Я ГЪАЩІЭМ ТЕУХУАУЭ ЖАІЭЖ
Илъэс 70 хуэдиз хъуауэ Кубэ хытІыгум Иеговэ сыщыхуолажьэ
СЭ 1947 ГЪЭМ Кубэ хытІыгум сыкъыщалъхуащ. А хытІыгу дахащэр здэщыІэр Кариб тенджызымрэ «Атлантический океан» жыхуаІэмрэ щызэгухьэм дежщ. Сэ си ужь иту си шыпхъуитІыр къалъхуащ. А зэманым дэ Эсмера́льдэ къуажэм дыщыпсэут.
Сэ сощІэж абы щыгъуэ гъащІэр мамыру зэрыщытар. Дэ ди гъунэгъуу ди Іыхьлыхэр псэут — дадэ, нанэ, ди адэ къуэшхэр икІи ди адэ шыпхъухэр. Дэ дызыхуэныкъуэу хъуар диІэт икІи насыпыфІэу дыпсэут.
Сэ илъэситху хуэдиз сыщыхъум ди адэ-анэм Библиер яджын щІадзащ. Ахэр езыгъаджэу щытар хъыбарыфІ гъэІуным псэемыблэжу хэт Уо́лтон Джо́унз зи цІэ ди къуэшырат. Дэ ди къуажэ цІыкІум нэсын щхьэкІэ, ар сыхьэтипщІ хуэдизкІэ лъэсу гъуэгу тетын хуейт. А къуэшыр къыщыкІуэхэм деж, ди унагъуэм щыщ куэдыр дадэрэ нанэрэ я унэм щызэхуэсти, сыхьэт куэдкІэ Библием тепсэлъыхьт. Си адэ-анэм, си адэ къуэш Пе́дро, си адэ шыпхъу Э́лэ сымэ Библием къыщащІар фІыуэ ялъагъури, псым зыщІагъэуащ. Си адэ шыпхъу Элэ и ныбжьыр илъэс 100 хуэдиз нэсащ икІи ар иджыри къэс пионеру Кубэ щолажьэ.
А зэманым къэрал унафэщІхэм Иеговэ и Щыхьэтхэр хуит ящІт хъыбарыфІыр ягъэІуну икІи зэІущІэхэм кІуэну. ЦІыхухэми фІыуэ дыкъацІыхут, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ дэ къэувыІэ имыІэу унэ-унэкІэ хъыбарыфІыр дгъэІут. Абы нэмыщІ дэ Библием тегъэщІа тхыгъэхэр сыт щыгъуи куэду тІыгът, ахэр зыхуейуэ хъуам етт икІи куэду къэткІухьт. Си щІалэгъуэм Иеговэ сыщыхуэлэжьа а зэманыфІхэр сигу къэзгъэкІыжыну сыту си гуапэ! Ауэ дэ зэман гугъухэр къытпэщылът (2 Тим. 4:2).
ЗЭМАН ГУГЪУХЭР КЪОБЛАГЪЭ
Сэ илъэситху хуэдиз сыщыхъум си адэмрэ си адэ къуэшымрэ хытІыгум и нэгъуэщІ щІыпІэм щекІуэкІыну конгрессым кІуащ. Ахэр гъуэгу щытетым, мыгъэкъэбзауэ щыт псым ефэри, «брюшной тиф» жыхуаІэ узыфэ шынагъуэр абыхэм къеуэлІащ. СощІэж, ахэр къыщыкІуэжам щыгъуэ, си адэ къуэшым и щхьэцыр къызэрихуар, ауэ ар къелащ. Си адэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, лІащ. Ар илъэс 32 фІэкІа хъутэкъым.
Ди адэр лІа иужь, ди анэм унафэ ищІащ Ломби́льо къуажэм щыпсэу и дэлъхум деж дыІэпхъуэну. Абы къыхэкІкІэ фІыщэу тлъагъу нани, дади, нэгъуэщІ ди Іыхьлыхэри къэдгъэнэн хуей хъуащ. Ауэ си анэми, си шыпхъухэми, сэри Иеговэ дыхуэлэжьэн щыдгъэтакъым.
