2026 ГЪЭ, АВГУСТЫМ И 24—30
65 УЭРЭДЫР ИпэкІэ фыкІуатэ!
Фи гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм фадэлажьэ
«ЦІыху пэжхэм я зэхуэсым сыхэту, сигу псомкІэ Иеговэ згъэлъэпІэнущ» (ПС. 111:1).
ДЭ ДЫТЕПСЭЛЪЫХЬЫНУЩ
Ди гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм дазэрыдэлажьэм сыт хуэдэ фІыгъуэ къыпэкІуэми.
1, 2. Къуэш, шыпхъу куэдыр я гупым дэлэжьэну яІэ Іэмалым дапхуэдэу зэрыхущытыр?
ХЪЫБАРЫФІ гъэІуным ухэтыну хуит ущащІа махуэр пщІэжрэ? Абы щыгъуэ уэ Иеговэ и цІэр зыгъэлъапІэ унагъуэшхуэм щыщ ухъуащ (Пс. 148:1, 2, 12, 13). Ауэ а махуэм уэ иджыри хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа гупми щыщ ухъуащ. А гупхэм цІыху куэд хэмытми, абыхэм мыхьэнэшхуэ яІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ ахэр къыддоІэпыкъу ди къалэныр дгъэзэщІэну — Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр «щІылъэ псом» щыдгъэІуну (Мт. 24:14).
2 Уи гупым удэлэжьэну уиІэ Іэмалым дапхуэдэу узэрыхущытыр? Абы теухуауэ ди шыпхъу Уэ́ндиa къыддогуашэ: «Си гупым щыщ дэлъху, шыпхъухэм сазэрыдэлажьэм и фІыгъэкІэ, хъыбарыфІыр зэрызгъэІумрэ цІыхухэр зэрезгъаджэмрэ езгъэфІэкІуэну Іэмал сиІэщ. Гупым сызэрыдэлажьэр иджыри къыздоІэпыкъу Алыхьым гъунэгъу сыхуэзыщІ мурадхэр згъэувыну икІи абыхэм сыхущІэкъуну. Абы нэмыщІ игъащІэ псокІэ ныбжьэгъу пэж схуэхъуну цІыхухэр къэзгъуэтащ». Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт ди къуэш Рич жеІэ: «Гупым и нэхъыжьу сыщытыну си дежкІэ пщІэшхуэщ. Къуэш, шыпхъухэр Библиер зыдж цІыхум доІэпыкъу щІэныгъэхэр зригъэгъуэтыну икІи псым зыщІигъэуэн щхьэкІэ и гъащІэм зэхъуэкІыныгъэхэр хилъхьэну. Ауэ гупым и нэхъыжьым ІэмалыфІ иІэщ апхуэдэ цІыхум псым зыщІигъэуа иужь, адэкІи Алыхьым гъунэгъу зыхуищІыну дэІэпыкъуну». Да́йнэ зи цІэ ди шыпхъури къыддогуашэ: «Си гупым щыщхэм сыдэлэжьэну сэ зыкІэ си гуапэщи! Ахэр си унагъуэм хуэдэщ».
3. Мы статьям сыт щызэпкърытхынур?
3 Мы статьям дэ япэщІыкІэ дытепсэлъыхьынущ гупым и нэхъыжьымрэ абы и дэІэпыкъуэгъумрэ я къалэным сыт хыхьэми икІи къэтлъэгъунущ абыхэм я нэІэ гупым щыщхэм дапхуэдэу трагъэтми. ИужькІэ и гугъу тщІынущ дапхуэдэу дэтхэнэ зыри ди гупым дыдэлажьэ хъунуми. ИкІэм-икІэжым дэ гу лъыттэнущ ди гупым дызэрыдэлажьэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къытхуихьми.
ГУПЫМ И НЭХЪЫЖЬЫМРЭ АБЫ И ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУМРЭ
4. 1) Гупым и нэхъыжьым и къалэн нэхъыщхьэу щытыр сыт? 2) Гупым и нэхъыжьым гупым щыщхэм дапхуэдэу и нэІэ зэрытригъэтыр? («Гупхэм я нэхъыжьхэм хуэгъэза чэнджэщхэр» жыхуиІэ рамкэм феплъ.)
