2026 ГЪЭ, МАЙМ И 4—10
53 УЭРЭДЫР ХъыбарыфІ гъэІуным зыхудогъэхьэзыр
ЦІыхухэр зэребгъаджэ щІыкІэм егъэфІакІуэ
«Тхьэм и псалъэхэр цІыхухэм егъащІэ... шыІэныгъэ псомкІи щыпкъагъэр егъащІэ» (2 ТИМ. 4:2).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
ЦІыхухэр зэредгъаджэ щІыкІэм едгъэфІэкІуэну къыддэІэпыкъуну чэнджэщищым.
1. Дэ сытым зыхуедгъэсэн хуей икІи сыт щхьэкІэ? (2 Тимофей 4:2). (Сурэтми феплъ.)
ХЬИСЭ и лъэужь ирикІуэхэм мыпхуэдэу яжриІат: «Лъэпкъ псори си гъуэгу къытевгъыхьэ... унафэу нывжесІа псори ягъэзэщІэну яхуэвгъэув [«евгъасэ», ДЩІ]» (Мт. 28:19, 20). Мы псалъэхэм къагъэлъагъуэ Иеговэ и лэжьакІуэ псоми цІыхухэр Библием ирагъэджэфу щытын зэрыхуейр. ДауикІ, «пэжыр къэзыщІэну хуейхэр» Иеговэ езым зрешалІэ икІи мелыІычхэр къигъэсэбэпурэ апхуэдэ цІыхухэм деж дегъакІуэ (Апост. 13:48, ДЩІ; Ин. 6:44; Апок. 14:6). Ауэ дэри ди лъэныкъуэкІэ а Іуэхум къару етхьэлІэн хуейщ. Апостол Паулрэ Варнавэрэ я щапхъэр дигу къэдгъэкІыжынщ. Библием щыжыІащ абыхэм Иконие къалэм дэт синэгуэгум хъыбарыфІыр щагъэІум, «журтхэмрэ алыджхэмрэ ящыщ куэдым фІэщхъуныгъэр яІэ ягъэхъуурэ» зэрепсэлъар (Апост. 14:1). Шэч хэмылъу Паулрэ Варнавэрэ цІыхухэр пэжым хурагъаджэу фІыуэ зрагъэсащ. (Къеджэ 2 Тимофей 4:2.) Дэри а Іуэхум зыхуедгъэсэн хуейщ.
Хьисэрэ абы и лъэужь ирикІуэхэмрэ я щапхъэр къыддоІэпыкъу цІыхухэр зэредгъаджэ щІыкІэм едгъэфІэкІуэну (1 абзацым феплъ.)
2. Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэр егъэджакІуэфІ мыхъуфыну щІегупсысыр сыт?
2 Языныкъуэ къуэш, шыпхъухэм егъэджакІуэфІ мыхъуну я гугъэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а Іуэхум щхьэкІэ абыхэм зэфІэкІи, щІэныгъи ямыІэу къалъытэ. Библием зи гугъу ищІыж Иеговэ и лэжьакІуэхэми апхуэдэ гурыщІэхэр щаІэ къэхъут (Исх. 4:10; Иер. 1:6). НэгъуэщІ къуэш, шыпхъухэми адрейхэм зэрызрагъапщэм къыхэкІкІэ, егъэджакІуэ мыхьэнэншэу зыкъалъытэж. ДауикІ, хъыбарыфІыр зыжетІэхэм псоми ар къащтэнукъым икІи абы теухуауэ ехъулІэныгъэ диІэнрэ димыІэнрэ зэлъытар къару етхьэлІэ закъуэракъым. ИпэкІэ зэрыжытІащи, зигу къабзэ цІыхухэр къэдгъуэтыну Иеговэрэ мелыІычхэмрэ къыддоІэпыкъу. Ауэ дэри а Іуэхум къару етхьэлІэн хуейщ, нэгъуэщІу жыпІэмэ, хъыбарыфІыр цІыхухэм яфІэгъэщІэгъуэн хъун хуэдэу дыпсалъэу зедгъэсэн хуейщ. Мы статьям дэ щызэпкърытхынущ цІыхухэр зэредгъаджэ щІыкІэм едгъэфІэкІуэн щхьэкІэ къыддэІэпыкъуну чэнджэщищ.