1957 гъэм, августым и 26 Ломбильо пэмыжыжьэу сэ псым зыщІэзгъэуащ. Абы щыгъуэ сэ илъэсипщІ сыхъуу арат. Хэт и гугъэнт илъэситІ нэхъ дэмыкІыу, Кубэ щыпсэу Иеговэ и Щыхьэтхэм я гъащІэм хуабжьу зихъуэжыну. 1959 гъэм коммунистхэм зыкъаІэтри, къэрал унафэщІхэр залымыгъэкІэ трагъэкІри, тепщэныгъэр я ІэмыщІэ иралъхьащ.
ЩІэуэ теува къэрал унафэщІхэм армэм мыхьэнэшхуэ иратт. Апхуэдэу зэрыщытыр Иеговэ и лэжьакІуэхэм зэран къахуэхъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр дэнэ щымыпсэуами, политикэмрэ зауэхэмрэ теухуауэ нейтралитет яІыгъщ. Япэм хуэдэу дэ хуиту хъыбарыфІыр дгъэІуну икІи зэІущІэхэм дыкІуэну Іэмал диІэжтэкъым. ИкІэм-икІэжым къэрал унафэщІхэм Иеговэ и Щыхьэтхэм я лэжьыгъэр зыхуащІащ икІи щэ бжыгъэ хъу къуэшхэр тутнакъым ирадзащ. Абыхэм щыщ языныкъуэхэм щІэх-щІэхыурэ удын тралъхьэт икІи шхын ираттэкъым. Иныкъуэхэм дежи абыхэм ират шхыным лъы хэтт.
Иеговэ дгъэлъэпІэн щхьэкІэ, гугъуехьхэм емылъытауэ, дэ адэкІи зэІущІэхэм дыкІуэт (Евр. 10:25). Уеблэмэ, дэ зэІущІэшхуэхэр фермэхэм икІи нэгъуэщІ щІыпІэхэм щедгъэкІуэкІт. СощІэж зэгуэр зы къуэшым хуит дызэрищІар и мэлхэр зыщІэт Іуэм зэІущІэшхуэр щедгъэкІуэкІыну. А Іуэр дгъэкъэбзэну икІи мэлхэр абы къыщІэтшыну дэ Іэмал диІакъым. Арати, мэлхэр ди гъусэу зэІущІэр едгъэкІуэкІащ! (Мих. 2:12).
А зэманым Алыхьым къыбгъэдэкІ щІэныгъэр къытІэрызыгъэхьэ къуэшхэм дэ фІыщІэшхуэ яхуэтщІт. Псалъэм папщІэ, зэІущІэшхуэм и программэр кассетэхэм тратхэт икІи къэрал псом щыІэ къуэш, шыпхъухэм хурагъэхьт. Иныкъуэхэм деж къуэшитІым я пщэ щыдалъхьэ къэхъут зэІущІэшхуэм щыжаІэну псалъэхэр псори ягъэхьэзырыну, ахэр жаІэну икІи трагъэтхэну. Къуэшхэм а псалъэхэр щрагъэтхыр зыми щамыщІэ щІыпІэхэрати, иныкъуэхэм деж адакъэр зэрыІуэр икІи нэгъуэщІ макъхэр зэхэпхт. ЗэІущІэшхуэ щекІуэкІыну щІыпІэм ток щымыІэмэ, лъэгум кІэрыІуэнтІа икІи динамо-машинэр зэпха велосипедым къуэшхэм ящыщ зы тетІысхьэти, педалыр игъэкІэрахъуэт. Абы и фІыгъэкІэ магнитофоныр лажьэти, дэ псалъэ гъэхьэзырахэм дедаІуэт. ДауикІ, дэ ди Іуэхур бэлыхьтэкъым икІи адрей къэралхэм елъытауэ ди тхыгъэхэр куэду диІэтэкъым, ауэ Иеговэ къыбгъэдэкІ щІэныгъэм дэ зэи дыщыщІакъым. Дызэгъусэу Иеговэ дыхуэлэжьэну дэ хуабжьу дигу ирихьт (Неем. 8:10).
