Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэм зэкъуэт дызэрищІыр
«Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур» (ПС. 133:1).
1, 2. 2018 гъэм сыт хуэдэ Іуэхугъуэра щІылъэ псом щыпсэу цІыху мелуан куэдыр гъэщІэгъуэныщэу зыхуэзышэсынур? (Статьям ипэм ит сурэтым феплъ.)
2018 ГЪЭМ, ГЪАТХЭПЭ МАЗЭМ И 31-р цІыху мелуан бжыгъэхэм я дежкІэ махуэшхуэу щытынущ. Дыгъэр къухьа иужь Иеговэ и Щыхьэтхэр нэгъуэщІ цІыху куэд я гъусэу зэхуэсынущ Хьисэ и гъащІэр зэритар ягу къагъэкІыжын щхьэкІэ. Илъэс къэс а Іуэхугъуэм щІылъэ псом щыпсэу цІыхухэр гъэщІэгъуэныщэу зэхуешэс!
2 Фи нэгу къыщІэвгъэхьэт, Иеговэрэ Хьисэрэ яІэ гурыщІэр а мыхьэнэшхуэ зиІэ Іуэхугъуэр мелуан бжыгъэкІэ цІыхухэм щагъэлъапІэкІэ. Библием щыжыІауэ щытащ «лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, къэрал псоми, бзэ псоми ящыщу пхуэмыбжыну цІыху куэдыкІейр» макъышхуэкІэ къызэрыджэнур: «Ди Тхьэуэ тахътэм тесымрэ Щынэмрэщ дымыкІуэду дыкъезыгъэлыр» (Апок. 7:9, 10). Пэж дыдэу, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр — Иеговэрэ Хьисэрэ щІыхьышхуэ зэрахуэтщІыр къызэрыдгъэлъэгъуэфыну ІэмалыфІщ!
3. Сыт хуэдэ упщІэхэр зэпкърытхыну?
3 Мы статьям мыпхуэдэ упщІэхэр щызэпкърытхынущ: 1) Дэтхэнэ зыми дапхуэдэу Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм зэрызыхуэдгъэхьэзырыфынур? 2) А Іуэхугъуэм Алыхьым и лъэпкъыр дауэ зэкъуэт ищІрэ? 3) Алыхьым и лъэпкъыр зэкъуэту щытын щхьэкІэ дэ сыт тщІэ хъунур? 4) Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дапщэщ иужь дыдэу щыдгъэлъэпІэнур?
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭМ ЗЭРЫЗЫХУЭДГЪЭХЬЭЗЫР ХЪУНУР
4. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм дыкІуэн щхьэкІэ къару етхьэлІэн щІыхуейр сыт?
4 А зэІущІэм ущыІэным мыхьэнэшхуэ зэриІэм фегупсыс. Дэ къыдгуроІуэ зэІущІэхэм екІуэлІэныр — Алыхьыр зэрыдгъэлъапІэ Іэмалхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. Шэч хэмылъу, Иеговэрэ Хьисэрэ гу лъатэ илъэсым нэхъ мыхьэнэшхуэ зиІэ зэІущІэм кІуэн щхьэкІэ, къару езыхьэлІэ дэтхэнэ зыми. Дэ дыхуейщ Иеговэрэ Хьисэрэ ящІэну: щхьэусыгъуэшхуэ димыІэмэ, а Пщыхьэщхьэшхэм дыкІуэну зыри зэран зыхуэдгъэхъунукъым. ЗэІущІэхэм ди дежкІэ мыхьэнэшхуэ зэриІэр ди ІуэхущІафэхэм къыхэщмэ, Иеговэ иджыри зы щхьэусыгъуэ иІэнущ «абы и пащхьэ илъ тхылъым» — «мыкІуэдыжын гъащІэ зыгъуэтынухэм я цІэхэр зэрыт тхылъым», ди цІэхэр иритхэну (Мал. 3:16; Апок. 20:15).
Иеговэрэ Хьисэрэ гу лъатэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм кІуэн щхьэкІэ, къару езыхьэлІэ дэтхэнэ зыми
5. «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж» Паул жиІа псалъэхэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэу дауэ зэрыдгъэзэщІэфынур?