ЦІЫХУХЭМ ФЕГУПСЫС
3. ЦІыху куэдым Хьисэ едэІуэну ягу щІрихьыр сытыт?
3 Библием зэритымкІэ, Хьисэ «цІыхухэм ягу илъыр» илъагъут (Ин. 2:25). Абы ищІэт ахэр зэгупсысыр икІи зыгуэр щІащІэм и щхьэусыгъуэр. Хьисэ фІы дыдэу къыгурыІуэт цІыхухэр зыхуэныкъуэр, абы къыхэкІкІэ, я гум лъэІэсыфт. Абы илъагъут цІыхухэр Алыхьым зэрыхуэныкъуэр икІи дин пашэхэм къагупсыса хабзэхэр абыхэм хуабжьу къазэрытехьэлъэр (Мт. 9:36; 23:4). А псор Хьисэ ищІэти, Іуащхьэм щыжиІа псалъэм цІыхухэм сэбэп къахуэхъун Іуэхугъуэхэм и гугъу щищІащ. Куэдым Хьисэ едэІуэну ягу ирихьт, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ар зытепсэлъыхьыр цІыхухэр зыгъэпІейтей упщІэхэрат.
4. ХъыбарыфІыр зыжетІэ цІыхухэм дызэрегупсысыр дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур? (Сурэтхэми феплъ.)
4 ХъыбарыфІыр зыжетІэ цІыхухэм дызэрегупсысыр дапхуэдэу зэредгъэлъэгъуфынур? Ахэр зыгъэгузавэр къызэрыдгурыІуэным дыхущІэкъун хуейщ. ШейтІаным и ІэмыщІэ илъ мы дунейм Іей куэд щыІэщ икІи дэтхэнэ зы цІыхури гугъуехь гуэрхэм пэщІохуэ. Ар дигу идгъэлъмэ, ди дежкІэ нэхъ тынш хъунущ хъыбарыфІыр зыжетІэхэм гущІэгъу яхуэтщІыну. Фегупсыс, фи щІыпІэм щыпсэу цІыхухэр зыгъэгузавэм теухуауэ хъыбарыщІэхэм зыгуэр щыжаІэу пІэрэ? Адэ-анэхэр школым щеджэ я сабийхэм зыгуэр къащыщІынкІэ шынэу пІэрэ? Е лэжьапІэ зымыгъуэтхэр нэхъыбэ хъуауэ пІэрэ? Библием къыдит гугъэр зимыІэ цІыхухэм мы «зэман гугъухэм» сыт хуэдэ гъащІэ ирахьэкІми фи нэгу къыщІэвгъэхьэ (2 Тим. 3:1; Ис. 65:13, 14).
ХъыбарыфІыр зыжефІэ цІыхухэр зыпэщІэхуэ гугъуехьхэр къызэрывгурыІуэным фыхущІэкъу икІи абыхэм гущІэгъу яхуэфщІу зевгъасэ (4 абзацым феплъ.)
5. Хьисэ дин пашэхэм сыткІэ къащхьэщыкІрэт? (Маттэ 11:28—30).
5 Хьисэ цІыхухэм зэрахущытым къыхэщт ахэр фІыуэ зэрилъагъур. Фарисейхэм елъытауэ, Хьисэ цІыху къызэрыгуэкІхэм зэи нэмыплъ яриттэкъым (Мт. 23:13; Ин. 7:49). Ар нэгъуэщІхэм пщІэрэ гуапагъэрэ хэлъу яхущытт. Хьисэ «и гур щабэт икІи пагагъэ хэлътэкъым». А псом и фІыгъэкІэ ар егъэджакІуэфІу щытт. (Къеджэ Маттэ 11:28—30.) Дэри цІыхухэм гуапагъэрэ пщІэрэ тхэлъу дахущытын хуейщ.
6. ХъыбарыфІым едэІуэну хуэмейхэм е ар дгъэІуну зэран къытхуэхъухэм гуапэу икІи пщІэ тхэлъу дахущытыну сыт къыддэІэпыкъунур?
