ХъумакІуэ чэщанэм и ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ОНЛАЙН-БИБЛИОТЕКЭ
ХъумакІуэ чэщанэ
Адыгэбзэ
І
  • І
  • БИБЛИЕ
  • ПУБЛИКАЦИЕХЭР
  • ЗЭІУЩІЭХЭР
  • w26 Июнь н. 20—25
  • ФызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъ

Мы пычыгъуэм хуэкІуэ видео щыІэкъым.

Къытхуэбгъэгъунщ, ауэ видеор иджыпсту лажьэкъым.

  • ФызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъ
  • ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Подзаголовокхэр
  • Мыбы ещхь материал
  • ДЭ ДЕЗЫГЪАДЖЭР ИЕГОВЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ
  • ЗЭІУЩІЭХЭМ ЩЫЖАІЭМ ФІЫУЭ ДЕДЭІУЭН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?
  • КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР УИ ПСАЛЪЭМ ФІЫУЭ КЪЕДЭІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?
  • ЗЭІУЩІЭМ ЩЫЖАІЭМ ФІЫУЭ ДЕДЭІУЭН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?
  • ИЕГОВЭ ЖИІЭМ АДЭКІИ ФЕДАІУЭ
  • «Пэжыр къэзыщІэну хуейхэм» фадэІэпыкъу
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2025
  • ЦІыхухэр зэребгъаджэ щІыкІэм егъэфІакІуэ
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
  • Иеговэ дзыхь зэрыхуэтщІыр къэзыгъэлъагъуэ унафэхэр
    Ди гъащІэмрэ лэжьыгъэ лъапІэмрэ. Дызэрылажьэ тхылъ 2023
  • ХъыбарыфІ гъэІуным дапхуэдэу гуфІэгъуэ нэхъыбэ зэрыхэтхыфынур?
    ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2024
Нэхъыбэ еплъын
ХъумакІуэ чэщанэ Иеговэ и Пащтыхьыгъуэм и хъыбарыр егъэІу (зэІущІэм щаджыр) 2026
w26 Июнь н. 20—25

2026 ГЪЭ, АВГУСТЫМ И 31 — СЕНТЯБРЫМ И 6

89 УЭРЭДЫР ЖыІэдаІуэныгъэм фІыгъуэ къыпокІуэ

ФызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъ

«ФызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъыж» (ЛК. 8:18).

ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ

ЗэІущІэхэм дыщыхэтым е нэгъуэщІ программэхэм дыщеплъым деж, фІыуэ дыдэІуэн щІыхуейм и щхьэусыгъуэхэм икІи абыкІэ сыт къыддэІэпыкъунуми.

1, 2. 1) Иеговэ езым теухуа щІэныгъэр и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу зэрыритыр? (Псалом 23:1, 2, 5). 2) Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?

НОБЭ Иеговэ и фІыгъэкІэ езым теухуа щІэныгъэр дэ пэрыхьэту къытІэрохьэ. Пащтыхь Даут жиІа мы псалъэхэм дэ арэзы дытохъуэ: «Иеговэ — си Мэлыхъуэщ. Сэ зыми сыщыщІэнукъым». (Къеджэ Псалом 23:1, 2, 5.)

2 Иеговэ езым теухуа щІэныгъэр Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ къыдет. Абыхэм ящыщ зыр ар ди зэІущІэхэращ. ЗэІущІэхэм дэ фІыуэ зыхэтщІыкІ Іуэхугъуэхэр щІэх-щІэхыурэ щызэпкърыдох. Ауэ пэжым «быдэу дытет пэтми», а пэжхэр зэман-зэманкІэрэ дигу къэдгъэкІыжыным дыхуэныкъуэщ (2 Пет. 1:12). ЗэІущІэхэм мызэ-мытІэу щызэпкърытха гупсысэхэр щызэхэпхым деж, абыхэм уи акъылыр тебухуэну къогугъуэкІрэ? Апхуэдэу щытмэ, мы статьяр уэ къыбдэІэпыкъунущ. Дэ дытепсэлъыхьынущ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэм. Иджыри дэ къэтщІэнущ псалъэ жызыІэхэм сыт ящІэн хуейми, абыхэм къуэш, шыпхъухэр нэхъыфІу къедэІуэн щхьэкІэ. Абы нэмыщІ программэм ди акъылыр тедухуэну къыддэІэпыкъуну чэнджэщхэм дыхэплъэнущ. Ауэ япэщІыкІэ мы упщІэм жэуап еттынщ: пэж дыдэу ди зэІущІэхэм хэт дезыгъаджэр?