4 Гупым и нэхъыжьу щытыну къуэшыр къыхэзыхыр зэхуэсым и нэхъыжь гупыращ. А къуэшыр езыри зэхуэсым и нэхъыжьуb щытщ икІи абы и къалэнщ и гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм Иеговэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуну ядэІэпыкъуну. Дапхуэдэу абы ар зэрищІэр? Япэрауэ, а къуэшым и гум къыбгъэдэкІыу и гупым щыщ дэтхэнэ зыми гулъытэ хуещІ (Прит. 27:23, Гъэсэпэтхыдэхэр). Абы и гупым щыщхэр фІыуэ ецІыху икІи я Іуэхур зытетыр къищІэн щхьэкІэ, щІэх-щІэхыурэ абыхэм щІоупщІэ. Абы и фІыгъэкІэ ар и гупым щыщхэм доІэпыкъу я фІэщхъуныгъэр быдэу щытыну. Иджыри ахэр зыгуэркІэ щыгузавэм е хуабжьу щынэщхъейм деж, а къуэшыр абыхэм лъагъуныгъэ хэлъу хущытщ икІи ІуэхукІэ щІэгъэкъуэн яхуохъу (Прит. 12:25; Ис. 32:2; Екъуб 2:15—17). ЕтІуанэрауэ, ар и гупым щыщ дэтхэнэ зыми доІэпыкъу хъыбарыфІ гъэІуным нэгъэсауэ хэтыну. А къуэшыр хущІокъу и гупым щыщхэм я гъусэу тхьэмахуэ къэс хъыбарыфІ гъэІуным хэтыну. Апхуэдэу абы ахэр егъэгушхуэ икІи хъыбарыфІыр зэрагъэІур ирагъэфІэкІуэну ядоІэпыкъу. Ар зэІущІэ кІэщІхэм щыхэмытыфым деж, и дэІэпыкъуэгъум е нэгъуэщІ гуэрым йолъэІу и пІэкІэ а зэІущІэр иригъэкІуэкІыну. Ещанэрауэ, ар псым зыщІэзыгъэуа къуэшхэм ядоІэпыкъу, пщІэ зыпылъ къалэнхэр абыхэм къыхуагъэфэщэн щхьэкІэ (1 Тим. 3:1). Гупым и нэхъыжьыр апхуэдэ къуэшхэм и гум къыбгъэдэкІыу щотхъу, Библием тегъэщІа чэнджэщхэр ярет, абы нэмыщІ егъасэ, ахэр зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъу икІи и нэхъыжь хъуфын щхьэкІэ. Зэрытлъагъущи, гупым и нэхъыжьым мыхьэнэшхуэ зиІэ лэжьыгъэ ирегъэкІуэкІ. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм гупым кІэлъыплъыну къыхахыр а къалэнхэр фІыуэ зыгъэзэщІэфыну къуэшхэращ.
5. Гупым и нэхъыжьу щыт языныкъуэ къуэшхэр сыт хуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэрэ?