СЭ ПИОНЕР, ЩХЬЭГЪУСЭ ИКІИ АДЭ СОХЪУ
Сэ илъэс 18 сыщыхъуам щыгъуэ, Флори́дэ къалэм общэ пионеру сыщылэжьэн щІэздзащ. Илъэс хуэдиз дэкІауэ сэ специальнэ пионеру Камагуэ́й къалэм сагъэкІуащ. Ар а цІэ дыдэр зезыхьэ провинцием и къалащхьэу щытт. Абы сэ ди шыпхъу Эми́лие щызэзгъэцІыхуащ. Ар егъэлеяуэ шыпхъу дахэт икІи Сантья́го-де-Ку́бэ зи цІэ къалэм щыщт. Дэ дызэпсалъэу щІэддзэри, илъэс дэмыкІыу дызэрышащ.
СэмэгурабгъумкІэ: Зэхуэсым и нэхъыжьхэр щрагъаджэ «Школа священного служения» жыхуаІэр (Камагуэй, Кубэ). 1966 гъэ
ИжьырабгъумкІэ: хьэгъуэлІыгъуэ махуэм. 1967 гъэ
Кубэ хытІыгум фошыгъу къыдэзыгъэкІ завод куэд щыІэти, абыхэм щыщ зым сэ сыуващ. Эмилиерэ сэрэ пионеру дылэжьэну Іэмал диІэжтэкъым, ауэ дэ дыхуейт Иеговэ и лэжьыгъэм зэрытхузэфІэкІкІэ нэхъыбэу дыхэтыну. Сэ сызыгъэлажьэм сыгурыІуащ жэщым сыхьэтищым щыщІэдзауэ, махуэм сыхьэт 11 хъухукІэ заводым сылэжьэну. ДауикІ, апхуэдэу жьыуэ сыкъэтэджыну сигу ирихьу щытауэ жысІэнкъым, ауэ а графикыр къыздэІэпыкъут Эмилие и гъусэу зэпымыууэ хъыбарыфІыр згъэІуну икІи зэІущІэхэм псоми сыкІуэну.
1969 гъэм, сэ къуэ къысхуалъхуащ икІи абы Густа́во фІэтщащ. А зэманым сэ районнэ лэжьыгъэм сыхэтыну къуэшхэр къызэлъэІуат. А гъэхэм Кубэ хытІыгум тэмэму къалъытэт бын уиІэу районнэ лэжьыгъэр бгъэзэщІэныр. Дэ лэжьыгъэ куэд зэфІэдгъэкІыу щытами, а зэманыр ди гъащІэм щыщу нэхъ насыпыфІэ Іыхьэу къыдолъытэ. Эмилиерэ сэрэ къуэш, шыпхъухэм дадэІэпыкъуныр пщІэшхуэу къэтлъытэт. Районнэ лэжьыгъэм дыхэтыху, сэ иджыри къуитІрэ зы пхъурэ къысхуалъхуащ. Абыхэм я цІэхэр Обе́д, Абне́р икІи Маэ́ли.
Районнэ лэжьыгъэм сыщыхэта зэманыр сигу къыщызгъэкІыжым деж, сэ солъагъу Иеговэ Кубэ щыІэ и лъэпкъым и нэІэ тригъэту зэрыщытар икІи абы си гум гуфІэгъуэ кърелъхьэ. Абы нэмыщІ Эмилиерэ сэрэ Иеговэ къыддэІэпыкъуащ ди бынхэм ар фІыуэ ялъагъуу дгъэсэну. АдэкІэ сэ вжесІэжыну сыхуейт районнэ лэжьыгъэм дыщыхэтам ди гъащІэр дапхуэдэу екІуэкІами.
