхэмкІэ ягъэлъапІэу: «Уэ, ди Зиусхьэн, щІыхьышхуэри, лъытэныгъэшхуэри, лъэкІыныгъэшхуэри зыхуэфащэр уэращ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ псори къэзыгъэщІар уэращ, уэ уфІэигъуэти, ахэр къэхъури, гъащІэ яІэ хъуащ» (Апок. 4:11). Иеговэ фІыщІэшхуи щІыхьышхуи хуэтщІыну икІи диІэм и нэхъыфІыр еттыну хуэфащэкъэ? Иеговэ Мусэ къигъэсэбэпу израил лъэпкъым унафэ хуищІат илъэсым щэ зэхуэсыну, махуэшхуэхэр ягъэлъэпІэн щхьэкІэ. ИкІи зы цІыхуи «Иеговэ и пащхьэм ІэнэщІу къихьэ» хъунутэкъым (Втор. 16:16). Ноби тыгъэ къэтхьхэр Иеговэ дызэрыхуэлажьэ щІыкІэм хохьэ икІи абыхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ. Ди гум къыбгъэдэкІыу тыгъэ тщІыхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ и организацэр ди дежкІэ лъапІэу зэрыщытыр икІи абы иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр дэтІыгъыну дызэрыхуейр.
6. Хьэлэлу ущытыным сыт хуэдэ сэбэпынагъ хэлъ? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
6 Дэ хьэлэлу дыщытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ псоми зыгуэр къыдату, ауэ дэ езым зыми зыри едмыту щытамэ, абы нэхъыфІ дищІынутэкъым. (Къеджэ Апостолхэм 20:35.) Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, сабийм и адэ-анэм кърат ахъшэр зэхуихьэсурэ абыхэм тыгъэ яхуищІа иужь адэ-анэр хуабжьу зэрыгуфІэр. Е фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, и адэ-анэм и гъусэу псэу пионер ныбжьыщІэ. Абы и гум хуигъэушынкІэ хъунущ и адэ-анэм унэмрэ шхынымрэ трагъэкІуадэ ахъшэм зыгуэр яхухилъхьэну. Адэ-анэр я быным апхуэдэу ищІэну щымыгугъми, абы къарит ахъшэр къыІырахынкІэ хъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ быным апхуэдэу къигъэлъэгъуэфынущ къыхуащІэ псор фІыщІэ зэрищІыр. Апхуэдэ дыдэу, Иеговэ ещІэ дэ нэгъуэщІхэм дазэрыдэгуашэм нэхъыфІ дызэрищІыр.
ЯПЭМ АЛЫХЬЫМ И ЛЭЖЬАКІУЭХЭМ ТЫГЪЭ ЗЭРАЩІУ ЩЫТАР
7, 8. Дауэ япэм: 1) Иеговэ и лэжьакІуэхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ тыгъэхэр ящІу зэрыщытар? 2) Иеговэ и лэжьакІуэхэр, Алыхьым и лъэпкъым мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр щызыгъэзащІэхэм, мылъкукІэ дэІэпыкъуу зэрыщытар?
7 Библием итщ Иеговэ и лэжьакІуэхэм тыгъэхэр къахьу зэрыщытам теухуауэ щапхъэ куэд. Иныкъуэхэм деж абыхэм мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ тыгъэхэр ящІт. Псалъэм папщІэ, Мусэ израил цІыхухэм елъэІуауэ щытащ Алыхьым и шэтырыр ящІын щхьэкІэ тыгъэхэр къахьыну. ИужькІэ пащтыхь Даут апхуэдэ дыдэу ищІащ, Алыхьым и Унэшхуэр щаухуэным щыгъуэ (Исх. 35:5; 1 Лет. 29:5—9). Пащтыхь Иоас и зэманым ахъшэ зэхуахьэсахэр дин пашэхэм Иеговэ и унэм къута иІэхэр зэгъэпэщыжыным ягъэкІуащ (2 Цар. 12:4, 5). Япэ лІэщІыгъуэм Иудеем гъаблэшхуэ къыщыхъуати, Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм «щхьэж зэрылъэкІкІэ... къуэшхэм дэІэпыкъуэгъу яхуэхъун мурад ящІащ» (Апост. 11:27—30).