5 Гупым и нэхъыжьыр и гупым щыщхэм щадэІэпыкъукІэ, гугъуехь гуэрхэр иІэфынущ. Германием щыщ ди къуэш Йёрг ар и щхьэкІэ игъэунэхуащ. Зэхуэсым и нэхъыжьу щыт адрей къуэшхэми хуэдэу, абы зэхуэсым къалэн зыбжанэ щигъэзэщІэн хуей мэхъу. Йёрг жеІэ: «Къалэн куэд ущиІэм деж ахэр бгъэзэщІэну тыншкъым. ДауикІ, сэ мурад сиІэщ си гупым щыщ дэтхэнэ зыми и Іуэхур зыІутым щыгъуазэу сыщытыну, ауэ ар згъэзэщІэну си дежкІэ тыншкъым». Угандэ щыщ, илъэс 70 хъу ди къуэш Э́йбел зэхуэсым и нэхъыжьу щытщ. Абы жеІэ: «Ди зэхуэсым хэт нэхъыжьхэмрэ дэІэпыкъуэгъухэмрэ мащІэ дыдэщ. Ауэ хъыбарыфІ гъэІуным пыщІа гупхэм хэт къуэш, шыпхъухэр куэд мэхъу. Апхуэдэу зэрыщытым щхьэкІэ, си гупым щыщ дэтхэнэ зыми сэ сызэрыхуейм хуэдэу, щІэх-щІэхыурэ гулъытэ хуэсщІыфкъым». Суринам щыщ, О́бед зи цІэ зэхуэсым и нэхъыжьми жеІэ: «Сэ сигу ирохь къуэш, шыпхъухэм Алыхьым зэрыхуэлажьэр ирагъэфІэкІуэну садэІэпыкъуну. Ауэ а Іуэхум къарурэ зэман куэдрэ ехь икІи абы кърикІуар занщІэу нэрылъагъу хъукъым. Абы къыхэкІкІэ сэ щІэх-щІэхыурэ нэгъуэщІ Іуэхухэм япэ увыпІэр изот». Апхуэдэ гугъуехьхэм пэщІэхуэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм сыт къадэІэпыкъунур?
6. Гупым хэтхэр нэхъ мащІэху, абы и нэхъыжьым и къалэныр нэхъыфІу щІигъэзэщІэфыр сыт?
6 Гупхэм щыщ къуэш, шыпхъухэр куэд мыхъумэ нэхъыфІщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ апхуэдэм деж гупым и нэхъыжьым дэтхэнэ зыри нэхъыфІу зригъэцІыхуфынущ икІи абы и фІэщхъуныгъэр быдэу къэнэну дэІэпыкъуфынущ. Ауэ зэхуэсым и нэхъыжьхэр мащІэмэ-щэ? Гупым щыщ къуэш, шыпхъухэр куэд хъумэ, къуэшым и къалэныр нэгъэсауэ хуэгъэзэщІэнукъым. Абы къыхэкІкІэ зэхуэсым и нэхъыжьхэм унафэ ящІыфынущ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъур зэман гуэркІэ гупхэм языхэзым кІэлъыплъыну. Гупыр нэхъ цІыкІуху, абы и нэхъыжьым гупым щыщхэм гулъытэ нэхъ тыншу яхуищІыфынущ.
7. Зэхуэсым щыІэ нэхъыжьхэр мащІэмэ, гупым и нэхъыжьым сыт ищІэ хъунур и гупым щыщ дэтхэнэ зыми и нэІэ тригъэтын щхьэкІэ? (1 Петр 5:2). (Сурэтми феплъ.)
7 Уи зэхуэсым щыІэ нэхъыжьхэр мащІэмэ икІи уэ гупым и нэхъыжьу ущытмэ, уи дэІэпыкъуэгъуу щыт къуэшыр зэрыбгъэсэным къару ехьэлІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, ар къыбдэІэпыкъуфынущ Иеговэ и мэл цІыкІухэм уи нэІэ тебгъэтыну. (Къеджэ 1 Петр 5:2.) Уи дэІэпыкъуэгъум къалэн зэмылІэужьыгъуэхэр ет. Псалъэм папщІэ, абы щІэх-щІэхыурэ зэІущІэ кІэщІыр иригъэкІуэкІ икІи хъыбарыфІ гъэІуныр къызэригъэпэщ хъунущ. Абырэ уэрэ фызэхуэзэурэ, Иеговэ тхьэлъэІукІэ зыхуэвгъэза иужь, гупым щыщхэм дапхуэдэу фадэІэпыкъу хъунуми фытепсэлъыхь, псалъэм папщІэ, хъыбарыфІ гъэІуныр зэрырагъэфІэкІуэным икІи я фІэщхъуныгъэр нэхъ быдэ зэращІыным теухуауэ. Уи гупым щыщ къуэш, шыпхъухэр бгъэгушхуэну ущыкІуэм деж уи дэІэпыкъуэгъур къыздэщтэ. Абы ипи иужьи уи дэІэпыкъуэгъум сэбэп къыхуэхъун чэнджэщхэр ет. Зэман гуэр дэкІмэ, абыи зы гуп и ІэмыщІэ иралъхьэфынущ (2 Тим. 2:2). Гупым щыщ Иеговэ и еплъыкІэ зиІэ къуэш, шыпхъухэри зыдэбгъэІэпыкъу хъунущ. Апхуэдэу пионерхэри Иеговэ куэд щІауэ хуэлажьэхэри, хъыбарыфІ гъэІуныр щІэзыдзагъащІэхэм дэІэпыкъу хъунущ абыхэм псалъэмакъыр щІадзэфу, етІуанэу трагъэзэжыфу икІи Библие джыныр ирагъэкІуэкІыфу зрагъэсэн щхьэкІэ. АдэкІэ дыхэплъэнщ ди гупым щыщхэм дазэрыдэІэпыкъу хъуну Іэмалищым.