ДЫЩЫЗЭХУАЩІА ЗЭМАНЫМ ЕСХЬЭКІА РАЙОННЭ ЛЭЖЬЫГЪЭР
Кубэ хытІыгум 60-нэ 70-нэ гъэхэм ди лэжьыгъэр зэрызэхуащІам къыпэкІуа гугъуехьхэр хуабжьу зэхэтщІащ. Дыщызэхуэс Унэхэр зэхуэщІауэ щытт. Миссионерхэр къэралым ирагъэкІыжащ икІи къуэш куэдыр тутнакъым ирадзащ. Гава́нэ щыІэ филиалми и лэжьыгъэр къигъэувыІат.
Районнэ лэжьыгъэр. 1990 гъэхэр
ДызэрызэхуащІам къыхэкІкІэ дэ зэхуэсхэм дыщыкІуэфыр щэбэтымрэ тхьэмахуэ махуэмрэт. Абы къыхэкІкІэ зэхуэс къэс тхьэмахуитІкІэ зэкІэлъыпыту дыкІуэт. Дэ гъуэгу дыщытеувэкІэ хьэпшып куэд къыздэтщтэтэкъым икІи и нэхъыбэм велосипедкІэ дызекІуэт. Апхуэдэу дэ полицейскэхэмрэ адрей цІыхухэмрэ гулъытэ лей зыхуедгъэщІтэкъым. ДауикІ, зэхуэсым щыщхэми дызэрыкІуэнур жраІэтэкъым. Дыкъэзыухъуреихь цІыхухэми ди благъэхэм я деж хьэщІапІэ дыкъэкІуауэ фІэкІ къащыхъун хуейтэкъым. Ди насыпти, цІыхухэм апхуэдэу къащыбгъэхъуну гугъутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ къуэш, шыпхъухэмрэ дэрэ апхуэдизкІэ ныбжьэгъу дызэхуэхъуати, районым и нэхъыжьу абыхэм я деж сыкъызэрыкІуар иныкъуэхэм деж сщыгъупщэжт (Мк. 10:29, 30). Ауэ, а псом емылъытауэ, дэ дыбэлэрыгъ хъунутэкъым, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ полицейскэхэр щІэх-щІэхыурэ къыткІэлъыплът икІи къытпкърыупщІыхьт. Дэ дыкъыщІэкІуам и щхьэусыгъуэр абыхэм къащІауэ щытамэ, зи унэ дыкъыщыувыІэ къуэш, шыпхъухэр яубыдынкІэ хъунут (Рим 16:4).
А зэман гугъухэм хьэлэлагъ хэлъу куэдыр къытхущытащ, езыхэр хуэмыщІауэ псэу пэтми. Языныкъуэ щІыпІэхэм аргъуейхэр егъэлеяуэ щыкуэдт, ауэ къуэш, шыпхъухэм езыхэм къагъэсэбэп москитнэ сеткэр къыдатт, жейкІэ дрикъун щхьэкІэ. Адрейхэми шхын куэд ямыІэ пэтми, драгъэблагъэт. Ар дэ тщІэти, шхын гуэрхэр къыздэтщтэт икІи абыхэм дадэгуашэт.
Дэ зэхуэсхэм дыщыкІуэм деж, зы сабий фІэкІа къыздэтщтэфтэкъыми, адрейхэр си анэмрэ си шыпхъумрэ я гъусэу унэм къыщІэднэт. Къапщтэмэ, сабий дызэригъусэр зы лъэныкъуэкІи фІыт. Иныкъуэхэм деж полицейскэхэм дыкъагъэувыІэти, дыщІащыкІт, ауэ ди тхыгъэхэр абыхэм зэи къахуэгъуэттэкъым. Сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр подгузник фІейхэр зэрылъ сумкэм щыдгъэпщкІути, полицейскэхэм ар къатІэщІыну я щхьэ тралъхьэтэкъым.