8 Абы нэмыщІ Иеговэ и лэжьакІуэхэр, Алыхьым и лъэпкъым мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэр щызыгъэзащІэхэм, мылъкукІэ дэІэпыкъут. Псалъэм папщІэ, Мусэ и хабзэмкІэ израил лъэпкъым щыщу левитхэрат щІэину щІы къазылъымысыр. Абы къыхэкІкІэ, израил цІыхухэм къалэжьам и Іыхьэ пщІанэр левитхэм иратт, абы и фІыгъэкІэ ахэр шэтырым лэжьыгъэ щагъэзащІэм къарууэ яІэр ирахьэлІэфынут (Чис. 18:21). Абы ещхьу Хьисэ и зэманым хьэлэлагъ зыхэлъ цІыхубзхэр Хьисэрэ и апостолхэмрэ яІэмкІэ дэІэпыкъут (Лк. 8:1—3).
Къулейми къулейсызми тыгъэ гуэр къыхуэхьынут
9. Япэм Иеговэ и лэжьакІуэхэм тыгъэ ящІу щытахэр сытым къыхахрэт?
9 Япэм тыгъэ ящІу щытахэр сытым къыхахрэт? Псалъэм папщІэ, Алыхьым и шэтырыр яухуэн щхьэкІэ, израил цІыхухэм Мысырым къыздрахахэр къахьт (Исх. 3:21, 22; 35:22—24). Япэ лІэщІыгъуэм языныкъуэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм я унэхэр, губгъуэхэр икІи нэгъуэщІ я мылъкур ящэурэ, абы къыщІэкІа ахъшэр апостолхэм къыхуахьт. Апостолхэм а ахъшэхэр къагъэсэбэпурэ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъут (Апост. 4:34, 35). НэгъуэщІхэм ахъшэ ягъэтІылът, тыгъэхэр щІэх-щІэхыурэ къахьын щхьэкІэ (1 Кор. 16:2). Апхуэдэ щІыкІэкІэ къулейми къулейсызми тыгъэ гуэр къыхуэхьынут (Лк. 21:1—4).
ДИ ЗЭМАНЫМ ТЫГЪЭ ЗЭРЫТЩІЫР
10, 11. 1) Япэм псэуа хьэлэлагъ зыхэлъа Иеговэ и лэжьакІуэхэм дэ дауэ щапхъэ зэратетхыфынур? 2) Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр дэфІыгъыну Іэмал фызэриІэм дауэ фызэрыхущытыр?
10 Ноби мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэхэм щхьэкІэ тыгъэхэр тщІын хуеинкІэ хъунущ, псалъэм папщІэ, фи зэхуэсым щхьэкІэ фыщызэхуэсыну Унэ ящІмэ е фыздызэхуэсым зыгуэр ещІэн хуеймэ, абы нэмыщІ филиалыр зэрагъэпэщыжмэ е конгресс егъэкІуэкІын хуеймэ. Зэман-зэманкІэрэ дэ зэхыдох гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуа ди къуэшхэр дэІэпыкъуэгъу зэрыхуэныкъуэр. Абы нэмыщІ дэ тыгъэ къэтхьхэмкІэ дунейпсо Іуэху зехьэпІэмрэ филиалхэмрэ щылажьэхэм дадоІэпыкъу. Дэ ди хьэлэлагъым и фІыгъэкІэ миссионерхэм, специальнэ пионерхэм икІи районым и нэхъыжьхэм я лэжьыгъэр адэкІи ирахьэкІыфынущ. Фэри фи зэхуэсым мурад ищІауэ къыщІэкІынщ ахъшэ гуэр ирагъэхьыну, Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэхэмрэ конгрессхэр щекІуэкІ Унэхэмрэ дуней псом щаухуэн щхьэкІэ.
11 Иужьрей махуэхэм Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр дэтхэнэ зыми диІыгъыфынущ. Дэ тыгъэ тщІыхэр и нэхъыбэм нэгъуэщІхэм ящІэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ зэІущІэхэр щекІуэкІ щІыпІэхэм щІэт ашыкхэм ахъшэ итлъхьэр зыми илъагъукъым, дэри жытІэкъым дапщэ итлъхьами. Ауэ дэ къытщыхъункІэ хъунущ тыгъэ тщІыхэр мащІэу, абыхэм мыхьэнэ ямыІэу. Апхуэдэу фегупсысмэ, зыщывмыгъэгъупщэ: тыгъэхэм я нэхъыбэр къызыхэкІыр куэдурэ ахъшэ ятаракъым, атІэ къуэш, шыпхъухэм мащІэ-мащІэурэ ята ахъшэхэращ. Ноби хуэмыщІауэ псэу ди къуэшхэми, Македоние дэса Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щапхъэ трах. Ахэр «тхьэмыщкІэ дыдэу щытахэми», хьэлэлагъ яхэлъти, тыгъэ ящІыну хуейт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар абыхэм я дежкІэ щІыхьышхуэт (2 Кор. 8:1—4).