5 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэ тхьэмахуэхэм зэман хухэфх лъэІукІэ Алыхьым зыхуэвгъазэу, Иеговэрэ фэрэ фи зэхуаку дэлъ зэхущытыкІэм фегупсысыну. (Къеджэ 2 Коринф 13:5.) Апостол Паул Коринф дэсхэм чэнджэщ яритат: «Фи фІэщхъуныгъэр пэжрэ мыпэжрэ зэвгъэщІэн щхьэкІэ, зывгъэунэхуж». Ауэ дауэ ар зэрытщІ хъунур? Псалъэм папщІэ, мыпхуэдэ упщІэхэр зэптыж хъунущ: «Си фІэщ хъууэ пІэрэ сэ сызыхэт организацэр Иеговэ и мурадыр игъэзэщІэн папщІэ, къигъэсэбэп организацэрауэ зэрыщытыр? ХъыбарыфІ гъэІунымрэ цІыхухэр Библие егъэджэнымрэ сэ къарууэ сиІэр есхьэлІэу жысІэ хъуну? Сэ си Іуэху щІафэхэм къыхэщрэ дэ мы дунейм и кІэм дызэрыщыпсэур икІи Иблисым и тепщэныгъэм кІэ къызэрыхуэкІуэнур си фІэщ зэрыхъур? Алыхьым и ІэмыщІэ си гъащІэр щислъхьам щыгъуэ Иеговэрэ Хьисэрэ дзыхь зэрахуэсщІу щытам хуэдэу, иджыри дзыхь яхуэсщІрэ?» (Мт. 24:14; 2 Тим. 3:1; Евр. 3:14). Мы упщІэхэм дызэрегупсысыр къыддэІэпыкъунущ зыдгъэунэхужыну е, нэгъуэщІу жыпІэмэ, дызыщІэгупсысыжыну.
6. 1) ГъащІэ мыухыжым сыт хуэдэ гъуэгу ухуэзышэнур? 2) Зэхуэсым и нэхъыжь ди зы къуэшым Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм илъэс къэс дапхуэдэу зэрызыхуигъэхьэзырыр?
6 Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм мыхьэнэшхуэ зэриІэм теухуауэ ди тхыгъэхэм итым феджэ икІи фызэджам фегупсыс. (Къеджэ Иуан 3:16; 17:3.) ГъащІэ мыухыжым ухуэзышэу зы гъуэгу закъуэщ щыІэр. Иеговэ теухуауэ щІэныгъэ зэдгъэгъуэтмэ, икІи абы и Къуэ закъуэ, Хьисэ Мэссихь, ди фІэщ хъумэ, а гъуэгум дытеувэнущ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм зыхуэвгъэхьэзырын щхьэкІэ Иеговэрэ Хьисэрэ нэхъ гъунэгъу фыхуэзыщІын темэхэр зэпкърыфх. Куэд щІауэ зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди зы къуэшым апхуэдэу ещІэ. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм икІи Иеговэрэ Хьисэрэ лъагъуныгъэ къытхуащІам теухуауэ «ХъумакІуэ чэщанэ» журналым ит статьяхэр илъэс куэд щІауэ абы зэхуехьэс. А Іуэхугъуэм ипэ къихуэ тхьэмахуэхэм ар а статьяхэм йоджэж икІи йогупсыс а махуэр бгъэлъэпІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм. Иныкъуэм деж, абы зэхуихьэса статьяхэм зы статья е статьяитІ щыхилъхьэж щыІэщ. Абы нэмыщІ ар Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъэпІэну зэманым дызэджэн хуейуэ Библием ит пычыгъуэ къыхахахэм йоджэ икІи куууэ йогупсыс. Къуэшым зэрыжиІэмкІэ, а псом и фІыгъэкІэ абы илъэс къэс щІэуэ гупсысэ гуэрхэр къегъуэт. Ауэ псом нэхърэ нэхъапэр абы Иеговэрэ Хьисэрэ яхуиІэ лъагъуныгъэр илъэс къэс нэхъ быдэ зэрыхъуращ. Фэри апхуэдэу фщІэуэ щытмэ, Иеговэрэ Хьисэрэ хувиІэ лъагъуныгъэр нэхъ куу хъунущ икІи фи гум илъ фІыщІэр хэхъуэнущ. Абы щыгъуэ а Іуэхугъуэм фэ сэбэпынагъ нэхъыбэ хэфхынущ.