ДЭ ДЕЗЫГЪАДЖЭР ИЕГОВЭУ ЗЭРЫЩЫТЫР ЗЫЩЫВМЫГЪЭГЪУПЩЭ

3. Иеговэ сыт хуэдэ ІэмалкІэ къыдэпсэлъэфыну икІи абы и лэжьакІуэхэм дапхуэдэу Библиер къызэрагъэсэбэпыр?

3 Дэ Библие дыщеджэм деж, езы Иеговэ къыдэпсалъэм хуэдэщ (2 Тим. 3:16, 17). Хьисэ ар фІы дыдэу къыгурыІуэт. Абы Алыхьым и Псалъэр къызэригъэсэбэпыр къедаІуэхэм апхуэдизкІэ ягъэщІагъуэти, мыпхуэдэу жаІэт: «Мы лІыр емыджауэ, мыпхуэдиз щІэныгъэ дэнэ къриха?» (Ин. 7:15). Зигу къабзэ цІыхухэм хуабжьу ягу ирихьт Хьисэ Алыхьым и Псалъэр абыхэм къазэрыгуригъаІуэр. Япэ лІэщІыгъуэм псэуа Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми, псалъэм папщІэ, Аполлосрэ апостол Паулрэ цІыхухэм щепсалъэкІэ щІэх-щІэхыурэ Алыхьым и Псалъэр къагъэсэбэпт (Апост. 17:2, 3; 18:24, 28). ЗэрытщІэщи, ди тхыгъэхэр, видеохэр икІи къуэшхэм жаІэ псалъэхэм я планхэр Библием тегъэщІауэ щытщ. Куэдым ягъэщІагъуэ Иеговэ и Щыхьэтхэм я зэІущІэхэм Библиер зэрызэпкърах щІыкІэр. ЗэІущІэм щекІуэкІ пунктхэр зыгъэзащІэхэми зыщагъэгъупщэкъым, абыхэм жаІэр Библием тегъэщІауэ щытын зэрыхуейр. Ахэр Библием ит едзыгъуэхэм къеджэ къудейуэ щымыту, къедаІуэхэм а щІэныгъэр я гъащІэм къызэрыщагъэсэбэп хъунуми топсэлъыхь (Лк. 24:32).

4. Библием «зэхэхын» икІи «едэІуэн» жыхуиІэ псалъэхэм и гугъу щищІым деж, сыт къригъэкІыр?

4 Библием жыІэдаІуэныгъэм и гугъу щищІым деж, «зэхэхын» икІи «едэІуэн» жыхуиІэ псалъэхэм щІэх-щІэхыурэ ущрохьэлІэ. Иеговэ Библиер къигъэсэбэпу зэІущІэхэм къызэрыщыдэпсалъэм и фІыгъэкІэ, дэ абы и мурадыр къыдгуроІуэ икІи дедэІуэну нэхъ тынш мэхъу. Дэ шэч къытедмыхьэми хъунущ: Иеговэ и гуапэщ, абы жиІэм дедаІуэ къудейуэ щымыту, зэхэтхар ди гъащІэм къыщыдгъэсэбэпым деж (Прит. 27:11).

ЗЭІУЩІЭХЭМ ЩЫЖАІЭМ ФІЫУЭ ДЕДЭІУЭН ЩІЫХУЕЙР СЫТ?

5. Иеговэ худиІэ лъагъуныгъэм сытым дыхуигъэушрэ? (Иуан 4:23, 24, ДЩІ; 1 Иуан 5:3).

5 Дэ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дыщІедаІуэр Иеговэ фІыуэ долъагъури аращ (Мт. 22:37). Иеговэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэху, абы худиІэ лъагъуныгъэр хохъуэ. А лъагъуныгъэм гукъыдэж къыдет Алыхьым жиІэр зэхэтхыну, абы дедэІуэну икІи езыр зэрыхуейм хуэдэу дыхуэлэжьэну. (Къеджэ Иуан 4:23, 24, ДЩІ; 1 Иуан 5:3.)