12. Сыт Иеговэ и организацэм ищІэр къуэш, шыпхъухэм арэзыуэ тыгъэ ятхэр зэрыхъукІэ нэхъыфІу къагъэсэбэпын щхьэкІэ?
12 Нобэ тыгъэ къахьхэр УнафэщІ гупым пэжагъ хэлъу, хуэсакъыу зрегъэзахуэ (Мт. 24:45). Абы хэтхэм Алыхьым лъэІукІэ зыхуагъазэ унафэ тэмэм ящІын щхьэкІэ икІи ахъшэр тэмэму, егупсысауэ къызэрагъэсэбэпыным иужь итщ (Лк. 14:28). Библиер зытепсэлъыхьыж зэманым, тыгъэ къахьахэм теухуауэ унафэ зыщІыну зи пщэ далъхьа цІыхухъухэр Иеговэ и Іуэхум фІэкІ нэгъуэщІкІэ тыгъэхэр къызэрамыгъэсэбэпыным кІэлъыплът. Псалъэм папщІэ, Ездрэ Ерусалим щигъэзэжым, Персием и пащтыхьым тыгъэу кърита дыщи, дыжьыни, нэгъуэщІ хъугъуэфІыгъуэхэри къыздишэт. А тыгъэм дэ ди зэманым доллар мелуанищэм щІигъу иуасэнут. Ездрэ гъуэгуанэ шынагъуэ къыпэщылът, абы къишэ мылъкур бийхэм къытрахынкІэ хъунут. Ар а тыгъэм Иеговэ хуащІа тыгъэм хуэдэу хущытти, абы унафэхэр ищІащ тэмэму, хъумауэ а псор Ерусалим нахьэсын щхьэкІэ (Езд. 8:24—34). Абы иужь зэман куэд дэкІауэ, Апостол Паули ахъшэ зэхуихьэсащ Иудей хэкум щыщ тхьэмыщкІэу псэу къуэшхэм щхьэкІэ. Ар кІэлъыплъащ ахъшэ зэхуахьэсар Иудей хэкум зыхьынухэр, «Зиусхьэным дежкІи цІыхухэм дежкІи» пэжу а Іуэхум зэрыбгъэдэтыным. (Къеджэ 2 Коринф 8:18—21.) Аращи, ноби Иеговэ и организацэм къуэш, шыпхъухэм арэзыуэ ят тыгъэхэр Іущагъ хэлъу къегъэсэбэп, Ездрэрэ Паулрэ я зэманым зэращІу щытам хуэдэу.
13. Сыт Иеговэ и организацэм зэхъуэкІыныгъэхэр ищІын хуей щІэхъуар?
13 Иныкъуэхэм деж унагъуэм исхэм я ахъшэр зытрагъэкІуадэм фІыуэ хэплъэжын хуей мэхъу, псалъэм папщІэ ягъэкІуэдыр я хэхъуэм нэхърэ нэхъыбэ щыхъум е Иеговэ нэхъыбэу хуэлэжьэн щхьэкІэ зэхъуэкІыныгъэхэр ящІыну мурад щаІэм деж. Апхуэдэуи Иеговэ и организацэм ахъшэхэр зрегъэзахуэ. Иужьрей илъэсхэм организацэм проект гъэщІэгъуэн куэд къехъулІащ, ауэ абы щхьэкІэ иныкъуэхэм деж ягъэкІуэдыр хэхъуэм нэхърэ нэхъыбэ хъут. Абы къыхэкІкІэ, организацэм, унагъуэм ещхьу, игъэкІуэдыр нэхъ мащІэ ищІу, лэжьыгъэри нэхъ тынш зэрищІыным иужь итщ, фэ фи гум къыбгъэдэкІыу тыгъэ фщІыхэр сэбэпынагъ нэхъыбэ хэлъу къигъэсэбэпын папщІэ.
