ДИ ГЪАЩІЭР
Лъагъуныгъэ бгъэлъагъуэм щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ худощІ
Фессалоникэ къалэм дэс Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм езыхэм гугъуехь куэд зэраІэм емылъытауэ къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъури, лъагъуныгъэ ягъэлъэгъуащ (2Фс 1:3, 4). Ноби апхуэдэ лъагъуныгъэ Иеговэ и лъэпкъым щыщхэм дуней псом тет я къуэш, я шыпхъухэм хуагъэлъагъуэ. jw.org сайтым ит «На что идут ваши пожертвования» жыхуиІэ статьяхэм щыжыІащ арэзыуэ фты ахъшэхэр мы зэман гугъухэм къуэш, шыпхъухэм дапхуэдэу сэбэп яхуэхъуми. ФІыщІэшхуэ пхудощІ уэ бгъэлъагъуэ лъагъуныгъэмрэ хьэлэлагъымрэ щхьэкІэ!
«ВСЕГДА БЛАГОДАРИМ БОГА ЗА ВАС» ЖЫХУИІЭ ВИДЕОМ ЕПЛЪИ, УПЩІЭХЭМ ЖЭУАП ЕТ:
• Арэзыуэ тты ахъшэхэр сыт зытекІуадэр?
• Гузэвэгъуэ пэщІэхуа къуэш, шыпхъухэм ахъшэкІэ дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? (jw.org сайтым ит «Избыток восполняет недостаток» жыхуиІэ статьям феплъ.)