6. Иеговэ зэІущІэхэр къигъэсэбэпурэ сытым дыхуигъасэрэ?

6 Дэ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дыщІедаІуэр цІыхухэр фІыуэ долъагъури аращ (Мт. 22:39). Иеговэ зэІущІэхэр къигъэсэбэпурэ къуэш, шыпхъухэм икІи нэгъуэщІ цІыхухэм дапхуэдэу дадэІэпыкъу хъунуми дегъасэ. Псалъэм папщІэ, «ЦІыхухэр фІыуэ флъагъу — Хьисэ и лъэужь иувэну фадэІэпыкъу» жыхуиІэ брошюрэр къыддоІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуным сэбэп къыщытхуэхъуну хьэл-щэнхэм едгъэфІэкІуэну. ЦІыхум уепсэлъэн щІэбдзэну къыщогугъуэкІ къэхъурэ? Къэхъуу щытмэ, тхьэмахуэм и кІуэцІым екІуэкІ зэІущІэхэм зэрызыдгъасэ заданиехэр къуэш, шыпхъухэм зэрагъэзащІэм фІыуэ кІэлъыплъ.

7. Иеговэ жиІэм фІыуэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

7 Дэ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дыщІедаІуэр гъащІэр лъапІэу долъытэри аращ. Пасэрей зэманым псэуа Иеговэ и лэжьакІуэхэм абы хуэжыІэдаІуэу зэрыщытым я гъащІэр елъытауэ щытт. Абыхэм ещхьу дэри Алыхьым жиІэм дызэредаІуэм ди гъащІэр елъытауэ щытщ (Втор. 32:44—47). Дэ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дызэредаІуэр къыддоІэпыкъу ди гугъуехьхэм дыпэлъэщыну икІи шыІэныгъэ тхэлъу дунеищІэм дыпэплъэну (Рим 8:25). Ди зэманым Иеговэ жиІэм дедэІуэным икІи абы жыджэру дыхуэлэжьэным псом хуэмыдэу мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ мы дунейм и кІэм дыщопсэу (Мт. 24:42—44; Апок. 1:3).

КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭР УИ ПСАЛЪЭМ ФІЫУЭ КЪЕДЭІУЭН ЩХЬЭКІЭ СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

8. Псалъэ жызыІэ къуэшхэм зэрыпсалъэ щІыкІэм ирагъэфІэкІуэн щІыхуейр сыт?

8 ЗэІущІэхэм пунктхэр езыгъэкІуэкІ къуэшхэм, псом хуэмыдэу псалъэ гъэхьэзыра жызыІэхэм зэрыпсалъэ щІыкІэм сыт щыгъуи ирагъэфІэкІуэн хуейщ. Библием тегъэщІауэ фІыуэ гъэхьэзыра псалъэр къуэш, шыпхъухэм дэІэпыкъуфынущ пэжым лъэ быдэкІэ тетыну икІи абы едаІуэ цІыхухэр Иеговэ и деж къришэлІэфынущ. Пункт гуэр пщІыну къыщыуатым деж, зыщомыгъэгъупщэ, ар зэрыжыпІэмкІэ уимыгугъэххауэ нэгъуэщІхэм сэбэп уазэрыхуэхъуфынур. Абы къыхэкІкІэ адэкІэ къыщыхьа чэнджэщхэр къызэрыбгъэсэбэпыфынум егупсыс. А чэнджэщхэр япэрауэ зыхуэгъэзар псалъэ гъэхьэзыра жызыІэ къуэшхэрами, нэгъуэщІ пунктхэр езыгъэкІуэкІхэми сэбэп яхуэхъунущ (2 Тим. 4:2; Тит 1:9).