УЭ ТЫГЪЭ ПЩІЫХЭР ЗДЭКІУЭР
Тыгъэ тщІыхэмкІэ, дэ дуней псом Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр дыдоІыгъ. (14—16-нэ абзацхэм феплъ.)
14—16. 1) Арэзыуэ фщІа фи тыгъэхэр дауэ Иеговэ и организацэм къызэригъэсэбэпыр? 2) Сыт хуэдэ сэбэпынагъ уэ езым абы къыпхуихьрэ?
14 Илъэс куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэхэм жаІэ, нобэ Алыхьым и организацэм зэи хуэмыдэу тыгъэ гъэщІэгъуэн куэд къызэрыдитыр. Дэ, Иеговэ и Щыхьэтхэм, иджы интернетыр хуабжьу къыдогъэсэбэп. ДунеищІэкІэ еджэу зэдзэкІа Библиер кІуэтэхукІэ бзэ нэхъыбэкІэ къыдокІ. 2014, 2015 гъэхэм дуней псом къалэу 14-м я стадион нэхъ ин дыдэхэм къэрал куэдым къикІа Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс конгрессхэр щекІуэкІащ. А конгрессхэм «Продолжайте искать прежде Царство Бога!» цІэ яІэт. Абы екІуэлІа дэтхэнэ зыми гуфІэгъуэшхуэ зыхищІащ.
15 Къуэш, шыпхъу куэдым Иеговэ и организацэм къытхуищІэ псом щхьэкІэ я гум фІыщІэ илъщ. Азием хъыбарыфІыр щызыгъэІу зэщхьэгъуситІым ди интернет-телевидением щхьэкІэ мыпхуэдэу ятхащ: «Дэ къалэ цІыкІу гуэрым хъыбарыфІыр щыдогъэІури, иныкъуэхэм деж дунейм дыпымыщІауэ къытщохъу. Абы щхьэкІэ Иеговэ и организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэм и инагъыр пщыгъупщэжынкІэ хъунущ. Интернет-телевидением ит видеороликхэм дигу къагъэкІыж дуней псом тет къуэш шыпхъухэм дэри дазэрыщыщыр. Ди щІыпІэм щыпсэу къуэш, шыпхъухэр телевидением хуабжьу щогуфІыкІ. Абыхэм щІэх-щІэхыурэ жаІэу зэхыдох, мазэ къэс къыдэкІ программэм щеплъкІэ, УнафэщІ гупым хэт къуэшхэм нэхъ гъунэгъу зэрахуэхъур. Иджы ахэр Алыхьым и организацэм зэрыщыщым иропагэ!»
16 Иджыпсту дуней псом Иеговэ и Щыхьэтхэр щызэхуэс Унэу 2 500 хуэдиз яухуэ е зэрагъэпэщыж. Гондурас щыІэ зы зэхуэсым щыщ къуэш, шыпхъухэм щызэхуэсын Унэ яІэну хуейт. Иджы ахэр зыщІэхъупсыр къехъулІа иужь абыхэм ятхащ: «Иеговэ и унагъуэ зэкъуэтым ущыщыну икІи дуней псом тет къуэш, шыпхъухэм уахэтыну насыпышхуэщ!» Къуэш, шыпхъу куэдым я гур хегъахъуэ Библиер икІи абы тегъэщІа тхыгъэхэр я бзэкІэ къызэрыдэкІым, икІи гузэвэгъуэшхуэ пэщІэхуа иужь абыхэм къазэрыдэІэпыкъуар фІыщІэ ящІ. Абы нэмыщІ цІыху куэд щызекІуэ щІыпІэхэм хъыбарыфІыр зэрагъэІум къыпэкІуэ фІыгъуэхэм куэдыр егъэгушхуэ.
17. Организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр Иеговэ зэрыдиІыгъым сыт шэч къыщІытедмыхьэр?