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭР ДИ ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ ЗЭРЫДЭІЭПЫКЪУР
7. 1) Хьисэ сыткІэ Алыхьым елъэІуа, и лъэужь ирикІуэхэм Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэну щажриІа пщыхьэщхьэм? 2) Иеговэ Хьисэ и лъэІум жэуап зэрыритам сыт шэч къыщІытедмыхьэр?
7 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм Пщыхьэщхьэшхэр ягъэлъэпІэну щажриІа пщыхьэщхьэм, ар Алыхьым елъэІуащ езымрэ и Адэмрэ хуэдэу и лъэужь ирикІуэхэри зэкъуэту щытыну. (Къеджэ Иуан 17:20, 21a.) Иеговэ абы и лъэІум жэуап иритауэ пІэрэ? ДауикІ, иритащ. Иеговэ и Щыхьэтхэр зэрызэкъуэтыр, псом хуэмыдэу, Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къегъэлъагъуэ. КъызыхэкІа лъэпкъкІи я фэкІи зэхуэмыдэу цІыху мелуан куэд а махуэм зэхуосри, Иеговэ и Къуэр щІылъэм къызэригъэкІуар я фІэщ зэрыхъур къагъэлъагъуэ. Языныкъуэ щІыпІэхэм къызыхэкІа лъэпкъкІи фэкІи зэхуэмыдэ цІыхухэр диным пыщІа ІуэхукІэ зэхуэсмэ, ар къемызэгъыу къалъытэ. Ауэ Иеговэрэ Хьисэрэ апхуэдэ зэкъуэтыныгъэм я гур хегъахъуэ.
8. Сыт Иеговэ Иезекииль къигъэсэбэпу жиІар?
8 Дэ, Иеговэ и лъэпкъым щыщхэм, дгъэщІагъуэкъым апхуэдэ зэкъуэтыныгъэ дызэриІэр. Иеговэ бегъымбар Иезекииль къигъэсэбэпу жиІауэ щытащ апхуэдэ зэкъуэтыныгъэ дызэриІэнур. Алыхьым Иезекииль унафэ хуищІат башитІ зэгуилъхьэну. Зы башым «Иудэм», адрей башым «Исуфым» жиІэу тетхат. (Къеджэ Иезекииль 37:15—17b.) Ди зы брошюрэ гуэрым, «Ди тхыгъэхэм еджэхэм я упщІэхэр» жыхуиІэ рубрикэм мыпхуэдэу итащ: «Иеговэ Иезекииль къигъэсэбэпу жиІауэ щытащ и цІыхухэм къызэригъэгугъауэ щыта щІыналъэм ягъэзэжу, зы лъэпкъым хуэдэу зэкъуэт зэрыхъужынур. А псалъэхэм иджыри къагъэлъагъуэт Алыхьым и лъэпкъыр иужьрей махуэхэм зэкъуэт зэрыхъунур» («Ищите Царство, а не материальных благ»).
9. Иезекииль итха псалъэхэр къызэрыхъуам Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр зэрыдгъэлъапІэр дауэ щыхьэт техъуэрэ?
9 «Иудэм» зытетха башым уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр къегъэлъагъуэ. Ахэр 1919 гъэм Иеговэ хуэм-хуэмурэ зэхуишэсу икІи зэригъэпэщу щІидзащ. ИужькІэ абыхэм щІылъэм щыпсэуну гугъэ зиІэхэр ягухьэу щІадзащ. «Исуфым» зытетха башым къигъэлъагъуэр апхуэдэ гугъэ зиІэхэращ. Апхуэдэу а гупитІыр «зы мэл хъушэ» хъуащ (Ин. 10:16; Зах. 8:23). Иеговэ жиІауэ щытащ а башитІыр и Іэм зы зэрыщыхъунур (Иез. 37:19). Нобэ а гупитІри зэкъуэту Иеговэ хуолажьэ. ИкІи абыхэм зы Пащтыхьщ яІэр — Хьисэ Мэссихьщ. А Пащтыхьым Иезекииль и тхылъым Алыхьым и «лэжьакІуэ ДауткІэ» еджэу итщ (Иез. 37:24, 25). Илъэс къэс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр щыдгъэлъапІэм деж, дэ долъагъу Иезекииль зэрыжиІам хуэдэу а гупитІыр зэрызэкъуэтыр. Ауэ сыт дэтхэнэ зыми тщІэ хъунур а зэкъуэтыныгъэр тхъумэн икІи нэхъ быдэ тщІын папщІэ?