9. Гупсысэхэр гурыІуэгъуэу икІи зэпхауэ щытыным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

9 Псалъэм хэт гупсысэхэр зэрызэкІэлъыкІуэн хуейм хуэдэу зэхэлъхьэ. Псалъэ жызыІэ дэтхэнэ зыри хуейщ жиІэр къедаІуэхэм тыншу къагурыІуэну икІи и гупсысэхэр зэрызэпыщІам тыншу кІэлъыплъыну. Ауэ гупсысэхэр куэдыІуэ хъууэ щытмэ, абы къедаІуэхэм я акъылыр траухуэну къегугъуэкІынущ. Гупсысэхэр гурыІуэгъуэу икІи зэпхауэ щытын щхьэкІэ, дапхуэдэу псалъэр зэрызэхэплъхьэнур? 1) Псалъэм и щІэдзапІэм деж гупсысэ нэхъыщхьэхэр гурыІуэгъуэу къыхэгъэщ. 2) Дэтхэнэ зы гупсысэри зэкІэлъыкІуэу, куууэ зэпкърых. Зы гупсысэм укъикІыу адрей гупсысэм узэрыкІуэр къодаІуэхэм къагурыІуэн щхьэкІэ, абыхэм я зэхуаку зэман кІэщІкІэ къэувыІэ. 3) ИкІэм деж гупсысэ нэхъыщхьэхэр кІэщІу къэпщытэж.

10. Псалъэ щыбгъэхьэзыркІэ узытепсэлъыхьыну темэр гукІэ зыхэпщІэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

10 Узытепсэлъыхьыну темэр гукІэ зэрызыхэпщІэным хущІэкъу. Апхуэдэу пщІэмэ, уэ уи гум къыбгъэдэкІыу псалъэр жыпІэнущ (Прит. 2:4, 5; Апост. 4:20). Темэр гукІэ зыхэпщІэн щхьэкІэ, Библием ит едзыгъуэхэмрэ зэпкърыпхын хуей гупсысэхэмрэ куууэ хэплъэ. США-м щыщ, ныбжь зиІэ зы къуэшым игу къегъэкІыж щыныбжьыщІэм зэхихауэ щыта псалъэм и гъащІэр дапхуэдэу ихъуэжами. Абы жеІэ: «Сэ иджыри къэс сощІэж псалъэ къыджезыІа къуэшым Библием дыщеджэкІэ дызэджам куууэ дегупсысыну дызэрыхуигъэушауэ щытар. Абы и гум къыбгъэдэкІыу икІи гурыІуэгъуэу къыджиІащ ар дапхуэдэу тщІэ хъунуми. А псалъэм сэ си гъащІэр ихъуэжащ: ар къыздэІэпыкъуащ Библием сыщеджэкІэ куууэ сегупсысыну икІи Иеговэ нэхъ гъунэгъу сыхуищІащ».

11. КъодаІуэхэм уи псалъэм сэбэпынагъ къахуихьын щхьэкІэ, сыт пщІэ хъунур? (1 Тимофей 4:13—16).

11 КъодэІуэнухэр зыхуэныкъуэм егупсыс икІи узытепсэлъыхь темэр я гъащІэм къызэрыщагъэсэбэп хъунур егъэлъагъу. Псоми фІыуэ ящІэ Іуэхугъуэхэм куэду утепсэлъыхьыным ипІэкІэ, Библиер къэбгъэсэбэпу къодаІуэхэр гъэгушхуэ икІи абыхэм сэбэп яхуэхъун чэнджэщхэр ет. Псалъэм папщІэ, апостол Паул Тимофей чэнджэщ пыухыкІахэр иритащ. Ахэр абы къыдэІэпыкъуащ Ефес къалэм щыІэху и фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну. (Къеджэ 1 Тимофей 4:13—16.) Аращи, къодэІуэнухэр зыхуэныкъуэм егупсыси, узытепсэлъыхь темэр я гъащІэм къызэрыщагъэсэбэп хъунур егъэлъагъу.

12. Псалъэр щыжыпІэкІэ гъащІэм узэрыщыпсалъэм хуэдэу упсэлъэн щІыхуейр сыт?

12 ГъащІэм узэрыщыпсалъэм хуэдэу упсэлъэн щхьэкІэ, бгъэхьэзыра темэр мызэ-мытІэу макъкІэ жыІэ. КъодаІуэхэм жыпІэр нэхъ тыншу къагурыІуэнущ птхам укъемыджэу, уэ езым уи псалъэкІэ жыпІэмэ. «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэм мыпхуэдэу щыжыІащ: «Уэ узытепсэлъыхь темэмрэ къодаІуэхэмрэ уазэрыхущытыр къэбгъэлъэгъуэфын щхьэкІэ, гъащІэм узэрыщыпсалъэм хуэдэу, уи гум къыбгъэдэкІыу псалъэ». Аращи, апхуэдэу пщІэмэ, уи псалъэр нэхъ гъэщІэгъуэну, псэ хэту щытынущ икІи жыпІэр къодаІуэхэм я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну хуеинущ.