Эмилие сэ фІыщІэшхуэ хузощІ ди сабийхэм фІыуэ зэрыкІэлъыплъам икІи районнэ лэжьыгъэм сыхэтыну къызэрыздэІэпыкъуам щхьэкІэ. НтІэ, заводми сыщылэжьэну, районнэ лэжьыгъэри есхьэкІыну дапхуэдэу зэрысхузэфІэкІар? Тхьэмахуэм зэ е тІэу сменитІкІэ сыщылажьэ къысхуихуэт, тхьэмахуэм и кІэ махуитІым щхьэхуиту сыщытын щхьэкІэ. Ауэ иужькІэ бригадир сыщащІам щыгъуэ, тхьэмахуэ псокІэ сылэжьэн хуейт икІи апхуэдэ графикым сытемыту ядэнутэкъым. Куэд дэмыкІыу сэ къызгурыІуащ си бригадэм дежкІэ псом нэхърэ нэхъапэу щытыр — абыхэм тхьэмахуэ псом ялэжьынур естын хуейуэ арат. Апхуэдэу зэтезухуати, си гур гъэтІылъауэ зэхуэсхэм сыкІуэт икІи дызыгъэлажьэм абы теухуауэ къищІэнкІэ сыгузавэтэкъым. ЗэрысщІэжымкІэ, дызыгъэлажьэхэм сызэрыщымыІам зэи гу лъатакъым.
ЗЭХЪУЭКІЫНЫГЪЭМ И ЗЭМАНХЭМ ГУФІЭГЪУЭ ЗЫФІЭЗГЪЭКІУЭДКЪЫМ
Хуит дащІыжа иужь япэу екІуэкІа областной конгрессыр. 1994 гъэ
1994 гъэм, Кубэм щетхьэкІ лэжьыгъэм кІэлъыплъ къуэшхэм цІыху 80 хъу районым и нэхъыжьхэр Гаванэ щекІуэкІа зэІущІэ хэхам дыкърагъэблэгъащ. Дэ хуабжьу дыгуфІэт, апхуэдиз илъэс бжыгъэ дэкІауэ дызэрылъэгъуну Іэмал дызэриІам щхьэкІэ. А зэІущІэм дэ япэщІыкІэ зэпкърытхащ ди организацэм къыхыхьэ языныкъуэ зэхъуэкІыныгъэхэр. ИужькІэ къуэшхэм Іэнкун дызыщІа объявление къыджаІащ. Абыхэм къэрал унафэщІхэм ди цІэхэр къыхузэІуахыну мурад яІэт. Сыт щхьэкІэ?
Къуэшхэм къыдгурагъэІуащ ахэр къэрал унафэщІхэм зэрыхуэзар, дэ ттеухуауэ яІэ еплъыкІэр яхъуэжын щхьэкІэ. КъулыкъущІэхэр къуэшхэм елъэІуащ районым и нэхъыжьхэм я цІэхэр къыжраІэну. Дэ абы псори арэзы дытехъуащ. Абы лъандэрэ Кубэм и къэрал унафэщІхэр Иеговэ и Щыхьэтхэм нэхъыфІу хущыту щІадзащ.
Зэман дэкІри, ди организацэр регистрацие ямыщІа пэтми, дэ хуит дащІащ зэІущІэхэр едгъэкІуэкІыну, хъыбарыфІри дгъэІуну. ИужькІэ къыщІэщащ къэрал унафэщІхэм районым и нэхъыжь языныкъуэхэм я цІэхэр зэращІэр, ауэ ахэр хуейт дэ пэж жытІэрэ жыдмыІэрэ зэхагъэкІыну.
1994 гъэм, сентябрь мазэм къуэшхэр хуит ящІащ филиалыр къызэІуахыжыну. Уеблэмэ, илъэс 20 ипэ ахэр къызыщІахуа унэ дыдэм абыхэм ягъэзэжащ.