ДЭТХЭНЭ ЗЫМИ ТЩІЭ ХЪУНУР
10. Алыхьым и лъэпкъым зэкъуэтыныгъэ илъыным дауэ дызэрыхущІэкъуфынур?
10 Япэрауэ, дэ зэкъуэтыныгъэм дыхущІэкъунущ Іэдэбагъ зэрызыхэтлъхьэнум иужь дитмэ. Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр Іэдэбагъ яхэлъыну къыхуриджэт (Мт. 23:12). Нобэ цІыхухэм адрейхэм нэхърэ нэхъыфІу забжыж. Ауэ дэ Іэдэбагъ тхэлъу щытмэ, апхуэдэ еплъыкІэ диІэнукъым. Абы нэмыщІ а хьэл-щэныр къыддэІэпыкъунущ зэхуэсым къалэн щызыгъэзащІэ къуэшхэм жаІэм дедэІуэну. Абы щыгъуэщ зэхуэсыр зэкъуэт щыхъунур. Ауэ псом хуэмыдэу дэ Іэдэбагъ зыхэдгъэлъмэ Иеговэ догъэгуфІэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «Тхьэр поув пагагъэ зи гум илъ цІыхум, и нэфІ щохуэ пагагъэ зи гу имылъым» (1 Пет. 5:5).
11. Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэп щІакхъуэмрэ шагъырымрэ къикІым дызэрегупсысыр ди зэкъуэтыныгъэм дауэ сэбэп хуэхъурэ?
11 ЕтІуанэрауэ, ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку зэкъуэтыныгъэ дэлъыну къыддэІэпыкъунущ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм къыщагъэсэбэп щІакхъуэмрэ шагъырымрэ къикІым дызэрегупсысыр. Абы уегупсыс хъунущ а Іуэхугъуэм ипэ къихуэу икІи, псом хуэмыдэу, ар щекІуэкІкІэ (1 Кор. 11:23—25). Пщагъэ зыхэмылъ щІакхъуэм къигъэлъагъуэр Хьисэ дэр щхьэкІэ ита дагъуэ зимыІэ и Іэпкълъэпкъыращ, шагъырым — и лъыращ. Ауэ абыхэм къагъэлъагъуэр пщІэныр мащІэщ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым, щхьэщэхужыр — Иеговэрэ Хьисэрэ я лъагъуныгъэшхуэр къэзыгъэлъагъуэ тыгъэу зэрыщытыр. Лъагъуныгъэм Иеговэ хуигъэушащ и Къуэр дэр щхьэкІэ итыну. Хьиси дэр щхьэкІэ хьэзыру и гъащІэр зэритамкІэ, фІыуэ дызэрилъагъур къигъэлъэгъуащ. Абыхэм къытхуащІам дызэрегупсысым дэри ахэр фІыуэ тлъагъуну дыхуигъэушынущ. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ зы дещІ, икІи апхуэдэ зэкъуэтыныгъэр тхъумэну къыддоІэпыкъу.
Ди къуэш, ди шыпхъухэм щахуэдгъэгъум деж, дэ зэкъуэтыныгъэм дыхущІокъу. (12, 13-нэ абзацхэм феплъ.)
12. УнэІутым телъ щІыхуэр къыхуэзыгъэгъуа пащтыхьым теухуауэ Хьисэ жиІэжа ущие хъыбарым дауэ къызэригъэлъагъуэр, Иеговэ зэрыхуейр ди жагъуэ зыщІахэм къахуэдгъэгъуну?