13. Псалъэ щыбгъэхьэзыркІэ фІыуэ псалъэ жызыІэф къуэшхэм уечэнджэщын щІыхуейр сыт? (Сурэтми феплъ.)

13 Псалъэ фІыуэ жызыІэф къуэшым ечэнджэщ. Дауэ ар зэрыпщІ хъунур? Псалъэ бгъэхьэзырар зэман иІэу абы ебгъэлъагъуу, къыуит чэнджэщхэр къэбгъэсэбэп хъунущ. Иджыри абы уелъэІу хъунущ уи псалъэр макъкІэ щыжыпІэкІэ ар къодаІуэу, узэлэжьын хуейр къыбжиІэну (Прит. 1:5). Ар уэ сэбэп къыпхуэхъунущ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ уи псалъэм пхъуэжын хуейр уэ езым къыпхуэмылъэгъункІэри хъунущ. Псалъэм папщІэ, ар гурыІуэгъуэу щыт икІи абы хэт гупсысэхэр къодаІуэхэм я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну хуигъэушрэ? Дэ дызэрыпсалъэмрэ цІыхухэр зэредгъаджэмрэ едгъэфІэкІуэну дыхуейщ, Библием ит пэжхэр къыдэдаІуэхэм къагурыІуэу я гъащІэм къыщагъэсэбэпыну дадэІэпыкъун щхьэкІэa.

Къуэш ныбжьыщІэр дыщызэхуэс Унэм щыІэу, псалъэ игъэхьэзырар макъкІэ жеІэ. Псалъэ фІыуэ жызыІэф къуэшыр абы йодаІуэ икІи ихъуэжын хуейр къыхегъэщ.

Псалъэ фІыуэ жызыІэф къуэшым ечэнджэщ — ар уэ къыбдэІэпыкъунущ цІыхухэр зэребгъаджэм ебгъэфІэкІуэну (13 абзацым феплъ.)


ЗЭІУЩІЭМ ЩЫЖАІЭМ ФІЫУЭ ДЕДЭІУЭН ЩХЬЭКІЭ, СЫТ ТЩІЭ ХЪУНУР?

14. Иеговэ дигу къигъэкІыжхэм дапхуэдэу дызэрыхущытын хуейр? (Псалом 119:24, 111, 167).

14 Дэ зэІущІэхэм щыжаІэм нэхъыфІу дедэІуэфынущ, Иеговэ дигу къигъэкІыж щІэныгъэхэр лъапІэу тлъытэмэ. А щІэныгъэхэм дэ дыхуэныкъуэщ, мы «зэман гугъухэм» дызыпэщІэхуэ гугъуехьхэм дыпэлъэщыфын щхьэкІэ (2 Тим. 3:1). Абы къыхэкІкІэ куэдрэ зэхэтха гупсысэхэр зэІущІэм щызэпкърахмэ, Иеговэ дигу къигъэкІыжхэм 119 Псаломыр зытхар зэрыхущытам хуэдэу дэри дыхущытын хуейщ. (Къеджэ Псалом 119:24, 111, 167.)

15. ЗэІущІэхэм щызэхэтх гупсысэхэм Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэм хуэдэу дыхущытыну сыт къыддэІэпыкъунур?

15 ЗэІущІэхэм щызэхэтх щІэныгъэхэр Алыхьым къыбгъэдэкІ тыгъэм хуэдэу дыхущытыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Иеговэ мэнн шхыныгъуэкІэ игъэшха израил цІыхухэм я щапхъэм дегупсысынщ (Исх. 16:15, 31). ЯпэщІыкІэ а шхыныгъуэм щхьэкІэ абыхэм фІыщІэ ящІт. Мэнн шхыныгъуэр абыхэм къезытыр Иеговэт, ар ІэфІт икІи абы и фІыгъэкІэ ахэр губгъуэ нэщІым шхын щхьэкІэ щылІэнутэкъым. Ауэ зэман дэкІри, языныкъуэхэм а шхыныгъуэр махуэ къэс яшхыну яужэгъуащ (Чис. 21:5). Мы щапхъэм сыт хуэдэ дерс дэ хэтхыфынур? Дэ зэІущІэхэм щызэхэтха гупсысэхэр мызэ-мытІэу зэхэтхми, абыхэм мыхьэнэ ямыІэу дегупсыс хъунукъым. Дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым а гупсысэхэр Иеговэ дигу къызэригъэкІыжыр икІи зэІущІэхэм щыддж темэхэр унэІут пэжым фІыуэ егупсысауэ къызэрыхихыр. Абы нэмыщІ дэ зыщыдгъэгъупщэн хуейкъым мызэ-мытІэу зэхэтх гупсысэхэм я фІыгъэкІэ Іущагъ зэдгъэгъуэтым ди гъащІэр къызэрихъумэфынур (Прит. 3:13, 16—18; Ин. 17:3).

16. Куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэм зэІущІэм щыжаІэм фІыуэ едэІуэну сыт къадэІэпыкъур? («ЗэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?» жыхуиІэ рамкэми феплъ.)

16 Дэ зэІущІэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэнущ къыкІэлъыкІуэ чэнджэщхэм дытетмэ. Куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэм я щапхъэм деплъынщ. Илъэс 30 щІигъуауэ Иеговэ хуэлажьэ ди шыпхъу Э́шли къыддогуашэ: «ЗэІущІэхэм фІыуэ зэрызыхуэзгъэхьэзырыр сэ къыздоІэпыкъу абы щыжаІэм фІыуэ седэІуэну. Ауэ сэ тэмэму зыщызмыгъэхьэзырым деж, жэуап стыну икІи си акъылыр темэм тезгъэтыну къызогугъуэкІ». Илъэс 52 хъуауэ Иеговэ хуэлажьэ ди къуэш Йо́жефи жеІэ: «Сэ сигу ирохь фІыуэ зыхэсщІыкІ темэхэр зэІущІэм щызэпкърахым деж. Апхуэдэу а темэр сэ нэхъыфІу къызгуроІуэ. Псалъэ жызыІэ къуэшыр жьакІуэу щымытми, сэ си акъылыр зытезухуэр абы зэрыжиІэ щІыкІэракъым, атІэ жиІэ гупсысэхэращ. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зытепсэлъыхьыр Алыхьым и Псалъэм итыращ».

ЗэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэ къуэш, шыпхъухэм къыдат чэнджэщхэр:

  • «Дыщызэхуэс унэм ущыщыІэм деж ипэ щыт тІысыпІэр убыд, псалъэ жызыІэм уедэІуэну икІи видеохэм уеплъыну зыри зэран къыпхуэмыхъун щхьэкІэ» (Ди шыпхъу Суфо́н, 1986 гъэм псым зыщІигъэуащ).

  • «Сэ мызэ-мытІэу Иеговэ солъэІу, зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ седэІуэну къыздэІэпыкъун щхьэкІэ икІи сигу къызогъэкІыж: зэІущІэхэм сыкъыщІэкІуэр Иеговэ згъэлъэпІэн щхьэкІэщ. Ауэ абы щхьэкІэ сэ зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ седэІуэн икІи жэуапхэр стын хуейщ» (Ди къуэш Дэ́вид, 1983 гъэм псым зыщІигъэуащ).

  • «Программэм хэта дэтхэнэ зыми жиІам щыщу уигу ирихьам щхьэкІэ фІыщІэ хуэпщІыну мурад гъэув. Ар гупсысэ гуэру, гъащІэм къыщыхъуа Іуэхугъуэу е щапхъэу щытыфынущ» (Ди къуэш Николя́, 1982 гъэм псым зыщІигъэуащ).

  • «Сэ сыт щыгъуи мыпхуэдэу согупсыс: унэІут пэжым темэ гуэр иджыри зэ зэпкърихыну хуейуэ щытмэ, ар ди дежкІэ игъуэ дыдэу щытщ» (Ди къуэш Огюсте́н, 1988 гъэм псым зыщІигъэуащ).

17. ЗэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэну сыт къыддэІэпыкъунур? (Сурэтми феплъ.)