6 Языныкъуэхэр хъыбарыфІым едэІуэну хуейкъым, уеблэмэ, ар дгъэІуну зэран къытхуохъу. Дапхуэдэу абы дызэрыхущытын хуейр? А Іуэхум мыхьэнэ едмытмэ, абыкІэ псори зэфІэкІыу пІэрэ? Хьэуэ. Хьисэ жиІащ: «Фи бийхэр фІыуэ флъагъу, фыкъэзылъагъу мыхъухэми фІы яхуэфщІэ. Къывэбгхэм Тхьэм и нэфІ къащыхуэну фахуелъэІу» (Лк. 6:27, 28). Дэ Хьисэ и чэнджэщхэм нэхъ тыншу дытетыфынущ, цІыхур къыдэдэІуэну щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэм дегупсысмэ. Пэжыр жыпІэмэ, языныкъуэхэр хъыбарыфІ гъэІуным зэран хуэхъуну хуейщ. Ауэ языныкъуэхэр къыдэпсэлъэну щІыхуэмейм и щхьэусыгъуэр хъыбарыфІым емыхьэлІауэ щытыфынущ. Псалъэм папщІэ, абыхэм унагъуэм пыщІауэ гугъуехь гуэрхэр яІэу, дэри имызэману дрихьэлІауэ щытынкІэ хъунущ. Дапхуэдэу мыхъуами, мы чэнджэщыр дэ къыддэІэпыкъунущ: «Псалъэ мышыухэр хэмыту, фи псалъэхэр ирегуапэ. Хэти жэуап зэрефтын хуейр зэвгъащІэ» (Кол. 4:6). Дэ цІыхухэм гущІэгъу яхуэтщІмэ икІи ахэр къызэрыдгурыІуэным дыхущІэкъумэ, абыхэм жаІэ псори ди жагъуэ хъунукъым икІи дазэрыдэІэпыкъун Іэмал къэтлъыхъуэнущ.
БИБЛИЕР КЪЭВГЪЭСЭБЭП
7. Хьисэ цІыхухэр щригъаджэкІэ, езым и щІэныгъэм щымыгугъыу, Алыхьым и Псалъэм зэрыщыгугъыр дапхуэдэу къызэригъэлъэгъуар? (Иуан 7:14—16).
7 Хьисэ и щІэныгъэм зэи щыгугътэкъым. Абы зыхуригъаджэр зытегъэщІар Алыхьым и Псалъэрат икІи абы итыр цІыхухэм къагурыІуэу, я гум къинэжын хуэдэут зэражриІэр. Библием щыжыІащ Хьисэ «торэт егъэджакІуэ пашэхэм яхуэмыдэу, тепщэныгъэшхуэ иІэу» цІыхухэр зэрыригъаджэу щытар икІи абы къедаІуэхэм ар хуабжьу ягъэщІагъуэт (Мк. 1:22; «Учебная Библия» жыхуаІэм ит «торэт егъэджакІуэ пашэхэм яхуэмыдэу» жыхуиІэ псалъэхэм хуэхьа комментарием феплъ). Хьисэ и зэманым торэт егъэджакІуэхэм я псалъэхэм лъабжьэ хуащІу щытар нэгъуэщІ торэт егъэджакІуэ цІэрыІуэхэм я псалъэхэрат. Ауэ Хьисэ сыт щыгъуи Алыхьым и Псалъэр къигъэсэбэпт. Хьисэ и Адэм и гъусэу уафэм зэрыщыпсэуам къыхэкІкІэ Іущагъышхуэ бгъэдэлът, ауэ абы ар зэи къигъэсэбэпакъым пщІэ лей зыхуригъэщІын е цІыхухэм мыхьэнэншэу закъыщигъэхъужын щхьэкІэ. Хьисэ сыт щыгъуи Алыхьым и мурадым икІи абы и Псалъэм гу лъригъатэт. (Къеджэ Иуан 7:14—16.) Апхуэдэу Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэм щапхъэшхуэ къахуигъэнащ.
8. Апостол Петр Хьисэ сыткІэ щапхъэ трихрэт?