12 Ещанэрауэ, дэ зэкъуэтыныгъэм дыхущІокъу, адрейхэм гурэ псэкІэ щахуэдгъэгъум деж. Апхуэдэу тщІэмэ дэ къыдогъэлъагъуэ фІыщІэ зэрытщІыр Хьисэ ита щхьэщэхуж къурмэныпхъэм и фІыгъэкІэ Иеговэ ди гуэныхьхэр къызэрытхуигъэгъур. Маттэ 18:23—34 ит Хьисэ жиІа ущием фегупсыс. ФызэупщІыж: «Хьисэ зыхуригъаджэу щытам хуэдэу сыщытыну сыхущІэкъурэ? Си къуэш, си шыпхъухэр къызгурыІуэу, шыІэныгъэ схэлъу сахущыт? Си жагъуэ зыщІахэм тыншу къахуэзгъэгъуфрэ?» Пэжщ, языныкъуэ гуэныхьхэр адрейхэм нэхърэ нэхъ хьэлъэщи, гуэныхь зэрытхэлъым къыхэкІкІэ иныкъуэ щыуагъэхэр къахуэдгъэгъуну хуабжьу къыдохьэлъэкІ. Ауэ Хьисэ жиІэжа хъыбарым къыдгурегъаІуэ сыткІэ Иеговэ къытщыгугъми. (Къеджэ Маттэ 18:35.) Хьисэ къыдгуригъэІуащ ди къуэш, ди шыпхъухэм ящІа щыуагъэм я гум къыбгъэдэкІыу щыхущІегъуэжым деж къахуэдмыгъэгъумэ, Иеговэ дэри къызэрытхуимыгъэгъунур. Абы фІыуэ дегупсысын хуейщ! Ди зэхуаку дэлъ зэкъуэтыныгъэр тхъумэжын папщІэ, Хьисэ зэрыжиІам хуэдэу адрейхэм къахуэдгъэгъун хуейщ.
13. Ди къуэш, ди шыпхъухэмрэ дэрэ ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр зэрытхъумэр дауэ ди зэкъуэтыныгъэм сэбэп зэрыхуэхъур?
13 Ди къуэш, ди шыпхъухэм щахуэдгъэгъум деж, ди зэхуаку дэлъ мамырыгъэр дохъумэ. Апостол Паул дыкъыхуриджащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапІэм зэакъылэгъу фищІащи, ар зэрыфхъумэным фызэзыпх зэгурыІуэныгъэмкІэ фыхущІэкъу» (Еф. 4:3). НэгъуэщІ цІыхухэм фазэрыхущытым куууэ фегупсыс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм ипэ къихуэ махуэхэм икІи псом хуэмыдэу, ар щыдгъэлъэпІэну пщыхьэщхьэм. ФызэупщІыж: «Дапхуэдэу сэ сызэрацІыхур? Жагъуэ зи гум изыгъэлъ цІыхуу, хьэмэрэ мамырыгъэрэ зэкъуэтыныгъэрэ хъума хъун щхьэкІэ къарууэ иІэр езыхьэлІэу?» А упщІэхэм куууэ уегупсысыным мыхьэнэшхуэ иІэщ?
14. ШыІэныгъэр лъагъуныгъэ тхэлъу дауэ зэрыдгъэлъэгъуэфынур?
14 ЕплІанэрауэ, дэ зэкъуэтыныгъэм дыхущІокъу, лъагъуныгъэ къызыбгъэдэкІ Алыхь Иеговэ хуэдэу адрейхэм дахущытмэ (1 Ин. 4:8). Мыпхуэдэу дегупсысын хуейкъым: «Си къуэш, си шыпхъухэр фІыуэ слъагъун хуейуэ къыщІэкІынщ, ауэ абы къикІкъым ахэр псори сигу ирихьын хуейуэ». Апхуэдэу дегупсысмэ Ефес 4:2 Паул щыжиІа чэнджэщым дебакъуэу аращ. Мы едзыгъуэм Паул шыІэныгъэ тхэлъын закъуэкъым зи гугъу ищІар, атІэ шыІэныгъэр лъагъуныгъэ тхэлъу дгъэлъэгъуэн зэрыхуейращ. Абы мыхьэнэшхуэ иІэщ. Ди зэхуэсхэм хэт къуэш, шыпхъухэр псори зэхуэдэкъым, ауэ псори къезышэлІар Иеговэщ (Ин. 6:44). Апхуэдэу щыщыткІэ, ахэр фІыуэ щІилъагъун гуэр яхилъэгъуащ. НтІэ, Иеговэ фІыуэ илъагъуну ди къуэш, ди шыпхъухэм щахуэфащэкІэ, дэ ахэр фІыуэ тлъагъуну яхуэмыфащэу жытІэ хъуну? Дэ дыхущІэкъун хуейщ адрейхэр фІыуэ тлъагъуну, ар Иеговэ и унафэщ! (1 Ин. 4:20, 21).
ХЬИСЭ И ПЩЫХЬЭЩХЬЭШХЭР ДАПЩЭЩ ИУЖЬ ДЫДЭУ ЩЫДГЪЭЛЪЭПІЭНУР?
15. Дэнэ дэ щытщІэр Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр дгъэлъэпІэн зэрыщыдгъэтынур?