17 ЗэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэну къыкІэлъыкІуэ чэнджэщхэри къыддэІэпыкъунущ. 1) Жей къыптемыуэн щхьэкІэ, зэІущІэхэм ипэ куэд умышх. 2) ЗэІущІэм нэхъ пасэу къакІуи, программэр щІидзэн ипэ тІысыпІэр убыд. 3) Электроннэ Іэмэпсымэхэр зэран къыпхуэмыхъун хуэдэу теухуэ. 4) Псалъэ жызыІэ къуэшыр сытым тепсэлъыхьынкІэ хъунуми егупсыс. 5) Зомыплъыхьу, псалъэ жызыІэм еплъ. 6) Гупсысэ нэхъыщхьэхэр кІэщІу къетхых е сурэт щІы. 7) Псалъэм хэт Библием ит едзыгъуэхэм гу лъытэ икІи ахэр гупсысэ нэхъыщхьэхэм зэрыпыщІам егупсыс. 8) Мыпхуэдэу зэупщІыж: «Мы щІэныгъэр дапхуэдэу къэзгъэсэбэпыфыну къуэш, шыпхъухэм е хъыбарыфІыр зыжесІэ цІыхухэм садэІэпыкъун щхьэкІэ?» 9) ЗэІущІэшхуэм ипэ программкэм еплъ — темэм, псалъэхэм я цІэм икІи ахэр зытегъэщІа едзыгъуэхэм гу лъытэ. 10) Макъамэр щыщІидзэм деж уи тІысыпІэр убыди, абы едаІуэ икІи нэгъуэщІхэм зэран уахуэмыхъу. Ар къыбдэІэпыкъунущ программэм уи акъылыр тебухуэну.

«ХъумакІуэ чэщанэм» ит статьяр зэпкърахыу, къуэшым и ныбжьэгъум телефонкІэ зыгуэр хуетх.

ЗэІущІэхэм фыщыщыІэм деж, электроннэ Іэмэпсымэхэр зэран зыхуэвмыгъэхъу (17 абзацым феплъ.)


ИЕГОВЭ ЖИІЭМ АДЭКІИ ФЕДАІУЭ

18. ЗэІущІэхэм щыжаІэм адэкІи фІыуэ дедэІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?

18 Дэ адэкІи зэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэн хуейщ. Апхуэдэу дэ Иеговэ Іэмал идот «гъуэгу пэжым» дытету дишэну (Пс. 23:3; 31:3). Абы и унафэм дэ хуабжьу дыхуэныкъуэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар къыддоІэпыкъу Алыхьым и лъабжьэ дыщІэмыкІыну. Аращи, «фызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъыж» икІи зэІущІэхэм щызэхэфх чэнджэщхэм фытет (Лк. 8:18). Иеговэ едаІуэ цІыхухэр иджыпсту щыщІэдзауэ насыпыфІэу щытынущ, къэкІуэну зэманми гъащІэ мыухыж яІэу псэунущ (Пс. 119:2, 14).

СЫТ ХУЭДЭ ЖЭУАПТ ЕПТЫНУР?

  • ЗэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэн щІыхуейр сыт?

  • Псалъэ жызыІэхэм сыт ящІэ хъунур, къуэш, шыпхъухэр абыхэм нэхъыфІу къедэІуэн щхьэкІэ?

  • ЗэІущІэхэм щыжаІэм фІыуэ дедэІуэну сыт къыддэІэпыкъунур?

87 УЭРЭДЫР КъакІуи гупсэхугъуэ зэгъэгъуэт!

a Узэрыпсалъэмрэ цІыхухэр зэребгъаджэмрэ ебгъэфІэкІуэну къыбдэІэпыкъуну чэнджэщхэр «Укъызэреджэмрэ нэгъуэщІхэр зэребгъаджэмрэ егъэфІакІуэ» жыхуиІэ брошюрэмрэ «Учимся в Школе теократического служения» жыхуиІэ тхылъымрэ къыщыбгъуэтыфынущ.

    АдыгэбзэкІэ къыдэкІа публикациехэр (1997—2026)
    КъикІыжын
    Ихьэн
    • Адыгэбзэ
    • Хуегъэхьын
    • Теухуэн
    • Copyright © 2026 Watch Tower Bible and Tract Society of Pennsylvania
    • Къызэрыбгъэсэбэпыну узэрыхуитыр
    • Конфиденциальностым теухуа хабзэр
    • Конфиденциалыр зэрытраухуэр
    • JW.ORG
    • Ихьэн
    Хуегъэхьын