1996 гъэм Вефилым къращІыкІри, Эмилиерэ сэрэ звонить къытхуащІащ. Къуэшхэм къыджаІащ Вефилым дыщылэжьэну Іэмал дызэриІэр. Ар дэ хуабжьу дгъэщІэгъуащ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ иджыри тпІын хуейуэ сабиитІ ди гъусэт икІи абы теухуауэ къуэшхэм яжетІащ. Ди Іуэхум теухуауэ ахэр зэчэнджэщри, иужькІэ къыджаІащ апхуэдэу щыт пэтми дыкъызэрырагъэблагъэр. Дэ абы арэзы дытехъуэри, сабиитІыр ди гъусэу Гаванэ дыкІуэну зыдгъэхьэзыру щІэддзащ.
СэмэгурабгъумкІэ: Кубэ щыІэ Вефилым дэрбзэрхэр зыщІэс пэшым Эмилие щолажьэ. 2000 гъэхэм и щІэдзапІэ
ИжьырабгъумкІэ: конгрессхэр щекІуэкІ Унэр Иеговэ и ІэмыщІэ иралъхьэ. 2012 гъэ
Пэжыр жыпІэмэ, Вефилым лэжьэн щыщІэздзам си лэжьыгъэм апхуэдэуи гуфІэгъуэ къысхуихьтэкъым. Сэ районнэ лэжьыгъэм илъэс куэдкІэ сыхэтати, си гури си акъылри хъыбарыфІыр зыгъэІу къуэш, шыпхъухэм я гъусэт. Офисым сыщылэжьэну сэ хуабжьу къыстехьэлъэт. Ауэ Вефилым щылажьэ къуэш, шыпхъухэри, псом хуэмыдэу си щхьэгъусэ Эмилии къыздэІэпыкъуащ си еплъыкІэр схъуэжыну. Зэман дэкІри, гурыфІыгъуэ сиІэ хъужащ икІи иджыпсту Вефилым сызэрыщылажьэм насыпыфІэ сещІ.
СэмэгурабгъумкІэ: «Библейская школа для супружеских пар» жыхуаІэм щеджахэр. 2013 гъэ
ИжьырабгъумкІэ: Кубэ щыІэ филиалым и комитет. 2013 гъэ
Ди пхъумрэ ди малъхъэмрэ ди гъусэу районнэ конгрессым дыщыІэу
Эмилиерэ сэрэ ди ныбжьыр хэкІуэтащ. Ауэ апхуэдиз илъэсхэм зэдгъэцІыхуа икІи дызэдэлэжьа къуэш, шыпхъухэм дыщегупсысым деж, ди гум гуфІэгъуэ из мэхъу. Абы нэмыщІ ди бынхэмрэ абыхэм я быныжхэмрэ Иеговэ зэрыхуэлажьэм дэ псом хуэмыдэу насыпыфІэ дещІ. Зи ныбжь хэкІуэта апостол Иуан иІа гурыщІэхэм хуэдэ дэри диІэщ. Абы мыпхуэдэу итхауэ щытат: «Си бынхэр щыпкъагъэм тету зэрыпсэур щызэхэсхкІэ, абы нэхърэ нэхъ гуфІэгъуэшхуэ сиІэкъым» (3 Ин. 4).
Дэ илъэс 30 хуэдиз хъуауэ Вефилым дыщолажьэ. Ди ныбжьыр зэрыхэкІуэтам икІи узыншагъэм пыщІа гугъуехьхэр дызэриІэм емылъытауэ къыдат къалэнхэр дгъэзэщІэн щхьэкІэ, тхузэфІэкІыу хъуар дощІэ. Кубэм Иеговэ дыщыхуэлэжьа илъэсхэм гугъуехь куэдым дыпэщІэхуами, абы ди гуфІэгъуэр тфІигъэкІуэдакъым икІи илъэс 70 нэблэгъауэ ди «Алыхь насыпыфІэм» дыхуолажьэ! (1 Тим. 1:11, ДЩІ; Пс. 97:1).