15 Дэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр иужь дыдэу щыдгъэлъэпІэн къэхъунущ. Дэнэ дэ ар щытщІэр? Уафэм кІуэну гугъэ зиІэ Коринф дэсхэм Паул яхуитха япэ тхылъым щыжиІат, ахэр илъэс къэс Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм зэрыхэтымкІэ, «Зиусхьэныр къэкІуэжыху» ар зэрылІам и хъыбарыр яІуатэу зэрыщытыр (1 Кор. 11:26). Хьиси и лъэужь ирикІуэхэм иужьрей зэманым теухуауэ щажриІэм ар къызэрыкІуэжынур къыхигъэщащ. Абы къытпэщылъ гузэвэгъуэшхуэм теухуауэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиІащ: «ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икІи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦІыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкІыныгъэшхуэрэ щІыхьышхуэрэ иІэу, къакІуэу цІыхухэм ялъагъунущ. Бжьамиишхуэм и макъ жаныр къэІунущ итІанэ икІи ЦІыху Лъэпкъым и Къуэм и мелыІычхэр иригъэжьэнущ икІи абыхэм дуней лъэныкъуиплІкІи, зы уафэ гъунэм щыщІэдзауэ адрей уафэ гъунэм нэсыху, езым къыхиха цІыхухэр къыхашурэ, абы къыхузэхуашэсынущ» (Мт. 24:29—31). Хьисэ «къыхиха цІыхухэр къыхишынум» къикІыр, щІылъэм щыпсэууэ уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр псори уафэм зэрыдэкІуеижынуращ. А Іуэхугъуэр къыщыхъунур гузэвэгъуэшхуэр щІидза иужьщ, ауэ Армагеддон зауэшхуэр къэмыхъу ипэщ. ИужькІэ уафэм кІуа 144 000-р Хьисэ я пашэу щІылъэм и пащтыхьхэм езэуэнущ (Апок. 17:12—14). Иужь дыдэу Пщыхьэщхьэшхэ дгъэлъэпІэнур уафэм кІуэну гугъэ зиІэхэр Хьисэ зэхуишэсыжын щхьэкІэ къэкІуэн ипэ къихуэу екІуэкІынуращ.
16. Сыт уэ мы гъэм Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр бгъэлъэпІэну ущІыхуейр?
16 Мурад быдэ фщІы 2018 гъэм, гъатхэпэ мазэм и 31-м Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэм фыкІуэну. Абы нэмыщІ Иеговэ къывдэІэпыкъуну фелъэІу и лъэпкъым зэкъуэтыныгъэр илъыным фыхущІэкъуну. (Къеджэ Псалом 133:1c.) Зыщывмыгъэгъупщэ: дэ Хьисэ и Пщыхьэщхьэшхэр иужь дыдэу щыдгъэлъэпІэну зэман къэсынущ. Ауэ зэкІэ а Іуэхугъуэр зэрыблэдмыгъкІыным иужь дивгъэт икІи абы зэкъуэтыныгъэ къыдитыр дэр щхьэкІэ зэрылъапІэр къэдвгъэгъэлъагъуэ!
a Иуан 17:20, 21: «Сэ сыщІэлъаІуэр абыхэм я закъуэкъым, атІэ абыхэм я псалъэхэмкІэ сэркІэ фІэщхъуныгъэ зиІэ хъуну цІыхухэм щхьэкІи солъаІуэ, ахэр псори зы хъун папщІэ. Уэрэ сэрэ дызэрызэкъуэтым хуэдэу, ахэри дэ ди гъусэу зы ирехъу, уэ сыкъызэрыбгъэкІуар дунейм и фІэщ хъун щхьэкІэ».
b Иезекииль 37:15—17: «Аргуэру Иеговэ къизжиІащ: „Уэ, цІыху лъэпкъым и къуэ, баш къащти абы тетхэ: ,ЗэгурыІуэныгъэ зэзыщІылІа Иудэмрэ израил цІыхухэмрэ щхьэкІэ‘. ИужькІэ иджыри зы баш къащти абы тетхэ: ,ЗэгурыІуэныгъэ зэзыщІылІа Ефрем и баш Исуфрэ Израилым и унэ псомрэ щхьэкІэ‘. БашитІри зэгуэлъхьи, ахэр уи Іэм зы щыхъунущ“».
c Псалом 133:1: «Сыту фІы икІи гуапэ къуэшхэр зэгъусэу, зэкъуэту зэрыпсэур».