Зэхуэсым и нэхъыжьым и гупым щыщ зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъур игъэсэфынущ, псалъэм папщІэ, зэІущІэ кІэщІыр иригъэкІуэкІыну къалэн ириту (7 абзацым феплъ.)
УИ ГУПЫМ ЩЫЩ КЪУЭШ, ШЫПХЪУХЭМ ДЭІЭПЫКЪУЭГЪУ ЯХУЭХЪУ
8. Ди гупым щыщхэм дапхуэдэу дазэрыдэІэпыкъуфынур? (Рим 1:12).
8 Уи гупым щыщхэм я гъусэу хъыбарыфІыр гъэІу. Апхуэдэу щытщІэм деж, дэ зыр зым и фІэщхъуныгъэр догъэбыдэ. (Къеджэ Рим 1:12.) Уи гупым и гъусэу хъыбарыфІыр щыбгъэІум деж нэхъ умышынэу икІи нэхъ тегушхуэгъуафІэу ущытынущ. Уи лэжьыгъэм и зэранкІэ уи гупым и гъусэу хъыбарыфІ гъэІуныр щІэх-щІэхыурэ блэбгъэкІмэ, узыгъэлажьэм уи графикыр ихъуэжыну уемылъэІуфыну пІэрэ? Уимыгугъэххауэ, абы ущылажьэ зэманыр пхуихъуэжынкІэ хъунущ (Неем. 2:4—6). Узыншагъэ узэримыІэм е уи ныбжьыр зэрыхэкІуэтам къыхэкІкІэ, зэІущІэ кІэщІхэм укІуэну къогугъуэкІмэ, уи гупым и нэхъыжьым абы теухуауэ жеІэ. Ар къыбдэІэпыкъуфынущ зэІущІэ кІэщІхэм видеосвязькІэ зыпыпщІэну икІи хъыбарыфІыр телефонкІэ е письмокІэ бгъэІуну. Ауэ уэ ущІалэми, узыншагъэ быдэ уиІэми, хъыбарыфІ гъэІуным бломыгъэхуу ухэтыну къогугъуэкІмэ-щэ? Абы щыгъуэ а Іуэхум тхьэмахуэ къэс ухэтын щхьэкІэ, уи гупым щыщхэм зэман иІэу уагурыІуэ хъунущ. Иджыри уэ уегупсысын хуейуэ къыщІэкІынущ уи гъащІэм япэ ибгъэщын хуейм икІи зэманыр нэхъыфІу къызэрыбгъэсэбэпыным теухуауэ (Рим 12:11; Кол. 4:5). Уэ къару епхьэлІэм фІыгъуэ куэд къыпэкІуэнущ. Ауэ псом хуэмыдэу Иеговэ къыбдэІэпыкъуну уелъэІуным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ «ухуеинуи блэжьынуи лъэкІыныгъэ» абы къыуитыфынущ (Флп. 2:13).