8 Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэми хъыбарыфІыр щагъэІукІэ Алыхьым и Псалъэр къагъэсэбэпт. Псалъэм папщІэ, дигу къэдгъэкІыжынщ апостол Петр ди эрэм 33 гъэм, Пэнтэкост махуэшхуэм жиІауэ щыта псалъэр. Петр торэт егъэджакІуэхэм хуэдэу зыщІыпІи щеджатэкъым. Ауэ, абы емылъытауэ, Петр Алыхьым и Псалъэр къигъэсэбэпри, Мэссихьым теухуа пророчествэхэр Хьисэ деж гъэзэщІа зэрыщыхъуар цІыхухэм къагуригъэІуащ (Апост. 2:14—37). Сыт абы кърикІуар? Петр жиІам едэІуахэм щыщу цІыху 3000 хуэдизым гуфІэжу псым зыщІагъэуащ (Апост. 2:41).
9. НэгъуэщІхэр щедгъаджэкІэ Библиер къэдгъэсэбэпын щІыхуейр сыт?
9 ЦІыхухэм я гум улъэІэсын щхьэкІэ Алыхьым и Псалъэм нэхърэ нэхъ ІэмэпсымэфІ щыІэкъым (Евр. 4:12). Аращи, цІыхухэр щедгъаджэкІэ дэ Библиер къэдгъэсэбэпын хуейщ. Дэ дгъэІуну дызыхуейр ди гупсысэхэракъым, атІэ «Алыхьым и псалъэращ» (2 Тим. 4:2, ДЩІ). Притчи 2:6 щыжыІащ: «Іущагъыр къызыбгъэдэкІыр Иеговэщ, абы щІэныгъэмрэ зэхэщІыкІымрэ къыжьэдокІ». Библиер къэдгъэсэбэпу цІыхухэр щедгъаджэм деж, езы Иеговэ псэлъэну Іэмал етту жыпІэ хъунущ (Мал. 2:7). Дэ адрейхэм къедгъэщІэну дыхуейщ Библием итыр цІыхум и Іущагъым куэдкІэ къызэрыщхьэщыкІыр. А тхылъыр Алыхьым и къару лъапІэмкІэ иригъэтхащ икІи абы ит щІэныгъэр къыддоІэпыкъу Алыхьри дгъэгуфІэну, насыпыфІэуи дыпсэуну (2 Тим. 3:16, 17).
10. ЦІыхум иджыр Библиерауэ зэрыщытыр къыгурыІуэн щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур?
10 ЦІыхур ебгъэджэну зыщыбгъэхьэзырым деж, Библием зыхуригъасэр ебгъэлъэгъун щхьэкІэ, сыт хуэдэ едзыгъуэхэр къэбгъэсэбэп хъунуми егупсыс. Дэ видеохэмрэ сурэтхэмрэ къэдгъэсэбэпми, нэхъыбэу гулъытэ зыхуэтщІыр Библиеращ. Аращи, зэпкърыфх темэр зытегъэщІа едзыгъуэ нэхъыщхьэхэр къызэІуфхыурэ, ебгъаджэр абыхэм егупсысыну дэІэпыкъу. Сурэтхэмрэ видеохэмрэ щызэпкърыфхкІэ, абыхэм зи гугъу ящІ Библием ит принципхэр цІыхум къыгурыІуэрэ къыгурымыІуэрэ зэхэгъэкІ. Ауэ абы къикІкъым уэ куэд жыпІэн икІи урокым ит едзыгъуэ псоми укъеджэн хуейуэ. Фызэджа дэтхэнэ едзыгъуэми егупсысыну цІыхум зэман ет. Иныкъуэхэм деж фызэджа едзыгъуэм къытевгъэзэжу фыкъеджэжын хуеинкІэ хъунущ. Мы чэнджэщхэр къэдгъэсэбэпмэ, дэ дджынур тхылъкъым, сурэткъым икІи видеокъым, атІэ Библиеращ (1 Кор. 2:13).