17 Иеговэ и Щыхьэту щымыт куэдым я дежкІэ фІэщхъугъуейщ организацэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр арэзыуэ къат ахъшэхэмкІэ фІэкІ зэрыримыгъэкІуэкІыр. Апхуэдэу, зы компаниешхуэ гуэрым и унафэщІыр ди тхылъ тедзапІэм лэжьыгъэ щекІуэкІым еплъыну къэкІуат. Абы Іейуэ игъэщІэгъуащ абы щылажьэхэр пщІэншэу зэрылажьэр икІи а лэжьыгъэр арэзыуэ къат ахъшэхэмкІэ зэрызэрагъэпэщыр, абы нэмыщІ ахъшэ хахын щхьэкІэ программэ зэрырамыгъэкІуэкІыр. Абы зэрыжиІэмкІэ дэ тщІэр пхуэгъэзэщІэнкІэ Іэмал иІэкъым. Дэри абыкІэ дыарэзыщ! Дэ къыдгуроІуэ, а псор щІытхузэфІэкІыр Иеговэ къызэрыддэІэпыкъуращ (Иов 42:2).
ИЕГОВЭ ЗЫГУЭР ЩЕТТКІЭ, АБЫ ФІЫГЪУЭ КЪЫПЭКІУЭХЭР
18. 1) Пащтыхьыгъуэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр зэрыдэтІыгъым дэ сыт хуэдэ фІыгъуэхэр къытхуихьрэ? 2) Сабийхэмрэ Библие еджэхэмрэ Пащтыхьыгъуэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр даІыгъыну дауэ зэредгъэсэфынур?
18 Иеговэ щІыхьышхуэ къытхуищІащ и Пащтыхьыгъуэр дэтІыгъыну Іэмал къызэрыдитамкІэ. Абы псалъэ быдэ къыдет апхуэдэу тщІэмэ, фІыгъуэ куэд къытхуищІэну (Мал. 3:10). Иеговэ дыкъегъэгугъэ хьэлэлагъ зыхэлъ цІыхум ехъулІэныгъэ иІэну. (Къеджэ Притчи 11:24, 25, Гъэс.) Хьэлэлагъым нэхъ насыпыфІэ дещІ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «къыуатыным нэхърэ птыным и гъуэгур нэхъ махуэщ» (Апост. 20:35). Ди псалъэхэмкІэ икІи ди ІуэхухэмкІэ ди сабийхэмрэ Библие еджэхэмрэ едгъэлъэгъуфынущ, абыхэми Пащтыхьыгъуэм иригъэкІуэкІ лэжьыгъэр зэрыдаІыгъыфынур икІи абы фІыгъуэ куэди къазэрыхуихьынур.
19. Мы статьям уэ сытым ухуигъэушрэ?
19 Дэ сыт димыІэми, псори къыдэзытар Иеговэщ. ИкІи ди гум къыбгъэдэкІыу тыгъэ тщІыхэмкІэ дэ дгъэлъэгъуэфынущ Иеговэ фІыуэ зэрытлъагъур икІи фІыщІэ зэрыхуэтщІыр (1 Лет. 29:17). Израил лъэпкъым Алыхьым и Унэшхуэр яухуэн щхьэкІэ тыгъэхэр къыщихьым «гуфІэт... сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а тыгъэхэр Иеговэ щхьэкІэ игу псомкІэ къихьт» (1 Лет. 29:9). Аращи, адэкІэ дыарэзыуэ икІи гуфІэгъуэ ди гум илъу Иеговэ тыгъэхэр едвгъэт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ абы еттыр езым къыдитаращ!
a 1 Летопись 29:11—14: «Иеговэ уэращ щІыхьышхуэр, лъэкІыныгъэшхуэр, дахагъэр, гъуэзэджагъэр икІи пщІэшхуэр зейр, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уафэми щІылъэми щыІэ псор ууейщ. Ууейщ, Иеговэ, пащтыхьыгъуэр, икІи псом нэхъыщхьэу уащхьэщытщ. Мылъкури щІыхьри уэращ къызыбгъэдэкІыр икІи уэ псоми я тепщэу ущытщ. Уи ІэмыщІэ илъщ къарурэ лъэкІыныгъэрэ икІи уи ІэмыщІэ илъщ пІэтынуи бгъэбыдэнуи. Иджыпсту, Ди Алыхь, дэ уэ фІыщІэ пхудощІ, уи цІэ дахэри догъэлъапІэ. Сыхэт сэ икІи хэт си лъэпкъыр — тхузэфІэкІыну дэ апхуэдэ тыгъэхэр арэзыуэ тщІыну? Псори уэращ къызыбгъэдэкІыр икІи уэ уиІэмкІэ къыдэптар дэ уэ удотыж».