9. Ди гупыр зы унагъуэм хуэдэу щытын щхьэкІэ, сыт тщІэ хъунур? (Рим 12:13).
9 ХьэщІагъэ гъэлъагъуэ. ХьэщІагъэ щыдгъэлъагъуэм деж, ди гупым щыщхэм фІыуэ къызэралъагъур зыхедгъэщІэфынущ. (Къеджэ Рим 12:13.) ЗэІущІэ кІэщІхэр уи унэм щебгъэкІуэкІыфыну пІэрэ? Языныкъуэ зэхуэсхэм щыІэ гупхэм захъуэжурэ псалъэ жызыІэну къэкІуа къуэшыр хьэщІапІэ кърагъэблагъэ. Зы гуп гуэрым и чэзур къыщысам деж, ахэр зэгъусэу шэджагъуашхэ ящІыну икІи зэдэуэршэрыну зэхуозэ, псалъэ жызыІэ къуэшыр абы кърихьэлІэфынуми къримыхьэлІэфынуми. Специальнэ пионеру лажьэ ди шыпхъу Са́рэ къыддогуашэ: «ХьэщІэ къыщезгъэблагъэм деж сэ сыт щыгъуи согузавэ, абы къыхэкІкІэ тыншу схуэпщэфІын шхын фІэкІа сщІыкъым. Абы щыгъуэ сэ си акъылыр зытезухуэр ерыскъыракъым, атІэ хьэщІэхэр нэхъыфІу зэрызэзгъэцІыхуныращ». Дэ хьэщІагъэ дгъэлъагъуэмэ, Иегови нэхъ гъунэгъу дыхуохъу, дэри зы унагъуэм хуэдэу дохъу (Неем. 8:10; Апост. 20:35).
10. ХъыбарыфІыр зэрыбгъэІур зыгуэркІэ ебгъэфІэкІуэну ухуеймэ, сыт пщІэ хъунур? (Притчи 1:5; 27:17). (Сурэтми феплъ.)
10 ХъыбарыфІыр зэрыбгъэІур ебгъэфІэкІуэн щхьэкІэ къару ехьэлІэ. Апхуэдэу пщІэмэ, уи гупым и гъусэу хъыбарыфІыр бгъэІуну нэхъ уигу ирихьурэ кІуэнущ. А Іуэхур зыгуэркІэ ебгъэфІэкІуэну ухуейт? Ухуейуэ щытмэ, уэ езым япэ лъэбакъуэ пчыуэ, уи гупым щыщ пионеру лажьэ гуэрым е куэд щІауэ Иеговэ хуэлажьэ къуэшым е шыпхъум къыбдэІэпыкъуну уелъэІу хъунущ (Къеджэ Притчи 1:5; 27:17.) Абы нэмыщІ уи мурадым теухуауэ уи гупым и нэхъыжьым жеІэ. Ар къыбдэІэпыкъунущ уи мурадыр къохъулІэну. Ди шыпхъу Хе́дер, зэрыукІытэхым емылъытауэ, и гупым щыщ пионеру лажьэ шыпхъум къыдэІэпыкъуну елъэІуащ. Хедер жеІэ «Сэ сыхуейт къытезгъэзэжу цІыхухэм сепсэлъэну ар къыздэІэпыкъуну. А шыпхъур гуапэу, лъагъуныгъэ хэлъу къысхущытт икІи щІэх-щІэхыурэ хъыбарыфІ гъэІуным сыкъыздищтэт. Уеблэмэ, ар къыздэІэпыкъуащ къытезгъэзэжурэ сызэпсалъэ цІыхубзым и гъусэу Библие джыныр щІэздзэну. Сыту фІыт абы сызэрелъэІуар! Иджы сэ хъыбарыфІ гъэІуным гуфІэгъуэ къысхуихьу сыхъужащ». Зэрытлъагъущи, дэ псори ди гупым щыщхэм Іэмал зэмылІэужьыгъуэкІэ дадэІэпыкъуфынущ.