11, 12. 1) ШыІэныгъэ тхэлъу дапхуэдэу цІыхухэр Библие зэредгъаджэ хъунур? (Апостолхэм 17:1—4). (Сурэтми феплъ.) 2) Библием теухуауэ языныкъуэхэм ямыщІэр сыт икІи дэ абыхэм дапхуэдэу дадэІэпыкъуфыну?
11 Библием зыхуригъаджэ гуэрым цІыхур занщІэу арэзы темыхъуэмэ, 2 Тимофей 4:2 зэритым хуэдэу, шыІэныгъэ гъэлъагъуэ. КъыбгурыІуэну тыншу къыпщыхъу пэжхэр языныкъуэ цІыхухэм къагурыІуэн щхьэкІэ, зэман нэхъыбэ хуейщ. Апостол Паул Фессалоникэ къалэм хъыбарыфІыр щигъэІуам щыгъуэ, абы жиІэр журтхэм зэхащІыкІын щхьэкІэ, мызэ-мытІэу къытригъэзэжурэ, Тхыгъэ ЛъапІэм итыр къагуригъэІуэн хуей хъуащ. (Къеджэ Апостолхэм 17:1—4.)
12 ЦІыхур Библием щедгъаджэкІэ иджыри шыІэныгъэ зэрыдгъэлъагъуэ хъуну зы Іэмалыр — ар упщІэхэр абы етту, жэуапым дыпэплъэныращ. ЦІыхум жиІэм фІыуэ едаІуэ икІи абы и гупсысэкІэр къыбгурыІуэну хущІэкъу. ИужькІэ фызытепсэлъыхь темэм теухуауэ Библием ит едзыгъуэхэр зэпкърыфхи, Алыхьым и еплъыкІэр къыгурыІуэну цІыхум дэІэпыкъу. Абы нэмыщІ зыщомыгъэгъупщэ языныкъуэ цІыхухэм Библием итыр зэрамыщІэр. Апхуэдэ цІыхум тхылъымпІэм тедза Библиер ебгъэлъагъу хъунущ. «ДунеищІэкІэ» еджэу зэрадзэкІа Библием и щІэдзапІэм деж, «Знакомство с Библией» жыхуаІэ разделыр иІэщ. Едгъаджэм ар едгъэлъагъумэ, абы къыгурыІуэнущ мыхьэнэшхуэ зиІэ щІэныгъэ куэд Библием зэритыр. Псалъэм папщІэ, абы ит чэнджэщхэр сэбэп къызэрытхуэхъум цІыхум гу лъедгъатэ хъунущ. А разделым и 15 темэр насыпыфІэ дызэрыхъуфынум топсэлъыхьри, абы ит зы едзыгъуэ е едзыгъуитІ цІыхум и гъусэу зэпкърых. Алыхьым и Псалъэм щІэлъ къарум ебгъаджэм гу лъебгъатэмэ, абы къищІар и гъащІэм къыщигъэсэбэпыфынущ икІи нэхъыбэж къищІэну гукъыдэж иІэфынущ.
ЕгъэджакІуэфІыр куэд жызыІэракъым, атІэ жаІэм фІыуэ едаІуэращ (11, 12 абзацхэм феплъ.)
ИЕГОВЭ ГЪУНЭГЪУ ЗЫХУАЩІЫНУ ЦІЫХУХЭМ ФАДЭІЭПЫКЪУ
13. ЦІыхухэр щедгъаджэм деж хэт дэ гу зылъедгъэтэн хуейр? Щапхъэ къэфхь.
13 Дэ ди мурадыр — цІыхухэм Иеговэ къацІыхуу, абы гъунэгъу зыхуащІыну дадэІэпыкъуныращ (Екъуб 4:8). Дэ ди лэжьыгъэр театрым и сценэр къэзыгъэнэхум и лэжьыгъэм ебгъэщхь хъунущ. Спектаклыр щекІуэкІкІэ, абы нэхур езым зытримыгъапсэу, сценэм итхэм ятрегъапсэ, абыхэм нэхъ гу лъатэн щхьэкІэ. Дэри зыгуэр щедгъаджэкІэ гу зылъедгъэтэн хуейр ди щхьэракъым, атІэ Иеговэщ.
14. Ебгъаджэм Иеговэ игъэгуфІэну дапхуэдэу узэрыдэІэпыкъу хъунур?
14 Ебгъаджэ цІыхум Иеговэ фІыуэ илъагъуну дэІэпыкъу. Апхуэдэу пщІэмэ, Алыхьыр игъэгуфІэну абы гукъыдэж иІэ хъунущ (Прит. 27:11). Дэ ауэ сытми цІыхур Иеговэ и Щыхьэт хъуну дыдэІэпыкъу къудейуэ аракъым, атІэ Алыхьым хуиІэ лъагъуныгъэм къыхэкІкІэ, абы и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэ хилъхьэну дыхуейуэ аращ. Псалъэм папщІэ, ебгъаджэ цІыхум хьэл мыхъумыщІэ гуэр зыхинэну къегугъуэкІыу жытІэнщ. Апхуэдэу щытмэ, абы мыпхуэдэ упщІэхэр епт хъунущ: «Сыт а Іуэхур Иеговэ щІилъагъу мыхъур? Уэ уигу ирихь гуэр къэбгъэнэну Иеговэ щІыхуейр сыт? Иеговэ фІыуэ укъызэрилъагъур дапхуэдэу абы къызэрыхэщыр?» ЦІыхур Иеговэ теухуауэ егупсысыну нэхъыбэу хуэбгъэушыху, зыми хуэмыдэ Адэ дызэриІэр абы нэхъыфІу къыгурыІуэнущ. Абы и фІыгъэкІэ едгъаджэм Иеговэ игъэгуфІэну гукъыдэж иІэ хъунущ.
ЦІЫХУХЭР ЗЭРЕВГЪАДЖЭ ЩІЫКІЭМ АДЭКІИ ЕВГЪЭФІАКІУЭ
15. ЦІыхухэр зэребгъаджэ щІыкІэм адэкІи ебгъэфІэкІуэну сыт къыбдэІэпыкъунур?
15 ЦІыхухэр зэребгъаджэ щІыкІэм ебгъэфІэкІуэн щхьэкІэ, Иеговэ къыбдэІэпыкъуну елъэІу (1 Ин. 5:14). Абы иужькІэ уи тхьэлъэІум утетыным мыхьэнэшхуэ иІэщ. ЦІыхухэр зэредгъаджэ хъуным теухуауэ зэІущІэхэм къыщыдат чэнджэщхэм фІыуэ едаІуэ. Абы нэмыщІ егъэджакІуэфІу щыт къуэш, шыпхъухэр Библие джыным къебгъэблагъэ хъунущ. Библиер вджа иужькІэ сытым уелэжь хъунуми къебгъэблэгъам еупщІ. Иджыри ебгъаджэм и пІэ зигъэувэ икІи зыщомыгъэгъупщэ, фызэджэнум уэ фІыуэ хэпщІыкІми, абы зыри зэрыхимыщІыкІыр. Ебгъаджэм къилъэгъуну дэІэпыкъу абы зригъэгъуэт щІэныгъэхэм иджыпстуи, къэкІуэну зэманми фІыгъуэ куэд къызэрыхуихьынур. Абы ар нэгъэсауэ насыпыфІэ ищІыфынущ икІи Иеговэ и ныбжьэгъу хъуну хуигъэушыфынущ (Пс. 1:1—3).
16. ЦІыхухэр зэредгъаджэ щІыкІэм сыт щыгъуи едгъэфІэкІуэным мыхьэнэшхуэ щІиІэр сыт?
16 Иеговэ теухуа пэжхэр цІыхухэм къыщедгъащІэм деж, абы гуфІэгъуэшхуэ къытхуехь. ДунеищІэми дэ цІыхухэр едгъэджэн хуей хъунущ. Абы къыхэкІкІэ, зэредгъаджэ щІыкІэм сыт щыгъуи едгъэфІэкІуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ. Аращи, хъыбарыфІыр зыжетІэхэм дегупсысынщ, Библиер къэдгъэсэбэпынщ икІи цІыхухэр щедгъаджэкІэ ди щхьэм гу лъедмыгъатэу, Иеговэ гу лъедгъэтэнщ.
65 УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!