Гупхэм цІыху куэд зэрыхэмытым и фІыгъэкІэ, ди дежкІэ нэхъ тынш мэхъу нэгъуэщІхэр зэдгъэцІыхуну икІи абыхэм я гъусэу хъыбарыфІыр дгъэІуну (10 абзацым феплъ.)
УИ ГУПЫМ УЗЭРЫДЭЛАЖЬЭМ КЪЫПХУИХЬ СЭБЭПЫНАГЪЫР
11, 12. Уи гупым узэрыдэлажьэм сыт хуэдэ сэбэпынагъ къыпхуихьрэ? Щапхъэ къэхь.
11 ФІэщхъуныгъэ быдэ диІэну къыддоІэпыкъу. Уи гупым узэрыдэлажьэм къыпэкІуэ сэбэпынагъым теухуауэ щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ. Псалъэм папщІэ, гупым и нэхъыжьыр игъуэу дэІэпыкъуфынущ фызабэхэм, зеиншэхэм, ныбжь зиІэхэм. Абыхэм Иеговэ псом хуэмыдэу лъагъуныгъэ хэлъу хущытщ (1 Фес. 2:8; Екъуб 1:27). Иджыри дэ псори зыдогъасэ хъыбарыфІыр зэрыдгъэІумрэ цІыхухэр зэредгъаджэмрэ едгъэфІэкІуэну. Абы нэмыщІ псым зыщІэзыгъэуа, щапхъэ зытепх хъуну къуэшхэр зэхуэсым пщІэ зыпылъ къалэнхэр зэрыщагъэзэщІэным хуагъэхьэзыр (1 Тим. 3:10).
12 ИпэкІэ зи гугъу тщІа ди шыпхъу Уэнди и гупым зэрыдэлажьэм къыхуихь сэбэпынагъымкІэ къыддогуашэ. Абы жеІэ: «Си адэр пэжым зэрыпэщІэувэм къыхэкІкІэ, си анэр ди гупым и гъусэу тхьэмахуэ къэс хъыбарыфІ гъэІуным хэтыфтэкъым. Ауэ сэ сыхэтыну къысхуидэти, сыкІуэт. Зи ныбжь хэкІуэта, пионеру лажьэ ди зы шыпхъур къыздэІэпыкъуу щІидзащ икІи абы и фІыгъэкІэ зэхуэсымрэ хъыбарыфІ гъэІунымрэ сэбэп къыщысхуэхъу хьэл-щэнхэр зыхэслъхьэфащ. Абы нэмыщІ гупым и нэхъыжьым мызэ-мытІэу Библием тегъэщІа чэнджэщхэр щабэу къызитащ. Ахэр иджыри къэс си гум илъщ икІи къызогъэсэбэп».
13. Уи гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм уащыдэлажьэкІэ, ахэр дапхуэдэу къызэрыбдэІэпыкъуфынур? (Сурэтми феплъ.)
13 ФІыуэ дыкъэзылъагъу ныбжьэгъухэр диІэщ. Ди гупым щыщ къуэш, шыпхъухэм дащыдэлажьэм деж, ди зэхуаку дэлъ ныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ мэхъу (Флп. 1:27). Гупхэм къуэш, шыпхъу куэд зэрыхэмытым къыхэкІкІэ, укІытэхыу щытхэм е цІыху Іувым хэмытыфхэм нэхъ тыншу ныбжьэгъу къагъуэтыф (2 Кор. 6:13). Иджыри ди гупым щыщхэр зэман гугъухэм щІэгъэкъуэн къытхуэхъуфынущ, псалъэм папщІэ, дыщысымаджэм, хуабжьу дыщынэщхъейм е фІыуэ тлъагъу гуэр лІэныгъэм щытІэщІихам деж (1 Фес. 5:14). Языныкъуэ гугъуехьхэр мыкІуэдынкІи хъунущ, ауэ абыхэм нэхъ тыншу дыпэлъэщыфынущ фІыуэ дыкъэзылъагъу икІи къыддэІэпыкъуну хьэзыр къуэш, шыпхъухэр дызэриІэм и фІыгъэкІэ (Прит. 17:17). КъэкІуэну зэманми апхуэдэ ныбжьэгъухэм дэ псом хуэмыдэу дыхуэныкъуэнущ (Мт. 24:21).
Зы гупым щыщ шыпхъуитІыр зэгъусэу хъыбарыфІ гъэІуным макІуэ (13 абзацым феплъ.)
14. Гузэвэгъуэшхуэхэм деж, ди гупым щыщхэр дапхуэдэу щІэгъэкъуэн къызэрытхуэхъуфынур?
14 ІуэхукІэ щІэгъэкъуэн къытхуэхъун диІэщ. Ди гупым щыщ къуэш, шыпхъухэр щІэгъэкъуэн къытхуэхъуфынущ узыншагъэм пыщІауэ псынщІэу дэІэпыкъуэгъу дыщыхуэныкъуэм, гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъум, уз зэрыцІалэ гуэрым псынщІэу зыщиубгъум, ахъшэм пыщІа гугъуехьхэр щыщыІэм е къэрал унафэщІхэм гугъу дыщрагъэхьым деж. Псалъэм папщІэ, дэтхэнэ зы зэхуэсми «служебный комитет» жыхуаІэмрэ гупхэм я нэхъыжьхэмрэ зэгъусэу траухуэ, псом хуэмыдэу дэІэпыкъуэгъу хуэныкъуэхэм щІэгъэкъуэн зэрыхуэхъуну щІыкІэр. Гузэвэгъуэшхуэ гуэр къыщыхъум деж, гупым и нэхъыжьым зэхегъэкІ и гупым щыщ дэтхэнэ зыри здэщыІэр икІи ахэр зыхуэныкъуэр. Псалъэм папщІэ, ар абыхэм я узыншагъэм щІоупщІэ икІи къещІэ шхын, псы, щыгъын, зыщІэсын яІэрэ ямыІэрэ. Ар зэхигъэкІа иужь, гупым и нэхъыжьым хузэфІэкІыу хъуар ещІэ, и гупым щыщхэм зыхуэныкъуэу хъуар къаІэрыхьэн щхьэкІэ. Сыту фІы апхуэдэ гупхэр дызэриІэр!
15. Иеговэ и организацэм дапхуэдэу зэкъуэт дызэрищІыр?
15 Статьям и щІэдзапІэм зэрыщыжытІащи, Иеговэ и организацэр инышхуэщ. Абы хохьэ уафэм щыІэ мелуан щэ бжыгъэ хъу, уеблэмэ, миллиард бжыгъэ хъу мелыІычхэр. Иджыри абы хохьэ щІылъэм щыІэ мелуанибгъум щІигъу Иеговэ и лэжьакІуэхэр икІи абыхэм я бжыгъэр махуэ къэс хохъуэ (Зах. 8:23; Апок. 5:11). Иеговэ и лэжьакІуэ псоми — уафэм щыІэхэми щІылъэм щыІэхэми — къару ирахьэлІэ, Алыхьым и Пащтыхьыгъуэм теухуа хъыбарыфІыр зэрыхъукІэ цІыху нэхъыбэм лъагъэІэсын щхьэкІэ (Апок. 14:6, 7). Аращи, зэрытхузэфІэкІкІэ ди гупхэм дыдэвгъэлажьэ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ абы дэ сэбэпынагъ къытхуехь икІи къыддоІэпыкъу ди гум къыбгъэдэкІыу Иеговэ дгъэлъэпІэну! (Пс. 111:1).
61 УЭРЭДЫР ФыкъимыкІуэт, Иеговэ и Щыхьэтхэ!
a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ
b Зэхуэсым и нэхъыжьхэр мащІэмэ, гупым и нэхъыжьу зэхуэсым и дэІэпыкъуэгъур ягъэувыфынущ. Апхуэдэ дэІэпыкъуэгъум гупым и лэжьакІуэкІэ йоджэ. Абы а къалэныр зэхуэсым и нэхъыжьхэр къыкІэлъыплъурэ егъэзащІэ.